Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6 СТАТЬЯР

Библиер къызыбгъэдэкІым теухуауэ а тхылъым сыт къыдигъащІэр?

Библиер къызыбгъэдэкІым теухуауэ а тхылъым сыт къыдигъащІэр?

«Сэ бжесІэ псалъэхэр псори тхылъым итхэ» (ИЕР. 30:2).

96-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Библиер фызэриІэр фІыщІэ щІэфщІыр сыт?

 БИБЛИЕР дызэриІэм щхьэкІэ, дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ! Абы а тхылъыр къигъэсэбэпу чэнджэщ Іущхэр къыдет. Ахэр къыддоІэпыкъу махуэ къэс дызрихьэлІэ гугъуехьхэм ехъулІэныгъэ диІэу дыпэщІэтыну. Абы нэмыщІ къэкІуэну зэманым теухуауэ Иеговэ дэ гугъэ дахэ къыдитащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр — ар Библиер къигъэсэбэпу Иеговэ езым теухуауэ куэд къызэрытхузэІуихыращ. Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр дэ хуабжьу дигу ирохь. Абыхэм дызэрегупсысым Алыхьым гъунэгъу зыхуэтщІыну икІи абы и ныбжьэгъу дыхъуну дыхуегъэуш (Пс. 25:14).

2. Дапхуэдэу Иеговэ езым теухуауэ цІыхухэм къаригъащІэу зэрыщытар?

2 Иеговэ хуейщ цІыхухэм ар яцІыхуну. Пасэрей зэманым, Алыхьым езым теухуауэ цІыхухэм къаригъэщІэн щхьэкІэ, пщІыхьэпІэхэр яригъэлъагъут, зыгуэр я нэгум щІигъэкІт икІи мелыІычхэр къахуигъакІуэт (Чис. 12:6; Апост. 10:3, 4). Ауэ, а псор ямытхыжауэ щытамэ, дэ ар сэбэп къытхуэхъунут? Аращ Иеговэ езым теухуауэ цІыхухэм къаригъэщІэну зыхуейр тхылъым щІрыригъэтхар (Иер. 30:2). Дэ дощІэ «Алыхь пэжым и гъуэгур [зэры]дагъуэншэр» (Пс. 18:30). Абы къыхэкІкІэ ар къызэрыдэпсалъэ щІыкІэри псом нэхърэ зэрынэхъыфІым дэ шэч къытетхьэкъым.

3. Иеговэ и Псалъэр зэмыхъуэкІауэ ди зэманым къэсын щхьэкІэ, сыт абы ищІар? (Исайя 40:8).

3 Къеджэ Исайя 40:8. Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Алыхьым хуэпэж цІыхухэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр Библием къыщагъуэт. Ауэ абы и Іыхьэхэр зэратхрэ зэман куэд зэрыдэкІам икІи, ахэр ятхын щхьэкІэ, псынщІэу Іисраф хъу материалхэр къызэрагъэсэбэпам къыхэкІкІэ, япэ Іэрытххэр ди зэманым къэсакъым. Дауэ-тІэ а Іэрытххэм ит Іущагъыр ди зэманым къызэрысар? Иеговэ цІыхухэр хуигъэушащ и Псалъэм копие куэд тращІыкІыну. А лэжьыгъэр зыщІахэр цІыху дагъуэншэу щымытами, ахэр егугъуу а Іуэхум бгъэдыхьэт. Псалъэм папщІэ, зы щІэныгъэлІым ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «А тхыгъэхэм зэхъуэкІыныгъэ къызэрыхэмыхьам хуэдэу, пасэрей зэманым ятхахэм щыщу нэгъуэщІ тхыгъэ ди зэманым къызэрымысам шэч къытедмыхьэми хъунущ». Аращи, Тхыгъэ ЛъапІэр псынщІэу Іисраф хъу материалхэм зэрытратхам, ар зэратхрэ зэман куэд зэрыдэкІам икІи копиехэр зыщІа цІыхухэм гуэныхь зэрахэлъам емылъытауэ, нобэ дызэджэ Библием Иеговэ и гупсысэхэр зэмыхъуэкІауэ зэритыр быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ.

4. Мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

4 «Сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри» къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ (Екъуб 1:17). Алыхьым и тыгъэ нэхъыфІ дыдэхэм щыщыр — Библиеращ. Къыуата тыгъэм ар зыщІам теухуауэ зыгуэр къыуигъэщІэфынущ, псалъэм папщІэ, абы фІыуэ укъицІыхурэ укъимыцІыхурэ икІи узыхуэныкъуэр ищІэрэ имыщІэрэ. Алыхьым теухуауэ ар дыдэр жыпІэ хъунущ. Иеговэ тыгъэу къыдита и Псалъэм дыщеджэм деж, абы фІыуэ дыкъызэрицІыхур икІи дызыхуэныкъуэм зэрыщыгъуазэр къыдощІэ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Иеговэ и хьэл-щэнхэм щыщу Іущагъыр, захуагъэр, лъагъуныгъэр Библием къызэрытхузэІуихыр. ЯпэщІыкІэ Алыхьым и Іущагъым теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм итым дытепсэлъыхьынщ.

АЛЫХЬЫМ И ІУЩАГЪЫР БИБЛИЕМ КЪЫТХУЗЭІУЕХ

5. Алыхьым и Іущагъыр Библием зэритым сыт щыхьэт техъуэр?

5 Иеговэ ещІэ Іущагъ зыхэлъ и чэнджэщхэм дызэрыхуэныкъуэр. Аращ тыгъэу къыдита Библием Іущагъышхуэ щІыхэлъыр. Абы ит чэнджэщхэр цІыхухэм сэбэп яхуохъу, уеблэмэ, я гъащІэри яхъуэжыфынущ. Библием и япэ тхылъхэр итха иужь, Мусэ израил цІыхухэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Мы псалъэхэр фи дежкІэ мыхьэнэншэу щыткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фи гъащІэр абыхэм елъытащ» (Втор. 32:47). Тхыгъэ ЛъапІэм жиІэм тету псэуа цІыхухэм сыт и лъэныкъуэкІи ехъулІэныгъэ яІэт икІи ахэр насыпыфІэу щытт (Пс. 1:2, 3). Алыхьым и Псалъэр зэратхрэ зэман куэд дэкІами, абы иджыпстуи цІыхухэм я гъащІэр нэхъыфІ ещІ. Псалъэм папщІэ, jw.org сайтым, «Библием гъащІэр ехъуэж» жыхуиІэ рубрикэм ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я гъащІэм теухуауэ жаІэжыр итщ. Абыхэм я щапхъэхэм къагъэлъагъуэ ноби Алыхьым и Псалъэм «фІэщхъуныгъэ зиІэхэм... ІуэхуфІ [я] гум [зэры]щилэжьыр» (1 Фес. 2:13).

6. Библиер нэгъуэщІ зы тхылъми емыщхьу сыт жыпІэ щІэхъунур?

6 Библием пэпщІ хъун нэгъуэщІ зы тхылъи щыІэкъым. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? А тхылъыр къызыбгъэдэкІыр псори зыхузэфІэкІ, игъащІэкІи псэу икІи зи Іущагъым гъунэ имыІэ Алыхь Иеговэщ. Тхылъ куэд щыІэщ, ахэр зытхахэр лІа иужьи, цІыхухэр а тхылъхэм еджэу, ауэ абыхэм ит чэнджэщхэр зэманым хуэмыкІуэжу. Ауэ Библием ит Іущагъ зыбгъэдэлъ принципхэр сыт хуэдэ зэманми хуокІуэ. Тхыгъэ ЛъапІэм дыщеджэм икІи къэтщІам дыщегупсысым деж, ар ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур къэтлъэгъуну Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу (Пс. 119:27; Мал. 3:16; Евр. 4:12). Пэжщ, Библиер къызыбгъэдэкІ Алыхьыр сыт щыгъуи мэпсэу икІи къыддэІэпыкъуну хуейщ. Аращ Библием махуэ къэс деджэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр!

Пасэрей зэманым Библием Алыхьым и лъэпкъыр дапхуэдэу зэкъуэт зэрищІу щытар, ноби и лэжьакІуэхэр дапхуэдэу зэкъуэт зэрищІыр? (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)

7. Пасэрей зэманым Библием Алыхьым и лъэпкъыр дапхуэдэу зэкъуэт зэрищІу щытар?

7 Алыхьым и Іущагъыр Библием дапхуэдэу иджыри къызэригъэлъагъуэр? Алыхьым и Псалъэм цІыхухэр зэкъуэт зэрищІым а Іущагъыр къыхощ. Израил цІыхухэр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щихьам щыгъуэ, а щІыпІэшхуэм и Іыхьэ зэмылІэужьыгъуэхэм итІысхьахэщ. Языныкъуэхэр бдзэжьеящэ хъуащ, нэгъуэщІхэм щІым телэжьыхьу щІадзащ, хэти былым зехуэным зритащ. Абы къыхэкІкІэ зы щІыпІэм щыпсэу израил цІыхухэм къэралым и нэгъуэщІ щІыпІэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэр къафІэмыІуэхуу хъуфынут. Ауэ Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІат махуэ хэхахэм зэхуэсыну, Алыхьым и Псалъэм къызэреджэм икІи абы зэрытепсэлъыхьым едэІуэн щхьэкІэ (Втор. 31:10—13; Неем. 8:2, 8, 18). Къэралым и сыт хуэдэ кІапэми къикІыу цІыху мелуан зыбжанэм нэс Ерусалим къекІуалІэт. А псор зылъагъу цІыхум и гум сыт щыщІэу щытами фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! Апхуэдэу Иеговэ и лъэпкъым дэІэпыкъут зэкъуэтыныгъэр ихъумэну. ИужькІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэхуэс щыхъуам щыгъуэ, бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ цІыхухэр абы щыщ хъуащ. Абыхэм яІыгъ увыпІэхэри ябгъэдэлъ мылъкури зэщхьэщыкІт. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэр фІыуэ зэралъагъум и фІыгъэкІэ ахэр зэкъуэту Алыхьым хуэлажьэт. Зэхуэсым къыхыхьагъащІэхэм, Алыхьым и Псалъэм къикІыр къагурыІуэн щхьэкІэ, къуэш, шыпхъухэм я дэІэпыкъуэгъумрэ зэІущІэхэмрэ хуэныкъуэт (Апост. 2:42; 8:30, 31).

8. Дапхуэдэу нобэ Библием Иеговэ и лъэпкъыр зэкъуэт зэрищІыр?

8 Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъ ди Алыхьым Библиер къигъэсэбэпу адэкІи и лэжьакІуэхэр егъасэ икІи зэкъуэт ещІ. Иеговэ теухуауэ дэ тщІэн хуей пэжхэр псори Библием итщ. Алыхьым и Псалъэм къызэреджэм икІи абы зэрытепсэлъыхьым дедэІуэн щхьэкІэ, дэ зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ зэпымыууэ докІуэ. Аращи, Библием и фІыгъэкІэ Иеговэ зэкъуэту дыхуэлэжьэну дэ Іэмал диІэщ (Соф. 3:9).

9. Библием итыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэн тхэлъын хуей? (Лука 10:21).

9 Иеговэ и Іущагъыр къэзыгъэлъагъуэ иджыри зы Іуэхугъуэм деплъынщ. Библием и Іыхьэ куэдыр къыбгурыІуэн щхьэкІэ, цІыху Іэдэбу ущытын хуейщ. (Къеджэ Лука 10:21.) ЗэрытщІэщи, Библием еджэ цІыху дэни щыІэщ. Зы щІэныгъэлІ гуэрым мыпхуэдэу жиІащ: «Библием цІыху куэд зэреджэм нэмыщІ ар куууэ зэрызэпкърахым хуэдэу, нэгъуэщІ зы тхылъи зэпкърахкъым». Ауэ цІыху Іэдэбхэращ абы итыр нэгъэсауэ къызыгурыІуэр икІи зи гъащІэм къыщызыгъэсэбэпыр (2 Кор. 3:15, 16).

10. Иеговэ и Іущагъыр Библием дапхуэдэу иджыри къызэригъэлъагъуэр?

10 Библием дыщеджэм деж, дапхуэдэу иджыри Иеговэ и Іущагъыр къызэрытлъагъур? Абы и лъэпкъыр игъэсэн щхьэкІэ, и Псалъэр къызэригъэсэбэпым нэмыщІ, дэтхэнэ зы и лэжьакІуэми еущиен икІи игъэгушхуэн щхьэкІэ, ар къегъэсэбэп. Иеговэ и Псалъэм дыщеджэм деж, абы гулъытэ къызэрытхуищІыр дэтхэнэ зыми зыхэтщІэфынущ (Ис. 30:21). Гугъуехь гуэр фыщыпэщІэхуам щыгъуэ, фэр щхьэкІэ ятха хуэдэу, фи Іуэхум хуэкІуэ едзыгъуэ Библием къыщывгъуэта къэхъуа? Апхуэдэ Іуэхугъуэм мызэ-мытІэу фрихьэлІауэ къыщІэкІынщ. Ауэ, зэрытщІэщи, Библиер цІыхухэм псоми хуэгъэзащ. НтІэ, дэтхэнэ зыми дыщыхуэныкъуэ дыдэм деж, дызыхуейр а тхылъым иту сыт къыщІэдгъуэтыфыр? Абы щхьэусыгъуэ хуэхъур Библиер къызыбгъэдэкІым и Іущагъым гъунэ зэримыІэращ (2 Тим. 3:16, 17).

АЛЫХЬЫМ И ЗАХУАГЪЭР БИБЛИЕМ КЪЫТХУЗЭІУЕХ

11. Библиер щатхым щыгъуэ, Иеговэ цІыху зэхэгъэж зэримыщІыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

11 Иеговэ иджыри зы хьэл-щэн иІэщ — ар захуагъэращ (Втор. 32:4). Захуагъэ зыхэлъ цІыхум нэфІ-ней зрихьэкъым. Иеговэ теухуауэ ар дыдэр жыпІэ хъунущ (Апост. 10:34, 35; Рим 2:11). Библиер зэратха бзэхэм къагъэлъагъуэ абы цІыху зэхэгъэж зэримыщІыр. Алыхьым и Псалъэм и япэ Іыхьэр тхылъу 39 мэхъу. Инэхъыбэм ахэр зэратхауэ щытар журтыбзэт икІи а зэманым ар Алыхьым и лэжьакІуэхэм тыншу къагурыІуэт. Ауэ ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм ирихьэлІэу алыджыбзэм дунейм зыщиубгъуащ. Абы къыхэкІкІэ къыкІэлъыкІуэ тхылъ 27-р зэратхар алыджыбзэщ. Иеговэ и Псалъэр зы бзэкІэ фІэкІа щыІэ мыхъуну цІыхухэм къахуигъэувтэкъым. Нобэ щІылъэм цІыху миллиардийм нэблагъэ тетщ икІи ахэр бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ мэпсалъэ. НтІэ, апхуэдиз цІыхум Иеговэ теухуауэ дапхуэдэу къызэращІэфынур?

12. Даниил 12:4 ит къэхъун хуей псалъэхэр ди зэманым дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъур?

12 Иеговэ бегъымбар Данил къигъэсэбэпу жиІауэ щытат иужьрей зэманым Библием ит «щІэныгъэр [зэры]бэгъуэнур», нэгъуэщІу жыпІэмэ, куэдым ар къазэрыгурыІуэнур. (Къеджэ Даниил 12:4, Данил бегъымбар, 2018.) Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ зэрызэрадзэкІым, зэрытрадзэм икІи цІыхухэм зэрылъагъэІэсым и фІыгъэкІэ а щІэныгъэр мэбагъуэ. Библием хуэдэу зэрадзэкІ икІи традзэ зы тхылъи щыІэкъым. Ауэ, иныкъуэхэм деж, коммерческэ компаниехэм зэрызэрадзэкІым къыхэкІкІэ ар лъапІэ Іей мэхъу. Иеговэ и Щыхьэтхэм Библиер зэрыщыту е и Іыхьэ гуэрхэр бзэ 240-м нэхърэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІащ икІи дэтхэнэ зы цІыхуми ар пщІэншэу къыІэрыхьэфынущ. Абы и фІыгъэкІэ, дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ, «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» зэхахыну лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэм Іэмал яІэщ (Мт. 24:14). Захуагъэ зыхэлъ ди Алыхьыр хуейщ зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэ Библием еджэну икІи а тхылъыр къызыбгъэдэкІыр апхуэдэу зрагъэцІыхуну. Абы а Іэмалыр къыщІыдитыр фІыщэу дыкъелъагъури аращ.

АЛЫХЬЫМ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР БИБЛИЕМ КЪЫТХУЗЭІУЕХ

13. Библиер зэрытха щІыкІэм Иеговэ и лъагъуныгъэр къыхэщу жыпІэ щІэхъунур сыт? (Иуан 21:25).

13 Алыхьым и хьэл-щэн нэхъ ин дыдэр Библием къытхузэІуех. Ар лъагъуныгъэращ (1 Ин. 4:8). Иеговэ Библием хигъэхьамрэ химыгъэхьамрэ теухуауэ фегупсысыт. Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъун, гъащІэ насыпыфІэ етхьэкІын икІи къэкІуэну зэманым гъащІэ мыухыж диІэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэу хъуар абы къыджеІэ. Ауэ, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум къыхэкІкІэ, къыдгурыІуэфыным нэхърэ нэхъыбэ Библием ирыригъэтхакъым. (Къеджэ Иуан 21:25.)

14. Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур дапхуэдэу иджыри Библием къызэрыхэщыр?

14 Иеговэ и лъагъуныгъэр иджыри къыхощ пщІэ хэлъу абы БиблиемкІэ зэрызыкъытхуигъазэм. Псалъэм папщІэ, лъэбакъуэ тчыху, тщІэн хуеймрэ хуэмеймрэ теухуауэ Библием иткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ хуейщ дэ езым унафэ тэмэмхэр къатщтэу зедгъэсэну. Абы щхьэкІэ Алыхьым Библием ирыригъэтхащ цІыхухэм я гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэр, къэхъун хуей псалъэхэр икІи Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр. Апхуэдэу Библием дыхуегъэуш Алыхьыр фІыуэ тлъагъуну икІи ди гум къыбгъэдэкІыу абы хуэжыІэдаІуэу дыщытыну.

Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ зэратригъэту щытам дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (15-нэ абзацым феплъ.)

15. 1) Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтым Библиер дапхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэр? 2) Сурэтым къыщыгъэлъэгъуа хъыджэбз цІыкІур, къуэш щІалэщІэр икІи зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур Библием зи гугъу ищІ сыт хуэдэ цІыхухэра зэгупсысыр? (ЩІэдз. 39:1, 10—12; 2 Цар. 5:1—3; Лк. 2:25—38).

15 Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр Библием къытхузэІуех. Сыт ар къызыхэщыр? ЦІыхухэм яІа гурыщІэхэм тепсэлъыхьыж хъыбархэр Библием куэду итщ. А цІыхухэм я гум щыщІар дэ къыдгурыІуэфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэми ди гурыщІэхэм хуэдэ яІащ (Екъуб 5:17). Ауэ, псом нэхърэ нэхъапэращи, а цІыхухэм теухуауэ дыщеджэм деж, дэ нэхъыфІу къыдгуроІуэ Иеговэ «гущІэгъушхуэ» зэрыхэлъыр икІи ар щабэу зэрыщытыр (Екъуб 5:11).

16. Гуэныхь зыщІа цІыхухэм теухуауэ Библием итым дыщеджэм деж, Иеговэ теухуауэ сыт къатщІэр? (Исайя 55:7).

16 Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу иджыри Библием къызэрытхузэІуихыр? Алыхьым и Псалъэм къыдгурегъаІуэ, щыуагъэ гуэр тщІэмэ, Иеговэ и щІыб къызэрытхуимыгъэзэнур. Израил цІыхухэм мызэ-мытІэу гуэныхь ялэжьащ, ауэ, ящІам щыхущІегъуэжым деж, Иеговэ абыхэм я гуэныхьыр къахуигъэгъут. (Къеджэ Исайя 55:7.) Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми ящІэт Иеговэ ахэр фІыуэ зэрилъагъур. Алыхьым апостол Паул иригъэтхащ гуэныхь хьэлъэ зыщІа, ауэ иужькІэ хущІегъуэжа цІыхум «хуэ[д]гъэгъун икІи [ар] [д]гъэгушхуэн» зэрыхуейр (2 Кор. 2:6, 7; 1 Кор. 5:1—5). Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыуагъэ зэращІам щхьэкІэ ІэщІыб зэримыщІу щытар пщІэну сыту гуапэ! Алыхьым япэ лъэбакъуэр ичт икІи лъагъуныгъэ хэлъу гуэныхь зыщІа цІыхум дэІэпыкъут, абы и щыуагъэр къыгурыІуэжу я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ. Ноби Иеговэ дыкъегъэгугъэ зи гуэныхь хущІегъуэжа цІыхум апхуэдэу хущытыну (Екъуб 4:8—10).

АЛЫХЬЫМ И ТЫГЪЭ ЛЪАПІЭ БИБЛИЕР ФЫЗЭРИІЭР ФІЫЩІЭ ФЩІЫ

17. Библиер зыми хуэмыдэ тыгъэу щыту жыпІэ щІэхъунур сыт?

17 Иеговэ зыми хуэмыдэ тыгъэ лъапІэ дэ къыдитащ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Дэ къэтщІащ Алыхьым и Іущагъым, и захуагъэм, и лъагъуныгъэм теухуауэ Библием итыр. Иеговэ къэтцІыхуну икІи и ныбжьэгъу дыхъуну зэрыхуейм а тхылъыр щыхьэт тохъуэ.

18. Иеговэ и тыгъэ лъапІэ Библиер къызэрыдитар фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

18 Уафэм щыІэ ди Адэм Библиер тыгъэ лъапІэу къызэрыдитар зыщыдгъэгъупщэну дэ дыхуейкъым (Екъуб 1:17). Абы деджэмэ икІи дызэджам куууэ дегупсысмэ, ар фІыщІэ зэрытщІыр къэдгъэлъэгъуэфынущ. Абы щыгъуэ Библиер къызыбгъэдэкІ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ икІи абы «теухуа щІэныгъэр къэдгъуэтынущ» (Прит. 2:5).

98-НЭ УЭРЭДЫР Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым къыбгъэдокІ

a Иеговэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну Библиер къыддоІэпыкъу. Алыхьым и Іущагъым, захуагъэм, лъагъуныгъэм теухуауэ а тхылъ лъапІэм сыт къыдигъащІэр? Мы упщІэм и жэуапыр къыддэІэпыкъунущ Библиер дызэриІэр нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну икІи уафэм щыІэ ди Адэм къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэу ар тлъытэну.