18 СТАТЬЯР
1-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и хьэл-щэнхэр
«ЩІылъэ псом и ХеящІэу» гущІэгъушхуэ зыхэлъым дзыхь хуэфщІ!
«ЩІылъэ псом и ХеящІэм дауэ лей зэрихьэн?» (ЩІЭДЗ. 18:25).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Щыпкъагъэ зимыІэхэр къызэрытэджыжынум икІи Иеговэ хэлъ гущІэгъушхуэмрэ захуагъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнущ.
1. Иеговэ Ибрэхьим къызэригъэгугъар сыт?
ИБРЭХЬИМ зэи щыгъупщэнукъым Иеговэрэ абырэ зэрызэпсэлъар. Алыхьым мелыІычыр къигъэсэбэпу Ибрэхьим жриІащ Содомрэ Іаморэрэ игъэкІуэдыну мурад зэрищІар. Ибрэхьим а хъыбарым Іейуэ игъэгузэват. Ар щІэупщІащ: «Щыпкъагъэ зимыІэм и гъусэу щыпкъагъэ зиІэри бгъэкІуэдыну пІэрэ? [...] ЩІылъэ псом и хеящІэм дауэ лей зэрихьэн?» Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу лъапІэу илъытэ и ныбжьэгъум жиІэм едаІуэри, къигъэгугъащ щыпкъагъэ зыхэлъ цІыхур зэи имыгъэкІуэдыну (ЩІэдз. 18:23—33). А гупсысэм дэри гупсэхугъуэ къыдет.
2. Иеговэ пэжагъым тету икІи гущІэгъу хэлъу хьэкум зэрищІым шэч къыщІытедмыхьэр сыт?
2 Дэри иныкъуэм деж къыдгурыІуэркъым Иеговэ цІыху гуэрым тезыр щытрилъхьэм деж абы лъабжьэ хуэхъур. Апостол Паул Иеговэ теухуауэ мы псалъэхэр итхащ: «И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкІынукъым» (Рим 11:33). Ауэ дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ гущІэгъу хэлъу икІи щыпкъагъэм тету цІыхухэм хьэкум зэратрищІыхьым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дэлъытауэ абы «дэтхэнэ зы цІыхуми и гум илъыр ещІэ» (1 Цар. 8:39; 1 Сам. 16:7; 1 Лет. 28:9). Иеговэ дзыхь хуэтщІыну ар щхьэусыгъуэ тхуэхъукъэ?
3, 4. Сыт хуэдэ упщІэхэр диІэфыну икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Иуан 5:28, 29).
3 Ауэ дэ Ибрэхьим иІа упщІэм хуэдэ диІэнкІэ хъунущ. Дэ мыпхуэдэу дегупсысыфынущ: «Иеговэ игъэкІуэда цІыхухэм зыми гугъэ ямыІэу ара? Псалъэм папщІэ, „щыпкъагъэ... зимыІэхэр“ Алыхьым къыщигъэтэджыжкІэ, Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм щыщ гуэр къэтэджыжыну пІэрэ?» (Апост. 24:15).
4 ЯпэщІыкІэ дэ зэпкърытхынущ къэтэджыжынухэм теухуауэ сытым дыщыгъуазэми. Алыхьым къигъэтэджыжыну цІыху гупитІым теухуауэ Иуан итхыжа ХъыбарыфІым итыр нэхъыфІу къызэрыдгурыІуэрэ куэд щІакъым. Языныкъуэхэр игъащІэкІэ псэуну къэтэджыжынущ, языныкъуэхэр хьэкум ящІын щхьэкІэ къэтэджыжынущ a. (Къеджэ Иуан 5:28, 29, ДЩІ.) Ар нэхъыфІу къызэрыдгурыІуам къыхэкІкІэ, адрей пэжхэри къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр къыхыхьащ. А зэхъуэкІыныгъэхэр зытеухуар пэжагъым тету Иеговэ ищІ хьэкумхэращ. Аращ мы статьяри къыкІэлъыкІуэ статьяри зытепсэлъыхьынур. ЯпэщІыкІэ дэ дызыщымыгъуазэм дытепсэлъыхьынущ, иужькІэ дызыщыгъуазэм дытепсэлъыхьынщ.
СЫТ ДЭ ДЫЗЫЩЫМЫГЪУАЗЭР?
5. Содомрэ Іаморэрэ дэсахэр Иеговэ зэригъэкІуэдам теухуауэ сыт япэм ди тхыгъэхэм иту щытар?
5 Япэм щыгъуэ ди тхыгъэхэм иту щытащ пэжагъым темыту псэуахэр, псалъэм папщІэ Содомрэ Іаморэрэ дэсахэр, Иеговэ къимыгъэтэджыжыну. Ауэ иужькІэ дэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэурэ а упщІэм куууэ дыхэплъэри, къыдгурыІуащ апхуэдэу дегупсысыну щхьэусыгъуэ зэрыщымыІэр. Апхуэдэ гупсысэм дыкъыщІыхуэкІуар сыт?
6. 1) Пэжагъым темыт цІыхухэр Иеговэ зэригъэкІуэдам теухуауэ нэгъуэщІ щапхъэхэр къэфхь. 2) Иеговэ ахэр игъащІэкІэ игъэкІуэдауэ дегупсыс хъуну?
6 Пэжагъым темыт цІыхухэр Иеговэ зэригъэкІуэдам теухуауэ нэгъуэщІ щапхъэхэри Библием итщ. Псалъэм папщІэ, псыдзэшхуэм щыгъуэ Нухьрэ абы и унагъуэмрэ фІэкІ нэгъуэщІ зыри къелакъым. Иеговэ израил цІыхухэм унафэ яхуищІащ ахэр къызэригъэгугъа щІыналъэм щихьэкІэ, абы ис лъэпкъиблыр зэтраукІэну. ИужькІэ Иеговэ и мелыІычыр игъакІуэри зы жэщым ашур зауэлІу 185 000 иригъэукІащ (ЩІэдз. 7:23; Втор. 7:1—3; Ис. 37:36, 37). НтІэ, Библием жиІэрэ Иеговэ ахэр игъащІэкІэ игъэкІуэдауэ? Хьэуэ, жиІэкъым. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур?
7. Сыт дэ дымыщІэр псыдзэшхуэм хэкІуэдахэмрэ Ханаан щІыналъэр къыщазэум хэкІуэдахэмрэ теухуауэ? (Сурэтым феплъ.)
7 Иеговэ ахэр игъэкІуэда щхьэкІэ, дэ тщІэкъым цІыху къэс хуэгъэзауэ абы сыт хуэдэ унафэ ищІами. Иджыри дэ тщІэкъым абыхэм Иеговэ къацІыхуу я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну Іэмал яІарэ ямыІарэ. Библием щыжыІащ «Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иІуатэу зэрыщытар» (2 Пет. 2:5). Ауэ абы иткъым Нухь кхъухьышхуэр щищІым щыгъуэ псыдзэшхуэ къызэрыкІуэнур цІыху къэс яжриІауэ. Абы нэмыщІ дэ тщІэкъым Ханаан щІыналъэм щыпсэуахэм псоми Иеговэ къацІыхуу, захъуэжыну Іэмал яІами ямыІами.
8. Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм теухуауэ сыт дэ дымыщІэр?
8 Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм теухуауэ сыт жытІэ хъунур? Алыхьым и лэжьакІуэ пэж ЛутІ абыхэм яхэсу псэуащ. ЛутІ абыхэм псоми пэжыр яжриІауэ пІэрэ? Ар дэ тщІэкъым. Пэжщ, абы дэсахэр псори щІэпхъаджащІэт. Ауэ абыхэм ящІэр къагурыІуэжу пІэрэт? Ахэр къызыхэхъукІам тепщІыхьмэ, къагурыІуэжу къыщІэкІынтэкъым. Дигу къэдгъэкІыжынщ Содом щыпсэу цІыхухъу гуп зэрызэхуэсауэ щытар ЛутІ и хьэщІэхэм лей ирахыну. Библием щыжыІащ абы и унэм «Содом къалэ дэсхэм, жьыи щІэи, къалэм лІыхэу дэсу хъуар» щызэхуэсауэ (ЩІэдз. 19:4; 2 Пет. 2:7). Иеговэрэ Ибрэхьимрэ я псалъэмакъым къыхощ а къалэм дэсам и нэхъыбэр пэжагъым зэрытемытар (ЩІэдз. 18:32). Аращ абыхэм ящІа гуэныхьым щхьэкІэ Иеговэ захуагъэм тету абыхэм тезыр щІатрилъхьар. НтІэ, абы къикІрэ Иеговэ «щыпкъагъэ... зимыІэхэр» къыщигъэтэджыжкІэ абыхэм ящыщ зыри къимыгъэтэджыжыну? Ар дэ тщІэкъым.
9. Сэлмэн теухуауэ сыт дэ дымыщІэр?
9 Библиер иджыри топсэлъыхь пэжагъ зыгъэлъагъуэу щыта, ауэ иужькІэ Алыхьым и лъабжьэ щІэкІа цІыхухэм. Псалъэм папщІэ, пащтыхь Сэлмэн. Абы фІы дыдэу Иеговэ ицІыхут икІи ищІэт дапхуэдэу Алыхьым ухуэлэжьэн хуейми. Алыхьми абы фІыгъуэ куэд хуищІэрт. Ауэ иужькІэ Сэлмэн тхьэнэпцІхэм хуэлажьэу щІидзащ. Абы и гуэныхьхэм Иеговэ къигъэгубжьащ икІи абы кърикІуар израил лъэпкъым лІэщІыгъуэ куэдкІэ зыхищІащ (1 Цар. 11:5—9; 2 Цар. 23:13). Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ Сэлмэн лІэуэ зэрыщІалъхьэжар (1 Цар. 11:43). «ЛІащ» жыхуиІэ журтыбзэ псалъэм къокІ «и адэжьхэм бгъурыгъуэлъхьэжащ» жиІэу. Ар дыдэр Библием щыжыІащ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм щхьэкІэ, псалъэм папщІэ, пащтыхь Даут щхьэкІэ. (Евгъапщэ 1 Цар. 2:10, сноскэ.) Ауэ абы къикІрэ Сэлмэн лІахэм къахэтэджыкІыжыну? Абы теухуауэ Библием зыри жиІэкъым. НтІэ, «цІыхур лІамэ, гуэныхь щІэным и ІэмыщІэ икІыжащ» жыхуиІэ псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыбгурыІуэнур? (Рим 6:7). Абы къикІкъым лІауэ хъуар Иеговэ къигъэхъужыну. ЦІыхур зэрылІам къигъэлъагъуэкъым ар къэтэджыжу псэуну хуитыныгъэ иІэ хъууэ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжыныр — ар лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ Алыхьым къыдита тыгъэщ. Иеговэ а тыгъэр зритыр игъащІэ псокІэ къыхуэлэжьэну хуей цІыхухэращ (Иов 14:13, 14; Ин. 6:44). А тыгъэр Сэлмэн къыІэрыхьэну пІэрэ? Иеговэщ абы и жэуапыр зыщІэр, дэ тщІэкъым. Ауэ дэ дощІэ пэжагъым тету а унафэр Иеговэ зэрищІынур.
СЫТ ДЭ ДЫЗЫЩЫГЪУАЗЭР?
10. Иеговэ цІыхухэм тезыр щатрилъхьэм деж сыт зыхищІэр? (Иезекииль 33:11). (Сурэтми феплъ.)
10 Къеджэ Иезекииль 33:11. Мы едзыгъуэм дэ къыдгурегъаІуэ Иеговэ цІыхухэм тезыр щатрилъхьэм деж сыт зыхищІэми. Бегъымбар Иезекииль жиІауэ щыта псалъэхэр апостол Пётр Алыхьым и ІэмыркІэ къытригъэзэжри жиІащ: «Тхьэм... зы цІыхуи кІуэдыну хуейкъым» (2 Пет. 3:9). Мы псалъэхэм дэ гупсэхугъуэ къыдат. Дэ дощІэ щхьэусыгъуэшхуэ имыІэу Иеговэ цІыхур игъащІэкІэ зэримыгъэкІуэдынур. Абы гущІэгъушхуэ хэлъщ икІи Іэмал гуэр щыІэххэу щытмэ, гущІэгъу имыгъэлъагъуэу къигъэнэнукъым.
11. Хэт къэмытэджыжынур икІи дэнэ дэ ар щытщІэр?
11 Алыхьым лІахэм къахимыгъэтэджыкІыжын гуэрхэр щыІэу пІэрэ? Библиер апхуэдэ цІыху зыбжанэм топсэлъыхь b. Хьисэ гурыІуэгъуэу жиІащ Иудэ Искариот къызэрымытэджыжынур (Мк. 14:21; абы нэмыщІ Иуан 17:12 c феплъ). Иудэ ищІэр къыгурыІуэжу Иеговэрэ Хьисэрэ япэщІэуващ. (Феплъ Марк 3:29 итымрэ абы теухуауэ «Учебная Библия» жыхуаІэм къихь комментариехэмрэ.) Абы нэмыщІ Хьисэ жиІащ абы къыпэщІэува языныкъуэ дин пашэхэр Алыхьым къызэримыгъэтэджыжынур (Мт. 23:33). Апостол Паули итхащ зи гуэныхь хущІемыгъуэжа отступникхэри къызэрымытэджыжынур (Евр. 6:4—8; 10:29).
12. Иеговэ и гущІэгъум теухуауэ сыт дэ тщІэр? Щапхъэ къэфхь.
12 Иеговэ и гущІэгъум теухуауэ сыт дэ тщІэр? «Зы цІыхуи кІуэдыну зэрыхуэмейр» дапхуэдэу абы зэригъэлъэгъуар? Иджыпсту деплъынщ языныкъуэ цІыхухэм Иеговэ гущІэгъу зэрахуищІу щытам. Абыхэм ящыщ зыщ пащтыхь Даут. Абы гуэныхь хьэлъэ зыбжанэ ищІащ, псалъэм папщІэ, зинэ ищІэри цІыхуи иригъэукІащ. Ауэ Даут и гуэныхьхэм хущІегъуэжати, Иеговэ абы гущІэгъу хуищІри хуигъэгъуащ (2 Сам. 12:1—13). Пащтыхь Манассие и гъащІэм и нэхъыбэр Іей куэд илэжьу ирихьэкІащ. Ар зэрыщІегъуэжар Иеговэ зыхищІыкІри, апхуэдиз щІэпхъаджагъэ зэрищІам емылъытауэ, абы и гуэныхьыр хуигъэгъуфащ (2 Лет. 33:9—16). Мы щапхъэхэм дигу къагъэкІыж Иеговэ Іэмал щыІэххэмэ, сытым дежи гущІэгъу зэригъэлъагъуэр. Абы апхуэдэ цІыхухэр къигъэтэджыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм гуэныхь хьэлъэ зэращІар къагурыІуэжри щІегъуэжахэщ.
13. 1) Нинуй къалэм дэсахэм сыт Иеговэ гущІэгъу щІахуищІар? 2) Абы дэсахэм щхьэкІэ иужьыІуэкІэ сыт Хьисэ жиІар?
13 Иеговэ Нинуй къалэм дэсахэми гущІэгъу яхуищІауэ щытащ. Алыхьым Инус жриІащ: «Я щІэпхъаджагъэхэм я хъыбар си деж къэсащ». Ауэ ахэр я гуэныхьым щыхущІегъуэжам, Иеговэ абыхэм гущІэгъу хуищІри яхуигъэгъуащ. Алыхьым и гущІэгъур Инус и гущІэгъум нэхърэ куэдкІэ нэхъ инт. Иеговэ бегъымбарым игу къигъэкІыжын хуей хъуащ абыхэм Іеймрэ фІымрэ зэрахузэхэмыгъэкІыр (Иона 1:1, 2; 3:10; 4:9—11, Инус бегъымбар, 2009). ИужькІэ Хьисэ бегъымбар а щапхъэр къихьащ, Иеговэ захуагъэрэ гущІэгъушхуэрэ зэрыхэлъыр игъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Иджыри Хьисэ жиІащ зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа Нинуй къалэм дэсахэр «къемэтмахуэм» къызэрытэджыжынур (Мт. 12:41).
14. Нинуй къалэм щыпсэуахэм сыт хуэдэ Іэмал яІэнур, къэтэджыжу «ХьэкумыщІэм и пащхьэ иува» иужь?
14 Нинуй къалэм дэсахэр къемэтмахуэм къызэрытэджыжынум теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэм сыт къикІыр? Хьисэ жиІэу щытащ цІыхухэр «ХьэкумыщІэм и пащхьэ зэриувэнур» (Ин. 5:29, ДЩІ). Абы щыгъуэщ Нинуй къалэм дэсахэм Иеговэ хьэкум щатрищІыхьынур. Сыт хуэдэ хьэкум абы зи гугъу ищІар? Ар зытепсэлъыхьар илъэс минкІэ екІуэкІыну и Пащтыхьыгъуэращ, абы щыгъуэ «щыпкъагъэ зиІи зимыІи» къэтэджыжынущ (Апост. 24:15). Щыпкъагъэ зимыІэхэр «ХьэкумыщІэм и пащхьэ иувэнущ». Абы къикІыр абыхэм къащІэхэр я гъащІэм зэрыхалъхьэм Иеговэрэ Хьисэрэ зэрыкІэлъыплъынуращ. Нинуй къалэм дэса гуэр къэтэджыжрэ Иеговэ хуэлэжьэн имыдэмэ, гъащІэ мыухыжыр и Іыхьэ хъунукъым (Ис. 65:20). Ауэ Иеговэ и лъэныкъуэр зыубыдыну дэтхэнэ зыми гъащІэ мыухыжыр къылъысынущ! (Дан. 12:2).
15. 1) Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм щыщ зыри къэмытэджыжыну жытІэу сыт тедгъэчыныхь щІэмыхъунур? 2) Иудэ 7 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыдгурыІуэн хуейр? (« Сыт Иудэ зи гугъу ищІар?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
15 Хьисэ щыпсэуа зэманым езыри абы зыхуригъаджэу щытари куэдым ІэщІыб ящІащ. Хьисэ жиІащ «къемэтмахуэм» абыхэм я Іуэхум нэхърэ Содомрэ Іаморэрэ дэса цІыхухэм я Іуэхур нэхъ тынш зэрыхъунур (Мт. 10:14, 15; 11:23, 24; Лк. 10:12). Сыт абыкІэ Хьисэ жиІэну зыхуеяр? Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм нэхърэ езыр щІылъэм щытетам щыгъуэ псэуахэр куэдкІэ нэхъ Іейуэ щытауэ Хьисэ жиІэну хуеяуэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу щыту къыщІэкІынтэкъым. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, Нинуй къалэм щыпсэуахэр къемэтмахуэм, пэж дыдэу, къэтэджыжынущ. Аращи, Содомрэ Іаморэрэ дэсахэми гугъэ гуэр яІэу къыщІэкІынущ. Хьисэ Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм щхьэкІэ жиІари, Нинуй къалэм дэсахэм щхьэкІэ жиІари зыщ. Нинуй къалэм щыпсэуахэм хуэдэу, Содомрэ Іаморэрэ дэсахэри щІэпхъаджащІэхэт. Ауэ абыхэм елъытауэ Нинуй къалэм щыпсэуахэм я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну Іэмал яІащ. Иджыри дигу къэдгъэкІыжынщ ХеящІэм и пащхьэм иувэну къэтэджыжынухэм теухуауэ Хьисэ жиІауэ щытар. Хэт а цІыхухэр? Ар «Іей зыщІахэращ» (Ин. 5:29). Абы урегъэгупсыс Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм къэтэджыжыну гугъапІэ яІэу. Хэт ищІэрэ, абыхэм ящыщ гуэрхэри къэтэджыжынкІэри хъунущ. Ар пэжмэ, дэ Іэмал диІэнущ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуа пэжым ахэр хуедгъэджэну.
16. ЛІахэр къыщытэджыжынум деж Иеговэ унафэ зэрищІыну щІыкІэм теухуауэ сыт дэ тщІэр? (Иеремия 17:10).
16 Къеджэ Иеремия 17:10. Мы едзыгъуэр щыхьэт тохъуэ Иеговэ хьэкум зэрищІынум теухуауэ дызыщыгъуазэм. Иеговэ сытым дежи цІыхум и гум илъыр зэхегъэкІ, и гупсысэхэри ещІэ. Иеговэ хэт къигъэтэджыжынуми хэт къимыгъэтэджыжынуми унафэ щищІынум деж «дэтхэнэ зыми и гъуэгум... къыпэкІуэр» иригъэгъуэтыжынущ. ЛІахэр къыщигъэтэджыжкІэ Иеговэ и хабзэхэм ебэкъуэнукъым, ауэ щхьэусыгъуэ щыІэххэмэ, гущІэгъу игъэлъэгъуэнущ. Аращи, дэ тедгъэчыныхьу жытІэ хъунукъым хэт къэтэджыжынуми, хэт къэмытэджыжынуми, абы теухуауэ Библием зыри имытмэ.
«ЩІЫЛЪЭ ПСОМ И ХЕЯЩІЭР» СЫТЫМ ЩЫГЪУИ ПЭЖАГЪЫМ ТЕТЩ
17. ЛІахэм сыт къапэщылъыр?
17 ШейтІанымрэ япэ цІыхуитІымрэ Иеговэ зэрыпэщІэувэ лъандэрэ миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм я гъащІэр яфІэкІуэдащ. Ажалым — бий шынагъуэм — цІыху куэдыкІей ихьащ (1 Кор. 15:26). А цІыхухэм сыт хуэдэ гугъэ яІэр? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щыщу 144 000-р уафэм игъащІэкІэ щыпсэун щхьэкІэ Алыхьым къигъэтэджыжынущ (Апок. 14:1). Иеговэ хуэпэжу щыта цІыху куэд щІылъэм щыпсэуну къэтэджыжынущ. Ар къыщыхъунур Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым «щыпкъагъэ» зиІэхэр къыщигъэтэджыжынуращ. Ахэр иужьрей гъэунэхуапІэм пхырыкІыу Иеговэ хуэпэжу къанэмэ, щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэунущ (Дан. 12:13; Евр. 12:1). Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым «щыпкъагъэ» зимыІахэри — Иеговэ хуэмылэжьахэр, Іей зыщІа нэгъуни — къэтэджыжынущ. Абыхэм Іэмал яІэнущ захъуэжу Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну (Лк. 23:42, 43). Ауэ языныкъуэ цІыхухэр ерыщу Иеговэ пэщІэувати, абы унафэ ищІащ ахэр къимыгъэтэджыжыну (Лк. 12:4, 5).
18, 19. 1) Сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр, лІахэм теухуауэ Иеговэ захуагъэ хэлъу хьэкумыр зэрищІынум? (Исайя 55:8, 9). 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
18 Дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ хьэкум щищІым деж сытым щыгъуи захуагъэм зэрытетыр. Ибрэхьим къыгурыІуащ Иеговэ Іущагъышхуэрэ гущІэгъурэ зиІэ «щІылъэ псом и ХеящІэу» зэрыщытыр. Иеговэ «хьэкум Іуэху псори» и Къуэм и ІэмыщІэ ирилъхьащ икІи ар зэрищІыну щІыкІэм хуригъэсащ (Ин. 5:22). Иеговэрэ и Къуэмрэ дэтхэнэ зы цІыхуми и гум илъыр ящІэ (Мт. 9:4). Шэч лъэпкъ хэлъкъым абыхэм дэтхэнэ зы цІыхуми хуэгъэзауэ унафэ пэж къызэращтэнум.
19 Аращи, сытым дежи Иеговэ къищтэ унафэхэм дзыхь хуэдвгъэщІ! Дэ къыдгуроІуэ хьэкум тщІыну зэфІэкІ дызэримыІэр, апхуэдэ зэфІэкІ зиІэр Иеговэщ. (Къеджэ Исайя 55:8, 9.) Хьисэ и Адэм щапхъэ трех икІи захуагъэрэ гущІэгъурэ нэгъэсауэ хэлъщ. Аращи, хьэкумыр псори Иеговэрэ и Къуэмрэ я ІэмыщІэ идолъхьэ (Ис. 11:3, 4). Сыт-тІэ жыпІэ хъунур гузэвэгъуэшхуэм деж Иеговэрэ Хьисэрэ хьэкум зэращІынум теухуауэ? Абы теухуауэ дэ дызыщымыгъуазэр сыт икІи дызыщыгъуазэр сыт? Абы и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.
57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
a 2022-нэ гъэм, сентябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 14—19 напэкІуэцІхэм феплъ.
b Іэдэми, Хьэуаи, Къаини къэтэджыжынукъым. Абы теухуауэ 2013-нэ гъэм, январым и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 12-нэ напэкІуэцІым ит сноскэм нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.
c Иуан 17:12 итым Иудэ щхьэкІэ «кІуэдын хуей цІыху» жеІэ. Абы къегъэлъагъуэ ар къызэрымытэджыжынур.