Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

БИБЛИЕМ УЩРИХЬЭЛІЭ ПСАЛЪЭХЭР

Алыхьым «пасэм цІыхухэм гуэныхьу ящІахэр яригъэпшыныжыгъакъым»

Алыхьым «пасэм цІыхухэм гуэныхьу ящІахэр яригъэпшыныжыгъакъым»

Хьисэ илъ игъажэу дыкъызэрищэхужам и фІыгъэщ дэ ди гуэныхьхэр къыщІытхуэгъуфынур (Еф. 1:7). Ауэ Библием итщ: «Тхьэр гущабэщи, пасэм цІыхухэм гуэныхьу ящІахэр яригъэпшыныжыгъакъым», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ и гъащІэр щхьэщэхужу итын ипэ Иеговэ цІыхухэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъуу щытащ (Рим 3:25). Иеговэ захуагъэм тету, и хабзэм емыбакъуэу ар ищІэу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

Иеговэ псалъэ итат фІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхухэр къезыгъэлыну щІэблэ къызэрыкІуэнумкІэ. Иеговэ а псалъэр щитам щыгъуэ абы и дежкІэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр къэхьауэ щыт хуэдэт (ЩІэдз. 3:15; 22:18). Иеговэ шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым зэманыр къэсмэ и Къуэм и гъащІэр итыну хьэзыру зэрыщытыным (Гал. 4:4; Евр. 10:7—10). Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ цІыхухэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъуну хуитыныгъэ иІэт. Абы ищІэт фІэщхъуныгъэ зиІэхэм я гуэныхьхэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэм зэрыщІихъумэнур (Мт. 9:2—6).