Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

12 СТАТЬЯР

77-НЭ УЭРЭДЫР КІыфІыгъэм къыхэщ нэхур

КІыфІыгъэм пэІэщІэ зыхуэфщІ — «нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу»

КІыфІыгъэм пэІэщІэ зыхуэфщІ — «нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу»

«Зэгуэрым фэ кІыфІыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы... нэху фыхъуащ» (ЕФ. 5:8).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Ефес 5-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ кІыфІыгъэмрэ нэхумрэ дэ сыткІэ дэхьэлІами.

1, 2. 1) Паул сыт хуэдэ Іуэхугъуэ ита, Ефес дэсхэм письмо щахуитхам щыгъуэ? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?

 ПАУЛ и унэм къыщІэкІыну хуимыту Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, къуэш, шыпхъухэр зыгуэркІэ игъэгушхуэну хуейти, абыхэм письмо яхуитхт. А письмохэм ящыщ зыр — Ефес тхылъыращ. Ар абы щитхар хуэгъэфэщауэ ди эрэм 60-нэ, 61-нэ гъэхэращ (Еф. 1:1; 4:1).

2 Паул а къалэм зэрыщыІэрэ илъэсипщІ хуэдиз дэкІат. Ар зэман хъарзынэкІэ Ефес дэсащ, хъыбарыфІыр игъэІуу икІи Хьисэ и лъэужь иувэнухэр игъэхьэзыру (Апост. 19:1, 8—10; 20:20, 21). Паул къуэш, шыпхъухэр фІыуэ илъагъути, хуейт ахэр Иеговэ пэжу къыхуэнэну. НтІэ, сытыт абы уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм кІыфІыгъэмрэ нэхумрэ теухуауэ письмо щІахуитхар? Ар дэ сыткІэ дэхьэлІа? А упщІэхэм я жэуапхэр дэ иджыпсту зэпкърытхынщ.

КІЫФІЫГЪЭМ КЪЫХЭКІЫУ НЭХУГЪЭМ И БЫН ХЪУН

3. Паул Ефес щыщ къуэш, шыпхъухэр сытым иригъэщхьа?

3 Паул Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэу яхуитхащ: «Зэгуэрым фэ кІыфІыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы... нэху фыхъуащ» (Еф. 5:8). А псалъэхэмкІэ Паул къыхигъэщащ а къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэ зэрыхалъхьар. Ефес щыщ къуэш, шыпхъухэр «зэгуэрым... кІыфІыгъэм» хуэдауэ Паул щІыжиІам и щхьэусыгъуэм адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.

4. Ефес дэсхэр дин нэпцІым и кІыфІыгъэм хэтауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

4 Дин нэпцІым и кІыфІыгъэр. Ефес щыщ къуэш, шыпхъухэр Хьисэ и ужь иувэн ипэ, дин нэпцІым и пщылІу щытащ. Ефес къалэр цІэрыІуэт, тхьэ нэпцІ Артемидэ и унэшхуэр зэрыдэтым щхьэкІэ. Пасэрей зэманым цІыхухэм телъыджэу ящІа ухуэныгъэхэм ящыщ зыщ Артемидэ и унэшхуэр. ЦІыхухэр абы къакІуэурэ тхьэнапэхэм щхьэщэ хуащІт. ДыщэкІхэм ахъшэ куэд къалэжьт, дыжьыным къыхэщІыкІауэ Артемидэ жыхуаІэ тхьэ гуащэ нэпцІым и тхьэлъэІупІэ унэ цІыкІунитІэхэр ящэурэ (Апост. 19:23—27). А къалэм щыпсэухэр иджыри Іэзэгъуазэ Іуэхухэм хэтт (Апост. 19:19).

5. Ефес къалэм дэса цІыхухэр зинэ щІэным и кІыфІыгъэм хэтауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

5 Зинэ щІэным и кІыфІыгъэр. Ефес къалэм дэс цІыхухэм зинэ щІэным хуабжьу зыдрагъэхьэхат. Театрым зыгуэр къыщагъэлъагъуэкІэ икІи дин нэпцІым пыщІа махуэшхуэхэр щагъэлъапІэкІэ щІэх-щІэхыурэ цІыхухэм цІапІагъэхэр жаІэу зэхэпхынут (Еф. 5:3). Ефес дэсхэм я напэм куэд трагъахуэт, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм я напэм зыри зыхищІэжтэкъым (Еф. 4:17—19). Абыхэм ящІэтэкъым Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэр. Аращ абыхэм я напэр зыкІи къемыныкъуэкъуу щІыщытар. Абыхэм къащыхъутэкъым Алыхьым и пащхьэм жэуап гуэр щахьыжын хуейуэ. Абы къыхэкІкІэщ «я зэхэщІыкІ кІыфІщ, я ерыщыгъэм къыхэкІкІи зыри къагурымыІуэу, Тхьэм цІыхухэм къарит гъащІэм пэжыжьэщ ахэр» жиІэу Паул щІитхар.

6. Сыт Паул Ефес дэсхэм «нэху фыхъуащ» щІажриІар?

6 Ауэ Ефес дэс языныкъуэхэр кІыфІыгъэм къыхэкІащ. Паул итхащ: «Иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкІэ нэху фыхъуащ» (Еф. 5:8). Абыхэм мурад ящІащ я гъуэгур зыгъэнэху Алыхьым и Псалъэм тету псэуну (Пс. 119:105). Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм дин нэпцІри зинэ щІэнри ІэщІыб ящІри, Алыхь пэжым хуэлэжьэн икІи щапхъэ трахын щІадзащ. Апхуэдэу ахэр хущІэкъут Иеговэ зэрагъэгуфІэным (Еф. 5:1).

7. Ефес дэса къуэш, шыпхъухэм я Іуэхумрэ дэ ди Іуэхумрэ сыткІэ зэщхь?

7 Апхуэдэу дэри пэжыр къэтщІэн ипэ дин нэпцІымрэ зинэ щІэнымрэ я кІыфІыгъэм дыхэтащ. Дэ тщыщ языныкъуэхэм дин нэпцІым и махуэшхуэхэр ягъэлъапІэу щытащ, языныкъуэхэр зинэ щІэнми хэтащ. Ауэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къыщытщІам, дэ псоми зытхъуэжащ. Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ абы и хабзэ къабзэхэм дытетыну гукъыдэж диІэ хъуащ. Ди гъащІэми фІыкІэ зихъуэжащ (Ис. 48:17). Ауэ абы къикІкъым кІыфІыгъэм дыхыхьэжыну шынагъэ щымыІэу. Дэ «кІыфІыгъэм» адэкІи пэІэщІэ зыхуэтщІу «нэхум и бынхэм» хуэдэу дыщытын хуейщ. Ар дапхуэдэу зэрытщІ хъунур?

Image digitally reproduced with the permission of the Papyrology Collection, Graduate Library, University of Michigan, P.Mich.inv. 6238. Licensed under CC by 3.0

Паул Ефес щыІэ зэхуэсым ирита чэнджэщхэр ди дежкІи щхьэпэщ (7-нэ абзацым феплъ.) b


КІЫФІЫГЪЭМ ПЭІЭЩІЭ ЗЫХУЭФЩІ

8. Ефес 5:3—5 зэритымкІэ, Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуащІын хуейт?

8 Къеджэ Ефес 5:3—5. Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм кІыфІыгъэм пэІэщІэ зыхуащІын щхьэкІэ, Иеговэ игу иримыхь Іуэхухэм зыщахъумэн хуейт. Апхуэдэ Іуэхухэм зинэ щІэным нэмыщІ псэлъэкІэ къемызэгъри хохьэ. Паул Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжащ апхуэдэ Іуэхухэм хэт цІыхухэм «Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къазэрылъымысынур».

9. МыхъумыщІэ гуэрым уеплъыным, уедэІуэным икІи утепсэлъыхьыным шынагъэ щІыпылъыр сыт?

9 Дэри дысакъын хуейщ «пщІэ зимыІэ кІыфІым и Іуэхухэм» дыхэмыхьэн щхьэкІэ (Еф. 5:11). ГъащІэм къызэригъэлъагъуэмкІэ цІыхур мыхъумыщІэ гуэрым нэхъыбэрэ еплъыху, едэІуэху икІи тепсэлъыхьыху гуэныхь щІэным нэхъ пэгъунэгъу мэхъу (ЩІэдз. 3:6; Екъуб 1:14, 15). Зы къэрал гуэрым Иеговэ и Щыхьэту щыт цІыху гупышхуэм зы чат ящІри, абы щызэпсалъэу щІадзащ. ЯпэщІыкІэ ахэр зытепсэлъыхьу щытар Библием епха темэхэрат. Ауэ иужькІэ къемызэгъ темэхэм тепсэлъыхьу щІадзащ. Псалъэмакъыр хуэм-хуэмурэ сексым хуэкІуащ. Сыт абы кърикІуар? Чатым хэта языныкъуэхэм зинэ ящІащ. ИужькІэ абыхэм жаІащ гуэныхьым нэхъыбэу ахэр хуэзышар псалъэмакъ къемызэгъхэрауэ зэрыщытыр.

10. Дапхуэдэу ШейтІаным дыкъигъэпцІэну зэрыхэтыр? (Ефес 5:6).

10 ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм ди фІэщ ищІыну хэтщ щытыкІэ къемызэгъым зыри Іей хэмылъу (2 Пет. 2:19). Ар дэ дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным цІыхухэр егъэщхьэрыуэ, Іеймрэ фІымрэ зэхамыгъэкІыфу хъун щхьэкІэ (Ис. 5:20; 2 Кор. 4:4). Аращ фильмхэм, шоухэм, сайтхэм я нэхъыбэр Иеговэ и хабзэм пэщІэувэ Іуэхугъуэхэм тегъэщІауэ щІыщытыр. ШейтІаным къытфІигъэщІыну хуейщ мыхъумыщІэ псэукІэм зыри Іей хэмылъу, уеблэмэ абы ди гъащІэр нэхъ гъэщІэгъуэн ищІу. (Къеджэ Ефес 5:6.)

11. Анжела и Іуэхум дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр Ефес 5:7 ит чэнджэщым ноби мыхьэнэшхуэ зэриІэр? (Сурэтми феплъ.)

11 ШейтІаныр гуфІэнущ, Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэм гъусэ дахуэхъумэ. Абы ещІэ апхуэдэм деж Библием ит принципхэм дытетыну нэхъ гугъу зэрыхъунур. Паул ищІэт апхуэдэ шынагъэ зэрыщыІэри, аращ Ефес дэс къуэш, шыпхъухэр къыщІыхуриджар Іей зылэжь цІыхухэм гъусэ яхуэмыхъуну (Еф. 5:7). Дэ нобэ нэхъыбэжу дысакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэр зэхуэзэу зэрызэпсалъэм нэмыщІ, соцсетьхэми щызопсалъэ. Азием щыпсэу Анже́ла a игъэунэхуащ соцсетьхэр зэран къызэрыпхуэхъуфынур. Абы жеІэж: «А къапхъэным уигъэщхьэрыуэу хуэм-хуэмурэ уи напэр къомыныкъуэкъужу уищІыфынущ. ЯпэщІыкІэ Библием ит принципхэм пщІэ хуэзымыщІхэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. ИужькІэ сэ сегупсысу щІэздзащ узэрыхуейм хуэдэу упсэуным зыри Іей хэмылъу». Анжела и насыпти зэхуэсым и нэхъыжьхэр игъуэу къыдэІэпыкъуащ. Ар къыддогуашэ: «Иджыпсту си акъылыр зэтар соцсетьхэм итыракъым, атІэ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэращ».

Иеговэ и хабзэхэр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр дгъэныбжьэгъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (11-нэ абзацым феплъ.)


12. Иеговэ и хабзэхэр мы дунейм и хабзэхэмкІэ дымыхъуэжыну сыт къыддэІэпыкъунур?

12 Мы дунейр хэтщ и гупсысэкІэ мыхъумыщІэр къытхипщэну, ауэ дэ къэгъэпцІэгъуафІэу дыщыткъым (Еф. 4:19, 20). Зытхъумэжын щхьэкІэ, дэ мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысын хуейщ: «Иеговэ и хабзэхэм темыт къыздэлажьэхэм, къыздеджэхэм, нэгъуэщІ цІыхухэми нэхъ мащІэу сазэрыдэуэршэрыным сыхущІэкъурэ? Библием ит принципхэм сытетыну, сэр щхьэкІэ «фанат» жаІэми?» Зэхуэсым щыщхэм ныбжьэгъу къыщыхэтхым дежи дэ дысакъын хуейщ. Ар дыдэращ 2 Тимофей 2:20—22 итым Паул зи гугъу ищІар. Дэ ныбжьэгъу тщІыну дызыхуейр зэран къытхуэхъунухэракъым, атІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну къыддэІэпыкъунухэращ.

«НЭХУМ И БЫНХЭР ПСЭУН ЗЭРЫХУЕЙМ ХУЭДЭУ ФЫПСЭУ»

13. «Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу» жыхуиІэм къикІыр сыт? (Ефес 5:7—9).

13 Паул къуэш, шыпхъухэр кІыфІыгъэм пэІэщІэ зэрызыхуащІыным и закъуэкъым зыхуигъэушар, атІэ «нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу псэунуи» хуигъэушащ. (Къеджэ Ефес 5:7—9.) Сыт абы къикІыр? КІэщІу жыпІэмэ, дэ сытым дежи Иеговэ и лэжьакІуэу дыщытын хуейщ. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Дэ къыддэІэпыкъунущ Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ куууэ зэрыдджыр. Библием щыжыІащ Хьисэ «дунейм и нэхуу» зэрыщытыр (Ин. 8:12; Прит. 6:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Аращ абы и гъащІэмрэ зыхуригъэджамрэ зэпкърытхыным псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ щІиІэр.

14. Алыхьым и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

14 «Нэхум и быну» дыщытын щхьэкІэ, дэ Алыхьым и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. Арыншэу мы дуней фІейм къабзэу дыкъэнэфынукъым (1 Фес. 4:3—5, 7, 8). Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу мы дунейм и гупсысэкІэм дыкъимыцІэлэну, философиемрэ еплъыкІэ нэпцІхэмрэ абы хэту. Абы нэмыщІ Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу фІымрэ пэжагъымрэ дыхущІэкъуну (Еф. 5:9).

15. Алыхьым и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрытІэрыхьэфынур? (Ефес 5:19, 20).

15 Алыхьым и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрытІэрыхьэфынур? Япэрауэ, абы щхьэкІэ Алыхьым делъэІун хуейщ. Хьисэ жиІащ Иеговэ къелъэІухэм и къару лъапІэр зэраритынур (Лк. 11:13). Абы нэмыщІ дэ а къару лъапІэр къытІэрохьэ, зэІущІэхэм дызэгъусэу Иеговэ и цІэр щыдгъэлъапІэм деж. (Къеджэ Ефес 5:19, 20.) Дэ Алыхьыр дгъэгуфІэу дыпсэуфынущ абы къыдит и къару лъэщым и фІыгъэкІэ.

16. Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Ефес 5:10, 17).

16 Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къэпщтэн ипэ, «Зиусхьэныр зыхуейр зыгурыгъаІуэ», иужькІэ къэпщІам тет. (Къеджэ Ефес 5:10, 17.) Алыхьым и еплъыкІэр дапхуэдэу къызэрытщІэнур? Ди Іуэхум хуэкІуэу Библием ит принцип къэдгъуэтын хуейщ. А принципхэм дытетмэ, унафэ къэтщтам ІуэхуфІхэр къыпэкІуэну къыщІэкІынщ.

17. Дапхуэдэу ди зэманыр нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (Ефес 5:15, 16). (Сурэтми феплъ.)

17 Иджыри Паул Ефес дэс къуэш, шыпхъухэр хуигъэушт Іущагъ хэлъу зэманыр къагъэсэбэпыну. (Къеджэ Ефес 5:15, 16.) Ди бий ШейтІаныр хуейщ мы дунейм и ІуэхухэмкІэ дыщІигъанэу Алыхьым и Іуэхум щхьэкІэ зыри зэман къытхуэмынэжыну (1 Ин. 5:19). Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я гугъэнкІэ хъунущ ахъшэр, щІэныгъэр е карьерэр Иеговэ и лэжьыгъэм нэхърэ нэхъапэу. Абы къегъэлъагъуэ апхуэдэ цІыхум мы дунейм и гупсысэкІэр къызэрищтар. ДауикІ, зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм зыри Іей хэлъкъым — абыхэм ди гъащІэм япэ увыпІэр еттын хуэмейуэ аращ. «Нэхум и бынхэм» хуэдэу дыщытын щхьэкІэ ди зэманыр зэрынэхъыфІым хуэдэу къэдгъэсэбэпын хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, дызыхэтын хуейр нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэращ.

Ефес щыпсэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Іущагъ хэлъу зэманыр къызэрагъэсэбэпыным хущІэкъут (17-нэ абзацым феплъ.)


18. Доналд сыт ищІар, и зэманыр нэхъыфІу къигъэсэбэпын щхьэкІэ?

18 Иеговэ нэхъыбэу узэрыхуэлэжьэн Іэмалхэр зыІэщІумыгъэкІ. Ипщэ Африкэм щыщ До́налд апхуэдэу ищІащ. Абы жеІэж: «Си гъащІэм сыхэплъэжри къызгурыІуащ Иеговэ щхьэкІэ нэхъыбэ зэрысхуэщІэнур. ИкІи абы теухуауэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэу щІэздзащ. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу сыхэтыну Іэмал къызэзытын лэжьапІэ сыхуейти, абы щхьэкІэ Иеговэ селъэІут. Иеговэ и фІыгъэкІэ сэ апхуэдэ лэжьапІэ къэзгъуэтащ. Иджыпсту си щхьэгъусэмрэ сэрэ полновременнэ лэжьыгъэм дыхэтщ».

19. «Нэхум и бынхэм» хуэдэу дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

19 Паул и письмор Ефес дэс къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуауэ къыщІэкІынщ Иеговэ хуэпэжу къэнэну. Алыхьым къыбгъэдэкІ а чэнджэщхэр ди дежкІи щхьэпэщ. Дэри зэрызыдгъэпсэхунымрэ ныбжьэгъу тщІынымрэ Іущагъ хэлъу къыхэтхын хуейщ. Иджыри мыхьэнэшхуэ иІэщ пэжым и нэхум ди гъащІэм и лъэныкъуэ псори игъэнэхун щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ Библиер куууэ дджыным. Абы нэмыщІ Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэн щхьэкІэ абы къыбгъэдэкІ къарум дыхуэныкъуэщ. Ефес тхылъым ит чэнджэщхэм дыщІэдэІумэ, Иеговэ и гупсысэкІэр къызыхэщ икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэфынущ. А псом дэ мы дунейм и кІыфІыгъэм дыщихъумэнущ икІи ар къыддэІэпыкъунущ «нэхум и бынхэм» хуэдэу дыщытыну.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ефес 5:8 зи гугъу ищІ «кІыфІымрэ» «нэхумрэ» зищІысыр сыт?

  • «КІыфІым» пэІэщІэ зыхуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • «Нэхум и бынхэм» хуэдэу дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

95-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b СУРЭТЫМ ИТЫР. Ефес тхылъым япэу къытращІыкІа копиехэм ящыщ зы.