Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10 СТАТЬЯР

13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

Псым зыщІэбгъэуа иужьи Хьисэ и лъэужь ит

Псым зыщІэбгъэуа иужьи Хьисэ и лъэужь ит

«Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр кърегъанэ, лІэныгъэм и жорыр [«хьэзабым и пкъор», ДЩІ] махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ» (ЛУКА 9:23).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьам и мыхьэнэм дегупсысыну. Абы нэмыщІ псым зыщІэзыгъэуагъащІэхэм къащІэнущ адэкІи Алыхьым дапхуэдэу пэжу къыхуэнэнуми.

1, 2. ЦІыхум псым зыщІигъэуа иужь сыт хуэдэ фІыгъуэхэр иІэ хъурэ?

 СЫТУ гуфІэгъуэшхуэ псым зыщІэбгъауэу Иеговэ и унагъуэм щыщ ухъуну! Абы и ныбжьэгъуу ущытыну пщІэшхуэщ. Дэ Даут иІа гурыщІэм хуэдэ зыхыдощІэ. Абы мыпхуэдэу жиІат: «НасыпыфІэщ уэ [Иеговэ] уи пщІантІэхэм щыбгъэпсэуну къыхэпха икІи зэпшэлІа цІыхур» (Пс. 65:4).

2 Иеговэ и пщІантІэхэм хэт къригъэблагъэр? Мыбы ипэ дджа статьям зэритым хуэдэу, Алыхьым гъунэгъу зызыхуищІыр езым гъунэгъу зыкъыхуэзыщІхэращ (Екъуб 4:8). Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщыщІэбгъауэм деж, уэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуохъу, фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зехъуэж. Абы и нэфІ къызэрыпщыхуэным уэ шэч лъэпкъ къытумыхьэми хъунущ (Мал. 3:10; Иер. 17:7, 8).

3. ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщыщІигъауэм деж, сыт хуэдэ къалэн и пщэм дилъхьэжыр? (Экклезиаст 5:4, 5).

3 ДауикІ, псым зыщІэгъэуэныр — ар гъуэгум и щІэдзапІэу аращ. Абы иужь дэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуами, псалъэ ттам дытету Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн хуейщ. (Къеджэ Экклезиаст 5:4, 5.) Дэ Хьисэ и лъэужь диува иужь зэрытхузэфІэкІкІэ абы и щапхъэм дытетын икІи къытхуигъэна хабзэхэр дгъэзэщІэн хуейщ (Мт. 28:19, 20; 1 Пет. 2:21). Ар зэрытщІ хъунум дытепсэлъыхьынщ.

ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ФИТ

4. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «хьэзабым и пкъор» яхьын хуейщ жыхуиІэм сыт къикІыр? (Лука 9:23).

4 Уэ псым зэрызыщІэбгъэуам къикІкъым гугъуехь зыри уимыІэну. Хьисэ и псалъэхэр зыщумыгъэгъупщэ. Абы жиІауэ щытащ и гъуэгу ирикІуэхэм «лІэныгъэм и жорыр [«хьэзабым и пкъор», ДЩІ]» махуэ къэс зэрахьынур. (Къеджэ Лука 9:23.) Абы къикІыу пІэрэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гугъуехь фІэкІа зыри ямылъагъуну? Хьэуэ. АбыкІэ Хьисэ къыджиІэну зыхуеяр Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуэнум нэмыщІ, гугъуехьи дызэриІэныращ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр егъэлеяуэ хьэлъэу щытынущ (2 Тим. 3:12).

5. Хьисэ сыткІэ къигъэгугъэрэ абы щхьэкІэ зыгуэр зыхуэзыгъэныкъуэ цІыхухэр?

5 Уэ пэжым и лъэныкъуэр зэрыбубыдам щхьэкІэ уи Іыхьлыхэр къыппэщІэувагъэнщ. Е Пащтыхьыгъуэм и Іуэхум нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ зыгуэр зыхуэбгъэныкъуауэ къыщІэкІынщ (Мт. 6:33). Иеговэ хуэпщІэу хъуар зэрилъагъум шэч къытумыхьэ (Евр. 6:10). Уэ зыхэпщІагъэнщ Хьисэ жиІа мы псалъэхэр къызэрыхъур: «Сэр щхьэкІи хъыбарыфІым щхьэкІи е и унэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэр, е и анэр, е и фызыр, е и бынхэр, е и щІапІэри къэзыбгына дэтхэнэми иджы мы дунейм унэхэри, къуэшхэри, шыпхъухэри, анэхэри, бынхэри, щІыгухэри хуэдищэу щигъуэтыжынущ икІи а цІыхум гугъуехь куэд ирагъэшэчынущ. Ахърэтми мыкІуэдыжын гъащІэ щиІэ хъунущ» (Мк. 10:29, 30). Дэ зызыхуэдгъэныкъуэм нэхърэ Иеговэ къыдит фІыгъуэхэр куэдкІэ нэхъыбэщ (Пс. 37:4).

6. Псым зыщІэбгъэуа иужьи «цІыхухэм я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэм» адэкІи упэщІэтын щІыхуейр сыт?

6 Псым зыщІэбгъэуа иужьи «цІыхухэм я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэм» уэ адэкІи упэщІэтын хуейщ (1 Ин. 2:16). Уэ псым зыщІэбгъэуами гуэныхь зыхэлъ цІыхуу укъонэж. Апостол Паул иІа гурыщІэхэм хуэдэ иныкъуэхэм деж уэри уиІэфынущ. Абы мыпхуэдэу итхат: «СигукІэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфІыкІ, ауэ си Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщІ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфІым пэщІоувэ. А хабзэжьым си Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылІ» (Рим 7:22, 23). ГурыщІэ къемызэгъ уиІэу гу зылъыптэжамэ, уи лъэр щІэхункІэ хъунущ. Апхуэдэм деж уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьам щыгъуэ ар къызэрыбгъэгугъам егупсыс. Абы уэ къару къыуитынущ гъэунэхуапІэхэм упэлъэщыну. Иеговэ епта псалъэр абыкІэ хуабжьу къыбдэІэпыкъунущ. Дапхуэдэу?

7. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур абы пэжу укъыхуэнэну?

7 Уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьам щыгъуэ Іуэхугъуэ гуэрхэр лъэныкъуэ ебгъэзащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ и жагъуэ зыщІын мурадхэмрэ гурыщІэ къемызэгъхэмрэ къэбгъэнащ (Мт. 16:24). Аращи, гъэунэхуапІэ ущихуам деж: «Сыт иджы сщІэнур?» — жыпІэу угупсысэу зэман бгъэкІуэнукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ипэ уэ мурад быдэ пщІащ сыт къэмыхъуами, Иеговэ пэжу укъыхуэнэну икІи ар бгъэгуфІэну. Іэиуб къызэримыкІуэтам хуэдэу, уэри укъикІуэтынукъым. ГъэунэхуапІэ хьэлъэ щихуам щыгъуэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (Иов 27:5).

8. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур гъэунэхуапІэхэм упэщІэтыну?

8 Иеговэ и Іэмырыр сыт щыгъуи япэ ибгъэщыну псалъэ зэрыптар зыщумыгъэгъупщэу щытмэ, уэ гъэунэхуапІэхэм упэщІэтыфынущ. Псалъэм папщІэ, щхьэгъусэ зиІэ цІыхум уэ зыкъыпебгъэхыну? Хьэуэ! Уэ ар зэи пщІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ мурад пщІащ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ захуэпщІыну. ГурыщІэ къемызэгъхэм уи гум лъабжьэ щумыгъэщІмэ, абыхэм иужькІэ уебэныжын хуей хъунукъым. «БзаджащІэхэм я гъуэгу» узэрытемыувам уэ хуабжьу ущыгуфІыкІыжынущ! (Прит. 4:14, 15, Гъэсэпэтхыдэхэр).

9. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур абы узэрыхуэлажьэр псом япэ ибгъэщыну?

9 ЗэІущІэхэм псоми укІуэну зэран къыпхуэхъун лэжьыгъэ къыкъуэкІмэ-щэ? Уэ абы уегупсысу зэман бгъэкІуэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэд щІауэ мурад пщІащ апхуэдэ лэжьапІэ умыувыну. Аращи, уэ уи щхьэр къэбгъэпцІэжу уегупсысынукъым унафэ мытэмэмым фІы гуэр къыпэкІуэну. Хьисэ игъэлъэгъуа щапхъэр уигу къэгъэкІыж. Абы и Адэр зэригъэгуфІэным и акъылыр теухуауэ щытт. Абы и щапхъэр къыбдэІэпыкъунущ, уи гъащІэр зи ІэмыщІэ иплъхьа Алыхьым и жагъуэ зыщІыфын сыт хуэдэ Іуэхугъуэми занщІэу пэІэщІэ зыхуэпщІыну (Мт. 4:10; Ин. 8:29).

10. Псым зыщІэбгъэуа иужь Хьисэ и лъэужь уитыну Иеговэ дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

10 Гугъуехь ущиІэм е гъэунэхуапІэ ущихуэм деж, уэ Іэмал уиІэ мэхъу Хьисэ и лъэужь урикІуэну мурад быдэ зэрыпщІар къэбгъэлъэгъуэну. АбыкІэ Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъунум шэч лъэпкъ къытумыхьэ! Библием мыпхуэдэу итщ: «Тхьэр пэжщ, флъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым. Ауэ гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху гуэр фыщыхуэзэкІэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ» (1 Кор. 10:13).

ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ УИТЫНУ СЫТ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУНУР?

11. Хьисэ и лъэужь уитыну къыбдэІэпыкъун Іэмал нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыр сыт хуэдэ? (Сурэтми феплъ.)

11 Хьисэ и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлажьэт икІи сытым щыгъуи тхьэлъэІукІэ абы зыхуигъазэт (Лк. 6:12). Сыт къыбдэІэпыкъунур псым зыщІэбгъэуа иужьи Хьисэ и лъэужь уитыну? Іэмал нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыр — ар Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхугъуэхэм адэкІи ухэтыныращ. Библием щыжыІащ: «Дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икІи абы тету дыпсэун хуейщ» (Флп. 3:16). Уэ зэхэпхынущ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ лъэбакъуэ гуэрхэр ячауэ: хэти «Школа благовестников Царства» жыхуаІэр къиухауэ, хэти хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуауэ. Уэри апхуэдэ лъэбакъуэхэр пчыну Іэмал уиІэу щытмэ, укъэмыувыІэ! Иеговэ и лэжьакІуэхэр абы и лэжьыгъэм нэхъыбэу зэрыхэтыным сыт щыгъуи хущІокъу (Апост. 16:9). Ауэ иджыпсту уи Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ апхуэдэ гуэр пщІэну Іэмал уимыІэмэ-щэ? Адрейхэм нэхърэ зыгуэркІэ унэхъ Іейуэ уимыгугъэ икІи Алыхьым узэрыхуэлажьэм мыхьэнэ имыІэу къомылъытэ. Хьисэ и гъуэгум ущрикІуэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ уи Іэр иумыхьэхыным икІи а гъуэгум утемыкІыным (Мт. 10:22). Уэ уи Іуэхум елъытауэ пхузэфІэкІыу хъуар Иеговэ хуэщІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ псым зыщІэбгъэуа иужьи Хьисэ и лъэужь уитыфынущ (Пс. 26:1).

Псым зыщІэвгъэуа иужь Алыхьым гъунэгъу фыхуэзыщІ Іуэхугъуэхэм жыджэру фыхэт (11-нэ абзацым феплъ.)


12, 13. Алыхьым ухуэлэжьэну уиІэ гукъыдэжыр ужьыхмэ, сыт пщІэ хъунур? (1 Коринф 9:16, 17). (« Гъуэгум фытемыкІ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

12 Уи тхьэлъэІухэр уи гум къыбгъэдэмыкІыу, Алыхьым и лэжьыгъэми гуфІэгъуэ къыпхуимыхьыжу хъуауэ къыпщыхъурэ? Библие еджэным гуфІэгъуэ хомыхыжу хъуа? Апхуэдэ зыдэплъэгъужамэ, абы къикІкъым Иеговэ и къару лъапІэр къыуимытыжу. Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ ди гурыщІэхэм щІэх-щІэхыурэ захъуэж. Алыхьым ухуэлэжьэну уиІэ гукъыдэжыр ужьыхыу хъуамэ, апостол Паул и щапхъэм егупсыс. Паул сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Хьисэ щапхъэ трихыну хущІэкъуу щытами, абы ищІэт Алыхьым хуэлэжьэну гукъыдэж иІэр сыт щыгъуи зэхуэдэу зэрыщымытынур. (Къеджэ 1 Коринф 9:16, 17.) Абы жиІащ: «СфІэмыфІу сщІэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Іуэхур згъэзащІэ къудейуэ арщ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, Паул мурад быдэ ищІат, гукъыдэж иІэми имыІэми, Алыхьым хуэлэжьэну.

13 Гукъыдэж уимыІэ щхьэкІэ унафэ тэмэмхэр къэпщтэн къыумыгъанэ. Иеговэ тэмэму къилъытэ Іуэхухэр зэрыпщІэным уи акъылыр теухуи пщІэн хуейр щІэ, иужькІэ гукъыдэжи уиІэ хъужынущ. Аращи, Библие джыныр, тхьэлъэІур, зэІущІэхэм кІуэныр, хъыбарыфІ гъэІуныр зэрызэтебухуам утемыкІ. Теубыдагъэ уиІэу Иеговэ узэрыхуэлажьэм къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэнущ (1 Фес. 5:11).

«ПЭЖРЭ МЫПЭЖРЭ ЗЭВГЪАЩІЭ... ЗЫВГЪЭУНЭХУЖ»

14. Зэман-зэманкІэрэ дапхуэдэу зэрызыбгъэунэхуж хъунур икІи сыт щхьэкІэ? (2 Коринф 13:5).

14 Псым зыщІэбгъэуа иужь зэман-зэманкІэрэ зыбгъэунэхужыным сэбэпынагъ пылъщ. (Къеджэ 2 Коринф 13:5.) Хьэл пхуэхъуахэм егупсыс. Махуэ къэс Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэрэ? Библием уеджэрэ, ар куууэ зэпкърыпхрэ? ЗэІущІэхэм укІуэрэ, хъыбарыфІ гъэІунми ухэт? А Іуэхугъуэхэм гуфІэгъуэрэ сэбэпынагърэ къыпхуахьрэ? Апхуэдэу щымытмэ, зыгуэр зэрыпхъуэжыным хущІэкъу. Псалъэм папщІэ, зэупщІыж: «Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр зыгуэрым къыгурызгъэІуэфыну? Алыхьым сызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэсхын щхьэкІэ сыт сщІэн хуейр? Си тхьэлъэІухэр пыухыкІауэ щыт икІи абыхэм къагъэлъагъуэрэ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэсщІу? БлэзмыгъэкІыу зэІущІэхэм сыкІуэрэ? Сыт къыздэІэпыкъунур, программэм си гур теухуауэ седэІуэну икІи абы сыхэтыну?»

15, 16. Ди зы къуэшыр гъэунэхуапІэм дапхуэдэу зэрыпэщІэтар икІи абы сытым дыхуигъасэрэ?

15 Мыхьэнэшхуэ иІэщ сыт хуэдэ тІасхъапІэхэр уиІэми къэпщІэным. Ди къуэш Ро́берт ар къыгурыІуащ. Абы игу къегъэкІыж: «Илъэс 20 сыхъуу къыздэлажьэ хъыджэбз гуэрым хьэщІапІэ и унэм сыкъригъэблэгъащ. Абы жиІащ дэ тІум фІэкІ нэгъуэщІ зыри зэрыщымыІэнур икІи „зэманыр лъэщу зэрыдгъэкІуэнур“. ЯпэщІыкІэ щхьэтелъэфу зыгуэрхэр къэзгупсысу щІэздзащ, иужькІэ сызэрымыкІуэнури сыщІэмыкІуэнури гурыІуэгъуэу жесІащ». Роберт гъэунэхуапІэм пэщІэтыфащ икІи абы щытхъу хуэфащэщ. Ауэ иужькІэ а Іуэхугъуэм щегупсысыжам, абы къыгурыІуащ тегушхуэныгъэ хэлъу занщІэу пиупщІын зэрыхуеяр. Абы жеІэ: «Исуф Потифар и щхьэгъусэр занщІэу ІуигъэкІуэтащ. Сэ апхуэдэу схуэщІакъым [ЩІэдз. 39:7—9]. Пэжыр жыпІэмэ, сэ згъэщІэгъуащ а цІыхубзым занщІэу хьэуэ зэрыжезмыІэфар. А Іуэхугъуэм къигъэлъэгъуащ Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ сщІын зэрыхуейр».

16 Роберт хуэдэу, уэри узэгупсысыж хъунущ. ГъэунэхуапІэм упэщІэтыфами, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Зизмылъэфыхьу занщІэу хьэуэ схужыІа?» ЗанщІэу хьэуэ пхужымыІамэ, зэрызыпщІари уигу иримыхьыщамэ, ар Іейуэ уи гум щІумыгъэхьэ. А тІасхъапІэр къызэрыщІэщам щхьэкІэ гуфІэ. Абы теухуауэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи Иеговэ сыт щыгъуи хуэжыІэдаІуэу ущытыну уиІэ гукъыдэжыр хэгъахъуэ (Пс. 139:23, 24).

17. Роберт Иеговэ и цІэр дапхуэдэу зэригъэлъэпІар?

17 Роберт къыщыщІам иджыри зы дерс хэтхыфынущ. Ди къуэшым жеІэ: «Къыздэлажьэ хъыджэбзым хьэщІапІэ и деж сызэрымыкІуэнур къыщищІам щыгъуэ, абы жиІащ: „Сынохъуэхъу! УтекІуащ!“ — „Сыт зи гугъу пщІыр?“ — жысІэри, сэ абы сеупщІащ. А хъыджэбзым Иеговэ и Щыхьэту щымытыж щІалэ гуэр ныбжьэгъуу иІэт. А щІалэм абы къыжриІат Иеговэ хуэлажьэ щІалэгъуалэм псоми щэхуу гуэныхь ялэжьу икІи апхуэдэ Іэмал щыІэмэ, ар бламыгъэкІыу. КъызэрыщІэкІамкІэ, а тІур зэгурыІуат сэ сщІэм еплъыну. Сэ зыкІэ сыгуфІати Иеговэ и цІэр зэрызмыгъэпудам щхьэкІэ!»

18. Псым зыщІэбгъэуа иужьи сыт пщІэну уи мурадыр? (« ЩІалэгъуалэм ягу ирихьыну статьяхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

18 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщыщІэбгъауэм деж, уэ къыбогъэлъагъуэ сыт щыгъуи абы и цІэр бгъэлъэпІэну узэрыхуейр. Шэч къытумыхьэ: уэ узыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэ псоми Иеговэ щыгъуазэщ. Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэнущ, абы хуэпэжу укъэнэну узэрыхущІэкъум щхьэкІэ. Уэ ар пхузэфІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и къару лъапІэр Іэмал имыІэу къыуитынущ (Лк. 11:11—13). Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ псым зыщІэбгъэуа иужьи уэ Хьисэ и лъэужь уитыфынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «хьэзабым и пкъор» яхьын хуейщ жыхуиІэм къикІыр сыт?

  • Псым зыщІэбгъэуа иужьи Хьисэ и лъэужь уитыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур абы пэжу укъыхуэнэну?

89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ