Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

11 СТАТЬЯР

129-НЭ УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ

Уи гукъеуэхэм емылъытауэ Иеговэ хуэлажьэ

Уи гукъеуэхэм емылъытауэ Иеговэ хуэлажьэ

«Гугъуехь куэд фшэчащ... си цІэм щхьэкІэ» (АПОК. 2:3).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гукъеуэ диІэхэм емылъытауэ адэкІи Иеговэ дызэрыхуэлэжьэным.

1. Иеговэ сыт хуэдэ тыгъэхэр и лэжьакІуэхэм ярита?

 МЫ ДУНЕЙР кІуэ пэтми нэхъ Іей хъуурэ макІуэ. Ауэ Иеговэ и организацэм дэ куэдым дыщехъумэ. Алыхьым дэ зэкъуэту щыт унагъуэшхуэ тыгъэу къыдитащ (Пс. 133:1). Иджыри Иеговэ дэ къыддоІэпыкъу ди унагъуэхэр быдэу щытыну (Еф. 5:33—6:1). Абы нэмыщІ гупсэхугъуэ зэрызэдгъэгъуэтыну щІыкІэр Иеговэ дегъэлъагъу.

2. Иеговэ ухуэлэжьэну иныкъуэхэм деж щІэмытыншыр сыт?

2 Ауэ Иеговэ ухуэлэжьэну щымытынши къохъу. Языныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм псалъэкІэ е ІуэхукІэ ди жагъуэ къащІ. Е ди щыуагъэхэм щхьэкІэ ди гур зобгъэж, псом хуэмыдэу ахэр мызэ-мытІэу къыщытІэщІэщІэм деж. Апхуэдэм деж дэ ди Іэр етхьэхын хуейкъым. Дэ адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэн хуейщ: 1) къуэшым е шыпхъум ди жагъуэ къищІми, 2) ди щхьэгъусэм ди гур зэщигъэуми, 3) ди щхьэм мыгъуагъэ хуэтхьыжми. Библиер щатха зэманым апхуэдэ Іуэхугъуэ ита цІыхуищым и гугъу тщІынщ икІи абыхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэми къэтщІэнщ.

КЪУЭШЫМ Е ШЫПХЪУМ УИ ЖАГЪУЭ КЪИЩІМИ ИЕГОВЭ ПЭЖУ ХУЭЛАЖЬЭ

3. Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм пэщІэхуэрэ?

3 Гугъуехь. Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм ди гур зэщагъэу. Дапхуэдэу? Абыхэм я хьэл-щэнхэр ди гум щытемыхуэ къохъу. Е абыхэм ди жагъуэ хъун щыжаІэ е щащІэ къохъу. Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащтэ унафэхэр дигу иримыхьынкІэ хъунущ. А псом къыхэкІкІэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаІэфынущ: «Иеговэ и организацэм апхуэдэ щекІуэкІыу ара?» Зэкъуэту Алыхьым хуэлэжьэным и пІэкІэ абыхэм зи жагъуэ къэзыщІахэм зыпыІуадз, уеблэмэ зэІущІэхэми къэмыкІуэжу мэхъу (Соф. 3:9). НтІэ, абы Іущагъ хэлъ? Апхуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуа зы цІыху гуэрым Библиер топсэлъыхьыж. Абы сыт ищІами иджыпсту къэтщІэнщ.

4. Апостол Паул сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?

4 Библием ит щапхъэ. Апостол Паул къыгурыІуэт къуэш, шыпхъухэм гуэныхь зэрахэлъыр. Псалъэм папщІэ, ар Хьисэ и лъэужь щиувагъащІэм, зэхуэсым щыщхэм абы дзыхь къыхуамыщІу щытащ (Апост. 9:26). ИужькІэ языныкъуэхэр абы хуэпсалъэу щІадзащ, и цІэр ягъэулъиин щхьэкІэ (2 Кор. 10:10). Паул илъэгъуащ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт зы къуэшыр «Іуэхугъуэ гуэркІэ къуаншэ зэрыхъуар» икІи а къуэшым и ягъэкІэ адрейхэм я фІэщхъуныгъэр махэ зэрыхъу пэтар (Гал. 2:11, 12). Абы нэмыщІ Паул и гур и ныбжьэгъу Марк зэщигъэуащ (Апост. 15:37, 38). Паул мурад ищІыфынут а цІыхухэм афІэкІа зы Іуэхуи ядимыщІэну. Ауэ Паул къуэш, шыпхъухэм фІы зэрыхилъэгъуэным иужь итт икІи ар адэкІи Иеговэ пэжу хуэлажьэт. Сыт абы къыдэІэпыкъуар?

5. Паул къуэш, шыпхъухэм пэжыжьэ захуимыщІыну сыт къыдэІэпыкъуар? (Колоссэ 3:13, 14). (Сурэтми феплъ.)

5 Паул къуэш, шыпхъухэр фІыуэ илъагъути, зэплъу щытар абыхэм яхэлъ ныкъусанхэратэкъым, атІэ фІы яхэлъырат. А лъагъуныгъэр абы иджыри къыдэІэпыкъут езым ита чэнджэщым тетыжыну. А чэнджэщыр итщ Колоссэ 3:13, 14 (къеджэ). «Зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу», — жиІэу Паул къуэш, шыпхъухэр хуигъэушт. Езыми а чэнджэщыр Марк и деж къызэригъэсэбэпам деплъынщ. Марк Паул къигъэнауэ щытат, миссионер лэжьыгъэр ягъэзащІэу ахэр япэу гъуэгу щытетам щыгъуэ. Ауэ Паул гужьгъэжь ищІакъым. ИужькІэ абы Колоссэ дэс къуэш, шыпхъухэм письмо щахуитхам щыгъуэ Марк щытхъуащ, ар дэІэпыкъуэгъуфІу зэрыщытам щхьэкІэ (Кол. 4:10, 11). Рим щыІэу лъэхъуэщым щисым, Паул лъэІуащ Марк къыхуагъэкІуэну (2 Тим. 4:11). Зэрытлъагъущи, Паул къуэш, шыпхъухэм пэжыжьэ захуищІтэкъым икІи абыхэм я щыуагъэхэр къахуигъэгъут. Абы сытым дыхуигъасэрэ?

Варнавэрэ Маркрэ жаІэм Паул арэзы темыхъуэу, я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьащ. Ауэ Паул гужьгъэжь ищІакъым, иужькІи ифІэфІу Марк дэлэжьащ (5-нэ абзацым феплъ.)


6, 7. Къуэш, шыпхъухэм я ныкъусанхэм емылъытауэ ахэр фІыуэ тлъагъуну сыт къыддэІэпыкъунур? (Еврейхэм 13:1).

6 Дерсыр. Иеговэ хуейщ дэ къуэш, шыпхъухэр сытым дежи фІыуэ тлъагъуну. (Къеджэ Еврейхэм 13:1.) Абыхэм зыгуэркІэ ди жагъуэ къащІамэ, ар хуейуэ ящІауэ дегупсысын хуейкъым (Прит. 12:18). Ахэр Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу щытыну хуейщ, ауэ ар щахузэфІэмыкІ къохъу. Абыхэм яхэлъ ныкъусанхэм емылъытауэ Иеговэ ахэр фІыуэ елъагъу. Библием щыжыІащ: «Абы... и губжьыр куэдрэ иІыгъынукъым» (Пс. 103:9). Дэри Иеговэ щапхъэ тетхыу нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъун хуейщ (Еф. 4:32—5:1).

7 Зыщывмыгъэгъупщэ: дунейм и кІэр нэхъ къэблэгъэху, къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэу щытын хуейщ. Дэ къэрал унафэщІхэр нэхъри къытпэщІэувэну къыщІэкІынщ. Ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дагъэтІысынкІи хъунущ. Псом хуэмыдэу абы щыгъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дахуэныкъуэнущ (Прит. 17:17). Испанием щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжь Хосе́па a и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Абырэ нэгъуэщІ къуэшхэмрэ ягъэтІысащ, Іэщэ къащтэн зэрамыдэм щхьэкІэ. Ар къыддогуашэ: «Лъэхъуэщым дэ псори зэгъусэу дисти, зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэр ди зэхуаку псынщІэу къыдыхьэфынут. Абы къыхэкІкІэ дэ къуэшхэм я ныкъусанхэм гу лъыдмытэу икІи я щыуагъэхэр занщІэу дгъэгъуфу зедгъэсэн хуейт. Апхуэдэу дызэрыщытыр къыддэІэпыкъут дэ зэкъуэту икІи дызэгурыІуэу дыпсэуну. Дэ дызэрызэкъуэтым къыхэкІкІэ зыр зым дыкъыщхьэщыжыфт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди хъуреягъкІэ щыІэ цІыхухэр Иеговэ хуэмылажьэ защІэт. Зэгуэр сэ си Іэр сыуІэжати, ар япхэн хуей хъуащ. Абы къыхэкІкІэ сэ дэІэпыкъуэгъу сыхуейт. Ди зы къуэшыр куэдкІэ къыздэІэпыкъуащ, псалъэм папщІэ, абы си щыгъыныр схуижьыщІт. Апхуэдэу, гугъуехь сыщыпэщІэхуам, лъагъуныгъэ пэжыр зищІысыр зыхэсщІащ». Аращи, зэман гугъухэм дыпэмыплъэу иджыпсту щыщІэдзауэ зэкъуэту дыщывгъэт.

УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ УИ ГУР ЗЭЩИГЪЭУМИ ИЕГОВЭ ПЭЖУ ХУЭЛАЖЬЭ

8. Зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІэфыну?

8 Гугъуехь. Гугъуехь зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым. Библием имыбзыщІу жеІэ «къэзышэ-дэкІуэхэр мы дуней хьэзабым зэрыхэтынур» (1 Кор. 7:28). Сыт абы къикІыр? ЛІыми фызми гуэныхь яхэлъщ, хьэл-щэн зырыз яІэщ икІи ягу ирихьыр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Ахэр лъэпкъ зырыз къыхэкІауэ, хабзэ зырызи щІапІыкІауэ щытыфынущ. Зэщхьэгъусэхэр зэрымышэ щІыкІэ гу зылъамыта хьэл-щэнхэр иужькІэ къыкъуэкІыжыфынущ. Абы къыхэкІкІэ а тІум я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэнкІэ хъунущ. А гугъуехьыр зэгъусэу зэхагъэкІыным и пІэкІэ, зэщхьэгъуситІым зым зыр ягъэкъуэншэжу щІадзэфынущ. Абыхэм я гугъэнкІэ хъунущ е узэпыкІыжын е зэпэщхьэхуэу упсэун фІэкІа нэгъуэщІ хэкІыпІэ зыри щымыІэу. Апхуэдэ мурад ящІмэ, ахэр нэхъ насыпыфІэ хъуну? b Дигу къэдгъэкІыжынщ пасэрей зэманым псэуа зы цІыхубз гуэр. Абы и унагъуэм гугъуехьышхуэ илъат. А цІыхубзым и щапхъэм сытым дыхуигъасэми къэтщІэнщ.

9. Авигея и унагъуэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр илъа?

9 Библием ит щапхъэ. Авигея Навал и щхьэгъусэт. Библием зэрыжиІэмкІэ, Навал цІыху пхъашэт икІи гущІэгъуншэт (1 Сам. 25:3). Авигея дежкІэ гугъуу къыщІэкІынт апхуэдэ цІыхухъу бгъэдэсыну. Авигея щхьэхуит хъужыфыну пІэрэт? Хъужыфынут, Даут Навал иукІыну щыхэтам щыгъуэ. Навал Даутрэ абы и зауэлІхэмрэ псалъэ дыдж куэд ярипэсати, Даут ар иукІыну мурад ищІащ (1 Сам. 25:9—13). Абы щыгъуэ Авигея щІэпхъуэжу Даут зыхуейр хуиту иригъэщІэфынут. Ауэ ар Іуэхум хэІэбэри, Навал имыукІыну Даут елъэІуащ (1 Сам. 25:23—27). Сыт абы апхуэдэу щІищІар?

10. Авигея и унагъуэм гугъуехь илъу щытами, и нэчыхьыр ихъумэну хуэзыгъэушыр сытыт?

10 Авигея Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи унагъуэм теухуауэ абы игъэува хабзэхэм пщІэ хуищІт. Абы ищІэу къыщІэкІынт унагъуэм теухуауэ Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ ярита унафэр (ЩІэдз. 2:24). Авигея къыгурыІуэт Иеговэ и дежкІэ нэчыхьыр лъапІэу зэрыщытыр. Абы Алыхьыр игъэгуфІэну хуейти аращ хузэфІэкІыу хъуар щІищІар, и унагъуэри и щхьэгъусэри къригъэлын щхьэкІэ. Ар а Іуэхум псынщІэу и ужь ихьэри, Навал иримыгъэукІыу Даут къигъэувыІащ. Абы нэмыщІ ар хьэзырт имыщІа гуэныхьым щхьэкІэ «къысхуэгъэгъу» жиІэну. Шэч хэмылъу, Иеговэ а цІыхубз хахуэр фІыуэ илъагъут. Авигея и щапхъэм зэщхьэгъусэхэр сытым хуигъэсэфыну?

11. 1) Иеговэ зэщхьэгъусэхэм сыткІэ щыгугърэ? (Ефес 5:33). 2) Кармен и унагъуэр ихъумэну зэрыхущІэкъуам сытым ухуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

11 Дерсыр. Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэр зэгъусэу къэнэну, абыхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ дэлъми. Ар мэгуфІэ, зэщхьэгъусэхэм я гугъуехьхэр зэхагъэкІыну щыхущІэкъум деж икІи я зэхуаку лъагъуныгъэрэ пщІэрэ щыдэлъым деж. (Къеджэ Ефес 5:33.) Ка́рмен и щапхъэм деплъынщ. Ар дэкІуэри илъэсих дэкІауэ Библиер иджын щІидзащ, иужькІэ псым зыщІигъэуащ. Абы жеІэж: «Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІэздзар си щхьэгъусэм игу ирихьакъым. Абы мыхъун куэд къызипэст икІи сригъэкІыжыну жиІэт». А псом емылъытауэ Кармен и нэчыхьыр зэрихъумэным хущІэкъуащ. Абы къару ирихьэлІэт пщІэрэ лъагъуныгъэрэ хэлъу и щхьэгъусэм хущытыну. Апхуэдэурэ илъэс 50 дэкІащ. Абы пещэ: «Зэманыр кІуэху си щхьэгъусэм и гурыщІэхэр нэхъыфІу къызгурыІуэу хъут. Сэ абы щабэу, зэхэщІыкІ хэлъу сепсалъэу зезгъэсащ. Иеговэ нэчыхьыр лъапІэу зэрилъытэр сщІэти, къарууэ сиІэу хъуар есхьэлІэт, си унагъуэр схъумэн щхьэкІэ. Иеговэ фІыуэ слъагъути си лІым сыбгъэдэкІыну зэи сигу къэкІыххакъым» c. Уи унагъуэм гугъуехь гуэр къихьамэ, Иеговэ дзыхь хуэщІ. Абы уэ зыкъыпщІигъэкъуэнущ икІи псоми упэлъэщыну къыбдэІэпыкъунущ.

Авигея хузэфІэкІыу хъуар ищІащ, и унагъуэр къригъэлын щхьэкІэ. Абы и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ? (11-нэ абзацым феплъ.)


УИ ЩХЬЭМ МЫГЪУАГЪЭ ЩЫХУЭПХЬЫЖЫМ ДЕЖИ ИЕГОВЭ ПЭЖУ ХУЭЛАЖЬЭ

12. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэфыну?

12 Гугъуехь. ЦІыхум гуэныхь хьэлъэ щищІам деж, и щхьэм пщІэ хуимыщІыжу мэхъу. Библием жеІэ гуэныхь зыщІа цІыхум и гур иудауэ зэрыщытыр (Пс. 51:17). Ди къуэш Робе́рто илъэс куэдкІэ зэлэжьыжащ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ. Ауэ абы гуэныхь хьэлъэ ищІэри Иеговэ зэрепцІыжар къыгурыІуащ. Абы жеІэж: «А сщІар сэ зыкІэ си гум хьэлъэу телъти. ГурыщІэ хьэлъэхэм сыщІапІытІэт, си щхьэми мыгъуагъэ хуэсхьыжт. Сэ сыгъыу Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэт, ауэ сегупсыст ар афІэкІа си тхьэлъэІухэм къемыдэІуэну. Сэр хуэдэ зэдаІуэр? Ар сэ къэзгъэпэжакъым». Дэ гуэныхьым зыдедгъэхьэхамэ, ди Іэр етхьэхынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж дэ къытщыхъункІэ хъунущ Иеговэ и щІыб къытхуигъэзауэ, адэкІи дыхуэлэжьэным мыхьэнэ имыІэу (Пс. 38:4). Апхуэдэ гуэр зыхэпщІэу щытмэ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Иеговэ и лэжьакІуэр уигу къэгъэкІыж. Абы гуэныхь хьэлъэ ищІами Иеговэ хуэлэжьэн къигъэнакъым.

13. Апостол Пётр сыт хуэдэ гуэныхь хьэлъэ ищІар икІи а гуэныхьым хуэзышар сыт?

13 Библием ит щапхъэ. Хьисэ щаукІыну махуэм ипэ къихуэ жэщым апостол Пётр гуэныхь хьэлъэм хуэзыша щыуагъэ зыбжанэ ищІат. Пётр и щхьэм щыгугъыІуэт, зыщытхъужт икІи жиІэт, адрей апостолхэм Хьисэ къагъанэми, езым ар зэи къимыгъэнэну (Мк. 14:27—29). ИужькІэ Гефсимание жыг хадэм Хьисэ Пётр мыжеину мызэ-мытІэу елъэІуа пэтми, ар жеящ (Мк. 14:32, 37—41). ИтІанэ Хьисэ яубыдыну бийхэр къыщыкІуам щыгъуэ Пётр щІэпхъуэжащ (Мк. 14:50). ИкІэм-икІэжым абы щэнейрэ Хьисэ имыцІыхуу жиІащ, уеблэмэ абыкІэ тхьэ иІуащ (Мк. 14:66—71). Абы щыгъуэ Пётр хуэмышэчу къыщиудри гъат. Асыхьэтым абы къыгурыІуэжауэ къыщІэкІынт ищІа гуэныхьым и хьэлъагъыр (Мк. 14:72). Сыхьэт зыбжанэ дэкІри абы и ныбжьэгъу Хьисэ яукІащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Пётр и гур икъутыхьауэ зэрыщытар! Абы цІыху мыхьэнэншэу зыкъилъытэжу къыщІэкІынт.

14. Пётр адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну сыт къыдэІэпыкъуар? (Сурэтым феплъ.)

14 Пётр и Іэр иримыхьэхыу адэкІи Иеговэ хуэлэжьащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Пётр къуэшхэм пэІэщІэ захуимыщІу абыхэм яригъусащ. Шэч хэлъкъым абыхэм Пётр гупсэхугъуэ зэрырагъэгъуэтыжам (Лк. 24:33). Абы нэмыщІ лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ Пётр деж кІуащ икІи абы щыгъуэ ар игъэгушхуауэ къыщІэкІынщ (Лк. 24:34; 1 Кор. 15:5). Хьисэ Пётр и щыуагъэхэм щхьэкІэ игъэукІытэн дэнэ къэна, абы пщІэ зыпылъ къалэн нэхъыбэжу иритащ (Ин. 21:15—17). Пётр ищІэт гуэныхь хьэлъэ зэрищІар, ауэ зыри иримыщІысу зыкъилъытэжтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы къыгурыІуэт Хьисэ и щІыб къызэрыхуимыгъэзар. Пётр къуэш, шыпхъухэри дэІэпыкъуэгъу къыхуэхъут. Абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

Иуан 21:15—17 итым къыщыдощІэ Пётр ущыгугъ мыхъуну Хьисэ къызэримылъытар. Абы и фІыгъэкІэ апостолым и Іэр иримыхьэхыу адэкІи Алыхьым хуэлэжьащ (14-нэ абзацым феплъ.)


15. Сыт дэ быдэу ди фІэщ тщІыну Иеговэ зыхуейр? (Псалом 86:5; Рим 8:38, 39). (Сурэтми феплъ.)

15 Дерсыр. Иеговэ хуейщ абы фІыуэ дыкъызэрилъагъумрэ къызэрытхуигъэгъумрэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэну. (Къеджэ Псалом 86:5; Рим 8:38, 39.) Гуэныхь хьэлъэ къыщытІэщІэщІэм деж, дэ гурыщІэ хьэлъэхэм дыщІапІытІэ. Ар гъэщІэгъуэнкъым, ауэ дэ дегупсысын хуейкъым Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъужу икІи зэи къытхуимыгъэгъуну. Апхуэдэм деж дэ занщІэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъазэмэ нэхъыфІщ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Роберто жеІэ: «Сэ гуэныхь щІысІэщІэщІар си щхьэм сыщыгугъыжати аращ. Сэ си гугъащ си къарукІэ гъэунэхуапІэм сыпэлъэщыну». Абы къыгурыІуащ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэзэн зэрыхуейр. Роберто пещэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпу Иеговэ сигъэлъэгъуащ фІыуэ сызэрилъагъур. Сэ зыхэсщІащ къуэшхэми лъапІэу сыкъызэралъытэр. А къуэшхэр къыздэІэпыкъуащ Иеговэ ІэщІыб сызэримыщІар къызгурыІуэну». Дэри Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъум шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ. Гуэныхь тщІам гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжмэ, дэІэпыкъуэгъу къэтлъыхъуэмэ икІи а щыуагъэр афІэкІа зэрыдмыщІэнум дыхущІэкъумэ, Иеговэ Іэмал имыІэу къытхуигъэгъунущ (1 Ин. 1:8, 9). Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур зэрытщІэр къыддэІэпыкъунущ щыуагъэ гуэр тщІэми адэкІэ абы дыхуэлэжьэну.

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыбдэІэпыкъуну зэрыхущІэкъум сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ? (15-нэ абзацым феплъ.)


16. Уи Іэр иумыхьэхыу адэкІи Иеговэ ухуэлэжьэну ущІыхуейр сыт?

16 Иеговэ лъапІэу елъытэ абы дыхуэлэжьэну къару зэретхьэлІэр. Мы зэман гугъухэм ар тыншу пхужыІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІхэм ди гур щызэщагъэу, ди щхьэми мыгъуагъэ щыхуэтхьыж къохъу. Ауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ псори тхузэфІэкІынущ. Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэфынущ икІи абыхэм зыгуэркІэ ди жагъуэ къащІмэ яхуэдгъэгъуфынущ. Унагъуэм къихьэ гугъуехьхэр зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэхагъэкІыфынущ. Апхуэдэу абыхэм къагъэлъэгъуэнущ унагъуэр зыухуа Алыхьым пщІэ зэрыхуащІыр. Дэ гуэныхь къыщытІэщІэщІэм деж, Иеговэ зыдыдогъэІэпыкъу, абы фІыуэ дыкъызэрилъагъум, къызэрытхуигъэгъум шэч къытетхьэкъым икІи дыхуэлэжьэн къэдгъанэкъым. «ФІы щІэным демышу дыхущІэкъумэ», Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэнум шэч къытедмыхьэми хъунущ! (Гал. 6:9).

АДЭКІИ ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР...

  • къуэшым е шыпхъум ди жагъуэ къищІмэ?

  • щхьэгъусэм ди гур зэщигъэумэ?

  • ди щхьэм мыгъуагъэ хуэтхьыжмэ?

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b Библием зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуну хуигъэушкъым. Абы гурыІуэгъуэу щыжыІащ зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуми, нэгъуэщІ унагъуэ зрагъэгъуэтыну абыхэм хуитыныгъэ зэрамыІэр. Ауэ иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэм зэпэщхьэхуэу щІэпсэун щхьэусыгъуэ иІэу къилъытэфынущ. «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым и 4-нэ приложением, «Зэпэщхьэхуэу псэуныр» жыхуиІэм феплъ.

c Иджыри зы унагъуэ гуэрым теухуауэ феплъ jw.org сайтым илъ «Мамырыгъэ нэпцІым зыкъевмыгъэгъапцІэ! Фрисингер Даррелрэ Деборэрэ» жыхуиІэ видеом.