Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

9 СТАТЬЯР

75-НЭ УЭРЭДЫР «Сы-мис! СыгъакІуэ сэ!»

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну ухьэзыр?

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну ухьэзыр?

«Сыт Иеговэ хуэсщІэжынур фІыгъуэ къысхуищІа псом щхьэкІэ?» (ПС. 116:12).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэну икІи псым зыщІэдгъэуэну гукъыдэж диІэн щхьэкІэ, абы гъунэгъу зэрызыхуэтщІ хъунум.

1, 2. Псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт пщІэн хуейр?

 ИУЖЬРЕЙ илъэситхум къриубыдэу мелуаным щІигъу цІыху псым зыщІагъауэри Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Абыхэм ящыщ куэдым, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Тимофей хуэдэу, я «сабиигъуэм къыщыщІэдзауэ» пэжыр ящІэ (2 Тим. 3:14, 15). Языныкъуэхэм балигъ хъуауэ е я ныбжьыр хэкІуэтауэщ Иеговэ къыщацІыхуар. Псалъэм папщІэ, зы цІыхубз гуэрым псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ илъэс 97-рэ хъут.

2 Уэ Библиер бджымэ е уи адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэту щытмэ, псым зыщІэбгъэуэну мурад уиІэ? Апхуэдэ гукъыдэж уиІэныр фІы дыдэщ. Ауэ япэщІыкІэ уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн хуейщ. Абы сыт къикІми мы статьям къыдгуригъэІуэнущ. Иджыри мы статьям къыщытщІэнущ языныкъуэхэм а лъэбакъуэр ячыну щІытемыгушхуэр икІи ахэр а шынэм дапхуэдэу текІуэ хъунуми.

УИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИПЛЪХЬЭНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?

3. Пасэрей зэманым хэхауэ Иеговэ хуэлажьэу щытар хэт?

3 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным къикІыр сыт? Библиер а лъэбакъуэм щытепсэлъыхьым деж, зи гугъу ищІыр Іуэху лъапІэхэм щхьэкІэ щхьэхуэу, хэхауэ ущытыныращ. Израил лъэпкъыр Иеговэ и лъэпкъ хэхауэ щытащ. А лъэпкъым щыщ языныкъуэ цІыхухэр щхьэхуэу, хэхауэ щытт, пщІэ зыпылъ къалэн ягъэзэщІэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, Хьэрун и гугъу тщІынщ. Хьэрун и тюрбаным тетт «Иеговэ щхьэкІэ хэхауэ зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэ». А дамыгъэм къигъэлъагъуэт ар дин пашэшхуэу лэжьэну Алыхьым зэрыхихар (Лев. 8:9). Назорейхэри апхуэдэу цІыху хэхауэ щытащ. «Назорей» псалъэр къызытехъукІар нази́р жыхуаІэ журтыбзэ псалъэращ икІи абы къокІ «щхьэхуэу щытын; зыгуэрым хухэхауэ щытын». Мусэ и ХабзэмкІэ назорейхэм Іуэхугъуэ гуэрхэмкІэ зыгуэр зыхуагъэныкъуэн хуейт (Чис. 6:2—8).

4. 1) Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж, псом япэ идгъэщыр сыт? 2) «Узыхуей Іуэхугъуэхэр къэбгъэнэн» жыхуиІэм къикІыр сыт? (Сурэтми феплъ.)

4 ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щрилъхьэм деж, Хьисэ Мэссихь и лъэужь йоувэ икІи Алыхьым и Іэмырыр япэ ирегъэщ. Сыт абы къикІыр? Хьисэ жиІащ: «Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр кърегъанэ» (Мт. 16:24). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ игу иримыхь сыт хуэдэ Іуэхугъуэми дэ пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ (2 Кор. 5:14, 15). Аращи, «цІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэр» дэ ІэщІыб дощІ, псалъэм папщІэ, зинэ щІэныр (Гал. 5:19—21; 1 Кор. 6:18). Апхуэдэ унафэм ди гъащІэр нэхъ гугъу ищІыну пІэрэ? ИщІынукъым, Иеговэ фІыуэ тлъагъуу щытмэ икІи и унафэхэр сэбэп къызэрытхуэхъум шэч къытедмыхьэмэ (Пс. 119:97; Ис. 48:17, 18). Абы теухуауэ ди къуэш Ни́колас мыпхуэдэу жеІэ: «Хэти Иеговэ и хабзэхэр уи хуитыныгъэр къыптезых тутнакъым ирегъэщхь, хэти аслъэным ущызыхъумэ гъущІ хъар быдэм ирегъэщхь».

Иеговэ и хабзэхэр сыт зэбгъэщхьыр? Уи хуитыныгъэр къыптезых тутнакъ, хьэмэрэ аслъэным ущызыхъумэ гъущІ хъар быдэ? (4-нэ абзацым феплъ.)


5. 1) Дапхуэдэу цІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьэр? 2) Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэнымрэ псым зыщІэбгъэуэнымрэ сыт зэрызэщхьэщыкІыр? (Сурэтми феплъ.)

5 Дапхуэдэу цІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьэр? Абы Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэри жеІэ абы фІэкІа зыми зэрыхуэмылэжьэнур икІи и Іэмырыр япэ зэрыригъэщынур. НэгъуэщІу жыпІэмэ, цІыхум псалъэ ет «игу псомкІи, и псэ псомкІи, и зэхэщІыкІ псомкІи, и къару псомкІи» Иеговэ фІыуэ илъагъуну (Мк. 12:30). Псым зыщІэгъэуэныр — псоми ялъагъуу пщІэ Іуэхугъуэщ, ауэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну лъэІукІэ зыщыхуэбгъазэкІэ ар зылъагъур Иеговэ закъуэщ. Иджы уэ уи мурад нэхъыщхьэр — псалъэ птам утетыжыныращ. Иегови абыкІэ къыпщогугъ (Эккл. 5:4, 5).

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну лъэІукІэ зыщыхуэбгъазэкІэ ар зылъагъур Иеговэ закъуэщ. Уэ Алыхьым псалъэ ибот абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми ухуэмылэжьэну икІи ар зыхуейр япэ ибгъэщыну (5-нэ абзацым феплъ.)


УИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ЩІИПЛЪХЬЭН ХУЕЙР СЫТ?

6. ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэну сыт хуэзыгъэушыр?

6 ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щІрилъхьэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэращ. Апхуэдэ лъагъуныгъэр гурыщІэ закъуэу щыткъым. Уэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар Библием ит щІэныгъэ пэжыращ (Кол. 1:9). Тхыгъэ ЛъапІэр щыбджым уэ къыбгурыІуащ: 1) Иеговэ зэрыщыІэр, 2) Библиер абы иригъэтхауэ зэрыщытыр, 3) абы и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ и организацэр къызэригъэсэбэпыр.

7. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну узэрыхьэзырыр къэзыгъэлъэгъуэнур сыт?

7 Зи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьэм Библием ит щІэныгъэхэр ещІэ икІи Алыхьым и хабзэхэм тету мэпсэу. Абы къищІамкІэ нэгъуэщІхэм зэрыхъукІэ догуашэ (Мт. 28:19, 20). А цІыхум Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэурэ макІуэ икІи ар Иеговэ закъуэщ хуэлэжьэну зыхуейр. Уэри апхуэдэу ущыт? Ущытмэ, гъуэгу пэжым утету жыпІэ хъунущ. Уэ уи адэ-анэр е Библием уезыгъаджэр бгъэгуфІэн къудей щхьэкІэ псым зыщІэбгъэуэнукъым икІи псым зыщІэзыгъауэ гуэрхэм гъусэ уахуэхъун къудей щхьэкІэ а лъэбакъуэр пчынукъым. Уэ а мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэр пчыну ухуэзыгъэушынур Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэ гуащІэращ.

8. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну уи гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур? (Псалом 116:12—14).

8 Иеговэ къыпхуищІэ фІыгъуэхэм ущегупсысым деж, уэ езыр ухуейуэ ухъунущ уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэну. (Къеджэ Псалом 116:12—14.) Библием итщ Иеговэ «сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри уафэм къезыгъэх» Адэу зэрыщытыр (Екъуб 1:17). А тыгъэхэм щыщу нэхъ лъапІэ дыдэр — ар Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Фегупсыс къудей — щхьэщэхужым Іэмал къывет фэ Алыхьым и ныбжьэгъу фыхъуу, гъащІэ мыухыж фиІэу фыпсэуну! (1 Ин. 4:9, 10, 19). Фэ фи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрифлъхьэмкІэ къэвгъэлъэгъуэнущ щхьэщэхуж къурмэныпхъэри нэгъуэщІ тыгъэхэри фІыщІэ зэрыфщІыр (Втор. 16:17; 2 Кор. 5:15). Мы темэм фІыуэ топсэлъыхь «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» тхылъыр. Ар къыщыбгъуэтынущ 46-нэ урокым и 4-нэ пунктым. Абы хэтщ дакъикъищкІэ екІуэкІ «Алыхьым хуэтщІ тыгъэхэр» жыхуиІэ видеор.

УИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИПЛЪХЬЭУ ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭНУ УХЬЭЗЫР?

9. Библиер зыдж псоми я фІэщхъуныгъэр зэхуэдэу зэрыхэмыхъуэр зыщумыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

9 Уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуэну иджыри умыхьэзыру къэплъытэнкІэ хъунущ. Иеговэ жиІэ псом утетын щхьэкІэ, уэ иджыри уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэн хуеину къыщІэкІынщ. Е уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ зэман нэхъыбэ ухуеинкІэ хъунущ (Кол. 2:6, 7). Библиер зыдж псоми я фІэщхъуныгъэр зэхуэдэу хэхъуэкъым. НыбжьыщІэхэм щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Уэ езым сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ пщІын хуейми зэхэгъэкІ икІи зыми зумыгъапщэ (Гал. 6:4, 5).

10. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну икІи псым зыщІэбгъэуэну умыхьэзырмэ, сыт пщІэ хъунур? (« Зи адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэту щытхэм папщІэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

10 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьэну умыхьэзырми, укъэмыувыІэу адэкІи а мурадым хущІэкъу. Уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэн щхьэкІэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу (Флп. 2:13; 3:16). Абы уи тхьэлъэІухэр зэрызэхихыным икІи жэуап къызэрыуитыным шэч лъэпкъ къытумыхьэ (1 Ин. 5:14).

ЯЗЫНЫКЪУЭХЭР ЩІЫТЕМЫГУШХУЭР СЫТ?

11. Дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур, абы хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ?

11 Языныкъуэхэр хьэзырщ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэу псым зыщІагъэуэну, ауэ а лъэбакъуэхэр ячыну тегушхуэркъым. Ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «ЗыгуэркІэ гуэныхь хьэлъэ къысІэщІэщІэрэ зэхуэсым сыхагъэкІмэ-щэ?» Апхуэдэ гупсысэ уигу къэкІмэ, шэч къытумыхьэ Иеговэ «езым хуэфащэу упсэуну» къызэрыбдэІэпыкъунум (Кол. 1:10). Иджыри абы къару къыуитынущ гъуэгу пэжым утетыну. Къуэш, шыпхъу куэдым я гъащІэм къегъэлъагъуэ Алыхьым дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур (1 Кор. 10:13). Къапщтэмэ, дуней псом зэхуэсу щыІэхэм хагъэкІхэр апхуэдизуи куэд хъукъым. Ар щыхьэт тохъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрадэІэпыкъум, ахэр гъуэгу пэжым тетын щхьэкІэ.

12. Гуэныхь хьэлъэ дымыщІэну сыт къыддэІэпыкъунур?

12 ЦІыху псори гуэныхьлыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ, гъэунэхуапІэхэм пэщІохуэ (Екъуб 1:14). Ауэ абыхэм зыдригъэшэхынрэ зыдримыгъэшэхынрэ дэтхэнэ зыри хуитыжщ. ИкІэм-икІэжым пщІэнумкІэ унафэ зыщІыжыр уэращ. Хэт сыт жимыІами, уэ пхузэфІэкІынущ гурыщІэ къемызэгъхэм зыдумыгъэшэхыну. Гуэныхь умыщІэну къыбдэІэпыкъуну чэнджэщ зыбжанэм деплъынщ. Махуэ къэс Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Библиер зэрыбджын график щІыи абы тет. ЗэІущІэхэр блумыгъэкІ. КъапщІэмкІэ адрейхэм ядэгуашэ. Апхуэдэу пщІэмэ, Иеговэ псалъэ ептам утетыжыну къару уиІэнущ. Зэи зыщумыгъэгъупщэ: Иеговэ уэ къыбдэІэпыкъунущ (Гал. 5:16).

13. Исуф сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъэгъуар?

13 Иеговэ епта псалъэм утетыжыну нэхъ тыншу щытынущ, гъэунэхуапІэ упэщІэхуэн ипэ зэрызыпщІыным уегупсысмэ. Апхуэдэу зыщІа цІыху куэдым Библиер топсэлъыхьыж. Исуф и щапхъэм деплъынщ. Потифар и щхьэгъусэм ар мызэ-мытІэу къыдихьэхыну хэтащ. Ауэ Исуф ищІэн хуейр ищІэт. Библием щыжыІащ абы ар зэрыхуимыдар икІи мыпхуэдэу зэрыжриІар: «Сэ дауэ злэжьын а Іеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?» (ЩІэдз. 39:8—10). Нэрылъагъущ, Потифар и щхьэгъусэр къыщыхьэн ипэ, Исуф ищІэнур ищІэу зэрыщытар. Аращ Исуф и дежкІэ нэхъ тынш щІэхъуар а гъэунэхуапІэм пэщІэтыну.

14. Иеговэ илъагъу мыхъур занщІэу ІудгъэкІуэту дапхуэдэу зэрызедгъэсэнур?

14 Дапхуэдэу Исуф щапхъэ зэрытетхыфынур? Дэри гъэунэхуапІэ дыпэщІэхуэн ипэ дегупсысын хуейщ сыт тщІэнуми. Иеговэ илъагъу мыхъур занщІэу ІубгъэкІуэту зегъасэ. Иеговэ и жагъуэ зыщІын Іуэхухэм уегупсысыххэн хуейкъым (Пс. 97:10; 119:165). Абы щыгъуэ пхузэфІэкІынущ Іейм зыдумыгъэхьэхыну. Уэ пщІэн хуейри зэрызыпщІын хуейри къыбгурыІуэу щытынущ.

15. Иеговэ «и гъуэгум зэрылъыхъуэр» дапхуэдэу цІыхум зэригъэлъэгъуэфынур? (Еврейхэм 11:6).

15 Уэ пэжыр къызэрыбгъуэтар уи фІэщ мэхъу икІи уигу псомкІэ Иеговэ ухуэлэжьэну ухуейщ, ауэ уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуэну утегушхуэкъым. Апхуэдэм деж сыт пщІэ хъунур? Абы щыгъуэ пащтыхь Даут щапхъэ тепх хъунущ. Иеговэ мыпхуэдэу елъэІу: «Сыгъэунэху, си Алыхь, си гум илъыр къащІэ, сыгъэунэху икІи сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къащІэ. Гъуэгу шынагъуэм сытехьэну сыхуэзыгъэуш гуэр схэлърэ схэмылърэ зэхэгъэкІ икІи мыкІуэдыжын гъуэгум сытегъэт» (Пс. 139:23, 24). Апхуэдэ тхьэлъэІум къигъэлъэгъуэнущ уэ Иеговэ дэІэпыкъуэгъу пщІыну узэрыхуейр икІи уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщІэбгъэуэну уиІэ мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ къару зэрепхьэлІэр. Апхуэдэу пэжым «и гъуэгум лъыхъуэхэм» Иеговэ и нэфІ ящохуэ. (Къеджэ Еврейхэм 11:6.)

АДЭКІИ ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭЩІ

16, 17. Зи адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэту щытхэр дапхуэдэу Иеговэ зэрызришалІэр? (Иуан 6:44).

16 Хьисэ жиІауэ щытащ и «Адэ лъапІэм къыхуимышэмэ» абы и лъэужь иувэну зыми зэрылъэмыкІынур. (Къеджэ Иуан 6:44.) А гупсысэ куум уи дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс. Иеговэ езым зришалІэ дэтхэнэ зы цІыхуми фІы гуэр хелъагъуэ. Абы апхуэдэ цІыхур «хэхауэ», езым ейуэ икІи лъапІэу къелъытэ (Втор. 7:6). Уэри Иеговэ и дежкІэ улъапІэщ.

17 Ди щІалэгъуалэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Уэ къыпщыхъункІэ хъунущ Иеговэ уэ узримышэлІауэ, атІэ зришэлІар уи адэ-анэрауэ икІи уэ уегупсысыфынущ абыхэм я гъусэу ауэ сытми зэІущІэхэм укІуэу. Апхуэдэу къыпщыхъумэ, Библием ит мы псалъэхэр уигу къэгъэкІыж: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8; 1 Лет. 28:9). Уэ езым Иеговэ гъунэгъу зыхуэпщІын щхьэкІэ лъэбакъуэ щыпчым деж, езыми гъунэгъу зыкъыпхуещІ. Дэ Иеговэ гупурэ дизришалІэкъым, атІэ дэтхэнэ зыри зырызурэ дыкъыхех. Абы дэтхэнэ зы цІыхури езым зрешалІэ, и лэжьакІуэхэм я бынхэри абы хэту. Аращи, Екъуб 4:8 зэритым хуэдэу, цІыхум Алыхьым гъунэгъу зыщыхуищІым деж, езы Алыхьми абы гъунэгъу зыкъыхуещІ. (Евгъапщэ 2 Фессалоникэ 2:13.)

18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур? (Псалом 40:8).

18 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщыщІэбгъауэм деж, уэ Хьисэ щапхъэ тыбох. Абы и Адэр къызэрелъэІуу хъуар псори и гум къыбгъэдэкІыу игъэзащІэт. (Къеджэ Псалом 40:8; Евр. 10:7). Псым зыщІэбгъэуа иужь адэкІи Иеговэ хуэпэжу ущытыну сыт къыбдэІэпыкъунуми къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным сыт къикІыр?

  • Уи гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну?

  • Гуэныхь хьэлъэ умыщІэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ