Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

28 СТАТЬЯР

Алыхь фІэлІыкІ узэриІэм укъихъумэнущ

Алыхь фІэлІыкІ узэриІэм укъихъумэнущ

«Гъуэгу захуэм ирикІуэрщ фІэлІыкІыр Тхьэуэ Зиусхьэным» (ПРИТ. 14:2, Гъэсэпэтхыдэхэр).

122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Дэ нобэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэмрэ ЛутІ зыпэщІэхуэу щыта гугъуехьхэмрэ сыткІэ зэщхь?

 ЦІЫХУХЭМ я дуней тетыкІэр кІуэ пэтми нэхъ гущыкІыгъуэ хъуурэ макІуэ. Ар щытлъагъум деж, Алыхьым и лэжьакІуэ ЛутІ иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри зыхыдощІэ. ЛутІ и гум техуэжтэкъым «Тхьэм и унафэхэм текІа цІыхухэм я мыхъумыщІэ псэукІэр», сыту жыпІэмэ абы ищІэт цІыхухэм ялэжь Іуэхухэр Иеговэ илъагъу зэрымыхъур (2 Пет. 2:7, 8). ЛутІ Алыхьыр фІыуэ илъагъут икІи абы фІэлІыкІт. Абы къыхэкІкІэ адрей цІыхухэм я мыхъумыщІэ псэукІэм абы щапхъэ трихтэкъым. Ди зэманми цІыху нэхъыбэр Иеговэ и хабзэхэм йолъэпауэ. Ауэ, абы емылъытауэ, дэ Алыхьым и пащхьэм къабзэу дыкъыщынэфынущ. Абы щхьэкІэ Иеговэ худиІэ фІэлІыкІымрэ лъагъуныгъэмрэ хэдгъэхъуэн хуейуэ аращ (Прит. 14:2, Гъэс.).

2 Иеговэ Притчи тхылъыр тыгъэу къыдитащ икІи ар къыддоІэпыкъу гъуэгу захуэм дытемыкІыну. А тхылъым ит гупсысэхэм куууэ дызэрегупсысыр дэ псоми — къуэшхэми, шыпхъухэми, зи ныбжь хэкІуэтахэми, щІалэхэми — сэбэп къытхуэхъунущ.

АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ УЗЭРИІЭМ УКЪИХЪУМЭНУЩ

ЛэжьапІэм дыщымысакъыу хъунукъым: хэт абы щыдгъэныбжьэгъур икІи дапхуэдиз зэман апхуэдэ ныбжьэгъухэм тедгъэкІуадэр? (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Притчи 17:3 зэритымкІэ, ди гур тхъумэн щІыхуейр сыт? (Сурэтым феплъ.)

3 Дэ ди гур тхъумэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ абы илъ псори елъагъу, цІыхухэм гу зылъамытэ нэгъуни. Дэ Алыхьым зыри щыдбзыщІыфынукъым. (Къеджэ Притчи 17:3, Гъэс.) ГъащІэ къыдэзыт ІущагъымкІэ ди акъылыр зэрыдгъэнщІым Иеговэ егъэгуфІэ (Ин. 4:14). Абы нэмыщІ Алыхьыр хуейщ Иблисым къыбгъэдэкІ щхъухьым ди гур щытхъумэну. Апхуэдэ щхъухьым ебгъэщхь хъунущ мы дунейм къыщекІуэкІ хабзэншагъэмрэ дин нэпцІым зыхуригъаджэмрэ (1 Ин. 5:18, 19). Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъухукІэ, абы худиІэ лъагъуныгъэмрэ абы хуэтщІ пщІэмрэ хэхъуэнущ. Дэ дыхуейкъым уафэм щыІэ ди Адэм и гум деуэну. Абы къыхэкІкІэ гуэныхь лэжьыным дызэрегупсыс къудейр гущыкІыгъуэу къыдолъытэ. Хъуэпсэныгъэ Іейм удишэхыу щІидзамэ, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Дауэ апхуэдизу фІыуэ сыкъэзылъагъу Алыхьым и гум сызэреуэнур?» (1 Ин. 4:9, 10).

4. Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр дапхуэдэу ди зы шыпхъум къызэрыдэІэпыкъуар?

4 Хорватием щыщ ди шыпхъу Мартэ b зинэ щІэным дишэх пэтащ. Ар къыддогуашэ: «А дакъикъэм гуэныхьыр апхуэдизкІэ хъуэпсэгъуэу икІи ІэфІу къысщыхъути, абы сыпэщІэтыну зышыІэныгъи къаруи симыІэу къысфІэщІт. Ауэ Иеговэ фІэлІыкІ зэрыхузиІэм сыкъригъэлауэ жыпІэ хъунущ». Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр дапхуэдэу ди шыпхъум къызэрыдэІэпыкъуар? Мартэ егупсыст, а хъуэпсэныгъэр зытригъакІуэмэ, абы къыпэкІуэну псом. Дэри абы дерс хыдох. Гуэныхьым Іей куэд къыпокІуэ, ауэ нэхъ Іей дыдэр мыращ: гуэныхь хьэлъэ зылэжьар Иеговэ и гум йоуэ икІи гъащІэ мыухыжым теухуауэ иІэ гугъапІэр абы зыфІегъэкІуэд (ЩІэдз. 6:5, 6).

5. Лео къыщыщІам сыт хуэдэ дерс хэтхыр?

5 Иеговэ фІэлІыкІ худиІэмэ, ныбжьэгъу Іейхэр пэшэгъу тщІынукъым. Абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр Конго щыщ ди къуэш Лео къыщыщІам къегъэлъагъуэ. Лео псым зэрызыщІигъауэрэ илъэсиплІ дэкІауэ хабзэншагъэ зезыхьэхэм ныбжьэгъу яхуэхъуащ. Абы и гугъэт езым зэи Іей лъэпкъ имыщІэну. Ауэ куэд дэмыкІыу, и ныбжьэгъухэм хуэдэу, абыи фадэкІэ иригъэлейуэ икІи зинэ ищІэу щІидзащ. А зэманым Лео игу къэкІыжащ Иеговэ хуэлажьэ и адэ-анэм зыхурагъаджэу щытамрэ езыр Алыхьым щыхуэлажьэм и гъащІэр насыпыфІэу зэрыщытамрэ. Абы и фІыгъэкІэ ди къуэшым зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдигъэІэпыкъури, Иеговэ и деж къигъэзэжащ. Нобэ Лео зэхуэсым и нэхъыжьу икІи специальнэ пионеру мэлажьэ.

6. Сыт хуэдэ цІыхубзитІ зи гугъу тщІынур?

6 Иджыпсту Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэр зэпкърытхынщ. Ар цІыхубзитІым топсэлъыхь. Зым къигъэлъагъуэр Іущагъыращ, адрейм — акъылыншагъэращ. (Евгъапщэ Рим 5:14; Галатие 4:24.) А цІыхубзитІым зызыхуагъазэр Іущагъ зимыІэхэращ, икІи абыхэм жаІэр зыщ: «ФыкъакІуи, зыІувгъахуэ си шыгъу-пІастэ» (Прит. 9:1, 5, 6, 13, 16, 17, Гъэс.). КъызэрыщІадзэ псалъэхэр зэщхьми, зым жиІэм дедаІуэмэ — къыпэкІуэнур фІыщ, адрейм дедаІуэмэ — къыпэкІуэнур Іейщ. ШейтІаным и дунейм зинэ щІэнымрэ порнографие еплъынымрэ хуабжьу зыщаубгъуащ (Еф. 4:19). Абы къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ Іейм пэІэщІэ зыхуэтщІыным икІи Алыхь фІэлІыкІ тхэлъыным (Прит. 16:6). Апхуэдэу щыхъукІэ Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэм итыр зэрызэпкърытхыр дэ псоми — къуэшхэми, шыпхъухэми — сэбэп тхуэхъунущ.

АКЪЫЛЫНШАГЪЭМ И ГЪУЭГУМ УТЕМЫХЬЭ

ЦІыхубз акъылыншэм едаІуэр бэлыхь хэхуэфынущ (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Притчи 9:13—18 зэритымкІэ, «цІыхубз акъылыншэм» едаІуэхэм сыт къапэщылъыр? (Сурэтым феплъ.)

7 «ЦІыхубз акъылыншэм» блэкІхэм яжриІэм гу лъыттэнщ. (Къеджэ Притчи 9:13—18, Гъэс.) КъедаІуэхэр ажалым зэрыхуэкІуэнур ищІэ пэтми, абы жыІэзыфІэщ псори и унэм кърегъэблагъэ. Абы фигу къигъэкІыжауэ къыщІэкІынущ Притчи тхылъым и нэгъуэщІ псалъащхьэхэм къыщыхьа щапхъэхэр. Псалъэм папщІэ, зы псалъащхьэм дыхуегъэуш «хамэ цІыхубзым» икІи «нэгъуэщІым и щхьэгъусэм» зыщытхъумэну: «Ажалщ а цІыхубзым и унэр зи хэщІапІэр» (Прит. 2:11—19, Гъэс.). Абы нэмыщІ Притчи 5:3—10 и гугъу ещІ ажалым ухуэзышэ хамэ цІыхубзым.

8. Унафэ щытщІын хуей сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дихуэнкІэ хъуну?

8 «ЦІыхубз акъылыншэм» и псалъэхэр зэхэзыхым унафэ ищІын хуейщ: абы жиІэм едаІуэу и деж щІыхьэну, хьэмэрэ емыдаІуэу и унэм блэкІыну? Дэри абы ещхь унафэ гуэр щытщІын хуей къохъу. Псалъэм папщІэ, зинэ щІэным зыдедгъэшэхыну? Телевизорым е ди смартфоным цІапІагъэ гуэр къытридзамэ, абы деплъыну?

9, 10. Зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуэтщІын щІыхуейр сыт?

9 Зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуэтщІыну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. «ЦІыхубз акъылыншэм» мыпхуэдэу жеІэ: «Узрамыгъафэ псыр аракъэ ІэфІыр?» «Узрамыгъафэ псыр», е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, къэдыгъуа псыр, сыт зищІысыр? Библием зэщхьэгъусэхэм я пІэщхьагъыр уи псыхуэлІэр изыгъэкІ псы къабзэм ирегъэщхь (Прит. 5:15—18, Гъэс.). Нэчыхь зиІэ зэщхьэгъусэхэр зэгъусэну хуитщ икІи апхуэдэ зэхущытыкІэм абыхэм гуфІэгъуэ хах. Ауэ «узрамыгъафэ псыр» — ар зинэ щІэныращ. Дыгъум и Іуэху Іейхэр щэхуу зэрищІэм хуэдэу, «псыр къэзыдыгъухэми» зинэ зэращІэр адрейхэм къызэрамыгъэщІэным иужь итщ. Ар ІэфІ гуэру къащохъу икІи ялэжь гуэныхьым зыри Іей къыпэмыкІуэну я гугъэщ. Ауэ ар пэжкъым! Иеговэ псори елъагъу! А «псыр» ІэфІкъым, атІэ дыджщ, сыту жыпІэмэ абы и ягъэкІэ цІыхум Алыхьым и ныбжьэгъугъэр фІокІуэд (1 Кор. 6:9, 10). Сыт иджыри зинэ щІэным къыпэкІуэр?

10 Зинэ зыщІам напэ къабзэр фІокІуэд икІи абы и щхьэм пщІэ хуимыщІыжу мэхъу. Зинэ щІэным и ягъэкІэ зэщхьэгъусэхэр щызэбгъэдэкІыж щІэх-щІэхыурэ къохъу икІи гуэныхь зыщІа цІыхубзыр уэндэгъу хъуфынущ. «ЦІыхубз акъылыншэм» и унэм ущІыхьэн дэнэ къэна, жыжьэрэ гъунэгъуу абы убгъэдэмыхьэмэ, нэхъыфІщ! Абы и «шхыныгъуэхэр» къызыІурыІэфІар лІауэ жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэфІыр абы зэтрикъутащ. Абы нэмыщІ уз зэрыцІалэхэм къыхэкІкІэ зинэ зыщІэхэр иджыри щІалэу дунейм ехыжыфынущ (Прит. 7:23, 26, Гъэс.). 9-нэ псалъащхьэм, 18-нэ едзыгъуэм итщ: «ХьэщІэу къыхуепсыхри зы къэмынэу зытетыр хьэдрыхэ гъуэгущ». Апхуэдэу щыщыткІэ, щхьэ апхуэдиз цІыхур «цІыхубз акъылыншэм» и къапхъэным ихуэрэ? (Прит. 9:13—18, Гъэс.).

11. Порнографие уеплъыным сыт хуэдэ зэран пылъыр?

11 Ди зэманым порнографием хуабжьу зиубгъуащ. Языныкъуэхэм ар нэгу зегъэужьыкІэ тэмэму къащохъу, ауэ порнографием зэранышхуэ къехь. Абы цІыхум и пщІэр иреудых икІи абы емыплъу хузэфІэмыкІыжу ещІ. Зэплъа цІапІагъэхэр цІыхум и акъылым иригъэкІыжыну егъэлеяуэ гугъу мэхъу. Иеговэ и лэжьакІуэр хуейщ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм гъуэгу иримытыну, ауэ порнографием апхуэдэ хъуэпсэныгъэхэр нэхъри къызэщІегъэст (Кол. 3:5; Екъуб 1:14, 15). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, порнографие еплъыным куэдыр зинэ щІэным хуишащ.

12. ГурыщІэ къемызэгъхэр къыдэзытыфыну сурэтхэр къытпэщІэхуэмэ, сыт тщІэн хуейр?

12 Сыт дэ тщІэнур ди электроннэ Іэмэпсымэм цІапІагъэ гуэр къытридзэ хъумэ? ЗэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу ди нэр абы тедгъэкІын хуейщ. Апхуэдэу тщІэну нэхъ тынш хъунущ, ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъ лъапІэр сытми зыщыдмыгъэгъупщэмэ — ар Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыращ. Языныкъуэ сурэтхэр порнографие дыдэу щымытми, абыхэм дызэреплъым гурыщІэ къемызэгъхэр къыдатыфынущ. Абыхэми деплъын щІыхуэмейр сыт? ДигукІэ зинэ тщІэну е а гуэныхь хьэлъэм дыхуэзышэфыну лъэбакъуэ тчыну дыхуейкъыми аращ (Мт. 5:28, 29). Таиланд щыщ Дэвид зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ икІи абы жиІэр мыращ: «Сэ сыт щыгъуи мыпхуэдэу сызоупщІыж: „Сурэтыр порнографие дыдэу щымытми, абы сызэреплъыр Иеговэ игу ирихьыну пІэрэ?“ Апхуэдэу сызэрегупсысыр къыздоІэпыкъу Іущагъ зыхэлъ унафэхэр сщІыну».

13. Сыт къыддэІэпыкъунур Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІыну?

13 Иеговэ дызэрыфІэлІыкІыр къыддэІэпыкъунущ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІыну. Алыхьым и жагъуэ тщІыну дызэрыхуэмейр — «Іущыгъэм и пэублэщ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Іущагъ зэдгъэгъуэтыну къыддэІэпыкъу япэ лъэбакъуэщ (Прит. 9:10, Гъэс.). А гупсысэр Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэм и щІэдзапІэм къыхощ. А пычыгъуэр етІуанэ цІыхубзым топсэлъыхь. Абы къигъэлъагъуэр Іущагъ нэгъэсаращ.

ІУЩАГЪ ПЭЖЫМ И ПСАЛЪЭХЭМ ЩІЭДЭІУ

14. Притчи 9:1—6 зэритымкІэ, Иеговэ дэнэ дыкъыздригъэблагъэр?

14 Къеджэ Притчи 9:1—6 (Гъэс.). Іущагъ пэжыр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ икІи абы зыкъызэрытхуигъазэ псалъэхэм мы едзыгъуихым дыкъыщоджэ (Прит. 2:6; Рим 16:27). Мы пычыгъуэр зытепсэлъыхь унэшхуэм «пкъощІэсибл» иІэщ. Абы дигу къегъэкІыж ди Алыхьым хьэлэлагъ зэрыхэлъыр икІи абы къыбгъэдэкІ Іущагъым хуэныкъуэ дэтхэнэ зыри и деж къэкІуэну къызэрыригъэблагъэр.

15. Алыхьым сытым дыхуигъэушрэ?

15 Иеговэ дызыхуэныкъуэ псори берычэту къыдет. Абы хьэлэлагъ хэлъщ икІи сыт щыгъуи и нэІэ къыттригъэтщ. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэр зытепсэлъыхь етІуанэ цІыхубзми хэлъщ. Абы къигъэлъагъуэр Іущагъ пэжыращ. А цІыхубзым и Іэщым щыщу нэхъыфІыр и хьэщІэхэм яхуиукІащ икІи удзыфІкІэ санэ зэхищІэри, и Іэнэр къиузэдащ (Прит. 9:2, Гъэс.). АдэкІэ 4-нэ, 5-нэ едзыгъуэхэм мыпхуэдэу итщ: «Зыхуегъазэ абы акъылкІэ хуэмыщІахэм: „ФыкъакІуи, зыІувгъахуэ си шыгъу-пІастэ“». Іущагъ пэжым и унэм деблагъэу абы и Іэнэм дыпэрысын щІыхуейр сыт? Иеговэ хуейщ абы и бынхэм Іущагъ яхэлъыну икІи ахэр Іейм щыхъума хъуну. Ар хуейкъым, дэ зыгуэрым зыхуедгъэсэн щхьэкІэ, натІэкІэ деуэурэ дыкъигъэлъеижу дыпсэуну. Аращ Иеговэ «цІыху пэжхэм щхьэкІэ Іущагъыр» щІихъумэр (Прит. 2:7). Иеговэ дызэрыфІэлІыкІым дыхуегъэуш ар арэзы зыщІын гъащІэ етхьэкІыну. Дэ абы къыбгъэдэкІ чэнджэщ Іущхэм додаІуэ икІи гуфІэгъуэ диІэу ахэр догъэзащІэ (Екъуб 1:25).

16. Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр дауэ Алан къызэрыдэІэпыкъуар Іущагъ зыхэлъ унафэ къищтэну икІи сыт абы къыпэкІуар?

16 Зэхуэсым и нэхъыжь А́лан Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр къыдэІэпыкъуащ Іущагъ зыхэлъ унафэ къищтэну. Ар егъэджакІуэу школым щолажьэ. Алан къыддогуашэ: «Къыздэлажьэ куэдым ябжт цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну порнографиер къыбдэІэпыкъуу». Ауэ Алан нэгъуэщІ еплъыкІэт иІэр. Абы жеІэ: «Алыхь фІэлІыкІ сызэриІэм къыхэкІкІэ апхуэдэ фильмхэм сеплъыну сэ зэи здэтэкъым. СыщІемыплъым и щхьэусыгъуэри къыздэлажьэхэм къагурызгъаІуэт». «Акъыл и гъуэгукІэ фызэхэзекІуэ» жыхуиІэ чэнджэщым ди къуэшыр тетт (Прит. 9:6, Гъэс.). Алан и еплъыкІэр языныкъуэ егъэджакІуэхэм хуабжьу ягу ирихьащ. Иджыпсту абыхэм Библиер ядж икІи ди зэІущІэхэм къокІуэ.

Іущагъ пэжым и гъуэгум гъащІэм ухуешэ (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)

17, 18. Іущагъ пэжым и унэм еблагъэхэм сыт хуэдэ Іэмал яІэр икІи сыт хуэдэ гъащІэ абыхэм къапэщылъыр? (Сурэтым феплъ.)

17 ЦІыхубзитІым я щапхъэмкІэ Иеговэ дегъэлъагъу, гъащІэ насыпыфІэ етхьэкІын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейми. ЦІыхубз акъылыншэм едаІуэхэм загъэтхъэжын фІэкІ Іуэху яІэкъым. Абыхэм щэхуу ялэжь гуэныхьыр ІэфІу къащохъу икІи абы къыпэкІуэнум егупсыскъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм къапэщылъыр ажалщ (Прит. 9:13, 17, 18, Гъэс.).

18 Абы елъытауэ, Іущагъ пэжым едаІуэхэм я Іуэхур куэдкІэ нэхъыфІщ! Іущагъым и хьэщІэхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэхэм къикъутэ Іэнэм пэрысщ. А шхыныгъуэхэр ІэфІщ икІи сэбэпщ (Ис. 65:13). Бегъымбар Ешайа къигъэсэбэпу Иеговэ къыджеІэ: «Сэ фІыуэ фыкъызэдаІуи шхыныфІ фшхы икІи фи гум шхын нэхъыфІ дыдэкІэ зрегъэнщІ» (Ис. 55:1, 2). Иеговэ фІыуэ илъагъур дэри фІыуэ тлъагъуу, абы илъагъу мыхъур дэри тлъагъу мыхъуу зыдогъасэ (Пс. 97:10). Дэ хуабжьу дигу ирохь Іущагъ пэжым и унэм адрейхэри къедгъэблэгъэну. Абы и унэм дызэреблагъэм дэри дэ къыдэдаІуэхэри зэи дыхущІегъуэжынукъым. Дэ Іэмал диІэщ гъащІэ мыухыж диІэу икІи Іущагъым и гъуэгум зэи дытемыкІыу дыпсэуну! (Прит. 9:3, 4, 6).

19. Сыт хуэдэ дерс дэ хэтхыр Экклезиаст 12:13, 14 ит псалъэхэм? (Абы нэмыщІ « Алыхь фІэлІыкІым къытхуихь сэбэпынагъыр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

19 Къеджэ Экклезиаст 12:13, 14. Дыщыпсэу иужьрей махуэхэм цІыхухэм хабзэншагъэ куэд зэрахьэ. Ауэ дэ Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и пащхьэм къабзэу дыкъыщынэну. Иеговэ дызэрыфІэлІыкІым дыхуегъэуш адэкІи адрейхэр Іущагъ пэжым и деж щеджэну къедгъэблэгъэну.

127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?

a Алыхь фІэлІыкІ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ди гур къехъумэ икІи хабзэншагъэмрэ порнографиемрэ дыщехъумэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Притчи тхылъым и 9-нэ псалъащхьэр. Ар цІыхубзитІым топсэлъыхь. Зым къигъэлъагъуэр Іущагъыращ, адрейм — акъылыншагъэращ. А псалъащхьэм хэтхыну дерсхэм щыуагъэ куэдым дыщахъумэнущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.