27 СТАТЬЯР
Алыхь фІэлІыкІ уиІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
«Иеговэ игъэныбжьэгъухэр абы фІэлІыкІхэращ» (ПС. 25:14).
8-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1, 2. Псалом 25:14 зэритымкІэ, Иеговэ и ныбжьэгъу пэж дыхъун щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
НЫБЖЬЭГЪУ пэжхэр дапхуэдэу зэрызэхущытын хуейр? ФІыуэ зэрылъагъун икІи зыр зым дэІэпыкъун хуейщ, пэжкъэ? Ауэ зэныбжьэгъухэр зыр зым щышынэн хуейуэ уэ уи щхьэм къэкІыну хъунтэкъым. Апхуэдэу щытми, мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуну хуейхэр абы щышынэн хуейщ. (Къеджэ Псалом 25:14.)
2 Илъэс дапщэ хъуауэ Иеговэ дыхуэмылажьэми, дэ псоми Алыхь фІэлІыкІ диІэн хуейщ. Сыт абы къикІыр? Дауэ ар зыхэтлъхьа хъуну? Абы нэмыщІ А́вдий, Иода́й, Иоа́с сымэ я щапхъэр дэ сыткІэ къыддэІэпыкъуну?
АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ УИІЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?
3. Сыт дэ дызыщышынэ хабзэр икІи апхуэдэ шынэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъыр?
3 Ди гъащІэм е ди узыншагъэм зэран хуэхъун гуэр щыІэмэ, абы дигъэшынэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ шынэм сэбэп пылъщ, сыту жыпІэмэ ар къыддоІэпыкъу Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну. Псалъэм папщІэ, бгым дехуэхыну дызэрышынэм щыхупІэм пэжыжьэ зыхуэтщІыну дыхуегъэуш. Абы нэмыщІ ди ныбжьэгъур тфІэкІуэдыну дыхуэмеймэ, абы и жагъуэ хъун гуэр жытІэнукъым икІи тщІэнукъым.
4. Иблисыр зыхуейр сыт?
4 Иблисыр хуейщ цІыхухэм Алыхь фІэлІыкІ яІэным ипІэкІэ, абы щышынэу щытыну. Зэгуэр Элифаз Иеговэ пцІы трилъхьэри, жиІащ абы цІыхухэр гугъу иригъэхьу, ар бзаджэу щыту икІи зэи арэзы пхуэмыщІыну. А гупсысэ пхэнжыр ШейтІаным иджыри къыздэсым цІыхухэм яхипщэну иужь итщ (Иов 4:18, 19). Иблисыр хуейщ дэ шынэм дызэщІиубыдэу Иеговэ хуэлэжьэн щыдгъэтыну. А къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ, дэ Алыхь фІэлІыкІ зыхэтлъхьэн хуейщ.
5. Алыхь фІэлІыкІ уиІэным къикІыр сыт?
5 Алыхь фІэлІыкІ зиІэ цІыхум Алыхьыр фІыуэ елъагъу икІи Иеговэрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым зэран хуэхъун гуэр ищІэну хуейкъым. Библием зэритымкІэ, Хьисэ Мэссихь Алыхьым щышынэт (Евр. 5:7, ДЩІ). Ауэ а шынэр цІыхур зыщІэзыубыдэ икІи зыгъэгужьейм хуэдэтэкъым (Ис. 11:2, 3). Хьисэ Иеговэ лъагъуныгъэ гуащІэ хуиІэт икІи икІэм нэс хуэжыІэдаІуэт (Ин. 14:21, 31). Хьисэ хуэдэу, дэри Иеговэ пщІэшхуэ худощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди Алыхьым лъагъуныгъэ, Іущагъ, захуагъэ, къару хэлъщ. Дэ дощІэ Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур икІи къыдит ущием дедаІуэрэ демыдаІуэрэ абы къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр. Ди псалъэхэмрэ ди ІуэхущІафэхэмрэ е Иеговэ ягъэгуфІэ е абы и жагъуэ ящІ (Пс. 78:41; Прит. 27:11).
АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ ЗЫХЭПЛЪХЬЭНУ СЫТ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУНУР?
6. Алыхь фІэлІыкІ зыхэплъхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Псалом 34:11).
6 Алыхь фІэлІыкІ диІэу дыкъалъхукъым, а хьэл-щэныр дэ зыхэтлъхьэн хуейуэ аращ. (Къеджэ Псалом 34:11.) Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм куууэ дыхэплъэ хъунущ. Абыхэм Иеговэ хэлъ Іущагъыр, къарур икІи лъагъуныгъэшхуэр къытхузэІуах. Нэхъыбэрэ абыхэм дыкІэлъыплъыхукІэ, Алыхьым нэхъыбэжу пщІэ худощІ икІи ар нэхъыфІыжу долъагъу (Рим 1:20). Ди шыпхъу Э́йдриен жеІэ: «Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм хуабжьу сыдахьэх. Сыту Іущагъышхуэ хэлъ ди Алыхьым! Апхуэдэу щыщыткІэ, сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым си дежкІэ сытыр нэхъыфІми Иеговэ фІы дыдэу зэрищІэм». Эйдриен иджыри мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «ГъащІэр къызыбгъэдэкІ Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъун гуэр щхьэ сщІэн хуей?» Уэри Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм ящыщ зым нэхъ куууэ уегупсысын щхьэкІэ, мы тхьэмахуэм зэман къыдэбгъэкІыфыну пІэрэ? Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэмрэ абы хуэпщІ пщІэмрэ хэхъуэнущ (Пс. 111:2, 3).
7. Алыхь фІэлІыкІ диІэну тхьэлъэІур дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
7 ТхьэлъэІури къыддоІэпыкъу Алыхь фІэлІыкІ диІэну. Иеговэ щІэх-щІэхыурэ зыхуэдгъазэмэ, ар зэрыщыІэм шэч лъэпкъ къытетхьэнукъым. ГъэунэхуапІэм дызэрыпэлъэщын къару къыдитыну Алыхьым дыщелъэІум деж, абы лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэр дигу къыдогъэкІыж. Щхьэщэхужым щхьэкІэ фІыщІэ щыхуэтщІым деж, абы фІыщэу дызэрилъагъум догупсыс. Гугъуехь гуэрым дыпэлъэщын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну дыщелъэІум деж, Иеговэ Іущагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр долъагъу. ТхьэлъэІур къыддоІэпыкъу Иеговэ нэхъыбэжу пщІэ хуэтщІыну икІи абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъун гуэр дымыщІэну.
8. Алыхь фІэлІыкІыр тфІэмыкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур?
8 Алыхь фІэлІыкІыр тфІэмыкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур? Библиер куууэ зэрыдджыр. Алыхь фІэлІыкІ зиІахэмрэ ар зыфІэкІуэдахэмрэ я щапхъэхэм дегупсыс хъунущ. Иеговэ пэжу хуэлажьэу щыта цІыхуитІым я щапхъэ иджыпсту зэпкърытхынщ: пащтыхь Ахав и унэм къулыкъу щызезыхьэу щыта Авдийрэ дин пашэшхуэ Иодайрэ. ИужькІэ пащтыхь Иоас къыщыщІам дерс хэтхынщ. Ар япэщІыкІэ Иеговэ пэжу хуэлажьэт, ауэ иужькІэ абы Алыхьыр къигъэнащ.
АВДИЙ ХУЭДЭУ, ЛІЫГЪЭ ЗЫХЭГЪЭЛЪ
9. Иеговэ зэрыфІэлІыкІыр дапхуэдэу Авдий къызэрыдэІэпыкъуар? (1 Царей 18:3, 12).
9 Библием япэ дыдэу Авдий b и цІэр къыщриІуэм деж, жиІэр мыращ: «Авдий ауэ къызэрымыкІуэу Иеговэ фІэлІыкІт». (Къеджэ 1 Царей 18:3, 12.) Апхуэдэ шынэ зэриІэм и фІыгъэкІэ Авдий узыщыгугъ хъун цІыху пэжу щытт. Аращ пащтыхьым ар и унэм кІэлъыплъыну щІытригъэувар. (Евгъапщэ Неемия 7:2.) Абы нэмыщІ Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр Авдий къыдэІэпыкъуащ лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуэну. ДауикІ, Авдий лІыгъэм хуэныкъуэт, сыту жыпІэмэ ар Ахав и тепщэгъуэ зэманым псэут. Ахав «Иеговэ щІэпхъаджагъэу илъытэ Іуэхухэр... илэжьт икІи абы и пэкІэ псэуахэм нэхърэ нэхъ Іеижу щытт» (1 Цар. 16:30). Абы и гущІыІужкІэ Ахав и щхьэгъусэ Иезавель Ваал хуэлажьэт. А цІыхубзым апхуэдизкІэ Иеговэ илъагъу хъутэкъыми, ищхъэрэ пащтыхьыгъуэм зыри абы хуэмылэжьэжу ищІыну иужь итт. А пащтыхь гуащэ бзаджэм Алыхьым и бегъымбар куэд иукІащ (1 Цар. 18:4). Пэжщ, Авдий Иеговэ щыхуэлэжьа зэманыр зэман гугъут.
10. Дапхуэдэу Авдий лІыгъэшхуэ зэригъэлъэгъуар?
10 Дапхуэдэу Авдий лІыгъэшхуэ зэригъэлъэгъуар? Иезавель Алыхьым и бегъымбархэр щиукІым щыгъуэ, абы бегъымбару 100 игъэпщкІуащ. Авдий «бгъуэнщІагъ къэс цІыху 50 щІигъэтІысхьащ, икІи ахэр щІакхъуэрэ псырэ щигъэщІакъым» (1 Цар. 18:13, 14). Иезавель ар къызэрищІэу, занщІэу Авдий иукІынут. ДауикІ, дэтхэнэ зыми хуэдэу, Авдий и гъащІэр фІэкІуэдыну хуейтэкъым. Ауэ абы езым и гъащІэм нэхърэ Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ нэхъыфІу илъагъут.
11. Иеговэ и лэжьакІуэхэм ди зэманым дапхуэдэу Авдий щапхъэ зэрытрахыр? (Сурэтым феплъ.)
11 Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр ди лэжьыгъэр щызэхуэщІа къэралхэм щопсэу. Абыхэм тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ хуащІ. Ауэ, Авдий и щапхъэм тету, ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр нэгъэсауэ зыхуэпэжыр Иеговэ закъуэщ. Абыхэм къагуроІуэ Алыхь пэжым нэмыщІ, нэгъуэщІым зыми апхуэдэ пщІэ къызэримылэжьыр (Мт. 22:21). ЦІыхухэм емыдаІуэу, Иеговэ зэредаІуэмкІэ абыхэм къагъэлъагъуэ Алыхь фІэлІыкІ зэраІэр (Апост. 5:29). Аращ абыхэм, зэрысакъын хуейр зыщамыгъэгъупщэу, адэкІи хъыбарыфІыр щІагъэІур икІи зэІущІэхэр щІрагъэкІуэкІыр (Мт. 10:16, 28). Абыхэм къару куэд ирахьэлІэ, Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ къозыт ди тхыгъэхэр псоми яІэрыхьэн щхьэкІэ. Ди къуэш Анри́ и щапхъэр къэтхьынщ. Африкэм ди лэжьыгъэр щызэхуэщІауэ щыта зы къэралым ар щопсэу. А зэман гугъум Анри къуэш, шыпхъухэм ди тхыгъэхэр ялъигъэІэст. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Сэ сызэрыцІыкІурэ сыукІытэхщ. Ауэ сэ быдэу си фІэщ мэхъу: Иеговэ сызэрыфІэлІыкІым и фІыгъэщ апхуэдизу сызыхуэныкъуэ лІыгъэр зэрызэзгъэгъуэтар». Анри хуэдэу, уэри лІыгъэ зыхэбгъэлъыфыну? Зыхэбгъэлъыфынущ, Алыхь фІэлІыкІ уиІэу щытмэ.
ДИН ПАШЭШХУЭ ИОДАЙ ХУЭДЭУ, ИЕГОВЭ ХУЭПЭЖУ ЩЫТ
12. Дин пашэшхуэ Иодайрэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ зэрыхуэпэжыр дауэ къызэрагъэлъэгъуар?
12 Дин пашэшхуэ Иодай Алыхь фІэлІыкІ иІэти, езыри Иеговэ хуэпэжт, адрейхэри Алыхь закъуэм хуэлэжьэну хуигъэушт. Иезавель ипхъу Аталие Иудэ щІыналъэм тепщэн щыщІидзам щыгъуэ, цІыхухэр абы щышынэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхубзыр гущІэгъуншэт. Ар апхуэдизкІэ тепщэныгъэм хуэнэпсейти, пащтыхь щІэблэр зэрыщыту игъэкІуэдыну хэтащ, и къуэрылъху нэгъуни абыхэм хэту иукІащ! (2 Лет. 22:10, 11). Иодай и щхьэгъусэ Иехошевэ Иоас зи цІэ щІалэ цІыкІур къригъэлащ. А зэщхьэгъусэхэм Иоас ягъэпщкІури, щІалэ цІыкІур зыхуей хуагъэзащ. Апхуэдэу Иодайрэ Иехошевэрэ пащтыхь Даут и щІэблэр мыкІуэду кърагъэлащ. Иодай Иеговэ хуэпэжт икІи Аталие щышынэтэкъым (Прит. 29:25).
13. Иодай Иеговэ зэрыхуэпэжыр дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар, Иоас и ныбжьыр илъэсибл щрикъуам щыгъуэ?
13 Иодай Иеговэ зэрыхуэпэжыр иджыри зэ игъэлъэгъуащ, Иоас и ныбжьыр илъэсибл щрикъуам щыгъуэ. Абы мурад ищІащ Иоас пащтыхьу тригъэувэну. Иоас Даут къытехъукІат икІи пащтыхьу теувэну хуэфащэт. Ауэ Иодай и мурадыр къемыхъулІатэмэ, дауикІ, ар яукІынут. Иеговэ Иодай дэІэпыкъури, Иоас пащтыхьу теуващ. Пащтыхь унэм щылажьэ цІыхухэри левитхэри Иодай къыдэІэпыкъуащ. Иоас пащтыхь зэрыхъуар Иодай игъэІуа нэужь, абы унафэ ищІащ Аталие яукІыну (2 Лет. 23:1—5, 11, 12, 15; 24:1). «ИужькІэ Иодай и фІыгъэкІэ Иеговэ, пащтыхьым икІи лъэпкъым зэгурыІуэныгъэ зэращІылІащ, ахэр адэкІи Иеговэ и лъэпкъыу къэнэн щхьэкІэ» (2 Цар. 11:17). Абы нэмыщІ Иодай «Иеговэ и унэм и куэбжэхэм хъумакІуэхэр бгъэдигъэуващ, мыкъабзэ гуэр къыдэмыхьэфын щхьэкІэ» (2 Лет. 23:19).
14. Сыт хуэдэ пщІэ лей Иодай къылъысар?
14 Иеговэ мыпхуэдэу жиІауэ щытат: «ЩІыхь къысхуэзыщІым сэри щІыхь хуэсщІынущ» (1 Сам. 2:30). ДауикІ, Иеговэ Иодай щІыхь хуищІащ. Псалъэм папщІэ, а дин пашэшхуэм и гъащІэм дэ дерс хэтхын щхьэкІэ, Алыхьым абы илэжьа ІуэхуфІхэм теухуауэ Библием ирыригъэтхащ (Рим 15:4). ЩылІам щыгъуи, Иодай пщІэ лей къылъысауэ жыпІэ хъунущ. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Ар Даут и къалэм пащтыхьхэм я гъусэу щІалъхьэжащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхь пэжымрэ абы и унэмрэ щхьэкІэ абы ІуэхуфІхэр Израилым щилэжьу щытащ» (2 Лет. 24:15, 16).
15. Иодай и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)
15 Иодай и щапхъэр къыддоІэпыкъу Алыхь фІэлІыкІ зыхэтлъхьэну. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иодай щапхъэ трахыу, Иеговэ и мэл цІыкІухэм я нэІэ трагъэтынущ икІи ахэр яхъумэнущ (Апост. 20:28). Иодай и щапхъэр зи ныбжь хэкІуэтахэм я дежкІи щхьэпэщ. Ахэр Иеговэ фІэлІыкІмэ икІи абы хуэпэжмэ, Алыхьым и дежкІэ цІыху лъапІэу щытынущ. Абыхэм ІэмалыфІ дыдэ яІэщ, я ныбжьым емылъытауэ, Иеговэ и Іэмырыр ягъэзэщІэну. Ди щІалэгъуалэм, Иеговэ Иодай зэрыхущытам щапхъэ трихыу, ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуищІ хъунущ, псом хуэмыдэу илъэс куэд хъуауэ Иеговэ пэжу хуэлажьэхэм (Прит. 16:31). Абы нэмыщІ дэ псоми щапхъэфІ тхуохъу Иодай дэІэпыкъуа левитхэмрэ нэхъыщхьэхэмрэ. Дэри «унафэщІ къуэшхэм къыжаІэм» дедэІуэнщ икІи абыхэм ящІ унафэхэр ядэтІыгъынщ (Евр. 13:17).
ПАЩТЫХЬ ИОАС ХУЭДЭУ УЩЫМЫТ
16. Пащтыхь Иоас фІэщхъуныгъэрэ фІыщІэрэ и гум зэримылъар сыт къэзыгъэлъагъуэр?
16 Иодай къыщхьэщытыхукІэ пащтыхь Иоас Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къищтэт икІи Иеговэ игъэгуфІэт (2 Цар. 12:2). Ауэ Иодай лІа нэужь, Иоас Иеговэ епцІыжа пщыхэм я чэнджэщхэм едаІуэу щІидзащ. Сыт абы къыпэкІуар? Езы пащтыхьми абы и лъабжьэ щІэтхэми «пкъо лъапІэхэмрэ тхьэ нэпцІхэмрэ щхьэщэ хуащІу щІадзащ» (2 Лет. 24:4, 17, 18). ДауикІ, ар Иеговэ и гум еуэт. «Езым и деж ахэр къришэлІэжын щхьэкІэ, Иеговэ абыхэм бегъымбархэр яхуигъакІуэт... ауэ ахэр дэІуэну хуейтэкъым». Ахэр Иодай и къуэ Захарие c нэгъуни едаІуэтэкъым. Захарие Иеговэ и бегъымбарт, ар дин пашэт икІи абырэ Иоасрэ зэкъуэшт. Ауэ пащтыхьым унафэ ищІащ бегъымбарыр яукІыну. Апхуэдэу Иоас къигъэлъэгъуащ апхуэдиз фІыгъуэ къыхуэзыщІа унагъуэм фІыщІэ зэрыхуимыщІыр (2 Лет. 22:11; 24:19—22).
17. Иоас Алыхьым пэжу къызэрыхуэмынам сыт къыпэкІуар?
17 Иоас хэлъа Алыхь фІэлІыкІыр зэримыхъумам Іей куэд къыпэкІуащ. Иеговэ мыпхуэдэу жиІауэ щытат: «Сэ сызыгъэпудыр ягъэпудынущ» (1 Сам. 2:30). Зэман дэкІри, Сирием и дзэ мащІэм Иоас и дзэшхуэр зэтриукІащ, езы пащтыхьми уІэгъэ игъуэтащ. Зауэр иуха нэужь, унэІутхэр зэгурыІуэри, Иоас яукІащ, абы Захарие илъ зэригъэжам щхьэкІэ. ИкІи а пащтыхь бзаджэр «пащтыхьхэм я кхъэлэгъунэм» щыщІалъхьэжыну хуэмыфащэу къалъытащ (2 Лет. 24:23—25).
18. Иеремия 17:7, 8 зэритымкІэ, Иоас хуэдэ дымыхъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 Иоас къыщыщІам сыт хуэдэ дерс дэ хэтхыр? А пащтыхьыр ебгъэщхь хъунут лъабжьэ тэмэм зимыІэ икІи баш зыщІэпхэн хуей жыгым. ЩІэгъэкъуэн баш абы хуэхъур Иодайт. Ауэ Иодай лІэри, Иеговэ епцІыжахэр, жьапщэшхуэм хуэдэу, Иоас зэран хуэхъуу щІадзащ. Абы щыгъуэ пащтыхьыр занщІэу «джэлащ». Дерсыр: дэ Алыхь фІэлІыкІ диІэн хуейщ икІи ар адрейхэм я дуней тетыкІэм елъытауэ щытын хуейкъым. Ди унагъуэм щыщхэмрэ ди гъусэ къуэш, шыпхъухэмрэ Алыхь фІэлІыкІ яхэлъмэ, дэри Иеговэ пэжу дыхуэлажьэу, ауэ, апхуэдэ цІыху къыдбгъэдэмытмэ, занщІэу Алыхьым пэжыжьэ дыхуэхъуу щытын хуейкъым. Библием зэпымыууэ деджэмэ, абы итым куууэ дегупсысмэ икІи щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, Иеговэ и ныбжьэгъуу дыкъэнэнущ, абы пэжу дыхуэлэжьэнущ икІи Алыхь фІэлІыкІыр зыфІэдгъэкІуэдынукъым (къеджэ Иеремия 17:7, 8; Кол. 2:6, 7).
19. Сыт Иеговэ къытхуигъэувыр?
19 Иеговэ дэ тхузэфІэмыкІын гуэр къытхуигъэувкъым. Абы къытхуигъэувым теухуауэ Экклезиаст 12:13 кІэщІу щыжыІащ: «Алыхь пэжым фІэлІыкІ икІи абы и унафэхэр гъэзащІэ. Аращ цІыхум и гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэр». Алыхь фІэлІыкІ диІэмэ, гъэунэхуапІэ къытпэщылъхэм дапэлъэщыфынущ икІи, Авдийрэ Иодайрэ хуэдэу, Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэфынущ. Абы нэмыщІ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зыри зэран хуэхъуфынукъым.
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
a Библием ущрихьэлІэ «шынэ» псалъэм мыхьэнэ зыбжанэ иІэщ. Зыхэт контекстым елъытауэ, а псалъэм мыпхуэдэ мыхьэнэхэр иІэфынущ: «гужьеин», «пщІэ хуэщІын» е «фІэлІыкІ хуиІэн». Мы статьям и фІыгъэкІэ лІыгъэ тхэлъыну икІи Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну къыддэІэпыкъуну шынэр зыхэтлъхьэнущ.
b Илъэс щэ бжыгъэкІэ уІэбэмэ бегъымбар Авдий псэуащ икІи езым и цІэр зезыхьэ тхылъ абы итхащ. Ауэ мы статьям зи гугъу ищІыр аракъым.
c Маттэ 23:35 зэритымкІэ, Захарие и адэм и цІэр Варахиет. Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, Иодай цІитІ иІэу арат. А зэманым куэдым цІитІ яІэт. (Маттэ 9:9 итымрэ Марк 2:14 итымрэ зэвгъапщэ.) Ауэ Варахие Захарие и адэшхуэу е жыжьэу къыгухьэ и благъэуи щытыфынут.
d СУРЭТЫР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ къуэшым ди лэжьыгъэр щызэхуэщІа къэралым Библием тегъэщІа тхыгъэхэр къуэш, шыпхъухэм зэраІэригъэхьэр.
e СУРЭТЫР. НыбжькІэ щІалэ ди шыпхъум телефонкІэ хъыбарыфІыр зыгъэІуф ныбжь зиІэ ди шыпхъум деж зыщегъасэ; зи ныбжь хэкІуэта къуэшым лІыгъэ хэлъу цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэм хъыбарыфІыр зэрыщигъэІумкІэ щапхъэфІ егъэлъагъуэ; ныбжь зиІэ къуэшым адрейхэр хурегъасэ дыщызэхуэс Унэм зэрыкІэлъыплъын хуейм.