25 СТАТЬЯР
Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Гидеон и щапхъэм дерс хэфх
«Гидеон... [и] хъыбарыр къыжысІэну зэманыр срикъунукъым» (ЕВР. 11:32).
124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. 1 Петр 5:2 зэритым хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ къалэн яІэр?
ИЕГОВЭ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я пщэ дилъхьащ зэхуэсым щыщхэм я нэІэ трагъэтыну. А къуэшхэм Иеговэ къахуигъэфэща къалэныр лъапІэу ялъытэ икІи, къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтын щхьэкІэ, къарууэ яІэр ирахьэлІэ (Иер. 23:4; къеджэ 1 Петр 5:2). Дзыхь зыхуэпщІ хъуну а къуэшхэр Иеговэ къызэрыдитам щхьэкІэ, дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ!
2. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфыну?
2 Я къалэнхэр щагъэзащІэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ, къару куэд ухуейщ. США-м щыщ ди къуэш Тони и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу зригъэсэн хуейт. Ар къыддогуашэ: «COVID-19 пандемием щыщІидзам щыгъуэ, зэІущІэхэр егъэкІуэкІыным икІи хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ къалэн куэд къэунэхуащ. КъалэныщІэхэр си пщэм зэрыдэслъхьэм щхьэкІэ къэмынэу, лэжьыгъэр нэхъ мащІэ хъутэкъым икІи Библием сызэреджэм, ар куууэ зэрызэпкърысхым икІи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэзгъазэм а псор зэран хуэхъуу щІидзащ». Ко́сово щыщ ди къуэш Или́р нэгъуэщІ гугъуехьым пэщІэхуащ. Абы и дежкІэ тынштэкъым, зауэ щекІуэкІ щІыпІэм щыпсэуам щыгъуэ, ди организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм тетыну. Илир мыпхуэдэу къыддогуашэ: «Шынагъуэ здэщыІэ щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм садэІэпыкъуну филиалыр къызэлъэІуащ. Ар пщІэн щхьэкІэ лІыгъэ ухуейт, ауэ сэ сышынэт икІи къызата унафэхэм акъыл хэмылъу къысщыхъут». Азием миссионеру щылажьэ ди къуэш Тим гъащІэм и псынщІагъым зыдригъэкІуну къехьэлъэкІт. Абы жеІэ: «Зэман-зэманкІэрэ сэ къарууншэ дыдэ сызэрыхъур зыхэсщІэт». Апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къадэІэпыкъунур?
3. Гидеон и щапхъэр зэпкърытхыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?
3 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Гидеон и щапхъэм дерс хахыфынущ (Евр. 6:12; 11:32). Ар Алыхьым и лъэпкъым къыщхьэщыжт икІи и пашэу щытт (Суд. 2:16; 1 Лет. 17:6). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, Гидеон хуэдэу, къалэн яІэщ мы зэман гугъум къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтыну (Апост. 20:28; 2 Тим. 3:1). Дэ псори Гидеон и щапхъэм куэдым дыхуигъэсэфынущ. Ар цІыху Іэдэбт, жыІэдаІуэт икІи абы и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжт. Абы нэмыщІ, и къалэнхэм пэлъэщын щхьэкІэ, Гидеон теубыдагъэ игъэлъагъуэт. Зэхуэсым сыт хуэдэ къалэн щыдмыгъэзащІэми, дэ псоми зэхуэсым и нэхъыжьхэр нэхъыбэжу лъапІэу тлъытэну Іэмал диІэщ. Аращи, зи зэманми зи къаруми щымысхь а къуэшхэм дэІэпыкъуэгъурэ щІэгъэкъуэнрэ дахуэвгъэхъу (Евр. 13:17).
УИ ЗЭФІЭКІЫР ЗДЫНЭСЫР ПЩІЭЖЫНЫМРЭ ІЭДЭБАГЪЫМРЭ ГЪЭУНЭХУА ЩЫХЪУМ ДЕЖ
4. Гидеон и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжымрэ Іэдэбагъымрэ дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
4 Гидеон и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу икІи цІыху Іэдэбу щытащ b. Зэгуэр мелыІычым абы къыжриІащ, мадиан лъэпкъым и бжьыр израилъ лъэпкъым трихын щхьэкІэ, Иеговэ ар къызэрыхихар. Гидеон абы мыпхуэдэу жэуап иритыжащ: «Сэ си лъэпкъыр — Манассие унагъуэ лъэпкъым щыщу нэхъ цІыкІу дыдэщ, сэри си адэм и унэм сыщынэхъыщІэщ» (Суд. 6:15). А къалэныр хуэгъэзэщІэну Гидеон и фІэщ хъутэкъым, ауэ абы теухуауэ Иеговэ нэгъуэщІ еплъыкІэт иІэр. Иеговэ и фІыгъэкІэ Гидеон ехъулІэныгъэ иІэу а къалэныр игъэзэщІащ.
5. И зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжымрэ Іэдэбагъымрэ игъэлъэгъуэну зэхуэсым и нэхъыжьым и дежкІэ щымытыншыр дапщэщ?
5 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу сыт и лъэныкъуэкІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхуу щытыну икІи Іэдэбагъ ягъэлъэгъуэну (Мих. 6:8; Апост. 20:18, 19). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм яхузэфІэкІымрэ яІэ ехъулІэныгъэхэмрэ щхьэкІэ зыщытхъужкъым. Абы нэмыщІ яІэщІэкІ дэтхэнэ зы щыуагъэм щхьэкІи абыхэм ягу зэбгъэжкъым. Ауэ, а псом емылъытауэ, а къуэшхэм я зэфІэкІыр здынэсыр ящІэжыну икІи Іэдэбагъ ягъэлъэгъуэну щымытынш къохъу. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьым къалэн зыбжанэ игъэзэщІэну арэзы техъуэу, иужькІэ ар зэрыхузэфІэмыкІынур къыгурыІуэжынкІэ хъунущ. Мыпхуэдэуи къэхъуфынущ: зэхуэсым и нэхъыжьым къалэн гуэр зэригъэзащІэм теухуауэ къыщытхъункІэ е ар ягу зэрыримыхьыр къыжраІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм Гидеон и щапхъэр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъунур?
6. Гидеон и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжу щытам зэхуэсым и нэхъыжьхэр сытым хуигъэсэфыну? (Сурэтым феплъ.)
6 ДэІэпыкъуэгъу къэлъыхъуэ. Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум хузэфІэмыкІын гуэр зэрыщыІэр къыгуроІуэ. Гидеон и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжти, дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ нэгъуэщІхэм елъэІуну укІытэтэкъым (Суд. 6:27, 35; 7:24). Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэми апхуэдэу ящІэ. Мыбы ипэкІэ зи гугъу тщІа Тони жеІэ: «Къалэн гуэр къыщызатым деж, „хьэуэ“ схужыІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ апхуэдэу сагъэсащ. Абы къыхэкІкІэ уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжыным къикІым теухуауэ унагъуэкІэ Библиер щыдджкІэ нэхъ убгъуауэ зэпкърысхыну мурад сщІащ. Иджыри си щхьэгъусэм селъэІуащ а хьэл-щэныр зэрызгъэлъэгъуэфым теухуауэ гу зылъитэхэр къызжиІэну. Абы нэмыщІ ди сайтым иту сэ зы видео сеплъащ. Абы и цІэщ: „Обучайте других, доверяйте им и передавайте полномочия, подражая Иисусу“». Тони языныкъуэ къалэнхэр нэгъуэщІ къуэшхэм яриту щІидзащ. Дапхуэдэу Іуэхум зэрызихъуэжар? Абы жеІэж: «Зэхуэсым илъ лэжьыгъэри кІуатэт, сэри, Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуэсщІын щхьэкІэ, зэман нэхъыбэ сиІэ хъуат».
7. Зэхуэсым и нэхъыжьым зыгуэр къыщытепсэлъыхьым деж, дапхуэдэу абы Гидеон щапхъэ зэрытрихыфынур? (Екъуб 3:13).
7 Зыгуэр къыщыптепсэлъыхьым деж, укъэмыгубжь. Зэхуэсым и нэхъыжьым и дежкІэ иджыри гъэунэхуапІэу щытыфынущ абы зыгуэр къызэрытепсэлъыхьыр. Абы щыгъуи зэхуэсым и нэхъыжьхэм Гидеон щапхъэ трахыфынущ. Гидеон фІы дыдэу ищІэжт езыри зэрыщыуэр. Абы къыхэкІкІэ, Ефрем унагъуэ лъэпкъым щыщхэм псалъэмакъ къыщаІэтам щыгъуэ, ар абыхэм щабэу епсэлъэжащ (Суд. 8:1—3). Гидеон къэгубжьакъым икІи Іэдэбагъ хэлъу абыхэм я гукъеуэр жригъэІэри, я губжьыр игъэужьыхащ. Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Гидеон щапхъэ трах. Абыхэм зыгуэр къызэрытепсэлъыхьыр щызэхахым деж, ахэр къыжраІэм йодаІуэ икІи щабэу жэуап ят. (Къеджэ Екъуб 3:13.) Апхуэдэу абыхэм зэхуэсым илъ мамырыгъэр яхъумэ.
8. Дапхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьыр абы къызэрыщытхъум зэрыхущытын хуейр? Щапхъэ къэфхь.
8 Иеговэ щытхъу къыхуэхь. Гидеон текІуэныгъэ къызэрихьам щхьэкІэ цІыхухэм абы щІыхь хуащІыну щыхэтам щыгъуэ, абы щытхъу псори Иеговэ къыхуихьащ (Суд. 8:22, 23). Абы теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Гидеон щапхъэ зэрытрахыфынур? Къуэшхэм ехъулІэныгъэ гуэр яІэу щытмэ, абы щхьэкІэ Иеговэ щытхъу къыхуахьын хуейщ (1 Кор. 4:6, 7). Псалъэм папщІэ, зыгуэр зэхуэсым и нэхъыжьым щытхъуфынущ, абы псалъэ гъэхьэзырахэр фІыуэ зэрыжиІэм щхьэкІэ. Абы щыгъуэ а къуэшым жиІэфынущ Библием тегъэщІауэ Иеговэ и организацэм дэ псори дызэригъасэр. Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьыр кІэлъыплъын хуейщ езым гулъытэ куэд зэрызыхуримыгъэщІыным. Ти́моти и щапхъэм деплъынщ. Ар зэхуэсым и нэхъыжь щыхъуам щыгъуэ, псалъэ гъэхьэзырахэр жиІэну хуабжьу игу ирихьт. Абы жеІэ: «Сэ псалъэхэм я щІэдзапІэхэмрэ къэсхь щапхъэхэмрэ гъэщІэгъуэну зыхэслъхьэну сыхущІэкъут. ИужькІэ зэхуэсым щыщхэр къызэрысщытхъур зэхэсхыжт. Си жагъуэ зэрыхъунщи, абыкІэ Библиемрэ Иеговэрэ гу лъезмыгъатэу къызэдаІуэ цІыхухэм си щхьэм нэхъыбэу гу лъезгъатэт». Хуэм-хуэмурэ Тимоти къыгурыІуащ, езым гулъытэ лей зыхуримыгъэщІын щхьэкІэ, псалъэ гъэхьэзырахэр зэрыжиІэ щІыкІэр ихъуэжын зэрыхуейр (Прит. 27:21, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы пещэ: «Иджы къуэш, шыпхъухэм къызжаІэ я гугъуехьым пэлъэщыну, гъэунэхуапІэм пэщІэтыну икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну жысІа псалъэр къазэрыдэІэпыкъуар. Иджыпсту къызжаІэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къысхуехь япэм къызэрысщытхъуу щытам нэхърэ».
УИ ЖЫІЭДАІУЭНЫГЪЭМРЭ ЛІЫГЪЭМРЭ ГЪЭУНЭХУА ЩЫХЪУМ ДЕЖ
9. Гидеон жыІэдаІуэныгъэмрэ лІыгъэмрэ щІыхуэныкъуэр сытыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
9 Израилым и хеящІэу Иеговэ Гидеон щытригъэувам щыгъуэ, ар жыІэдаІуэныгъэмрэ лІыгъэмрэ хуэныкъуэт. Иеговэ абы шынагъэ зыпылъ къалэн хуигъэфэщащ. Гидеон и адэм ейуэ щыт тхьэ нэпцІ Ваал и къурмэнщІыпІэр зэтрикъутэн хуейт (Суд. 6:25, 26). ИужькІэ и зауэлІхэм я бжыгъэр нэхъ мащІэ зэрищІын хуейм теухуауэ тІэунейрэ Гидеон унафэ къыІэрыхьащ (Суд. 7:2—7). ИкІэм-икІэжым жэщыбгым бийм зэрытеуэн хуейм теухуауэ Иеговэ абы къыжриІащ (Суд. 7:9—11).
10. Зэхуэсым и нэхъыжьым жыІэдаІуэныгъэ игъэлъэгъуэну дапщэщ къыщегугъуэкІынкІэ хъунур?
10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм жыІэдаІуэныгъэ ягъэлъэгъуэн хуейщ (Екъуб 3:17). ЖыІэдаІуэу щыт зэхуэсым и нэхъыжьыр Библием итымрэ Алыхьым и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэмрэ тетыну сыт щыгъуи хущІокъу. Апхуэдэу абы щапхъэфІ егъэлъагъуэ. Ауэ жыІэдаІуэныгъэр бгъэлъэгъуэну щымытынши къохъу. Псалъэм папщІэ, псынщІэу зызыхъуэж унафэхэм къуэшыр кІэлъымысынкІэ хъунущ. Е унафэ гуэрхэм акъыл хэмылъу икІи абыхэм сэбэпынагъ пымылъу абы къыщыхъуфынущ. Хьэмэрэ, абы и щхьэхуитыныгъэм зэран хуэхъуфыну къалэн гуэр и пщэ къралъхьэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Гидеон щапхъэ зэрытрахыфынур?
11. Гидеон и щапхъэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр жыІэдаІуэныгъэм теухуауэ сытым хуигъасэрэ?
11 Организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм фІыуэ едаІуэ икІи абыхэм тет. Алыхьым Гидеон гурыІуэгъуэу жриІащ абы и адэм ейуэ щыт къурмэнщІыпІэр дапхуэдэу зэтрикъутэн хуейми, щІэуэ къурмэнщІыпІэр дэнэ щищІын хуейми икІи сыт хуэдэ псэущхьэ къурмэну къыхуихьын хуейми. Гидеон къыІэрыхьа унафэхэм шэч къытримыхьэу Иеговэ жиІар игъэзэщІащ. Нобэ Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэр письмохэмкІэ, объявлениехэмкІэ икІи инструкцие зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къаІэрохьэ. А унафэхэм шынагъэ куэдым дыщахъумэ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуащІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къаІэрыхьэ унафэхэм быдэу зэрытетым щхьэкІэ, дэ ахэр фІыщэу долъагъу. Абыхэм апхуэдэу зэращІым и фІыгъэкІэ зэхуэс псом ехъулІэныгъэ иІэщ (Пс. 119:112).
12. Ди организацэм унафэщІэхэр къыщыбгъэдэкІым деж, Еврейхэм 13:17 ит псалъэхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу къызэрагъэсэбэпыфынур?
12 Іуэхум зэрызихъуэжым зыдебгъэкІуну хьэзыру щыт. Дигу къэдгъэкІыжынщ Иеговэ и унафэкІэ 32 000-мрэ хъу зауэлІхэм щыщу Гидеон цІыху 300 фІэкІа къызэримыгъэнар (Суд. 7:8). Гидеон мыпхуэдэу егупсысыфынут: «А зэхъуэкІыныгъэр Іэмалыншэу щыт? Дауэ иджы ди бийхэм дазэрыпэлъэщыфынур?» А псом емылъытауэ, Гидеон жыІэдаІуэныгъэ игъэлъэгъуащ. Нобэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Гидеон щапхъэ трах. Іуэхум зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэплъхьэн хуейуэ ди организацэм къыбгъэдэкІыу унафэ къащыІэрыхьэм деж, ахэр абы жыІэдаІуэу тетщ. (Къеджэ Еврейхэм 13:17.) Псалъэм папщІэ, 2014-нэ гъэм дыщызэхуэс Унэхэм я ухуэныгъэм ахъшэр зэрытрагъэкІуадэ щІыкІэм УнафэщІ гупым зэхъуэкІыныгъэ хилъхьащ (2 Кор. 8:12—14). Зэхуэсхэм афІэкІа щІыхуэу ахъшэ къащтэн хуейтэкъым. Иджы ди организацэм дуней псом щыІэ зэхуэсхэм арэзыуэ ят ахъшэр къигъэсэбэпу къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэ щІыпІэхэм дыщызэхуэс Унэхэр щеухуэ. ИкІи ар а щІыпІэм щыІэ зэхуэсым ахъшэ иІэрэ имыІэрэ елъытакъым. Ди къуэш Хосе́ а зэхъуэкІыныгъэм теухуауэ къыщищІам щыгъуэ, мыпхуэдэу егупсысащ: «Апхуэдэ щІыкІэкІэ дэ зы Уни тхуэухуэну къыщІэкІынкъым. Дэ ди щІыпІэм а зэхъуэкІыныгъэр къыщыпхуэгъэсэбэпынукъым». А унафэм тетыну сыт Хосе къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Притчи 3:5, 6 ит псалъэхэм Иеговэ дзыхь хуэтщІын зэрыхуейр сигу къагъэкІыжащ. А зэхъуэкІыныгъэм къыпэкІуар хуабжьу згъэщІэгъуащ. Иджы дыщызэхуэс Унэхэр япэм нэхърэ нэхъыбэу доухуэ. Абы нэмыщІ а зэхъуэкІыныгъэм и фІыгъэкІэ арэзыуэ тты ахъшэр нэгъуэщІ щІыпІэхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм сэбэп яхуохъу икІи псоми нэхъ зэхуэдэу яІэрохьэ».
13. 1) Гидеон шэч къызытримыхьэу щытар сыт? 2) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Гидеон щапхъэ зэрытрахыфынур? (Сурэтым феплъ.)
13 ЛІыгъэ пхэлъу Иеговэ и Іэмырыр гъэзащІэ. Гидеон зэрышынэм икІи зэрыгузавэм емылъытауэ, Иеговэ и унафэм едэІуащ (Суд. 9:17). Иеговэ Гидеон къыдэІэпыкъуну къыщигъэгугъам щыгъуэ, абы Алыхьым и лъэпкъыр къызэрыригъэлыфынум шэч лъэпкъ къытрихьакъым. Нобэ языныкъуэ къэралхэм ди лэжьыгъэр щызэхуэщІащ. А къэралхэм щыпсэу къуэшхэм Гидеон щапхъэ трах. Абыхэм лІыгъэ яхэлъу зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ, хъыбарыфІ гъэІуныр зэтраухуэ икІи езыхэри а Іуэхум жыджэру хэтщ. Къуэшхэр яубыдынкІэ, ягъэтІысынкІэ, лей къытрагъэхьэнкІэ е я лэжьапІэр яфІэкІуэдынкІэ шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ, ахэр а лэжьыгъэм хэтщ c. Гузэвэгъуэшхуэ зэманым къаІэрыхьэну унафэхэм тетын щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм лІыгъэм хуэныкъуэнущ. А унафэхэр уэм ебгъэщхь хъуну хъыбарыр зэрыдгъэІуну щІыкІэм икІи, Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыттеуа иужь дыкъелын щхьэкІэ, тщІэн хуейм теухуауэ щытыфынущ (Иез. 38:18; Апок. 16:21).
ТЕУБЫДАГЪЭР ГЪЭУНЭХУА ЩЫХЪУМ ДЕЖ
14. Гидеон и теубыдагъэр дапхуэдэу гъэунэхуа зэрыхъуар?
14 Гидеон хеящІэм и къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, къару куэд ирихьэлІэн хуейт. Жэщым екІуэкІа зауэм иужь, мадиан лъэпкъым щыщхэр щыщІэпхъуэжам щыгъуэ, Гидеон абыхэм пхъэру якІэлъыжащ. Ар Изреель аузым щыщІэдзауэ зи Іуфэм чыцэ Іув къыщыкІ Иорданыпсым нэс абыхэм якІэлъыкІуащ (Суд. 7:22). НтІэ, ар а щІыпІэм къыщыувыІауэ пІэрэ? Хьэуэ! Гидеонрэ абы и гъуса зауэлІ 300-рэ зэрешам щхьэкІэ къэмынэу Иорданыпсым зэпрыкІри, адэкІэ бийхэм якІэлъыкІуащ. ИкІэм-икІэжым ахэр мадиан цІыхухэм якІэлъысри, зэтраукІащ (Суд. 8:4—12).
15. Зэхуэсым и нэхъыжьым и теубыдагъэр дапхуэдэу гъэунэхуа зэрыхъур?
15 Зэхуэсми унагъуэми къалэн куэд зэрыщиІэм къыхэкІкІэ къуэшым къару лъэпкъ имыІэжу щытынкІэ хъунущ. Апхуэдэу къыщыхъум деж, зэхуэсым и нэхъыжьым Гидеон дапхуэдэу щапхъэ зэрытрихыфынур?
16, 17. 1) Гидеон сытым и фІыгъэкІэ и къалэныр игъэзэщІэфа? 2) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сытым шэч къытрамыхьэми хъуну? (Исайя 40:28—31). (Сурэтым феплъ.)
16 Иеговэ къару къызэрыуитыным шэч къытомыхьэ. Гидеон шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ абы къару къызэрыритынум икІи Алыхьым ар къигъэпэжащ (Суд. 6:14, 34). Махъшэхэм тесу щІэпхъуэжа мадиан пщыхэм Гидеонрэ абы и зауэлІхэмрэ лъэсу якІэлъыжэт (Суд. 8:12, 21). Ауэ Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ ахэр бийхэм якІэлъысри, зэтраукІащ. Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэм шэч къытрамыхьэми хъунущ Иеговэ абыхэм игъуэу къару къазэрыритынум, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «ар ешкъым икІи къарууншэ хъукъым». (Къеджэ Исайя 40:28—31.)
17 Ди къуэш Мэтью сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ къызэрагъэпэща комитетым щолажьэ. И къалэнхэр игъэзэщІэну сыт абы къыдэІэпыкъур? Ар къыддогуашэ: «Филиппи 4:13 зытепсэлъыхь Иеговэ и къарур зищІысыр сэ зыхэсщІащ. Сыщешам икІи къарууншэ дыдэ сыщыхъухэм деж, сэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэзгъазэт. Сэ абы селъэІут, къуэшхэм садэІэпыкъун щхьэкІэ, къарурэ акъылрэ къызитыну. Абы иужь сэ зыхэсщІэт псоми сыпэлъэщыну Иеговэ и къарур къызэрыздэІэпыкъур». Гидеон хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я нэІэ къуэш, шыпхъухэм трагъэтын щхьэкІэ, къару куэд ирахьэлІэ. ДауикІ, абыхэм я зэфІэкІыр здынэсыр зыщагъэгъупщэн хуейкъым. Ауэ къуэшхэм я тхьэлъэІухэр Иеговэ зэрызэхихынум икІи, псоми пэлъэщын щхьэкІэ, къару къазэрыхилъхьэнум абыхэм шэч къытрамыхьэми хъунущ (Пс. 116:1; Флп. 2:13).
18. Гидеон и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъур?
18 Зэрытлъагъущи, Гидеон и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм сэбэп яхуэхъуфынущ. Къуэшхэр Іэдэбу щытын икІи я зэфІэкІыр здынэсыр ящІэжын хуейщ. А хьэл-щэнхэм я фІыгъэкІэ абыхэм сыт хуэдиз къалэн ягъэзэщІэфынуми зэхагъэкІыфынущ. Иджыри, абыхэм къащыщытхъум е къащытепсэлъыхьым деж, абы зэрыхущытын хуейр къагурыІуэну а хьэл-щэнхэр къадэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм жыІэдаІуэныгъэмрэ лІыгъэмрэ ягъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм и кІэухыр къэсыпащ. А къуэшхэм я фІэщ хъун хуейщ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ ахэр псоми зэрыпэлъэщыфынур. Аращи, къуэш, шыпхъухэ, псэемыблэжу къыддэІэпыкъу зэхуэсым и нэхъыжьхэр дызэриІэр адэкІи лъапІэу тлъытэнщ! (Флп. 2:29).
120-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх
a Иеговэ и лъэпкъым зэман гугъум къыщхьэщыжын щхьэкІэ, Гидеон пашэу тригъэуващ. Абы а къалэныр илъэс 40 хуэдизкІэ фІыуэ игъэзэщІащ. Ауэ Гидеон гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІэхуащ. Гидеон и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу сэбэп яхуэхъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ.
b Уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжынымрэ Іэдэбагъымрэ зэпхауэ щытщ. Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум и къарур зыхурикъунур ещІэ икІи хузэфІэмыкІын и пщэм дилъхьэжкъым. ЦІыху Іэдэбым нэгъуэщІхэм пщІэ яхуещІ икІи ахэр езым нэхърэ нэхъ лъагэу къелъытэ (Флп. 2:3). И нэхъыбэм зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум Іэдэбагъи егъэлъагъуэ.
c 2019-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 10—11-нэ напэкІуэцІхэм ит «Ди лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытми, адэкІи Иеговэ фыхуэлажьэ» жыхуиІэ статьям и 10—13-нэ абзацхэм феплъ.