Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

26 СТАТЬЯР

«Иеговэ и махуэм» хуэхьэзыру фыщыт

«Иеговэ и махуэм» хуэхьэзыру фыщыт

«ДыгъуакІуэр... жэщым къызэрыкІуэм хуэдэу, [Иеговэ и махуэр къэкІуэнущ]» (1 ФЕС. 5:2).

143-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр вгъэІу, Иеговэ фыпэплъэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. «Иеговэ и махуэм» дыкъелын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

 БИБЛИЕР «Иеговэ и махуэм» щытепсэлъыхьым деж, зи гугъу ищІыр Алыхьым и бийхэм хьэкум ятрищІыхьу и лэжьакІуэхэр къыщригъэлыну зэманыращ. Иеговэ пасэрей зэманым языныкъуэ лъэпкъхэм тезыр ятрилъхьауэ щытащ (Ис. 13:1, 6; Иез. 13:5; Соф. 1:8). Ди зэманым «Иеговэ и махуэр» Бабилэнышхуэр зэрагъэкІуэдынумкІэ щІидзэнурэ Армагеддон зауэмкІэ иухынущ. А «махуэм» дыкъелын щхьэкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ зыдгъэхьэзырын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гузэвэгъуэшхуэр къыщыхъуну зэманым хуэхьэзыру дызэрыщытын хуейр Хьисэ жиІэу щытащ (Мт. 24:21; Лк. 12:40).

2. 1 Фессалоникэ тхылъыр зэпкърытхыным сэбэп щІыпылъыр сыт?

2 Къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзырыну ядэІэпыкъун щхьэкІэ, апостол Паул 1 Фессалоникэ тхылъым щапхъэ зыбжанэ къыщигъэсэбэпащ. Паул ищІэт «Иеговэ и махуэр» къэсыным иджыри зэман куэд зэриІэр (2 Фес. 2:1—3). ИтІани абы къуэшхэр хуигъэушт а «махуэм», пщэдей къэсыным хуэдэу, зыхуагъэхьэзырыну. Паул къуэшхэм ярита чэнджэщыр дэри къэдгъэсэбэп хъунущ. Ар зэрытщІ хъунум теухуауэ упщІищ зэпкърытхынщ: 1) «Иеговэ и махуэр» дапхуэдэу къызэрыкІуэнур? 2) А «махуэм» хэт къемылынур? 3) А «махуэм» дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?

«ИЕГОВЭ И МАХУЭР» ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫКІУЭНУР?

Ди зэманым хуэкІуэ икІи сэбэпынагъ зыпылъ щапхъэ зыбжанэ апостол Паул 1 Фессалоникэ тхылъым къыщихьащ (3-нэ абзацым феплъ.)

3. «Иеговэ и махуэр» дыгъуэгъуакІуэм ебгъэщхь щІэхъунур сыт? (Сурэтым феплъ.)

3 «ДыгъуакІуэр... жэщым къызэрыкІуэм хуэдэу» (1 Фес. 5:2). «Иеговэ и махуэр» къызэрыкІуэнум теухуауэ Паул къихьа щапхъищым щыщу мыр япэщ. И нэхъыбэм дыгъуэгъуакІуэхэр къыщыкІуэр жэщыращ икІи унэр зейр щыпэмыплъэм дежщ. Абыхэм псынщІэу икІи замыІэжьэу я мурадыр ящІэ. «Иеговэ и махуэр» апхуэдэ дыдэу, и нэхъыбэ цІыхухэр щыпэмыплъэххэ зэманым, къэкІуэнущ. А Іуэхугъуэр псынщІэу зэрекІуэкІынур Иеговэ и лэжьакІуэхэми гъэщІэгъуэн ящыхъуну къыщІэкІынущ. Ауэ, бзаджащІэхэм елъытауэ, дэ Алыхьым дигъэкІуэдынукъым.

4. «Иеговэ и махуэр» цІыхубз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм щІебгъэщхь хъунур сыт?

4 «Фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу» (1 Фес. 5:3). Фыз лъэщыджэм лъхугъэр къыщытелъэдэну зэманыр ищІэкъым, ауэ ар къызэрыхъуным абы шэч къытрихьэкъым. Лъхугъэр къызыпэщылъ цІыхубзыр абы ежьэу щытми, и нэхъыбэм щыпэмыплъэ дакъикъэм ар щІедзэ. Лъхугъэм гугъуехь пылъщ икІи ар къыпхуэгъэувыІэнукъым. Абы хуэдэу, дэри Иеговэ мы дунейм къыщыхэІэбэну махуэри сыхьэтри тщІэкъым. Ауэ а махуэр къызэрыкІуэным икІи Алыхьым бзаджащІэхэм тезыр зэрытрилъхьэным дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.

5. КъэкІуэну гузэвэгъуэшхуэр нэхущым щІебгъэщхь хъунур сыт?

5 Нэхущым хуэдэу. Паул ещанэу къихьа щапхъэм иджыри зэ дыгъуэгъуакІуэхэм я гугъу щищІащ. Ауэ иджы абы «Иеговэ и махуэр» нэхущым иригъэщхьу къыщІэкІынущ (1 Фес. 5:4). ДыгъуэгъуакІуэр теплъэкъукІыу зэманыр здынэсар ІэщІэхуфынущ. Ар зэрыбэлэрыгъам къыхэкІкІэ нэху къытещэу, псоми къалъэгъункІэ хъунущ. Абы ещхьу къэкІуэну гузэвэгъуэшхуэм «къыщІигъэщынущ», дыгъуэгъуакІуэм хуэдэу, «пщІэ зимыІэ кІыфІым и Іуэхухэм» хэтхэр. Абыхэм елъытауэ, дэ «Иеговэ и махуэм» зыхуэдгъэхьэзырыфынущ. Абы щхьэкІэ Алыхьым фІэмыфІ щытыкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын икІи «фІыгъуэ псоми, захуагъэ псоми, щыпкъагъэ псоми» дыхущІэкъун хуейщ (Еф. 5:8—12). АдэкІэ Паул щапхъитІ къигъэсэбэпу «Иеговэ и махуэм» къемылынур хэтми къегъэлъагъуэ.

«ИЕГОВЭ И МАХУЭМ» КЪЕМЫЛЫНУР ХЭТ?

6. ЦІыхухэм и нэхъыбэр жейуэ жыпІэ щІэхъунур сыт? (1 Фессалоникэ 5:6, 7).

6 «ЦІыху жейхэр». (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:6, 7.) «Иеговэ и махуэм» къемылынухэр Паул цІыху жейхэм иригъэщхьащ. Абыхэм я хъуреягъкІэ къэхъур ящІэкъым икІи зэманыр здынэсар къагурыІуэкъым. Абы къыхэкІкІэ а цІыхухэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм гу лъатэкъым икІи зыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр я гъащІэм халъхьэфкъым. ЦІыхухэм и нэхъыбэр нобэ жейуэ жыпІэ хъунущ (Рим 11:8). Абыхэм гу лъатэкъым «иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэмрэ куэд мыщІэу гузэвэгъуэшхуэр къызэрысынумрэ. Дунейм зэхъуэкІыныгъэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, ахэр тІэкІу къызэщоу икІи хъыбарыфІым гулъытэ гуэр хуащІ. Ауэ Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыным ипІэкІэ куэдыр аргуэру мэжеиж. Уеблэмэ, Алыхьым и махуэр къызэрыкІуэнур зи фІэщ хъу гуэрхэми ар щІэх къэмысыну я гугъэщ (2 Пет. 3:3, 4). Ауэ дэ къыдгуроІуэ «дымыжеиным» кІуэ пэтми нэхъ мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

7. Алыхьым игъэкІуэдынухэр цІыху чэфым щІебгъэщхь хъунур сыт?

7 «ЦІыху ефэхэр». Алыхьым игъэкІуэдынухэр апостол Паул цІыху ефэрейхэм иригъэщхьащ. Фадэ зыпкърыт цІыхум и акъылыр нэхъ хуэмущ зэрылажьэр икІи абы Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къыхуэщтэкъым. Ар дыдэр бзаджащІэхэм щхьэкІи жыпІэ хъунущ. Абыхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарым мыхьэнэ ираткъым. Апхуэдэ цІыхухэр кІуэдыпІэм хуэзышэ гъуэгум теуващ. Ауэ дэ дымыжейуэ дысакъыну, зышыІэныгъи тхэлъыну Библием дыхуегъэуш (1 Фес. 5:6). Библием елэжь зы щІэныгъэлІ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, зышыІэныгъэ пхэлъыным къокІ умыгужьейуэ, зэпІэзэрыту ущытыныр. Апхуэдэу ущытмэ, гупсысэкІэ тэмэм уиІэнущ икІи унафэ пэжхэр къэпщтэфынущ. НтІэ, дымыжейуэ дысакъыным икІи зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыным ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Мы дунейм и Іуэхухэм дыхэмыІэбэн щхьэкІэщ. Политическэ, социальнэ ІуэхухэмкІэ зыгуэрым и лъэныкъуэр дагъэубыдыну къыттракъузэнкІэ хъунущ. ИкІи, «Иеговэ и махуэр» нэхъ къэблэгъэхукІэ, дэ нэхъыбэу къыттракъузэурэ кІуэнущ. Ауэ абы щыгъуэ жытІэным щхьэкІэ Іеищэу дыгузэвэн хуейкъым. Дымыгужьейуэ, зэпІэзэрыту дыкъэнэну икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну дэ Алыхьым и къару лъапІэр къыддэІэпыкъунущ (Лк. 12:11, 12).

«ИЕГОВЭ И МАХУЭМ» ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХУЭДГЪЭХЬЭЗЫРЫНУР?

ЦІыху куэдыр «Иеговэ и махуэм» егупсысыххэкъым. Ауэ дэ а «махуэм» дыхуэхьэзырщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ фІэщхъуныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ, афэ джанэм хуэдэу, сыт щыгъуи тщыгъщ икІи гугъэр, тажым хуэдэу, тщхьэрыгъщ (8, 12-нэ абзацхэм феплъ.)

8. Дымыжейуэ дысакъын икІи зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну хьэл-щэнхэр 1 Фессалоникэ 5:8 итым сытым иригъэщхьрэ? (Сурэтым феплъ.)

8 «Афэ джанэр... икІи... тажыр» зыщыттІэгъэнщ. Зауэм хуэхьэзыру щыт икІи зэщІэузэда зауэлІым Паул дэ дригъэщхьащ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:8.) ЗауэлІыр зауэм сыт щыгъуи хуэхьэзыру щытын хуейщ. Ар дыдэр дэр щхьэкІи жыпІэ хъунущ. ФІэщхъуныгъэмрэ фІылъагъуныгъэмрэ, афэ джанэм хуэдэу, гугъэри, тажым хуэдэу, зыщыттІагъэмэ, дэ «Иеговэ и махуэм» хуэхьэзыру дыщытынущ. А хьэл-щэнхэр зэрызыхэтлъхьэм дэ ди гъащІэр елъытащ.

9. Дапхуэдэу фІэщхъуныгъэм дыкъызэрихъумэр?

9 Афэ джанэм зауэлІым и гур къихъумэт. ФІэщхъуныгъэми лъагъуныгъэми ди гур къахъумэ. А хьэл-щэнхэр къыддоІэпыкъу зэпымыууэ Алыхьым дыхуэлэжьэну икІи Хьисэ и лъэужь дитыну. ФІэщхъуныгъэ диІэу щытмэ, дэ шэч къытетхьэнукъым, гукІи псэкІи Иеговэ къызэрытлъыхъуэм щхьэкІэ, абы и нэфІ къызэрытщыхуэным (Евр. 11:6). Гугъуехьхэм дыпэщІэхуэу щытми, ди Пашэ Хьисэ Мэссихь дыхуэпэжу дыкъэнэну а хьэл-щэныр къыддэІэпыкъунущ. ФІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ гъащІэм дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыфынущ. Иджыри къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэм дэ куэдым дыхуагъэсэфынущ. Абыхэм щыщ куэдыр къызэрырахуэкІым е ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэм емылъытауэ, Алыхьым хуэпэжу къэнащ. Абы нэмыщІ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм япэ увыпІэ иратын щхьэкІэ, зи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьахэм я щапхъэхэм дытету щытмэ, дэ мылъку зэхуэхьэсыным и къапхъэным дихуэнукъым b.

10. Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрытлъагъур хъыбарыфІыр дгъэІуну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

10 Дымыжейуэ дысакъын икІи зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щхьэкІэ, дэ лъагъуныгъэм дыхуэныкъуэщ (Мт. 22:37—39). Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу, гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм емылъытауэ, теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІуну (2 Тим. 1:7, 8). Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэри фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ дэ унэ-унэкІэ, телефонкІэ икІи письмокІэ абыхэм хъыбарыфІыр яхудохь. ИкІи дэ дыщогугъ зэгуэр ахэри Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну (Иез. 18:27, 28).

11. Къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (1 Фессалоникэ 5:11).

11 Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэри фІыуэ долъагъу. Абы къыхэкІкІэ «зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт» жиІэу, Паул жиІа мы псалъэхэм дытетщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:11.) ЗауэлІхэр зэкъуэту бийм пэщІэтщ икІи зыр адрейм дэІэпыкъуэгъу хуэхъуну сыт щыгъуи хьэзыру щытщ. Дэри зым зыр догъэгушхуэ икІи дэІэпыкъуэгъу дыхуохъу. ДауикІ, зауэр щекІуэкІым деж, зауэлІым имыщІэххэу и ныбжьэгъур иуІэнкІэ хъунущ, ауэ ар абы хуейуэ зэи ищІэнукъым. Абы хуэдэу, дэри дыхуейуэ къуэш, шыпхъухэм я жагъуэ тщІынукъым е зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкІэ дыпэувыжынукъым (1 Фес. 5:13, 15). Абы нэмыщІ дэ лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэнущ, пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм пщІэ яхуэтщІу щытмэ (1 Фес. 5:12). Паул Фессалоникэ дэс къуэш, шыпхъухэм письмо щахуитхым щыгъуэ, а зэхуэсыр къызэрыунэхурэ иджыри илъэс хъуатэкъым. ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэнхэр щагъэзащІэкІэ щыуагъэ гуэрхэри ящІэу къыщІэкІынут. Ауэ, абы емылъытауэ, абыхэм пщІэ хуащІыну хуэфащэт. Гузэвэгъуэшхуэр къэблэгъэхукІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къабгъэдэкІ унафэхэм дэ нэхъ дыхуэныкъуэнущ. А зэманым дэ дунейпсо ІуэхузехьэпІэм е филиалым къыбгъэдэкІ унафэхэр къытІэрымыхьэфынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ иджыпсту щыщІэдзауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр фІыуэ тлъагъуным икІи абыхэм пщІэ яхуэтщІу зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ! Сыт къэмыхъуами, гупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэнщ икІи а къуэшхэм я ныкъусанхэм гу лъыдмытэу Иеговэ Хьисэ къигъэсэбэпу абыхэм унафэ къазэрыхуищІым ди акъылыр тедухуэнщ.

12. ДиІэ гугъэм дапхуэдэу ди акъылыр къызэрихъумэр?

12 ЗауэлІым и щхьэр тажым къызэрихъумэу щытам хуэдэу, диІэ гугъэм ди акъылыр къехъумэ. Гугъэ быдэ дызэриІэм и фІыгъэкІэ дэ къыдгуроІуэ мыхьэнэ зиІэ гуэр мы дунейм къызэрыдимытыфынур (Флп. 3:8). Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, Іеищэу дымыгузэвэну икІи зэпІэзэрыту дыкъэнэну гугъэр къыддоІэпыкъу. Африкэм хъыбарыфІыр щызыгъэІу Уо́ллисрэ Лори́ндэрэ абы щыхьэт тохъуэ. Тхьэмахуищым и кІуэцІым Уоллис и адэмрэ Лориндэ и анэмрэ дунейм ехыжащ. Ауэ COVID-19 пандемием и зэранкІэ ахэр унэм кІуэжыфакъым. Уоллис мыпхуэдэу итхащ: «ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ сиІэ гугъэр сэ къыздоІэпыкъу абыхэм я иужьрей махуэхэр зэрекІуэкІам семыгупсысу, дунеищІэм къэтэджыжа иужь, ахэр насыпыфІэу зэрыщытыным сегупсысыну. Гуауэр къыщыстехьэлъэм деж, а гугъэм сэ гупсэхугъуэ къызет».

13. Алыхьым и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

13 «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм и мафІэр фымыгъэункІыфІ» (1 Фес. 5:19). Паул Алыхьым и къару лъапІэр ди гум къыщыблэ мафІэм иригъэщхьащ. А къару лъапІэм и фІыгъэкІэ, Иеговэ жыджэру дыхуэлэжьэн икІи пэжыгъэм дытетын щхьэкІэ, дэ къарурэ гукъыдэжрэ диІэщ (Рим 12:11). НтІэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ дэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи абы и къарур къигъэсэбэпу иригъэтха Библиер дджын хуейщ. Иджыри Иеговэ и къару лъапІэмкІэ иунэтІ и организацэм дыдэлэжьэн хуейщ. А псор къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр дгъэлъэгъуэну (Гал. 5:22, 23).

Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Алыхьым и къару лъапІэр къызитыну сызэрыхуейр си Іуэхухэм къагъэлъагъуэу пІэрэ?» (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Алыхьым и къару лъапІэр адэкІи къыдитын щхьэкІэ, сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей? (Сурэтым феплъ.)

14 Алыхьым и къару лъапІэр къыдита иужь, дэ абы и мафІэр дгъэункІыфІын хуейкъым. Иеговэ ар зритыр зи акъылымрэ зи дуней тетыкІэмрэ къабзэу зыхъумэхэращ. Дэ мыхъумыщІагъэ гуэрым дегупсысу щытмэ икІи абы дызыхуигъэуш Іуэхугъуэхэр тщІэмэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдитынукъым (1 Фес. 4:7, 8). Алыхьым и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ, дэ иджыри мы псалъэхэм дытетын хуейщ: «Тхьэм цІыхухэм ягу кърилъхьэ псалъэхэр зэрыжаІэм нэмыплъ евмыт» (1 Фес. 5:20). Мы псалъэхэм зи гугъу ящІыр сыт? Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпу къытІэригъэхьэ хъыбархэращ. Абы хохьэ «Иеговэ и махуэмрэ» дыщыпсэу зэман хэхамрэ теухуа хъыбархэри. «Армагеддоныр къэсыху дыпсэунукъым» жытІэу, дэ а махуэр едмыгъэтІылъэкІыу, ар къызэрысыпар зэи зыщыдгъэгъупщэкъым. Сыт ар къызыхэщыр? Дэ Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу допсэу икІи абы гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм жыджэру дыхэтщ (2 Пет. 3:11, 12).

«ІУЭХУ ПСОМИ Я ЩЫПКЪАГЪЭР ВГЪЭУНЭХУ»

15. Жин бзаджэхэм къабгъэдэкІ пцІым дыщимыгъэуэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? (1 Фессалоникэ 5:21).

15 Куэд мыщІэу Алыхьым и бийхэм мыпхуэдэ хъыбар ягъэІунущ: «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» (1 Фес. 5:3). Жин бзаджэхэм къабгъэдэкІ пцІыр щІым тез хъунущ икІи цІыху куэдыр абы дихьэхынущ (Апок. 16:13, 14). Ауэ дэ а пцІым дыщигъэуэнукъым, Паул итха мы чэнджэщым дытету щытмэ: «Іуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху». (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:21.) Пасэрей зэманым дыщэр дыщэу е дыжьыныр дыжьыну щытрэ щымытрэ зэхагъэкІын щхьэкІэ, «вгъэунэху» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэр къагъэсэбэпу щытащ. Дэри, абы ещхьу, зэхэтхыр икІи дызэджэр пцІырэ пэжрэ зэхэдгъэкІын хуейщ. Фессалоникэ дэса къуэш, шыпхъухэм апхуэдэу ящІэным мыхьэнэшхуэ иІэт. Ди дежкІэ абы иІэ мыхьэнэр нэхъ иныжщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гузэвэгъуэшхуэ зэманыр къоблагъэ. НэгъуэщІхэм жаІэ псор ди фІэщ тщІыным ипІэкІэ дэ зэхэщІыкІ тхэлъын хуейщ. Зэхэтхыр икІи дызэджэр Библием итымрэ Иеговэ и организацэм къыджиІэмрэ едгъапщэу щытмэ, жин бзаджэхэм къабгъэдэкІ пцІым дыщигъэуэнукъым (Прит. 14:15, Гъэсэпэтхыдэхэр; 1 Тим. 4:1).

16. Сыт хуэдэ гугъэ дэ диІэр икІи сытым абы дыхуигъэушрэ?

16 Алыхьым и лъэпкъыр гузэвэгъуэшхуэм къелынущ. Ауэ пщэдеирей махуэм къытхуихьынур зыми тщІэкъым (Екъуб 4:14). Псалъэм папщІэ, Армагеддоныр къэмыс щІыкІэ ди гъащІэр тфІэкІуэдми, Алыхьым хуэпэжу дыкъанэу щытмэ, дэ дощІэ абы тыгъэу гъащІэ мыухыжыр къызэрыдитынур. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Хьисэ и гъусэу уафэм щыІэнущ. «НэгъуэщІ мэлхэр» жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэунущ. Аращи, диІэ гугъэм ди акъылыр тедухуэнщ икІи «Иеговэ и махуэм» хуэхьэзыру дыщытынщ!

150-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ

a 1 Фессалоникэ, 5-нэ псалъащхьэм «Иеговэ и махуэр» къызэрыкІуэн хуейм теухуауэ щапхъэ хьэлэмэт зыбжанэ къыщыхьащ. А «махуэр» зищІысыр сыт икІи дапщэщ ар къыщысынур? Абы хэт къелынур икІи хэт къемылынур? Дапхуэдэу «а махуэм» зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? Мы упщІэхэм жэуап еттын щхьэкІэ, апостол Паул и псалъэхэр зэпкърытхынщ.

b «Они с готовностью предоставили себя для служения» жыхуиІэ статья гупым феплъ.