Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сызэмыжьа тыгъэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэмрэ Иеговэ сызэрыхуэлажьэм къысхуехь

Сызэмыжьа тыгъэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэмрэ Иеговэ сызэрыхуэлажьэм къысхуехь

СОЩІЭЖ, сыщысабийм щыгъуэ, уафэгум кхъухьлъатэ иту щыслъагъум деж, сэ абы сису нэгъуэщІ къэрал сыкІуэ хуэдэу си нэгу къыщІэзгъэхьэу зэрыщытар. Абы щыгъуэ сэ ар зэи къэмыхъуфын хъуапсапІэу къысщыхъут.

ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр екІуэкІыу си адэ-анэр Эстонием икІри, Германием Іэпхъуащ икІи сэ абы сыкъыщалъхуащ. ИужькІэ абыхэм унафэ ящІащ Канадэм Іэпхъуэну. Канадэм дэ Отта́вэ къалэм пэмыжыжьэу дыщыпсэуащ. Дэ япэу унэ тхуэхъуар сивоскІэ зэта джэдэщым и зы Іыхьэращ. Ди унагъуэр егъэлеяуэ къулейсызу псэут, ауэ пщэдджыжьышхэм сыт щыгъуи джэдыкІэ нэхъ мыхъуми диІэт.

Зэгуэр Иеговэ и Щыхьэтхэр Апокалипсис 21:3, 4 итым си анэм къыхуеджащ. А псалъэхэр апхуэдизу абы и гум хыхьати, ар къыщиудри гъащ. «Пэжым и жылэр» хэхъуэт, арати, куэд мыщІэу си адэмрэ си анэмрэ псым зыщІагъэуащ.

Си адэ-анэм английскэбзэр зэращІэ щыІэтэкъым, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу ахэр псэемыблэжу Иеговэ хуэлажьэт. Си адэр Са́дбери (Онта́рио провинцием) дэт никель щащІ заводым щылажьэт. Ар гугъу ехьу жэщ псом щылэжьам дежи, щэбэт махуэ къэс си шыпхъу нэхъыщІэ Сильвиерэ сэрэ хъыбарыфІ гъэІуным дыздишэт. Абы нэмыщІ дэ ди унагъуэм зэгъусэу тхьэмахуэ къэс «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр дджыт. Сэ Алыхьыр фІыуэ слъагъуу си адэмрэ си анэмрэ срагъэсащ. А лъагъуныгъэм сыхуигъэушащ 1956-нэ гъэм илъэсипщІ сыхъуу псым зыщІэзгъэуэну. Си адэ-анэм Иеговэ фІыуэ зэралъагъум сэ сыт щыгъуи къару къысхилъхьащ.

Школыр къэзуха иужь, сэ нэхъ мащІэу Иеговэ сыхуэлажьэу сыхъуащ. Сэ си гугъэт пионер лэжьыгъэр къасщтэу щытмэ, дуней псор къызэхэслъэтыхьыну сызыщІэхъуэпс мурадым щхьэкІэ, ахъшэ зэи схузэхуэмыхьэсыну. Абы къыхэкІкІэ уэрэдхэр къезгъауэу ди къалэм щыІэ радиом лэжьэн щыщІэздзащ. А лэжьыгъэр сигу ирихьт, ауэ пщыхьэщхьэхэми сылэжьэн хуей зэрыхъум къыхэкІкІэ зэІущІэхэр блэзгъэхут. Абы нэмыщІ Алыхьыр фІыуэ зымылъагъухэм я гъусэу зэман куэд згъакІуэт. Ауэ иужькІэ си напэм сыхуигъэушащ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэслъхьэну.

Сэ О́шавэ къалэм (Онтарио провинцием) сыІэпхъуащ. Абы сэ щызэзгъэцІыхуащ Рэй Но́рман, абы и шыпхъу Ле́сли, иджыри нэгъуэщІ пионерхэри. Ахэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Абыхэм хъыбарыфІ гъэІуным къахуихь гуфІэгъуэр сэ слъагъути, згъэува мурадхэм сыхэплъэжыну абы сыхуигъэушащ. А къуэш, шыпхъухэм сызэрытрагъэгушхуам и фІыгъэкІэ 1966-нэ гъэм, фокІадэм пионер лэжьыгъэр къэсщтащ. Сэ насыпыфІэу сыщытт, гъащІэми гуфІэгъуэ къысхуихьт. Ауэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хэзылъхьэну сызэмыжьа Іуэхугъуэхэр сэ иджыри къыспэщылът.

ИЕГОВЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ ГУЭР КЪЫЩЫПХУИГЪЭФАЩЭМ ДЕЖ, ЗАНЩІЭУ «ХЬЭУЭ» ЖОМЫІЭ

Иджыри школым сыщІэсу Торо́нто къалэм щыІэ Вефилым сыщылэжьэн щхьэкІэ, сэ заявленэ стхат. ИужькІэ, пионер лэжьыгъэр къэсщтауэ, илъэсиплІкІэ Вефилым сыщылэжьэну срагъэблэгъащ. Ауэ сэ Лесли хуабжьу сигу ирихьти, Вефилым сыкІуэу щытмэ, ар афІэкІа зэи сымылъагъужынкІэ сышынэт. Сэ куэдрэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъэза иужь, Вефилым сыкІуэну унафэ сщІащ икІи сынэщхъейуэ Леслирэ сэрэ сэлам зэтхыжащ.

Сэ япэщІыкІэ Вефилым щыгъын щажьыщІым сыщылэжьащ, итІанэ секретарь лэжьыгъэр къысхуагъэфэщащ. А зэманым Лесли спецпионеру Гатино́ къалэм (Квебе́к провинцием) ягъэкІуащ. Сэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу сегупсыст: «Сыту пІэрэ абы иджыпсту ищІэр? Унафэ пэж къэсщтауэ пІэрэ?» ИужькІэ, сызэмыжьа, ауэ хуабжьу сызыщыгуфІыкІа Іуэхугъуэ къэхъуащ. Лесли и дэлъху Рэй Вефилым кърагъэблэгъащ икІи ар си пэшым щыпсэуну къагъэкІуащ. Абы и фІыгъэкІэ Лесли зыпысщІэжыну сэ Іэмал сиІэ хъуащ. 1971-нэ гъэм, мазаем и 27-м Вефилым сызэрылажьэм и иужьрей махуэт. А махуэ дыдэм дэ дызэрышащ.

Районнэ лэжьыгъэм щІыдодзэ. 1975-нэ гъэ

Леслирэ сэрэ Квебек щыІэ, французыбзэкІэ псалъэ зэхуэсым дагъэкІуащ. Илъэс зыбжанэ дэкІри, дызэмыжьа иджыри зы Іуэхугъуэ къэхъуащ: сэ районым и нэхъыжьу сылэжьэну къуэшхэр къызэлъэІуащ. Абы щыгъуэ сэ илъэс 28 фІэкІа сыхъутэкъым икІи сызэрыщІалэІуэр, гъащІэми куэдым сызэрыщымыгъуазэр къызгурыІуэт. Ауэ Иеремия 1:7, 8 ит псалъэхэр сэ хуабжьу къыздэІэпыкъуащ. Иджыри сызыгъэгузавэ зы Іуэхугъуэ щыІэт. Лесли зыбжанэрэ аварием хэхуати, абы и жейр къутат. Абы къыхэкІкІэ районнэ лэжьыгъэм дызэрыпэлъэщыным сегупсыст. Ауэ Лэсли мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ лэжьыгъэ гуэр къытхуигъэфащэу щытмэ, занщІэу „хьэуэ“ щІыжытІэн хуейр сыт?» Арати, дэ абы арэзы дытехъуащ икІи районнэ лэжьыгъэм илъэс 17-кІэ дыхэтащ.

Районнэ лэжьыгъэм къару куэд зэрытезгъэкІуадэм къыхэкІкІэ, Лесли гулъытэ хуэсщІын щхьэкІэ, зэман къысхудэгъэкІтэкъым. Ауэ иужькІэ дерс схуэхъуа зы Іуэхугъуэ къэхъуащ. Зэгуэр, блыщхьэ пщэдджыжьым, ди бжэм зыгуэр къытеуІуащ. Бжэр къыщыІусхам щыгъуэ, матэ фІэкІа зыри щыттэкъым. Абы стІолтепхъуэ, пхъэщхьэмыщхьэ зэмылІэужьыгъуэхэр, кхъуей, щІакхъуэ, шагъыр птулъкІэ, бокалхэр илът. Иджыри абы мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыт тхылъымпІэ илът: «Уи щхьэгъусэр нэгу зегъэужьакІуэ шэ». Ар зытхар хэтми иттэкъым. А махуэм дунейр уэфІт, ауэ сэ псалъэхэр згъэхьэзырын хуейти, зыщІыпІи сызэрымыкІуэфынур Лесли жесІащ. Абы псори къыгурыІуащ, ауэ тІэкІуи и жагъуэ хъуащ. Псалъэхэр щызгъэхьэзырым щыгъуэ, си напэр къызэныкъуэкъуу щІидзащ. Абы щыгъуэ Ефес 5:25, 28 ит псалъэхэр сигу къэкІыжащ. Езы Иеговэ мыпхуэдэу къызжиІэ хуэдэт: «Ре́йно, уи щхьэгъусэм гулъытэ хуэщІ». Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэза иужь, сэ Лесли жесІащ: «НакІуэ!» Абы и гуфІэгъуэм кІэ иІэтэкъым. Дэ псы Іуфэм деж щІыпІэ дахэ къыщыдгъуэтри, стІолтепхъуэ дыубгъуащ. А махуэр ди дежкІэ нэхъ гукъинэжу щыщхэм ящыщ зыщ. ГъэщІэгъуэныращи, псалъэхэри згъэхьэзырыну зэман схурикъуащ.

Районнэ лэжьыгъэр дэ хуабжьу дигу ирихьт. Абы и фІыгъэкІэ Канадэ псор къызэхэткІухьащ: Британская Колумбия жыхуаІэм къыщыщІэдзауэ Ньюфа́ундленд хытІыгум нэс. НэгъуэщІ щІыпІэхэм сыкІуэну сиІа хъуапсапІэр къызэхъулІащ. Галаад школым теухуауэ сегупсыст, ауэ миссионеру сыщытыну сыхуейтэкъым. Сэ си гугъэт, а къалэныр бгъэзэщІэн щхьэкІэ, зэфІэкІ хэха гуэрхэр уиІэн хуейуэ икІи а лэжьыгъэр схуэмыфащэу къэслъытэт. Абы нэмыщІ уз зэрыцІалэм зыщиубгъуа икІи зауэ щекІуэкІ Африкэм щыІэ къэрал гуэрым сагъэкІуэнкІэ сышынэт. Канадэм сыщыІэу Иеговэ сызэрыхуэлажьэм насыпыфІэ сищІт.

ИДЖЫРИ ДЫЗЭМЫЖЬА ЗЫ ТЫГЪЭ: ЭСТОНИЕМРЭ ПРИБАЛТИКЭМРЭ ДЫКЪРАГЪЭБЛАГЪЭ

Прибалтикэм дыщыІэу гъуэгу дытетщ

1992-нэ гъэм Эстонием миссионеру дыщылэжьэну дыхуейрэ дыхуэмейрэ къуэшхэр къыдэупщІащ. А зэманым Советский Союзым хыхьэу щыта языныкъуэ къэралхэм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм хуитыныгъэ яІэ хъуат. Ди дежкІэ а къалэныщІэр дызыпэмыплъа Іуэхугъуэу щытт. Абы теухуауэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэри, иджыри зэ мыпхуэдэу дегупсысащ: «Иеговэ лэжьыгъэ гуэр къытхуигъэфащэу щытмэ, занщІэу „хьэуэ“ щІыжытІэн хуейр сыт?» Дэ абы арэзы дытехъуащ икІи, Африкэм дызэрамыгъакІуэм щхьэкІэ, сэ си гур псэхужащ.

Дэ занщІэу эстоныбзэ зэдгъащІэу щІэддзащ. ДыІэпхъуа иужь мазитІ фІэкІа дэмыкІыу, районнэ лэжьыгъэм дыхэтыну къуэшхэр къыдэлъэІуащ. Дэ зэхуэсу 46-м икІи гуп зыбжанэм дыкІуэн хуейт. Ахэр Прибалтикэм и къэралищымрэ Калининград къалэмрэ щыІэт. Абы къикІт Латвием, Литвам икІи Урысейм я бзэхэр мащІэ куэдми зэрызэдгъэщІэн хуейр. Ар, дауикІ, тынштэкъым, ауэ къуэш, шыпхъухэм я бзэр зэдгъэщІэну къару зэретхьэлІэр лъапІэу ялъытэт икІи сыт щыгъуи къыддэІэпыкъуну хьэзырт. 1999-нэ гъэм Эстонием филиал къыщызэІуахащ икІи абы и комитетым То́мас Э́дур, Ле́мбит Ра́йле, То́мми Ка́уко сымэ я гъусэу сыщылажьэу щІэздзащ.

СэмэгурабгъумкІэ: Литва къэралым щекІуэкІ конгрессым сыкъыщопсалъэ

ИжьырабгъумкІэ: 1999-нэ гъэм Эстонием къыщызэІуаха филиалым и комитетыр

Сыбырым ирашауэ щыта къуэш, шыпхъу куэд дэ зэдгъэцІыхуащ. А къуэш, шыпхъухэм гущІэгъуншэу къазэрыхущытам икІи я унагъуэм щыщхэм зэрыкІэрачам емылъытауэ, я гум гужьгъэжь илътэкъым. Абыхэм гуфІэгъуэр зыфІагъэкІуэдатэкъым икІи хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм ядэгуэшэну гукъыдэжышхуэ яІэт. А къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм дэ быдэу ди фІэщ ищІащ гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду гугъуехьхэм дыпхыкІыну зэрытхузэфІэкІынур.

Илъэс куэдым къриубыдэу зыдгъэпсэхуну дэ Іэмал мащІэщ диІар. Зэман гуэрым Лесли къарууншэ дыдэ зэрыхъур зыхищІэу щІидзащ. Ар фибромиалгия жыхуаІэ узыфэм епхауэ зэрыщытыр дэ занщІэу къыдгурыІуакъым. А псом къыхэкІкІэ Канадэм зэрыдгъэзэжыным дэ ди фІэщу дегупсысу щІэддзащ. Па́ттерсон (Нью-Йорк штатым, США-м) щекІуэкІыну «Школа для членов комитетов филиалов» жыхуаІэм дыкъыщрагъэблэгъам щыгъуэ, абы дызэрыкІуэфынум шэч къытесхьэт. Дэ лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуэдгъазэу щІэддзащ. ИкІэм-икІэжым дэ унафэ тщІащ а школым дыкІуэну. ИкІи а унафэм Иеговэ и нэфІ щыхуащ. Сэ седжэхукІэ Лесли и узыншагъэм дохутырхэр кІэлъигъэплъащ. Зэман дэкІри, дэ дызэса гъащІэр зэтедухуэжыну тхузэфІэкІащ.

ИДЖЫРИ ДЫЗЭМЫЖЬА ЗЫ ТЫГЪЭ: НЭГЪУЭЩІ КОНТИНЕНТЫМ ДОКІУЭ

2008-нэ гъэм, зы пщыхьэщхьэ гуэрым, Эстонием дыщыІэу дунейпсо ІуэхузехьэпІэм къращІыкІри, Ко́нго къэралым дыкІуэфынрэ дымыкІуэфынрэ къызэупщІащ. Сэ Іэнкун сыхъуат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жэуапыр етІуанэ махуэм къуэшхэм естыжын хуейт. Лесли нэху щыху и нэбдзыпэ зэрызэтримылъхьэнур сщІэти, а Іуэхум теухуауэ а пщыхьэщхьэм зыри жезмыІэну мурад сщІащ. Ауэ жэщ псом мыжеяр сэращ. Сэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт икІи Африкэм сыкІуэну сыщІэшынэм и щхьэусыгъуэхэр жесІэт.

ЕтІуанэ махуэм Лесли псори жесІэжа иужь, дэ мыпхуэдэ гупсысэм дыкъыхуэкІуащ: «Иеговэ Африкэм дрегъэблагъэ. Абы дымыкІуауэ ар къыдэхъулІэнрэ къыдэмыхъулІэнрэ дэнэ дэ щытщІэр?» Арати, Эстонием илъэс 16-кІэ дыщыІа иужь, Конго къэралым и къалащхьэ Кинша́сэ дэ дылъэтащ. Абы щыІэ филиалыр жыг хадэ дахэм ещхьт икІи гупсэхугъуэрэ мамырыгъэрэ уи гум кърилъхьэт. Лесли япэ дыдэу сыт ищІар? Канадэм дызэрыщыІа лъандэрэ зрихьэ открыткэр ди пэшым щІигъэуващ. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр итт: «Уздыхаса щІыпІэм щыгъагъэ». Конго щыщ къуэш, шыпхъухэр дэ ныбжьэгъуфІ тхуэхъуащ, Библием едгъэджэн цІыхуи къэдгъуэтащ. А псом и фІыгъэкІэ миссионер лэжьыгъэм дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьт! Зэман гуэр дэкІа иужь, дэ пщІэ зыпылъ къалэн къыдатащ: нэгъуэщІ филиалхэм щыІэ къуэш, шыпхъухэр дгъэгушхуэну. Абы и фІыгъэкІэ Африкэм щыІэ къэрал 13-м нэблагъэм дыщыІащ. Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр дэ зэдгъэцІыхуащ икІи абыхэм я гъащІэм теухуауэ гъэщІэгъуэн куэд къэтщІащ. Сэ сызыгъэгузавэу щыта гупсысэхэр псори кІуэдыжат. Иджы дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хуэтщІт, Африкэм дызэригъэкІуам щхьэкІэ.

Конго дыщыщыІам дэ шхыныгъуэ зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ хьэщІагъэ къыдахт, псалъэм папщІэ, хьэпщхупщхэр тшхыну къыдатт. Япэм щыгъуэ сэ апхуэдэ гуэр си жьэм жьэдэслъхьэу си нэгу къысхущІэгъэхьэнутэкъым. Ауэ къуэш, шыпхъухэм ар зыкІэ хъуэпсэгъуэу яшхти, дэри ар тшхыну дытегушхуащ икІи абы дыхущІегъуэжакъым.

Дэ ди публикациехэмрэ «гуманитарная помощь» жыхуаІэмрэ къэралым и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ тшэт. А щІыпІэхэм зыкъэзыІэта цІыхухэр къуажэхэм теуэт икІи цІыхубзхэмрэ сабийхэмрэ лей къытрагъэхьэт. А лъэныкъуэмкІэ щыІэ къуэш, шыпхъухэр икъукІэ хуэмыщІауэ псэут. Ауэ абыхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэм дэ ди гур хагъахъуэт, псалъэм папщІэ, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ яІэ гугъэр, Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр икІи ди организацэм хуагъэлъагъуэ пэжагъыр. Абыхэм я щапхъэм дэ дыхуигъэушащ Иеговэ дыщІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэхэм иджыри зэ дегупсысыжыну. Абы и фІыгъэкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуащ. Языныкъуэ къуэшхэм я унэхэри кърахьэлІэжа гъавэри яфІэкІуэдат. Сэ ІупщІу къызгурыІуащ цІыхум мылъкур псынщІэу зэрыфІэкІуэдыфынур икІи Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм уасэ зэримыІэр. Апхуэдиз гугъуехь зэраІэм емылъытауэ, къуэш, шыпхъухэм тхьэусыхэну я хьэлтэкъым. Абыхэм я щытыкІэм дэ къару къытхилъхьэт икІи дигъэгушхуэт. Дэ къыдгурыІуащ лІыгъэ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр, псом хуэмыдэу узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр дыщиІэм икІи нэгъуэщІ гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж.

СэмэгурабгъумкІэ: Зи щІыпІэр къэзыгъэнэн хуей хъуахэм я пащхьэ сыкъыщопсалъэ

ИжьырабгъумкІэ: «Гуманитарная помощь» жыхуаІэмрэ хущхъуэхэмрэ Дунгу къалэм дошэ (Демократическая Республика Конго)

АЗИЕМ ДАГЪАКІУЭ

Иеговэ тхуигъэхьэзыра тыгъэхэр абыкІэ иухакъым: Гонко́нг щыІэ филиалым дыкІуэну къуэшхэр къыдэлъэІуащ. Зэгуэр Азием дыкъыщыщІидзыну дэ дигу къэкІыххэтэкъым! Ауэ дэ абы арэзы дытехъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр дэ мызэ-мытІэу зыхэтщІащ. 2013-нэ гъэм, ди нэм нэпсыр къытелъэдауэ, ди ныбжьэгъу лъапІэхэм сэлам етхыжри, Африкэм и щІыпІэ дахэхэр къэдгъэнащ. Дэ къытпэщылъыр сытми тщІэтэкъым.

Африкэм щыІа гъащІэмрэ Гонконг щыІэ гъащІэмрэ хуабжьу зэщхьэщыкІт. А къалэм цІыху Іув щызэблэкІт икІи дуней псом къикІа цІыхухэм абы ущрихьэлІэфынут. Китаибзэр зэбгъэщІэну тынштэкъым, ауэ къыддэІэпыкъуну хьэзыр къуэшхэр сыт щыгъуи ди гъусэт. Иджыри дэ хуабжьу дигу ирихьащ абы щыІэ шхыныгъуэхэр. Вефилым щыІэ лэжьыгъэр махуэ къэс нэхъыбэ хъут, ауэ унэхэм я уасэри нэхъ псынщІэжу хэхъуэт. Абы къыхэкІкІэ филиалым и унэхэм щыщу и нэхъыбэр ящэну УнафэщІ гупым унафэ ищІащ. Куэд дэмыкІыу, 2015-нэ гъэм, дэ Ипщэ Кореем дагъэІэпхъуащ икІи нобэр къыздэсым абы дыщыІэщ. ДауикІ, кореибзэри тыншкъым икІи ар куэдрэ зэдгъэщІэн хуей хъунущ, ауэ ехъулІэныгъэ диІэхэм щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм дагъэгушхуэ. Абы щхьэкІэ дэ абыхэм фІыщІэшхуэ худощІ.

СэмэгурабгъумкІэ: Гонконг къалэм дыщыпсэун щІыдодзэ

ИжьырабгъумкІэ: Кореем щыІэ филиалыр

ИЕГОВЭ ДЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ХЭТХА ДЕРСХЭР

НыбжьэгъущІэхэр къэбгъуэтыну щымытынш къохъу. Ауэ дэ къыдгурыІуащ: хьэщІагъэ бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр пчымэ, псори нэхъ псынщІэу зэбгъэцІыхуфынущ. Абы нэмыщІ дэ къэтлъэгъуащ къуэш, шыпхъухэр зэрызэщхьэщыкІым нэхърэ нэхъ зэрызэщхьыр. Иеговэ дэ гъэщІэгъуэныщэу дыкъигъэщІащ: ди гур цІыху куэдым яхузэІутхыну икІи ахэр ныбжьэгъу тщІыну дэ зэфІэкІ диІэщ (2 Кор. 6:11).

Дэ къыдгурыІуащ, Иеговэ цІыхухэм зэрыхущытым хуэдэу, дэри дахущытын икІи абы и лъагъуныгъэмрэ и нэІэ къызэрыттригъэтымрэ гу лъыттэн зэрыхуейр. Ди лъэр щІэхуауэ е зыгуэрым фІыуэ дыкъимылъагъу хуэдэу къыщытщыхъухэм деж, ди ныбжьэгъухэм къытхурагъэхьа письмохэмрэ открыткэхэмрэ къытедгъэзэжурэ деджэт. Иеговэ тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр дэ ди щхьэкІэ зыхэтщІащ. Ар сыт щыгъуи къыддэІэпыкъут икІи абы къару къытхилъхьэт.

БлэкІа илъэсхэм къриубыдэу си щхьэгъусэмрэ сэрэ къыдгурыІуащ, дапхуэдизу дыхущІэмыхьэми, зэгъусэу зэманыр дгъэкІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Иджыри дэ къыдгурыІуащ иныкъуэхэм деж гушыІэ хэлъу узыхущытыжын зэрыхуейр, псом хуэмыдэу нэгъуэщІыбзэ щызэбгъащІэм деж. Абы нэмыщІ пщыхьэщхьэ къэс Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ гуэр дигу къэдгъэкІыжыну дэ дыхущІокъу.

Пэжыр жыпІэмэ, сэ зэи си гугъакъым миссионер сыхъуну икІи нэгъуэщІ къэралхэм сыщыпсэуну. Ауэ сэ си щхьэкІэ зыхэсщІащ, Иеговэ къыбдэІэпыкъумэ, псори зэрыпхузэфІэкІынур. Бегъымбар Иеремие и псалъэхэр сигу къокІыж: «Уэ сэ сыкъэбгъэпцІащ, Иеговэ» (Иер. 20:7). Пэжщ, Иеговэ дэ дызэмыжьа тыгъэ куэд къытхуищІащ, уеблэмэ, кхъухьлъатэм сису дунейр къызэхэскІухьыну сызыщІэхъуэпса нэгъуни къызигъэхъулІащ. Филиалхэм дыщыкІуэм щыгъуэ, дэ континентитху къэтлъэтыхьащ. Сыщысабийм щыгъуэ сэ апхуэдэ гуэр си нэгу къысхущІэгъэхьэнутэкъым. Сыт хуэдэ къалэн къытхуамыгъэфэщами, Лесли сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къысхуэхъуащ. Абы щхьэкІэ Лесли хуабжьу фІыщІэ хузощІ.

Дэ сыт щыгъуи дигу къыдогъэкІыж а псор зыхуэтщІэр хэтми икІи абы дыщІыхуэлажьэр сытми. Иджыпсту диІэ гъащІэ дахэр къэкІуэну зэманым щыІэным — гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуным — и Іыхьэ мащІэуращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щыгъуэ Иеговэ и Іэр къызэІуихынурэ, псэ зыІут псоми зыхуэныкъуэр яхуищІэнущ! (Пс. 145:16).