24 СТАТЬЯР
Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ мурадхэр уэ къохъулІэфынущ
«ФІы щІэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демышу. ФІы щІэным демышу дыхущІэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фІыгъуэ дгъуэтынущ» (ГАЛ. 6:9).
84-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр щызэхамыха щІыпІэхэм щыдогъэІу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Дэ тщыщ куэдыр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэрэ?
АЛЫХЬЫМ гъунэгъу ухуэзыщІ мурад b бгъэуву, ауэ, къару зэрепхьэлІэм щхьэкІэ къэмынэу, ар къыщомыхъулІа къыпхуихуа? Къыпхуихуауэ щытмэ, уэ уи закъуэкъым. Псалъэм папщІэ, Фи́лип мурад игъэуват нэхъ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну икІи, и лъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ, къару ирихьэлІэну. Ауэ абы тхьэлъэІум щхьэкІэ ерагъкІэ зэман къыхудэгъэкІыу арат. Э́рикэ мурад игъэуват хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа зэІущІэ кІэщІхэм къыкІэрымыхуу къэкІуэну. Ауэ, абы емылъытауэ, ар сыт щыгъуи къыкІэрыхут. То́маш Библием зэрыщыту еджэну зыбжанэрэ иужь ихьащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ абы седжэну сигу иримыхьу арат. А мурадыр згъэзэщІэну сэ щэнейрэ иужь сихьащ, ауэ сыт щыгъуи Левит тхылъым нэсыху фІэкІа седжэфакъым».
2. Мурад гуэр иджыпсту къыдэмыхъулІэу щытмэ, ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр сыт?
2 Уэ иджыпсту узыхущІэкъу мурадыр къомыхъулІэу щытмэ, абы къикІкъым ар зэи къомыхъулІэну. Мурад къызэрыгуэкІхэми и нэхъыбэм зэманрэ къарурэ тегъэкІуэдэн хуейщ. Уи мурадыр къохъулІэну узэрыхуей закъуэм къегъэлъагъуэ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр лъапІэу зэрыплъытэр икІи уиІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр абы ептыну узэрыхущІэкъур. ДауикІ, Иеговэ ар лъапІэу елъытэ, ауэ уэ пхузэфІэмыкІын гуэр пщІэну ар къыпщыгугъкъым (Пс. 103:14; Мих. 6:8). Абы къыхэкІкІэ бгъэув мурадыр уэ пхуэгъэзэщІэн хуэдэу щытын хуейщ. Мурад гуэр бгъэувауэ щытмэ, ар къохъулІэну сыт къыбдэІэпыкъунур? Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
УИ МУРАДЫР КЪОЗЫГЪЭХЪУЛІЭН ГУКЪЫДЭЖ ЗИГЪЭІЭ
3. Бгъэува мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ, гукъыдэж уиІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
3 Мурад бгъэувар къохъулІэн щхьэкІэ, гукъыдэж уиІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ЦІыхум гукъыдэж иІэу щытмэ, абы игъэува мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ, къарууэ иІэу хъуар ирихьэлІэнущ. Апхуэдэ гукъыдэжыр кхъухьыр зезыгъакІуэ жьым ебгъэщхь хъунущ. Жьыр сыт щыгъуи къепщэу щытмэ, кхъухьым исыр здэкІуэм нэсынущ. Ауэ жьыр ину къепщэу щытмэ, ар абы нэхъ псынщІэжу нэсынущ. Ар дыдэр гукъыдэжым теухуауэ жыпІэфынущ. Ди мурадыр къыдэхъулІэну гукъыдэж нэхъ диІэху, дауикІ, абы нэхъыбэу дыхущІэкъунущ. Сальвадорым щыщ Давид жеІэ: «Іуэху гуэрым теухуауэ гукъыдэж ущиІэм деж, ар пщІэн щхьэкІэ, къару нэхъыбэ ибохьэлІэ икІи зыри зэран зыхуэбгъэхъукъым». НтІэ, ди мурадыр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, гукъыдэж диІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
4. Сытым теухуауэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъуну? (Филиппи 2:13). (Сурэтым феплъ.)
4 Уи мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ, гукъыдэж къыуитыну Иеговэ елъэІу. Бгъэува мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къигъэсэбэпу гукъыдэж къыуитыфынущ. (Къеджэ Филиппи 2:13.) Иныкъуэхэм деж мурад гуэрыр фІыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ дэ ар зыхудогъэувыж икІи апхуэдэу зэрытщІэр фІы дыдэщ. Ауэ, а мурадыр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, дэ гукъыдэж тхуримыкъуу щытмэ-щэ? Апхуэдэ гуэр Уга́ндэм щыщ Нори́нэ къыщыщІащ. Абы цІыхухэр Библием иригъэджэну мурад ищІат, ауэ гукъыдэж иІэр хурикъутэкъым. Норинэ цІыхухэр Библием иримыгъэджэфыну къыщыхъут. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Иеговэ гукъыдэж къызитын щхьэкІэ, сэ абы махуэ къэс селъэІуу щІэздзащ. Ауэ, Иеговэ селъэІу къудейуэ щымыту, егъэджакІуэфІ сызэрыхъунми къару есхьэлІэт. Мазэ зыбжанэ дэкІа иужь, Библием езгъэджэн цІыху къэзгъуэтыну гукъыдэжышхуэ сиІэ хъуащ. Илъэс дэмыкІыу сэ цІыхуитІ Библием езгъаджэу щІэздзащ».
5. Ди мурадхэр къыдэхъулІэну гукъыдэж нэхъыбэ диІэн щхьэкІэ, сытым дегупсыс хъуну?
5 Иеговэ къыпхуищІэм егупсыс (Пс. 143:5). Апостол Паул Иеговэ и нэфІ къызэрыщыхуэм егупсыст икІи абы ар хуигъэушащ Алыхьым нэхъыбэжу хуэлэжьэну (1 Кор. 15:9, 10; 1 Тим. 1:12—14). Иеговэ къыпхуищІэм нэхъыбэрэ уегупсысыху, бгъэува мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ, нэхъ гукъыдэж уиІэ хъуурэ кІуэнущ (Пс. 116:12). Гондурас къэралым щыщ ди зы шыпхъур пионеру лэжьэну и мурадт. Ар къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ фІыщэу сызэрилъагъум куэдрэ сегупсыст. Псалъэм папщІэ, абы и унагъуэм сыкъригъэблэгъащ, и нэІэ къыстригъэтщ икІи сыкъехъумэ. А псом сызэрегупсысым и фІыгъэкІэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэр хэхъуащ икІи пионеру сылэжьэну нэхъыбэжу гукъыдэж сиІэ хъуащ».
6. Дгъэува мурадыр къызэрыдэхъулІэным нэхъыбэжу дыхущІэкъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
6 Мурад бгъэувар къызэрохъулІэм къыпхуихьыну сэбэпынагъым уи акъылыр теухуэ. НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Эрикэ къыдэІэпыкъуам гу лъыттэнщ. Ар къыддогуашэ: «ХъыбарыфІ гъэІуным пыщІа зэІущІэ кІэщІхэм сыкъызэрыкІэрыхум къыхэкІкІэ куэдым сызэрыхэкІыжыр сэ къызгурыІуащ. Нэхъ жьыуэ сыкъакІуэу щытамэ, къуэш, шыпхъухэм сепсэлъэну Іэмал сиІэнут. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр зэрызгъэІур езгъэфІэкІуэн икІи абы гуфІэгъуэ нэхъыбэ къысхуихьын щхьэкІэ, къыздэІэпыкъуну чэнджэщыфІхэр зэхэсхынут». Эрикэ а зэхъуэкІыныгъэхэм къыхуахьыну сэбэпынагъым и акъылыр триухуа иужь, и мурадыр къехъулІащ. Уэ-щэ? Уи мурадыр къохъулІэу щытмэ, абы сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьынур? Уи мурадыр Библие еджэным е тхьэлъэІум пыщІауэ щытмэ икІи ар къохъулІэмэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъу узэрыхуэхъуным егупсысыт (Пс. 145:18, 19). Е Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэн гуэр зыхэплъхьэну ухуейуэ щытмэ, абы и фІыгъэкІэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъыфІ зэрыхъуным егупсыс (Кол. 3:14). Мурад бгъэувар къохъулІэну ущІыхуейм и щхьэусыгъуэхэр тхы. Птхам щІэх-щІэхыурэ хэплъэж. НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Томаш жеІэ: «Мурад згъэувам къысхуихьыну сэбэпынагъыр щыслъагъум деж, ар къызэрызэхъулІэным сэ нэхъыбэжу сыхущІокъу».
7. Хулиорэ абы и щхьэгъусэмрэ я мурадыр къехъулІэну сыт къадэІэпыкъуар?
7 Уи мурадыр къохъулІэну ухуэзыгъэуш цІыхухэр гъэныбжьэгъу (Прит. 13:20). Ху́лиорэ абы и щхьэгъусэмрэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну мурад ящІат. А мурадыр абыхэм къехъулІэну сыт къадэІэпыкъуар? Хулио игу къегъэкІыж: «Дэ ди мурадыр къыддэзыІыгъ икІи абы теухуауэ дызэпсэлъэф къуэш, шыпхъухэр дгъэныбжьэгъут. Абыхэм щыщ куэдым ди мурадым хуэдэ яІащ икІи ахэр къехъулІащ. Абы къыхэкІкІэ дэ сэбэп къытхуэхъуфыну чэнджэщхэр абыхэм къыдатыфынут. ЕхъулІэныгъэ диІэхэм теухуауэ а къуэш, шыпхъухэр къытщІэупщІэт икІи дагъэгушхуэт».
УИ МУРАДЫМ УХУЩІЭКЪУНУ ГУКЪЫДЭЖ УЩИМЫІЭМ ДЕЖ
8. Гукъыдэж дыщиІэ зэманым фІэкІа ди мурадым дыхущІэмыкъумэ, сыт къэхъункІэ хъунур? (Сурэтым феплъ.)
8 Пэжыр жыпІэмэ, ди мурадым дыхущІэкъуну гукъыдэж дыщимыІэ зэман дэ псоми къытхуохуэ. НтІэ, абы къикІыу пІэрэ, ди мурадыр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, зыри тхуэмыщІэну? Хьэуэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа щапхъэм дгъэзэжынщ. Жьыр ину къыщепщэм деж, кхъухьыр псынщІэу макІуэ. Ауэ жьым къару щимыІэ е дунейр уэм дыдэу щыщыт къохъу. Абы къикІыу пІэрэ, кхъухьым исыр здэкІуэм зэи нэмысыну? Хьэуэ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ кхъуафэжьейхэм мотор яІэщ, нэгъуэщІхэм — кхъухьбэлагъ тетщ. Абыхэм я фІыгъэкІэ, жьы къыщемыпщэм дежи, кхъуафэжьейр адэкІи зебгъэкІуэфынущ. Апхуэдэу гукъыдэжыр жьым ебгъэщхь хъунущ. Иныкъуэхэм деж дэ ди мурадыр къыдэхъулІэну хуабжьу дыхуейщ, ауэ абы дегупсысыну дыщыхуэмей махуэхэри къытхуохуэ. Аращи, гукъыдэж дыщиІэм фІэкІа ди мурадым дыхущІэмыкъуу щытмэ, ар зэи къыдэхъулІэнукъым. Ауэ, кхъуафэжьейм исым хуэдэу, гукъыдэж дыщимыІэм дежи, ди мурадым дыхущІэкъун щхьэкІэ, дэ нэгъуэщІ Іэмалхэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Абы щхьэкІэ зышыІэныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейми, ар абы хуэфащэщ. Дэ тщІэ хъунум теухуауэ дытепсэлъыхьын ипэ зы упщІэм жэуап еттынщ.
9. Гукъыдэж дыщимыІэм дежи, ди мурадым дыхущІэкъун хуейуэ пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.
9 Иеговэ хуейщ дэ гуфІэгъуэ диІэу ди гум къыбгъэдэкІыу абы дыхуэлэжьэну (Пс. 100:2; 2 Кор. 9:7). НтІэ, абы къикІыу пІэрэ, ди мурадым дыхущІэкъуну гукъыдэж дыщимыІэм деж, абы къару етхьэлІэн хуэмейуэ? ДауикІ, къикІкъым. Апостол Паул и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы жиІащ: «Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икІи согъэдаІуэ» (1 Кор. 9:25—27). Паул и дежкІэ тыншу щыщымытым дежи, Иеговэ и еплъыкІэкІэ пэжу, тэмэму щытыр зэрищІэным къару ирихьэлІэт. Иеговэ Паул къызэрыхуэлэжьамкІэ арэзыуэ щыта? ДауикІ, щытащ! ИкІи, Паул къару ирихьэлІам щхьэкІэ, Иеговэ абы и нэфІ щыхуащ (2 Тим. 4:7, 8).
10. Гукъыдэж дыщимыІэм дежи, ди мурадым дыхущІэкъуным мыхьэнэ щІиІэр сыт?
10 Паул и щапхъэм къегъэлъагъуэ, гукъыдэж дыщимыІэм дежи, ди мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэм Иеговэ зэригъэгуфІэр. Дэ Іуэху гуэр фІыуэ дымылъагъункІэ хъунущ, ауэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ ар зэрытщІэр абы илъагъуну и гуапэщ. Иеговэ и нэфІ Паул зэрыщыхуам хуэдэу, дэри и нэфІ къытщыхуэнущ (Пс. 126:5). Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэр щызыхэтщІэкІэ, абы гукъыдэж нэхъ къыдитынущ. Польшэм щыщ Люци́нэ къыддогуашэ: «Сэ хъыбарыфІыр згъэІуну къыщызэхьэлъэкІ къохъу, псом хуэмыдэу сыщешам деж. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, хъыбарыфІыр згъэІуну сыщыкІуэм деж, сэ гуфІэгъуэшхуэ зыхызощІэ!» Иджы дытепсэлъыхьынщ гукъыдэж дыщимыІэм деж сыт тщІэ хъунуми.
11. ЗышыІэныгъэ зыхэтлъхьэну Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?
11 ЗышыІэныгъэ къыуитыну Иеговэ елъэІу. ЦІыхур и гупсысэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ щыкІэлъыплъыжым деж, абы зышыІэныгъэ хэлъу жыпІэ хъунущ. МыхъумыщІагъэ гуэр зэромыщІэным щытепсэлъыхьым деж, а псалъэр щІэх-щІэхыурэ къагъэсэбэп. Ауэ ІуэхуфІхэр пщІэн щхьэкІи зышыІэныгъэм ухуэныкъуэщ, псом хуэмыдэу ар пщІэну ущыхуэмейм деж. Зыщывмыгъэгъупщэ: зышыІэныгъэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнщ. Аращи, а хьэл-щэныр зыхэфлъхьэну къывдэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу (Лк. 11:13; Гал. 5:22, 23). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Давид Библиер зэриджыр димыгъэхун щхьэкІэ, зэтриухуэну хуейт. АбыкІэ Давид къыдэІэпыкъуар тхьэлъэІуращ. Ар къыддогуашэ: «ЗышыІэныгъэ зыхэслъхьэн щхьэкІэ, Иеговэ къыздэІэпыкъуну селъэІут. Абы и фІыгъэкІэ сэ Библиер зэрызджыр зэтезухуэфащ икІи абы сытемыкІыу сытетщ».
12. Экклезиаст 11:4 ит принципыр дгъэув мурадхэм дапхуэдэу зэрепхар?
12 Зыри зэран къыщыпхуэмыхъуну зэманым упэмыплъэ. Мы дунейм дэ апхуэдэ зэман къытхуихуэну къыщІэкІынкъым. Езыр-езыру псори щызыхуэхъуну зэманым дежьэу щытмэ, дэ ди мурадыр зэи къыдэхъулІэнукъым. (Къеджэ Экклезиаст 11:4.) Ди къуэш Дэ́ниел жеІэ: «Ди мурадыр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, абы зыри зэран хуэмыхъуу, псори фІы дыдэу щытыфынукъым. Абы щхьэкІэ дэ езым зыгуэр тщІэуэ щІэддзэн хуейуэ аращ». Іуэхур кІыхьлІыхь щІэдмыщІын хуейм теухуауэ Угандэм щыщ Пол иджыри зы щхьэусыгъуэм и гугъу ещІ: «Гугъуехь диІэхэм емылъытауэ, Іуэхум дыщеувалІэм деж, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэну дэ абы Іэмал идот» (Мал. 3:10).
13. Мурад бгъэувар Іыхьэ-ІыхьэкІэ бгуэшыну сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?
13 Іуэху мащІэмкІэ къыщІэдзэ. Іуэхушхуэ гуэр дгъэзэщІэну мурад щыдгъэувым деж, ар тщІэн щхьэкІэ, гукъыдэж тхуримыкъункІэ хъунущ. Уэ апхуэдэ гугъуехь уиІэу щытмэ, уи мурадыр Іыхьэ-ІыхьэкІэ бгуэшыфыну пІэрэ? Хьэл-щэн гуэрым уелэжьыну мурад бгъэувауэ щытмэ, занщІэу ар нэгъэсауэ бгъэлъэгъуэну ухэмыту, тІэкІу-тІэкІуурэ хэбгъахъуэ хъунущ. Е Библием зэрыщыту укъеджэну мурад пщІамэ, зэуэ куэд уемыджэу, мащІэ-мащІэурэ ебгъажьэ хъунущ. Статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа Томаш илъэсым и кІуэцІым Библием зэрыщыту къеджэну хузэфІэкІтэкъым. Ар къыддогуашэ: «Зэуэ куэдыІуэ седжэну иужь сызэрихьар сэ къызгурыІуащ. Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІ бгъэдыхьэкІэ къэзгъэсэбэпу щІэздзащ: махуэ къэс зы псалъащхьэм и Іыхьэ гуэр сыкъеджэурэ абы сегупсыст. Абы иужь Библием сызэреджэм гуфІэгъуэ къысхуихьу хъуащ». Томаш хуэм-хуэмурэ еджэным зэман нэхъыбэ къыхудигъэкІыу щІидзэри, икІэм-икІэжым Библием зэрыщыту къеджэну хузэфІэкІащ c.
ЗЫГУЭР КЪЫЩЫВЭМЫХЪУЛІЭМ ДЕЖ, ФИ ІЭР ЕВМЫХЬЭХ
14. Ди мурадыр къыдэхъулІэну сыт зэран къытхуэхъуфынур?
14 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гукъыдэж дызэриІэм икІи къару зэретхьэлІэм щхьэкІэ къэмынэу, иныкъуэхэм деж дызыхущІэкъу мурадыр къыдэмыхъулІэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дызыпэмыплъа Іуэхугъуэ гуэрхэм я ягъэкІэ ди мурадым делэжьыну зэман тхуримыкъункІэ хъунущ (Эккл. 9:11, сноскэ). Е гугъуехь гуэрым дызэрыпэщІэхуам къыхэкІкІэ ди лъэр щІэхуу къару тхуримыкъункІэ хъунущ (Прит. 24:10). Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІи ди мурадым зэран хуэхъун щыуагъэ гуэр тщІэфынущ (Рим. 7:23). Е дешауэ дыщытынкІэ хъунущ (Мт. 26:43). НтІэ, зыгуэр къыщыдэмыхъулІэм деж, дапхуэдэу абы дызэрыпэлъэщыфынур?
15. Иджыпсту ди мурадыр къыдэмыхъулІэми, ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр сыт? КъыдгурывгъаІуэ (Псалом 145:14).
15 Зыщомыгъэгъупщэ: иджыпсту уи мурадыр къызэромыхъулІэм къикІкъым ар зэи къомыхъулІэну. Библием щыжыІащ ди мурадхэм гугъуехь гуэрхэр зэран зэрыхуэхъунур. Ауэ абы иджыри щыжыІащ а гугъуехьхэм дыпэлъэщыну зэрытхузэфІэкІынур, псом хуэмыдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ. (Къеджэ Псалом 145:14.) ИпэкІэ зи гугъу тщІа Филип ехъулІэныгъэ иІэу къыщІилъытэм теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ дапщэрэ „сыджэлами“, си ехъулІэныгъэр абы елъытакъым. Ар зэлъытар сэ „сыкъэтэджыжу“ си мурадым иужь сызэрихьэжыращ». ИпэкІэ зи гугъу тщІа Давид къыддогуашэ: «Зыгуэр къыщызэмыхъулІэм деж, сэ ар зэран къысхуэхъу Іуэхугъуэу къэслъытэкъым, атІэ Иеговэ хузиІэ лъагъуныгъэр къызэрызгъэлъэгъуэн Іэмалу ар къызолъытэ». Пэжщ, уэ зыгуэр къызэромыхъулІэм щхьэкІэ къэмынэу, уи мурадым адэкІи узэрыхущІэкъумкІэ Иеговэ бгъэгуфІэну узэрыхуейр къыбогъэлъагъуэ. Шэч хэмылъу, абы ар егъэгуфІэ!
16. Уи мурадыр къызэромыхъулІэм узыхуигъасэр сыт?
16 Уи мурадыр къызэромыхъулІар зыгуэрым зэрызыхуебгъэсэфын Іэмалу къэлъытэ. Ар къыщІомыхъулІам и щхьэусыгъуэм егупсыси, мыпхуэдэу зэупщІыж: «ИужькІэ, си мурадыр къызэхъулІэн щхьэкІэ, зыгуэр схуэхъуэжыну пІэрэ?» (Прит. 27:12, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ иныкъуэхэм деж зыгуэр къызэрыдэмыхъулІам къигъэлъагъуэр дэ тхузэфІэмыкІын мурад зэрыдгъэуваращ. Уэ уи Іуэхур апхуэдэу къэплъытэу щытмэ, бгъэува мурадым егупсысыж. Ар къыбдэІэпыкъунущ а мурадыр зыхуэбгъэувыну уи дежкІэ d акъыл хэлърэ хэмылърэ къыбгурыІуэну. ПхузэфІэмыкІыну гуэр зэромыгъэзэщІэфым щхьэкІэ, Иеговэ уэ нэхъ Іейуэ къыпхущытынукъым (2 Кор. 8:12).
17. КъыдэхъулІа мурадхэр зыщыдгъэгъупщэн щІыхуэмейр сыт?
17 КъохъулІа мурадхэр зыщомыгъэгъупщэ. Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10). Абы къыхэкІкІэ уэри Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІауэ къохъулІа мурадхэр зыщомыгъэгъупщэ. Псалъэм папщІэ, уэ Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъуащ, абы теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэн щІэбдзащ икІи псым зыщІэбгъэуащ. Япэм щыгъуэ Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ мурадхэр бгъэуву икІи, ахэр къохъулІэн щхьэкІэ, къару епхьэлІэу зэрыщытам хуэдэу, адэкІи щІэ (Флп. 3:16).
18. Уи мурадым ущыхущІэкъум деж, сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтым феплъ.)
18 Кхъухьым исыр здэкІуэм зэрынэсым хуэдэу, Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ уэ бгъэува мурадыр къохъулІэфынущ. Ауэ зыщомыгъэгъупщэ кхъухьым исым езы гъуэгуанэми гуфІэгъуэ къызэрыхуихьыр. Аращи, уи мурадым ущыхущІэкъум деж, Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум икІи и нэфІ къызэрыпщыхуэм гу лъытэ. Абы Іэмал имыІэу гуфІэгъуэ къыпхуихьынущ (2 Кор. 4:7). ИкІи, уи Іэр йомыхьэхыу щытмэ, нэхъыбэжу Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэнущ (Гал. 6:9).
126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!
a Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ мурадхэр дгъэувыну дэ щІэх-щІэхыурэ дыхуагъэуш. Ауэ дгъэува мурадхэр къыдэмыхъулІэнкІэ хъунущ. Сыт абы щыгъуэ тщІэ хъунур? Дгъэува мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну чэнджэщ зыбжанэ мы статьям щызэпкърытхынущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ мурадхэм хохьэ, Иеговэ нэхъыбэу дыхуэлэжьэн икІи ар дгъэгуфІэн щхьэкІэ, дызыхущІэкъу сыт хуэдэ Іуэхугъуэри. Псалъэм папщІэ, уэ мурад бгъэувыфынущ Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэн гуэр зыхэплъхьэну е Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа лъэныкъуэ гуэрым уелэжьыну. А мурадыр Библием еджэным, ар куууэ зэпкърыхыным е хъыбарыфІ гъэІуным пыщІауэ щытыфынущ.
c «Учимся в Школе теократического служения» жыхуиІэ тхылъым и 10-нэ напэкІуэцІым, 5-нэ абзацым феплъ.
d 2008-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ставь разумные цели и сохраняй радость» жыхуиІэ статьям феплъ.