Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

21 СТАТЬЯР

Дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?

Дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?

«СыткІэ делъэІуми, дызэрызэхихынур дощІэ» (1 ИН. 5:15).

41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Ди тхьэлъэІухэм теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр диІэнкІэ хъуну?

 «ИЕГОВЭ си тхьэлъэІухэм жэуап ириту пІэрэ?» жыпІэу зэгуэр уегупсыса? Мыпхуэдэ упщІэ къуэш, шыпхъу куэдым яІэщ, псом хуэмыдэу ахэр гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж. ГъэунэхуапІэ хьэлъэм дыщитым деж, Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр къэплъэгъуну нэхъ гугъущ.

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритым шэч къыщІытедмыхьэм и щхьэусыгъуэхэм дытепсэлъыхьынщ (1 Ин. 5:15). Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърытхынщ: иныкъуэхэм деж Алыхьым ди тхьэлъэІухэм жэуап иримыту къыщІытщыхъур сыт? Ди зэманым дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?

ИЕГОВЭ И ЖЭУАПЫР ДЫЗЭРИГУГЪАМ ТЕМЫХУЭНКІЭ ХЪУНУЩ

3. Сыт Иеговэ щІыхуейр дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну?

3 Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ фІыщэу делъагъу икІи лъапІэу делъытэ (Агг. 2:7; 1 Ин. 4:10). Аращ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну дыщІыхуигъэушыр (1 Пет. 5:6, 7). Алыхьыр къыддэІэпыкъуну хуейщ, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тхъумэфын икІи гугъуехьхэм дыпэлъэщыфын щхьэкІэ.

Иеговэ Даут и тхьэлъэІум жэуап иритри, и бийхэм ар къаІэщІихащ (4-нэ абзацым феплъ.)

4. Дэнэ дэ щытщІэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр? (Сурэтым феплъ.)

4 Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм жэуап зэрыриту щытам теухуауэ Библием куэд къеІуэтэж. Апхуэдэ зы щапхъэ къэпхьыфыну? Пащтыхь Даут уигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ. Бий куэд зэриІэм къыхэкІкІэ, Даут Иеговэ къыдэІэпыкъуну щІэх-щІэхыурэ елъэІут. Зэгуэр абы мыпхуэдэ лъэІу гуащІэкІэ Алыхьым зыхуигъэзащ: «Иеговэ, си тхьэлъэІур зэхэх, си лъэІу гуащІэр зэхэхи къыздэІэпыкъу. Жэуап къызэт, сыту жыпІэмэ уэ пэжагъ пхэлъщ» (Пс. 143:1). Иеговэ Даут и тхьэлъэІухэм жэуап иритт икІи ар къригъэлт (1 Сам. 19:10, 18—20; 2 Сам. 5:17—25). Даут фІэщхъуныгъэ иІэу жиІащ: «Иеговэ къезыджэ псоми япэгъунэгъущ». Дэри ар быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ (Пс. 145:18).

Алыхьым Паул гъэунэхуапІэхэм зэрыпэлъэщын къару иритащ (5-нэ абзацым феплъ.)

5. ТхьэлъэІум Иеговэ ирит жэуапыр цІыхум зэригугъам темыхуэнкІэ зэрыхъунум и зы щапхъэ къэфхь. (Сурэтым феплъ.)

5 Ди тхьэлъэІухэм Иеговэ ирит жэуапыр дызэригугъам темыхуэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, апостол Паул Алыхьым елъэІут и пкъым хэлъ «банэр» хихыну. А гугъуехьышхуэм теухуауэ Паул щэнейрэ Иеговэ елъэІуащ. Алыхьым абы жэуап кърита? Къритащ, ауэ езы апостолым зэригугъам хуэдэукъым. Иеговэ Паул и гугъуехьыр Іуихакъым, атІэ къару иритащ, ар адэкІи пэжу къыхуэлэжьэфын щхьэкІэ (2 Кор. 12:7—10).

6. Иныкъуэхэм деж Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап иримыт хуэдэу къыщІытщыхъункІэ хъунур сыт?

6 Дэри ди тхьэлъэІухэм Иеговэ ирит жэуапыр дызэригугъам темыхуэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ къызэрыддэІэпыкъуну щІыкІэм теухуауэ Иеговэ Іэмал нэхъыфІ дыдэр зэрищІэм. Алыхьым «Іуэхуу дызэрелъэІуфынухэмрэ дызэгупсысыфынухэмрэ нэхърэ егъэлеяуэ нэхъыбэж ищІыфынущ» (Еф. 3:20). Аращ ди тхьэлъэІухэм Иеговэ ирит жэуапыр иныкъуэхэм деж дызэригугъам щІытемыхуэр. Абы нэмыщІ жэуап къыщыдитри дыщигугъа зэманым темыхуэнкІэ хъунущ.

7. Иныкъуэхэм деж ди тхьэлъэІухэм я темэр тхъуэжын щІыхуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

7 Иныкъуэхэм деж, Иеговэ и Іэмырыр нэхъыфІу къыдгурыІуэу, ди тхьэлъэІухэм я темэр зэрытхъуэжын хуейр къэтлъэгъункІэ хъунущ. Ди къуэш Ма́ртин Пётцингер и щапхъэр къэтхьынщ. Фыз къызэришэрэ куэд дэмыкІыу нацистхэм ар концлагерым ирадзат. ЯпэщІыкІэ ди къуэшыр Иеговэ сыткІэ елъэІурэт? Бийхэм ар къригъэутІыпщыжыну, и щхьэгъусэм дэІэпыкъуфын, хъыбарыфІ гъэІунми аргуэру хэтыфын щхьэкІэ. ТхьэмахуитІ дэкІат, ауэ концлагерым къикІыжыну Иеговэ Іэмал гуэр къриту Мартин илъагъутэкъым. Апхуэдэу щыхъум, абы мыпхуэдэу Иеговэ жриІащ: «Иеговэ, мыбы щысщІэн хуейр сыбгъэлъэгъуну сынолъэІу». ИужькІэ Мартин лагерым ис къуэшхэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм егупсысу щІидзащ. Куэдыр я щхьэгъусэхэмрэ я бынхэмрэ щхьэкІэ хуабжьу гузавэт. Абы щыгъуэ ди къуэшым Алыхьым мыпхуэдэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзащ: «Иеговэ, къалэныщІэ къызэптам щхьэкІэ фІыщІэшхуэ пхузощІ. Си къуэшхэм садэІэпыкъуфын икІи ахэр згъэгушхуэфын щхьэкІэ, къару къызэт». Концлагер зыбжанэм зэриса илъэсибгъум къриубыдэу ди къуэш Мартин а къалэн лъапІэр псэемыблэжу игъэзэщІащ!

8. Сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

8 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ мурад пыухыкІа зэриІэр икІи и зэманым ар зэригъэзэщІэжынур. Алыхьым и мурадыр гъэзэщІа хъуа иужь, гугъу дезыгъэхь псори щыІэжынукъым. Псалъэм папщІэ, гузэвэгъуэшхуэхэми, узыфэхэми, лІэныгъэми кІэ къахуэкІуэнущ. Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпынущ (Дан. 2:44; Апок. 21:3, 4). Ауэ а зэманыр иджыри къэсакъым икІи зэкІэ мы дунейм и тепщэр Иблисыращ (Ин. 12:31; Апок. 12:9) b. Иеговэ иджыпсту цІыхухэм я гугъуехьхэр Іуихыу щытамэ, зыгуэрым къыщыхъуфынут ШейтІаным и тепщэныгъэм ехъулІэныгъэ иІэ хуэдэу. Аращи, Иеговэ и мурадыр щигъэзэщІэжыну зэманым дэ дыпэплъэн хуейщ. Ауэ абы къикІкъым нобэ Алыхьыр къыддэмыІэпыкъуу. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу Іэмал зыбжанэм адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.

ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ НОБЭ ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ЖЭУАП ЗЭРЫРИТЫР?

9. Унафэ пэж къэтщтэну дауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур? Щапхъэ къэфхь.

9 Абы Іущагъ къыдет. Унафэ пэжхэр къэтщтэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэ Іущагъыр къыдитыну Иеговэ дыкъегъэгугъэ. Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъым псом хуэмыдэу дапщэщ дыщыхуэныкъуэр? Ди гъащІэр зэрыщыту зыхъуэжыфыну унафэхэр щытщІын хуейм деж, псалъэм папщІэ, щхьэгъусэ зэдгъэгъуэтынрэ зэдмыгъэгъуэтынрэ дыщегупсыскІэ (Екъуб 1:5). Хъыджэбздэс Марие c и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ди шыпхъур общэ пионеру лажьэт икІи апхуэдэ гъащІэр абы игу ирихьт. Ауэ зэгуэр Марие ди зы къуэш зригъэцІыхуащ. Ар къыддогуашэ: «Ди зэныбжьэгъугъэр хэхъуэт, гурыщІэ гуэрхэри зэхудиІэт. Унафэ гуэр сщІын зэрыхуейр къызгурыІуэт. Абы теухуауэ лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ щІэх-щІэхыурэ зыхуэзгъазэт. Сэ Алыхьым и чэнджэщым сыхуэныкъуэт икІи къызгурыІуэт абы си пІэкІэ унафэ зэримыщІынур». Марие быдэу и фІэщ мэхъу и тхьэлъэІум жэуап къриту, Иеговэ абы Іущагъ къызэрыхилъхьар. Дапхуэдэу Алыхьым и жэуапыр абы зэрилъэгъуар? Марие ди тхыгъэхэр куууэ иджащ икІи, и Іуэхум сыт и лъэныкъуэкІи егупсысын щхьэкІэ, къыдэІэпыкъуну статьяхэр къигъуэтащ. Иеговэ хуэлажьэ и анэм кърита чэнджэщ Іущми ар щІэдэІуащ. А чэнджэщыр абы къыдэІэпыкъуащ и гурыщІэхэр игъэунэхужыну. ИкІэм-икІэжым абы Іущагъ зыхэлъ унафэ къищтэфащ.

Гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын къару дапхуэдэу Иеговэ къызэрыдитыр? (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Филиппи 4:13 тепщІыхьмэ, дапхуэдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрадэІэпыкъур? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтым феплъ.)

10 Гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын къару абы къыдет. Иеговэ апостол Паул щыдэІэпыкъуакІэ, дэри гъэунэхуапІэхэм дызэрыпэлъэщын къару къытхилъхьэнущ. (Къеджэ Филиппи 4:13, ДЩІ.) Алыхьыр ди къуэш Бе́нджамин зэрыдэІэпыкъуар щапхъэу къэтхьынщ. Абы и щІалэгъуэм и нэхъыбэр и адэ-анэмрэ и къуэш, и шыпхъухэмрэ я гъусэу зи къэралыр къэзыгъанэу щІэпхъуэжын хуей хъуахэр щыпсэу щІыпІэм щигъэкІуэн хуей хъуащ. Бенджамин къыддогуашэ: «Сэ зэпымыууэ Иеговэ селъэІут, абы игу ирихь Іуэхухэр злэжьын щхьэкІэ, къару къызитыну. Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап къритащ. Абы гузэгъэгъуэрэ лІыгъэрэ къызитащ, адэкІи хъыбарыфІыр згъэІун щхьэкІэ. Абы нэмыщІ Алыхьым и фІыщІэкІэ си фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну къыздэІэпыкъу ди тхыгъэхэр сэ сиІэт». Бенджамин пещэ: «Ди къуэш, ди шыпхъухэм къащыщІам икІи Иеговэ абыхэм зэрадэІэпыкъуам теухуауэ сызэджэ хъыбархэм тегушхуэныгъэ къысхалъхьэт адэкІи Алыхьым пэжу сыкъыхуэнэну».

Къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу Иеговэ къыщывдэІэпыкъуа къыфхуихуа? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.) d

11, 12. Дауэ Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпу ди тхьэлъэІум жэуап зэрыритыфынур? (Сурэтым феплъ.)

11 КъыддэІэпыкъун щхьэкІэ, абы ди къуэш, ди шыпхъухэр къегъэсэбэп. Хьисэ яукІыным ипэ къихуэ жэщым и Адэм лъэІу гуащІэкІэ мызэ-мытІэу зыхуигъэзащ. СыткІэ ар абы елъэІурэт? Хьисэ хуейтэкъым ар Алыхьым епцІыжа хуэдэу ягъэкъуэншэну. Ауэ абы апхуэдэ пцІы къытралъхьащ икІи Иеговэ а Іуэхум къыхэІэбакъым. НтІэ, дауэ ар и Къуэм зэрыдэІэпыкъуар? Абы Хьисэ и къуэшхэм щыщ зы хуигъэкІуащ. А мелыІычыр Хьисэ щІэгъэкъуэн хуэхъуащ (Лк. 22:42, 43). Апхуэдэ дыдэу Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщ гуэр хуигъэушыфынущ ди деж къыщІыхьэну е телефонкІэ къыдэпсэлъэну. Аращи, дэтхэнэ зыми ди ныбжьэгъухэм «псалъэ гуапэ» зэрыжетІэн Іэмал къэтлъыхъуэнщ (Прит. 12:25).

12 Ди шыпхъу Ми́риам и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІауэ мыпхуэдэ Іуэхугъуэ къыщыщІащ. Ар мыбэяужыфу, гъыуэ унэм и закъуэу щІэст. Мириам зыгуэрым емыпсалъэу хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и лъэр щІэхуат, гуауэми зэщІиубыдат. Ди шыпхъур къыддогуашэ: «Зыгуэрым хуэсщІу сепсэлъэну къару лъэпкъ сиІэтэкъыми, Иеговэ сепсалъэу сыщыст. Арати, зыгуэрым къещІ. Къытызохри, ар зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ икІи ди унагъуэм и ныбжьэгъуу щыт дэлъхурат». А къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ Мириам трагъэуащ икІи и гур фІы хуащІыжащ. Ди шыпхъум быдэу и фІэщ мэхъу къыхуищІу къепсэлъэну а къуэшыр хуэзыгъэушар зэры-Иеговэр.

Дапхуэдэу Иеговэ нэгъуэщІхэр къывдэІэпыкъуну зэрыхуигъэушыфынур? (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)

13. Къыхуэмылажьэ цІыхухэр къигъэсэбэпу Иеговэ тхьэлъэІум жэуап зэрыритыфынум и щапхъэ къэфхь.

13 Къыхуэмылажьэ цІыхухэр къигъэсэбэпу ар къыддэІэпыкъуфынущ (Прит. 21:1). Псалъэм папщІэ, Иеговэ пащтыхь Артаксеркс хуигъэушащ, Неемие Ерусалим къалэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ, иутІыпщыжыну (Неем. 2:3—6). Ноби Алыхьыр къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, абы хуэмылажьэхэр къигъэсэбэпыфынущ.

14. Ди шыпхъу Су Цин къыщыщІам сыт гъэщІэгъуэн пщыхъуар? (Сурэтым феплъ.)

14 Ди шыпхъу Су Цин зэрибжымкІэ, Иеговэ дохутырыр къигъэсэбэпащ, абы и унагъуэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Абы и къуэм психическэ узыншагъэм епха гугъуехьхэр иІэщ. ЩІалэ цІыкІум насыпыншагъэ къыщыщыщІам щыгъуэ, Су Цинрэ абы и щхьэгъусэмрэ лэжьапІэм ІукІыжын хуей хъуащ, я къуэм кІэлъыплъын щхьэкІэ. Абыхэм я унагъуэм ахъшэ мащІэ дыдэ фІэкІ къахуэмынэжауэ хъуат. Су Цин къару лъэпкъ зэримыІэжыр зыхищІэти, Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІуащ. Зэгуэр зы дохутырым щІалэ цІыкІум и Іуэхур зыІутыр къищІати, абы дэІэпыкъуну мурад ищІащ. А дохутырым и фІыгъэкІэ къэралыр а унагъуэм дэІэпыкъуащ, пуду зыщІэсын унэ нэгъуни иритащ. Абы иужь Су Цин жиІащ: «Ди Іуэхум Иеговэ къызэрыхэІэбар ди дежкІэ наІуэт. Абы пэж дыдэу ди тхьэлъэІухэр зэхех» (Пс. 65:2).

ИЕГОВЭ ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ИРИТ ЖЭУАПЫР КЪЭТЛЪЭГЪУН ИКІИ АБЫ АРЭЗЫ ДЫТЕХЪУЭН ЩХЬЭКІЭ, ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ ДИІЭН ХУЕЙЩ

15. Ди зы шыпхъум дауэ къызэрыгурыІуар Иеговэ абы и тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?

15 Ди тхьэлъэІум жэуап иритын щхьэкІэ, Иеговэ Іэмал имыІэу Іуэху телъыджэ ищІэн хуейуэ зэрыщымытыр зыщыдгъэгъупщэнкъым. Ауэ Алыхьым къыдит жэуапыр — дэ дызыхуэныкъуэ дыдэращ. Иеговэ сыт щыгъуи къыддоІэпыкъу абы пэжу дыкъыхуэнэну. Аращи, Алыхьым уи тхьэлъэІум жэуап зэрыритым гу зэрылъыптэным хущІэкъу. Ди шыпхъу Йо́ко къыщыхъут и тхьэлъэІухэр жэуапыншэу къанэу. Ауэ иужькІэ Иеговэ щІелъэІуахэр абы зыщІыпІэ иритхэу щІидзащ. Зэман дэкІауэ итхауэ щытахэм щыхэплъэжам, абы гу лъитащ и тхьэлъэІухэм и нэхъыбэм Иеговэ жэуап зэрыритам, езым щыгъупщэжауэ щытахэри хэту. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритым щІэх-щІэхыурэ дегупсысыным ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ (Пс. 66:19, 20).

16. Ди фІэщхъуныгъэр сыт къызыхэщыр? (Еврейхэм 11:6).

16 ФІэщхъуныгъэ дызэриІэр къэзыгъэлъагъуэр Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэ закъуэракъым. Абы къыдит жэуапхэм арэзы дызэрытехъуэми ди фІэщхъуныгъэр къыхощ, а жэуапхэр сыт хуэдэу щымытми. (Къеджэ Еврейхэм 11:6.) Псалъэм папщІэ, Майкрэ абы и щхьэгъусэ Кри́ссирэ Вефилым щылэжьэну мурад яІэт. Майк къыддогуашэ: «Дэ илъэс куэдкІэ заявлениехэр ттхыт икІи ди мурадым теухуауэ зэпымыууэ Иеговэ делъэІут. Ауэ дэ Вефилым дыкърагъэблэгъакъым». Дауэ мыхъуами, зэщхьэгъусэхэм быдэу я фІэщ хъут, дапхуэдэу ахэр къигъэсэбэпмэ нэхъыфІми, езы Иеговэ фІы дыдэу зэрищІэр. Абыхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІэт: хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм общэ пионеру щылажьэт, абы нэмыщІ ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтт. Нобэ ахэр районнэ лэжьыгъэм хэтхэщ. Майк пещэ: «Иеговэ ди тхьэлъэІухэм дэ дызэригугъам хуэдэу жэуап щримыт къэхъут. Ауэ, дауэ мыхъуами, жэуап къыдитт. Абы и жэуапхэр дызэригугъам нэхърэ нэхъыфІыжт».

17, 18. Псалом 86:6, 7 зэритымкІэ, сыт дэ шэч къызытедмыхьэр?

17 Къеджэ Псалом 86:6, 7. Даут и фІэщ хъут Иеговэ тхьэлъэІухэр зэрызэхихыр икІи жэуап абыхэм зэрыритыр. Дэри апхуэдэ фІэщхъуныгъэ диІэщ. Мы статьям щызэпкърытха щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, ди гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын къарурэ Іущагърэ Иеговэ Іэмал имыІэу къыдитынущ. КъыддэІэпыкъун щхьэкІэ, Алыхьым ди къуэш, ди шыпхъухэр е абы къыхуэмылажьэ цІыхухэр къигъэсэбэпыфынущ.

18 Пэжщ, дызэригугъамрэ Иеговэ жэуап къызэрыдитамрэ зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Ауэ абы Іэмал имыІэу ди тхьэлъэІум жэуап къызэрыритынур дэ дощІэ. Дызыхуэныкъуэ дыдэр икІи дыщыхуэныкъуэ дыдэ зэманым абы ар къыдитынущ. Апхуэдэу щыщыткІэ, фІэщхъуныгъэ быдэ уиІэу адэкІи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, иджыпсту и нэІэ къызэрыптригъэтым шэч къытомыхьэ икІи къэкІуэну зэманым узыхуэныкъуэ псори къызэрыпхуищІэнум пэплъэ. ДунеищІэм Иеговэ фІыгъуэ куэд къыдигъэщэщэхынущ (Пс. 145:16).

46-НЭ УЭРЭДЫР ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ

a Иеговэ дыкъегъэгугъэ ди тхьэлъэІухэм едэІуэну икІи абыхэм жэуап иритыну, ахэр абы и мурадым техуэу щытмэ. ГъэунэхуапІэ гуэрым дыщыхуэзэм деж, шэч къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ къыддэІэпыкъунущ, абы пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ. Алыхьым ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритым теухуауэ мы статьям нэхъыбэ къыщытщІэнущ.

b Иеговэ Иблисыр дунейм и тепщэу щытыну хуит щІищІам теухуауэ 2017-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Помните о вопросе, связанном с Божьим владычеством» жыхуиІэ статьям нэхъыбэ къыщыфщІэнущ.

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d СУРЭТЫР. Зэанэзэпхъур нэгъуэщІ къэралым щІэпхъуэжын хуей хъуащ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм ахэр гуапэу ирагъэблагъэ икІи абыхэм ядоІэпыкъу.