Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

23 СТАТЬЯР

«Йах и мафІэр» фымыгъэужьых!

«Йах и мафІэр» фымыгъэужьых!

«Ар [лъагъуныгъэр] — мафІэлыгъейщ, Йах и мафІэр» (ПЕСНЯ 8:6).

131-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Лъагъуныгъэ пэжым Библиер дапхуэдэу зэрытепсэлъыхьыр?

 ЛЪАГЪУНЫГЪЭР... «Ар — мафІэлыгъейщ, Йах и мафІэр. Псы къэукъубеям лъагъуныгъэр хуэгъэужьыхынукъым, икІи псыежэххэм ар иралъэсэхыфынукъым» (Песня 8:6, 7) b. Мы едзыгъуэхэр лъагъуныгъэ пэжым сыту дахащэу тепсэлъыхьрэ! Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр игъащІэкІэ зэрыщыІэфынур.

2. Зэщхьэгъусэхэм я лъагъуныгъэр мыужьыхыжын щхьэкІэ, сыт ящІэн хуейр?

2 Зэщхьэгъусэхэм я гъащІэ псокІэ я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыфыну? Ар зэлъытар езы зэщхьэгъусэхэращ. Щапхъэ къэтхьынщ. МафІэм сыт щыгъуи пхъэ кІэщІэплъхьэмэ, ар зэи ужьыхыжынукъым. Ауэ ар зыми имыщІэу щытмэ, мафІэр хуэмурэ мэужьыхыж. Апхуэдэ дыдэу зэщхьэгъусэхэм къару ирахьэлІэу щытмэ, абыхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр зэи ужьыхыжынукъым. Иныкъуэхэм деж зэщхьэгъусэхэм гу лъатэфынущ я зэхущытыкІэр нэхъ щІыІэ-щІыІэ зэрыхъум. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ ахъшэм, узыншагъэм е сабий пІыным пыщІа гугъуехьхэр. Аращи, зэщхьэгъусэхэ, фи зэхуаку дэлъ «Йах и мафІэр» мыужьыхын щхьэкІэ, сыт фщІэ хъунур? А лъагъуныгъэр фхъумэн икІи насыпыфІэу фызэдэпсэун щхьэкІэ, къывдэІэпыкъуну чэнджэщищ мы статьям щызэпкърытхынущ c.

ИЕГОВЭРЭ ФЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭР НЭХЪ БЫДЭ ФЩІЫ

Зэщхьэгъусэхэм, Исуфрэ Мэриемрэ хуэдэу, Иеговэ гъунэгъу зыхуащІын хуейщ (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Зэщхьэгъусэхэм унагъуэм илъ лъагъуныгъэр яхъумэну Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуащІыр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъур? (Экклезиаст 4:12). (Сурэтым феплъ.)

3 «Йах и мафІэр» мыужьыхын щхьэкІэ, зэщхьэгъусэхэм Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуащІын хуейщ. А Іуэхугъуэр унагъуэм дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъунур? Иеговэ и ныбжьэгъугъэр лъапІэу щалъытэм деж, зэщхьэгъусэхэр абы и чэнджэщхэм яфІэфІу тетщ. Ар абыхэм къадоІэпыкъу я лъагъуныгъэм зэран хуэхъуфыну гугъуехьхэм пэлъэщыну. (Къеджэ Экклезиаст 4:12.) Абы нэмыщІ Иеговэ и ныбжьэгъугъэр лъапІэу зылъытэхэм абы щапхъэ зэрытрахыным икІи и хьэл-щэнхэр зэрызыхалъхьэным хущІокъу. Псалъэм папщІэ, апхуэдэу щыт зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэхущытщ, гущІэгъу зыхуащІ икІи зым адрейм хуегъэгъу (Еф. 4:32—5:1). Апхуэдэ унагъуэм илъ лъагъуныгъэр сыт щыгъуи хэхъуэнущ. Илъэс 25-м щІигъу лъандэрэ лІы бгъэдэс ди шыпхъу Ленэ къыддогуашэ: «Иеговэ и ныбжьэгъугъэр лъапІэу зылъытэ цІыхур фІыуэ плъагъуну икІи абы пщІэ хуэпщІыну куэдкІэ нэхъ тыншщ».

4. Мэссихьым адэ-анэ хуэхъун щхьэкІэ, Иеговэ Исуфрэ Мэриемрэ къыщІыхихар сыт?

4 Библием ит зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Мэссихьым адэ-анэ къыщыхухихым щыгъуэ, Иеговэ Даут и щІэблэ псом щыщу Исуфрэ Мэриемрэ гу лъитащ. Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Иеговэ гъунэгъу зыхуащІыну ахэр тІури хущІэкъут. Алыхьым ищІэт абыхэм я унагъуэм япэ увыпІэр абы хуаІэ лъагъуныгъэм зэриубыдынур. Зэщхьэгъусэхэ, Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм сытым фыхуигъэсэфыну?

5. Щхьэгъусэ зиІэ къуэшхэм Исуф дапхуэдэу щапхъэ трахыфыну?

5 Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэхэр Исуф занщІэу игъэзащІэу зэрыщытам и фІыгъэкІэ абы щхьэгъусэфІ къыхэкІащ. Иеговэ щэнейрэ абы и унагъуэм теухуауэ унафэ зэрыритам Библиер топсэлъыхь. Исуф и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьэн хуей щыхъуми, Алыхьым и унафэхэр занщІэу игъэзащІэт (Мт. 1:20, 24; 2:13—15, 19—21). Исуф къыІэрыхьа унафэхэм тету Мэрием и гъащІэр къихъумэт, абы дэІэпыкъут икІи ар зыхуей хуигъазэт. А Іуэхугъуэхэм Мэрием Исуф хуиІэ лъагъуныгъэмрэ пщІэ зэрыхуищІымрэ нэхъыбэжу зэрыхагъэхъуам фегупсысыт. Щхьэгъусэ зиІэ ди къуэш лъапІэхэ, Исуф щапхъэ зэрытефхыфынур дапхуэдэу? Уи унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ, Библием чэнджэщ къыщылъыхъуэ d. А чэнджэщхэр къэбгъэсэбэпын щхьэкІэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хэплъхьэн хуей хъуми, уэ абыкІэ къэбгъэлъэгъуэнущ уи щхьэгъусэр фыуэ зэрыплъагъур. Апхуэдэу пщІэмэ, уи нэчыхьыр нэхъ быдэ хъунущ. Вануа́ту щыщ ди зы шыпхъур зэрыдэкІуэрэ илъэс 20-м щІигъуащ. Ар къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэм Иеговэ къыбгъэдэкІ чэнджэщыр къыщилъыхъуэм икІи ар къыщигъэсэбэпым деж, абы нэхъыбэжу пщІэ хузощІ. Сэ хъумауэ сызэрыщытыр зыхызощІэ икІи абы къищтэ унафэхэм шэч къытесхьэкъым».

6. Щхьэгъусэ зиІэ шыпхъухэм Мэрием дапхуэдэу щапхъэ трахыфыну?

6 Мэрием езым Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуищІт. Абы и фІэщхъуныгъэр Исуф и фІэщхъуныгъэм елъытатэкъым. Мэрием Алыхьым и Псалъэм фІыуэ щыгъуазэт e икІи, абы егупсысын щхьэкІэ, зэман къыдигъэкІт (Лк. 2:19, 51). Алыхьым гъунэгъу зэрызыхуищІым и фІыгъэкІэ Мэрием щхьэгъусэфІ зэрыхъуам шэч лъэпкъ хэлъкъым. Ди зэманми щхьэгъусэ зиІэ шыпхъу куэдым Мэрием щапхъэ трах. Псалъэм папщІэ, Эмико́ зи цІэ ди шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сыщыдэмыкІуэм щыгъуэ, Алыхьым гъунэгъу сыхуэзыщІ Іуэхухэр зэтезухуауэ щытат. Ауэ сыдэкІуа иужь, псоми зихъуэжащ. Иджы си щхьэгъусэм тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуегъазэ, махуэм хухэха едзыгъуэр зэпкърех икІи унагъуэм Библиер щыдджкІэ ар ирегъэкІуэкІ. Зэман гуэрым къриубыдэу сэ зыхэсщІащ си фІэщхъуныгъэр абы ейм елъытауэ зэрыщытыр. Ауэ иужькІэ къызгурыІуащ сэ езым Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэсщІын хуейр. Ар сэ си къалэнщ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэсщІын, тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзэн, и Псалъэм седжэн икІи сызэджам сегупсысын щхьэкІэ, зэман къыдэзгъэкІыу щІэздзащ» (Гал. 6:5). Щхьэгъусэ зиІэ ди шыпхъу лъапІэхэ, Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІыуэ щытмэ, фи щхьэгъусэхэм фІыуэ фыкъыщІалъагъун икІи къыщІыфщытхъун щхьэусыгъуэ нэхъыбэж яІэнущ (Прит. 31:30, Гъэсэпэтхыдэхэр).

7. Зэгъусэу Иеговэ зэрыхуэлэжьэным теухуауэ Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм зэщхьэгъусэхэр сытым хуигъэсэфыну?

7 Абы нэмыщІ Исуфрэ Мэриемрэ зэгъусэу Иеговэ гъунэгъу зыхуащІт. Абыхэм къагурыІуэт унагъуэр зэкъуэту Иеговэ хуэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Лк. 2:22—24, 41; 4:16). Ар пщІэну тыншу щымытагъэнкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу абыхэм сабий яІэ хъуа иужь. Ауэ ахэр псоми пэлъэщащ. ДауикІ, Исуфрэ Мэриемрэ ди зэманым псэу зэщхьэгъусэхэм щапхъэфІ яхуохъу! Фэ бын фиІэу щытмэ, зэІущІэхэм фыкІуэну икІи зэгъусэу унагъуэкІэ Библиер вджыну фи дежкІэ тыншу щымытынкІэ хъунущ. Иджыри нэхъ гугъужу щытынкІэ хъунущ, фэ тІум Библиер вджын е Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъэзэн щхьэкІэ, зэман къыдэвгъэкІыну. Ауэ, дауэ мыхъуами, зыщывмыгъэгъупщэ: фэ тІури фызэгъусэу Иеговэ фыщыхуэлажьэм деж, абы нэхъ гъунэгъу фыхуохъу икІи фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ мэхъу. Аращи, Иеговэ фызэрыхуэлажьэм фи гъащІэм япэ увыпІэ щефт.

8. Гугъуехь гуэр зи зэхуаку къыдыхьа зэщхьэгъусэхэм Библиер зэгъусэу яджыну сыт хуэдэ чэнджэщ къадэІэпыкъунур?

8 Ауэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку гугъуехь гуэр къыдыхьамэ-щэ? Библиер зэгъусэу яджыну абыхэм ягу иримыхьынкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, сыт абыхэм ящІэ хъунур? ТІуми ягу ирихь темэ гуэрым кІэщІу тепсэлъыхь хъунущ. Зэщхьэгъусэхэр мы чэнджэщым тетмэ, абыхэм я зэхущытыкІэр нэхъыфІ хъуфынущ икІи Алыхьым гъунэгъу хуэзыщІ Іуэхухэм зэгъусэу хэтыну гукъыдэж нэхъ яІэнущ.

ЗЭГЪУСЭУ ЗЭМАНЫР ВГЪАКІУЭ

9. Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

9 Зэщхьэгъусэхэ, зэгъусэу зэманыр щывгъакІуэм деж, фи зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр фохъумэ. Иджыри ар къывдоІэпыкъу фи щхьэгъусэр зэгупсысымрэ абы и гурыщІэхэмрэ къэфщІэну (ЩІэдз. 2:24). Лилиерэ Русланрэ унагъуэ зэрыхъурэ илъэс 15-м щІигъуащ. Ахэр зэрыша иужь куэд дэмыкІыу абыхэм зыгуэрым гу лъатащ. Лилие къыддогуашэ: «Дэ дызыхуейм хуэдизрэ зэгъусэу зэманыр дгъэкІуэну Іэмал диІэтэкъым. Лэжьыгъэ нэужьым унагъуэ Іуэхухэр гъэзэщІэн хуейт, иужькІэ быни диІэ хъуащ. Абы щыгъуэ дэ къыдгурыІуащ, зэгъусэу зэманыр дгъэкІуэн щхьэкІэ къару едмыхьэлІэмэ, зэпэжыжьэ дызэрызэхуэхъунур».

10. Ефес 5:15, 16 ит принципыр зэщхьэгъусэхэм дапхуэдэу къызэрагъэсэбэп хъунур?

10 Зэщхьэгъусэхэ, гулъытэ зэхуэфщІыну сыт фэ къывдэІэпыкъунур? А Іуэхум Іэмал имыІэу зэман къыхудэвгъэкІ. (Къеджэ Ефес 5:15, 16.) Нигерием щыщ ди къуэш Узо́нду мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сщІэнухэм теухуауэ си зэманыр щытезухуэм деж, си щхьэгъусэм и гъусэу згъэкІуэну зэманри абы хызогъэхьэ икІи а Іуэхум япэ увыпІэр изот» (Флп. 1:10). Молдовэм щыщ районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэ Анастасие и зэманыр зэрытриухуэми деплъынщ. Абы жеІэ: «Си щхьэгъусэм и къалэнхэр щигъэзащІэм деж, сэ си щхьэ Іуэхухэр сощІэ. ИужькІэ, ар щхьэхуит щыхъум деж, дэ зэгъусэу зэманыр дгъэкІуэну Іэмал диІэ мэхъу». Ауэ къалэн куэд фызэриІэм къыхэкІкІэ зэман къыдэвгъэкІыну къывэгугъуэкІмэ-щэ?

Зэщхьэгъусэхэ, сыт фэ зэгъусэу фщІэ хъунур? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)

11. Акилэрэ Прискиллэрэ зэгъусэу сыт хуэдэ Іуэхухэр ящІэу щыта?

11 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдым Акилэрэ Прискиллэрэ фІыуэ ялъагъут (Рим 16:3, 4). Абыхэм я щапхъэм зэщхьэгъусэхэр куэдым хуигъэсэфынущ. Акилэрэ Прискиллэрэ я гъащІэм теухуауэ Библием куэд имытми, дэ дощІэ ахэр зэгъусэу лажьэу, хъыбарыфІыр ягъэІуу икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуу зэрыщытар (Апост. 18:2, 3, 24—26). Библием Акилэрэ Прискиллэрэ я гугъу щищІым деж, сыт щыгъуи зэгъусэущ зэрытепсэлъыхьыр.

12. Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэман нэхъыбэ ягъэкІуэну къадэІэпыкъунур сыт? (Сурэтым феплъ.)

12 Зэщхьэгъусэхэм Акилэрэ Прискиллэрэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытрахыфынур? Къыфпэщылъ унагъуэ Іуэхухэм фегупсысыт. Абыхэм щыщ гуэрхэр зэгъусэу вгъэзэщІэфыну пІэрэ? Псалъэм папщІэ, Акилэрэ Прискиллэрэ зэгъусэу хъыбарыфІыр ягъэІут. Фэри, зэгъусэу хъыбарыфІыр вгъэІун щхьэкІэ, щІэх-щІэхыурэ зэман къыдэвгъэкІрэ? Акилэрэ Прискиллэрэ иджыри зэгъусэу лажьэт. Фэ лэжьапІэ зэрыз фиІэу щытми, унагъуэ Іуэху гуэрхэр зэгъусэу фщІэфыну пІэрэ? (Эккл. 4:9). Зэгъусэу Іуэхухэр зэрыфщІэм и фІыгъэкІэ фэ нэхъ зэкъуэт фыхъунущ икІи фызэдэуэршэрыну Іэмал нэхъыбэ фиІэнущ. Робертрэ Линдэрэ зэрызэрышэрэ илъэс 50-м щІигъуащ. Роберт къыддогуашэ: «Пэжыр жыпІэмэ, дэ зэгъусэу зыдгъэпсэхуну зэман куэд диІэкъым. Ауэ хьэкъущыкъур стхьэщІу си щхьэгъусэм ар щилъэщІыжым деж е хадэр спщІэуэ ари си гъусэу щылажьэм деж, сэ нэгъэсауэ сынасыпыфІэщ! Зэгъусэу тщІэ Іуэхухэм я фІыгъэкІэ дэ нэхъ гъунэгъу дызэхуохъу икІи ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр хохъуэ».

13. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъын щхьэкІэ, сыт абыхэм ящІэн хуейр?

13 Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: зэгъусэу фызэрыпсэум иджыри къигъэлъагъуэкъым фи зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъу. Бразилием щыщ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Нобэ гъащІэм утезыгъэплъэкъукІ Іуэху куэд щыІэщ. Абы къыхэкІкІэ цІыхухэм я гугъэфынущ, зы унэм зэрыщІэсым щхьэкІэ, зэгъусэу зэманыр ягъакІуэ хуэдэу. Ауэ сэ къызгурыІуащ, дызэрызэдэпсэумкІэ Іуэхур зэрызэфІэмыкІыр. Абы нэхърэ куэдкІэ нэхъапэщ уи щхьэгъусэм гулъытэ хуэпщІыныр». Бру́норэ абы и щхьэгъусэ Таи́срэ ар зэращІэм гу лъыттэнщ. Бруно жеІэ: «Дэ зэгъусэу зэманыр щыдгъакІуэм деж, ди телефонхэр идогъэтІылъэкІри, дызэдоуэршэр. Абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь».

14. Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэну ягу иримыхьмэ, сыт абыхэм ящІэ хъунур?

14 Ауэ уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу зэманыр вгъэкІуэну фигу иримыхьмэ-щэ? Зым игу ирихьыр адрейм игу иримыхьынкІэ хъунущ е зым зыр игу темыхуэу щытыфынущ. Апхуэдэхэм деж сыт фщІэ хъунур? ИпэкІэ зи гугъу тщІа мафІэм теухуа щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Ар занщІэу къызэщІэнэркъым. ЯпэщІыкІэ мафІэм къуэщІий цІыкІухэр халъхьэ, иужькІэ пхъэ тыкъырхэр кІэщІалъхьэурэ ящІ. Абы ещхьу фэри махуэ къэс зэман тІэкІу нэхъ мыхъуми зэгъусэу зэрывгъакІуэмкІэ къыщІэвдзэ хъунущ. Псалъэмакъ къызэрыкІын Іуэху гуэр къыхэвмыхыу, тІуми фигу ирихь Іуэху фщІэ (Екъуб 3:18). МащІэкІэ къыщІэвдзэмэ, фи лъагъуныгъэр къэвгъэщІэрэщІэжыну фэ фхузэфІэкІынущ.

ЗЫР ЗЫМ ПЩІЭ ХУЭФЩІ

15. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр яхъумэн щхьэкІэ, пщІэ зэхуащІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

15 Зэщхьэгъусэхэм зыр зым пщІэ хуащІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар хьэуам мафІэр зэрызэщІигъанэм ебгъэщхь хъунущ. Хьэуа имыгъуэтмэ, мафІэр псынщІэу мэужьыхыж. Абы ещхьу зи зэхуаку пщІэ дэмылъ зэщхьэгъусэхэм я лъагъуныгъэр псынщІэу ужьыхыфынущ. Ауэ абыхэм пщІэ зэхуащІыну зэрыхущІэкъумкІэ я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр яхъумэ. Гу лъытапхъэщ: уи щхьэгъусэм пщІэ хуэпщІу уи гугъэу щытми, абы ар зыхищІэным куэдкІэ нэхъ мыхьэнэ иІэщ. Аре́трэ Пе́ннирэ унагъуэ зэрыхъурэ илъэс 25-м щІигъуащ. Пенни къыддогуашэ: «Дэ зыр зым пщІэ худощІ. Абы къыхэкІкІэ ди унагъуэм лъагъуныгъэ илъщ. Абы нэмыщІ дэ ди гум илъыр хуиту жыдоІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зым адрейм и еплъыкІэр лъапІэу долъытэ». НтІэ, уи щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуэпщІыр нэгъэсауэ зыхищІэн щхьэкІэ, сыт уэ пщІэ хъунур? Ибрэхьимрэ Сарэрэ я щапхъэм деплъынщ.

ЦІыхухъум и щхьэгъусэм и псалъэхэмрэ и гурыщІэхэмрэ пщІэ хуищІын хуейщ (16-нэ абзацым феплъ.)

16. Ибрэхьим и щапхъэм цІыхухъухэр сытым хуигъэсэфыну? (1 Петр 3:7). (Сурэтым феплъ.)

16 Ибрэхьим пщІэ хэлъу и щхьэгъусэ Сарэ хущытт икІи абы и Іуэху еплъыкІэмрэ и гурыщІэхэмрэ гулъытэ хуищІт. Зэгуэр Сарэ гукъеуэ зэриІэм къыхэкІкІэ къэгубжьауэ Ибрэхьим епсэлъащ икІи ар игъэкъуэншащ. Ибрэхьим абы апхуэдэ дыдэу епсэлъэжауэ пІэрэ? Хьэуэ. Абы ищІэт Сарэ жыІэдаІуэныгъэрэ Іэдэбагърэ зыхэлъ щхьэгъусэу зэрыщытыр. Ибрэхьим Сарэ жиІэну зыхуейр жригъэІэри, абы и гукъеуэр щхьэщихын щхьэкІэ, а Іуэхум хэкІыпІэ къызэрыхуигъуэтыным хущІэкъуащ (ЩІэдз. 16:5, 6). Щхьэгъусэ зиІэ цІыхухъухэр мы щапхъэм сытым хуигъасэрэ? Ди къуэш лъапІэ, уэ тепщэныгъэ уиІэщ унагъуэ псом теухуа унафэхэр къэпщтэну (1 Кор. 11:3). А унафэхэр къыщыпщтэкІэ, уи щхьэгъусэм и еплъыкІэм гулъытэ хуэпщІу щытмэ, ар фІыуэ зэрыплъагъур къэбгъэлъэгъуэнущ. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ, къапщтэ унафэм уи щхьэгъусэм и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэу щытмэ (1 Кор. 13:4, 5). Иныкъуэхэм деж, хуабжьу зэрыгузавэм къыхэкІкІэ, уи щхьэгъусэм и гум илъымкІэ къыбдэгуэшэну хуеинкІэ хъунущ. Абы и гурыщІэхэм гулъытэ хуэпщІу, жиІэм фІыуэ уедэІуэну пІэрэ? (Къеджэ 1 Петр 3:7.) Анжелэрэ Дмитрийрэ унагъуэ зэрыхъурэ илъэс 30-м нэблэгъащ. И щхьэгъусэм пщІэ къызэрыхуищІым теухуауэ Анжелэ мыпхуэдэу жеІэ: «Гукъеуэ гуэр сыщиІэм е си гурыщІэхэм теухуауэ сыпсэлъэну сыщыхуейм деж, Димэ къызэдэІуэну сыт щыгъуи хьэзырщ. Сэ зысхуэмыІыгъыу щытми, ар шыІэныгъэ хэлъу къысхущытщ».

17. Сарэ и щапхъэм щхьэгъусэ зиІэ шыпхъухэр сытым хуигъэсэфыну? (1 Петр 3:5, 6).

17 Сарэ Ибрэхьим пщІэ зэрыхуищІым къыхэкІкІэ и унафэхэр диІыгъыу щытащ (ЩІэдз. 12:5). Зэгуэр зыпэмыплъа хьэщІэхэм хьэщІагъэ ярихын щхьэкІэ, Ибрэхьим Сарэ елъэІуащ и Іуэхухэр къигъанэу, щІакхъуэ куэду игъэжьэну (ЩІэдз. 18:6). Ибрэхьим къызэрелъэІуар Сарэ занщІэу ищІащ. Шыпхъухэ, фи щхьэгъусэхэм къащтэ унафэхэр зэрадэфІыгъымкІэ фэ Сарэ щапхъэ тефхыфынущ. Апхуэдэу фэ фи унагъуэр нэхъ зэкъуэт фщІынущ. (Къеджэ 1 Петр 3:5, 6.) Мыбы ипэ ита абзацым зи гугъу тщІа Дмитрий и щхьэгъусэм пщІэ къызэрыхуищІым шэч къытрихьэкъым. Абы жеІэ: «Анжелэрэ сэрэ ди Іуэху еплъыкІэр щызэтемыхуэм дежи, къасщтэ унафэхэр къыздиІыгъыну ар зэрыхущІэкъур сэ лъапІэу солъытэ. Къэсщта унафэм Іущагъышхуэ хэмылъми, абы си пщІэр ириудыхкъым». ПщІэ къыпхуэзыщІ цІыхур фІыуэ плъагъуну сыту тынш!

18. Зэщхьэгъусэхэм я лъагъуныгъэр мыужьыхын щхьэкІэ, къару щІрахьэлІэн хуейр сыт?

18 Иеговэ и лэжьакІуэхэм я унагъуэхэм илъ лъагъуныгъэр игъэужьыхыну ШейтІаныр хущІокъу. Абы ещІэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэмылъыжу щытмэ, ахэр кІуэ пэтми Иеговэ пэжыжьэ зэрыхуэхъунур. Ауэ лъагъуныгъэ пэжыр зыми игъэужьыхыфынукъым! Аращи, зэщхьэгъусэхэ, фи зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр пащтыхь Сэлмэн итха тхылъым зытепсэлъыхьа лъагъуныгъэм хуэдэу щрырет. Фи гъащІэм Иеговэ япэ увыпІэр евгъэубыдын щхьэкІэ, фхузэфІэкІыу хъуар фщІэ. Фызэгъусэу зэманыр вгъакІуэ. ПщІэрэ гулъытэрэ зэхуэфщІ. Апхуэдэу фщІэуэ щытмэ, лъагъуныгъэ пэжыр къызыбгъэдэкІ Иеговэ и цІэр вгъэлъэпІэнущ икІи фи лъагъуныгъэм и мафІэр зэи ужьыхыжынукъым!

132-НЭ УЭРЭДЫР Иджы зыпкъ дыхъуащ

a Нэчыхьыр — Иеговэ и тыгъэщ. Абы и фІыгъэкІэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэшхуэ дэлъыфынущ. Ауэ, иныкъуэхэм деж, лъагъуныгъэр щыужьыхыж къохъу. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр нэхъ ин ящІыну икІи насыпыфІэу зэдэпсэуну мы статьяр къадэІэпыкъунущ.

b Зэи мыужьыхыж лъагъуныгъэ пэжым «Йах и мафІэкІэ» йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къызыбгъэдэкІыр езы Иеговэщ.

c Иеговэ хуэмылажьэ щхьэгъусэ зиІэ къуэш, шыпхъухэми мы чэнджэщхэр сэбэп яхуэхъуфынущ (1 Кор. 7:12—14; 1 Пет. 3:1, 2).

d jw.org сайтымрэ JW Library® приложениемрэ «Помощь семье» жыхуиІэ Іыхьэм чэнджэщыфІ куэд къыщывгъуэтыфынущ.