Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

22 СТАТЬЯР

«Къабзагъэм и Гъуэгум» фытемыкІ

«Къабзагъэм и Гъуэгум» фытемыкІ

«Абы гъуэгушхуэ щыІэнущ икІи а гъуэгум къабзагъэм и ГъуэгукІэ еджэнущ» (ИС. 35:8).

31-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и гъусэу къэкІухь!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Бабилэным щыпсэуа журтхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ унафэт къащтэн хуейр? (Ездра 1:2—4).

 ПАЩТЫХЬЫМ унафэ къыдегъэкІ! Илъэс 70-м нэблагъэкІэ Бабилэным гъэру щыІа Израил лъэпкъым и щІыналъэм игъэзэжыну иджы Іэмал иІэ хъуащ. (Къеджэ Ездра 1:2—4.) А унафэр къызыбгъэдэкІар Иеговэт. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Бабилэным гъэру иубыда цІыхухэр зэи къиутІыпщыжтэкъым (Ис. 14:4, 17). Ауэ дунейпсо державэу щыта Бабилэныр иджы щыІэжкъым икІи ар къэзызэуа пащтыхьым журтхэм я щІыналъэм ягъэзэжыну хуитыныгъэ зэраІэм теухуауэ унафэ къыдигъэкІащ. Абы къыхэкІкІэ журтхэм щыщ дэтхэнэ зыми, псом хуэмыдэу унагъуэм и нэхъыжьхэм, Бабилэным къыщынэнрэ е я щІыналъэм ягъэзэжынрэ унафэ ящІын хуейт. А унафэр къэпщтэну тынштэкъым. Сыт щхьэкІэ?

2 Куэдыр, я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ, апхуэдэ гъуэгуанэ кІыхьым теувэну тегушхуэу къыщІэкІынутэкъым. Журт цІыхухэм щыщу и нэхъыбэр Бабилэным къызэрыщалъхуам къыхэкІкІэ а щІыпІэм нэмыщІ нэгъуэщІ щІыпІэ щыпсэуатэкъым. Абыхэм я дежкІэ Израилыр я адэжьхэм я щІыналъэ къудейуэ щыту арат. Иджыри языныкъуэ журтхэр Бабилэным къулей щыхъуауэ къыщІэкІынут. Абы къыхэкІкІэ я унэ тыншхэр е хьэрычэт зэращІ Іуэхухэр къагъанэу ямыцІыху щІыналъэм Іэпхъуэну абыхэм я дежкІэ гугъуу щытыфынут.

3. Израил щІыналъэм зыгъэзэжын хуей Алыхьым хуэпэж цІыхухэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къапэщылъу щыта?

3 Алыхьым хуэпэжу щыта журтхэм ящІэт Израилым къызэрагъэзэжым щхьэкІэ, яфІэкІуэдым нэхърэ фІыгъуэ нэхъыбэ а Іуэхум къызэрыпэкІуэнур. А фІыгъуэхэм щыщу нэхъ ин дыдэр — ахэр Иеговэ хуэлэжьэну Іэмал зэраІэрат. Бабилэным тхьэ нэпцІхэм щыхуэлажьэ унэу 50-м нэхърэ нэхъыбэ дэтт, ауэ Иеговэ щыхуэлажьэ унэ дэттэкъым. Мусэ и Хабзэм тету къурмэн къыщахьын къурмэнщІыпІэмрэ ахэр къэзыхьын хуей дин пашэхэмрэ журтхэм яІэтэкъым. Абы нэмыщІ тхьэ нэпцІхэр зыгъэлъапІэ цІыхухэм яхэсу Иеговэ и лъэпкъыр псэут. А цІыхухэм Иегови абы и хабзэхэри зыуи къащыхъутэкъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ фІыуэ зылъагъу мин бжыгъэ хъу израил цІыхухэм, дин къабзэр зэтрагъэувэжын щхьэкІэ, я щІыналъэм щагъэзэжыну зэманым къахуэмыгъэсу пэплъэт.

4. Иеговэ Израилым зыгъэзэж журтхэм сыткІэ ядэІэпыкъуну къигъэгугъа?

4 Бабилэным уикІыу Израилым укІуэну тынштэкъым икІи а гъуэгуанэм мазиплІым нэблагъэ зэман текІуэдэфынут. Ауэ Иеговэ журтхэр къигъэгугъащ абыхэм а гъуэгуанэм зэран къащыхуэхъуну псор Іуихыну. Абы теухуауэ бегъымбар Ешайа мыпхуэдэу итхащ: «Иеговэ щхьэкІэ гъуэгур вгъэкъабзэ! ПшахъуэщІым захуэу кІуэцІрыкІ гъуэгу ди Алыхьым хуэвгъэхьэзыр... Быркъуэшыркъуэхэр ирекІуэд икІи захуэу щымыт щІыр тафэ ирехъу» (Ис. 40:3, 4). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт пшахъуэщІым, бгы зэхуакум гъуэгу бгъуфІэ захуэ дэкІыу. Гъуэгуанэ теувэ дэтхэнэ зы цІыхури зыщІэхъуэпсыр апхуэдэ гъуэгущ. ДауикІ, бгыхэм удэкІыу, къуэхэм удыхьэу укІуэ нэхърэ апхуэдэ гъуэгум утету укІуэну куэдкІэ нэхъ тыншщ.

5. Бабилэным икІыу Израилым кІуэ гъуэгум дапхуэдэут зэреджэр?

5 Ди зэманым гъуэгу куэдым цІэ е бжыгъэ яІэщ. Бегъымбар Ешайа зи гугъу ищІа гъуэгуми цІэ иІэщ. Ешайа мыпхуэдэу итхащ: «Абы гъуэгушхуэ щыІэнущ икІи а гъуэгум къабзагъэм и ГъуэгукІэ еджэнущ. А гъуэгум мыхъумыщІагъэ зыщІэхэр ирикІуэнукъым» (Ис. 35:8). Израил цІыхухэм я дежкІэ а псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэт яІар? Ноби ди дежкІэ а псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр?

«КЪАБЗАГЪЭМ И ГЪУЭГУР»: БЛЭКІА ЗЭМАНЫМРЭ ДИ ЗЭМАНЫМРЭ

6. Бабилэным икІыу Израилым кІуэ гъуэгум «къабзагъэм и ГъуэгукІэ» щІеджэр сытыт?

6 «Къабзагъэм и Гъуэгу» жиІэу гъуэгум и цІэу щытыну — ар сыту цІэ дахэ! Ауэ а гъуэгум апхуэдэ цІэ щІиІэр сыту пІэрэт? Къэхъун хуей псалъэхэм итт гъэрыпІэм къикІыжа израил цІыхухэм «мыкъабзэу» зы цІыхуи зэрахэмытынур. НэгъуэщІу жыпІэмэ, зинэ зыщІэ, тхьэ напэхэр зыгъэлъапІэ е нэгъуэщІ гуэныхь хьэлъэхэр зыщІэ зы цІыхуи абыхэм яхэтынутэкъым. Ахэр Алыхьым и дежкІэ «лъэпкъ лъапІэ» хъун хуейт (Втор. 7:6). Ауэ абы къикІтэкъым Бабилэным къикІыжа цІыхухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьэн хуэмейуэ.

7. Языныкъуэ журтхэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр я гъащІэм халъхьэн хуейт? Щапхъэ къэфхь.

7 Мыбы ипэ зэрыжытІащи, израил цІыхухэм и нэхъыбэр Бабилэным къыщалъхуат. Абыхэм щыщ куэдым Бабилэным щекІуэкІ хабзэ гуэрхэр къащтауэ къыщІэкІынут. Журтхэм Израилым къагъэзэжа иужь илъэс куэд дэкІауэ, Ездра къищІащ языныкъуэ цІыхухъухэм нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхубзхэр щхьэгъусэу къызэрашар (Исх. 34:15, 16; Езд. 9:1, 2). ИужькІэ, Израилым къыщалъхуа языныкъуэ сабийхэм журтыбзэр зэрамыщІэр Неемие къыщищІам щыгъуэ, ар абы хуабжьу къигъэуІэбжьащ (Втор. 6:6, 7; Неем. 13:23, 24). А сабийхэм Алыхьым и Псалъэр зэратха бзэр къагурымыІуэу Иеговэ фІыуэ ялъагъуфынут икІи ахэр абы и лэжьакІуэ хъуфынут? (Езд. 10:3, 44). Абы къыхэкІкІэ а журтхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр халъхьэн хуейт. Дин къабзэр зэтрагъэувэжу щыщІадза Израилым а зэхъуэкІыныгъэхэр щыпщІэну, дауикІ, куэдкІэ нэхъ тыншт (Неем. 8:8, 9).

1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр дуней псом тет дин нэпцІхэр къэзыгъэлъагъуэ Бабилэнышхуэм къыхэкІри, «къабзагъэм и Гъуэгум» теуващ (8-нэ абзацым феплъ.)

8. Илъэсищэ бжыгъэ ипэ къэхъуа Іуэхугъуэхэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІаІэр сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

8 Зыгуэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Ар, дауикІ, гъэщІэгъуэнщ. Ауэ пасэрей зэманым израил цІыхухэм къащыщІар сэ дапхуэдэу къызэрыслъэІэсыр?» Абы ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэри «къабзагъэм и Гъуэгум» дрикІуэу жыпІэ хъунущ. Дэ уафэм дыщыпсэуну гугъэ диІэми е «нэгъуэщІ мэлхэм» дащыщми, «къабзагъэм и Гъуэгум» дытекІын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «жэнэтым хуэдэ щІыпІэм» кІуэцІрокІ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну фІыгъуэхэм дыхуешэ b (Ин. 10:16). 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр дуней псом тет дин нэпцІхэр къэзыгъэлъагъуэ Бабилэнышхуэм къыхэкІри, а гъуэгум теуващ. Уэри абыхэм уахэту къыщІэкІынщ. «Къабзагъэм и Гъуэгур» къызэрыунэхурэ илъэс 100 хуэдиз фІэкІа мыхъуми, а гъуэгур лІэщІыгъуэ зыбжанэ ипэкІэ ягъэхьэзыру щІадзащ.

ГЪУЭГУР ЯГЪЭХЬЭЗЫРЫН ЩХЬЭКІЭ, ИРАГЪЭКІУЭКІА ЛЭЖЬЫГЪЭР

9. «Къабзагъэм и Гъуэгур» зэрагъэхьэзырам теухуауэ Исайя 57:14 сыт итыр?

9 Бабилэным къикІыж журтхэм я гъуэгум зэран къащыхуэхъуну псор Иеговэ Іуихащ. (Къеджэ Исайя 57:14.) НтІэ, ди зэманым щыІэ «къабзагъэм и Гъуэгум» теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Бабилэнышхуэм къикІ гъуэгур игъэкъэбзэн щхьэкІэ, 1919-нэ гъэм ипэ къихуэ лІэщІыгъуэ зыбжанэм и кІуэцІым Алыхь фІэлІыкІ зиІэ языныкъуэ цІыхухъухэр Иеговэ къигъэсэбэпащ. (Евгъапщэ Исайя 40:3.) Абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІащ, а нэрымылъагъу гъуэгур ягъэхьэзырын щхьэкІэ. Абы и фІыгъэкІэ, зэман дэкІа иужь, зигу къабзэ цІыхухэр Бабилэнышхуэм къикІащ икІи, Алыхь пэжым хуэлэжьэн щхьэкІэ, жэнэтым хуэдэ щІыпІэм ихьащ. А лэжьыгъэшхуэм сыт хыхьэу щытар? АдэкІэ абы дытепсэлъыхьынщ.

ЛІэщІыгъуэ зыбжанэм къриубыдэу Алыхь фІэлІыкІ зиІэ языныкъуэ цІыхухъухэм Бабилэнышхуэм къикІ гъуэгур ягъэкъэбзащ (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)

10, 11. Тхылъ тедзэнымрэ Библие зэдзэкІынымрэ Алыхьым теухуа пэжым зиубгъуну дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар? (Сурэтым феплъ.)

10 Тхылъхэр традзэн щІадзэ. 1450 гъэхэм нэсыху Библиехэр ІэкІэ ящІу щытащ. А лэжьыгъэм зэман куэд зэрытекІуадэм къыхэкІкІэ Библиехэр мащІэт икІи ахэр икъукІэ лъапІэт. Ауэ тхылъ зэрытрадзэ станок къагупсыса иужь, Библие тедзэныр икІи ар цІыхухэм Іэрыгъэхьэныр куэдкІэ нэхъ тынш хъуащ.

11 Библиер зэрадзэкІын щІадзэ. ЛІэщІыгъуэ куэдым къриубыдэу Библиер и нэхъыбэм зэратхыу щытар латиныбзэт икІи а бзэр щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта цІыхухэм фІэкІа зыми къыгурыІуэтэкъым. Тхылъхэр зэрытрадзэ станокхэр къэунэхуа иужь, Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэм къызэрыгуэкІ цІыхухэр зэрыпсалъэ бзэхэмкІэ Библиер зэрадзэкІын щІадзащ. Иджы дин пашэхэм зыхурагъаджэмрэ а тхылъым итымрэ зэтехуэрэ зэтемыхуэрэ зэхагъэкІыну Библием еджэхэм Іэмал яІэ хъуащ.

Алыхь фІэлІыкІ зиІэ цІыхухъухэм Бабилэнышхуэм къикІ гъуэгур ягъэкъэбзащ (12—14-нэ абзацхэм феплъ.) c

12, 13. XIX-нэ лІэщІыгъуэм псэуа Библиер куууэ зыдж цІыхухэм динхэм зыхурагъаджэ пцІыхэр къыщІагъэщын зэрыщІадзам и щапхъэ къэфхь.

12 Библиер зэрыбдж хъуну тхыгъэхэр къоунэху. Библиер куууэ зыдж цІыхухэм а тхылъым щеджэкІэ куэд къащІэт. Ауэ а цІыхухэр къащІамкІэ нэгъуэщІхэм зэрыдэгуашэм дин пашэхэр хуабжьу къигъэгубжьт. Псалъэм папщІэ, XIX-нэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и Псалъэр фІыуэ зылъагъу цІыхухъу зыбжанэм динхэм зыхурагъаджэ пцІыр къыщІэзыгъэщ тхыгъэхэр къыдагъэкІын щІадзащ.

13 1835-нэ гъэм хуэгъэфэщауэ Алыхь фІэлІыкІ зиІэ зы цІыхухъум лІахэм къащыщІым теухуа тхыгъэ къыдигъэкІащ. А цІыхухъум Генри Гру и цІэт. Тхыгъэ ЛъапІэр къигъэсэбэпу абы къигъэлъэгъуащ, дин куэдым зэрыхуагъасэм хуэмыдэу, мылІэж псэ Іуту цІыхур дунейм къызэрытемыхьэр, атІэ мыухыж гъащІэр Алыхьым и тыгъэу зэрыщытыр. 1837-нэ гъэм Джордж Сторрз зи цІэ цІыхухъур мафІэгум ису гъуэгум тетт. Абдеж Генри Гру къыдигъэкІа тхыгъэр абы къигъуэтащ. А тхыгъэм еджа иужь, Джордж Сторрз мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжыр къызэригъуэтар къыгурыІуащ икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну мурад ищІащ. 1842-нэ гъэм абы псалъэ гъэхьэзыра зыбжанэ жиІащ. А псалъэхэм мыпхуэдэ темэ яІэт: «ЗэхэгъэкІын хуей упщІэр: бзаджащІэхэр зэи мылІэжу псэуфыну?» Джордж Сторрз къыдигъэкІа тхыгъэхэм еджэу щытахэм Чарлз Расселл зи цІэ щІалэщІэри ящыщт.

14. «Къабзагъэм и Гъуэгур» ягъэхьэзырын щхьэкІэ, блэкІа зэманым псэуа цІыхухэм ирагъэкІуэкІа лэжьыгъэр ди къуэш Расселлрэ абы и акъылэгъухэмрэ дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъуар? (Сурэтым феплъ.)

14 «Къабзагъэм и Гъуэгур» ягъэхьэзырын щхьэкІэ, блэкІа зэманым ирагъэкІуэкІа лэжьыгъэр ди къуэш Расселлрэ абы и акъылэгъухэмрэ дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъуар? Тхыгъэ ЛъапІэр щаджым щыгъуэ, абыхэм псалъалъэхэр, симфониехэр, зэмылІэужьыгъуэ цІыхухэм зэрадзэкІа Библиехэр къагъэсэбэпт. Абы нэмыщІ Генри Гру, Джордж Сторрз сымэ, нэгъуэщІ цІыхухэми къыдагъэкІа тхыгъэхэр абыхэм хуабжьу сэбэп яхуэхъуащ. «Къабзагъэм и Гъуэгур» хьэзыр хъун щхьэкІэ, ди къуэш Расселлрэ абы и акъылэгъухэмрэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІащ. Псалъэм папщІэ, темэ зэмылІэужьыгъуэхэм тепсэлъыхь тхылъ, брошюрэ куэд абыхэм къыдагъэкІащ.

15. 1919-нэ гъэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къэхъуа?

15 1919-нэ гъэм Алыхьым и лъэпкъыр Бабилэнышхуэм и гъэрыпІэм къикІыжащ. А илъэсым «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къэунэхуащ. Ар игъуэу къэхъуат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «къабзагъэм и Гъуэгум» цІыху куэд къытехьэу щІадзащ (Мт. 24:45—47). А «унэІутым» икІи блэкІа зэманым «къабзагъэм и Гъуэгум» елэжьахэм я фІыгъэкІэ а гъуэгум теувэ цІыхухэм Иеговэ и мурадхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэну Іэмал яІэт (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы нэмыщІ, Иеговэ и хабзэхэм тетын щхьэкІэ, а цІыхухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьэт. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм занщІэу захъуэжыну ящыгугъыу пІэрэт? Хьэуэ, абы и лъэпкъыр хуэм-хуэмурэ игъэкъабзэт. (« Иеговэ и лъэпкъыр хуэм-хуэмурэ егъэкъабзэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Ди Алыхьыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи арэзы щытщІыфыну зэманым сыту насыпыфІэу дыщытыну дэ псори! (Кол. 1:10).

«КЪАБЗАГЪЭМ И ГЪУЭГУР» ИДЖЫРИ КЪЫЗЭІУХАЩ

16. 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ «къабзагъэм и Гъуэгум» пыщІа сыт хуэдэ лэжьыгъэхэр ирагъэкІуэкІрэ? (Исайя 48:17; 60:17).

16 Гъуэгур тэмэму щытын щхьэкІэ, зэман-зэманкІэрэ лэжьыгъэ гуэрхэр ебгъэкІуэкІын хуейщ. Абы ещхьу 1919-нэ гъэм «къабзагъэм и Гъуэгум» пыщІауэ щІадза лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым ирагъэкІуэкІ. А лэжьыгъэр щІрагъэкІуэкІыр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр — Бабилэнышхуэм цІыху нэхъыбэ къыхэкІыфын щхьэкІэщ. 1921-нэ гъэм, «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» и къалэным пэрыува иужь, «Арфа Божия» жыхуиІэ тхылъыр къыдигъэкІащ. Ар цІыхухэм ядэІэпыкъут Библием ит пэжыр къащІэну. А тхылъыр къызэрыдагъэкІам и бжыгъэр мелуаних хуэдиз хъут икІи ар бзэуэ 36-кІэ зэрадзэкІащ. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым теухуа пэжыр куэдым къащІащ. Иджы куэд мыщІэу Библиер зэрыддж тхылъыщІэ къыдэкІащ. Абы мыпхуэдэ цІэ иІэщ: «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!». Мы дунеижьым и иужьрей махуэхэм къриубыдэу Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу, «къабзагъэм и Гъуэгум» дытемыкІын щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэ духовнэ ерыскъы къыдет. (Къеджэ Исайя 48:17; 60:17.)

17, 18. «Къабзагъэм и Гъуэгум» дэнэ дыздишэр?

17 Библиер иджыну цІыхур арэзы техъуауэ щытмэ, «къабзагъэм и Гъуэгум» теувэну абы Іэмал иІэ мэхъу. А гъуэгум зэман гуэркІэ тета иужь, языныкъуэ цІыхухэм ар къагъанэ. Адрейхэм мурад быдэ ящІ а гъуэгум здишэм нэс кІуэну. НтІэ, дэнэ а гъуэгум цІыхур здишэр?

18 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр «къабзагъэм и Гъуэгум» уафэм щыІэ «Тхьэм и жэнэтым» хуешэ (Апок. 2:7). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэри а гъуэгум илъэс минкІэ щыІэну Пащтыхьыгъуэм и кІэм гъащІэ дагъуэншэм хуишэнущ. Уэ иджыпсту а гъуэгум утету щытмэ, узэмыплъэкІ икІи дунеищІэм унэмысауэ ар къомыгъанэ. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу «гъуэгу махуэ» бжыдоІэ!

24-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ

a Израил цІыхухэр Бабилэным икІыу я щІыналъэм щагъэзэжкІэ, ахэр «къабзагъэм и Гъуэгум» техьауэ Иеговэ жиІащ. Ди зэманми Иеговэ и лэжьакІуэхэм щхьэкІэ гъуэгу хишауэ жыпІэ хъуну? ДауикІ, хъунущ! 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ цІыху мелуан бжыгъэм Бабилэнышхуэр къагъанэри, «къабзагъэм и Гъуэгум техьащ». А гъуэгум дэтхэнэ зыри здэкІуэм нэсыхукІэ тетын хуейщ.

b «Пророчество Исаии — свет для всего человечества» жыхуиІэ тхылъым и 2-нэ Іыхьэм, 56-нэ напэкІуэцІым, 19-нэ абзацым феплъ.

c СУРЭТЫР. Ди къуэш Расселлрэ абы и акъылэгъухэмрэ абыхэм япэ псэуа цІыхухэм ягъэхьэзыра Библиер зэрадж тхыгъэхэр къагъэсэбэпу щытащ.