20 СТАТЬЯР
Уи тхьэлъэІухэр егъэфІакІуэ
«Фи гум илъ псори абы хуэфІуатэ» (ПС. 62:8).
45-НЭ УЭРЭДЫР Си гум илъ гупсысэхэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Иеговэ и лэжьакІуэхэр сытым хуигъэушрэ? (Сурэтым феплъ.)
ГУПСЭХУГЪУЭРЭ чэнджэщрэ дыщыхуэныкъуэм деж, хэт зызыхуэдгъазэ хъунур? Жэуапыр, дауикІ, дощІэ: дэ сыт щыгъуи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Езы Алыхьми апхуэдэу тщІэну дыхуегъэуш. Ар хуейщ и лэжьакІуэхэр щІэх-щІэхыурэ къепсэлъэну. Библием итщ: «Тхьэм зэпымыууэ фелъэІу» (1 Фес. 5:17). Дэ Алыхьым хуиту зыхуэдгъазэ хъунущ икІи ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми теухуауэ чэнджэщ щхьэкІэ делъэІу хъунущ (Прит. 3:5, 6). Иеговэ — хьэлэлагъ зыхэлъ Алыхьщ. Абы къыхэкІкІэ дапхуэдизрэ дыхуейми зыхуэдгъэзэну абы хуит дещІ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну диІэ Іэмалыр дэ лъапІэу долъытэ. Ауэ, Іуэху куэд ди пщэм зэрыдэлъым къыхэкІкІэ, тхьэлъэІум зэман къыхуэдгъуэтыну щымытынш къохъу. Абы нэмыщІ дэ гу лъыттэнкІэ хъунущ ди тхьэлъэІур нэхъыфІ зэрытщІын хуейм. Ди насыпщи, абы теухуауэ чэнджэщ щхьэпэ куэд Библием итщ. ТхьэлъэІум зэман хухэтхыну Хьисэ и щапхъэр къызэрыддэІэпыкъур мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ, ди тхьэлъэІур нэхъыфІ тщІын щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ гупсысэхэр абы иджыри хэдгъэхьэ хъунуми. Апхуэдэ гупсыситхум и гугъу тщІынущ.
ХЬИСЭ ТХЬЭЛЪЭІУМ ЗЭМАН КЪЫХУДИГЪЭКІТ
3. ТхьэлъэІум теухуауэ сытыт Хьисэ ищІэр?
3 Хьисэ ищІэт Иеговэ тхьэлъэІур лъапІэу зэрилъытэр. ЩІылъэм къэкІуэн ипэ абы мызэ-мытІэу илъэгъуащ и Адэм цІыхухэм я тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр. Псалъэм папщІэ, Аннэ, Даут, Иляс сымэ я тхьэлъэІухэм Иеговэ жэуап щритым, Хьисэ абы бгъэдэтт икІи псори илъагъут (1 Сам. 1:10, 11, 20; 1 Цар. 19:4—6; Пс. 32:5). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и гъэсэнхэр хуигъэушт Алыхьым щІэх-щІэхыурэ елъэІуну икІи жэуап къазэрыритынум шэч къытрамыхьэну (Мт. 7:7—11).
4. ТхьэлъэІум теухуауэ Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
4 ТхьэлъэІум теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. ЩІылъэм щытетам щыгъуэ, абы щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт. Абы щхьэкІэ Хьисэ зэман къыдигъэкІын хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху куэдым ар зэпымыууэ къаухъуреихьт икІи зы дакъикъи лейуэ абы иІэтэкъым (Мк. 6:31, 45, 46). Хьисэ пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджт, и Адэм епсэлъэн папщІэ (Мк. 1:35). Нэхъ мащІэ дыдэу зэ ар жэщ псокІэ тхьэлъэІум хэтащ, мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къищтэн щхьэкІэ (Лк. 6:12, 13). ЯукІыным ипэ къихуэ жэщми абы мызэ-мытІэу Иеговэ зыхуигъэзащ, сыту жыпІэмэ гъэунэхуапІэ хьэлъэ дыдэ къыпэщылъти (Мт. 26:39, 42, 44).
5. Дауэ дэ Хьисэ щапхъэ тетх зэрыхъунур?
5 Хьисэ и щапхъэм къегъэлъагъуэ тхьэлъэІум зэман зэрыхухэтхын хуейр, Іуэху куэд ди пщэм дэлъу щытми. Хэти мурад ищІащ тхьэлъэІур и графикым хигъэхьэну. Псалъэм папщІэ, тхьэлъэІум щхьэкІэ нэхъ жьыуэ дыкъэтэдж е нэхъ гувауэ дыгъуэлъыж хъунущ. Апхуэдэу дэ Иеговэ едгъэлъэгъунущ тхьэлъэІур ди дежкІэ тыгъэ лъапІэу зэрыщытыр. ТхьэлъэІум и лъапІагъэр ди шыпхъу Линн къыщыгурыІуам, ар хуабжьу и гум дыхьащ. Абы игу къегъэкІыж: «Сыт хуэдэ зэманми Иеговэ сепсалъэ зэрыхъунур къыщызгурыІуам щыгъуэ, абы ныбжьэгъу пэж сыхуэхъуну, си тхьэлъэІухэми купщІэ хэлъыну сыхуейуэ сыхъуащ». Дэри апхуэдэ гурыщІэхэр диІэу къыщІэкІынщ. Аращи, ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэ хъуну мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсыситху адэкІэ зэпкърытхынщ.
ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ХЭДГЪЭХЬЭ ХЪУНУ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ГУПСЫСИТХУ
6. Апокалипсис 4:10, 11 итым тепщІыхьмэ, сыт Иеговэ хуэфащэр?
6 Иеговэ щытхъу къыхуэфхь. Иеговэ Иуан иригъэлъэгъуауэ щытащ уафэм щыІэ тхьэмадэ нэхъыжьу 24-м Алыхьыр зэрагъэлъапІэр. Абыхэм я псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, «щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр» Иеговэщ. (Къеджэ Апокалипсис 4:10, 11.) Алыхьым хуэпэж мелыІычхэми Иеговэ щытхъу къыщІыхуахьын щхьэусыгъуэ куэд яІэщ. Ахэр Алыхьым и гъусэу уафэм щопсэури, фІы дыдэу ар яцІыху. Иеговэ и ІуэхущІафэхэр зэралъагъум ахэр хуегъэуш Алыхьыр ягъэлъэпІэну (Иов 38:4—7).
7. Иеговэ щытхъу къыхуэтхьыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?
7 Дэри щытхъу псалъэхэр ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, дэ Иеговэ жетІэ хъунущ ар фІыуэ щІэтлъагъур. Библием дыщеджэм деж, Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм гу лъыттэнщ икІи абыхэм дызэрыдахьэхыр жетІэнщ (Иов 37:23; Рим 11:33). Абы нэмыщІ ди гурыщІэхэмкІэ Иеговэ дыдэгуашэ хъунущ икІи, и лэжьакІуэхэм псоми зэрыдэІэпыкъум щхьэкІэ, ар дгъэлъапІэ хъунущ. Пэжщ, Алыхьым дэ сыт щыгъуи дыкъехъумэ икІи и нэІэ зэпымыууэ къыттригъэтщ (1 Сам. 1:27; 2:1, 2).
8. Иеговэ фІыщІэ хуэтщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? (1 Фессалоникэ 5:18).
8 Иеговэ фІыщІэ хуэфщІ. Дэ Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:18.) ФІыгъуэу диІэр къызыбгъэдэкІыр Алыхьыращи, а псом щхьэкІэ абы фІыщІэ хуэдвгъэщІ (Екъуб 1:17). Псалъэм папщІэ, ди дунеймрэ абы тет и ІэдакъэщІэкІхэмрэ дахащэу къызэригъэщІам щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІ хъунущ. Абы нэмыщІ гъащІэ, унагъуэ, ныбжьэгъу, гугъапІэ къызэрыдитам щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ псалъэхэр жетІэ хъунущ. И ныбжьэгъу дыхъуну хуит дызэрищІари фІыщІэ тщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
9. Ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэн щхьэкІэ, къару куэд щІетхьэлІэн хуейр сыт?
9 «Сэ Иеговэ фІыщІэ хуэсщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр сиІэ?» жытІэу дызэупщІыжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иныкъуэхэм деж, ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэн щхьэкІэ, къару куэд етхьэлІэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм и гупсысэкІэ пхэнжыр псоми зэран къытхуохъу. Нобэ цІыхухэр нэхъыбэу зэгупсысыр езыхэм зыІэрагъэхьэфынуращ икІи зыгуэрым фІыщІэ хуащІыну я щхьэм къэкІыххэкъым. Апхуэдэ гупсысэкІэм дыкъицІалэмэ, Алыхьым лъэІу куэд худиІэу, ауэ фІыщІэ хуэтщІыну тщыгъупщэу дыхъуфынущ. Аращи, ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэнщ икІи Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ псалъэхэр жетІэну зыщыдгъэгъупщэнкъым (Лк. 6:45).
10. Ди шыпхъум и Іэр иримыхьэхыну и гум фІыщІэ зэрилъыр дауэ къызэрыдэІэпыкъуар? (Сурэтым феплъ.)
10 ФІыщІэ зи гум илъ цІыхур нэхъ тыншу гугъуехьхэм полъэщ. Ди шыпхъу Кюнг-Сук b и щапхъэр къэтхьынщ. Абы и тхьэмбылыр лышх уз хъуат икІи узым псынщІэу зиубгъут. Ди шыпхъур къыддогуашэ: «Си узым теухуауэ къыщысщІам, ар хуабжьу си гум щІыхьат. Сэ псори сфІэкІуэдауэ къысщыхъут... икІи шынэм сызэщІиубыдат». И гугъуехьым пэлъэщыну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Пщыхьэщхьэ къэс гъуэлъыжын ипэ Кюнг-Сук унащхьэм дэкІуейти, блэкІа махуэм къриубыдэу фІыгъуэу иІам щыщу тхум щхьэкІэ Алыхьым макъкІэ фІыщІэ хуищІт. Абы гупсэхугъуэ къритт икІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур жриІэну иІэ гукъыдэжыр хэхъуэт. Ди шыпхъум и щхьэкІэ игъэунэхуащ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм зэрыдэІэпыкъур, ахэр гъэунэхуапІэхэм пэлъэщын щхьэкІэ. Кюнг-Сук мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къыгурыІуащ: ди гъащІэм гугъуехьхэм нэхърэ фІыгъуэхэр нэхъыбэщ. А шыпхъум хуэдэу, дэри Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ, ди гъэунэхуапІэхэм кІэ ямыІэу къытщыхъуми. Ди гум илъ фІыщІэр Иеговэ зэпымыууэ зэрыжетІэм теубыдагъэ къытхилъхьэнущ икІи зэпІэзэрыту дыкъэнэну къыддэІэпыкъунущ.
11. Хьисэ уафэм дэкІуеижа нэужь, сытыт абы и гъэсэнхэр лІыгъэм щІыхуэныкъуэр?
11 ЛІыгъэ фхэлъу хъыбарыфІыр вгъэІун щхьэкІэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Хьисэ уафэм дэкІуеижын ипэ и гъэсэнхэм ягу къигъэкІыжауэ щытащ абыхэм «Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкІэ дунейм и кІэм нэсыху» хъыбарыфІыр зэрыщагъэІун хуейр (Апост. 1:8; Лк. 24:46—48). Абы иужь куэд дэмыкІыу журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яубыдри, Синедрионым къашащ. Сытыт ахэр зыхуейр? ХъыбарыфІ гъэІуныр апостолхэм къагъэнэну икІи «фыкъыдэмыдаІуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» жаІэурэ ягъэшынэну хэтт (Апост. 4:18, 21). Абы щыгъуэ Петррэ Иуанрэ сыт ящІар?
12. Апостолхэм 4:29, 31 зэритымкІэ, сыт Хьисэ и гъэсэнхэм ящІар?
12 Петррэ Иуанрэ я жагъуэгъухэм мыпхуэдэу жэуап иратыжащ: «Тхьэм демыдаІуэу, фэ дывэдэІуэныр Тхьэм дежкІэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс. Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (Апост. 4:19, 20). Петррэ Иуанрэ къаутІыпщыжа нэужь, ахэр Иеговэ елъэІуащ лІыгъэ къаритыну. Мис абыхэм я псалъэхэр: «Уэ уи псалъэхэр цІыхухэм дытегушхуауэ хуэтІуэтэну дэ, уи ІурыщІэхэм, къару къыдэт». Я гум къыбгъэдэкІыу жаІа тхьэлъэІум Иеговэ жэуап иритащ. (Къеджэ Апостолхэм 4:29, 31.)
13. Ди къуэш Джин Хёк и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
13 Дауэ апостолхэм щапхъэ тетх зэрыхъунур? Дэ адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІунущ, къэрал унафэщІхэм ар къытхуамыдэу щытми. Мис ди къуэш Джин Хёк и щапхъэр. Ар, нейтралитетым зэрытетым щхьэкІэ, тутнакъым ирадзат. Абы лэжьыгъэ иратащ тутнакъым зэрызурэ исхэм яшхынур къахуихьурэ яритыну. Ауэ абыхэм епсэлъэну, псалъэм папщІэ, Библием теухуауэ зыгуэр жиІэну, лъэхъуэщым и унафэщІхэм къыхуадэтэкъым. Джин Хёк Иеговэ лІыгъэ къритыну елъэІут, Іэмал щиІэм деж, пэжым теухуауэ щабэу зыгуэрым жриІэфын щхьэкІэ (Апост. 5:29). Ар къыддогуашэ: «Иеговэ си тхьэлъэІум жэуап къритри, лІыгъэрэ Іущагърэ къысхилъхьащ. Зэ еджэгъуэм дакъикъитхукІэ фІэкІ демыджэми, Библием езгъаджэхэр си куэдт. ПщыхьэщхьэкІэрэ сэ письмохэр стхыти, етІуанэ махуэм ахэр тутнакъым исхэм естыжт». Джин Хёк щапхъэ тетхыу, дэри Иеговэ лІыгъэрэ Іущагърэ къыдитыну делъэІу хъунущ. Дэ шэч къытетхьэкъым хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм нэгъэсауэ дыхэтыну езы Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъунум.
14. Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 37:3, 5).
14 Гугъуехьхэм фыпэлъэщыну Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Куэдым узыншагъэм епха гугъуехьхэр яІэщ. Хэти фІыуэ илъагъу цІыху фІэкІуэдащ. Хэти и унагъуэм гугъуехьхэр илъщ, кърахуэкІхэри мащІэкъым. Апхуэдэ гугъуехьхэм упэлъэщыну нэхъ гугъуж мэхъу, уи щІыпІэм гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъуамэ, уз зэрыцІалэ е зауэ къыщекІуэкІмэ. Уи гум илъыр зэрыщыту Иеговэ хуэІуатэ. Дзыхь зыхуэпщІ уи ныбжьэгъу пэжым псори зэрыжепІэжым хуэдэу, уи Іуэхур зыІутыр Иеговэ бгъэдэлъхьэ. Шэч къытомыхьэ: Иеговэ «щІэгъэкъуэн къыпхуэхъунущ»! (Къеджэ Псалом 37:3, 5.)
15. Дауэ тхьэлъэІур къызэрыддэІэпыкъур гугъуехь дыщыхуэзэкІэ теубыдагъэ тхэлъыну? Щапхъэ къэфхь.
15 ТхьэлъэІур къыддоІэпыкъу гугъуехь дыщыхуэзэкІэ теубыдагъэ тхэлъыну (Рим 12:12). Иеговэ фІы дыдэу ещІэ абы и лэжьакІуэхэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым «и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэхэм я макъыр зэхихынущ» (Пс. 145:18, 19). Ар игъэунэхуащ пионеру лажьэ ди шыпхъу Кри́сти. И ныбжьыр илъэс 29 фІэкІ мыхъуу, абы узыфэ хьэлъэхэр иІэу къагъуэтащ. ИкІэм-икІэжым ар депрессие хьэлъэм ихуащ. ИужькІэ и анэми зэрылІыкІыфын уз иІэу къыщІэкІащ. Кристи жеІэ: «Сэ пщэдджыжь къэс Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэзгъазэти, селъэІут махуэ псом сызрикъун къару къызитыну. Алыхьым гъунэгъу сыхуэзыщІ Іуэхухэми жыджэру сызэрыхэтыным иужь ситт: зэІущІэхэм сыкІуэт, Библиери куууэ зджыт». Ди шыпхъум пещэ: «Си Іуэхур щыгугъу дыдэм дежи, си Іэр езмыхьэхыну тхьэлъэІур къыздэІэпыкъут. Сэ сщІэт Иеговэ сыт щыгъуи сызэригъусэр икІи ар си фІэщ зэрыхъум гупсэхугъуэ къызитт. Си узыншагъэм епха гугъуехьхэм я хэкІыпІэр щІэх сымылъэгъуами, Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап иритт. Абы си гум гузэгъэгъуэрэ мамырыгъэрэ кърилъхьэт». «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукІэ», ахэр гъэунэхуапІэхэм къызэрыхишыну щІыкІэр Иеговэ зэрищІэр зыщыдгъэгъупщэнкъым (2 Пет. 2:9).
16. Иеговэ зыдэдмыгъэІэпыкъумэ, хъуэпсэныгъэ Іейхэм дыщІытемыкІуэфынур сыт?
16 Хъуэпсэныгъэ Іейхэм фыпэщІэтын щхьэкІэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Гуэныхь тхэлъыр дэ сыт щыгъуи къыдоныкъуэкъу икІи Іей гуэр дигъэщІэну иужь итщ. ШейтІанми лъэкІ къигъанэкъым, гъуэгу пэжым дытришын щхьэкІэ. Абы къигъэсэбэп Іэмалхэм ящыщ зыщ — нэгу зегъэужьыкІэ къемызэгъхэр. Апхуэдэ зыгъэпсэхукІэм ди акъылым гупсысэ фІейхэр кърилъхьэфынущ. Гупсысэ фІейхэм ди гури фІей ящІу гуэныхь хьэлъэм дыхуашэфынущ (Мк. 7:21—23; Екъуб 1:14, 15).
17. «ШейтІаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщІ» жытІэу Алыхьым дыщелъэІукІэ, дэри езым сыт тщІэн хуейр? (Сурэтым феплъ.)
17 Иеговэ зыдэдмыгъэІэпыкъумэ, хъуэпсэныгъэ Іейхэм дытекІуэфынукъым. ТхьэлъэІум теухуауэ Хьисэ къытхуигъэна щапхъэм мыпхуэдэ псалъэхэр хэтщ: «ШейтІаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщІ, икІи абы дыщыхъумэ» (Мт. 6:13). Иеговэ къыддэІэпыкъуну хьэзырщ, абы делъэІун хуейуэ аращ. Абы нэмыщІ дыщІелъэІур къытхуищІэну дызэрыхуейр ди ІуэхущІафэхэм къыхэщу щытын хуейщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, мы дунейм къытхипщэну иужь ит гупсысэ мыхъумыщІэхэр зэран зыхуэдмыгъэхъун щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ (Пс. 97:10). Сыт абы хыхьэр? Библием деджэурэ икІи ар куууэ дджыурэ ди акъылыр гупсысэ къабзэхэмкІэ дгъэнщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. АбыкІэ дэ иджыри къыддэІэпыкъунущ зэІущІэхэм дызэрыкІуэмрэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ. Езым и лъэныкъуэкІэ Иеговэ дыкъегъэгугъэ: гъэунэхуапІэр дыпэмылъэщыфын хуэдэу хьэлъэ хъуну хуит ищІынукъым икІи, Іэмал имыІэу абы дытекІуэн щхьэкІэ, хэкІыпІэ къыдитынущ (1 Кор. 10:12, 13).
18. Сыт дэ псоми тщІэн хуейр?
18 Мы иужьрей махуэ гугъухэм Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, япэм нэхърэ нэхъыбэжу абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ. Уи гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым уепсэлъэн щхьэкІэ, махуэ къэс зэман къыдэгъэкІ. Иеговэ хуейщ уи гум илъ псори абы хуэпІуэтэну (Пс. 62:8). Иеговэ къыпхуищІэ псом щхьэкІэ щытхъу къыхуэхь икІи фІыщІэ хуэщІ. ХъыбарыфІ гъэІуным лІыгъэ пхэлъу ухэтын щхьэкІэ, къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Гугъуехьхэм е хъуэпсэныгъэ Іейхэм ущыхуэзэм деж, ар зыдэгъэІэпыкъу. Зэпымыууэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэну зыри зэран зыхуомыгъэхъу. Ауэ дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр? Мыхьэнэшхуэ зиІэ мы упщІэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
42-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и лъэІу
a Дэ дыхуейщ ди тхьэлъэІухэр хуабагъэ къызыхэщ письмо гуапэм хуэдэу щытыну. Ауэ тхьэлъэІум щхьэкІэ зэман къыдэбгъэкІыну щымытынш къохъу. Абы нэмыщІ Алыхьым жепІэнур умыщІэу Іэнкун ухъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гугъуехьхэм узэрыпэлъэщ хъуным мы статьям дыщытепсэлъыхьынщ.