40 СТАТЬЯР
30 УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!
Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
«Абы зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет икІи я уІэгъэхэр яхуепхэ» (ПС. 147:3).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ дэ фІыуэ делъагъу икІи ди гум хьэлъэ телъыр къыфІэмыІуэхуу щыткъым. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ гупсэхугъуэ къызэрыдитыр икІи нэгъуэщІхэм я гур фІы тщІыжыну къызэрыддэІэпыкъур.
1. Дапхуэдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрыхущытыр?
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэм гулъытэшхуэ хуещІ икІи я гуфІэгъуэми я гукъеуэми щыгъуазэщ (Пс. 37:18). Ди гум хьэлъэ телъым емылъытауэ, абы дыхуэлэжьэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыр щытщІэм деж ар хуабжьу мэгуфІэ. Иеговэ ди закъуэу дыкъигъанэкъым, сыт щыгъуи къыддоІэпыкъу икІи гупсэхугъуэ къыдет.
2. Зигу иудахэм щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІэр икІи дапхуэдэу ар зэрызыдэдгъэІэпыкъунур?
2 Псалом 147:3 щыжыІащ Иеговэ «зигу иудахэм» я уІэгъэхэр зэрахуипхэр. Мы псалъэхэм къыхощ гурыщІэ хьэлъэхэм щІипІытІахэм Иеговэ дэІэпыкъуну хуабжьу зэрыхуейр. Дапхуэдэу-тІэ ар зэрызыдэдгъэІэпыкъунур? Мы щапхъэм фегупсысыт. ЦІыхум фэбжь гуэр игъуэтамэ, фІыуэ хэзыщІыкІ дохутырым деж макІуэ. Ауэ ар хъужын щхьэкІэ дохутырым жиІа псор игъэзэщІэн хуейщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ и Псалъэм сыт хуэдэ «рецепт» тхурыригъэтхами икІи гупсэхугъуэ дгъуэтыжын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.
ИЕГОВЭ ЛЪАПІЭУ ДЫЗЭРИЛЪЫТЭР ДИГУ КЪЕГЪЭКІЫЖ
3. ФІыуэ щІалъэгъун щхьэусыгъуэ щымыІэу языныкъуэхэм щІагугъэнкІэ хъунур сыт?
3 Ди жагъуэ зэрыхъунщи цІыхухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыжкъым. ЦІыху куэдым къащохъу ахэр зыри иримыщІысу. Ди шыпхъу Хе́лен a къыддогуашэ: «Сэ лъагъуныгъэр зищІысыр сымыщІэу сыкъэхъуащ. Си адэр егъэлеяуэ гущІэгъуншэт икІи абы махуэ къэс къызжиІэт сэ зыри сримыщІысу». Уэри Хелен хуэдэу зыгуэр Іейуэ къыпхущытагъэнкІэ хъунущ, уи пщІэр ириудыхыу, умыхьэнэншэу къыбжиІэу. Апхуэдэу щытмэ, фІыуэ ущІалъэгъун щхьэусыгъуэ щымыІэу уи гугъэфынущ.
4. Псалом 34:18 зэритымкІэ, Иеговэ зигу кІуэдахэм дапхуэдэу зэрахущытыр икІи ахэр сыткІэ къигъэгугъэрэ?
4 ЦІыхухэр дапхуэдэу къыпхущымытами, зыщумыгъэгъупщэ: Иеговэ уэ фІыщэу укъелъагъу икІи лъапІэу уелъытэ. Ар «зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ». (Къеджэ Псалом 34:18.) Уэ пхэлъ хьэл-щэныфІхэр Алыхьым илъагъути аращ абы ущІызришэлІар (Ин. 6:44). Ар сытым дежи къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ абы и дежкІэ налкъутналмэс лъапІэм ухуэдэщ.
5. Іумпэм ящІхэм Хьисэ дапхуэдэу зэрыхущытар икІи дэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
5 Хьисэ и щапхъэм дыхэплъэмэ, Иеговэ и гурыщІэхэм теухуауэ куэд къэтщІэфынущ. Ар щІылъэм щытетам щыгъуэ Іумпэм ящІ цІыхухэм гуапэу, гущІэгъу хэлъу яхущытащ (Мт. 9:9—12). Зэгуэр абы уз хьэлъэ зиІэ цІыхубз щэхуу къыбгъэдыхьат. А цІыхубзыр хъужыну щыгугъыу Хьисэ щеІусам щыгъуэ, ар абы и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ щытхъуащ, гупсэхугъуи иритащ (Мк. 5:25—34). Хьисэ и Адэм хуэдэ дыдэущ цІыхухэм зэрыхущытар (Ин. 14:9). Аращи, шэч къытумыхьэ: Иеговэ лъапІэу уелъытэ, хьэл-щэныфІ пхэлъхэм гу лъетэ икІи абы ухуиІэ фІэщхъуныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ елъагъу.
6. Мыхьэнэншэу зыкъэзылъытэжхэм сыт ящІэ хъунур?
6 Зэман-зэманкІэрэ зыри уримыщІысу къыпщыхъумэ, сыт уэ пщІэ хъунур? Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур уигу къэзыгъэкІыж Библием ит едзыгъуэхэм еджэ икІи абыхэм куууэ егупсыс (Пс. 94:19) b. Уэ уи мурад гуэр къомыхъулІамэ е нэгъуэщІхэм ящІэм хуэдиз зэрыпхуэмыщІэм щхьэкІэ уи гур иудамэ, уи щхьэм мыгъуагъэ хуомыхьыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ дэ тхузэфІэмыкІынымкІэ къытщыгугъкъым (Пс. 103:13, 14). Уэ зэгуэр лей къыптрагъэхьамэ зыщумыгъэгъупщэ: уэракъым абыкІэ къуаншэр. Апхуэдэ хущытыкІэ зыми къилэжькъым! Лей зезыхьа цІыхум Иеговэ деж жэуап щихьыжынущ (1 Пет. 3:12). Щысабийм щыгъуэ гущІэгъуншэу къызыхущыта Сандрэ жеІэ: «Сэ сыт щыгъуи Иеговэ къыздэІэпыкъуну солъэІу си щхьэм еплъыкІэ тэмэм хузиІэну икІи абы къысхилъагъуэ хьэл-щэныфІхэм гу лъыстэну».
7. Гугъуехь дызыпхыкІахэр Иеговэ и лэжьыгъэм дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъунур?
7 Уэ мыхьэнэншэу зыкъэплъытэжмэ, абы къикІкъым Иегови апхуэдэ еплъыкІэ къыпхуиІэу. Абы уэ удэлэжьэну укъригъэблэгъащ — хъыбарыфІыр бгъэІуну дзыхь къыпхуищІащ (1 Кор. 3:9). Уэ укъигъэсэбэпу ар нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ узэрыта Іуэхугъуэм хуэдэ ит цІыхухэм я гурыщІэхэр къыбгурыІуэфынущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Хелен Иегови зэхуэсри къыдэІэпыкъуащ. Иджы ар езыр нэгъуэщІхэм ядоІэпыкъу. Хелен къыддогуашэ: «Сэ зыкІи сымысэбэпу зыкъысщыхъужт, ауэ фІыуэ сызэралъагъур икІи сызэрысэбэпыр Иеговэ зыхызигъэщІащ». Иджыпсту Хелен гуфІэгъуэ хихыу общэ пионер лэжьыгъэм хэтщ.
ИЕГОВЭ ХУЕЙЩ КЪЫЗЭРЫТХУИГЪЭГЪУР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫНУ
8. Исайя 1:18 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
8 Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм псым зыщІагъэуэн ипэ е зыщІагъэуа иужь ящІа Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ я напэр хуабжьу къоныкъуэкъу. Ауэ Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу икІи дэр щхьэкІэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэ итащ. Ар хуейщ а къурмэныпхъэр ди щхьэм хуэтхьыну. Иеговэ дыкъегъэгугъэ: абырэ дэрэ ди зэхущытыкІэр зэтедгъэувэжу щытмэ c, абы зэи ди гуэныхьхэр дигу къигъэкІыжынукъым. (Къеджэ Исайя 1:18.) Иеговэ ди гуэныхьхэр зыщегъэгъупщэ, ауэ фІы хуэтщІэр щыгъупщэкъым. Абы щхьэкІэ дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ (Пс. 103:9, 12; Евр. 6:10).
9. Япэм тщІа щыуагъэхэм демыгупсысу сыт тщІэн хуейр?
9 Уэ япэм пщІа Іуэхугъуэ гуэркІэ гуныкъуэгъуэ уиІэмэ, уи акъылыр абы тумыгъэту дызэрыт зэманымрэ къэкІуэну зэманымрэ егупсыс. Апостол Паул апхуэдэут зэрищІыр. Япэм абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуабжьу кърихуэкІыу щытащ. Абы къыхэкІкІэ Паул и щхьэр сыт щыгъуи игъэкъуэншэжу псэуфынут, ауэ абы ищІэт Иеговэ къызэрыхуигъэгъуар (1 Тим. 1:12—15). Паул блэкІа Іуэхухэм и акъылыр тригъэтакъым: фарисейуэ щыщытам иІа ехъулІэныгъэхэм егупсысакъым икІи щыуагъэ ищІахэр зэран зыхуигъэхъуакъым адэкІэ Алыхьым хуэлэжьэну (Флп. 3:4—8, 13—15). Абы къарууэ иІэр Иеговэ и лэжьыгъэм тригъэкІуадэт икІи ипэкІэ плъэт. Паул хуэдэу уэри япэм къэхъуа Іуэхугъуэхэр пхузэхъуэкІыжынукъым, ауэ Иеговэ бгъэгуфІэу, и цІэр бгъэлъапІэфынущ икІи абы гугъэ дахащэ къыдитым уи акъылыр тебухуэфынущ.
10. Сыт тщІэн хуейр зыгуэрым и жагъуэ тщІамэ?
10 Уэ уи гум хьэлъэ телъыр япэм зыгуэрым и жагъуэ зэрыпщІам епхауэ щытыфынущ. Сыт-тІэ уэ пщІэ хъунур? А Іуэхур зэрыбгъэзэкІуэжыным хущІэкъу. Псалъэм папщІэ, зи жагъуэ пщІам уи гум къыбгъэдэкІыу къыпхуигъэгъуну елъэІу (2 Кор. 7:11). Иеговэ елъэІу уи зэран зэкІам гупсэхугъуэ иригъэгъуэтыжыну. Алыхьыр уэри, абыи къывдэІэпыкъуфынущ мамырыгъэ зыхэфщІэу адэкІэ абы фыхуэлэжьэну.
11. Инус бегъымбарым и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)
11 Уи щыуагъэм дерс хэх икІи Иеговэ уздиунэтІымкІэ укІуэну хьэзыру щыт. Бегъымбар Инус уигу къэгъэкІыж. Абы Алыхьым къыжриІат Нинуй къалэм кІуэну, ауэ ар нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ щІэпхъуащ. Иеговэ Инус дэІэпыкъуащ и щыуагъэр къыгурыІуэжу абы дерс хихыну (Иона 1:1—4, 15—17; 2:7—10). Иеговэ ар ІэщІыб ищІакъым икІи Нинуй къалэм кІуэну иджыри зы Іэмал иритащ. Иджы бегъымбарым жыІэдаІуэныгъэ игъэлъагъуэри, занщІэу абыкІэ иунэтІащ. Инус и щыуагъэр и гум хьэлъэу телъами, ар зэран зыхуигъэхъуакъым Иеговэ и унафэр игъэзэщІэну (Иона 3:1—3).
ИЕГОВЭ И КЪАРУ ЛЪАПІЭМКІЭ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫДЕТ
12. Гуауэшхуэм дыпэлъэщыну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур? (Филиппи 4:6, 7).
12 Ди гъащІэм гуауэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ гупсэхугъуэ къыдет. Ро́нрэ Кэ́ролрэ я гъащІэм гуауэшхуэ къыщыхъуат. Абыхэм балигъ хъуа я къуэм зиукІыжащ. Ахэр къыддогуашэ: «Дэ ди гъащІэм гугъуехь куэдым дыпэщІэхуат, ауэ апхуэдэ гуауэ хьэлъэ зэи дрихьэлІатэкъым. ЖэщкІэрэ дэ дымыжеифу Алыхьым тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъазэт. Дэ зыхэтщІэт Филиппи 4:6, 7 зи гугъу ищІ „Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр“ абы къызэрыдитыр» (къеджэ). Уэ гузэвэгъуэшхуэ гуэр упэщІэхуамэ, умыукІытэу узыгъэгузавэ псори Иеговэ хуэІуатэ. Уэ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым зыхуэбгъазэми, уи тхьэлъэІур кІыхьми, ар къодэІуэнущ (Пс. 86:3; 88:1). Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну уелъэІумэ, ар уэ Іэмал имыІэу къыуитынущ (Лк. 11:9—13).
13. Иеговэ пэжу дыхуэлэжьэну абы и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Ефес 3:16).
13 ГъэунэхуапІэ хьэлъэм къарууэ уиІэр щыпщІиха къэхъуа? Апхуэдэу къэхъуамэ, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыбдэІэпыкъуфынущ, адэкІи абы пэжу ухуэлэжьэфын щхьэкІэ. (Къеджэ Ефес 3:16, ДЩІ.) Фло́рэ и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Абы и щхьэгъусэр къызэрепцІыжар къыщищІам ахэр миссионеру лажьэт. Куэд дэмыкІыуи ахэр зэбгъэдэкІыжащ. Флорэ жеІэ: «Си щхьэгъусэр къызэрызэпцІыжар апхуэдизу си гум щІыхьати, нэгъуэщІым зыми сегупсысыфтэкъым. А гурыщІэхэр апхуэдизу хьэлъэти, абыхэм сыпэмылъэщыфыну къысщыхъут. Сэ Иеговэ и къару лъапІэр къызитыну селъэІут. А гурыщІэ хьэлъэхэм сыпэлъэщыну Иеговэ къыздэІэпыкъуащ икІи абы си гум телъ уІэгъэхэр игъэхъужащ». Иджы Флорэ Алыхьым нэхъыбэжу дзыхь хуещІ. Абы шэч лъэпкъ къытрихьэкъым Алыхьым и гъусэу сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми зэрыпхыкІыфынум. Шыпхъум адэкІэ пещэ: «Псалом 119:32 ит гурыщІэхэм хуэдэ сэри зыхызощІэ: „Сэ сыхьэзыру уи унафэхэр згъэзэщІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къызгурыІуэну уэ укъыздоІэпыкъу“» (Пс. 119:32).
14. Иеговэ и къару лъапІэр нэхъыбэу къыпІэрыхьэн щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?
14 Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну уелъэІуа иужь сыт адэкІэ пщІэн хуейр? Абы и къару лъапІэр нэхъыбэу къыщыпІэрыхьэфын Іуэхугъуэхэм хэт. Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм кІуэ, хъыбарыфІри гъэІу. Абы нэмыщІ Иеговэ къыбгъэдэкІ гупсысэхэмкІэ уи акъылыр бгъэнщІын щхьэкІэ и Псалъэм махуэ къэс еджэ (Флп. 4:8, 9). Библием уэ къыщыбгъуэтынущ гъэунэхуапІэ куэдым пхыкІа цІыхухэм я хъыбархэр. Абыхэм теубыдагъэ ягъэлъэгъуэну Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам гу лъытэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Сандрэ гугъуехь куэд ишэчащ. Абы жеІэ: «Исуф и щапхъэм сэ сыт щыгъуи сигъэгушхуэт. Ар гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуащ, нэгъуэщІхэри захуагъэ хэмылъу абы къыхущытащ. Ауэ а гугъуехьхэр Иеговэрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм Исуф зэран хуигъэхъуакъым» (ЩІэдз. 39:21—23).
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР КЪИГЪЭСЭБЭПУ ИЕГОВЭ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫДЕТ
15. Къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
15 Гугъу дыщехьым деж гупсэхугъуэ дгъуэтыжыну ди къуэш, ди шыпхъухэр къыддэІэпыкъуфынущ (Кол. 4:11). Къуэш, шыпхъухэр дызэриІэр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум щыхьэт тохъуэ. Дапхуэдэу абыхэм гупсэхугъуэ къызэрыдатыр? Абыхэм ди гурыщІэхэр жытІэну Іэмал къыдат икІи зэхэщІыкІ хэлъу ахэр къыдодаІуэ. Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэр дызэригъусэ закъуэм гупсэхугъуэ къыдитыфынущ. Абы нэмыщІ ахэр гушхуэныгъэ къозыт Библием щыщ пычыгъуэкІэ d къыддэгуэшэфынущ е ди гъусэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэфынущ (Рим 15:4). Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм щыщ гуэрым дигу къигъэкІыжыфынущ ди Іуэхум Иеговэ зэреплъыр икІи дэ абы гупсэхугъуэ къыдитыфынущ. Иджыри къуэш, шыпхъухэм зыкъытщІагъэкъуэфынущ, псалъэм папщІэ, къару дыщимыІэм деж тхуэпщэфІэфынущ.
16. Сыт иныкъуэхэм деж пщІэн хуейр, нэгъуэщІхэр къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ?
16 Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэр къыддэІэпыкъуфын щхьэкІэ абыхэм яжетІэн хуейщ. Абыхэм фІыщэу дыкъалъагъу икІи зыгуэркІэ къыддэІэпыкъуну хуейхэщ (Прит. 17:17). Ауэ къуэш, шыпхъухэм ямыщІэнкІэри хъунущ дэ сыт хуэдэ гурыщІэ диІэми е сыт дыхуэныкъуэми (Прит. 14:10). Уи гум хьэлъэ телъмэ, уи гурыщІэхэмкІэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ уи ныбжьэгъухэм дэгуашэ. СыткІэ къыбдэІэпыкъу хъунуми абыхэм яжеІэ. Иджыри уэ нэхъ дзыхь зыхуэпщІ зэхуэсым и нэхъыжь зым е тІум зыхуэбгъазэ хъунущ. Языныкъуэ шыпхъухэм Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэм зыхуагъазэ.
17. Гупсэхугъуэ дгъуэтыжыну сыт зэран къытхуэхъуфынур икІи дапхуэдэу абы дызэрыпэлъэщынур?
17 Иныкъуэхэм деж уи гурыщІэхэр къыптехьэлъэу зыми уепсэлъэну гукъыдэж уимыІэнкІэ хъунущ. Е къуэш, шыпхъухэм уи гурыщІэр икІэм нэс къагурымыІуэнкІэ хъунущ икІи гум еуэн псалъэхэр жаІэфынущ (Екъуб 3:2). Апхуэдэу щытми, абыхэм пэІэщІэ захуумыщІ. Иеговэ ахэр къигъэсэбэпу гупсэхугъуэ къыуитыфынущ. Гэ́вин зи цІэ зэхуэсым и нэхъыжьым депрессие иІэщ. Ар къыддогуашэ: «Сэ зыгуэрым сепсэлъэну и нэхъыбэм деж сыхуэмейуэ сыщытщ». Ауэ Гэвин и гурыщІэхэр зытримыгъакІуэу къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэман зэригъэкІуэным хущІокъу икІи ар абы сэбэп къыхуохъу. Э́ми зи цІэ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Япэм си гъащІэм къыщыхъуам къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм дзыхь хуэсщІыну къызогугъуэкІ. Ауэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ слъагъуу, дзыхьи яхуэсщІу зызогъасэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сыхуейщ Иеговэ ещхьу сыщытыну. Сэ сощІэр апхуэдэу къару зэресхьэлІэм Иеговэ зэригъэгуфІэр, сэри абы си гуфІэгъуэр хегъахъуэ».
КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ ТЕУХУАУЭ ГУГЪЭ ДИІЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫДИТЫФЫНУЩ
18. Ди къэкІуэным теухуауэ Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ икІи сыт дэ тщІэн хуейр?
18 Иеговэ куэд мыщІэу узыфэхэри гурыщІэ хьэлъэхэри Іуихыжынущ (Апок. 21:3, 4). Абы щыгъуэ гукъэкІыж Іейхэр ди гум хьэлъэу телъыжынукъым (Ис. 65:17). Ауэ иджыпстуи Иеговэ куэд ещІэ ди гум телъ уІэгъэхэр игъэхъужын щхьэкІэ. Аращи, уи уІэгъэхэр кІыжын щхьэкІэ Иеговэ къыуит Іэмалхэр псори къэгъэсэбэп. Зэи зыщумыгъэгъупщэ: «Абы и нэІэ къыптрегъэт» (1 Пет. 5:7).
7 УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
b « Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
c Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтедгъэувэжын щхьэкІэ ди гуэныхьым дызэрыхущІегъуэжар абы едгъэлъэгъун хуейщ. ДызэрыхущІегъуэжар абы къилъэгъунущ езым зыхуэдгъазэу ди гуэныхьыр къытхуигъэгъуну делъэІумэ икІи тщІа Іуэху мыхъумыщІэр къэдгъанэмэ. Гуэныхь хьэлъэ тщІауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми захуэдгъэзэн хуейщ, ахэр къыддэІэпыкъун щхьэкІэ (Екъуб 5:14, 15).
d Узыхуэныкъуэ едзыгъуэхэр къыщыбгъуэтыфынущ «Библейские стихи в помощь христианину» жыхуиІэ тхылъым. Псалъэм папщІэ, «Беспокойства», «Утешение» жыхуиІэ темэхэм еплъ.