Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1924 гъэ

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1924 гъэ

1924 ГЪЭМ январым къыдэкІа «Бюллетень» a жыхуаІэм щыжыІат: «Илъэсым и щІэдзапІэр псым зыщІэзыгъэуа дэтхэнэ зым дежи зэманыфІ дыдэщ... Алыхьым нэхъыбэу зэрыхуэлэжьэным егупсысыну». А илъэсым и кІуэцІым Библием и КъэхутакІуэхэм къагъэлъэгъуащ а чэнджэщыр къызэрагъэсэбэпар. Абыхэм лІыгъэ яхэлъу хъыбарыфІыр зэрагъэІуам нэмыщІ, а лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмалхэри къагъуэтт.

РАДИОКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЯГЪЭІУН ЩІАДЗЭ

Нью-Йорк щыІэ Ста́тен хытІыгум Вефилым щыщ къуэшхэм илъэсым щІигъуауэ WBBR радиостанциер яухуэт. Абыхэм жыгхэр ираупщІыкІри, лэжьакІуэхэр зыщІэсын унэшхуэрэ студиер здэщыІэн унэрэ ящІащ. А лэжьыгъэр яуха иужь радиокІэ къэпсэлъэн щхьэкІэ зыхуей Іэмэпсымэхэр къуэшхэм ягъэувын щІадзащ. Ауэ абы гугъуехь гуэрхэри пылъащ.

Радиостанцием и антеннэ нэхъыщхьэр бгъэувыну гугъуу къыщІэкІащ. Метр 60-м щІигъу пкъоитІыр ягъэуву абы я зэхуакум метр 90-м щІигъу антеннэр фІадзэн хуейт. Ар къуэшхэм занщІэу къехъулІакъым, ауэ абыхэм я Іэр ирамыхьэхыу а лэжьыгъэм адэкІи къару ирахьэлІащ икІи Иеговэ и фІыгъэкІэ ар яхузэфІэкІащ. А лэжьыгъэм хэта Ка́лвин Про́ссер игу къегъэкІыж: «А Іуэхур занщІэу къыдэхъулІауэ щытамэ, фІыщІэр ди щхьэм хуэтхьыжыфынут». Ауэ къуэшхэм къагурыІуэт абыхэм ар зэрахузэфІэкІар Иеговэ и фІыгъэу зэрыщытыр. Пэжыр жыпІэмэ, абыхэм я гугъуехьхэр абдеж щиухакъым.

WBBR радиостанцием и антеннэр зытетыну мачтэр ягъэув

А зэманым радиокІэ зыгуэр къатыну щІадзэ къудейуэ арат. Абы щыгъуэ тыкуэным укІуэу узыхуей оборудованиер хьэзыру къэпщэхуфтэкъым. Ауэ къуэшхэр жыжьэ мыкІуэу зыгуэрым езым ищІыжа 500 ватт зиІэ передатчик къащэхуащ. Микрофони хуейти, ар телефоным кърахащ. Февраль мазэм и пщыхьэщхьэ гуэрым ар зэрылажьэм еплъыну къуэшхэм мурад ящІащ. Арати Пащтыхьыгъуэм и уэрэд радиокІэ къатыну зэгурыІуащ. Ди къуэш Эрне́ст Ло́у къыпыгуфІыкІыу япэ нэтыныр игу къегъэкІыж. Къуэшхэм радиомкІэ уэрэд щыжаІэм хьэкумыщІэу щыт b ди къуэш Рутерфорд звонить къищІащ. Ар километр 25 хуэдизкІэ къуэшхэм я пэжыжьэу, Бруклин щыІэу а нэтыным едаІуэт.

«КъэвгъэувыІэ мы хьэдэгъуэдахэр! Джэду зэщІэгъуагэм фрещхьщ!» — жиІащ Рутерфорд. Къуэшхэм передатчикыр псынщІэу ягъэункІыфІащ. ДауикІ, ахэр укІытат, ауэ ящІар зэрылажьэр абыхэм къагурыІуащ. Иджы а станциер къагъэсэбэпыну ахэр хьэзырт.

1924 гъэм февралым и 24 япэ дыдэу а радиомкІэ ди къуэш Рутерфорд къэпсэлъащ. Абы жиІащ Мэссихьым и Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур кІуэтэн щхьэкІэ а радиостанциер къызэрагъэсэбэпынур. Абы радиостанцием и мурад нэхъыщхьэр къыхигъэщащ: «Дэ цІыху псоми дадэІэпыкъуну дыхуейщ дин яІыгъым емылъытауэ Библиер нэхъыфІу къащІэну икІи сыт хуэдэ зэманым дыщыпсэуми къагурыІуэну».

СэмэгурабгъумкІэ: ди къуэш Рутерфорд япэ дыдэу ящІа студием щІэту

ИжьырабгъумкІэ: радиооборудованиер

Япэ передачэр фІы дыдэу екІуэкІащ. КъыкІэлъыкІуэ илъэс 33-м къриубыдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ, WBBR радиостанциер зэпымыууэ къагъэсэбэпащ.

ЛІЫГЪЭ ЯХЭЛЪУ ДИН ПАШЭХЭР ЯГЪЭКЪУАНШЭ

1924 гъэм июль мазэм Колу́мбус (штат Ога́йо) щекІуэкІа конгрессым Библием и КъэхутакІуэхэр щызэхуэсащ. А конгрессым дуней псом щыщ цІыхухэр къекІуэлІащ. Абы псалъэ гъэхьэзыра мыпхуэдэ бзэхэмкІэ щыжаІащ: английскэбзэ, хьэрыпыбзэ, венгерыбзэ, алыджыбзэ, итальяныбзэ, литовыбзэ, нэмыцэбзэ, польскэбзэ, урысыбзэ, украиныбзэ, французыбзэ икІи Скандинавием щыпсэухэм я бзэхэмкІэ. Языныкъуэ псалъэхэр радиокІэ къатт икІи а щІыпІэм къыщыдэкІ газетым щылажьэхэм къуэшхэр елъэІуащ махуэ къэс а конгрессым щекІуэкІыр къытрадзэну.

Колумбус щекІуэкІа конгрессыр(Огайо штат). 1924 гъэ

Июлым и 24, махуэку махуэм 5 000 щІигъу къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІыр ягъэІуну кІуащ. Абыхэм тхылъу 30 000 нэблагъэ ягуэшащ икІи мин бжыгъэкІэ цІыхухэр Библием ирагъэджэн щІадзащ. «ХъумакІуэ чэщанэм» итат а махуэр «конгрессым и нэхъ гуфІэгъуэ Іыхьэу» зэрыщытар.

Июлым и 25, мэрем махуэм иджыри зы Іуэхугъуэ гукъинэж къэхъуащ. А махуэм ди къуэш Джозеф Рутерфорд лІыгъэ хэлъу дин пашэхэр игъэкъуаншэу псалъэ жиІащ. А псалъэр юридическэ документым хуэдэу зэхэлъхьат. Абы щыжыІат: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къахуихьыну фІыгъуэхэм теухуауэ цІыхухэм къащІэну зэран яхуохъу диныр, политикэр, коммерциер. Рутерфорд ахэр игъэкъуэншащ «Лига Наций» жыхуаІэ организацэм и Іуэхухэр зэрыдаІыгъымкІэ икІи абы Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэм къыщигъэлъагъуэ хуэдэу зэрыжаІэм щхьэкІэ. А хъыбарыр ягъэІун щхьэкІэ Библием и КъэхутакІуэхэм лІыгъэшхуэ яхэлъын хуейт.

ИужьыІуэкІэ «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэ псалъэхэр итащ: «Колумбус къалэм щызэхуэса Алыхьым и дзэм щыщ цІыху мащІэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуат... ...Иджы ахэр зыгъэшынэн зыри щыІэкъым, бийм и шабзэ къэплъахэми къигъэувыІэнукъым». А конгрессым щыІа Ле́о Кла́ус игу къегъэкІыж: «Конгрессым дыкъыщикІыжым дэ гукъыдэжышхуэ диІэт ди щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм абы щызэхэтха псомкІэ дадэгуэшэну».

«Диным и лэжьакІуэхэр догъэкъуаншэ» жыхуаІэ буклетыр

Ди къуэш Джозеф Рутерфорд дин пашэхэр игъэкъуаншэу жиІа псалъэхэр буклетым иту къыдагъэкІащ. А буклетым «Диным и лэжьакІуэхэр догъэкъуаншэ» жиІэу и цІэт икІи ар мелуан бжыгъэкІэ традзащ. Октябрь мазэм Библием и КъэхутакІуэхэм ар ягуэшу щІадзащ. Кли́вленд зи цІэ къалэ цІыкІум (штат Оклахо́мэ) ди къуэш Джо́нсон Фрэнк щиІэ участокыр зэщІигъэхьат. Ауэ абы и гъусэхэр къыІухьэу къащтэжыным иджыри дакъикъэ 20 иІэт. Ар и гъусэхэм пэплъэу а уэрамым тетыным шынагъэ пылът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ игъэІу хъыбарым къигъэгубжьа цІыхухэм ар къалъыхъуэт. Арати, ди къуэш Фрэнк мурад ищІащ и гъунэгъуу щыт члисэм зыщигъэпщкІуну. Члисэр нэщІти, абы «Диным и лэжьакІуэхэр догъэкъуаншэ» жыхуиІэ буклетыр псынщІэу дин пашэм и Библием дилъхьэри, тІысыпІэ къэси трилъхьащ. Абы иджыри зэман иІэти, нэгъуэщІ члиситІми щІыхьэри, апхуэдэ дыдэу ищІащ.

ИужькІэ Фрэнк къуэшхэм щыхуэзэн хуей щІыпІэм жэри, автозаправкэм и щІыбагъым зыщигъэпщкІуащ. Абы гу лъамытэу ар къэзылъыхъуэ лІыхэр машинэкІэ къыблэжащ. Куэд дэмыкІыу къуэшхэр къэсащ, арати Фрэнк машинэм зэридзэри, ахэр ежьэжащ.

Ди зы къуэшым игу къегъэкІыж: «Къалэм дыкъыщыдэкІым дэ члисищыр тлъэгъуащ. Члисэ къэс я бжэІупэм цІыху 50 хуэдиз Іутт. Абыхэм щыщ гуэрхэр буклетхэм еджэт, зыгуэрхэми ар дин пашэм ирагъэлъагъут. Дэ абыхэм даІэрыхьатэмэ, дауикІ дагъэтхъэну къыщІэкІынтэкъым. Дэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІт, ди бийхэм я пащхьэм диту абы и Іуэхур дгъэзэщІэну къызэрыддэІэпыкъуам щхьэкІэ».

БИБЛИЕМ И КЪЭХУТАКІУЭХЭМ ЛІЫГЪЭ ЯХЭЛЪУ НЭГЪУЭЩІ КЪЭРАЛХЭМИ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩАГЪЭІУТ

Юзеф Кретт

НэгъуэщІ къэралхэми Библием и КъэхутакІуэхэм апхуэдэ лІыгъэ щагъэлъагъуэт. Ди къуэш Ю́зеф Кретт Францием и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыпсэу Польшэм щыщ шахтёрхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт. Абы и мурадт «Куэд мыщІэу лІахэр къэтэджыжынущ» зи цІэ псалъэ гъэхьэзыра жиІэну. Къуэш, шыпхъухэр абы дэІэпыкъут а псалъэм едэІуэн щхьэкІэ цІыхухэр кърагъэблэгъэну. А щІыпІэм щыІа дин пашэм ар щызэхихам члисэм къекІуалІэхэм яжриІащ зыри абы мыкІуэну. Ауэ дин пашэм жиІам цІыхухэр нэхъри къигъэбырсеяуэ аращ. Ди къуэшым жиІэну псалъэм едэІуэну цІыху 5 000 щІигъу къызэхуэсащ, а дин пашэри абыхэм яхэту. Ди къуэш Юзеф дин пашэм Іэмал иритат и фІэщ хъум теухуауэ къэпсэлъэну, ауэ абы ар идакъым. Псалъэр жиІа иужь ди къуэшым иІыгъа тхыгъэхэр псори цІыхухэм яритащ. Ахэр Алыхьым теухуа пэжым хуабжьу зэрыхуэныкъуэр наІуэт (Ам. 8:11).

Клод Браун

Ди къуэш Клод Бра́ун Африкэм, Га́нэ къэралым (абы щыгъуэ Золотой Берег) хъыбарыфІыр щигъэІуну кІуат. Абы псалъэ гъэхьэзырахэр жиІэт икІи тхыгъэхэр игуэшт. Абы и фІыгъэкІэ цІыху куэдым пэжыр зэхахащ. Фармацевту еджэ Джон Бла́нксон ди къуэш Браун жиІа псалъэхэм щыщ зым едэІуащ. Абы пэжыр къызэригъуэтар занщІэу къыгурыІуащ. Джон игу къегъэкІыж: «Сэ къэсщІа пэжым къызит гуфІэгъуэр схуэІыгътэкъыми, къыздеджэхэм сымыувыІэу абы теухуауэ яжесІэт».

Джон Бланксон

Алыхьыр тхьэнапищу зэрыщымытыр Джон Библием иту къыщищІам, ар «Англиканская церковь» жыхуаІэм кІуащ, абы теухуауэ дин пашэм еупщІын щхьэкІэ. Ауэ абы кІиин щІидзэри, мыпхуэдэу жиІэу Джон къыщІихужащ: «Уэ узыхуэлажьэр Алыхьыракъым, ШейтІаныращ! Зызумыгъэлъагъуу щІэкІ мыбы!»

Джон унэм къыщыкІуэжам дин пашэм письмо хуитхащ. Абы итт ахэр зэхуэзэу тхьэнапищым теухуауэ цІыхухэм я пащхьэ иту щызэпсэлъэну зэрыхуейр. Дин пашэм абы жэуап къритри, егъэджакІуэ нэхъыжьым и кабинетым кІуэну унафэ хуищІащ. «Пэж дыдэу дин пашэм письмо хуэптха?» жиІэу егъэджакІуэр Джон къеупщІащ.

— Хуэстхащ, — жиІащ Джон.

ЕгъэджакІуэм Джон унафэ хуищІащ дин пашэм письмо хуитхыу къыхуигъэгъуну елъэІуну. Арати, Джон мыпхуэдэу итхащ:

«Сэр, си егъэджакІуэм къысхуэгъэгъу бжесІэну унафэ къысхуищІащ. ЦІыхухэр пцІым зэрыхуебгъаджэм арэзы утехъуэмэ, ар сщІэну сыхьэзырщ».

— Бланксон, пэж дыдэу мыпхуэдэу птхыну ухуейуэ ара? — игъэщІагъуэу егъэджакІуэр къызэупщІащ.

— НтІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ пэжыр стхыну сыхуейщ.

— Апхуэдэу пщІэмэ, уэ занщІэу еджапІэм укъыщІахужынущ. Къэрал диным хуэлажьэ дин пашэм упэуву къэралым и еджапІэм адэкІи ущрагъэджэну уи гугъэу ара?

— Сэр, уэ уи лекциехэм дыщедаІуэкІэ зыгуэр къыдгурымыІуэмэ, упщІэ тты хъунукъэ?

— ДауикІ, хъунущ.

— Ар дыдэращ сэри сщІар. А цІыхухъум Библием дригъаджэти, сэ абы упщІэ естащ. Си упщІэм абы жэуап къримытыфамэ, «къысхуэгъэгъу» жысІэу письмо щІыхуэстхын хуейр сыт?

Бланксон «къысхуэгъэгъу» жиІэу дин пашэм письмо хуимытхами, ар еджапІэм къыщІахужакъым.

СЫТ АДЭКІЭ КЪЭХЪУАР?

Декабрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэу итат: «Даут и псалъэхэм дэ арэзы дытохъуэ: „Зауэм сызэрыхэтын къару уэ къызэптынущ“ (Псалом 18:39). Мы илъэсыр сыту гъуэзэджэт! Ди Алыхьыр дызэригъусэм и фІыгъэкІэ дэ сыт щыгъуи ехъулІэныгъэ диІащ... Абы и лэжьакІуэ пэжхэм... гуфІэгъуэ яІэу хъыбарыфІыр ягъэІуащ».

Илъэсым икІэм деж къуэшхэм унафэ ящІащ Чикаго пэмыжыжьэу иджыри зы радиостанцие ягъэувыну. А станцием цІэуэ фІащар WORD-щ, абы къикІыр «псалъэ» жиІэу арат. А цІэр абы хуэкІуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а станцием и фІыгъэкІэ Алыхьым и Псалъэр цІыху нэхъыбэм зэхахт. Ватт 5 000 зиІэ передатчикым и сигналыр километр щэ бжыгъэкІэ кІуэт, уеблэмэ ар Канадэми нэст.

1925 гъэм Иеговэ и лъэпкъым къыгуригъэІуащ Апокалипсис 12 псалъащхьэм ит псалъэхэр. Языныкъуэхэм ар ягу иримыхьу Иеговэ хуэлэжьэн щагъэтащ. Ауэ къуэшхэм я нэхъыбэм гуфІэгъуэ зыхащІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм нэхъыфІу къагурыІуащ уафэм къыщыхъуар икІи щІылъэм щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм ар зэрылъэІэсыр.

a Иджы ар дызэрылажьэ тхылъ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуэтІэращ.

b А зэманым Библием и КъэхутакІуэхэм ирахьэкІ лэжьыгъэм кІэлъыплъу щытар Джозеф Франклин Рутерфордщ. Ар Вефилым щылэжьэн ипэ Миссури штатым и 8 «судебный округ» жыхуаІэм зэман-зэманкІэрэ хьэкумыщІэу щылажьэу щытати, абы «хьэкумыщІэкІэ» еджэт.