42 СТАТЬЯР
103 УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ
ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэр лъапІэу флъытэ
«ЛъагапІэм дэкІуейри... абы къыбгъэдэкІ тыгъэу... цІыхухэр къыдитащ» (ЕФ. 4:8, ДЩІ).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм, и нэхъыжьхэм, абы нэмыщІ районым и нэхъыжьхэм я нэІэ къызэрыттрагъэтымрэ абы щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр зэрыдгъэлъагъуэ хъунумрэ.
1. Хьисэ сыт хуэдэ тыгъэхэр къыдита?
ХЬИСЭ цІыхухэм яхуищІам хуэдиз зы цІыхуми ищІэфакъым. Ар щІылъэм щытетам щыгъуэ нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ и къарум зэи щысхьакъым (Лк. 9:12—17). Абы и тыгъэхэм щыщу нэхъ лъапІэ дыдэр — дэр щхьэкІэ и псэр зэритаращ (Ин. 15:13). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужьи адэкІи хьэлэлагъ игъэлъэгъуащ. Дыкъызэригъэгугъам хуэдэу ар и Адэм елъэІуащ и къару лъапІэр къыдитыну, пэжым и гъуэгум дытетын, гупсэхугъуи диІэн щхьэкІэ (Ин. 14:16, 17; 16:13). Дуней псом тет цІыхухэм пэжыр къедгъэщІэн щхьэкІэ Хьисэ дызыхуэныкъуэу хъуар зэІущІэхэмкІэ къытІэрегъэхьэ (Мт. 28:18—20).
2. Ефес 4:7, 8 зи гугъу ищІ тыгъэхэр хэт хъуну?
2 Хьисэ иджыри сыт хуэдэ тыгъэ къыдитами деплъынщ. Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужь «абы къыбгъэдэкІ тыгъэу... цІыхухэр къыдитащ» жиІэри апостол Паул итхащ. (Къеджэ Ефес 4:7, 8, ДЩІ.) А тыгъэхэр зэхуэсым я нэІэ тезыгъэт цІыхухъухэрауэ зэрыщытыр Паул къыдгуригъэІуащ (Еф. 1:22, 23; 4:11—13). Абыхэм хохьэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр, и нэхъыжьхэр, абы нэмыщІ районым и нэхъыжьхэр a. Пэжщ, абыхэми гуэныхь яхэлъщ икІи ахэр щоуэ (Екъуб 3:2). Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь а цІыхухъухэр къегъэсэбэп дэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ икІи ахэр абы къыбгъэдэкІ тыгъэщ.
3. Къуэшхэм зэхуэсыр ирагъэфІэкІуэн щхьэкІэ дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? Щапхъэ къэфхь.
3 Хьисэ а цІыхухъухэм я пщэ дилъхьащ зэхуэсыр нэхъ быдэ ящІыну (Еф. 4:12). Ауэ дэри а мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэмкІэ абыхэм дадэІэпыкъуфынущ. Ар ебгъэщхь хъунущ дыщызэхуэс Унэхэр зэраухуэ щІыкІэм. Языныкъуэхэр ухуэныгъэм пыщІа лэжьыгъэхэм хэтщ: бетон ягъэж, блын зэтралъхьэ. Адрейхэр ухуэныгъэм хэтхэм доІэпыкъу: шхын ягъэхьэзыр, материалхэр кърашалІэ. Абы ещхьу зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм, и нэхъыжьхэм, абы нэмыщІ районым и нэхъыжьхэм зэхуэсыр ефІэкІуэн щхьэкІэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІ. Дэри абыхэм ди псалъэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи дадэІэпыкъуфынущ. Иджыпсту зэпкърытхынщ абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ ягъэзащІэми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынщ а къуэшхэми ахэр къыдэзыта Хьиси дапхуэдэу фІыщІэ яхуэтщІ хъунуми.
ЗЭХУЭСЫМ И ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУХЭР СЭБЭП ЗЭРЫХЪУР
4. Япэ лІэщІыгъуэм зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр сыткІэ щІэгъэкъуэн хъурэт?
4 Япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ къуэшхэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лажьэт (1 Тим. 3:8). Ахэрауэ къыщІэкІынщ Паул зи гугъу ищІар «адрей цІыхухэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуну» жиІэу щитхам щыгъуэ (1 Кор. 12:28). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр ирагъэджэн икІи пастырскэ лэжьыгъэм къару нэхъыбэ трагъэкІуэдэфын щхьэкІэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм лэжьыгъэ куэд зэфІагъэкІт. Псалъэм папщІэ, абыхэм Тхыгъэ ЛъапІэм и копиехэр ящІу е абы щхьэкІэ къагъэсэбэпыну материалхэр къащэхуу къыщІэкІынт.
5. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ сыт ящІэр?
5 Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм нобэ лэжьыгъэшхуэ зэфІагъэкІ (1 Пет. 4:10). Псалъэм папщІэ, абыхэм зэхуэсым и ахъшэр зэрагъэзахуэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІу участокхэм кІэлъоплъ, ди тхыгъэхэр игъуэу къытІэрагъэхьэ, аудио-видео Іэмэпсымэхэр зэтраухуэ, зэІущІэм къекІуалІэхэр кърагъэблагъэ, дыщызэхуэс Унэхэми кІэлъоплъ. А псом и фІыгъэкІэ зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэгъэпэщауэ йокІуэкІ (1 Кор. 14:40). Абы нэмыщІ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу языныкъуэхэм тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм пункт гуэрхэр щагъэзащІэ икІи тхьэмахуэм и кІэм деж псалъэ гъэхьэзырахэр жаІэ. Иныкъуэхэм деж а къуэшхэм елъэІуфынущ гупым и нэхъыжьым и дэІэпыкъуэгъуу щытыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм иныкъуэхэм деж апхуэдэ къуэшхэр пастырскэ ящІыну щыкІуэм деж къыздащтэ.
6. Псэемыблэжу лажьэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр лъапІэу щІэфлъытэр сыт?
6 Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм жаІэм деплъынщ. «Абыхэм я фІыгъэкІэ зэІущІэхэм сэ гуфІэгъуэшхуэ хызох. Псалъэм папщІэ, уэрэд жызоІэф, зэІущІэм жэуап щызот, псалъэ гъэхьэзыра содаІуэ икІи сурэтхэмрэ видеохэмрэ сеплъыну Іэмал сиІэщ, — жеІэ Боливием щыщ Бе́берли b. — Иджыри ахэр кІэлъоплъ зэІущІэм щыІэхэм зыри зэран къазэрыхуэмыхъуным, абы нэмыщІ видеокІэ зэІущІэм зыпызыщІэхэм доІэпыкъу. Арэзыуэ къата ахъшэр программэ нэужьым ябж, ди тхыгъэхэр къытІэрагъэхьэ, дыщызэхуэс Унэхэр зэщІэкъуэнми хэтщ. Дауэ апхуэдэ къуэшхэр фІыуэ зэрумылъагъунур?» Колумбием щыщ зэхуэсым и нэхъыжьым и щхьэгъусэ Ле́сли къыддогуашэ: «Зэхуэсым сыту лэжьыгъэшхуэ щыІэ. Абы щыщу къалэн гуэрхэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм сыту фІыт зэрагъэзащІэр. Ахэр мыхъуамэ, си щхьэгъусэр слъэгъуххэну къыщІэкІынтэкъым. Сэ абыхэм фІыщІэшхуэ яхузощІ, къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзырым щхьэкІэ». А шыпхъухэм жаІэм фэри арэзы фытехъуэу къыщІэкІынщ (1 Тим. 3:13).
7. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэ илъыр дапхуэдэу зэрыдгъэлъэгъуэнур? (Сурэтми феплъ.)
7 Дэ ди гум «фІыщІэ» илъыну Библием дыхуегъэуш (Кол. 3:15). Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэ илъ закъуэу щымыту, абыхэм ар яжетІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Финляндием щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжь Кши́штоф жеІэ: «Къуэшхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэм е жаІа гупсысэфІ гуэрым щхьэкІэ фІыщІэ зэрахуэсщІыным сыхущІокъу. Псалъэм папщІэ, Іуэхум хуэкІуэ Библием щыщ едзыгъуэ иту сэ абыхэм открыткэ яхузотх е сообщение яхузогъэхь». Новая Каледония жыхуаІэм щыпсэу Паска́льрэ Жаэ́льрэ къыддогуашэ: «Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм щхьэкІэ дэ куэдрэ Иеговэ фІыщІэ худощІ икІи абыхэм ядэІэпыкъуну долъэІу». Апхуэдэ тхьэлъэІухэм Иеговэ жэуап ирет икІи зэхуэс псом ар сэбэп хуохъу (2 Кор. 1:11).
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ПСЭЕМЫБЛЭЖУ «КЪЫФХУОЛАЖЬЭ»
8. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэт ирахьэкІыр? (1 Фессалоникэ 5:12, 13).
8 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа зэхуэсым и нэхъыжьхэр псэемыблэжу лажьэт къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтын щхьэкІэ (къеджэ 1 Фессалоникэ 5:12, 13; 1 Тим. 5:17). А цІыхухъухэм зэгъусэу зэхуэс псом ехьэлІа унафэхэр къащтэт. Абыхэм иджыри зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІт икІи лъагъуныгъэ хэлъу къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъут я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ (1 Фес. 2:11, 12; 2 Тим. 4:2). ДауикІ, а цІыхухъухэм лэжьыгъэшхуэ я пщэм дэлът, ауэ абы емылъытауэ, я унагъуэхэр зыхуей хуагъазэт икІи фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну абыхэм дэІэпыкъут (1 Тим. 3:2, 4; Тит 1:6—9).
9. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ къалэнхэр ягъэзащІэрэ?
9 Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ. Абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІу (2 Тим. 4:5, ДЩІ). А къуэшхэм зэхуэсым и территорием хъыбарыфІ гъэІуныр къызэрагъэпэщ, абы нэмыщІ цІыхухэм пэжымкІэ дазэрыдэгуэшэну щІыкІэмрэ Хьисэ и гъэсэнхэр зэрыдгъэхьэзырыну щІыкІэмрэ дыхурагъасэ. Езыхэри а лэжьыгъэм псэемыблэжу хэтщ. Иджыри зэхуэсым и нэхъыжьхэм гущІэгъу яхэлъу, зэхэгъэжи ямыщІу хьэкум ящІ. Къуэш е шыпхъу гуэрым гуэныхь хьэлъэ щищІэм деж ахэр абы доІэпыкъу Иеговэ гъунэгъу хуэхъужыну икІи зэхуэсыр къабзэу къызэрынэным къару ирахьэлІэ (1 Кор. 5:12, 13; Гал. 6:1). Ауэ псом нэхъапэращи, мэлыхъуэр хъушэм зэрыкІэлъыплъым хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я нэІэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм трагъэт (1 Пет. 5:1—3). Абыхэм псалъэ гъэхьэзырахэр жаІэ, зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри фІыуэ къызэрацІыхуным икІи хуэзэурэ зэрагъэгушхуэным хущІокъу. А псом нэмыщІ ахэр хэтщ: дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным, абыхэм кІэлъыплъыным, конгрессхэр къызэгъэпэщыным икІи сымаджэщхэм зызыпызыщІэ комитетхэмрэ сымаджэхэм гулъытэ хуэзыщІ гупхэмрэ. Апхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм дэр щхьэкІэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІ!
10. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр лъапІэу щІэплъытэмкІэ къыддэгуашэ.
10 Иеговэ жиІауэ щытащ гулъытэ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я фІыгъэкІэ абы и мэлхэр «афІэкІа зыми зэримыгъэщтэнур, шынэми зэримыгъэкІэзызынур» (Иер. 23:4). Финляндием щыщ ди шыпхъу Йоха́ннэ и анэр сымаджэ хьэлъэ щыхъуам щыгъуэ ар и щхьэкІэ зыхищІащ. Ар къыддогуашэ: «Пэжыр жыпІэмэ, сэ си гурыщІэхэмкІэ нэгъуэщІхэм садэгуэшэну сфІэфІтэкъым. Ауэ си гурыщІэхэр зыгуэрым хуэсІуэтэну гукъыдэж сиІэ щыхъуам, апхуэдэуи фІыуэ сымыцІыху зэхуэсым и нэхъыжьыр зэхэщІыкІ хэлъу къызэдэІуащ. Абы си гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэри, Иеговэ фІыуэ сызэрилъагъур зыхэсщІэну къыздэІэпыкъуащ. Абы жиІауэ щыта псори сщІэжкъым, ауэ гупсэхугъуэ зэрызгъуэтыжар сощІэж. Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым нэхъ сыщыхуей дыдэм ар Иеговэ къызэригъэкІуам». Уэ-щэ? Уи зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъуар?
11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыщІэ зэрахуэпщІыр дапхуэдэу зэребгъэлъагъу хъунур? (Сурэтми феплъ.)
11 Иеговэ хуейщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм «ялэжь Іуэхум щхьэкІэ» фІыщІэ яхуэтщІыну (1 Фес. 5:12, 13). Финляндием щыпсэу ди шыпхъу Хенрие́ттэ мыпхуэдэу жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ. Ауэ абы къикІкъым дэ нэхърэ абыхэм къаруи зэмани нэхъыбэу яІэу, гугъуехьи ямыІэу. Иныкъуэхэм деж сэ абыхэм яжызоІэ: „Сыту фІыщэу бгъэзащІэрэ уэ уи къалэнхэр!“». Турцием щыщ ди шыпхъу Сера́ гу зылъитамкІэ къыддогуашэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм адэкІи я лэжьыгъэр ягъэзэщІэфын щхьэкІэ къару яхуейщ. Аращи, абыхэм открыткэ яхуэттх, шэджагъуашхэ къедгъэблагъэ икІи я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІу хъунущ». Уэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыщ гуэрым нэхъ хэхауэ фІыщІэ хуэпщІыну ухуейт? Ухуейуэ щытмэ, абы ищІэр фІыщІэ зэрыпщІыр жеІэ е нэгъуэщІ гуэру егъэлъагъу (1 Кор. 16:18).
РАЙОНЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ЗЭХУЭСХЭР ЯГЪЭБЫДЭ
12. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ зэхуэсхэр игъэбыдэн щхьэкІэ хэт къигъэсэбэпар? (1 Фессалоникэ 2:7, 8).
12 Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ нэмыщІ, Хьисэ Мэссихь тыгъэу районым и нэхъыжьхэри къыдитащ. Абыхэми зэхуэсхэр ягъэбыдэ (Апост. 15:40, 41). Хьисэ и унафэм тету Ерусалим къалэм щыщ нэхъыжьхэм Паули, Варнави, нэгъуэщІ цІыхухъухэри адрей зэхуэсхэм ягъэкІуащ (Апост. 11:22). А къуэшхэм а лэжьыгъэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ я тыншыпІэр куэдрэ къагъэнащ икІи къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІаи къэхъуащ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:7, 8.)
13. Районым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ къалэнхэр яІэ?
13 Районым и нэхъыжьхэр Іуэхуншэ хъукъым. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм километр щэ бжыгъэ зэпач, зэхуэсхэм кІуэн щхьэкІэ. Тхьэмахуэ къэс районым и нэхъыжьхэм псалъэ гъэхьэзыра зыбжанэ жаІэ, къуэш, шыпхъухэм я деж макІуэри ягъэгушхуэ, пионерхэри пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэри щхьэхуэу зэхуашэс, абы нэмыщІ зэІущІэ кІэщІхэри ирагъэкІуэкІ. Иджыри а къуэшхэм районнэ, региональнэ конгрессхэр къызэрагъэпэщ икІи псалъэ гъэхьэзырахэр абыхэм щыжаІэ. Районым и нэхъыжьхэм «школа пионеров» жыхуаІэм къуэш, шыпхъухэр щрагъаджэ, районым щыІэ пионерхэм щхьэкІэ зэІущІэ хэха ирагъэкІуэкІ, абы нэмыщІ филиалым къыбгъэдэкІ къалэнхэр ягъэзащІэ — абыхэм щыщ языныкъуэхэр ебгъэтІылъэкІ мыхъун Іуэхущ.
14. Псэемыблэжу Алыхьым хуэлажьэ районым и нэхъыжьхэр сыт дэ лъапІэу щІэтлъытэр?
14 Районым и нэхъыжьхэр зэхуэсым дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъур? Турцием щыщ ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Районым и нэхъыжьыр ди зэхуэсым къыщыкІуэм деж сэ къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэжу садэІэпыкъуну гукъыдэж сиІэ мэхъу. Сэ районым и нэхъыжь куэдым сарихьэлІащ, ауэ зэи къысщыхъуакъым абыхэм гулъытэ къысхуащІыну икІи къызэпсэлъэну зэман ямыІэу». ИпэкІэ зи гугъу тщІа Йоханнэ районым и нэхъыжьым и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІуащ. Ахэр здэкІуам унэм щІэсу зыри ягъуэтатэкъым, ауэ а махуэр шыпхъум и гум къинэжащ. Абы жеІэж: «А махуэр сэ зэи сигу икІыжынукъым. Си шыпхъуитІыр нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуати, абыхэм Іейуэ сахуэзэшт. Ауэ апхуэдэу дызэпэжыжьэу сыт щыгъуи зэрыщымытынур икІи дунеищІэм си Іыхьлыхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ зызгъэнщІыху саригъусэну Іэмал куэд сызэриІэнур районым и нэхъыжьым сигу къигъэкІыжащ. Абы сызэригъэгушхуар си гум ІэфІу къинэжащ». Дэ тщыщ куэдми ягу къагъэкІыжыфынущ районым и нэхъыжьыр къазэрыдэІэпыкъуауэ щытар (Апост. 20:37—21:1).
15. 1) Районым и нэхъыжьхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (3 Иуан 5—8). (Сурэтми феплъ.) 2) Зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм я щхьэгъусэхэр сыт лъапІэу щІэтлъытэр икІи дапхуэдэу дэ абыхэм фІыщІэ зэрахуэтщІыфынур? (« Абыхэм я щхьэгъусэхэм гулъытэ яхуэфщІ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
15 Апостол Иуан Гай хуигъэушащ адэкІи районым и нэхъыжьхэм хьэщІагъэ ярихыну икІи елъэІуащ «Тхьэм зэрыфІэзахуэм хуэдэу, я гъуэгумкІэ абыхэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуну». (Къеджэ 3 Иуан 5—8.) Дэри апхуэдэ хьэщІагъэ тхуэгъэлъэгъуэнущ районым и нэхъыжьыр шэджагъуашхэ къедгъэблагъэмэ икІи абы иригъэкІуэкІ зэІущІэ кІэщІхэм декІуалІэмэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Лесли и гум илъ фІыщІэр нэгъуэщІ ІэмалхэмкІи къегъэлъагъуэ. Абы жеІэ: «Ахэр зыхуэныкъуэ псор къаритыну сэ Алыхьым сахуолъэІу. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абыхэм письмо яхудотх икІи къытхуащІэ псор лъапІэу зэрытлъытэр яжыдоІэ». Районым и нэхъыжьхэр дэр хуэдэ цІыхуу зэрыщытыр зыщыдгъэгъупщэнкъым. Ахэри мэсымаджэ, зыгуэр щхьэкІэ щыгузави, я лъэр щыщІэхуи къохъу. Аращи, дэ абыхэм псалъэ гуапэхэр яжетІэмэ, тыгъэ гуэрхэри яхуэтщІмэ, ар я тхьэлъэІухэм и жэуапу щытыфынущ (Прит. 12:25).
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМРЭ И ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУХЭМРЭ ДЭ ХУАБЖЬУ ДАХУЭНЫКЪУЭЩ
16. Притчи 3:27 зэритымкІэ къуэшхэм сыт хуэдэ упщІэхэр зратыж хъуну?
16 Дуней псом тет къуэш, шыпхъухэр хуэныкъуэщ зэхуэсым и нэІэ тезыгъэтын цІыхухъухэм. Ди къуэш, уэ псым зыщІэбгъэуамэ, дэІэпыкъуэгъу ухъуфыну пІэрэ? (Къеджэ Притчи 3:27.) Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу ухъуну мурад пщІауэ пІэрэ? А мурадыр къохъулІауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжь ухъуну ухущІэкъурэ? c «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм ущеджэн щхьэкІэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэфыну? Уэ а школым ухуигъэхьэзырыфынущ Хьисэ дяпэкІэ къыпхуигъэфэщэнкІэ хъуну къалэнхэм. А къалэнхэр пхуэмыгъэзэщІэну къыпщыхъумэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну елъэІу, къыпхуагъэфащэ дэтхэнэ зы Іуэхури пхузэфІэкІын щхьэкІэ (Лк. 11:13; Апост. 20:28).
17. Хьисэ Мэссихь ПащтыхьыфІу зэрыщытыр сыт къызыхэщыр?
17 Хьисэ дыкъигъэгугъащ мы дунейр и кІэм нэсыху махуэ къэс ди гъусэну (Мт. 28:20). Ар и псалъэм тетыжщ. Абы щыхьэт тохъуэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэмрэ и нэхъыжьхэмрэ Хьисэ «тыгъэу» къызэрыдитар. Дэ хуабжьу фІыщІэ дощІ лъагъуныгъэрэ хьэлэлагърэ зыхэлъ Пащтыхь дызэриІэр. Абы дызыхуэныкъуэр ещІэри, къыддэІэпыкъуну хьэзыр къуэшхэр къыдет. Дэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм едгъэлъэгъуну дыхуейщ абыхэм ящІэр лъапІэу зэрытлъытэр. Аращи, ар фІыщІэ зэрытщІыр яжетІэнщ е нэгъуэщІ гуэру едгъэлъэгъунщ. Иджыри зыщыдгъэгъупщэнкъым фІыщІэ псори Иеговэ зэрыхуэфащэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри» къызыбгъэдэкІыр аращ (Екъуб 1:17).
99 УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ
a УнафэщІ гупым щыщхэр, унафэщІ гупым и комитетхэм и дэІэпыкъуэгъухэр, филиалхэм я комитетхэм хэтхэр, нэгъуэщІ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэри Хьисэ къыбгъэдэкІ «тыгъэу» щытщ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу е и нэхъыжь ухъуну ухуеймэ, къыбдэІэпыкъун чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ 2024 гъэм, ноябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Къуэшхэ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу фыхъуну мурад фиІэ?», «Къуэшхэ, зэхуэсым и нэхъыжь фыхъуну мурад фиІэ?» жыхуиІэ статьяхэм.