41 СТАТЬЯР
13 УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
Хьисэ щІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-м хэтхыфыну дерсхэр
«Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плІыщІым къриубыдэу икІи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхухэм яхутепсэлъыхьырт» (АПОСТ. 1:3).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Хьисэ щІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-м сыт ищІами икІи сыт хуэдэ щапхъэ абы тетх хъунуми.
1, 2. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхухъуитІыр Эммаус щыкІуэм сыт къэхъуар?
ДИ ЭРЭМ 33 гъэм, нисаным и 16 махуэр йокІуэкІ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр шынэм зэщІищтащ, я лъэри щІэхуащ. Абыхэм щыщу тІур Ерусалим къыдокІри, Эммаус зи цІэ къуажэм макІуэ. А къуажэр Ерусалим къалэм километр 11-кІэ пэжыжьэт. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гугъат абы журтхэм я гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэкІыну, ауэ иджы абыхэм я гугъэр зэтекъутащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зи лъэужь ита Хьисэ зэраукІрэ куэд щІатэкъым. Ауэ абыхэм ягу къэмыкІыхха Іуэхугъуэ къэхъуащ.
2 А тІур гъуэгу здытетым цІыхухъу гуэр гъусэ яхуохъу. Ахэр абы догуашэ ягу щыщІэхэмкІэ икІи Хьисэ къыщыщІамкІэ. А цІыхухъур абыхэм жаІэм едаІуэри, иужькІэ зэи ящымыгъупщэжын гупсысэхэр яжриІащ. «Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщІэдзауэ» тепсэлъыхьурэ а цІыхухъум абыхэм къагурегъаІуэ Мэссихьым хьэзаб телъу лІэн щІыхуеям и щхьэусыгъуэр. А щыр Эммаус щынэсым абыхэм къагуроІуэ а цІыхухъур лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэу зэрыщытыр. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Мэссихьыр псэууэ къыщащІам щыгъуэ абыхэм гуфІэгъуэу зыхащІар! (Лк. 24:13—35).
3, 4. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэригъэгушхуар дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъуар икІи сыт мы статьям щызэпкърытхынур? (Апостолхэм 1:3).
3 ЩІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-м Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм куэдрэ яхуэзащ. (Къеджэ Апостолхэм 1:3.) А зэманым къриубыдэу Хьисэ зи лъэ щІэхуа, шынэм зэщІиубыда и лъэужь ирикІуэхэр игъэгушхуащ. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр лІыгъэ яхэлъу ягъэІуу икІи Хьисэ и лъэужь иувэну адрейхэм ядэІэпыкъуу абыхэм щІадзащ a.
4 А зэманым Хьисэ ищІам дерс куэд хэтхыфынущ: 1) и лъэужь ирикІуэхэр игъэгушхуащ, 2) Алыхьым и Псалъэр нэхъыфІу къагурыІуэну ядэІэпыкъуащ, 3) къалэныщІэхэм хуигъэхьэзыращ. А Іуэхугъуищыр щызэпкърытхкІэ дэ къэтлъэгъунущ дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ тетхыфынуми.
НЭГЪУЭЩІХЭР ВГЪЭГУШХУЭ
5. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытыт гушхуэныгъэ щІыхуэныкъуэр?
5 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытыт гушхуэныгъэ щІыхуэныкъуэр? Абы и лъэужь иувэн щхьэкІэ куэдым я унэр, я унагъуэр, я лэжьыгъэр къагъэнат (Мт. 19:27). Языныкъуэхэм я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ нэмыплъ иратт (Ин. 9:22). Абыхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэу, гугъу ехьыну хьэзырт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я фІэщ хъут Хьисэ къэкІуэн хуей Мэссихьу зэрыщытыр (Мт. 16:16). Хьисэ щаукІам щыгъуэ ахэр Іэнкун хъуат, зыпэплъар къызэрымыхъуам щхьэкІэ, я гугъэр щэщэжри ягухэри ехуэхат.
6. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Хьисэ сыт ищІар?
6 ДауикІ, Хьисэ къыгурыІуэт абы и гъэсэнхэр щІэнэщхъейм и щхьэусыгъуэр. Абыхэм я фІэщхъуныгъэр махэу аратэкъым, атІэ я ныбжьэгъур лІати арат. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ лІахэм къащыхэтэджыкІыжа махуэ дыдэм и ныбжьэгъухэм деж кІуащ, гупсэхугъуэ яритыжын щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм деж гъыуэ щыту Хьисэ абы зыкъригъэлъэгъуащ (Ин. 20:11, 16). Иджыри ипэкІэ зи гугъу тщІа Эммаус кІуэ цІыхухъуитІым Хьисэ епсэлъащ. Абы нэмыщІ Хьисэ апостол Петри зыхуигъэзащ (Лк. 24:34). Хьисэ и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Иджыпсту дытепсэлъыхьынщ Магдалэ жылэм щыщ Мэрием ар щыхуэзам щыгъуэ сыт къэхъуами.
7. Хьисэ Мэрием щыкІэлъыплъым сытым гу лъита икІи а цІыхубзым щхьэкІэ сыт ищІар? (Иуан 20:11—16). (Сурэтми феплъ.)
7 Къеджэ Иуан 20:11—16. Нисаным и 16 пщэдджыжьым цІыхубз зыбжанэ Хьисэ здыщІалъхьам деж кІуащ (Лк. 24:1, 10). Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщІэмылъыжыр къалъэгъуа иужь, абыхэм я гъусэ Магдалэ жылэм щыщ Мэрием занщІэу Петррэ Иуанрэ деж жащ, ар яжриІэжын щхьэкІэ. Ахэр занщІэу кхъэлэгъунэм жащ, Мэриеми я ужь иту. Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщІэмылъыжыр къыщалъэгъуам абыхэм унэм къагъэзэжащ, ауэ Мэрием гъыуэ абдеж къыщынащ. Абы игу къэкІыххэтэкъым Хьисэ къызэрыкІэлъыплъыр. А цІыхубзым и нэпсхэр Хьисэ апхуэдизу и гум щІыхьати, абы зыкъригъэлъагъури, епсэлъащ. Хьисэ абы куэди жриІакъым, ауэ хуабжьу игъэгушхуащ. Абы иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн иритащ: лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар апостолхэм жриІэну (Ин. 20:17, 18).
8. Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур?
8 Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? Ди къуэш, ди шыпхъухэр Иеговэ пэжу къыхуэнэну дадэІэпыкъуфынущ. Абыхэм я гугъуехьхэмрэ я гурыщІэхэмрэ Хьисэ хуэдэу къызэрытфІэІуэхур едгъэлъагъуу щІэгъэкъуэн дахуэхъумэ, абыхэм гупсэхугъуэ едгъэгъуэтыжыфынущ. Насыпыншагъэ гуэрым къыхэкІкІэ зи шыпхъу нэхъыщІэ зыфІэкІуэда Джо́селин къыддогуашэ: «А гуауэр къыщыхъуам щыгъуэ мазэ бжыгъэкІэ си гур икъутыхьауэ щытащ». Зэхуэсым щыщ зэщхьэгъуситІым я деж а шыпхъур кърагъэблагъэри, абы и гурыщІэхэр жрагъэІащ, фІыуэ едаІуэри, Иеговэ ар лъапІэу зэрилъытэр зыхрагъэщІащ. Джоселин пещэ: «Абыхэм сэ си гъащІэр кърагъэлауэ жыпІэ хъунущ. Си гурыщІэ хьэлъэхэр хы толъкъуным хуэдэу къыстегуплІауэ сыщІилъафэм хуэдэт. Ауэ ахэр къызэрыздэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Иеговэ адэкІи сыхуэлэжьэну гукъыдэж сиІэ хъужащ». Дэри зэхэщІыкІ диІэу нэгъуэщІхэм я гурыщІэхэр жаІэну Іэмал етту щытмэ, абыхэм къару яІэнущ адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну (Рим 12:15).
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР НЭХЪЫФІУ КЪАГУРЫІУЭНУ АДРЕЙХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
9. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ гугъуехь яІар икІи Хьисэ абыхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуар?
9 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и Псалъэм дзыхь хуащІт икІи абы тету зэрыпсэуным хущІэкъут (Ин. 17:6). Ауэ Хьисэ щІэпхъаджащІэм хуэдэу щаукІам щыгъуэ ахэр Іэнкун хъуат. Хьисэ ищІэт и гъэсэнхэм фІэщхъуныгъэ зэраІэр, Иегови фІыуэ зэралъагъур, ауэ абыхэм Алыхьым и Псалъэр фІыуэ къагурыІуэтэкъым (Лк. 9:44, 45; Ин. 20:9). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ ахэр хуигъэушт Алыхьым и Псалъэр куууэ зэпкърахыну. Ар зэрищІу щытар къыхощ Эммаус кІуэ и лъэужь ирикІуэ цІыхухъуитІым зэрепсэлъам.
10. Дапхуэдэу Хьисэ и гъэсэнхэм зэрадэІэпыкъуар Мэссихьыр хэтми къагурыІуэну? (Лука 24:18—27).
10 Къеджэ Лука 24:18—27. Гу лъыфтэ Хьисэ езыр хэтми занщІэу жимыІэу, упщІэхэр къызэриІэтам. Сыт щхьэкІэ? Ахэр зэгупсысыр Хьисэ къищІэну хуеяуэ къыщІэкІынущ. Апхуэдэу абыхэм зыгъэгузавэр жаІащ: ахэр щыгугът Рим цІыхухэм я пІэкІэ Хьисэ тепщэу щытыну. А тІум жаІэм фІыуэ едэІуа иужь Алыхьым и Псалъэр къигъэсэбэпу Хьисэ къагуригъэІуащ къэхъуахэмкІэ пророчествэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар b. Куэд дэмыкІыу, а пщыхьэщхьэ дыдэм Хьисэ адрей и гъэсэнхэми ар дыдэр къагуригъэІуащ (Лк. 24:33—48). Дэ сыт хуэдэ дерс а Іуэхугъуэм хэтхыфынур?
11, 12. 1) Зыгуэр Библием щедгъаджэкІэ дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур? (Сурэтми феплъ.) 2) Зы къуэшыр Библием иригъаджэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
11 Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? Зыгуэр Библием щебгъаджэкІэ фІыуэ узэгупсыса упщІэхэр ты. Апхуэдэу уэ къэплъэгъунущ цІыхур зэгупсысымрэ зыгъэгузавэмрэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). ИужькІэ цІыхум и Іуэхум хуэкІуэ едзыгъуэ езым къигъуэтыфу егъасэ. ИтІанэ а едзыгъуэр зэгъусэу зэпкърыфх. ЦІыхум ищІэн хуейр жумыІэу езыр гъэгупсысэ. Уэ уи мурад нэхъыщхьэр — ар цІыхум и гъащІэм Библием ит принципхэр дапхуэдэу къыщигъэсэбэпынуми езым къыгурыІуэныращ. Га́нэ щыщ ди къуэш Но́рти и щапхъэм деплъынщ.
12 Норти илъэс 16 щыхъум Библиер иджын щІидзащ. Куэд дэмыкІыу абы и унагъуэм щыщхэр зэран къыхуэхъуу щІадзат, ауэ Норти абы къигъэувыІакъым. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы игу къигъэкІыжащ Библие езыгъэджа къуэшым и гъусэу Маттэ 10 псалъащхьэр зэрызэпкърихар. Абы щыжыІащ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу зэрырагъэхьынур. «А псалъэхэр си гъащІэм къызэрыщыхъур щыслъэгъуам сэ къызгурыІуащ пэжыр къызэрызгъуэтар», — жеІэ Норти. Абы нэмыщІ Норти псалъэмакъыншэу, пщІэ хэлъу и унагъуэм щыщхэм епсэлъэфын щхьэкІэ а къуэшым абы и гъусэу Маттэ 10:16 зэпкърихащ. Псым зыщІигъэуа иужь Норти мурад ищІащ пионеру лэжьэну. Ауэ абы и адэр хуейт Норти щІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Абы щыгъуэми Норти сыт ищІэнуми езыгъаджэ къуэшым къыжриІакъым. Абы а Іуэхум хуэкІуэ Библием щыщ принципхэр зэпкърихащ, Норти езым унафэ къищтэн щхьэкІэ. Сыт хуэдэ унафэт-тІэ абы ищІар? Абы пионер лэжьыгъэм щІидзащ. Абы щхьэкІэ ар и адэм унэм къыщІихуащ. Норти къищта унафэм хущІегъуэжауэ пІэрэ? Абы жеІэ: «Сэ унафэ пэж къызэрысщтам шэч къытесхьэкъым». Дэри ди зэманым дыщымысхьу Библием ит принципхэр къагъэсэбэпыфу цІыхухэр едвгъэгъасэ. Апхуэдэу тщІэмэ, ахэр пэжым быдэу тетынущ (Еф. 3:16—19).
«ТЫГЪЭУ» ЩЫТЫН ЩХЬЭКІЭ КЪУЭШХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
13. Сыт Хьисэ ищІар уафэм дэкІуеижа иужь хъыбарыфІ гъэІуныр адэкІи екІуэкІын щхьэкІэ? (Ефес 4:8).
13 Хьисэ щІылъэм щытетам, абы и Адэм къыхуигъэфэща къалэнхэр нэгъэсауэ игъэзэщІащ (Ин. 17:4). Ауэ Хьисэ мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэ иІэтэкъым: «ФІыуэ пщІыну ухуеймэ, уэ езым псори щІыж». Илъэсищрэ ныкъуэкІэ абы и гъэсэнхэм и щІэныгъэмкІэ дэгуэшащ. Хьисэ абыхэм яригъэлъагъут: хъыбарыфІыр зэрагъэІунур, егъэджакІуэфІу зэрыщытынур икІи Иеговэ и мэл цІыкІухэм я нэІэ зэрытрагъэтынур. Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужь, хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр егъэджэнымрэ пыщІа къалэнхэр а цІыхухъухэм ягъэзащІэу щІадзащ. А зэманым абыхэм щыщ языныкъуэхэр илъэс 30 хъууи къыщІэкІынтэкъым. (Къеджэ Ефес 4:8, ДЩІ.) Иджыпсту дыхэплъэнщ Хьисэ щІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-р дапхуэдэу къигъэсэбэпами, и къуэшхэр езым къыбгъэдэкІ «тыгъэ» хъун щхьэкІэ. («Учебная Библия» жыхуаІэм Ефес 4:8 хуэхьа комментарием феплъ, англ.)
14. ЩІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-м Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым хуригъэджа? (Сурэтми феплъ.)
14 Щыхуэныкъуэм деж Хьисэ щабэу, ауэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу и гъэсэнхэм чэнджэщ яритт. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм я фІэщ хъутэкъым ар лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар. Хьисэ а Іуэхур гулъытэншэу къимыгъанэу абыхэм я фІэщхъуныгъэр игъэбыдащ (Лк. 24:25—27; Ин. 20:27). Иджыри Хьисэ и гъэсэнхэм ягу къигъэкІыжащ я гъащІэм сыт япэ ирагъэщын хуейми: ахэр зэгупсысын хуейр мылъку зэгъэпэщыныратэкъым, атІэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм я нэІэ зэрытрагъэтынырат (Ин. 21:15). Абы иджыри яжриІащ нэгъуэщІхэм зрамыгъапщэу, езыхэм я къалэныр ягъэзэщІэну (Ин. 21:20—22). Абы нэмыщІ Хьисэ и гъэсэнхэм ядэІэпыкъуащ Пащтыхьыгъуэм теухуауэ еплъыкІэ пэж яІэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным я акъылыр траухуэну (Апост. 1:6—8). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы сытым хуигъасэрэ?
15, 16. 1) Хьисэ щапхъэ трахыу зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр? 2) Патрик игъуэу кърата чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?
15 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытрахыфынур? Абыхэм къуэшхэр, ныбжь зиІэхэри ныбжьыщІэхэри, ягъэсэн хуейщ зэхуэсым нэхъыбэу щылэжьэну икІи къалэн нэхъыбэ я пщэм далъхьэну c. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ къуэшхэм куэдым зыхурагъэсэн зэрыхуейр. Псалъэм папщІэ, ахэр Іэдэбу, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу икІи нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну хьэзыру щытын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм лъагъуныгъэ хэлъу къуэшхэм чэнджэщ иратыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (1 Тим. 3:1; 2 Тим. 2:2; 1 Пет. 5:5).
16 Игъуэу чэнджэщ иратам ди къуэш Па́трик и гъащІэр зэрихъуэжам деплъынщ. Ар щынэхъ щІалэм щыгъуэ пхъашэу псалъэт, шыпхъу нэгъуни я жагъуэ ищІт. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт зы къуэшым а Іуэхум теухуауэ щабэу, ауэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу абы чэнджэщ иритащ. «Сэ си гуапэщ а ныкъусаным гу лъыстэну къуэшыр къызэрыздэІэпыкъуар, — жеІэ Патрик. — Сэ къызамыту нэгъуэщІ къуэшхэм къалэн зэрыратыр слъагъут икІи ар си жагъуэ хъут. А чэнджэщым сэ къызгуригъэІуащ: си акъылыр зытезухуэн хуейр пщІэ зыпылъ къалэнхэратэкъым, атІэ Іэдэбагърэ лъагъуныгъэрэ схэлъу къуэш, шыпхъухэм сазэрыхущытын хуейрат». Абы и фІыгъэкІэ Патрик илъэс 23 щыхъум зэхуэсым и нэхъыжь хъуащ (Прит. 27:9, Гъэс.).
17. Дапхуэдэу Хьисэ къызэригъэлъэгъуар и гъэсэнхэм дзыхь зэрахуищІыр?
17 Хьисэ и гъэсэнхэм ярита къалэным хыхьэт хъыбарыфІ гъэІуным нэмыщІ цІыхухэр Тхыгъэ ЛъапІэм итым хурагъэджэныр. (Маттэ 28:20 ит «уча их» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием «Учебная Библия» жыхуаІэм фыщеплъ.) Абыхэм а къалэныр ягъэзэщІэну хуэмыхьэзыру къащыхъуу къыщІэкІынт, ауэ ар зэрахузэфІэкІыным Хьисэ шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. Аращ абы щІыжиІар: «Адэ лъапІэм сэ сыкъызэригъэкІуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакІуэ» (Ин. 20:21).
18. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытрахыфынур?
18 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытрахыфынур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іущагъ хэлъу я къалэнхэмкІэ нэгъуэщІхэм ядогуашэ (Флп. 2:19—22). Псалъэм папщІэ, ахэр ныбжьыщІэхэм елъэІуфынущ дыщызэхуэс Унэр зэщІэкъуэным икІи зехьэным хэтыну. Къуэшым къалэн гуэр ирата иужь зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы къыгурагъэІуэнущ ар дапхуэдэу ищІ хъунуми икІи къызэрыщхьэщымытымкІэ дзыхь зэрыхуащІыр къагъэлъагъуэфынущ. Зэхуэсым и нэхъыжь хъуа ди къуэш Мэ́тью фІыщІэшхуэ ещІ къуэшхэм апхуэдэу зэрагъэсауэ щытар. Абы жеІэж: «ЗыщыбгъасэкІэ Іэмал имыІэу ущыуэнущ. Сэ си гуапэт апхуэдэу къыщыхъум деж самыгъэкъуаншэу, а щыуагъэхэм дерс къыхэсхыу, си лэжьыгъэр езгъэфІэкІуэну къуэшхэр къызэрыздэІэпыкъуар» d.
19. Мы статьям сытым фыхуигъэуша?
19 Хьисэ щІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-р дапхуэдэу зэригъэкІуар? Абы и лъэужь ирикІуэхэр игъэгушхуащ, къалэныщІэхэм хуигъэхьэзыращ икІи Алыхьым и Псалъэр нэхъыфІу къагурыІуэну абыхэм ядэІэпыкъуащ. Дэри абы щапхъэ тедвгъэх (1 Пет. 2:21). Хьисэ къыддэІэпыкъуну дыщыгугъ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дыкъигъэгугъащ: «Дунейм и кІэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ» (Мт. 28:20).
15 УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
a Инджылми Библием щыщ нэгъуэщІ тхылъхэми щытопсэлъыхь лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и гъэсэнхэм мызэ-мытІэу зэрызакъригъэлъэгъуам. Ар ялъэгъуащ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием (Ин. 20:11—18); нэгъуэщІ цІыхубзхэм (Мт. 28:8—10; Лк. 24:8—11); абы и гъэсэн цІыхухъуитІым (Лк. 24:13—15); Петр (Лк. 24:34); апостолхэм, Фомэ ямыгъусэу (Ин. 20:19—24); апостолхэм, Фомэ я гъусэу (Ин. 20:26); Хьисэ и гъэсэнхэм щыщу цІыхуиблым (Ин. 21:1, 2); 500 щІигъу гъэсэнхэм (Мт. 28:16; 1 Кор. 15:6); и къуэш Екъуб (1 Кор. 15:7); апостолхэм псоми (Апост. 1:4) икІи апостолхэм, Вифание жылэм и гъунэгъуу (Лк. 24:50—52). НэгъуэщІ Іуэхугъуэхэри щыІагъэнкІэ хъунущ, ауэ абыхэм теухуауэ Библием зыри иткъым (Ин. 21:25).
b jw.org сайтым илъ «Мэссихьым теухуауэ бегъымбархэм жаІахэр Хьисэ и деж гъэзэщІа щыхъуа?» жыхуиІэ статьям Мэссихьым теухуа пророчествэхэр къыщыбгъуэтыфынущ.
c Языныкъуэ къуэшхэр районнэ лэжьыгъэм илъэс 25-м щыщІэдзауэ хэтыфынущ. Ауэ япэщІыкІэ ахэр зэхуэсым и нэхъыжьу зэман гуэркІэ лэжьэн хуейщ.
d Зэхуэсым и нэхъыжьхэр иджыри дапхуэдэу къуэш ныбжьыщІэхэр зэхуэсым щыщхэм щІэгъэкъуэн хуэхъуну хуагъэсэфынуми мы статьяхэм къыщыпщІэфынущ: 2018 гъэм, августым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 13—14 напэкІуэцІхэм ит 15—17 абзацхэм, абы нэмыщІ 2015 гъэм, апрелым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 3—13 напэкІуэцІхэм итым.
e СУРЭТХЭМ ИТЫР. Къуэшым Библие иригъаджэм и гъусэу едзыгъуэ зэпкърех икІи доІэпыкъу Иеговэ сытым игъэгуфІэми къыгурыІуэну. Абы иужь Библие еджэм мурад ищІащ ёлкэр зэрагъэщІэращІэ игрушкэхэр хыфІидзэну.