Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР

Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэфпщытэж

Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэфпщытэж

Куэд мыщІэу узэджар щыпщыгъупщэж къэхъурэ? Дэтхэнэ зыми апхуэдэу къытщощІ. Сыт-тІэ апхуэдэм деж тщІэ хъунур? Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэпщытэж.

Зыгуэр щыбджым деж укъэувыІэурэ узэджэм егупсыс. Аращ апостол Паул и письмохэм щыщ зымкІэ къуэш, шыпхъухэр зыхуигъэушар. Абы итхащ: «ЖытІэ псом я нэхъыщхьэр мыращ» (Евр. 8:1). Апхуэдэу Паул къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуащ и письмом ит гупсысэхэр зэрызэпхар къагурыІуэну.

Узэджам и гупсысэ нэхъыщхьэхэм уегупсысыжын щхьэкІэ дакъикъипщІ хухэпх хъунущ. Гупсысэ нэхъыщхьэр къыпхуэмыщІэжмэ, псалъащхьэхэмрэ гупсысэ нэхъыщхьэр зыхэт пычыгъуэмрэ еплъ (и нэхъыбэм деж ар абзацым ипэм ит псалъэухаращ). ЩІэ гуэр къэпщІауэ щытмэ, ар къызэрыбгурыІуар уи псалъэмкІэ зэрыжыпІэжыным хущІэкъу. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэппщытэжмэ, узэджар уи щхьэм къызэринэнум нэмыщІ, ар уи гъащІэм нэхъыфІу къызэрыщыбгъэсэбэпынур къыбгурыІуэнущ.