43 СТАТЬЯР
90 УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
Шэч къызытепхьэ Іуэхур дапхуэдэу зэрызэхэбгъэкІ хъунур?
«Іуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху» (1 ФЕС. 5:21).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу гупсысэхэм дапхуэдэу дыпэлъэщ хъунуми.
1, 2. 1) Иеговэ и лэжьакІуэхэм сытым шэч къытрахьэу щІадзэнкІэ хъуну? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
ДЭ ПСОМИ, ди ныбжьым емылъытауэ, зыгуэрым шэч къыщытетхьэ a къохъу. Псалъэм папщІэ, ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ Иеговэ гу къылъимытэу къызыщыхъу ныбжьыщІэ. Абы къыхэкІкІэ ар тегушхуэкъым псым зыщІигъэуэну. Е дегупсысынщ и щІалэгъуэм Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ ахъшэ къэлэжьыныр ипэ изымыгъэща къуэшым. Иджы и унагъуэм ахъшэ зэрыхуримыкъум къыхэкІкІэ абы шэч къытрехьэ: «Япэм щыгъуэ къэсщта унафэр тэмэму пІэрэ?» — жиІэу. Е зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъум и гугъу тщІынщ. Абы япэм ищІэу щытам хуэдиз иджы зэрыхуэмыщІэжыр игу къоуэ. Фэ зэгуэр мыпхуэдэ упщІэхэр фиІауэ пІэрэ: «Иеговэ сэ гу къыслъитэрэ? Иеговэ и лэжьыгъэр япэ зэризгъэщам мыхьэнэ гуэр иІэу пІэрэ? Иеговэ дежкІэ иджыпстуи зыгуэркІэ сыкъэсэбэпрэ?»
2 Апхуэдэ гупсысэхэр гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым. Абыхэм ди фІэщхъуныгъэр махэ ящІыфынущ, уеблэмэ а гупсысэхэм я зэранкІэ Иеговэ хуэлэжьэн щыдгъэтынкІэ хъунущ. Аращи, Иеговэ гу къызэрытлъитэм, унафэ тэмэм къызэрытщтам, иджыпстуи Иеговэ и лэжьыгъэм дыкъызэрыщысэбэпым шэч къытетхьэмэ, Библиер дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ.
ШЭЧ КЪЫЗЫТЕТХЬЭ ІУЭХУР ДАПХУЭДЭУ ЗЭХЭДГЪЭКІ ХЪУНУ?
3. Зыгуэрым шэч къытетхьэу щыщІэддзэм деж сыт тщІэн хуейр?
3 Зыгуэрым шэч къытетхьэу щыщІэддзэм деж, псом япэрауэ, дэ Алыхьым и Псалъэм чэнджэщ къыщытлъыхъуэн хуейщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ, ди фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ тщІынущ (1 Кор. 16:13).
4. «Іуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху» жыхуиІэ чэнджэщым сыт къикІыр? (1 Фессалоникэ 5:21).
4 Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:21. Гу лъыфтэ Библием псори «дгъэунэхуну» дызэрыхуигъэушым. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Зыгуэр ди фІэщ тщІын ипэ ар Библием итым техуэрэ темыхуэрэ зэхэдгъэкІын хуейщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ гу къызэрылъитэм ныбжьыщІэм шэч къытрехьэ. Ауэ цІыхум апхуэдэ гупсысэ игу къызэрыкІам къикІкъым Иеговэ абы гу къылъимытэу. Аращи, а цІыхум Иеговэ къызэрыхущытыр БиблиемкІэ къищІэн хуейщ.
5. Ди упщІэм теухуауэ Иеговэ и жэуапыр дапхуэдэу «зэрызэхэтхынур»?
5 Библием дыщеджэм деж дэ Иеговэ и макъыр зэхэтхым хуэдэщ. Ауэ уэ упщІэ гуэрым теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къэпщІэну ухуеймэ, абы къару епхьэлІэн хуейщ. Абы щхьэкІэ пфІэгъэщІэгъуэн темэм хуэкІуэу Библием ит едзыгъуэхэр ди публикациехэм къыщылъыхъуэ (Прит. 2:3—6). Уи упщІэм и жэуапыр къэбгъуэтыну Иеговэ елъэІу. Абы нэмыщІ уи Іуэхум хуэкІуэ Библием ит принципхэмрэ сэбэп къыпхуэхъуну информациерэ къэлъыхъуэ. Уэ иджыри къыбдэІэпыкъунущ Библием зи гугъу ищІыж Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я гъащІэм теухуауэ уеджэмэ. Абыхэми дэ ди гугъуехьхэм хуэдэ яІэу щытащ.
6. ЗэІущІэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур шэч къызытетхьэ Іуэхур зэхэдгъэкІыну?
6 Абы нэмыщІ Иеговэ и макъыр зэІущІэхэм «щызэхэтхыфынущ». Дэ ахэр блэдмыгъэкІыу дыкІуэмэ, ди упщІэхэм я жэуапхэр псалъэ гъэхьэзырахэм е къуэш, шыпхъухэм я жэуапхэм щызэхэтхыфынущ (Прит. 27:17). АдэкІэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ Алыхьым и лэжьакІуэхэм иныкъуэхэм деж сытым шэч къытрахьэми.
ИЕГОВЭ СЭ ГУ КЪЫСЛЪИТЭРЭ?
7. Языныкъуэхэм сыт хуэдэ упщІэ яІэнкІэ хъуну?
7 «Иеговэ сэ гу къыслъитэу пІэрэ?» — жыпІэу зэгуэр узэупщІыжа? Уэ зыри уримыщІысу къыпщыхъумэ, псори къэзыгъэщІа Алыхьым ныбжьэгъу ухуэмыхъуфыну уегупсысынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр пащтыхь Даути иІауэ къыщІэкІынщ. Абы игъэщІагъуэт Иеговэ цІыхухэм гулъытэ зэрахуищІыр. Зэгуэр Даут мыпхуэдэ упщІэ къиІэтащ: «Иеговэ, цІыхур зищІысыр сыт, уэ абы гу лъыптэну, цІыху лІэжыным и къуэр зищІысыр сыт, уэ абы укІэлъыплъыну?» (Пс. 144:3). Иеговэ и нэІэ уэ къызэрыптригъэтыр дапхуэдэу къызэрыпщІэнур?
8. Иеговэ цІыхум щеплъым деж гу зылъитэр сыт? (1 Самуила 16:6, 7, 10—12).
8 Дэ Библием къыщыдощІэ Иеговэ цІыху псоми гулъытэ зэрыхуищІыр, уеблэмэ зыри иримыщІысу адрейхэм къалъытэхэми. Псалъэм папщІэ, абы зэгуэр бегъымбар Самуел Иессэ деж игъэкІуащ. Иессэ и къуэхэм щыщ зыр Израилым и пащтыхьу щытын щхьэкІэ Самуел абы дагъэ щихуэну Алыхьым унафэ ищІат. Иессэ и къуэ нэхъыщІэ Даут b къищынэмыщІауэ адрей и къуэ нэхъыжьиблыр къриджащ. Ауэ Иеговэ къыхихар нэхъыщІэрат. (Къеджэ 1 Самуила 16:6, 7, 10—12.) ЦІыхухэм ямылъагъур Иеговэ илъагъут икІи абы ищІэт Даут фІыщэу къызэрилъагъур.
9. Иеговэ уэ фІыуэ узэрицІыхур сытым къыхэщрэ? (Сурэтми феплъ.)
9 Иеговэ гу къызэрыплъитэр узэригъэлъагъу щІыкІэм егупсысыт. Абы уэ уи Іуэхум хуэкІуэ чэнджэщ къыует (Пс. 32:8). Иеговэ фІыуэ узэрицІыхур абы къигъэлъагъуэркъэ? (Пс. 139:1). Иеговэ и чэнджэщхэр къыщыбгъэсэбэпкІэ ахэр къызэрыбдэІэпыкъур плъагъунущ икІи апхуэдэу къыбгурыІуэнущ Иеговэ уи гъащІэм зэрыхэтыр (1 Лет. 28:9; Апост. 17:26, 27). Алыхьым елъагъу абы ухуэлэжьэну икІи уедэІуэну узэрыхущІэкъур. Уэ пхэлъ хьэл-щэн дахэхэр абы лъапІэу елъытэ икІи уигъэныбжьэгъуну хуейщ (Иер. 17:10). Уэри абы ныбжьэгъу ухуэхъуу щытмэ, ар абы игъэгуфІэнущ (1 Ин. 4:19).
УНАФЭ ТЭМЭМ КЪЭСЩТАУЭ ПІЭРЭ?
10. Дэ ди гъащІэм дыщегупсысым деж сытым шэч къытетхьэу щІэддзэнкІэ хъуну?
10 Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр я гъащІэм щегупсысым деж «унафэ пэж къэсщтауэ пІэрэ?», — жаІэу егупсысу щІадзэ. Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ, абыхэм лэжьапІэфІ е бизнес гуэр къагъэнауэ къыщІэкІынщ. Аращи, илъэс бжыгъэ куэд дэкІащ. Зи гъащІэм ахъшэр япэ изыгъэща цІыхухэм гугъуехь зыри ямыІэ хуэдэу щалъагъукІэ ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Иеговэ и лэжьыгъэр япэ зэризгъэщамкІэ сыщымыуауэ пІэрэ, е ІэмалыфІ гуэр зыІэщІэзмыгъэкІауэ пІэрэ?»
11. 73 псаломыр зытхар зыгъэгузавэр сытыт?
11 Уэри апхуэдэ гупсысэхэр зэман-зэманкІэрэ уигу къэкІыу щытмэ, 73 псаломым итыр сэбэп къыпхуэхъунущ. Ар зытха цІыхухъуми апхуэдэ гурыщІэхэр иІащ. Абы илъагъут Алыхьым хуэмылажьэхэм узыншагъэ быди мылъкуи яІэу икІи гугъуехь лъэпкъи ямыІэу къыщыхъут (Пс. 73:3—5, 12). А цІыхухэм елъытауэ езым и гъащІэм мыхьэнэ имыІэу абы къыщыхъут. Апхуэдэ гупсысэ хьэлъэхэм махуэ къэс абы и лъэр щІахт (Пс. 73:13, 14). А гурыщІэхэм ар дапхуэдэу зэрыпэлъэщар?
12. 73 псаломыр зытхам и гурыщІэ Іейхэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъуар? (Псалом 73:16—18).
12 Къеджэ Псалом 73:16—18. Мы псаломыр зытхар Иеговэ и унэшхуэм щІыхьа иужь и гупсысэкІэм зихъуэжащ. Абы къыгурыІуащ Иеговэ хуэмылажьэхэм я гъащІэр иджыпсту тыншу щытми, къэкІуэну зэманым теухуауэ абыхэм гугъэ зэрамыІэр. Абы иджыри къыгурыІуащ Иеговэ и лэжьыгъэр япэ зэрыригъэщамкІэ унафэ тэмэм къызэрищтар. Апхуэдэу абы гупсэхугъуэ игъуэтыжащ икІи къару иІэ хъуащ Иеговэ адэкІи пэжу хуэлэжьэну (Пс. 73:23—28).
13. Унафэ пэж къызэрыпщтам шэч къытепхьэу щытмэ, сыт пщІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)
13 Уэри унафэ пэж къызэрыпщтам шэч къытепхьэу щытмэ, гупсэхугъуэ зэбгъэгъуэтыжыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Иджыпсту фІыгъуэ уиІэхэм егупсыс. Иеговэ уэркІэ арэзыуэ зэрыщытыр мылъкуу щыІэм нэхърэ нэхъ лъапІэщ. Иеговэ хуэмылажьэхэм-щэ? Сыт абыхэм къапэщылъыр? А цІыхухэр зыщІэхъуэпсри, зыщыгугъри, яІэ ехъулІэныгъэхэри зыпыщІар мы дунейращ. Аращи, абыхэм я гъащІэм нэхъыбэ дыдэу зрагъэгъуэтыфынур лэжьапІэфІрэ я щхьэр зэрагъэтыншымрэщ. Ауэ дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэфынум нэхърэ нэхъ фІыгъуэ куэд Иеговэ тхуигъэхьэзыращ (Пс. 145:16). Абы нэмыщІ Иеговэ дыхуэлэжьэну къыхэдмыхауэ щытамэ, ди гъащІэр зэрыхъунур тщІэртэкъым. Шэч хэлъкъым: Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ унафэ гуэр къатщтэу щытмэ, абы Іэмал имыІэу насыпыфІэ дищІынущ.
ИДЖЫПСТУИ ИЕГОВЭ ЗЫГУЭРКІЭ СЭБЭП СЫХУЭХЪУУ ПІЭРЭ?
14. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІэ икІи абыхэм сыт хуэдэ упщІэ яІэфыну?
14 Я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам, я узыншагъэм зэрыкІэричам е ныкъуэдыкъуэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм япэм Иеговэ хуащІэу щытам хуэдиз яхузэфІэкІыжкъым. Абы къыхэкІкІэ а къуэш, шыпхъухэм зыри иримыщІысу къащыхъуфынущ икІи «иджыпсту Иеговэ зыгуэркІэ сэбэп сыхуэхъуу пІэрэ?» — жаІэу ахэр егупсысыфынущ.
15. 71 псаломыр зытхам сытыт шэч къызытримыхьэр?
15 71 псаломыр зытхам апхуэдэ гурыщІэхэр иІащ. Ар Алыхьым мыпхуэдэу елъэІут: «Къару сыщимыІэжым деж сыкъыумыгъанэ» (Пс. 71:9, 18). Мы псалъэхэр зытхам зыхищІэт къарууншэ зэрыхъуар, ауэ Алыхьым хуэпэжу къанэмэ, ар абы зэи къызэримыгъэнэнум шэч къытрихьэтэкъым. Ноби Иеговэ зихъуэжакъым: абы дежкІэ мыхьэнэ зиІэр дэ диІэ къаруракъым, атІэ ар къызэрыдгъэсэбэпыращ (Пс. 37:23—25).
16. Зи ныбжь хэкІуэтахэм сыт ящІэфынур Иеговэрэ нэгъуэщІхэмрэ щхьэкІэ? (Псалом 92:12—15).
16 Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, фи Іуэхум Иеговэ и нэкІэ фызэреплъыным фыхущІэкъу. Фи къарум кІэричами, ар къывдэІэпыкъунущ адэкІи абы фыхуэлэжьэну. (Къеджэ Псалом 92:12—15.) ФхузэфІэмыкІым фегупсыс нэхърэ фхузэфІэкІым фи акъылыр тевухуэмэ нэхъыфІщ. Фэ адэкІи Алыхьым пэжу фызэрыхуэлажьэм къуэш, шыпхъухэм я гур хегъахъуэ. Абы нэмыщІ ахэр вгъэгушхуэфынущ гулъытэ зэрахуэфщІымкІэ. Фи гъащІэм къриубыдэу Иеговэ къызэрывдэІэпыкъуам икІи псом хуэмыдэу дунеищІэм фыщІыпэплъэм теухуауэ абыхэм яжефІэ. ИкІи нэгъуэщІхэм щхьэкІэ жыфІэ тхьэлъэІухэм къаруушхуэ зэрыщІэлъыр зыщывмыгъэгъупщэ (1 Пет. 3:12). Ди Іуэхур дапхуэдэу щымытами, дэ тщыщ дэтхэнэ зыми Иегови нэгъуэщІхэми зыгуэр хуэтщІэфынущ.
17. НэгъуэщІхэм зедгъэпщэн щІыхуэмейр сыт?
17 Иеговэ хуэпщІэр уфІэмащІэмэ, уигу зумыгъэбгъэж. Уэ пхузэфІэкІыр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Зыгуэрым зебгъапщэу щытмэ, апхуэдэу умыщІэмэ нэхъыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ уэ зыми уригъапщэкъым (Гал. 6:4). Псалъэм папщІэ, Мэрием мэ гуакІуэ къызыпих дагъэ лъапІэ Хьисэ тыгъэ хуищІащ (Ин. 12:3—5). Фызабэ тхьэмыщкІэм Иеговэ и унэшхуэм гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитІ фІэкІа пхъуантэм иридзэфакъым (Лк 21:1—4). Ауэ Хьисэ а цІыхубзитІыр зригъэпщакъым. Абы и дежкІэ мыхьэнэ зиІар абыхэм къахьа тыгъэм и лъапІагъэратэкъым, атІэ я фІэщхъуныгъэрат. Иеговэ и лэжьакІуэхэм апхуэдэ дыдэущ зэреплъыр. Аращи, лъагъуныгъэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ къыхэкІкІэ Иеговэ хуэпщІэфыр абы мащІэу къилъытэкъым. Абы и дежкІэ ар лъапІэщ!
18. Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу гупсысэхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? (« Иеговэ и псалъэхэр къыддэІэпыкъунущ абы дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу гупсысэхэм дыпэлъэщыну» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
18 Дэ псоми зэман-зэманкІэрэ зыгуэрым шэч къытыдохьэ. Зэрытлъэгъуащи, Библиер къэдгъэсэбэпурэ Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу гупсысэхэм дыпэлъэщыфынущ. УпщІэ гуэрхэм дагъэпІейтеймэ, абыхэм я жэуапхэр Библием къыщытлъыхъуэнщ. Абы щыгъуэ дэ шэч къытетхьэнукъым Иеговэ гу къызэрытлъитэм, абы и лэжьыгъэр япэ зэридгъэщыр лъапІэу зэрилъытэм икІи Іэмал имыІэу фІыгъуэ куэд къызэрытхуищІэжынум. Зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр псори фІыуэ елъагъу икІи и нэІэ ятригъэтщ.
111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы статьям шэч къытехьэн жытІэу зи гугъу тщІынур Иеговэ хуэлэжьэну цІыхум зэран къыхуэхъу гупсысэхэращ. Псалъэм папщІэ, цІыхум и гугъэфынущ Иеговэ ар лъапІэу имылъытэу икІи япэм ищІа унафэхэм Іущагъ хэмылъауэ. А гупсысэхэм къагъэлъагъуэкъым цІыхум фІэщхъуныгъэ хуримыкъуу.
b Иеговэ Даут къыщыхихам щыгъуэ, и ныбжьым теухуауэ Библием зыри имытми, ар ныбжьыщІэу щытауэ къыщІэкІынущ. (2011 гъэм, сентябрым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 29 напэкІуэцІым, 2 абзацым феплъ.)