Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Сэлмэн ищІа Алыхьым и унэшхуэм къыпыщІыхьа щІыхьэпІэм дапхуэдизт и лъагагъыр?

Пэш лъапІэм узэрыщІыхьэ, Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэр езым пыщІыхьауэ щытт. 2023 гъэм «ДунеищІэ» жаІэу зэрадзэкІа Библием щыжыІащ: «Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэм и кІыхьагъыр ІэфракІэу 20 хъут, ар езы унэм и бгъуагъым хуэдизт, и лъагагъыр 120 хъут» (2 Лет. 3:4). НэгъуэщІхэми зэрадзэкІа Библиехэм а бжыгъэ дыдэращ итыр — «ІэфракІэу 120». Апхуэдэу щытмэ, абы и лъагагъыр метр 53 хъут!

Ауэ 2023 гъэм щыщІэдзауэ «ДунеищІэ» жаІэу зэрадзэкІауэ къыдагъэкІ Библием, Сэлмэн ищІа унэшхуэм и щІыхьэпІэм и лъагагъыр «ІэфракІэу 20 хъууэ» итщ a (е хуэгъэфэщауэ метрибгъу). А зэхъуэкІыныгъэм щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ.

Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэм и лъагагъым теухуауэ 1 Царей 6:3 зыри щыжыІакъым. Царей тхылъыр зытха Иеремие а едзыгъуэм Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэм и бгъуагъымрэ и кІыхьагъымрэ и гугъу щищІащ, ауэ и лъагагъым теухуауэ зыри щыжиІакъым. Ауэ къыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм Алыхьым и унэшхуэм пыщІауэ хъуам убгъуауэ ар тепсэлъыхьащ. Абы нэмыщІ ар иджыри хъурейуэ гъэжа тенджызым, гу цІыкІуипщІым, Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэм деж щыта гъуаплъэм къыхэщІыкІа колоннитІым тепсэлъыхьащ (1 Цар. 7:15—37). А щІыхьэпІэм пэж дыдэу и лъагагъыр метр 50 щІигъумэ, ар Алыхьым и унэшхуэ псом нэхърэ нэхъ лъагэнут. Апхуэдэу щытмэ, сыт Иеремие абы и гугъу щІимыщІар? Илъэсищэ бжыгъэ дэкІа иужь журтхэм я тхыдэм елэжьахэм ятхакъым Алыхьым и унэшхуэм и щІыхьэпІэр езы унэшхуэм нэхърэ нэхъ лъагэу щытауэ.

ЩІыхьэпІэм и лъагагъыр ІэфракІэу 120 хъууэ щытатэмэ, и блынхэм хуэмышэчынкІэ хъунут. Ижь зэманым мывэмрэ чырбышымрэ къыхэщІыкІауэ унэ лъагэхэр щащІи щыІэт. Псалъэм папщІэ, Мысырым щыІэ тхьэлъэІупІэхэм я куэбжэхэм и лъабжьэр бгъуэт, и щхьэр нэхъ псыгъуэ хъуурэ дэкІуейт. Ауэ Сэлмэн Алыхьым и унэшхуэр зэриухуар нэгъуэщІут. ЩІэныгъэлІхэм зэрыхуагъэфащэмкІэ а блынхэм я Іувагъыр ІэфракІихым нэхърэ нэхъ бгъуэтэкъым (е метрэу 2,7). Тхыдэм елэжь архитектор Те́одор Бу́синк мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «ЩІыхьэпІэм и блыным и Іувагъым тепщІыхьмэ, абы и лъагагъыр ІэфракІэу 120 хъуфынутэкъым».

2 Летопись 3:4 пычыгъуэр къыщыратхыкІыжым щыуауэ къыщІэкІынщ. Ижь зэманым щыІа Іэрытххэм а пычыгъуэр зэритыр «120». Ауэ нэхъ дзыхь зыхуащІ Іэрытххэм «Александрийский кодекс» (ди эрэм V лІэщІыгъуэ), абы нэмыщІ «Амвросианский кодекс» (ди эрэм VI лІэщІыгъуэ) жыхуаІэхэм, а пычыгъуэм зэритыр «ІэфракІэ 20». КъизытхыкІыжыр «120» жиІэу итхыу щыуэнкІэ щІэхъунур сытыт? ЖуртыбзэкІэ «120» зэратхыр «щэ тІощІ». «Щэ» псалъэмрэ «ІэфракІэ» псалъэмрэ я тхыкІэр зэщхьти, къизытхыкІыжым «ІэфракІэм» и пІэкІэ «щэ» жиІэу итхыфынут.

ДауикІ, дэ тфІэгъэщІэгъуэнщ Сэлмэн ищІа Алыхьым и унэшхуэм теухуауэ куууэ зэпкърытхыу, ар ди нэгу къыщІэдгъэхьэну. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр а унэм Иеговэ и духовнэ Унэшхуэр къызэригъэлъагъуэращ. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ и Унэм щІыхь къыщыхуэтхьыну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ! (Евр. 9:11—14; Апок. 3:12; 7:9—17).

a 2 Летопись 3:4 и сноскэм къыдгурегъаІуэр: «Ижь зэманым щыІа Іэрытххэм „120“ щыжыІащ, адрей Іэрытххэмрэ языныкъуэ Библие зэрадзэкІахэмрэ — „ІэфракІэ 20“ жиІэу итщ».