Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

37 СТАТЬЯР

118 УЭРЭДЫР «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

Ди фІэщхъуныгъэр тхъумэну, и кІэм нэси теубыдагъэ диІэну къыддэІэпыкъуну письмо

Ди фІэщхъуныгъэр тхъумэну, и кІэм нэси теубыдагъэ диІэну къыддэІэпыкъуну письмо

«Нэхъапэм дызыщыгугъа Іуэхухэм и кІэм нэсыху дыхуэпэжынщ» (ЕВР. 3:14).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Журтхэм хуэгъэза письмом ит чэнджэщхэм ноби ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэриІэм. Ахэр дэ къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр тхъумэну икІи мы дунейм и кІэм нэсыху теубыдагъэ диІэну.

1, 2. 1) Апостол Паул журтхэм письмо щахуитхам сытыт Иудэм щыпсэухэм я Іуэхур зыІутыр? 2) Паул и письмор игъуэ дыдэу сытыт жыпІэ щІэхъунур?

 ЕРУСАЛИМРЭ Иудэ хэкумрэ щыпсэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъуехь куэдым пэщІэхуэт. Хьисэ лІа иужь куэд дэмыкІыу къэунэхуа зэхуэсыщІэр хуабжьу кърахуэкІыу щІадзащ (Апост. 8:1). Хуэгъэфэщауэ илъэс 20 дэкІа иужь гъаблэшхуэ къэхъури, Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдыр къулейсыз хъуащ (Апост. 11:27—30). Ауэ ахэр хуабжьу къыщрамыхуэкІ зэман гуэри къахуихуэт. Апхуэдэ зы лъэхъэнэ гуэрым, хуэгъэфэщауэ ди эрэм 61 гъэм, Апостол Паул Алыхьым хуигъэушащ къуэш, шыпхъухэм письмо яхуитхыну. Абыхэм къапэщылъ гугъуехьым зыхуагъэхьэзырын щхьэкІэ а письмом ита чэнджэщхэр игъуэ дыдэт.

2 Паул итха письмор игъуэ дыдэу сытыт жыпІэ щІэхъунур? Хьисэ зи гугъу ищІа гузэвэгъуэшхуэри Ерусалим щызэтракъутэну зэманри къэблагъэт (Лк. 21:20). ДауикІ, Паули Иудэ хэкум щыпсэу къуэшхэми ящІэтэкъым а Іуэхугъуэр къыщыхъуну зэманыр. Ауэ Іеищэу къыщрамыхуэкІ зэман кІэщІыр къагъэсэбэпу, зэхуэсым щыщхэм гузэвэгъуэшхуэм зыхуагъэхьэзырыфынут. А зэхуэсым щыщхэр я фІэщхъуныгъэмрэ я теубыдагъэмрэ фІыуэ елэжьын хуейт. АбыкІэ Паул и письмор абыхэм хуабжьу къадэІэпыкъуащ (Евр. 10:25; 12:1, 2).

3. Паул журтхэм яхуитха письмор ноби Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыткІэ щхьэпэ яхуэхъуну?

3 Япэ лІэщІыгъуэм къэхъуа гузэвэгъуэшхуэм нэхърэ ди зэманым къэхъуну гузэвэгъуэшхуэр куэдкІэ нэхъ хьэлъэу щытынущ (Мт. 24:21; Апок. 16:14, 16). Аращи, дыхэплъэнщ Иудэм щыпсэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита чэнджэщхэр дапхуэдэу нобэ къыддэІэпыкъунуми.

ДУХОВНЭУ БАЛИГЪ ДЫЗЭРЫХЪУНЫМ ДЫХУЩІЭКЪУНЩ

4. Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІэт? (Сурэтми феплъ.)

4 Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я Іуэхур тынштэкъым. Зэман куэдкІэ журтхэр Алыхьым и лъэпкъыу щытащ. Абыхэм я дежкІэ Ерусалим къалэм мыхьэнэшхуэ иІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и тепщэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ пащтыхьхэр а къалэм щытепщэт. Иджыри абы дэтт Алыхь пэжыр щагъэлъапІэ унэшхуэр. Пэжагъ зыгъэлъагъуэ журтхэр Мусэ и Хабзэмрэ дин пашэхэм ягъэува хабзэхэмрэ тетт. А хабзэхэм абыхэм къагуригъаІуэт шхыным, сунэт щІыным икІи нэгъуэщІ лъэпкъхэм зэрахущытын хуей щІыкІэм теухуауэ. Хьисэ и гъащІэр къурмэныпхъэу ита иужь Мусэ и хабзэр бгъэзэщІэн хуеижтэкъым, къурмэн къыщІэпхьын щхьэусыгъуи щыІэжтэкъым. Хьисэ и лъэужь иува журтхэм Мусэ и хабзэр къагъанэу, хабзэщІэм тетын хуейт (Евр. 10:1, 4, 10). Уеблэмэ, апостол Петр хуэдэ духовнэ балигъхэм дежкІи языныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэм уесэну тынштэкъым (Апост. 10:9—14; Гал. 2:11—14). Абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь иувахэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дин пашэхэм хуабжьу кърахуэкІт.

Иудэ хэкум щыпсэу дин пашэхэм жаІэм емыдаІуэу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр пэжым быдэу тетын хуейт (4, 5 абзацхэм феплъ.)


5. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьт зыпэщІэтын хуейр?

5 Иудэм щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуабжьу къытракъузэт. Дин пашэхэм Хьисэ и лъэужь иувахэр диным епцІыжауэ жаІэт. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ пщІэ зыхуащІ языныкъуэ къуэшхэми Мусэ и хабзэм тетыным трагъэчыныхьт. А къуэшхэм апхуэдэу щІыжаІэр кърамыхуэкІын щхьэкІэу къыщІэкІынт (Гал. 6:12). А зэманым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сытыт къадэІэпыкъунур Иеговэ пэжу къыхуэнэну?

6. Паул къуэш, шыпхъухэр сытым хуигъэуша? (Еврейхэм 5:14—6:1).

6 Паул и письмомкІэ къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ Алыхьым и Псалъэр нэхъ куууэ яджыну. (Къеджэ Еврейхэм 5:14—6:1.) ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къигъэсэбэпу абы къигъэлъэгъуащ Хьисэ и лъэужь урикІуэу Алыхьым ухуэлэжьэныр куэдкІэ зэрынэхъ щхьэпэр, Мусэ и Хабзэм утету Алыхьым ухуэлэжьэным нэхърэ a. Паул хуейт Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІэныгъэ нэхъыбэ зрагъэгъуэту пэжыр нэхъыфІу къагурыІуэну. Абыхэм ар къадэІэпыкъунут пэжымрэ пцІымрэ зэхагъэкІыу, щІэныгъэ нэпцІым пэІэщІэ зыхуащІыну.

7. Нобэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр диІэ?

7 Нобэ дэри куэдрэ зэхыдох Иеговэ и хабзэ къабзэхэм пэщІэувэ гупсысэхэр. Ди бийхэм сыт хуэдэ Іэмалри къагъэсэбэпу дагъэкъуаншэ, Библием ит хабзэ къабзэхэм дытету дызэрыпсэум щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм жаІэ сексым теухуауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм яІэ еплъыкІэр ткІииІуэу. Зэманыр кІуэтэху цІыхухэм я гупсысэкІэр Алыхьым и гупсысэкІэ къабзэм куэдкІэ нэхъ къыщхьэщыкІыурэ макІуэ (Прит. 17:15, Гъэсэпэтхыдэхэр). Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ пэжымрэ пцІымрэ зэхэдгъэкІыным икІи шынэм зызэщІедмыгъащтэу адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэным (Евр. 13:9).

8. АдэкІи Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?

8 Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ Алыхьым и еплъыкІэ зрагъэгъуэтыну. Дэри а чэнджэщым дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щхьэкІэ Библиер куууэ дджыуэ Иеговэ зэрыгупсысэм хуэдэу дыгупсысэу зедгъэсэн хуейщ. А Іуэхугъуэр ди гъащІэ псокІэ йокІуэкІ, псым зыщІэдгъэуа иужьи ар къэувыІэкъым. Пэжыр къызэрытщІэрэ илъэс дапщэ мыхъуами, дэ псоми зэпымыууэ Библием деджэн икІи ар куууэ зэпкърытхын хуейщ (Пс. 1:2). Библием дызэреджэ графикыр фІыуэ зэтедухуэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэну. А хьэл-щэныращ Паул и письмор щитхым нэхъыбэу гулъытэ зыхуищІар (Евр. 11:1, 6).

«ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ И ГЪУЭГУМ ДРОКІУЭРИ... ДЫМЫКІУЭДУ ТХЬЭМ ДЫКЪРЕГЪЭЛ»

9. Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэн щІыхуейр сытыт?

9 Къэблагъэ гузэвэгъуэшхуэм пхрыкІын щхьэкІэ, Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэн хуейт (Евр. 10:37—39). Хьисэ жиІауэ щытат зэгуэр бийхэм я дзэм Ерусалим къалэр къызэраувыхьынур. Абы щыгъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр бгымкІэ жэн хуейт. А унафэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыри едэІуэн хуейт — къалэм дэсхэри, къалэм и Іэгъуэблагъуэм щыпсэухэри (Лк. 21:20—24). Пасэрей зэманым цІыхухэм бийхэр къащытеуэм деж, блын быдэ зиІэ къалэхэм зыщагъэпщкІут. Абы къыхэкІкІэ къалэм укъыдэкІыу бгыхэм зыщыбгъэпщкІуным акъыл хэмылъу къыпщыхъуфынут. Хьисэ и псалъэхэм едэІуэн щхьэкІэ, абы и лъэужь ирикІуэхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэн хуейт.

10. ФІэщхъуныгъэ быдэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым хуигъэушын хуейт? (Еврейхэм 13:17).

10 Абы нэмыщІ Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм дзыхь хуащІын хуейт. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ пыухыкІа ящІауэ къыщІэкІынт дапщэщ икІи дапхуэдэу къалэм къыдэкІын хуейми. (Къеджэ Еврейхэм 13:17.) Еврейхэм 13:17 ит «федаІуэ» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм мыпхуэдэ мыхьэнэ иІэщ: цІыхур унафэм щІедаІуэр нэгъуэщІ Іэмал имыІэу аракъым, атІэ унафэ зыщІым дзыхь хуещІри аращ. Абы къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэм гузэвэгъуэшхуэр къэсын ипэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм дзыхь хуащІу зрагъэсэн хуейт. Дунейр щымамырым щыгъуэ ахэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм я жыІэм щІэтатэмэ, зэман гугъухэм жыІэдаІуэу щытыну абыхэм дежкІэ нэхъ тынш хъунут.

11. Сыт дэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щІыхуейр?

11 Нобэ дэри фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн хуейщ. ЦІыхухэм я нэхъыбэм я фІэщ хъукъым мы дунеижьым куэд мыщІэу кІэ къызэрыхуэкІуэнур. Ахэр дэ къытщодыхьэшх абы теухуауэ Библием итыр ди фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ (2 Пет. 3:3, 4). Гузэвэгъуэшхуэм теухуауэ Библием зыгуэрхэр къытхузэІуихми, дэ иджыри куэдым дыщыгъуазэкъым. Аращи, дэ фІэщхъуныгъэ быдэ дыхуейщ мы дунейм и кІэр къэсыну Иеговэ щытриухуа зэманыр зэрыблэмыкІыным икІи и нэІэ сытым дежи къызэрыттригъэтыным теухуауэ (Авв. 2:3).

12. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур гузэвэгъуэшхуэм дыпхрыкІыну?

12 Дэ иджыри ди фІэщ хъун хуейщ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къигъэсэбэпу Иеговэ дызэриунэтІыр (Мт. 24:45). Гузэвэгъуэшхуэм щІидза иужь дэ унафэ пыухыкІахэр къытІэрыхьэну къыщІэкІынщ. А унафэхэм дызэрытетым ди гъащІэр елъытауэ щытынущ. Абы щыгъуэ дэ ди Іуэхур япэ лІэщІыгъуэм Ерусалим къалэр Рим зауэлІхэм къыщаувыхьа зэманым ещхьу щытынущ. Аращи, игъуэ дыдэщ пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм дзыхь яхуэтщІу зедгъэсэным. Дэ иджыпсту щыщІэдзауэ жыІэдаІуэу дыщымытмэ, дыщыгугъ хъунукъым гузэвэгъуэшхуэ зэманым занщІэу жыІэдаІуэ дыхъуну.

13. Еврейхэм 13:5 ит чэнджэщыр сытыт игъуэу щІыщытыр?

13 БгымкІэ щІэпхъуэну унафэ къаІэрыхьэн ипэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр «ахъшэм хуэмынэпсейуэ» Иеговэ хуэлэжьэныр я гъащІэм япэ ирагъэщу псэун хуейт. (Къеджэ Еврейхэм 13:5.) Абыхэм щыщ языныкъуэхэм мэжэщІалІэмрэ къулейсызыгъэмрэ ягъэунэхуат (Евр. 10:32—34). Япэм абыхэм хъыбарыфІым щхьэкІэ зыгуэрым зыхуагъэныкъуэну хьэзыру щытами, иужькІэ ахъшэмрэ мылъкумрэ щыгугъыу абыхэм щІадзащ. Ауэ Ерусалим къалэр щызэтракъутэкІэ ахъшэм ахэр къихъумэжынутэкъым (Екъуб 5:3). Мылъкум я гур кІэрыпщІауэ зэрыщытыр зэран къахуэхъунурат я унэри я мылъкури къагъанэу щІэпхъуэну.

14. Дапхуэдэу фІэщхъуныгъэ быдэр къызэрыддэІэпыкъунур ахъшэмрэ мылъкумрэ теухуауэ еплъыкІэ тэмэм диІэну?

14 Куэд мыщІэу Иеговэ мы дуней бзаджэр зэригъэкІуэдынур ди фІэщ хъууэ щытмэ, ахъшэмрэ хьэпшыпхэмрэ япэ увыпІэр еттынукъым. Гузэвэгъуэшхуэм деж ахъшэм мыхьэнэ лъэпкъ иІэжынукъым. Библием щыжыІащ цІыхухэм «я дыжьыныр уэрамым зэрыщыхыфІадзэнур». Абыхэм къагурыІуэнущ «дыжьынми дыщэми Иеговэ и губжь махуэм ахэр къызэрыримыгъэлынур» (Иез. 7:19). Аращи, мы дунейм ахъшэу тету хъуар къэблэжьыну иужь уимыхьэ. ДауикІ, дэ дылэжьэн хуейщ, ди щхьэри ди унагъуэри зыхуей хуэдгъэзэн щхьэкІэ. Ауэ ахъшэ къэлэжьыныр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм зэран хуэдгъэхъун хуейкъым. Іущагъ хэлъкъым щІыхуэшхуэхэм ухыхьэным е хьэпшып узыхуэмей къэпщэхуу ар зепхьэн щхьэкІэ уи зэманри уи къарури тебгъэкІуэдэным. Абы нэмыщІ ди мылъкум ди гур кІэрыпщІэн хуейкъым (Мт. 6:19, 24). Гува-щІэхами дэ псоми къыхэтхын хуей хъунущ: Иеговэ дзыхь хуэтщІыну хьэмэрэ ди мылъкум дыщыгугъыну?

«ТЕУБЫДАГЪЭ ФИІЭН ХУЕЙЩ»

15. Иудэ хэкум щыпсэу къуэш, шыпхъухэр псом хуэмыдэу теубыдагъэ щІыхуэныкъуэр сытыт?

15 Иудэ хэкум щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гъэунэхуапІэ куэд къапэщылът, абы къыхэкІкІэ ахэр теубыдагъэм хуэныкъуэт (Евр. 10:36). Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм хуабжьу къыщрамыхуэкІ зэманым пэжыр къащтати, апхуэдэ гъэунэхуапІэ зэи пэщІэхуатэкъым. Ауэ пэжым щхьэкІэ кърахуэкІахэми гугъуехь нэхъ хьэлъэхэм зыхуагъэхьэзырын хуейт. Паул жиІат ахэр и кІэм нэс пэжу къэнэн зэрыхуейр, уеблэмэ, Хьисэ хуэдэу, я гъащІэр ятыну хьэзыру щытын зэрыхуейр (Евр. 12:4). Журт лъэпкъым щыщ цІыху нэхъыбэ Хьисэ и лъэужь иувэху, абыхэм я лъэпкъэгъухэр нэхъ Іейуэ къызэщІэплъэт. Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм письмо яхуитхын ипэ илъэс зыбжанэ иІэу Ерусалим къэкІуат. Абы щыгъуэ цІыху гупышхуэм ар яукІыну хуеят. ЦІыху 40-м щІигъу «зэгурыІуэри, тхьэ яІуащ: „Паул дымыукІауэ, дышхэнукъым икІи дефэнукъым“, — жаІэри» (Апост. 22:22; 23:12—14). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр адэкІи Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ зэхуэсын, хъыбарыфІыр ягъэІун икІи я фІэщхъуныгъэр ягъэбыдэн хуейт, журт лъэпкъым щыщхэм апхуэдизу ахэр ялъагъу мыхъуу зэрыщытым емылъытауэ.

16. Еврейхэм тхылъыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур гъэунэхуапІэхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну? (Еврейхэм 12:7).

16 Иудэ хэкум щыпсэу къуэш, шыпхъухэм гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыну сытыт къадэІэпыкъунур? Абыхэм къадэІэпыкъунут гъэунэхуапІэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зэраІэр. Паул абыхэм къагуригъэІуат Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыгуэрым хуигъэсэн щхьэкІэ ахэр гъэунэхуапІэм пэщІэхуэну хуит зэрищІыфынур. (Къеджэ Еврейхэм 12:7.) Псалъэм папщІэ, цІыхур гугъуехь пэщІэхуа иужь Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэм елэжьыфынущ. А къуэш, шыпхъухэр гугъуехь зыпэщІэтым къыхэкІкІэ зыхалъхьэф хьэл-щэныфІхэм я акъылыр трагъэтатэмэ, я гугъуехьхэм нэхъ тыншу пэщІэтыфынут (Евр. 12:11).

17. Гугъуехьхэм Паул сытым хуагъэса?

17 Паул къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ теубыдагъэ яІэу гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыну. А Іуэхум теухуауэ Паул чэнджэщыфІ итыфынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зы зэман гуэркІэ абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърихуэкІыу щытами, иужькІэ езыри Хьисэ и лъэужь щиувам кърахуэкІыу щІадзат. Паул и гъащІэм къриубыдэу гугъуехь хьэлъэ куэдым пэщІэхуащ (2 Кор. 11:23—25). Абы къыхэкІкІэ Паул ищІэт дапхуэдэу абыхэм упэщІэтын хуейми: уи щхьэм ущымыгугъыу, узыщыгугъын хуейр Иеговэщ. Паул шэч лъэпкъ къытримыхьэу жиІащ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым» (Евр. 13:6).

18. КъэкІуэну зэманым дэтхэнэ зыми сыт къытпэщылъыр икІи иджыпсту щыщІэдзауэ сыт дэ тщІэн хуейр?

18 Нобэ языныкъуэ ди къуэшхэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу ирагъэхь. Дапхуэдэу дэ абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур? Япэрауэ, дэ абыхэм щхьэкІэ Иеговэ зыхуэдгъазэ хъунущ, абы нэмыщІ зэрытхузэфІэкІкІэ зыгуэркІэ дадэІэпыкъу хъунущ (Евр. 10:33). Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ: «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цІыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ» (2 Тим. 3:12). Абы къыхэкІкІэ къытпэщылъ зэман гугъум дэтхэнэ зыми Іэмал имыІэу зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Аращи, Иеговэ дзыхь хуэдвгъэщІ икІи шэч къытедвмыгъэхьэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпхыкІыну ар къызэрыддэІэпыкъунум. Абы игъэува зэманыр къэса иужь и лэжьакІуэ пэжхэм я гугъуехьу хъуар Іуихынущ (2 Фес. 1:7, 8).

19. Гузэвэгъуэшхуэм зыхуэдгъэхьэзырыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

19 Шэч хэмылъу Паул и письмор япэ лІэщІыгъуэм псэуа къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуащ къапэщылъ гузэвэгъуэшхуэм зыхуагъэхьэзырыну. Паул къуэшхэр хуигъэушащ Тхыгъэ ЛъапІэр нэхъ куууэ зэпкърахыну. Абы щыгъуэ абыхэм пэжымрэ пцІымрэ зэхагъэкІыфынут икІи щІэныгъэ нэпцІым пэІэщІэ зыхуащІыфынут. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІын хуейт. Ар къадэІэпыкъунут Хьиси пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэми къабгъэдэкІ унафэр занщІэу ягъэзэщІэну. Иджыри Паул къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуащ теубыдагъэм елэжьыну. Абыхэм гъэунэхуапІэм еплъыкІэ тэмэм хуаІэн хуейт икІи зыщагъэгъупщэн хуейтэкъым абыкІэ Иеговэ зыгуэрым зэрыхуигъэсэфынур. Дэри а чэнджэщхэм дытетмэ, и кІэм нэс Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэфынущ (Евр. 3:14).

Теубыдагъэ зыгъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ и нэфІ ящыхуащ. Иудэ хэкум икІыу нэгъуэщІ щІыпІэ щыщІэпхъуам абыхэм зэхуэсын къагъэнакъым. Сытым абы дыхуигъасэрэ? (19 абзацым феплъ.)

126 УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!

a Паул журтхэм яхуитха письмом и япэ псалъащхьэ закъуэм ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщу цитатэу блы къыщихьат. АбыкІэ Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагуригъэІуат япэм Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытам нэхърэ иджыпсту зэрыхуэлажьэ щІыкІэр куэдкІэ зэрынэхъыфІыр (Евр. 1:5—13).