Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

39 СТАТЬЯР

125 УЭРЭДЫР «Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»

«Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»

«Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»

«Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (АПОСТ. 20:35).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Ди хьэлэлагъыр гуфІэгъуэм зэрепхам.

1, 2. Сыт хуэдэ зэфІэкІ гъэщІэгъуэн диІэу Иеговэ дыкъигъэщІа?

 ДЭ ДЫНАСЫПЫФІЭЩ нэгъуэщІхэм зыгуэр щахуэтщІэм деж. Абы дэ гуфІэгъуэ нэхъыбэ хыдох нэгъуэщІхэм зыгуэр къыщытхуащІэм нэхърэ (Апост. 20:35). Апхуэдэу дэ Иеговэ дыкъигъэщІащ. НтІэ, абы къикІыу пІэрэ тыгъэ гуэр къыщыдатым деж дигу иримыхьу? Хьэуэ! Ар сытым дежи дэ ди гуапэщ. Ауэ дэ дынэхъ насыпыфІэщ нэгъуэщІхэм зыгуэр щеттым деж. Сыту гъуэзэджэ Алыхьым апхуэдэу дыкъызэригъэщІар! Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур?

2 Ди насыпыр зэлъытар дэращ. Апхуэдэу Иеговэ дыкъигъэщІащ. Аращи, ди насыпыр хэхъуэн щхьэкІэ, дэ нэгъуэщІхэм зыгуэр яхуэтщІэн хуейщ. Сыту гъэщІэгъуэныщэу дэ дызэхэлъ! (Пс. 139:14).

3. Иеговэ — «Алыхь насыпыфІэу» Библием щІыжиІэр сыт?

3 Библием жеІэ нэгъуэщІхэм зыгуэр езытыр зэрынэхъ насыпыфІэр. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Иеговэ — «Алыхь насыпыфІэу» зэрыщытыр (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Аращ япэу хьэлэлагъ зыгъэлъэгъуар икІи абы нэхърэ нэхъыфІу а хьэл-щэныр зыгъэлъагъуэ зыри щыІэкъым. Апостол Паул жиІащ: «Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакІуэри, дыщызыгъэІэри» (Апост. 17:28). Пэжщ, «сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри» Иеговэщ къызыбгъэдэкІыр (Екъуб 1:17).

4. Ди гуфІэгъуэм хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

4 НэгъуэщІхэм уазэрыдэІэпыкъум гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыпхуихьыну ухуейт? Абы щыгъуэ хьэлэлагъышхуэ зыхэлъ ди Алыхь Иеговэ щапхъэ тех (Еф. 5:1). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ нэгъуэщІхэм и нэІэ зэратригъэтыр. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ тщІэр фІыщІэ ямыщІу къытщыхъумэ, сыт тщІэ хъунуми. А псор дэ къыддэІэпыкъунущ ди Іэр едмыхьэхыу, адэкІи фІы тщІэну, ди насыпми хэдгъэхъуэну.

ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ХЬЭЛЭЛУ ФЫЩЫТ

5. Иеговэ и фІыгъэкІэ сыт дэ диІэр?

5 Иеговэ и хьэлэлагъыр сыт къызыхэщыр? Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Иеговэ дыпсэун щхьэкІэ дызыхуэныкъуэр къыдет. Ауэ абы къикІкъым дэ ехьэжьауэ дыпсэууэ. Иеговэ и фІыщІэкІэ дэ ерыскъыи, щыгъыни, унэ дызыщІэсыни диІэщ (Пс. 4:8; Мт. 6:31—33; 1 Тим. 6:6—8). А псор сыт Иеговэ щІищІэр? «СщІэн хуейщи сощІэ» жиІэу ара? Хьэуэ. Сыт-тІэ ар хуэзыгъэушыр?

6. Маттэ 6:25, 26 ит псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?

6 Иеговэ и нэІэ къыщІыттригъэтыр фІыщэу делъагъури аращ. Дигу къэдгъэкІыжынщ Маттэ 6:25, 26 ит Хьисэ жиІа псалъэхэр (къеджэ). Бзухэм щытепсэлъыхьым абы жиІащ: «Абыхэм жылэ ясэркъым икІи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракІутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм ахэр егъашхэ». ИужькІэ Хьисэ мыпхуэдэ упщІэ къиІэтащ: «Фэ абыхэм нэхърэ куэдкІэ фынэхъ лъапІэкъэ?» Мы псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр? Бзухэмрэ псэущхьэхэмрэ нэхърэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр куэдкІэ нэхъ лъапІэу елъытэ. Абы бзухэм апхуэдизу и нэІэ щатригъэткІэ, шэч хэмылъу, дэри и нэІэ къыттригъэтынущ. Иеговэ фІыщэу дыкъэзылъагъу ди Адэщи, абы дегъашхэ икІи дехуапэ (Пс. 145:16; Мт. 6:32).

7. Иеговэ и хьэлэлагъым дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? (Сурэтми феплъ.)

7 Иеговэ щапхъэ тетхыу дэри ди лъагъуныгъэр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэфынущ. Шхын е щыгъын хуэныкъуэ къуэш е шыпхъу гуэр умыцІыхуу пІэрэ? Иеговэ уэ укъигъэсэбэпу а къуэшым е шыпхъум дэІэпыкъуфынущ. Куэдым Иеговэ и Щыхьэтхэр яцІыху гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж ахэр псынщІэу дэІэпыкъуэгъу зэрыхъумкІэ. Псалъэм папщІэ, COVID-19 пандемием щыгъуэ къуэш, шыпхъухэр шхынкІэ, щыгъынкІэ зыхуэныкъуэхэм дэгуашэт. Абы нэмыщІ ди организацэм дуней псом щригъэкІуэкІ лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ куэдым хьэлэлу ахъшэ ятащ. Абы и фІыгъэкІэ организацэм Іэмал иІащ дуней псом дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн хуэхъуну. Апхуэдэу Еврейхэм 13:16 ит псалъэхэр къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм къыщагъэсэбэпащ: «ФІы фщІэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиІэр нэгъуэщІ цІыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи».

Дэ псоми Иеговэ щапхъэ тетхыу хьэлэлагъ тхуэгъэлъэгъуэнущ (7 абзацым феплъ.)


8. Иеговэ и къарур дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъур? (Филиппи 2:13).

8 Иеговэ къару къыдет. Иеговэ и къарум щІэи гъуни иІэкъым икІи абы и гуапэу и лэжьакІуэ пэжхэм а къарумкІэ догуашэ. (Къеджэ Филиппи 2:13.) ГъэунэхуапІэм упэщІэтын е гугъуехьым упэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ къару къыуитыну уэ зэгуэр уелъэІуауэ пІэрэ? Е уи къалэнхэр бгъэзэщІэн щхьэкІэ махуэм узрикъун къару къыуитыну Алыхьым уелъэІуауэ пІэрэ? Иеговэ уи тхьэлъэІухэм жэуап кърита иужь апостол Паул и псалъэхэр уигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ: «ЛъэкІыныгъэ къызэзытым и къарукІэ псори сщІэн слъэкІынущ» (Флп. 4:13, ДЩІ).

9. Ди къарур къэдгъэсэбэпу дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур? (Сурэтми феплъ.)

9 Иеговэ елъытауэ дэ ди къарум гъунэ иІэщ икІи абыкІэ адрейхэм дадэгуэшэфынукъым. Ауэ дэ ар къэдгъэсэбэпыфынущ нэгъуэщІхэм зыгуэр яхуэтщІэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, дыдэмыІэпыкъуфыну пІэрэ зи ныбжь хэкІуэта къуэшым е шыпхъум е сымаджэ гуэрым? Абыхэм щэхуакІуэ дахуэкІуэ, унэ ІуэхукІэ дадэІэпыкъу е нэгъуэщІ гуэркІэ защІэдгъакъуэ хъунущ. Іэмал диІэмэ, дыщызэхуэс Унэхэр щызэщІакъуэкІэ е щызэрахьэкІэ дыхэт хъунущ. Апхуэдэу ди къарур къэдгъэсэбэпмэ, Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм щхьэкІэ ІуэхуфІ куэд длэжьыфынущ.

НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ ди къарур къэдгъэсэбэп хъунущ (9 абзацым феплъ.)


10. Зыгуэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ псалъэм и къарур дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур?

10 Зыщывмыгъэгъупщэ псалъэхэми къару зэрыщІэлъыр. Уэ занщІэу уигу къэкІауэ къыщІэкІынщ уи гум къыбгъэдэкІыу узыщытхъуфын гуэр. Е зыгуэр гузэгъэгъуэ хуэмыныкъуэу пІэрэ? Уэ а цІыхум уегупсыс закъуэу къыумыгъанэу, псалъэ гуапэкІэ зыхуэгъазэ. Псалъэм папщІэ, абы и деж укІуэ, звонить хуэпщІ, открыткэ е сообщение хуэптх хъунущ. ЖыпІэным щхьэкІэ егъэлеяуэ умыгузавэ. Зыгуэр бгъэгушхуэн щхьэкІэ и нэхъыбэм деж уи гум къыбгъэдэкІ псалъэ зы-тІури сэбэп хъуфынущ. Абы и фІыгъэкІэ къуэшым е шыпхъум и гур къызэрыгъуэтыжу адэкІи Иеговэ хуэпэжу псэуфынущ (Прит. 12:25; Еф. 4:29).

11. Иеговэ и Іущагъыр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыр?

11 Иеговэ Іущагъ къыдет. Абы теухуауэ Екъуб итхат: «Фэ фщыщ гуэрым и акъылыфІагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэІу, абы акъылыфІагъэ къритынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цІыху псоми фІы яхуещІэ» (Екъуб 1:5). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ и Іущагъыр зэримыгъэпщкІур. Абы хьэлэлагъ хэлъу и ІущагъымкІэ нэгъуэщІхэм догуашэ. ИкІи ар щищІэкІэ «зыри имыгъэкъуаншэущ» зэрищІэр. Иеговэ дигъэукІытэкъым икІи къыдэшхыдэкъым и Іущагъыр къыдитыну дызэрелъэІум щхьэкІэ, атІэ чэнджэщ щхьэкІэ езым зыхуэдгъэзэну дыхуегъэуш (Прит. 2:1—6).

12. Дапхуэдэу дэ нэгъуэщІхэм ІущагъкІэ дазэрыдэгуэшэфынур?

12 Дапхуэдэу дэ Иеговэ щапхъэ тетхыу нэгъуэщІхэм ІущагъкІэ дазэрыдэгуэшэфынур? (Пс. 32:8). Дэ диІэ щІэныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэфынущ. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдзагъащІэхэм ар дапхуэдэу ящІ хъунуми едгъэлъагъу хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыІэныгъэ яхэлъу зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэмрэ псым зыщІэзыгъэуа нэгъуэщІ къуэшхэмрэ къалэн гуэрхэр ягъэзэщІэфу ягъасэ. Ди организацэм иІэ ухуэныгъэхэм кІэлъыплъ икІи ахэр зыухуэ къуэшхэм нэгъуэщІхэр ягъасэ а лэжьыгъэм ехъулІэныгъэ яІэу хэтыфын щхьэкІэ.

13. НэгъуэщІхэр зыгуэрым щыхуедгъасэкІэ дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур?

13 НэгъуэщІхэр зыгуэрым щыхуедгъасэкІэ дэ Иеговэ щапхъэ тетхыну дыхуейщ. Иеговэ и Іущагъыр щІихъумэкъым. Апхуэдэу дэри хьэлэлу ди щІэныгъэмкІэ адрейхэм дадэгуэшэн хуейщ. Дэ дыгузавэкъым «дгъасэхэр ди пІэ иувэнущ» жытІэу. ИкІи дегупсыскъым: «Сэ сагъасэу зыри къыскІэрысакъым. Езыхэми зырырагъэсэж». Ахэр гупсысэ пхэнжщ. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гуапэу я щІэныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм зэрадэгуашэм нэмыщІ ахэр хьэзырщ абыхэм щхьэкІэ я «псэр» ятыну (1 Фес. 2:8). Дэ дыщогугъ дгъасэхэм езыхэми «нэгъуэщІхэр» ягъэсэжыну (2 Тим. 2:1, 2). Дэ псоми хьэлэлагъ тхэлъу нэгъуэщІхэм ІущагъкІэ дадэгуашэмэ, адрейхэри дэри нэхъ Іущи нэхъ насыпыфІи дыхъунущ.

ТЩІЭР ФІЫЩІЭ ЯМЫЩІУ КЪЫТЩЫХЪУМЭ

14. ЦІыхухэм фІы гуэр щахуэтщІэм деж и нэхъыбэм сыт абыхэм ящІэр?

14 НэгъуэщІхэм, псом хуэмыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм, фІы гуэр щахуэтщІэм деж и нэхъыбэм абыхэм фІыщІэ къытхуащІ. Абыхэм я фІыщІэр открыткэкІэ е нэгъуэщІ ІэмалкІэ къыщагъэлъагъуэ къохъу (Кол. 3:15). ДауикІ, фІыщІэ псалъэхэр зэхэтхыну сытым дежи ди гуапэщ.

15. ФІыщІэ къытхуамыщІмэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

15 Ауэ пэжыр жыпІэмэ, тщІэр фІыщІэ щамыщІыни къэхъуфынущ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт: уи зэманыр, къарур, ахъшэр цІыхум тебгъэкІуэдащ, ауэ ар зэхищІыкІакъым. Апхуэдэм деж сыт къыбдэІэпыкъунур гуфІэгъуэр зыфІумыгъэкІуэдыну, цІыхуми уигу щымыуну? Мы статьяр зытегъэщІа Апостолхэм 20:35 итыр дигу къэдгъэкІыжынщ. Ди насыпыр зэлъытар дэращ икІи ар фІыщІэ къытхуащІым елъытакъым. ТщІэр нэгъуэщІхэм фІыщІэ ямыщІми, дэ хьэлэлагъ зэрыдгъэлъагъуэм гуфІэгъуэ хэтхыфынущ. АбыкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми зэпкърытхынщ.

16. НэгъуэщІхэм зыгуэр щахуэтщІэм деж Иеговэ щапхъэ тетхын щІыхуейр сыт?

16 Иеговэ щапхъэ тефх. Абы цІыху псоми и нэІэ ятрегъэт, абыхэм ар фІыщІэ ящІми ямыщІми (Мт. 5:43—48). Иеговэ дыкъигъэгугъащ зыгуэр «къытхуащІэжынымкІэ дыщымыгугъыу» фІы тщІэмэ, «ІыхьэфІыр» къытлъигъэсыну (Лк. 6:35). «Зыгуэр» жыхуиІэ псалъэм хыхьэфынущ фІыщІэ псалъэхэри. ЦІыхухэм фІыщІэ къытхуащІми къытхуамыщІми, Иеговэ Іэмал имыІэу ІуэхуфІ тщІахэм щхьэкІэ фІыгъуэ къытхуищІэжынущ (Прит. 19:17). «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и гуапэу тэрщ Тхьэм фІыуэ илъагъур» (2 Кор. 9:7).

17. НэгъуэщІхэм фІы яхуэтщІэну сыт хуэдэ принцип къыддэІэпыкъунур? (Лука 14:12—14).

17 Дэ иджыри Лука 14:12—14 ит принципыр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (къеджэ). Зыгуэр къыпхуэзыщІэжыфынум хьэщІагъэ епхын, хьэлэлу ухущытынми зыри Іей хэлъкъым. Ауэ зыгуэр къытхуащІэжыным дыщыгугъыу гу зылъыттэжамэ-щэ? Апхуэдэм деж Хьисэ жиІа чэнджэщыр сэбэп къытхуэхъунущ. Дэ зыгуэр къытхуищІэжыну Іэмал зимыІэ гуэр ди деж къедгъэблагъэ хъунущ. Абы щыгъуэ Иеговэ щапхъэ зэрытетхым и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэ нэхъыбэ диІэнущ. А принципыр иджыри къыддэІэпыкъунущ фІыщІэ псалъэ къыщыджамыІэм деж гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну.

18. НэгъуэщІхэм ягу фІыщІэ имылъу демыгупсысыну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 НэгъуэщІхэм ягу фІыщІэ имылъу фемыгупсыс (1 Кор. 13:7). Дэ фІыщІэ къытхуамыщІамэ, дызэупщІыж хъунущ: «Пэж дыдэу а цІыхум и гум фІыщІэ имылъу ара, хьэмэрэ упсэу жиІэну къыщыгъупщауэ ара?» Дэ дызэригугъам хуэдэу къызэрыщІэмыкІам нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэфынущ. Языныкъуэхэм я гум фІыщІэшхуэ илъщ, ауэ ар зэрагъэлъэгъуэну щІыкІэр ящІэкъым. Псом хуэмыдэу япэм езыхэр нэгъуэщІхэм сытым щыгъуи дэІэпыкъуу щытамэ, иджы езыхэм къызэрыхуащІэм щхьэкІэ тІэкІу Іэнкуну щытыфынущ. Дапхуэдэу щымытами, къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушынущ абыхэм ягу фІыщІэ имылъу демыгупсысыну. Апхуэдэу дэ нэгъуэщІхэм дащыдэІэпыкъукІэ гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдынукъым (Еф. 4:2).

19, 20. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ зыгуэр щытщІэм деж шыІэныгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну? (Сурэтми феплъ.)

19 ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Пащтыхь Сэлмэн зэгуэр мыпхуэдэу итхащ: «Уи щІакхъуэр псым ирегъэхьэх, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ махуэ куэд дэкІа иужь уэ ар къэбгъуэтыжынущ» (Эккл. 11:1). Мы едзыгъуэм къегъэлъагъуэ фІыщІэ псалъэхэр зэхэтхын ипэ зэман куэд зэрыдэкІыфынур. Ди зы шыпхъум и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэр абы щыхьэт тохъуэ.

20 Илъэс куэд ипэ районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэм зы шыпхъум открыткэ хуитхри хуигъэушат Иеговэ хуэпэжу къэнэну. Абы щыгъуэ а шыпхъум псым зэрызыщІигъауэрэ куэд щІатэкъым. Илъэсий хуэдиз дэкІауэ а шыпхъум письмокІэ жэуап къритыжащ. А письмор мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къыщІидзэт: «Уэ уигу къэкІыххэу къыщІэкІынкъым мы илъэсхэм къриубыдэу дапхуэдэу укъыздэІэпыкъуами». АдэкІэ а шыпхъум пещэ: «Уэ уи псалъэхэм сэ си гур хуабжьу ягъэхуабэт. Ауэ псом хуэмыдэу къару къызэзыту щытар къысхуэптха едзыгъуэращ a. А едзыгъуэр сыт щыгъуи си гум илът». Языныкъуэ гугъуехьхэр къыхигъэщу шыпхъум мыпхуэдэу етх: «Иныкъуэхэм деж къалэн сиІэхэри, уеблэмэ, пэжри къэзгъэнэну сыхуейуэ сыхъут. Ауэ „схуэшэчыжкъым“ щыжысІэм деж а едзыгъуэр сигу къэкІыжти, си Іэр езмыхьэхыну къыздэІэпыкъут». Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэм гуфІэгъуэу зыхищІар «махуэ куэд дэкІауэ» а письмор къыщыІэрыхьам! Дэри ди ІуэхуфІхэм щхьэкІэ фІыщІэ псалъэхэр занщІэу къыджамыІэу зэман гуэр дэкІыфынущ.

Дэ ди ІуэхуфІхэм щхьэкІэ фІыщІэ псалъэхэр занщІэу къыджамыІэу зэман куэд дэкІыфынущ (20 абзацым феплъ.) b


21. Иеговэ и хьэлэлагъым щапхъэ тепхыну ущІыхуейр сыт?

21 Статьям ипэм и гугъу зэрыщытщІащи, Иеговэ дэ дыкъигъэщІащ нэгъуэщІхэм зыгуэр щахуэтщІэм деж нэхъ насыпыфІэ дыхъуу. Дэ дигу ирохь ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэм щхьэкІэ зыгуэр тщІэну икІи ди гуапэщ тщІэр абыхэм фІыщІэ щащІым деж. Ауэ фІыщІэ псалъэхэр къыджаІэми къыджамыІэми, дэ ди гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІы тщІэр Иеговэ игу зэрырихьыр дощІэ. Зэи зыщумыгъэгъупщэ: нэгъуэщІхэм сыт яхуомыщІами «Иеговэ уэ куэдкІэ нэхъыбэ къыуитыжыфынущ» (2 Лет. 25:9). Абы хьэлэлагъ зэригъэлъагъуэм хуэдэу зыми игъэлъэгъуэфынукъым. Иеговэ къыдит фІыгъуэм нэхърэ нэхъыфІ зыгуэр щыІэ? Аращи, уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм и хьэлэлагъым адэкІи щапхъэ тедвгъэх!

17 УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

a Открыткэм 2 Иуан 8 едзыгъуэр итащ: «Фэ фщІа Іуэхур фымыгъэкІуэд икІи фи ІыхьэфІыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкІэ, фызыхуэсакъыж».

b СУРЭТХЭМ ИТЫР. Районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэм открыткэ етх, шыпхъур игъэгушхуэн щхьэкІэ. Илъэс бжыгъэ дэкІа иужь а шыпхъум письмо къыхуетхыж, фІыщІэ псалъэхэр иту. (Сурэтхэм итыр къэхъуа хуэдэу трахащ.)