Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

36 СТАТЬЯР

89 УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ

«Тхьэм и псалъэхэр... вгъэзэщІэн хуейщ»

«Тхьэм и псалъэхэр... вгъэзэщІэн хуейщ»

«Тхьэм и псалъэхэм федаІуэ къудейкІэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщІэн хуейщ» (ЕКЪУБ 1:22).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Мы статьяр зэпкърытха иужь дэ нэхъ гукъыдэж диІэнущ Библием махуэ къэс деджэну, абы ит чэнджэщхэм дегупсысу ди гъащІэм ахэр къыщыдгъэсэбэпыну.

1, 2. Иеговэ и лэжьакІуэхэр щІэнасыпыфІэр сыт? (Екъуб 1:22—25).

 ИЕГОВИ абы и Къуэ лъапІэ Хьиси хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну. Псалом 119:2 щыжыІащ: «НасыпыфІэщ абы и ущиехэр зыгъэзащІэр, гурэ псэкІэ ар къэзылъыхъуэр». Хьиси къыхигъэщат а гупсысэ дыдэр: «Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащІэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ» (Лк. 11:28).

2 Иеговэ и лъэпкъыр — лъэпкъ насыпыфІэщ. Сыт щхьэкІэ? Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Абыхэм языхэзыр дэ махуэ къэс Библием дызэреджэращ икІи дызэджар къэдгъэсэбэпыну дызэрыхущІэкъуращ. (Къеджэ Екъуб 1:22—25.)

3. Библием ит чэнджэщхэр къызэрыдгъэсэбэпым ди гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ зэрищІыр?

3 Алыхьым и Псалъэхэр щыдгъэзащІэм деж ар ди гъащІэм сыт и лъэныкъуэкІи сэбэп къытхуохъу. Псалъэм папщІэ, дэ дощІэ апхуэдэу зэрытщІэм Иеговэ зэригъэгуфІэр икІи дэ абы насыпыфІэ дещІ (Эккл. 12:13). Абы нэмыщІ Библием ит чэнджэщхэр къыщыдгъэсэбэпым деж, ди унагъуэм лъагъуныгъэрэ хуабагърэ илъ мэхъу, зэхуэсым щыщхэмрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэри хохъуэ. Фэ, дауикІ, абы арэзы фытехъуэу къыщІэкІынщ. Иджыри Алыхьым и хабзэхэр ІэщІыб зыщІ цІыхухэр зыпэщІэхуэ гугъуехь куэдым дэ щыхъума дохъу. Дэ пащтыхь Даут и псалъэхэм арэзы дытохъуэ. Абы Иеговэ и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ теухуауэ мыпхуэдэу жиІат: «Ахэр зыгъэзащІэм тыгъэшхуэ иІэнущ» (Пс. 19:7—11).

4. Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэм сытым дежи утетыну щІэмытыншыр сыт?

4 Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэм дытету дыпсэун щхьэкІэ, дэ Библием деджэу, дызэджар куууэ зэпкърытхын хуейщ. Ауэ, пэжыр жыпІэмэ, Іуэху куэд дызэриІэм къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж тыншкъым абы зэман хухэпхыну. Аращи, Библием махуэ къэс деджэу, дызэджам куууэ дегупсысыну икІи абы ит чэнджэщхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыну сыт къыддэІэпыкъунуми зэпкърытхынщ.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ УЕДЖЭН ЩХЬЭКІЭ ЗЭМАН ХУХЭХ

5. Иеговэ и лэжьакІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр я пщэ дэлъ?

5 Иеговэ и лэжьакІуэхэм Библием къахуигъэув мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн куэд яІэщ. Псалъэм папщІэ, дэ тщыщ куэдыр лэжьэн хуейщ, я щхьэри я унагъуэри зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ (1 Тим. 5:8). Абы нэмыщІ дэ тщыщ куэдыр кІэлъыплъын хуей мэхъу зи ныбжь хэкІуэта и адэ-анэм е и унагъуэм щыщ сымаджэ гуэрым. Иджыри дэ езым ди узыншагъэм дыкІэлъыплъыжын хуейщ. ДауикІ, абыи зэман токІуадэ. А псом нэмыщІ дэ зэхуэсми къалэн гуэрхэр дыщиІэщ. А къалэнхэм псом нэхърэ нэхъапэр — хъыбарыфІ гъэІуныращ. Апхуэдиз Іуэхур уи пщэ дэлъу Библием уеджэн, узэджам куууэ уегупсысын икІи абы ит чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпын щхьэкІэ дауэ зэман зэрыхухэпхынур?

6. Махуэм и кІуэцІкІэ пщІэ Іуэхухэм Библие джыныр хэбгъэхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

6 Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ сытым дежи «псом нэхърэ нэхъапэр» къыхэтхын зэрыхуейр (Флп. 1:10, ДЩІ). Библием еджэныр — ар ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхущ. НасыпыфІэу щыт цІыхум теухуауэ Псалом тхылъым и япэ псалъащхьэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «Ар Иеговэ и хабзэм ирогушхуэ икІи жэщи махуи абы макъкІэ йоджэ» (Пс. 1:1, 2). Мы псалъэхэм къыхощ Библием деджэн щхьэкІэ зэман тедгъэкІуэдэн зэрыхуейр. Махуэм и кІуэцІым сыт хуэдэ зэман уэ нэхъ къапщтэр? Щхьэж зэрыфІэтыншым хуэдэу зэманыр къыхех, ауэ мыхьэнэ зиІэр ар махуэ къэс зэрыдджыныращ. Абы теухуауэ ди къуэш Виктор къыддогуашэ: «Сэ пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджыну сфІэфІу схужыІэнукъым, ауэ а зэманым Библием седжэну сигу ирохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сызэджэм си акъылыр тезухуэну зыри зэран къысхуэхъукъым». Уэри уи Іуэхур апхуэдэу зэрыщытыр? УзэупщІыж хъунущ: «Библием седжэну махуэм и кІуэцІым сыт хуэдэ зэман си дежкІэ нэхъыфІыр?»

Библием седжэну махуэм и кІуэцІым сыт хуэдэ зэман си дежкІэ нэхъыфІыр? Махуэ къэс а зэманым седжэфыну пІэрэ? (6 абзацым феплъ.)


УЗЭДЖАМ КУУУЭ ЕГУПСЫС

7, 8. Сыт дэ зэран къытхуэхъуфынур дызэджам сэбэпынагъ хэтхыну? Щапхъэ къэфхь.

7 Дэ нобэ информацэ куэд къыдощІэ, ауэ псори ди щхьэм ириубыдэкъым. Уэ зыгуэр уеджэу, зэман куэд дэмыкІыу ар щыпщыгъупщэжа къэхъуауэ пІэрэ? Апхуэдэу псоми къащощІ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи Библием дыщеджэкІэ апхуэдэуи къэхъуфынущ. Фэ мурад зыхуэвгъэувауэ къыщІэкІынщ Библием щыщ псалъащхьэ бжыгъэ гуэр махуэ къэс феджэну. Ар фІы дыдэщ! Дэ псоми мурад гуэрхэр дгъэуву, абыхэм дыхущІэкъун хуейщ (1 Кор. 9:26). Алыхьым и Псалъэм еджэныр — ар мурадыфІщ, ауэ абы сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуихьын щхьэкІэ уеджэн къудейр мащІэщ — уэ иджыри зыгуэр пщІэн хуейщ.

8 Мы щапхъэм дегупсысынщ. КъэкІыгъэр псэун щхьэкІэ псы хуейщ. Уэшх къыщешхкІэ ар зыхуэныкъуэ псыр къыІэрохьэ. Ауэ зэман кІэщІым къриубыдэу уэшхышхуэ къешхмэ, ар зыхэт щІыр шэд хъунущ. Апхуэдэм деж псы иджыри щІэпкІэным мыхьэнэ иІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а къэкІыгъэм псыр зыщІифыну зэман хуейщ. Апхуэдэ дыдэу дэри куэд деджэнщ жытІэу дыпІащІэмэ, дызэджар дигуми ди акъылми нэсынукъым, ди гъащІэми къыщытхуэгъэсэбэпынукъым (Екъуб 1:24).

ЩІым зэман хуейщ псыр зыщІифын щхьэкІэ. Апхуэдэу дэри зэман дыхуейщ, дызэджам куууэ дегупсысын икІи абы ит чэнджэщхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын щхьэкІэ (8 абзацым феплъ.)


9. Сыт пщІэ хъунур Библием псынщІэІуэу уеджэу, узэджэр къыбгурымыІуэу гу зылъыптэжамэ?

9 Библием ущеджэкІэ упІащІэу нэкІэ урижэу гу зылъыптэжауэ пІэрэ? Апхуэдэу гу зылъыптэжамэ, сыт пщІэ хъунур? Хуэм зыщІ. Зыщумыгъэгъупщэ, уэ уи мурадыр пычыгъуэ гуэр уеджэн закъуэкъым, атІэ узэджэми уегупсысыныращ. «Егупсысын» жыхуиІэ псалъэм уигъэшынэнкІэ хъунущ, ауэ абы зыри гугъу хэлъкъым — ущеджэкІэ е уеджа иужь укъэувыІэу, уегупсысын хуейуэ аращ. Узэджам уегупсысын щхьэкІэ Библием узэреджэ зэманыр нэхъыбэ пщІыну ухуеинкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэ Іэмал уимыІэмэ, абы хухэпха зэманыр зэрыщытым хуэдэу къэбгъанэу, узэджэ едзыгъуэхэр нэхъ мащІэ пщІы хъунущ, узэджам уегупсысыну зэман къыпхуэнэн щхьэкІэ. «Сэ куэд седжэну сыхущІэкъукъым, нэхъыбэ дыдэу зы псалъащхьэщ, — жеІэ Виктор. — Сэ пщэдджыжьым сызэреджэм къыхэкІкІэ, махуэ псом и кІуэцІым къэсщІам сегупсысыну Іэмал сиІэщ». Дапхуэдэ бгъэдыхьэкІэ къыумыгъэсэбэпми, псом нэхърэ нэхъапэр, уи гумрэ уи акъылымрэ нэсын щхьэкІэ узэреджэ щІыкІэращ (Пс. 119:97; « Дызэгупсыс хъуну упщІэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ).

10. Библием узэджар уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь (1 Фессалоникэ 5:17, 18).

10 Аращи, уэ зэхэбгъэкІащ дапщэщ икІи дапхуэдиз уеджэнуми. КъыкІэлъыкІуэ лъэбакъуэр — ар къэпщІар уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыныращ. Зы пычыгъуэ гуэр уеджа иужь зэупщІыж: «Мы къэсщІар иджыпсту е иужькІэ дапхуэдэу сэбэп къызэрысхуэхъунур?» Псалъэм папщІэ, уэ укъоджэ 1 Фессалоникэ 5:17, 18 (къеджэ). Аращи, уэ укъоувыІэри уогупсыс: «Сэ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым селъэІурэ икІи си тхьэлъэІухэр си гум къыбгъэдэкІрэ?» ИужькІэ Иеговэ къыпхуищІа Іуэхугъуищ уигу къыбогъэкІыжри, абыкІэ фІыщІэ хубощІ. Апхуэдэу махуэ къэс узэджам уегупсысыным дакъикъэ зыбжанэ тебгъэкІуадэмэ, Иеговэ къыбжиІэр зэхэпх закъуэу щымыту, абы и чэнджэщри уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыфынущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм и фІыгъэкІэ Алыхьым и Псалъэм итыр къызэрыбгъэсэбэпым нэхъ ебгъэфІакІуэурэ укІуэнущ. Ауэ узэлэжьын хуей Іуэхугъуэхэм кІэ имыІэу къыпщыхъумэ-щэ?

ПХУЗЭФІЭКІЫН МУРАДХЭР ГЪЭУВ

11. Иныкъуэхэм деж сыт уи Іэр щІепхьэхынкІэ хъунур? Щапхъэ къэфхь.

11 Библием ущеджэкІэ зэхъуэкІыныгъэ пщІын хуейхэр щыплъагъукІэ уэ уи Іэр епхьэхынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу къэхъуфынущ: нобэ уэ Библием уоджэри къыбгуроІуэ цІыху зэхэгъэж пщІы зэрымыхъунур (Екъуб 2:1—8). Аращи, уэ мурад бощІ адрейхэм уазэрыхущытым уелэжьыну. Ар мурадыфІ дыдэщ! Пщэдей уэ уоджэ уи бзэм укІэлъыплъын зэрыхуейм теухуауэ (Екъуб 3:1—12). Абы щыгъуэ уэ арэзы утохъуэ уи псалъэхэр сытым дежи гуапэу икІи уигъэгушхуэу зэрыщымытыр. Абыи уемылэжьу къэбгъэнэну ухуейкъым. ПщэдеймыщкІэ уэ Библием щыщ пычыгъуэ укъоджэ мы дунейр ныбжьэгъу пщІыным шынагъэ зэрыпылъым теухуауэ (Екъуб 4:4—12). Аращи, уэ къыбгуроІуэ хэплъыхьауэ зыгъэпсэхукІэ къыхэпхын зэрыхуейр. ЕплІанэ махуэм уэ узэлэжьын хуей псори болъагъури, уи щхьэр хоунэзыхь.

12. Библием уеджэурэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэплъхьэн зэрыхуейр плъагъумэ, сыт абы уигъэнэщхъеин щІыхуэмейр? (Сноскэми феплъ.)

12 Уэ узэлэжьын хуей псор щыплъагъукІэ умынэщхъей. Уэ щытхъу пхуэфащэщ узэлэжьын хуейхэр плъэгъуну узэрыхущІэкъум щхьэкІэ a. Абы къегъэлъагъуэ уэ гу къабзэ узэриІэр, Іэдэбагъ зэрыпхэлъыр икІи уи щхьэр къэбгъэпцІэжыну узэрыхэмытыр. Ауэ уэ зыщумыгъэгъупщэ «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу зэпшэкІын» щхьэкІэ зэмани къаруи зэрытекІуэдэнур (Кол. 3:10). Сыт уэ къыбдэІэпыкъунур адэкІи Алыхьым и Псалъэм утету упсэуну?

13. Мурад щыбгъэувкІэ уи зэфІэкІыр здынэсыр зэрыпщІэжыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? (Сурэтми феплъ.)

13 Узэджар псори зэуэ къэбгъэсэбэпыну ухэмыт. Мурад куэд умыгъэув икІи уи зэфІэкІыр здынэсыр зыщумыгъэгъупщэ (Прит. 11:2). Мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэм еплъ: узэлэжьыну узыхуейхэр тхы. Абы щыщу зы е тІу къыхэхи, адрейхэр иужькІэ къэгъанэ. НтІэ, сыткІэ къыщІэбдзэ хъуну?

Узэджар псори зэуэ къэбгъэсэбэпыну ухэмыт, пхузэфІэкІын мурадхэр гъэув. Псалъэм папщІэ, узэлэжьыну узыхуейхэм щыщу зы е тІу къыхэхи абы елэжь (13, 14 абзацхэм феплъ.)


14. ЯпэщІыкІэ сыт хуэдэ мурадхэм иужь уихьэ хъуну?

14 ЯпэщІыкІэ мурад нэхъ тыншкІэ щІэбдзэ хъунущ. Е нэхъ пхуримыкъу хьэлым уелэжь хъунущ. Мурад пщІа иужь ди публикациехэр къэбгъэсэбэпурэ абы теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Псалъэм папщІэ, «Индекс публикаций Сторожевой башни» е «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ Іэмэпсымэхэр къэгъэсэбэп. Уи мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ гукъыдэжрэ къарурэ къыуитыну Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъазэ (Флп. 2:13). Абы иужькІэ къэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. Япэ мурадыр къызэрохъулІэр щыплъагъукІэ гукъыдэж нэхъ уиІэ хъунущ адрей мурадхэми иужь уихьэну. Пэжыр жыпІэмэ, дызэлэжь хьэл-щэныр къызэрыдэхъулІэр щытлъагъум деж гукъыдэж нэхъыбэ диІэщ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэми делэжьыну икІи ар куэдкІэ нэхъ тынш хъуну къыщІэкІынщ.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ФІЫКІЭ ФЫРЕХЪУЭЖ

15. Библием еджэ нэгъуэщІ цІыху куэдым Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыткІэ къащхьэщыкІрэ? (1 Фессалоникэ 2:13).

15 Языныкъуэ цІыхухэр Библием куэдрэ еджащ. Ауэ абыхэм я фІэщ хъурэ абы зыхуригъаджэр? Абы ит чэнджэщхэр зыхалъхьэрэ икІи я гъащІэм фІыкІэ зихъуэжрэ? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и жэуапыр «хьэуэщ». Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр Библием зэрыхущытыр нэгъуэщІущ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм хуэдэу, дэ ар «Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу тщтащ» икІи абы фІыкІэ дызэрихъуэжыр ди гъащІэм къыхэщу допсэу. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:13.)

16. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур Алыхьым и Псалъэм зэритым хуэдэу дыщытыну?

16 Пэжщ, Алыхьым и Псалъэм уеджэну икІи абы итыр бгъэзэщІэну сытым дежи тыншу щыткъым. Дэ ди дежкІэ гугъуу щытыфынущ Библие джыным зэман хухэтхыну. Е дэ хьэлу диІэнкІэ хъунущ псынщІэу деджэу и купщІэр блэдгъэкІыну. Абы нэмыщІ дызэлэжьын хуей псом дыщегупсысым деж ди Іэр етхьэхынкІэ хъунущ. Сыт хуэдэ гугъуехь дыхуэмызэми, Иеговэ и гъусэу дэ псоми дыпэлъэщынущ. Аращи, Алыхьыр зыдэдгъэІэпыкъун хуейщ. Алыхьым и Псалъэм зэритым хуэдэу дыщывгъэт, зэхэтхари зыщыдгъэгъупщэнкъым. Библием нэхъыбэу деджэу дызэджар къэдгъэсэбэпыху дэ нэхъ насыпыфІэ дыхъунущ (Екъуб 1:25).

94 УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ

a jw.org сайтым «Уи ныбжьхэм жаІэр. Библием уеджэныр» жыхуиІэ видеом фыщеплъ.