Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

38 СТАТЬЯР

25 УЭРЭДЫР Уи лъэпкъ лъапІэр

Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм сытым фыхуагъасэрэ?

Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм сытым фыхуагъасэрэ?

«Зыр мелыІычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ» (МТ. 24:40).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Хьисэ дунейм и кІэм ищІыну хьэкумым и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэхьэзырын щхьэкІэ, ущие хъыбару щы жиІащ. Дэ дыхэплъэнущ мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ дерс абыхэм хэтх хъунуми.

1. Куэд мыщІэу сыт Хьисэ ищІэнур?

 ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭШХУЭ щыщыІэну зэманым дэ дыщопсэу! Куэд мыщІэу щІылъэ псом цІыхуу тетым Хьисэ хьэкум ятрищІыхьынущ. Абы и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ хьэкум щищІынум икІи «мы дунейм и кІэухым» ипэ сыт къэхъунуми (Мт. 24:3). Хьисэ жиІа пророчествэр итщ Маттэ 24, 25 псалъащхьэхэм, Марк 13 псалъащхьэм, Лука 21 псалъащхьэм.

2. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?

2 ДэркІэ щхьэпэ хъун ущие хъыбарищ Хьисэ жиІащ. Ахэр зытеухуар мэлхэмрэ бжэнхэмрэ, хъыджэбзипщІымрэ икІи талантхэмрэщ. А хъыбархэм я фІыгъэкІэ дэ къэтлъэгъунущ Хьисэ сыт хуэдэ хьэкум къыттрищІыхьынуми ди дуней тетыкІэм елъытауэ зэрыщытынур. А ущие хъыбархэмрэ абыхэм хэтхыфыну мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэмрэ иджыпсту зэпкърытхынщ. ЯпэщІыкІэ мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущием деплъынщ.

МЭЛХЭМРЭ БЖЭНХЭМРЭ

3. Дапщэщ Хьисэ цІыхухэм хьэкум щатрищІыхьынур?

3 Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарым къыщыгъэлъэгъуащ Хьисэ цІыхухэм хьэкум щатрищІыхькІэ лъабжьэ хуэхъунур. Ар зэлъытауэ щытынур цІыхур хъыбарыфІым зэрыхущытамрэ абы нэмыщІ помазанникхэм ядэІэпыкъуарэ ядэмыІэпыкъуарэщ (Мт. 25:31—46). А хьэкумыр щищІынур Армагеддоным ипэ къихуэу «гузэвэгъуэшхуэр» щекІуэкІым дежщ (Мт. 24:21). Мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу, Хьиси зэхидзынущ помазанникхэм ядэІэпыкъуахэмрэ ядэмыІэпыкъуахэмрэ.

4. Хьисэ захуагъэм тету цІыхухэм хьэкум зэратрищІыхьынум шэч къыщІытедмыхьэр сыт? (Исайя 11:3, 4). (Сурэтым феплъ.)

4 Библием къыщыхощ Хьисэ хьэкум ищІыну езы Иеговэ къызэрыхихар. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ захуагъэ хэлъу хьэкум ищІынущ. (Къеджэ Исайя 11:3, 4.) Иджыпсту Хьисэ кІэлъоплъ цІыхухэм жаІэм, ящІэм, зэгупсысым икІи уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм зэрахущытым (Мт. 12:36, 37; 25:40). Хьэкум щищІыну зэманым абы нэгъэсауэ ищІэнущ помазанникхэм хэт дэІэпыкъуу щытами a. Абыхэм дазэрыдэІэпыкъу хъуну Іэмалхэм щыщ зыр — ар хъыбарыфІ гъэІуным я гъусэу дыхэтыныращ. А Іуэхум хэтхэр Алыхьым цІыху пэжу къилъытэнущ икІи абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну Іэмал яритынущ (Мт. 25:46; Апок. 7:16, 17). А тыгъэр сыту гъуэзэджэ! Апхуэдэ цІыхухэр гузэвэгъуэшхуэм дежи абы иужькІи Алыхьым хуэпэжу къанэмэ, абыхэм я цІэхэр «мыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъым» къинэнущ (Апок. 20:15).

Куэд дэмыкІыу Хьисэ цІыхухэм хьэкум ятрищІыхьынущ икІи мэлхэмрэ бжэнхэмрэ хуэдэу зэхидзынущ. (4 абзацым феплъ.)


5. Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарым сытым дыхуигъэушрэ икІи хэт ар зыхуэгъэзар?

5 Алыхьым хуэпэжу фыщыт. Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбарыр япэрауэ зыхуэгъэзар щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэращ. Абыхэм я фІэщхъуныгъэр къагъэлъэгъуэфынущ хъыбарыфІыр ягъэІуну помазанникхэм зэрадэІэпыкъумкІэ икІи «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» и унафэхэм зэрытетымкІэ (Мт. 24:45). Ауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми а ущие хъыбарым итым мыхьэнэ иратын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ абыхэм жаІэми, ящІэми, зэгупсысми набдзэгубдзаплъэу кІэлъоплъ. Ахэри Алыхьым хуэпэжу щытын хуейщ. Абыхэм ехьэлІауэ Хьисэ иджыри ущие хъыбаритІ жиІащ. А хъыбархэр Маттэ 25 псалъащхьэм итщ. Абыхэм я зыр зытеухуар Іущу щыта хъыджэбзитхумрэ Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзитхумрэщ. АдэкІэ ар зэпкърытхынщ.

ІУЩУ ЩЫТА ХЪЫДЖЭБЗИТХУМРЭ ІУЩАГЪ ЗЫХЭМЫЛЪА ХЪЫДЖЭБЗИТХУМРЭ

6. Хъыджэбзитхум Іущагъ ягъэлъэгъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? (Маттэ 25:6—10).

6 Хьисэ ущие хъыбар жиІащ щауэм пежьа хъыджэбзипщІым теухуауэ (Мт. 25:1—4). Ахэр псори щыгугът щауэм и гъусэу хьэгъуэлІыгъуэм хэтыну. Хьисэ жиІащ а хъыджэбзхэм щыщу тхур Іущу щытауэ, адрей тхум Іущагъ ямыгъэлъэгъуауэ. Іущу щыта хъыджэбзхэр бэлэрыгъакъым, абыхэм фІыуэ загъэхьэзырат. Зэман дапщэ имыхьами, щауэм пэплъэну ахэр хьэзырт. Ар зыгуэркІэ къэгувэу, жэщыр хэкІуэтауэ къакІуэ хъумэ, абыхэм уэздыгъи дагъи къыздащтат. (Къеджэ Маттэ 25:6—10.) Щауэр къыщыкІуам щыгъуэ хъыджэбз Іущхэр абы и гъусэу хьэгъуэлІыгъуэм кІуащ. Апхуэдэ дыдэу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри набдзэгубдзаплъэу щытын икІи Хьисэ къэкІуэху пэжу къэнэн хуейщ. Абы щыгъуэ абыхэм я тыгъэр къалъысынущ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Хьисэ гъусэ щыхуэхъунущ (Апок. 7:1—3) b. Іущагъ зымыгъэлъэгъуа хъыджэбзитхум сыт къащыщІар?

7. Іущагъ зыхэмылъ хъыджэбзхэм сыт къащыщІар икІи сыт щхьэкІэ?

7 Хъыджэбз Іущхэм еплъытмэ, Іущагъ зыхэмылъ хъыджэбзхэр щауэр къызэрыкІуэным хуэхьэзыртэкъым. Абыхэм я уэздыгъэхэр ужьыхыу щІидзат, ауэ абы ирагъэхъуэн дагъэ яІэтэкъым. Щауэр къызэрыкІуэр щызэхахым абыхэм дагъэ къащэхуну кІуащ, ауэ щауэр къыщыкІуам ахэр кърихьэлІэжакъым. «Щауэм... хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщІигъущ, джэгу щащІ унэм щІыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ» (Мт. 25:10). ИужькІэ Іущагъ зыхэмылъ хъыджэбзхэр унэм щІыхьэну щыхуеям щауэм абыхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщІэркъым» (Мт. 25:11, 12). А хъыджэбзхэм фІыуэ загъэхьэзыратэкъыми щауэм зэрыпэплъэн хуейм хуэдизкІэ пэплъэфакъым. Сыт хуэдэ дерс помазанникхэм мы ущие хъыбарым хахыфынур?

8, 9. Хъыджэбзхэм теухуа ущие хъыбарым помазанникхэр сытым хуигъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)

8 Хьэзыру фыщыт икІи фымыбэлэрыгъ. Хьисэ жиІам къикІкъым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр гупитІ хъуну: гузэвэгъуэшхуэм деж ар къыщыкІуэнум зы гупыр хуэхьэзыру щытыну, адрей гупыр хуэмыхьэзырыну. Абы помазанникхэм къагуригъэІуауэ арат, ахэр и кІэм нэс пэжу къэмынэмэ, тыгъэр къазэрылъымысынур (Ин. 14:3, 4). Мы гупсысэр дымыбэлэрыгъыну къыддоІэпыкъу. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми хъыджэбзхэм теухуа ущие хъыбарым дерс хахын хуейщ. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыри мыжейуэ сакъын икІи и кІэм нэс Алыхьым хуэпэжу къызэрынэным хуэхьэзыру щытын хуейщ (Мт. 24:13).

9 Хъыджэбзхэм теухуа ущие хъыбарымкІэ Хьисэ къыхигъэщащ хьэзыру ущытыным икІи умыбэлэрыгъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. ИужькІэ талантхэм теухуа Хьисэ жиІа ущие хъыбарымкІэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и лэжьыгъэр дегугъуу дгъэзэщІэн зэрыхуейр.

Хъыджэбзхэм теухуа ущие хъыбарым мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтщ: дэ тщыщ дэтхэнэ зыри мыжейуэ сакъын икІи и кІэм нэс Алыхьым хуэпэжу къызэрынэным хуэхьэзыру щытын хуейщ (8, 9 абзацхэм феплъ.)


ТАЛАНТХЭР

10. УнэІутитІым пэжагъ дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуар? (Маттэ 25:19—23).

10 Хьисэ жиІа ущие хъыбарым и гугъу ещІыж хамэ къэрал кІуэну зызыгъэхьэзыра лІы гуэрым теухуауэ. Абы и унэІутхэм щыщу цІыхуищ къриджэри, ахъшэшхуэ яритащ (Мт. 25:14—18). УнэІутитІым пэжагъ ягъэлъагъуэу я зиусхьэным и ахъшэр зэрагъэбэгъуэным псэемыблэжу иужь итахэщ икІи Іущагъ хэлъу а Іуэхум бгъэдыхьащ. Зиусхьэныр къэкІуэжа иужь къилъэгъуащ унэІутитІым ярита ахъшэр тІукІэ нэхъыбэ зэращІар. Ар абыхэм ящытхъури, дэтхэнэ зыми жриІащ: «КъакІуи, уи тепщэм и гуфІэгъуэм къыхыхьэ». (Къеджэ Маттэ 25:19—23.) Ещанэ унэІутым теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Дапхуэдэу абы ахъшэр къызэригъэсэбэпар?

11. УнэІут щхьэхынэм сыт къыщыщІар икІи сыт щхьэкІэ?

11 Зы талант зрата унэІутыр щхьэхынэу къыщІэкІащ. Зиусхьэным и ахъшэр игъэбэгъуэным и пІэкІэ ар ихьри, щІым щІитІащ. Зиусхьэныр къыщыкІуэжам а унэІутым зы талант къратаращ итыжыфар. Ар и зиусхьэным фІыуэ хущыттэкъым. Абы «къысхуэгъэгъу» жиІэным и пІэкІэ и зиусхьэным «лІы пхъашэкІэ» еджащ. ДауикІ, зиусхьэныр и унэІутым хуэарэзытэкъым. Абы унафэ ищІащ а унэІутым талантыр къытрахыжу къыдахужыну (Мт. 25:24, 26—30).

12. Пэжагъ зыгъэлъэгъуа унэІутитІым хэт къагъэлъагъуэр?

12 Пэжу щыта унэІутитІым Алыхьым хуэпэж помазанникхэр къагъэлъагъуэ. Зиусхьэн Хьисэ ахэр кърегъэблагъэ и гуфІэгъуэр къыдаІыгъыну. Абыхэм уафэм щыІэ я тыгъэр къаІэрохьэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр лІахэм япэу къахотэджыкІыж (Мт. 25:21, 23; Апок. 20:5, етІуанэ Іыхьэр). УнэІут щхьэхынэм и щапхъэр помазанникхэм дерс яхуохъу. Дапхуэдэу?

13, 14. Талантхэм теухуа ущие хъыбарым помазанникхэм сыт хуэдэ дерс хахыфынур? (Сурэтми феплъ.)

13 Псэемыблэжу лэжьыгъэм фыхэт. Хъыджэбзхэми талантхэми теухуа ущие хъыбархэр Хьисэ щыжиІам абы къригъэкІакъым помазанникхэр щхьэхынэ хъуну. АбыкІэ Хьисэ къыдгуригъэІуауэ аращ помазанникхэр Алыхьым и лэжьыгъэм псэемыблэжу хэмытмэ сыт къэхъунуми. Абы щыгъуэ Алыхьым и тыгъэр абыхэм къалъысынукъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэр я Іыхьэ хъунукъым (2 Пет. 1:10).

14 Хъыджэбзхэмрэ талантхэмрэ теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм къагъэлъагъуэ помазанникхэр псори сакъын, ар къызэрыкІуэнум хуэхьэзыру щытын икІи Алыхьым и лэжьыгъэм псэемыблэжу хэтын зэрыхуейр. Ауэ Хьисэ абыхэм нэгъуэщІкІи щогугъ. Маттэ 24:40, 41 итри помазанникхэм хуэгъэзащ.

Хьисэ хуейщ помазанникхэр и кІэм нэс Алыхьым и Іуэхум псэемыблэжу хэтыну (13, 14 абзацхэм феплъ.) d


ХЭТ «УАФЭМ ЯХЬЫНУР»?

15, 16. Маттэ 24:40, 41 дапхуэдэу къызэрыхэщыр помазанникхэр мыжейуэ сакъын зэрыхуейр?

15 А ущие хъыбарищыр жиІэн ипэ Хьисэ къыдгуригъэІуащ Алыхьыр помазанникым зэрыхуэарэзыр къызыхэщынур сытми. Хьисэ и гугъу ищІащ губгъуэм щылажьэ цІыхухъуитІым икІи зы щхьэлым щыхьэжэ цІыхубзитІым теухуауэ. Абыхэм зы лэжьыгъэ ягъэзащІэми, Хьисэ жиІащ «зыр мелыІычхэм уафэм зэрахьынур, адрейр къызэрагъэнэнур». (Къеджэ Маттэ 24:40, 41.) Абы иужь Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушащ: «Аращи, фымыжейуэ фысакъ, Зиусхьэныр дунейм къыщыкІуэжыну махуэр фщІэркъыми» (Мт. 24:42). Мы псалъэхэр помазанникхэм хуэгъэзауэ пІэрэ? Хуэгъэзауэ къыщІэкІынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хъыджэбзхэм теухуа ущие хъыбарыр Хьисэ абы ещхь псалъэхэмкІэ иухащ (Мт. 25:13). Алыхьым и къару лъапІэр пэж дыдэу зыщыхуахэмрэ и кІэм нэс пэжу къэнахэмрэщ уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэр Іыхьэ зыхуэхъунур (Ин. 14:3).

16 Фымыжейуэ фысакъ. Помазанникхэм щыщу зыгуэрым сакъын щигъэтмэ, мелыІычхэм зыхуашэсынухэм ар хэтынукъым (Мт. 24:31). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэри Хьисэ и псалъэхэм щІэдэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ахэри мыжейуэ сакъын, Алыхьми хуэпэжу къэнэн хуейщ.

17. Иеговэ и къару лъапІэмкІэ хэт икІи дапщэщ къыхихми дыгузэвэн щІыхуэмейр сыт?

17 Дэ Иеговэ фІыуэ доцІыху икІи унафэ ищІхэм дзыхь худощІ. Ди зэманми абы и лэжьакІуэхэм щыщу зыгуэр и къару лъапІэмкІэ къыхихмэ, абы щхьэкІэ дыщІэгузэвэн щыІэкъым c. Дигу къэдгъэкІыжынщ жызум хадэм зы сыхьэт фІэкІа щымылэжьахэм теухуауэ Хьисэ жиІар (Мт. 20:1—16). Махуэ псокІэ лэжьахэм ирата лэжьапщІэм хуэдиз сыхьэт фІэкІа мылэжьахэми иратащ. Пэжагъ зыгъэлъагъуэ помазанникхэми я Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытыр: ахэр къыщыхахам емылъытауэ уафэм кІуэну гугъэ яІэр къаІэрыхьэнущ.

ХЬИСЭ ЖИІА УЩИЕ ХЪЫБАРХЭМ ФЫЩІЭДЭІУ

18, 19. Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм сыт къыщытщІар?

18 Сыт дэ зэпкърытхар? ЯпэщІыкІэ дэ дытепсэлъыхьащ мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарым. Абы къегъэлъагъуэр щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр иджыпстуи гузэвэгъуэшхуэми Иеговэ хуэпэжу къэнэн зэрыхуейр. Хьисэ щІылъэм тет цІыху псоми хьэкум щатрищІыхьыну махуэм Алыхьым хуэпэжхэм гъащІэ мыухыжыр яхуигъэфэщэнущ (Мт. 25:46).

19 Дэ иджыри зэпкърытхащ помазанникхэм дерс зыхахын хуей ущие хъыбаритІ. ХъыджэбзипщІым теухуа ущие хъыбарым хъыджэбзитхум Іущагъ яхэлъащ. Абыхэм загъэхьэзыращ икІи ахэр бэлэрыгъакъым. Ахэр хьэзырт щауэм зэрыпэплъэн хуейм хуэдизкІэ пэплъэну. Апхуэдэу Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзхэм щхьэкІэ пхужыІэнукъым. Ахэр щауэм и хьэгъуэлІыгъуэм хигъэхьакъым. Хьисэ мы дунейм кІэ къыщыхуигъэкІуэнур тщІэкъыми, абы пэплъэн зэрыхуейм хуэдизкІэ дэри дыпэплъэн хуейщ. Дэ иджыри талантхэмрэ псэемыблэжу лэжьа унэІутитІымрэ теухуа ущие хъыбарыр зэпкърытхащ. Абыхэм я зиусхьэным къахуигъэна къалэныр я гум къыбгъэдэкІыу ягъэзэщІащ, щытхъуи къалэжьащ. Зиусхьэным унэІут щхьэхынэр сэбэпыншэу жиІэри, псори къытрихащ. Сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? Иеговэ къыдита лэжьыгъэр ди гум къыбгъэдэкІыу и кІэм нэс дгъэзэщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьащ помазанникхэр мыжейуэ сакъын зэрыхуейм. Армыхъумэ, Хьисэ ахэр къищтэнукъым икІи уафэм щыІэ я тыгъэр абыхэм къалъысынукъым. Къахуэмыгъэсу помазанникхэр поплъэ Хьисэ и гъусэу уафэм щыщыІэну зэманым. Армагеддон нэужьым Щынэм и хьэгъуэлІыгъуэр екІуэкІынущ. Щауэу щытынур Хьисэщ, нысащІэу щытынур лІахэм къахэтэджыкІыжа помазанникхэращ (2 Фес. 2:1; Апок. 19:7, 9).

20. Иеговэ и чэнджэщхэм щІэдэІухэм сыт яхуищІэнур?

20 Куэд мыщІэу Хьисэ цІыхухэм хьэкум трищІыхьынущ, ауэ дэ дыщІэшынэн щыІэкъым. Дэ пэжагъ дгъэлъагъуэмэ, уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм «лъэкІыныгъэшхуэ» къыдитынущ икІи «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм» диувэфынущ (2 Кор. 4:7; Лк. 21:36). Дэ дыщыпсэунум теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ димыІами — уафэрами щІылъэрами, Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм дыщІэдэІун хуейщ. Апхуэдэу дэ ди Адэр дгъэгуфІэнущ. Иеговэ гу щабэщ икІи хуейщ дэтхэнэ зыми и цІэр «ГъащІэм и Тхылъым» итыну (Дан. 12:1, Данил бегъымбар, 2018; Апок. 3:5).

26 УЭРЭДЫР «Сэ къысхуэфщІауэ» солъытэ

a 2024 гъэм майм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым дапхуэдэу хьэкум зэрищІынур?» жыхуиІэ статьям феплъ.

b 2015 гъэм мартым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Будете ли вы бодрствовать?» жыхуиІэ статьям нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.

c 2020 гъэм январым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 29—30 напэкІуэцІхэм ит 11—14 абзацхэм феплъ.

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ шыпхъум хъыбарыфІыр щигъэІум зыхуэза цІыхубзыр Библием ирегъаджэ.