ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР
Библиер щыбджым деж щІэ гуэр къызэрыпщІэным хущІэкъу
Библиер бджын ипэ «Сыт сэ къэсщІэну сызыхуейр?», — жыпІэу зэупщІыж. Ауэ зыщумыгъэгъупщэ узэджэр Иеговэ нэгъуэщІ лъэныкъуэ гъэщІэгъуэныщэкІэ къызэрыпхузэІуихыфынур. Аращи, щІэ гуэрым зыхуебгъэсэну хуэхьэзыру щыт. Сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
Іущагъ къыуитыну Иеговэ елъэІу. Иеговэ иджыпсту дыдэ сытым ухуигъэсэну хуейми къыбгурыІуэн щхьэкІэ абы елъэІу (Екъуб 1:5). Бджы темэм фІыуэ хэпщІыкІми, абы теухуауэ псори пщІэуэ уимыгугъэ (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Зыщумыгъэгъупщэ Библием къаруушхуэ зэрыщІэлъыр. «Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ» (Евр. 4:12). Аращи, Библием деджэну къэтщтэху ар лъэныкъуэ куэдкІэ сэбэп къытхуэхъуфынущ. Ауэ абы щхьэкІэ дэ хьэзыру дыщытын хуейщ Библием къыщытщІэр къэтщтэну.
Иеговэ къыдит духовнэ шхыныгъуэ псори лъапІэу флъытэ. Алыхьым къыдит духовнэ шхыныгъуэр — «шхыныгъуэ нэхъыфІ дыдэхэр... зытет Іэнэм» хуэдэщ (Ис. 25:6). Аращи, темэ гуэрхэр «хъуэпсэгъуэу» щымыту къыпщыхъуми, ахэр блумыгъэкІ. Апхуэдэу уэ къэплъэгъунущ а темэхэр сэбэп къызэрыпхуэхъур икІи абыхэм гуфІэгъуэ къызэрыпхуахьыр!