Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

8 СТАТЬЯР

123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ

Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэм сыт щыгъуи дзыхь хуэфщІ

Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэм сыт щыгъуи дзыхь хуэфщІ

«УзрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ» (ИС. 48:17).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ и лъэпкъыр нобэ зэриунэтІым икІи абы и унафэм сытым дежи дедаІуэмэ, ар сэбэп къызэрытхуэхъум.

1. Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэхэм дыщІыхуэныкъуэр сыт? Щапхъэ къэфхь.

 МЭЗЫМ ущІэгъуэщыхьауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. ДэнэкІи шынагъуэ гуэрхэр щыІэщ: хьэкІэкхъуэкІэхэр, щхъухь зиІэ хьэпІацІэхэр, умылъагъуу узыдэхуэфын къуэхэр. Уэ фІыщІэ пщІыну къыщІэкІынт а щІыпІэр фІыуэ зыцІыху икІи а шынагъуэхэм ущызыхъумэфын гуэр уи гъусатэмэ. Мы дунейр апхуэдэ мэзым ебгъэщхь хъунущ. Абы Иеговэ пэжыжьэ ухуэзыщІыфын къапхъэн куэд щыІэщ. Ауэ дэ абы дыкІуэцІырызышыфын диІэщ — ар Иеговэщ. Абы дэ дыкъехъумэ икІи дунеищІэм щыІэну гъащІэ мыухыжым дыхуешэ.

2. Дапхуэдэу Иеговэ дызэриунэтІыр?

2 Дапхуэдэу Иеговэ дызэриунэтІыр? Япэрауэ, и Псалъэ БиблиемкІэ. Ауэ абы нэмыщІ Иеговэ цІыхухэри къегъэсэбэп, псалъэм папщІэ, «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр». А унэІутым къыдит щІэныгъэхэм и фІыгъэкІэ дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуощтэ (Мт. 24:45). Иджыри Иеговэ деунэтІ, районым и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къигъэсэбэпурэ. А цІыхухъухэм дагъэгушхуэ икІи гугъуехьхэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъу чэнджэщхэр къыдат. Дэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ, мы дунейм и иужьрей махуэхэм дзыхь зыхуэпщІ хъун чэнджэщхэр дызэриІэм щхьэкІэ. А чэнджэщхэр къыддоІэпыкъу Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тхъумэну икІи гъащІэ мыухыжым дыхуэзышэ гъуэгум адэкІи дытетыну.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Иеговэ къыдит унафэхэм дытетыну иныкъуэхэм деж тыншу щымытынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу, гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэмкІэ ахэр къыщытІэрыхьэм деж. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм жаІэмрэ дэ зэхэтхыну дызыхуеймрэ зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Е дэ къытщыхъункІэ хъунущ абыхэм къыдат унафэхэм акъыл хэмылъу, Иегови къыбгъэдэмыкІыу. Апхуэдэхэм деж мыхьэнэшхуэ иІэщ а унафэхэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІым икІи сэбэп къызэрытхуэхъум шэч къытедмыхьэным. Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ дэ зэпкърытхынущ: 1) пасэрей зэманым Алыхьым и лъэпкъыр зэриунэтІу щытар, 2) иджыпсту дапхуэдэу иунэтІми, 3) абы и унафэм сытым дежи дедаІуэмэ, ар сэбэп къызэрытхуэхъур.

Ижь зэман лъандэрэ цІыхухэр къигъэсэбэпурэ Иеговэ и лъэпкъыр еунэтІ (3-нэ абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ ИЗРАИЛ ЛЪЭПКЪЫР ЗЭРИУНЭТІУ ЩЫТАР

4, 5. Дапхуэдэу Иеговэ къызэригъэлъэгъуар Мусэ къигъэсэбэпу израил цІыхухэр иунэтІу зэрыщытар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

4 Иеговэ Мусэ къалэн иритат израил цІыхухэр Мысыр щІыналъэм къришыжыну. Мусэ къигъэсэбэпу лъэпкъым унафэ зэрыритыр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэ Иеговэ абыхэм яригъэлъэгъуащ. Псалъэм папщІэ, абыхэм ялъагъут махуэм пшэуэ щыт, жэщым мафІэу щыт пкъо (Исх. 13:21). Мусэ а пкъом и ужь иувэри израил лъэпкъыр Хы Плъыжьым хуишащ. Ауэ цІыхухэр къапхъэным ихуауэ къащыхъури, гужьеящ: ипэмкІэ кІуапІэ имыІэу хы Іуфэт, я ужьымкІэ фирхьэуным и дзэр губжьауэ къажэт. Израил цІыхухэм я гугъат Мусэ ахэр Хы Плъыжьым къызэришамкІэ щыуагъэ ищІауэ. Ауэ ар щыуауэ аратэкъым, Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпу и лъэпкъыр абыкІэ ишауэ арат (Исх. 14:2). Апхуэдэу Иеговэ израил цІыхухэр телъыджэ щІыкІэу къригъэлауэ щытащ (Исх. 14:26—28).

Мусэ шэч къытрихьэтэкъым израил лъэпкъыр пшахъуэщІым итыху, пшэуэ щыт пкъомкІэ Иеговэ ахэр иунэтІу зэрыщытам (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)


5 Мусэ шэч къытрихьэтэкъым, къыкІэлъыкІуэ илъэс 40-м израил лъэпкъыр пшахъуэщІым итыху, Иеговэ ахэр пшэуэ щыт пкъомкІэ зэриунэтІу щытам a. Зы зэман гуэркІэ а пкъор Мусэ и шэтырым щхьэщытащ, израил цІыхухэм псоми ар ялъагъун хуэдэу (Исх. 33:7, 9, 10). А пкъом къыхэпсэлъыкІыурэ Иеговэ Мусэ унафэ иритт, Мусэ а унафэр лъэпкъым жриІэжт (Пс. 99:7). Израил лъэпкъым ІупщІу илъагъут Мусэ къигъэсэбэпу Иеговэ ахэр зэриунэтІыр.

Мусэрэ абы и пІэкІэ теувэн хуей Нун и къуэ Ехьошуарэ (5, 7-нэ абзацхэм феплъ.)


6. Израил цІыхухэр Иеговэ и унафэм дапхуэдэу зэрыхущытар? (Числа 14:2, 10, 11).

6 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, израил цІыхухэм я нэхъыбэм я фІэщ хъуакъым Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпу зэрыщытар. (Къеджэ Числа 14:2, 10, 11.) Абы къыхэкІкІэ Алыхьым ахэр къызэригъэгугъа щІыналъэм иригъэхьакъым (Чис. 14:30).

7. Иеговэ и унафэм щІэтахэм я щапхъэ къэфхь (Числа 14:24). (Сурэтми феплъ.)

7 Ауэ языныкъуэ израил цІыхухэр Иеговэ и унафэм едаІуэу щытащ, псалъэм папщІэ, Халев. Ар къыхощ Алыхьым абы щхьэкІэ «Халев... гукІи псэкІи жысІэм къедэІуащ» зэрыжиІам. (Къеджэ Числа 14:24.) Иеговэ и нэфІ абы щыхуэри, Ханаан щІыналъэм здэпсэунур езым къыхихыну хуит ищІащ (Иис. Н. 14:12—14). Мысыр щІыналъэм къикІыжа израил цІыхухэм я щІэблэми Иеговэ и унафэм зэрыщІэтымкІэ щапхъэфІ ягъэлъагъуэт. Нун и къуэ Ехьошуа абыхэм я пашэ щыхъуам щыгъуэ, абы «пщІэ хуащІу щытащ», Мусэ зэрыхуащІу щытам хуэдэу (Иис. Н. 4:14). Аращ Иеговэ и нэфІ лъэпкъым щыхуэу, къызэригъэгугъа щІыналъэр щІритар (Иис. Н. 21:43, 44).

8. Пащтыхьхэр щытета зэманым Иеговэ и лъэпкъыр зэриунэтІу щытар къыдгурывгъаІуэ. (Сурэтми феплъ.)

8 ИужькІэ Иеговэ хеящІэхэр тригъэувэт, и лъэпкъыр иунэтІын щхьэкІэ. Пащтыхьхэр щытета зэманым Иеговэ бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ и унафэхэр лъэпкъым Іэригъэхьэу щытащ. Алыхьым хуэпэжу щыт пащтыхьхэр бегъымбархэм жаІэм едаІуэт. Псалъэм папщІэ, пащтыхь Даут Іэдэбагъ хэлъу бегъымбар Нафан жиІэм едэІуащ (2 Сам. 12:7, 13; 1 Лет. 17:3, 4). Пащтыхь Иосафат бегъымбар Яхазиил къыжриІэ унафэхэм дзыхь хуищІу щытащ икІи а пащтыхьым Иудэм щыпсэухэр хуигъэушт Алыхьым и бегъымбархэм жаІэм дзыхь хуащІыну (2 Лет. 20:14, 15, 20). Пащтыхь Езекие бэлыхь щыхэхуам щыгъуэ, Ешайа бегъымбарым елъэІуащ ар къыдэІэпыкъуну (Ис. 37:1—6). Пащтыхьхэр жыІэдаІуэу щыщытым деж, Иеговэ и лъэпкъыр къихъумэт, и нэфІи щыхуэт (2 Лет. 20:29, 30; 32:22). Псоми къагурыІуэн хуейт Иеговэ бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ и лъэпкъыр зэриунэтІыр. Ауэ пащтыхьхэм и нэхъыбэми израил лъэпкъми Иеговэ и бегъымбархэр ІэщІыб ящІащ (Иер. 35:12—15).

Пащтыхь Езекиерэ бегъымбар Ешайарэ (8-нэ абзацым феплъ.)


ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ ПСЭУА ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИРИКІУЭХЭР ИЕГОВЭ ЗЭРИУНЭТІУ ЩЫТАР

9. Ди эрэм япэ лІэщІыгъуэм къэунэхуа зэхуэсыр дапхуэдэу Иеговэ зэриунэтІу щытар? (Сурэтми феплъ.)

9 Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм Иеговэ зэхуэс къигъэунэхуащ. Абы хэтхэр Хьисэ и лъэужь иувахэрат. Дапхуэдэу Иеговэ ахэр зэриунэтІу щытар? Абы зэхуэсым и щхьэу Хьисэ тригъэуващ (Еф. 5:23). Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыми щхьэхуэу унафэ хуищІу щытакъым. Абы Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къигъэсэбэпу и лъэужь ирикІуэхэр иунэтІт (Апост. 15:1, 2). Иджыри дэтхэнэ зы зэхуэсми иІэщ нэхъыжьу щыт къуэшхэр (1 Фес. 5:12; Тит 1:5).

Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ (9-нэ абзацым феплъ.)


10. 1) Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я нэхъыбэр къыхуащІ унафэхэм дапхуэдэут зэрыхущытыр? (Апостолхэм 15:30, 31). 2) Пасэрей зэманым Иеговэ и лъэпкъыр зэриунэтІ цІыхухэр языныкъуэхэм ІэщІыб щІащІу щытар сыт? (« Иеговэ и лъэпкъыр иунэтІын щхьэкІэ къигъэсэбэп цІыхухэр языныкъуэхэм ІэщІыб щІащІар сыт?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

10 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуащІ унафэхэм дапхуэдэут зэрахущытыр? Абыхэм я нэхъыбэм яфІэфІу унафэхэр ягъэзащІэт. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гуфІащ, Ерусалим щыІэ къуэшхэм ящІа унафэр къащыІэрыхьам щыгъуэ. (Къеджэ Апостолхэм 15:30, 31.) Ди зэманым-щэ? Дапхуэдэу Иеговэ и лъэпкъыр нобэ зэриунэтІыр?

НОБЭ ИЕГОВЭ ДЫЗЭРИУНЭТІЫР

11. XIX лІэщІыгъуэм и кІэмрэ XX лІэщІыгъуэм и щІэдзапІэмрэ дапхуэдэу Иеговэ и лъэпкъыр зэриунэтІу щытар? Щапхъэ къэфхь.

11 Ди зэманми Иеговэ и лъэпкъыр еунэтІ. Абы щхьэкІэ и Псалъэмрэ зэхуэсым и щхьэу тригъэува и Къуэмрэ къегъэсэбэп. Иеговэ и лъэпкъыр иунэтІын щхьэкІэ цІыхухэр къызэригъэсэбэпым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ гуэр щыІэу пІэрэ? ЩыІэщ. XIX лІэщІыгъуэм и кІэм деж къэхъуам деплъынщ. Чарлз Тейз Расселлрэ абы и гъусэхэмрэ къагурыІуащ 1914-нэ гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзэнур (Дан. 4:25, 26). Абыхэм Библиер куууэ яджт икІи абы ит пророчествэхэм дзыхь хуащІт. Аращ ахэр апхуэдэ гупсысэм къыщІыхуэкІуар. А гупыр пэжым къыхуэкІуэн щхьэкІэ Иеговэ ахэр иунэтІу пІэрэт? Шэч хэмылъу, иунэтІт. 1914-нэ гъэм къэхъуа Іуэхугъуэр щыхьэт тохъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзам. Япэ дунейпсо зауэшхуэм щІидзэри, зыр зым иужь иту уз зэрыцІалэхэр, гъаблэхэр, щІыхъейхэр абы къыкІэлъыкІуащ (Лк. 21:10, 11). Апхуэдэу Иеговэ Расселлрэ абы и гъусахэмрэ къигъэсэбэпащ, и лъэпкъым дэІэпыкъун щхьэкІэ.

12, 13. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ сыт къуэшхэм ящІар, хъыбарыфІым зиубгъун щхьэкІэ?

12 ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ къуэшхэм ящІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Апокалипсис 17:8 ит пророчествэр куууэ зэпкъраха иужь, дунейпсо Іуэху зехьэпІэм щыІэ къуэш нэхъыжьхэм къагурыІуащ а зауэр Армагеддоным зэрыхуэмыкІуэр, атІэ дунейр нэхъ мамыр щыхъужыну зэманым зэрыхуэкІуэр икІи абы и фІыгъэкІэ хъыбарыфІым зэрызиубгъунур. Арати, Иеговэ и организацэм «Библейский колледж Сторожевой башни Галаад» b жыхуаІэр къызэІуихащ, а зэманым ар къызэІупхыным акъыл хэмылъу къыпщыхъуми. Дуней псом хъыбарыфІыр щызыгъэІуну миссионерхэр а колледжым щагъэхьэзырт. Миссионерхэр зауэр зэрекІуэкІым хуэдэу здагъакІуэ щІыпІэхэм кІуэт. Абы нэмыщІ унэІут пэжым «Курс теократического служения» c жыхуаІэр къызэригъэпэщащ. А курсым и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІыр нэхъ Іэзэу ягъэІуу, цІыхухэри нэхъыфІу ирагъаджэу хъуащ. А Іуэхугъуэхэм Алыхьым и лъэпкъыр хуигъэхьэзыращ дуней псом щекІуэкІын хуей лэжьыгъэшхуэм.

13 ДызэплъэкІыжмэ, дэ ІупщІу долъагъу а зэман гугъум Иеговэ и лъэпкъыр иунэтІу зэрыщытар. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр иуха иужь, Иеговэ и лэжьакІуэхэм къэрал куэдым хъыбарыфІыр хуиту щагъэІуну Іэмал яІэ хъуащ. Абы и фІыгъэкІэ куэдым Иеговэ къацІыхуащ. Иджыпстуи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дуней псом щоІу.

14. Иеговэ и организацэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къыдат унафэхэм дзыхь щІыхуэтщІ хъунур сыт? (Апокалипсис 2:1). (Сурэтми феплъ.)

14 Ноби УнафэщІ гупыр Хьисэ и унафэм щІэтщ. Ахэр хуейщ къуэшхэм ират унафэхэм Иеговэрэ Хьисэрэ я еплъыкІэр къыхэщыну. Абыхэм районым и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къагъэсэбэпу а унафэхэр зэхуэсхэм Іэрагъэхьэ d. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыщу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр — къапщтэмэ зэхуэс псоми я нэхъыжьхэри — Хьисэ и «Іэ ижьым» илъщ. (Къеджэ Апокалипсис 2:1.) ДауикІ, а къуэшхэм гуэныхь яхэлъщ икІи ахэр щыщыуи къохъу. Муси, Нун и къуэ Ехьошуи, апостолхэми щыуагъэ щащІа къэхъуащ (Чис. 20:12; Иис. Н. 9:14, 15; Рим 3:23). Ауэ, абы емылъытауэ, Хьисэ лъагъуныгъэ хэлъу унэІут пэжымрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ адэкІи еунэтІ икІи «дунейр и кІэухым нэсыху» ар абы ищІэн къигъэнэнукъым (Мт. 28:20). Аращи, къуэшхэр къигъэсэбэпу абы къыдит унафэхэм дзыхь щІыхуэдмыщІын щхьэусыгъуэ диІэкъым.

Ди зэманым щыІэ УнафэщІ гупыр (14-нэ абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ СЫТ ЩЫГЪУИ ДЕДЭІУЭНЫМ СЭБЭПЫНАГЪ КЪЫЩІЫТХУИХЬЫР СЫТ?

15, 16. Иеговэ и чэнджэщым тетхэм я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

15 Иеговэ и унафэм дыщытетым деж, ар иджыпсту дыдэ сэбэп къызэрытхуэхъур долъагъу. Псалъэм папщІэ, Э́ндрюрэ e Ро́узрэ унэІут пэжым и чэнджэщым едаІуэри я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьащ. («Учебная Библия» жыхуаІэм Маттэ 6:22 хуэхьа комментарием феплъ.) Абы и фІыгъэкІэ ахэр организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтыфащ. Роуз къыддогуашэ: «ПщэфІапІэ зимыІэ пэш зэв цІыкІухэм дыщыщыпсэуаи къэхъуащ. Сэ сурэт тесхыну сфІэфІми, си сурэттеххэмрэ объективхэмрэ я нэхъыбэр сщэжын хуей хъуащ. Ахэр щысщэжым сыгът, ауэ сэ Ибрэхьим и щхьэгъусэ Сарэ хуэдэу сыщытыну сыхуейт. Абы къыхэкІкІэ сызэплъэкІыжу къэзгъэнам семыплъу, ипэкІэ сызэрыплъэным сыхущІэкъут» (Евр. 11:15). А унагъуэм къищта унафэм фІы гуэр къыпэкІуауэ пІэрэ? Роуз жеІэ: «Дэ зыкІэ догуфІэри, диІэу хъуар Иеговэ зэреттыфым щхьэкІэ! Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр къыддоІэпыкъу дунеищІэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну». Эндрю абы арэзы техъуэу пещэ: «Дэ дынасыпыфІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди зэманри ди къарууэ хъуари Иеговэ идот».

16 Иеговэ и унафэм дызэрытетым сыт хуэдэ сэбэпынагъ иджыри къытхуихьыр? Марси́я хъыбарыфІыр нэхъыбэу зэрыгъэІун хуейм теухуауэ чэнджэщ зэхихати, гукъыдэж иІэ хъуащ школыр къиуха иужь пионер лэжьыгъэр къищтэну (Мт. 6:33; Рим 12:11). Ар къыддогуашэ: «Сэ университетым пщІэ щІэзмыту сыщеджэну сыкърагъэблэгъат. Ауэ Иеговэ нэхъыфІыр естыну сыхуейти, ІэщІагъэ зэзгъэгъуэтын щхьэкІэ курс гуэр къэзухащ. Иджы хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу сыхэтыну Іэмал къызэзыт лэжьыгъэ сиІэщ. Апхуэдэ унафэ зэрысщІам Іейуэ сыщыгуфІыкІыжащ. Иджыпсту сэ общэ пионеру сыщытщ. Сызэрыхуейм хуэдэу си лэжьыгъэр зэрытезухуэфым Іэмал къызет Вефилым сыдэІэпыкъуну, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа нэгъуэщІ куэди сщІэну».

17. Иеговэ и чэнджэщым дызэрытетыр сыткІэ иджыри сэбэп къызэрытхуэхъур? (Исайя 48:17, 18).

17 Зэман-зэманкІэрэ Иеговэ и организацэм дыкъэзыхъумэн чэнджэщхэр къыдет. Псалъэм папщІэ, абы дыхуегъэуш мылъку зэхуэдмыхьэсыну икІи Алыхьым и хабзэм дытезыгъэкІыфын Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну. Алыхьым и чэнджэщхэм дыщытетым деж, дэ ди напэр къабзэщ, гугъуехь куэдми щыхъума дохъу (1 Тим. 6:9, 10). Абы и фІыгъэкІэ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуолажьэ икІи абы гуфІэгъуэрэ насыпрэ къытхуехь, ди гуми мамырыгъэ илъщ. (Къеджэ Исайя 48:17, 18.)

18. Иеговэ къыдит унафэхэм сыт щыгъуи дзыхь хуэпщІыну сыт ущІыхуейр?

18 Шэч хэлъкъым адэкІи Иеговэ цІыхухэр къигъэсэбэпу дызэриунэтІыным — гузэвэгъуэшхуэ зэманми Алыхьым и Пащытыхьыгъуэр илъэс минкІэ щытепщэну зэманми (Пс. 45:16). Унафэ къыдатхэр дызыхуейм зыгуэркІэ темыхуэми ахэр дгъэзэщІэну? Ар нэхъ тыншу тхузэфІэкІынущ, Иеговэ жиІэм иджыпсту дедаІуэмэ. Аращи, абы къыдит унафэхэм сыт щыгъуи дытевгъэт, ахэр пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм къыбгъэдэкІыу къыщытІэрыхьэм дежи (Ис. 32:1, 2; Евр. 13:17). Дэ гъуэгу пэжыр дэзыгъэлъагъу Иеговэ дзыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Абы езым пэжыжьэ дыхуэзыщІын Іуэхугъуэхэм дыщехъумэ икІи дунеищІэм щыІэну гъащІэ мыухыжым дыхуешэ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ израил лъэпкъыр дапхуэдэу зэриунэтІу щытар?

  • Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр дапхуэдэут Иеговэ зэриунэтІу щытар?

  • Ди зэманым Иеговэ къыдит унафэхэм дытетыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?

48-НЭ УЭРЭДЫР Махуэ къэс Иеговэ и гъусэу къыдокІухь

a Иеговэ и лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм иришэн щхьэкІэ, абы израил цІыхухэм япэ иту мелыІыч игъэкІуауэ щытащ. Ар Михаил зи цІэ мелыІычырауэ къыщІэкІынт. Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ, апхуэдэ цІэ иІэу щытащ (Исх. 14:19; 32:34).

b Нобэ ар «Библейская школа Сторожевой башни Галаад» жыхуаІэращ.

c ИужькІэ ар «Школа теократического служения» жыхуаІэмкІэ зэрахъуэкІащ. Нобэ а школыр щекІуэкІыр тхьэмахуэм и кІуэцІым щыІэ зэІущІэращ.

d 2021-нэ гъэм февралым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 18-нэ напэкІуэцІым ит «УнафэщІ гупым игъэзэщІэн хуей къалэнхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.

e Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.