Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

УнафэщІ гупым щІэуэ къыхыхьа къуэшитІыр

УнафэщІ гупым щІэуэ къыхыхьа къуэшитІыр

2023-НЭ ГЪЭМ, январым и 18-м, jw.org сайтым объявление къытрадзащ. Абы щыжыІат Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупым ди къуэш Гейдж Флиглрэ Джеффри Уиндеррэ щылэжьэну къызэрырагъэблэгъар. А къуэшитІыр илъэс куэд щІауэ Иеговэ пэжу хуолажьэ.

Гейдж Флиглрэ абы и щхьэгъусэ Надярэ

Ди къуэш Флигл къыщыхъуар США-м Пенсильвание штатым и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэщ. Ар къыщалъхуа унагъуэм щыщхэр псори Иеговэ и Щыхьэту щытт. Ар щыныбжьыщІэм, абы и унагъуэр хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ къалэ цІыкІу Іэпхъуащ. Абы иужь куэд дэмыкІыу, 1988-нэ гъэм, ноябрым и 20-м, абы псым зыщІигъэуащ.

Ди къуэш Флигл и адэ-анэм сыт щыгъуи хуагъэушт полновременнэу Иеговэ хуэлэжьэну. Абыхэм районым и нэхъыжьхэмрэ Вефилым щылажьэхэмрэ щІэх-щІэхыурэ я унэм кърагъэблагъэти, Гейдж илъагъут а къуэш, шыпхъухэр зэрынасыпыфІэр. Псым зыщІигъэуа иужь илъэси дэмыкІыу абы 1989-нэ гъэм, сентябрым и 1-м, общэ пионер лэжьыгъэр къищтащ. Илъэс дэкІри, 1991-нэ гъэм, октябрь мазэм, абы къехъулІащ илъэс 12-кІэ зыхущІэкъуа мурадыр — Бруклин щыІэ Вефилым щылэжьэн щІидзащ.

Ди къуэш Флигл Вефилым переплетный цехым илъэсийкІэ щылэжьа иужь, служебнэ отделым щылэжьэну кърагъэблэгъащ. А зэманым ар илъэс зыбжанэ хъуауэ урысыбзэкІэ екІуэкІ зэІущІэм кІуэт. 2006-нэ гъэм абы Надя зи цІэ ди шыпхъу къишэри, иужькІэ а шыпхъуми Вефилым щылэжьэн щІидзащ. Ахэр португалыбзэкІэ екІуэкІ зэхуэсым хэтащ, иужькІэ —илъэсипщІкІэ испаныбзэкІэ екІуэкІым. Служебнэ отделым илъэс куэдкІэ щылэжьауэ, ди къуэш Флигл Учебнэ комитетым и бюром ягъэкІуащ, иужькІэ — Служебнэ комитетым и бюром. 2022-нэ гъэм, мартым, ар УнафэщІ гупым и Служебнэ комитетым и дэІэпыкъуэгъу ящІащ.

Джеффри Уиндеррэ абы и щхьэгъусэ Анджелэрэ

Ди къуэш Уиндер Маррие́та къалэм къыщыхъуащ (США, Калифорние штат). Ар Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэм къыщыхъуащ икІи абы 1986-нэ гъэм, мартым и 29-м псым зыщІигъэуащ. Псым зыщІигъэуа иужь къыкІэлъыкІуэ мазэм абы подсобнэ пионер лэжьыгъэр къищтащ. Ар апхуэдизкІэ абы игу ирихьати, а лэжьыгъэр зэи къимыгъэнэну абы мурад ищІащ. Мазэ зыбжанэ дэкІри, 1986-нэ гъэм, октябрым и 1-м, абы общэ пионер лэжьыгъэр къищтащ.

Джеффри щыныбжьыщІэм щыгъуэ, Вефилым щылажьэ и къуэшитІым деж хьэщІэу къэкІуащ. Абы иужь Вефилым щылэжьэну гукъыдэж иІэ хъури, мурад ищІащ и ныбжьыр нэсмэ, Вефилым кърагъэблэгъэн щхьэкІэ заявление итхыну. Ар 1990-нэ гъэм, майм, Уолкилл дэт Вефилым кърагъэблэгъащ.

Ди къуэш Уиндер къабзагъэм кІэлъыплъ отделми, фермэми, абы нэмыщІ бюро Вефиля жыхуаІэми щылэжьащ. Абы 1997-нэ гъэм А́нджела зи цІэ шыпхъу къишащ, абы лъандэрэ а тІур зэгъусэу Вефилым щолажьэ. 2014-нэ гъэм ахэр Уорвик ягъакІуэри, ди къуэш Уиндер дунейпсо ІуэхузехьэпІэм и ухуэныгъэм хэтащ. 2016-нэ гъэм ахэр Паттерсон щыІэ Учебный центр Сторожевой башни жыхуаІэм Іэпхъуэри, ди къуэш Уиндер отдел аудио- и видеозаписи жыхуаІэм щылэжьэн щІидзащ. ИлъэсиплІ дэкІа иужь, абыхэм Уорвик къагъэзэжри, ди къуэш Уиндер бюро Комитета по кадрам жыхуаІэм щылэжьэн щІидзащ. 2022-нэ гъэм, мартым, ар УнафэщІ гупым и Комитет по кадрам жыхуаІэм и дэІэпыкъуэгъуу щытыну кърагъэблэгъащ.

Дэ Иеговэ фІыщІэ худощІ апхуэдэ цІыхухэр «тыгъэу къызэрыдитам» щхьэкІэ икІи долъэІу абыхэм Пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ къарууэ трагъэкІуадэм фІыгъуэ къыпигъэкІуэну (Еф. 4:8).