Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФщІэуэ пІэрэ?

ФщІэуэ пІэрэ?

Языныкъуэ псалъэхэр къытригъэзэжурэ Библием щхьэ ит?

БИБЛИЕР зытхахэм языныкъуэ псалъэхэр къытрагъэзэжурэ жаІэт. Ар апхуэдэу щІатхын хуей хъуам и щхьэусыгъуищым деплъынщ.

Ар щатха зэманыр. Ижь зэманым израил цІыхухэм и нэхъыбэм Мусэ и Хабзэр тхауэ яІыгътэкъым. Инэхъыбэм абыхэм Мусэ и Хабзэм итыр къыщащІэу щытар шэтыр лъапІэм дежщ, иужькІэ Иеговэ и Унэшхуэм деж (Втор. 31:10—12). ЦІыхухэр сыхьэт бжыгъэкІэ щыту абы едаІуэт (Неем. 8:2, 3, 7). Абы щыжаІэр зэхахыну зэран къахуэхъу Іэуэлъауэ куэд щыІэу къыщІэкІынт. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къытрагъэзэжурэ зэрыжаІэм и фІыгъэкІэ цІыхухэм нэхъ тыншу Алыхьым и унафэхэр я гум ираубыдэфт икІи ахэр ягъэзэщІэфт (Лев. 18:4—22; Втор. 5:1).

Ар зэратха щІыкІэр. Библием и Іыхьэ пщІанэ хуэдизыр уэрэду щытщ. Абы хэтщ Псалом тхылъыр, Песня Соломона, Плач Иеремии жыхуаІэхэр. Языныкъуэ уэрэдхэм ежьу́ хэтщ. Абы къыхегъэщ уэрэдым и темэ нэхъыщхьэр икІи ар цІыхухэм доІэпыкъу абы хэт псалъэхэр ягу ираубыдэну. Псалъэм папщІэ, деплъынщ Псалом 115:9—11: «Израил цІыхухэ, Иеговэ фыщыгугъ, ар фи дэІэпыкъуэгъущ икІи фи мэІухущ. Хьэрун и щІэблэ, Иеговэ фыщыгугъ, ар фи дэІэпыкъуэгъущ икІи фи мэІухущ. Иеговэ фІэлІыкІхэ, Иеговэ фыщыгугъ, ар фи дэІэпыкъуэгъущ икІи фи мэІухущ». А псалъэхэр къытрагъэзэжу зэрыжаІэм и фІыгъэкІэ уэрэджыІакІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр я гум нэхъ ираубыдэу къыщІэкІынт.

Ар щІатхар. Библиер зытххэм иныкъуэм деж мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр къытрагъэзэжурэ ятхт, абы нэхъ гулъытэ хуащІын щхьэкІэ. Апхуэдэу Иеговэ израил цІыхухэм лъы ямышхыну щажриІам щыгъуэ, абы Мусэ хуигъэушащ а унафэр зыбжанэрэ итхыну. Алыхьыр хуейт псэ зыІуту хъуам я гъащІэр лъым зэрыхэтыр къыхигъэщыну, нэгъуэщІу жыпІэмэ, лъым гъащІэр къызэригъэлъагъуэр (Лев. 17:11, 14). ИужькІэ Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ къуэш, шыпхъухэм письмо щыхуатхам щыгъуэ, къытрагъэзэжри жаІащ Алыхьыр бгъэгуфІэн щхьэкІэ лъым пэІэщІэ зыхуэпщІын зэрыхуейр (Апост. 15:20, 29).

Иеговэ хуейтэкъым демыгупсысу ауэ сытми къытедгъэзэжурэ абы и Тхыгъэ ЛъапІэм ит пычыгъуэхэр жытІэну. Псалъэм папщІэ, Хьисэ жиІащ: «Тхьэм фыщелъэІукІэ куэдыщэ [«жыфІар къытевгъэзэжурэ», ДЩІ] жывмыІэ» (Мт. 6:7). ИужькІэ абы кърибжэкІащ Алыхьым и мурадым техуэу узэрелъэІу хъуну щІыкІэр (Мт. 6:9—13). Дэ Алыхьым дыщелъэІукІэ къытедгъэзэжурэ зы жыдмыІэми, зы Іуэхугъуэм щхьэкІэ мызэ-мытІэу делъэІу хъунущ (Мт. 7:7—11).

Языныкъуэ псалъэхэр Алыхьым къытригъэзэжурэ щІригъэтхам, шэч хэмылъу, щхьэусыгъуэ иІащ. Ар дэ сэбэпынагъ нэхъыбэ хэтхын щхьэкІэ ди УщиякІуэшхуэм къигъэсэбэп Іэмалхэм ящыщ зыщ (Ис. 48:17, 18).