Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

39 СТАТЬЯР

Іэдэбагъым дэ къарууфІэ дещІ

Іэдэбагъым дэ къарууфІэ дещІ

«Зиусхьэным хуэлажьэ цІыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтІэ цІыху псоми яхуэфІу... щытын хуейщ» (2 ТИМ. 2:24).

120-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Къыддэлажьэхэр е къыддеджэхэр сыт къызэрыдэупщІыфынур?

 КЪЫБДЭЛАЖЬЭ е къыбдеджэ гуэр уи диным теухуауэ къыщоупщІым деж, сыт уэ зыхэпщІэр? Угузавэу щІэбдзэрэ? Апхуэдэм деж куэдыр мэгузавэ. Ауэ дэ упщІэ къыдатхэм дыщышынэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я фІыгъэкІэ упщІэ къыдэзытым и фІэщ хъур къыдгуроІуэ. Абы иужь а цІыхум хъыбарыфІымкІэ дыдэгуэшэну нэхъ тынш мэхъу. Ауэ иныкъуэхэм деж цІыхухэм упщІэ къыщІыдатыр дэ жытІэм арэзы зэрытемыхъуэм е къыдэдэуэну зэрыхуейм къыхэкІкІэщ. Инэхъыбэм апхуэдэу къыщІэхъур абыхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ зэхах пцІыр я фІэщ мэхъури аращ (Апост. 28:22). Библиеми щыжыІащ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» цІыхухэр гущІэгъуншэу икІи зэкІужыныгъэр зыхуэдэр ямыщІэу зэрыщытынур (2 Тим. 3:1, 3).

2. Іэдэбу дыщытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

2 Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Дапхуэдэу си пІэм сыкъимыкІыу икІи щабэу сыкъызэрынэфынур, си диным теухуауэ зыгуэр къызэдауэу щытмэ?» АбыкІэ къыбдэІэпыкъунущ Іэдэбагъ е щабагъ жыхуаІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ хьэл-щэныр. ЦІыху Іэдэбыр и пІэм кърашыну щыхэтым е жиІэнур щимыщІэм деж зэпІэзэрыту къонэ (Прит. 16:32). Ауэ уэ мыпхуэдэу уегупсысыфынущ: «Ар пщІэным нэхърэ жыпІэну нэхъ тыншщ». Дауэ-тІэ Іэдэбагъыр зэрызыхэтлъхьэфынур? Ди диным зыгуэр ІейкІэ тепсэлъыхьмэ, дауэ абы щабэу жэуап зэреттыжыфынур? Ди бынхэри я фІэщ хъум къыщхьэщыжыфу икІи щабэу псэлъэфу дауэ зэрыдгъэсэнур? Ар иджыпсту къэтщІэнщ.

ІЭДЭБАГЪЫР ДАУЭ ЗЭРЫЗЫХЭТЛЪХЬЭФЫНУР?

3. ЦІыху Іэдэбым лІыгъэ хэлъу жыпІэ щІэхъунур сыт? (2 Тимофей 2:24, 25).

3 Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур шынэкъэрабгъэкъым, атІэ лІыгъэ зыхэлъ цІыхущ. Уи пІэ укъыщрашым деж зэпІэзэрыту укъэнэн щхьэкІэ, Іэдэбагъым ухуэныкъуэщ. Ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22, 23). Іэдэбагъ жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэр къагъэсэбэпт, Іэлу щытауэ Іэсэ ящІа шым щытепсэлъыхьым деж. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт шы Іэлыр Іэсэ хъуауэ. Ар Іэсэ хъуами, и къарур зыщІыпІи кІуакъым. ЦІыхухэри апхуэдэ дыдэщ. Іэдэбагъ зыхэтлъхьэху, нэхъ къарууфІэ дыхъуурэ докІуэ. А хьэл-щэныр зыхэплъхьэн щхьэкІэ, укъимыкІуэту, ерыщу абы уелэжьыныр мащІэщ. Алыхьыр къыддэІэпыкъуну, и къару лъапІэри къыдитыну дэ абы делъэІун хуейщ. НэгъуэщІхэм щабэу хущыту зезыгъэса цІыху куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, ди къуэш, шыпхъу куэдыр щабэу мэпсалъэ, нэгъуэщІхэр къедэуэну е я пІэм кърашыну щыхэтым деж. Ар зылъагъу адрей цІыхухэр Иеговэ и Щыхьэтхэм нэфІкІэ еплъу щІадзэ. (Къеджэ 2 Тимофей 2:24, 25.) НтІэ, Іэдэбагъыр хьэл-щэн тхуэхъун щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

4. Іэдэбагъым теухуауэ Исхьэкъ сыт хуэдэ щапхъэ игъэлъэгъуа?

4 Библиер топсэлъыхьыж Іэдэбу щыта цІыху куэдым. Абыхэм ящыщ зыщ Исхьэкъ. Ар филистимлянхэм я къалэ Гъэрар пэмыжыжьэу къыщыІэпхъуам щыгъуэ, абы и адэм и унэІутхэм къратІыкІа псыкъуийхэр и гъунэгъу къефыгъуэхэм иратхъуэжащ. Исхьэкъ абыхэм емыныкъуэкъуу нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэри щІэрыщІэу псыкъуий къритІыкІащ (ЩІэдз. 26:12—18). Ауэ а псыри филистимлянхэм езыхэм яейуэ жаІащ. Апхуэдэу щыхъуми Исхьэкъ мамырыгъэр зэрихъумэным хущІэкъуащ (ЩІэдз. 26:19—25). Исхьэкъ и пІэм кърашыну иужь зэритам емылъытауэ, Іэдэбу къэнэну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы и адэ-анэм я щапхъэр фІыуэ ищІэжт. Исхьэкъ илъэгъуащ Ибрэхьим мамыру Іуэхухэр зэрызэхигъэкІыу щытар, Сари «гущабагъэ» игъэлъагъуэу, «гузэгъэгъуи» и гум илъу зэрыщытар (1 Пет. 3:4—6; ЩІэдз. 21:22—34).

5. Адэ-анэм я бынхэр Іэдэбагъым зэрыхурагъэсэфынур сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ?

5 Адэ-анэхэ, фэри Іэдэбагъым фи бынхэр зэрыхуевгъэсэфынум шэч къытевмыхьэ. Илъэс 17 хъу ди къуэш Макса́нс и щапхъэм деплъынщ. Ар школым щыщыІэми, хъыбарыфІыр щигъэІуми куэдрэ цІыху губжьахэм епсэлъэн хуей хъут. Абы Іэдэбагъ зыхилъхьэну и адэ-анэр къыдэІэпыкъут. Абыхэм жаІэ: «Максанс къыгурыІуащ зыгуэрым псалъэмакъ къыщигъэхъейм деж, уи пІэ тыншу укъызэрикІыфынур, ауэ зыпшыІэну куэдкІэ зэрынэхъ гугъур». Иджы Максанс ещІэ Іэдэбагъ зыгъэлъагъуэр къарууфІэу зэрыщытыр, икІи а хьэл-щэныр зыхилъхьэну абы хузэфІэкІащ.

6. Іэдэбагъыр нэхъыфІу дгъэлъэгъуэну тхьэлъэІур дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

6 Ди пІэм дыкъыщрашым деж, сыт тщІэ хъунур? Псалъэм папщІэ, зыгуэрым ди Алыхьыр игъэпуду е Библием щыдыхьэшхыу щІедзэ. Апхуэдэм деж укъэмыгубжьу, щабэу жэуап птыжын щхьэкІэ, Алыхьым елъэІу и къару лъапІэмрэ Іущагъымрэ къыуитыну. Ауэ уэ узэрыхуеям хуэдэу жэуап зэрыпхуэмытар къыбгурыІуэжамэ, сыт пщІэ хъунур? Абы щыгъуэ иджыри зэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъази, етІанэгъуэгу нэхъыфІу жэуап зэрыптыным егупсыс. Уи пІэм укъимыкІыу зыпшыІэфын щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыуитынущ.

7. Библием ит едзыгъуэхэр гукІэ зэбгъэщІэным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт? (Притчи 15:1, 18).

7 Иныкъуэхэм деж дэ дыкъыщыщитхъи къохъу. Апхуэдэ къыщыхъум деж, Библием ит едзыгъуэхэр къыддэІэпыкъунущ. Ахэр Алыхьым и къару лъапІэм дигу къигъэкІыжынущ (Ин. 14:26). Псалъэм папщІэ, Притчи тхылъым уасэ зимыІэ чэнджэщ куэд итщ. А чэнджэщхэм дедаІуэмэ, Іэдэбагъ нэхъ тхуэгъэлъэгъуэнущ. (Къеджэ Притчи 15:1, 18, Гъэсэпэтхыдэхэр) А тхылъым дегъэлъагъу псалъэмакъ къыщыхъейм деж, зэпІэзэрыту укъэнэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Прит. 10:19; 17:27; 21:23; 25:15).

ІЭДЭБАГЪ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ЗЭХЭЩІЫКІЫР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?

8. ЦІыхум упщІэ къыщІыдитам и щхьэусыгъуэр зэхэдгъэкІыным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

8 Іэдэбу дыщытын щхьэкІэ, дэ зэхэщІыкІым дыхуэныкъуэщ (Прит. 19:11). ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхум и фІэщ хъум теухуауэ упщІэхэр къыщратым деж, абы и щхьэусыгъуэр къищІэну хэтщ. Языныкъуэ упщІэхэр айсбергым хуэдэщ. Абы и щхьэкІэм фІэкІ умылъагъуу, и нэхъыбэр псы щІагъым щыІэщ. Аращи, цІыхум упщІэ къыщІыдитам и щхьэусыгъуэр зэхэдгъэкІыу, иужькІэ жэуап ттымэ нэхъыфІщ (Прит. 16:23).

9. Гидеон ефрем цІыхухэм щепсалъэм, зэхэщІыкІрэ Іэдэбагърэ дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар?

9 Дигу къэдгъэкІыжынщ Гидеон ефрем унагъуэ лъэпкъым щыщхэм жэуап зэрыритауэ щытар. Ахэр абы къыщыхьат, бийхэм щезауэм щыгъуэ гувауэ къызэрыриджам щхьэкІэ. Ауэ а цІыхухъухэр къыщІэгубжьам и щхьэусыгъуэ дыдэр сытыт? Абыхэм я пщІэр ираудыхауэ къащыхъуауэ арауэ пІэрэт? Гидеон зэхэщІыкІ игъэлъэгъуащ икІи ефрем цІыхухэм я гурыщІэхэр къыгурыІуэри щабэу жэуап яритащ. Абы и жэуапыр щызэхахым, абыхэм «я губжьыр теужащ» (Суд. 8:1—3).

10. Дызытетыр зэрыпэжым шэч къытезыхьэ цІыхухэм щабэу жэуап еттыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? (1 Петр 3:15).

10 Дэ Библием тету дыщІэпсэум и щхьэусыгъуэм къыддэлажьэ е къыддеджэ гуэр къыщІэупщІэмэ-щэ? Абы пщІэ хэлъу, Іэдэбу жэуап зэреттыжынум дыхущІэкъунщ. (Къеджэ 1 Петр 3:15.) А цІыхум и упщІэмкІэ псалъэмакъ къигъэхъеину хуей хуэдэу уемыгупсысу, абы и гум илъыр къызэрыпщІэным иужь ит. Ауэ цІыхум упщІэ къыщІыдитым щхьэусыгъуэ сыт хуэмыхъуами, дэ сыт щыгъуи щабэу, Іэдэбу жэуап ттыжыну дыхуейщ. Абы и еплъыкІэр ихъуэжыну ди жэуапым хуигъэушынкІэ хъунущ. Ауан хэлъу упщІэ къыдатауэ къытщыхъуми, абы емылъытауи, дэ дыхуейщ гуапэу псоми дахущытыну (Рим 12:17).

Зыгуэрым къыщалъхуа махуэр щигъэлъапІэкІэ ущІригъэблагъэм и щхьэусыгъуэм егупсыс. Абы узэрегупсысыр къыбдэІэпыкъунущ щабэу жэуап птыжыну (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)

11, 12. 1) УпщІэ гугъум жэуап еттын ипэ, сыт дызэгупсысын хуейр? (Сурэтми феплъ.) 2) УпщІэ къызэрыдатым и фІыгъэкІэ цІыхум дызэрепсэлъэфынум и щапхъэ къэфхь.

11 «Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхур къыщалъхуа махуэр щІамыгъэлъапІэр сыт?» — жиІэу къыбдэлажьэр къоупщІмэ, мыпхуэдэу егупсыс: ди нэгу зедгъэужьыну дыхуимыту абы къыщыхъуу арауэ пІэрэ? Е ар коллективым и зэкъуэтыныгъэр скъутэнкІэ шынэу ара? Дэ жытІэ хъунущ коллективым щхьэкІэ ар зэрыгузавэр къызэрыдгурыІуэр икІи зэдэлажьэхэр гуапэу зэхущытыну дэри дызэрыхуейр. Апхуэдэ упщІэ къызэрыхъеям и фІыгъэкІэ дызэдэуэршэрурэ, цІыхур къыщалъхуа махуэм теухуауэ Библием итымкІэ абы дыдэгуэшэну Іэмал диІэнкІэ хъунущ.

12 НэгъуэщІ упщІэ гугъухэр къыщыдатым дежи апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщІэ, къыбдеджэ гуэрым жеІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм гомосексуалистхэм зэрахущытыр яхъуэжын хуейуэ. Сыт абы апхуэдэу щІыжиІэр? Дэ ттеухуауэ пэжыр имыщІэу ара? Е абы и ныбжьэгъу е и благъэ гуэр гомосексуалисту арауэ пІэрэ? Апхуэдэ дуней тетыкІэ зиІэ цІыхухэр тлъагъу мыхъуу абы и гугъэу пІэрэ? Апхуэдэм деж жытІэ хъунущ дэ цІыхухэр псори фІыуэ зэрытлъагъур икІи щхьэж и унафэ ищІыжыну зэрыхуитыр (1 Пет. 2:17) b. Абы иужь дэ Іэмал диІэнкІэ хъунущ къабзагъэм теухуауэ Библием ит хабзэхэм цІыхур насыпыфІэ зэращІыр жытІэну.

13. Алыхьыр ди фІэщ зэрыхъур ауан зыщІхэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр?

13 ЦІыху гуэрым и еплъыкІэр хэкъузауэ щыжиІэм деж абы и фІэщ хъур къыдгурыІуэу ди гугъэн хуейкъым (Тит 3:2). Псалъэм папщІэ, къыддеджэ гуэрым къыджеІэ Алыхьыр уи фІэщ пщІыным акъыл хэмылъу. Абы къикІыу пІэрэ а цІыхум эволюциер и фІэщ хъууэ, а темэми фІыуэ хищІыкІыу? Абы нэгъуэщІхэм жаІэр жиІэжу арауэ пІэрэ? Апхуэдэ цІыхум уедауэ нэхърэ, зэгупсысын темэ зыбжанэ жепІэмэ нэхъыфІщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуауэ jw.org сайтым итым егъэплъ е абы и ссылкэр хуегъэхь. Хэт ищІэрэ, ди сайтым ихьэмэ, илъэгъуамрэ зэджамрэ теухуауэ иужькІэ къопсэлъэжыну хуэмеину пІэрэ ар? ПщІэ хэлъу дызэрыхущытым и фІыгъэкІэ а цІыхум Библием итыр фІэгъэщІэгъуэн хъункІэ хъунущ.

14. Нилл ди сайтыр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпар, къыдеджэ щІалэ цІыкІум Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ иІэ еплъыкІэр ихъуэжын щхьэкІэ?

14 Нилл зи цІэ ди къуэш ныбжьыщІэм ди сайтыр фІыуэ къегъэсэбэп икІи абы и фІыгъэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ къекІуэкІ пцІыр къыщІегъэщ. Ар къыддогуашэ: «Ди классым щІэс зы щІалэ цІыкІум сыт щыгъуи жиІэт сэ наукэмрэ фактхэмрэ си фІэщ мыхъуу, таурыхърэ шыпсэу зэхэлъ тхылъыр си фІэщ хъууэ». А щІалэ цІыкІум Нилл и фІэщ хъум теухуауэ зыгуэр жиІэну Іэмал ириттэкъыми, ди къуэшым абы jw.org сайтым ит «Наука и Библия» жыхуиІэ разделым гу лъригъэтащ. Зэман гуэр дэкІа иужь, щІалэ цІыкІур а темэм теухуауэ псэлъэну зэрыхьэзырымкІэ Нил къыгурыІуащ ар ди сайтым зэрихьар. Фэри апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къэвгъэсэбэпу щытмэ, Іуэхум гъэщІэгъуэныщэу зызэридзэкІынкІэ хъунущ.

ЖЭУАП ЗЭРЫФТЫЖ ХЪУНУМ ЗЭРЫУНАГЪУЭУ ЗЫХУЕВГЪАСЭ

15. Адэ-анэхэм я бынхэр дауэ зэрагъэсэфынур щабэу, гуапагъэ хэлъу жэуап ятыну?

15 Ди ныбжьыщІэхэр школым щыщыІэм деж, я фІэщ хъум теухуауэ упщІэ къратынкІэ хъунущ. Адэ-анэхэм дауэ ахэр зэрагъэсэфынур щабэу, гуапагъэ хэлъу жэуап ятыжу? (Екъуб 3:13). Языныкъуэ адэ-анэхэм унагъуэм зэгъусэу Библиер щаджкІэ, я бынхэр зыпэщІэхуэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм хуагъэхьэзыр. Абыхэм школым къыщаІэтынкІэ хъуну темэхэр къыхах, ахэр зэпкърах икІи я бынхэм щабэу, пщІэ хэлъу жэуап зэрат хъунур ирагъэлъагъу. (« Унагъуэм зэгъусэу Библиер щывджым деж зывгъасэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

16, 17. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щаджкІэ, репетицэ ящІхэр ди ныбжьыщІэхэм дауэ къазэрыдэІэпыкъур?

16 Унагъуэм зэгъусэу сценкэхэр щагъэувым деж, сабийхэм зрагъасэ я фІэщ хъум теухуауэ цІыхухэм епсэлъэфу. Абы и фІыгъэкІэ сабийхэм езыхэм ялъагъу Библием итым дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур. jw.org сайтым, «Вопросы молодёжи» жыхуиІэ Іыхьэм статья гуп итщ. Абыхэм я нэхъыбэм ныбжьыщІэхэм щхьэкІэ ягъэхьэзыра схемэхэр я гъусэщ. А статьяхэм я фІыгъэкІэ ныбжьыщІэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи къратынкІэ хъуну упщІэхэм я псалъэкІэ жэуап иратыжу зрагъасэ. А статьяхэр унагъуэм зэгъусэу щаджым деж, сабийхэми адэ-анэхэми зрагъасэ я фІэщхъуныгъэм къыщхьэщыжу икІи щабэу пщІэ хэлъу жэуап ятыжу.

17 Мэ́тью жеІэ унагъуэм зэгъусэу ягъэув сценкэхэр къызэрыдэІэпыкъур. Абы школым къыщратынкІэ хъуну упщІэхэр унагъуэм зэгъусэу щІэх-щІэхыурэ щызэпкърах. Ар къыддогуашэ: «Сэ сызыпэщІэхуэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм догупсысри, абыхэм теухуауэ публикациехэм итым доплъ, иужькІэ ар репетицэ дощІыж. Зыгуэр си фІэщ щІэхъур къыщызгурыІуэм деж, сэ сыгузавэкъым икІи нэхъ тынш мэхъу щабэу жэуап стыжыну».

18. Колоссэ 4:6 итым сытым дыхуигъэушрэ?

18 ЖыпІэр гурыІуэгъуэу, зэрызыбгъэхьэзырам утету жыпІэми, цІыхум ар къимыщтэнкІэ хъунущ. Ауэ Іэдэбагъымрэ щабагъэмрэ къаруушхуэ яІэщ. (Къеджэ Колоссэ 4:6.) ЦІыхум гупсысэхэмкІэ узэрыдэгуашэр топджэгум ебгъэщхь хъунущ. Дэ топыр щабэуи ддзыфынущ, ди къарум къызэрихькІи деуэфынущ. Топыр щабэу щыддзым деж, адрейм ар тыншу къиубыдыфынущ, джэгури зэпыунукъым. Апхуэдэ дыдэу, щабэу, гуапэу дыпсалъэу щытмэ, цІыхухэм дызэпаудынукъым икІи нэхъыфІу къыдэдэІуэнущ. ДауикІ, зыгуэр къыдэдэуэну е ди фІэщ хъур ауан ищІыну хуейуэ щытмэ, дэ а псалъэмакъым пытщэну ди къалэнкъым (Прит. 26:4, Гъэс.). Ауэ апхуэдэ цІыхухэр мащІэщ, къодэІуэну гукъыдэж зиІэхэр нэхъыбэщ.

19. Ди фІэщ хъум теухуауэ дыщыпсалъэм деж, Іэдэбу дыщІыщытын хуейр сыт?

19 ГурыІуэгъуэщ дэ псори Іэдэбагъым дызэрыхуэныкъуэр. УпщІэ гугъу къыщыуатым е ауан ущащІым деж, Иеговэ елъэІу зэпІэзэрыту укъэнэну къыбдэІэпыкъуну. Зыщомыгъэгъупщэ, узэпсалъэ цІыхумрэ уэрэ фи Іуэху еплъыкІэр зэтемыхуэми, Іэдэбагъ зэрыбгъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ фэ зэдэуэн щІэвдзэнукъым. Щабэу, пщІэ хэлъу узэрыпсалъэм языныкъуэ цІыхухэр хуигъэушыфынущ Библиемрэ Иеговэ и Щыхьэтхэмрэ зэрахущытыр яхъуэжыну. «Фи гугъапІэмкІэ хэт къывэупщІми, Іэдэбу, Тхьэм и фІэлІыкІ фигу зэрилъымкІэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт» (1 Пет. 3:15). Аращи, Іэдэбагъ зэрызыхэтлъхьэным дыхущІэкъунщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэ нэгъэсауэ къарууфІэ дещІ!

88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух

a Ди фІэщхъуныгъэм теухуауэ зыгуэрым упщІэ къыдитмэ е абы ІейкІэ тепсэлъыхьу щІидзэмэ, дапхуэдэу дыкъэмыгубжьу, щабэу жэуап зэрыттыжыфынур? Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ мы статьям щызэпкъырытхынущ.

b 2016-нэ гъэм къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым № 4 ит «Что в Библии говорится о гомосексуализме?» жыхуиІэ статьям нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.

c jw.org сайтым ит «Вопросы молодёжи», «Часто задаваемые вопросы о Свидетелях Иеговы» жыхуиІэ статья гупхэм сэбэп къыфхуэхъуну чэнджэщхэр къыщывгъуэтыфынущ.