Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

38 СТАТЬЯР

НыбжьыщІэхэ, сыт хуэдэ гъащІэ фиІэну фызыхуейр?

НыбжьыщІэхэ, сыт хуэдэ гъащІэ фиІэну фызыхуейр?

«ЗэхэщІыкІым укъызэтринэнщ» (ПРИТ. 2:11, ГЪЭСЭПЭТХЫДЭХЭР).

135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Иоас, Уззие, Иосие сымэ сыт хуэдэ къалэн гугъу я пщэ къыдэхуауэ щытар?

 УЭ ИДЖЫРИ усабийуэ Алыхьым и лъэпкъым и пащтыхьу утрагъэувауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт! Дапхуэдэут уэ уи тепщэныгъэр къызэрыбгъэсэбэпынур? Иудэм и языныкъуэ пащтыхьхэр сабий дыдэу пащтыхь ящІащ. Псалъэм папщІэ, Иоас илъэсибл фІэкІа хъутэкъым, Уззие илъэс пщыкІух, Иосие илъэсий хъууэ арат. А щІалэ цІыкІухэм я пщэ сыт хуэдэ къалэнышхуэ къыдэхуами фегупсысыт. Пащтыхьу ущытыну, дауикІ, тынштэкъым, ауэ абыхэм дэІэпыкъуэгъу къахуэхъун сыт щыгъуи яІащ. Ахэр а щІалэ цІыкІухэм ядэІэпыкъут я гугъуехьхэм пэлъэщыну икІи я пащтыхьыгъуэр ехъулІэныгъэ иІэу ирахьэкІыну.

2. Иоас, Уззие, Иосие сымэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щІыхуейр сыт?

2 Дэ дымыпащтыхьми, Иоас, Уззие, Иосие сымэ я щапхъэм куэдым дыхуигъэсэфынущ. Абыхэм ІуэхуфІхэри Іуэху Іейхэри ялэжьу щытащ. А пащтыхьхэм теухуауэ нэхъыбэ къатщІэмэ, дэ къэтлъагъунущ ныбжьэгъуфІ къыхэтхыным, Іэдэбу дыщытыным икІи Иеговэ и еплъыкІэм гулъытэ хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

НЫБЖЬЭГЪУФІХЭР КЪЫХЭФХ

Иоас и ныбжьэгъуфІхэм я чэнджэщхэр сэбэп къыхуэхъут. Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр бгъэныбжьэгъуу щытмэ, уэ абыхэм зэи гъуэгу пэжым утрагъэкІынукъым! (3, 7-нэ абзацхэм феплъ.) c

3. Дин пашэ Иодай и фІыгъэкІэ пащтыхь Иоас сыт хуэдэ унафэхэр къищтэу щыта?

3 Иоас игъэлъэгъуа щапхъэфІыр. Иоас балигъ хъуху, Алыхьым и жыІэм щІэту щытащ. Иоас иджыри цІыкІуу, зеиншэу къыщынам щыгъуэ, дин пашэ Иодай и чэнджэщхэм едаІуэт. Иодай а сабийр и къуэм хуэдэу ипІащ. А дин пашэм и фІыгъэщ Иоас Иеговэ хуэлэжьэну мурад зэрищІар, цІыхухэри абы хуигъэушу зэрыщытар. Абы Иеговэ и унэшхуэ нэгъуни ремонт иригъэщІащ (2 Лет. 24:1, 2, 4, 13, 14).

4. Иеговэ и унафэхэм дызэредаІуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр? (Притчи 2:1, 10—12).

4 Иеговэ фІыуэ флъагъуну икІи абы и хабзэхэм фытетыну адэ-анэхэм фагъасэу щытмэ, ар тыгъэ лъапІэу флъытэ. (Къеджэ Притчи 2:1, 10—12, Гъэс.) Адэ-анэхэм быныр щагъасэкІэ, Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къагъэсэбэп. Катя и адэм зэригъасэу щытам деплъынщ. Пщэдджыжь къэс, и пхъур школым щишэкІэ, махуэм хухэха едзыгъуэр абы и гъусэу зэпкърихыу щытащ. Катя жеІэ: «Школым зыгуэр къэхъуІамэ, папэ жиІахэр сигу къэзгъэкІыжт икІи ар къыздэІэпыкъут Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу сыщытыну». Ауэ адэ-анэм ящІа унафэхэр Библием тегъэщІауэ щытми, ахэр ткІииІуэу къыфщыхъумэ-щэ? Абыхэм жаІэм федэІуэну сыт къывдэІэпыкъунур? Ди шыпхъу Настя игу къегъэкІыж абы и адэ-анэм зыгуэр къыщІыхуамыдэм и щхьэусыгъуэр къыгурагъэІуэн щхьэкІэ, зэманым щымысхьу зэрыщытар. Абы жеІэ: «Сэ ар къыздэІэпыкъуащ абыхэм апхуэдэу щІащІэу щытар къызгурыІуэну. Си адэ-анэм дэкъузауэ саІыгъыну хуейуэ аратэкъым, атІэ Іейм сыщахъумэну хуейуэ арат».

5. НыбжьыщІэхэ, фи адэ-анэри Иегови вгъэгуфІэн щхьэкІэ, сыт фщІэ хъунур? (Притчи 22:6; 23:15, 24, 25).

5 НыбжьыщІэхэ, фи адэ-анэм гъэсэныгъэ къывбгъэдалъхьэр Библием тегъэщІауэ щытщ. Абыхэм гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэ, къыват чэнджэщхэм фыщыщІэдэІум деж. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр фи щытыкІэм Алыхьыр зэригъэгуфІэращ икІи абырэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыхъуращ. (Къеджэ Притчи 22:6; 23:15, 24, 25, Гъэс.) ДауикІ, ар Иоас и щІалэгъуэм игъэлъэгъуа хьэл-щэнхэм щапхъэ щІытефхын щхьэусыгъуэфІщ.

6. Иоас хэт и чэнджэщ зыщІэдэІуу щІидзар икІи сыт абы кърикІуар? (2 Летопись 24:17, 18).

6 Иоас игъэлъэгъуа щапхъэ Іейр. Иодай лІа иужь, Иоас Іейм хуэзыгъэуш ныбжьэгъухэр пэшэгъу хуэхъуащ. (Къеджэ 2 Летопись 24:17, 18.) Иоас Иеговэ фІыуэ зымылъагъу пщыхэм я чэнджэщхэм едаІуэу щІидзащ. ДауикІ, апхуэдэ цІыхухэр абы ныбжьэгъу имыщІамэ нэхъыфІт (Прит. 1:10, Гъэс.). Ауэ ар абыхэм кърат чэнджэщ мыхъумыщІэхэм едаІуэт. Иодай и къуэ Захарие Иоас зыкъригъэщІэжыну щыхэтам щыгъуэ, пащтыхьым ар иригъэукІащ (2 Лет. 24:20, 21; Мт. 23:35). Иоас сыту гущІэгъуншэу къыщІэкІа! Уи адэшыпхъум и къуэр ебгъэукІыжыну ар дауэт уигу къызэрыкІыххэнур?! Ар япэщІыкІэ пащтыхьыфІу щытами, иужькІэ Алыхьми епцІыжащ, цІыхуукІи хъуащ. ИкІэм-икІэжым ар и пщылІхэм яукІыжащ (2 Лет. 24:22—25). Абы и гъащІэр нэгъуэщІу щытыфынут, адэкІи Иеговэ хуэжыІэдаІуэу икІи Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм едаІуэу щытамэ. Иоас къыщыщІам сыт хуэдэ дерс хэпхыфынур?

7. НыбжьэгъуфІ пхуэхъунур сыт хуэдэ цІыхухэра? (Сурэтми феплъ.)

7 Иоас хуэдэу дыщымыуэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Алыхьыр фІыуэ зылъагъу, абы и гурыщІэхэр къызыфІэІуэху цІыхухэр ныбжьэгъу тщІын хуейщ. Ахэр Іэмал имыІэу уи ныбжьу щытын хуейкъым. Псалъэм папщІэ, Иоас Иодай нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэу щытащ. Уи ныбжьэгъухэр сыт хуэдэми къэпщІэн щхьэкІэ, зэупщІыж: «Си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ сщІыну ахэр къыздэІэпыкъурэ? Си ныбжьэгъухэр Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щыт, сэри абы сыхуагъэушрэ? Иеговэрэ Библием ит пэжхэмрэ тепсэлъыхьыну абыхэм яфІэфІ? Алыхьым и хабзэхэм пщІэ хуащІрэ? Сыщыхуэныкъуэм деж чэнджэщ къызатрэ, хьэмэрэ сызыхуейм фІэкІа къызжамыІэу щыт?» (Прит. 27:5, 6, 17). Пэжыр жыпІэмэ, уи ныбжьэгъухэм Иеговэ фІыуэ ямылъагъумэ, уэ ахэр щІэбгъэныбжьэгъун щыІэкъым. Ауэ абыхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъумэ, ахэр умыутІыпщ. Уэ абыхэм зэи гъуэгу пэжым утрагъэкІынукъым! (Прит. 13:20).

8. Соцсетьхэр къэбгъэсэбэпу щытмэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыж хъуну?

8 Ди унагъуэм щыщхэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ запытщІэну дэ социальнэ сетьхэр къыддоІэпыкъу. Ауэ куэдым ахэр къыщІагъэсэбэпыр загъэщІэгъуэн щхьэкІэщ. Дапхуэдэу? Абыхэм къащэхухэмрэ я гъащІэм къыщекІуэкІхэмрэ теухуауэ сурэт е видео абы къралъхьэ. Соцсетьхэр къэбгъэсэбэпу щытмэ, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Сурэт е видео къыщІислъхьэр сыт? Си ныбжьэгъухэм гуфІэгъуэ сиІэмкІэ садэгуэшэну ара, хьэмэрэ зызгъэщІэгъуэну сыхуейуэ ара? Социальнэ сетьхэм щыслъагъум си гупсысэкІэр, си псэлъэкІэр, си щытыкІэр дапхуэдэу зэрихъуэжыр? Нэхъ ІейкІэ зызмыхъуэжу пІэрэ?» УнафэщІ гупым хэту лэжьа Нейтан Норр жиІауэ щытащ: «ЦІыхухэр арэзы фщІыну иужь фимыт. Зыри арэзы мыхъуауэ къыщІидзыжынущ. Иеговэ арэзы фщІыуэ щытмэ, ар фІыуэ зылъагъухэри арэзы фщІынущ».

АДЭКІИ ІЭДЭБУ ФЫЩЫТ

9. Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Уззие сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр иІа? (2 Летопись 26:1—5).

9 Уззие игъэлъэгъуа щапхъэфІыр. Уззие и щІалэгъуэм щыгъуэ Іэдэбу икІи Алыхьыр фІыуэ илъагъуу щытащ. Ар илъэс 68-кІэ псэуащ, икІи и гъащІэм и нэхъыбэм абы Иеговэ и нэфІ къыщыхуэт. (Къеджэ 2 Летопись 26:1—5.) Уззие Иудэм и бийхэм мызэ-мытІэу ятекІуащ икІи Ерусалим ихъуреягъкІэ къигъэбыдыхьащ (2 Лет. 26:6—15). Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ абы куэд хузэфІэкІащ. ДауикІ, Уззие абы щегупсыскІэ и гум гуфІэгъуэр щыз хъут (Эккл. 3:12, 13).

10. Уззие сыт къыщыщІар?

10 Уззие игъэлъэгъуа щапхъэ Іейр. Пащтыхь Уззие нэгъуэщІхэм унафэ яхуищІу есати, сытри ищІэ хъуну щІигугъар арауэ къыщІэкІынщ. Зэгуэр Уззие Иеговэ и Унэшхуэм щІыхьэри фимиамыр игъэсыну хэтащ. Ауэ пащтыхьхэм апхуэдэ хуитыныгъэ яІэтэкъым (2 Лет. 26:16—18). Дин пашэшхуэ Азарие Уззие къигъэувыІэну щыхэтам щыгъуэ, ар хуабжьу къэгубжьащ. Абы ипэ Уззие Иеговэ пэжу хуэлажьэу щытат, ауэ а ищІамкІэ псори зэІигъэхьэжащ. Алыхьым абы тезыру уэшын уз къригъэуэлІащ (2 Лет. 26:19—21). Уззие и гъащІэр нэгъуэщІу щытыфынут, адэкІи Іэдэбагъ игъэлъагъуэу щытамэ!

Дэ ди зэфІэкІхэм щхьэкІэ дызыщымытхъужу щІыхьу хъуар Иеговэ еттын хуейщ (11-нэ абзацым феплъ.) d

11. Іэдэбу дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

11 Уззие къарурэ зэфІэкІрэ иІэ щыхъуам щыгъуэ, а псор Иеговэ къызэрыритар щыгъупщэжащ. Сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым фІыуэ диІэу хъуар Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр. Аращи, ди щхьэ дыщымытхъужу щытхъуу хъуар Иеговэ къыхуэтхьынщ (1 Кор. 4:7) b. Абы нэмыщІ дэ къыдгурыІуэн хуейщ гуэныхь зэрытхэлъыр икІи дыщыуэнкІэ зэрыхъунур. Зи ныбжьыр илъэс 60-м щІигъуа ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Сэ си щхьэм куэдыщэу семыгупсысыжу зезгъэсащ. НэгъуэщІхэм си щыуагъэр щызагъэлъагъужым деж си жагъуэ сщІыркъым икІи къызжаІар си гъащІэм къызэрыщызгъэсэбэп хъуным согупсыс». Аращи, Иеговэ дедаІуэу икІи адэкІи Іэдэбу дыщытмэ, дэ гъащІэ насыпыфІэ диІэнущ (Прит. 22:4, Гъэс.).

ИЕГОВЭ И ЕПЛЪЫКІЭМ СЫТ ЩЫГЪУИ ГУ ЛЪЫФТЭ

12. Иеговэ хуэлэжьэну зэрыхуейр ныбжьыщІэ Иосие дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар? (2 Летопись 34:1—3).

12 Иосие игъэлъэгъуа щапхъэфІыр. Иосие илъэс 16 щыхъум щыгъуэ, гукъыдэж иІэ хъуащ Иеговэ нэхъыфІу къицІыхуну икІи и Іэмырыр игъэзэщІэну. А зэманым и нэхъыбэ цІыхухэм тхьэ нэпцІхэр ягъэлъапІэти, а пащтыхьым и гъащІэр гугъуехьыншэу щытауэ жыпІэ хъунутэкъым. Иосие дин нэпцІыр игъэкІуэдын щхьэкІэ, лІыгъэ игъэлъэгъуэн хуейт. Ар а Іуэхум иужь щихьам щыгъуэ, илъэс 20 иджыри хъуатэкъым. (Къеджэ 2 Летопись 34:1—3.)

13. НыбжьыщІэхэ, фи гъащІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжынур, ар Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэу щытмэ?

13 Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэри Иосие щапхъэ тефхи Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къызэрыфщІэным иужь фит. Апхуэдэу фщІэмэ, фи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм ифлъхьэну гукъыдэж фиІэ хъунущ. Абы фи гъащІэр дапхуэдэу зэрихъуэжынур? Лу́ка зи цІэ ди къуэшым илъэс 14-м псым зыщІигъэуащ. Абы мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ занщІэу мурад сщІащ си гъащІэм япэ увыпІэр Иеговэ естыну икІи ар сыт щыгъуи згъэгуфІэну» (Мк. 12:30). Апхуэдэ мурад фэри вгъэуву щытмэ, къэкІуэну зэманым къыфхуихьынум теухуауэ фымыгузавэми хъунущ!

14. Ди ныбжьыщІэхэм пащтыхь Иосие сыткІэ щапхъэ трахрэ?

14 Ди ныбжьыщІэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ? Илъэс 12 хъууэ псым зыщІэзыгъэуа Йо́хан школым щыщыІэм деж зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм теухуауэ къыддогуашэ. Абы жеІэж и классым щІэсхэр электроннэ тутын (вейп жыхуаІэм хуэдэ) зэрефэр, Йо́хани ирагъэфэну зэрыхагъэзыхьыр. А гъэунэхуапІэм пэщІэтыну сыт абы къыдэІэпыкъур? Йо́хан игу къегъэкІыж электроннэ тутыныр и узыншагъэми Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зэран зэрыхуэхъунур. Илъэс 14 хъууэ псым зыщІэзыгъэуа ди шыпхъу Ре́йчел и щапхъэми деплъынщ. Ари школым гугъуехь гуэрхэм щыпэщІохуэ. И гугъуехьхэм пэлъэщыну сыт абы къыдэІэпыкъур? Ар къыддогуашэ: «Сэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэри Библием итым сыткІэ епхами къызэрыслъагъуным сыхущІокъу. Псалъэм папщІэ, историе урокым щызэпкъырытх темэм Библием ит Іуэхугъуэ гуэр е къэхъун хуей псалъэ сигу къигъэкІыжынкІэ хъунущ. Зыгуэрым сыщепсалъэм дежи абы сыт хуэдэ едзыгъуэкІэ сыдэгуашэ хъунуми согупсыс». Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэ фызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр пащтыхь Иосие иІа гугъуехьхэм къыщхьэщыкІынкІэ хъунущ. Ауэ фэри, абы хуэдэу, Іущу икІи Алыхьым хуэпэжу фыщытыну фхузэфІэкІынущ. Фи гугъуехьхэм иджыпсту щыщІэдзауэ фыпэлъэщу зевгъасэмэ, балигъ фыхъуа иужь фиІэну гугъуехьхэми фыпэлъэщыфынущ.

15. Иеговэ пэжу хуэлэжьэну Иосие сыт къыдэІэпыкъуу щытар? (2 Летопись 34:14, 18—21).

15 Пащтыхь Иосие илъэс 26-рэ хъууэ Иеговэ и Унэшхуэр зэригъэпэщыжын щІидзащ. А лэжьыгъэр щрагъэкІуэкІым щыгъуэ, «Мусэ итхауэ щыта Иеговэ и хабзэр зэрыт тхылъыр» къагъуэтыжащ. А тхылъым ит псалъэхэр пащтыхьым щызэхихым, ахэр занщІэу игъэзащІэу щІидзащ. (Къеджэ 2 Летопись 34:14, 18—21.) Библием махуэ къэс уеджэну ухуейт? Уеджэн щІэбдзамэ, сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр уиІэ? Уеджэну уигу ирихьрэ? Уэ нэхъ къыбдэІэпыкъу едзыгъуэхэр къыхэпхауэ уиІэ? ИпэкІэ зи гугъу тщІа Лука къигъуэта гупсысэ гъэщІэгъуэнхэр и дневникым иретхэ. Уэри апхуэдэу пщІэ хъунущ. Ар къыбдэІэпыкъунущ уигу ирихь едзыгъуэхэмрэ гупсысэхэмрэ уигу ибубыдэну. Библием итыр нэхъыфІу къэпщІэху икІи ар нэхъыфІу плъагъуху, Иеговэ ухуэлэжьэну уиІэ гукъыдэжри хэхъуэнущ. ИкІи, пащтыхь Иосие хуэдэу, Иеговэ зыхуейр бгъэзэщІэну абы и Псалъэм ухуигъэушынущ.

16. Иосие щыуагъэшхуэ щІищІар сыт икІи ди дежкІэ сыт хуэдэ дерс абы хэлъыр?

16 Иосие игъэлъэгъуа щапхъэ Іейр. Иосие илъэс 39-рэ хуэдиз щыхъум, зытекІуэдэжа щыуагъэ ищІащ. Абы Иеговэ и еплъыкІэр къимыщІэу, езыр зэрыхуейм хуэдэу унафэ ищІащ (2 Лет. 35:20—25). А Іуэхугъуэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэлъщ. Илъэс дапщэ дымыхъуами, Библиер дапхуэдизрэ дымыджами, Иеговэ и еплъыкІэр къэтщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щхьэкІэ Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэну Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІун хуейщ. Абы нэмыщІ Библиер дджыным икІи Алыхьым и еплъыкІэр зиІэ къуэш, шыпхъухэм дечэнджэщыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щыгъуэ дэ щыуагъэшхуэхэр тщІэнукъым икІи насыпыфІэу дыщытынущ (Екъуб 1:25).

НЫБЖЬЫЩІЭХЭ, ГЪАЩІЭ НАСЫПЫФІЭ КЪЫХЭФХ!

17. Иудэм и пащтыхьищым теухуа хъыбархэм сытым дыхуагъасэрэ?

17 ЩІалэгъуэр икъукІэ зэманыфІщ. Иоас, Уззие, Иосие сымэ я хъыбархэм къагъэлъагъуэ ныбжьыщІэхэм Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къызэращтэфынур икІи я гъащІэмкІэ Иеговэ зэрагъэгуфІэфынур. Пэжщ, а пащтыхьищым щыуагъэ щащІаи къэхъуащ икІи абы къыхэкІкІэ гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Ауэ абыхэм ящІа щыуагъэхэм хуэдэ дымыщІэмэ икІи абыхэм я щапхъэфІым дытетмэ, дэ гъащІэфІ диІэнущ.

Даут иджыри ныбжьыщІэу Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуати, ехъулІэныгъэ иІэу псэуащ (18-нэ абзацым феплъ.)

18. Фи гъащІэр насыпыфІэ зэрыхъуфынур Библием ит сыт хуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэрэ? (Сурэтми феплъ.)

18 Библием нэгъуэщІ ныбжьыщІэхэми и гугъу ещІыж. Абыхэми фІэщхъуныгъэ быдэ яІэт, гъащІэфІи къагъэщІат. А ныбжьыщІэхэм ящыщ зыр Даутщ. Ар иджыри щІалэ дыдэу Иеговэ и ныбжьэгъу хъуащ икІи пащтыхь хъуа нэужьи, Алыхьым хуэпэжу щытащ. Ар щыщыуа къэхъуами, Алыхьыр абыкІэ арэзыуэ щытащ (1 Цар. 3:6; 9:4, 5; 14:8). Даут и гъащІэм теухуауэ нэхъ куууэ зэпкъырыфхмэ, Иеговэ фыхуэлэжьэну фиІэ гукъыдэжыр хэхъуэнущ. Иджыри Марк е Тимофей и щапхъэр зэпкъырыфх хъунущ. Ахэри щыныбжьыщІэм щыгъуэ Иеговэ хуэлэжьэн щІадзащ икІи икІэм нэс абы хуэпэжу псэуащ. Абыхэм къыхахар гъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІ дыдэращ!

19. Сыт хуэдэ гъащІэ уиІэфынур?

19 Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэ фи гъащІэр зэлъытауэ щытынур иджыпсту къафщтэ унафэхэращ. Фэ фи щхьэм фыщымыгугъыу Иеговэ дзыхь хуэфщІу щытмэ, абы фи гъащІэр иунэтІынущ (Прит. 20:24, Гъэс.). Фэ нэгъэсауэ насыпыфІэу фыщытынущ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ хуэфщІэу хъуар лъапІэу елъытэ. Аращи, гъащІэм и гъуэгу нэхъыфІ дыдэр — ар фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ ухуэлэжьэныращ!

144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

a НыбжьыщІэхэ, Иеговэ ещІэ гъэунэхуапІэхэм фызэрыпэщІэхуэр икІи абы и ныбжьэгъуу фыкъэнэну фызэрыхуейр. Иеговэ и хабзэхэм фытетыну икІи ар вгъэгуфІэну сыт фэ къывдэІэпыкъунур? Мы статьям дэ щызэпкъырытхынущ щІалэ цІыкІуищым я щапхъэхэр. Ахэр иджыри сабийуэ Иудэм и пащтыхь хъуауэ щытащ. Абыхэм ящІа унафэхэм сыт хуэдэ дерс хэфхыфынуми фегупсыс.

b jw.org сайтым илъ «На что ты готов ради популярности в соцсетях?» жыхуиІэ статьям ит «Остерегайся скромного хвастовства» рамкэм феплъ.

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ ди шыпхъум щыгъыным теухуауэ ди шыпхъу ныбжьыщІэм чэнджэщ ирет.

d СУРЭТХЭМ ИТЫР. Районнэ конгрессым шыпхъум интервью къыІырах. Сценэм къихьэн ипэ, шыпхъум Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэ. Конгресс нэужьым абы шыпхъухэм яжреІэ Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуищІыр.