41 СТАТЬЯР
Петр итха письмохэм хэлъ дерсхэр
«Ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкІыжынущ» (2 ПЕТ. 1:12).
127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪХЬЫР a
1. Апостол Петр лІэн ипэ, Алыхьым абы сыт хуэдэ къалэн къритар?
ПЕТР илъэс куэдкІэ Иеговэ хуэпэжу лэжьащ. Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ, ар абы и гъусащ. Петр и фІыгъэкІэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэми хъыбарыфІыр зэхахащ. ИужькІэ ар унафэщІ гупым хэту лэжьащ. Ди эрэм 62—64 гъэхэм хуэзэу, Иеговэ ар хуигъэушащ письмоитІ итхыну. Абы щыгъуэ Петр яукІыным куэд иІэжтэкъым, езыми ар ищІэрт. А тхылъхэр иджыпсту Библием и Іыхьэу щытщ икІи ахэр Петр и япэ, етІуанэ письмо жыхуэтІэхэращ. Апостол Петр хуейт езыр лІа нэужьи а письмохэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм сэбэп къахуэхъуну (2 Пет. 1:12—15).
2. Петр и письмохэр игъуэу итхауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?
2 Петр и письмохэр щитхар къуэш, шыпхъухэм «гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэр» щашэч зэманырат (1 Пет. 1:6). А зэманым къуэш, шыпхъухэр мыхъумыщІэ псэукІэм хуэзыгъэуш икІи пцІыр зыгъэбагъуэ цІыхухэр зэхуэсым къыхыхьэу щІадзат (2 Пет. 2:1, 2, 14). Рим зауэлІхэм Ерусалимрэ абы дэт Алыхьым и унэшхуэмрэ щызэтракъутэну махуэри къэблагъэрт. Абы къыхэкІкІэ а къалэм дэс къуэш, шыпхъухэр сакъын хуейт (1 Пет. 4:7). Шэч лъэпкъ хэлъкъым Петр и письмохэр абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар гугъуехь яІэхэм пэлъэщыну, къэкІуэну гугъуехьхэми зыхуагъэхьэзырыну b.
3. Петр итха письмохэр щІызэпкъырытхын хуейр сыт?
3 Петр и письмохэр зыхуэгъэзауэ щытар япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэрами, Иеговэ ахэр Библием и Іыхьэ ищІащ. Абы къокІ ди дежкІи абыхэм сэбэпынагъ зэрыхэлъыр (Рим 15:4). Дэри дыщыпсэу дунейм мыхъумыщІагъэ псэукІэм дыхуегъэуш. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну щымытынш къохъу. А псом нэмыщІыж куэд мыщІэу гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущ. Ар япэ лІэщІыгъуэм израил лъэпкъым къыщыщІа гузэвэгъуэшхуэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ ину щытынущ. Петр и письмохэм ит гупсысэхэр дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и махуэшхуэм дыпэплъэну, цІыхухэм дащымышынэну икІи ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну. А гупсысэхэм я фІыгъэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэми я нэІэ къуэш, шыпхъухэм нэхъыфІу трагъэтыфынущ.
ИЕГОВЭ И МАХУЭМ ФЫПЭПЛЪЭ
4. 2 Петр 3:3, 4 зэритымкІэ, ди фІэщхъуныгъэр махэ зыщІыфынур сыт?
4 Дэ дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм Библием итыр я фІэщ хъуркъым. Абыхэм яфІэдыхьэшхэнщ мы дунейм и кІэр къызэрысынур илъэс куэд хъуауэ зэрыжытІэр. Языныкъуэхэми жаІэ ар зэи къэмыхъуну. (Къеджэ 2 Петр 3:3, 4.) Апхуэдэ гупсысэкІэ яІэфынущ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэми, къыддэлажьэхэми, ди Іыхьлыхэми. Абыхэм ауан дызэращІым ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ ищІыфынущ. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейми Петр итхащ.
5. Мы дунейм и кІэр къыщысыну зэманым шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэну сыт къыддэІэпыкъунур? (2 Петр 3:8, 9).
5 Языныкъуэхэр егупсысыфынущ: «Иеговэ мы дуней бзаджэр иджыри къэс щІимыгъэкІуэдар сыт? Сыт абы зыщІиІэжьэр?» — жаІэу. Ауэ Петр и псалъэхэм дигу къагъэкІыж зэманым теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэмрэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэмрэ хуабжьу зэрызэщхьэщыкІыр. (Къеджэ 2 Петр 3:8, 9.) Абы и дежкІэ илъэс миныр зы махуэм хуэдэщ. Иеговэ зы цІыхуи кІуэдыну хуейкъыми, шыІэныгъэ егъэлъагъуэ. Ауэ абы и махуэр къэса иужь, мы дунейм кІэ къыхуэкІуэнущ. Абы къыхэкІкІэ Іущагъ хэлъу къэнэжа зэманыр къэдгъэсэбэпынщ икІи хъыбарыфІымкІэ псоми дадэгуэшэнщ.
6. Иеговэ и махуэр къызэрысыр тщымыгъупщэну сыт къыддэІэпыкъунур? (2 Петр 3:11, 12).
6 Петр дыхуегъэуш Иеговэ и махуэшхуэр къызэрысынур зыщыдмыгъэгъупщэну. (Къеджэ 2 Петр 3:11, 12.) Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Абы щхьэкІэ дунеищІэм гъащІэ дахэ къытпэщылъым махуэ къэс дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэ хьэуа къабзэкІэ убауэу, ерыскъы узыншэ пшхыуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжа уи благъэхэр къебгъэблэгъэжу, илъэсищэ бжыгъэ ипэ псэуа цІыхухэм Библием итыр гъэзэщІа зэрыхъуам теухуауэ яжепІэжу. Апхуэдэ гупсысэхэр къыддэІэпыкъунущ мы дунейм и кІэр къыщысынум демызэшу дыпэплъэну икІи дунейм и кІэухым дызэрыщыпсэур тщымыгъупщэну. ДяпэкІэ къэхъуну Іуэхугъуэхэм дыщыгъуазэу щытмэ, Иеговэ и махуэр къызэрысыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэм дыщагъэуэфынукъым (2 Пет. 3:17).
ЦІЫХУХЭМ ФАЩЫМЫШЫНЭ
7. ЦІыхухэм дащышынэмэ сыт абы кърикІуэнур?
7 Иеговэ и махуэр къызэрысыпар дощІэри, хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дазэрыдэгуэшэным иужь дитщ. Ауэ иныкъуэхэм деж дэ Библием теухуауэ зыгуэр жытІэну дыщытемыгушхуэ къохъу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къытхужаІэнымрэ къыдащІэфынумрэ дыщошынэ. Ар дыдэращ Петр къыщыщІар. Хьисэ щаубыда жэщым щыгъуэ Петр абы и лъэужь иримыкІуэу, уеблэмэ, ар имыцІыхуу мызэ-мытІэу жиІащ (Мт. 26:69—75). Ауэ иужькІэ а апостол дыдэм мыпхуэдэу итхащ: «ЦІыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икІи зыми зевмыгъэгъэгузавэ» (1 Пет. 3:14). Петр и псалъэхэм ди фІэщ ящІ цІыхухэм дащымышынэну зэрытхузэфІэкІынур.
8. ЦІыхухэм дащымышынэну сыт къыддэІэпыкъунур? (1 Петр 3:15).
8 ЦІыхухэм дащымышынэну сыт къыддэІэпыкъунур? Петр итхащ: «Зиусхьэным хуэдэу Мэссихь фигукІэ вгъэлъапІэ». (Къеджэ 1 Петр 3:15, ДЩІ) Сыт абы хыхьэр? Дэ ди Зиусхьэну икІи ди Пащтыхьу щыт Хьисэ Мэссихь иджыпсту иІыгъ увыпІэмрэ иІэ зэфІэкІымрэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Зыгуэрым хъыбарыфІымкІэ фыдэгуэшэну Іэмал фыщиІэм деж фыгузавэу щІэвдзэмэ, ди Пащтыхьыр хэту щытми фигу къэвгъэкІыж. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ ар уафэм щыІэ тахътэм зэрытесыр икІи абы ихъуреягъкІэ мелуан бжыгъэ хъу мелыІычхэр зэрыщытыр. Зыщывмыгъэгъупщэ Хьисэ «уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори щиІэу и ІэмыщІэ [зэрилъыр]» икІи «дунейм и кІэухым нэсыху сыт щыгъуи [зэрыдигъусэнур]» (Мт. 28:18—20). Петр дыхуегъэуш ди фІэщ хъумкІэ хэт къыдэмыупщІми, жэуап зэреттыжыным сыт щыгъуи хуэхьэзыру дыщытыну. Школым къыбдеджэхэм, уезыгъаджэхэм, къыбдэлажьэхэм е махуэ къэс узыхуэзэхэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэн щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур? Апхуэдэ Іэмал ущиІэфынум икІи жыпІэ хъунум зэман иІэу егупсыс. Иеговэ лІыгъэ къыуитыну елъэІу икІи шэч къытумыхьэ шынэм упэлъэщыну ар къызэрыбдэІэпыкъунум (Апост. 4:29).
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ГУАЩІЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭВГЪЭЛЪ
9. Петр къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ щахуимыгъэлъэгъуар сыт хуэдэ Іуэхугъуэм щыгъуэ? (Сурэтми феплъ.)
9 Петр лъагъуныгъэ игъэлъагъуэу зригъэсэн щхьэкІэ, зэман гуэр хуеящ. Ар Хьисэ и гъусащ, абы мы псалъэхэр щыжиІам щыгъуэ: «УнафэщІэ фхузощІ: ФІыуэ фызэрылъагъу. Сэ фІыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фІыуэ фызэрылъагъу» (Ин. 13:34). Ауэ иужькІэ Петр журт лъэпкъым щымыщ къуэш, шыпхъухэм ядэшхэн щигъэтащ, журт лъэпкъым щыщ къуэшхэм жаІэным щхьэкІэ гузавэри. Апостол Паул псоми зэхахыу Петр егиящ (Гал. 2:11—14). Абы и псалъэхэм Петр дерс хихри, къуэш, шыпхъухэм зэрахущытыр ихъуэжащ. Петр и письмоитІым къыхегъэщ дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ тлъагъун зэрыхуейм нэмыщІ, а лъагъуныгъэр ІуэхущІафэкІи дгъэлъэгъуэн зэрыхуейр.
10. Къуэш, шыпхъухэр «пцІы хэмылъу, фІыуэ тлъагъуну» сыт къыддэІэпыкъунур? КъыдгурывгъаІуэ (1 Петр 1:22).
10 «[Фэ] фи къуэшхэр, пцІы хэмылъу, фІыуэ фолъагъу»,— жиІэри, Петр япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхауэ щытащ. (Къеджэ 1 Петр 1:22.) Дэри ар тхузэфІэкІынущ, Библием иту хъуар дгъэзащІэу щытмэ. Псалъэм папщІэ, Библием щыжыІащ «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр» (Апост. 10:34, 35). Хьисэ «ФІыуэ фызэрылъагъу» жиІэу къытхуигъэна унафэм дытету жытІэфынукъым, зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм фІэкІ фІыуэ дымылъагъуу щытмэ. ДауикІ, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм ди гур нэхъ кІэрыпщІауэ щытщ. Хьиси нэхъыфІу илъагъу ныбжьэгъухэр иІащ (Ин. 13:23; 20:2). Ауэ Петр дигу къегъэкІыж зэхуэсым щыщ псори къуэш, шыпхъухэм хуэдэу фІыуэ тлъагъун зэрыхуейр. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, зы унагъуэшхуэм дызэрыщыщыр зыхэтщІэнущ (1 Пет. 2:17).
11. «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт?
11 Петр дыхуигъэушащ «гу къабзагъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъуну». Абы къокІ дигу иримыхь цІыхухэри фІыуэ тлъагъун щхьэкІэ къару етхьэлІэн зэрыхуейр. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым ди жагъуэ къищІащ. Дэ япэу дигу къэкІынкІэ хъунур абы къыдищІам хуэдэ етщІэжыныращ. Ауэ апхуэдэ щытыкІэр Иеговэ игу зэрыримыхьыр Хьисэ Петр къыгуригъэІуащ (Ин. 18:10, 11). ИужькІэ Петр итхауэ щытащ: «Бзаджагъэм бзаджагъэкІэ фыпемыгъуэкІ, къыфщІэнакІэм фыщІэмынэкІэж. Абы и пІэкІэ „Тхьэм и нэфІыр къыфщрехуэ“, яжефІэ» (1 Пет. 3:9). Лъагъуныгъэ пхэлъмэ, уи жагъуэ къэзыщІам нэгъуни щабэу, гуапэу ухущытыфынущ.
12. 1) Лъагъуныгъэм сыт иджыри дызыхуигъэушынур? 2) «Дорожите нашим единством» жыхуиІэ видеом хэтам щыщу сытырат уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну узыхуейр?
12 Петр и япэ письмом къыщыхигъэщат лъагъуныгъэ зыхэлъ цІыхум «гуэныхь куэд» зэригъэгъур (1 Пет. 4:8). Абы игу къэкІыжауэ къыщІэкІынт гуэныхьыр зэрыгъэгъун хуейм теухуауэ илъэс куэд ипэ Хьисэ къыжриІауэ щыта псалъэхэр. Абы щыгъуэ Петр и гугъэт цІыхум блэнейрэ хуигъэгъуу щытмэ, абы и цІыхуфІагъыр къигъэлъагъуэу. Ауэ Хьисэ жиІащ цІыхум и гуэныхьыр блыщІрэ блэрэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ сыт щыгъуи, хуэбгъэгъун зэрыхуейр (Мт. 18:21, 22). Ар пхузэфІэмыкІыну къыпщыхъумэ, уи гур умыухыж. Дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ цІыхум къыдищІар тыншу щыхуэдмыгъэгъуф къохъу. Ауэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ, ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуу, мамырыгъэр зэтедгъэувэжын щхьэкІэ c.
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭ, КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФИ НЭІЭ ЯТЕВГЪЭТ
13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтыну тыншу щІыщымытынкІэ хъунур сыт?
13 Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужь, Петр зыхуигъазэри: «Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу»,— жриІащ. ДауикІ, Петр а псалъэхэр зэи зыщигъэгъупщакъым (Ин. 21:16). Уэ зэхуэсым и нэхъыжьу ущытмэ, а унафэр къызэрыплъэІэсыр уощІэ. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм а къалэныр ягъэзэщІэн щхьэкІэ зэман щахуримыкъу къохъу. Абыхэм я унагъуэхэр зыхуей хуагъэзэн хуейуэ я пщэ дэлъщ. Иджыри ахэр хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ икІи зэхуэсымрэ конгрессхэмрэ щыжаІэну псалъэхэр егугъуу ягъэхьэзыр. Абыхэм ящыщ языныкъуэ къуэшхэр сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ къызэрагъэпэща комитетхэм, «проектно-строительный отдел» жыхуэтІэхэм щолажьэ. Ди къуэш лъапІэхэ, фэ егъэлеяуэ фылэжьакІуэшхуэщ!
14. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтыну сыт къадэІэпыкъунур? (1 Петр 5:1—4).
14 Апостол Петр зэхуэсым и нэхъыжьхэр мыпхуэдэу къыхуриджащ: «Мэлыхъуэм и нэІэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цІыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъу». (Къеджэ 1 Петр 5:1—4.) Уэ зэхуэсым и нэхъыжьу ущытмэ, къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрыплъагъур икІи уи нэІэ абыхэм ятебгъэтыну узэрыхуейр дэ дощІэ. Ауэ иныкъуэхэм деж Іуэху куэд узэриІэм е узэрешам къыхэкІкІэ уи къалэнхэр пхуэмыгъэзащІэу къыпщыхъункІэ хъунущ. Сыт абы щыгъуэ пщІэ хъунур? Уи гурыщІэхэр Иеговэ хуэІуатэ. Петр мыпхуэдэу итхащ: «Зи сэбэп цІыхухэм езыгъэкІым Тхьэм къару къритымкІэ и сэбэп ирегъэкІ» (1 Пет. 4:11). Къуэш, шыпхъухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр щыІукІынур дунеищІэрауэ къыщІэкІынущ. Ауэ зыщумыгъэгъупщэ уэ пхузэфІэмыкІынур «мэлыхъуэ» нэхъыщхьэ Хьисэ Мэссихь зэрыхузэфІэкІынур. Зыгуэр иджыпсту дыдэ абы ищІэнущ, зыгуэри къэкІуэну зэманыращ щищІэнур. Алыхьыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэращыгугъыр мыращ: къуэш, шыпхъухэр фІыуэ ялъагъуну, я нэІэ абыхэм трагъэтыну икІи щапхъэ яхуэхъуну.
15. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди зы къуэшым Иеговэ и мэл цІыкІухэм дапхуэдэу и нэІэ зэратригъэтыр? (Сурэтми феплъ.)
15 Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Уи́льям къыгуроІуэ къуэш, шыпхъухэм уи нэІэ тебгъэтыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. COVID-19 пандемиер щыщІидзам щыгъуэ, нэгъуэщІ къуэшхэмрэ абырэ мурад ящІащ тхьэмахуэм зэ я гупым щыщ дэтхэнэ зыми зыпащІэурэ епсэлъэну. Апхуэдэ унафэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар абы къыдгурегъаІуэ: «Къуэш, шыпхъу куэдыр я унэхэм щІэубыдауэ зэрыщІэсым щхьэкІэ, гупсысэ Іейхэм зэщІиубыдэнкІэ хъунут». Къуэш, шыпхъухэм гугъуехь гуэр щаІэм деж, Уильям абыхэм фІыуэ йодаІуэ, ахэр зыхуэныкъуэмрэ зэрадэІэпыкъуфыну щІыкІэмрэ къищІэн щхьэкІэ. ИужькІэ ахэр зыгъэгушхуэн видео е публикацие гуэр Уильям ди сайтым къыщегъуэт. Ар къыддогуашэ: «Псом хуэмыдэу ди зэманым къуэш, шыпхъухэм уи нэІэ ятебгъэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ къару куэд идохьэлІэ, цІыхухэм Иеговэ къедгъэцІыхун щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм пэжыгъэм и гъуэгум адэкІи тетыну дадэІэпыкъун щхьэкІэ, апхуэдэ дыдэу къару етхьэлІэн хуейщ».
ИЕГОВЭ АДЭКІИ ФИГЪЭСЭНУ ХУИТ ФЩІЫ
16. Петр и письмохэм ит дерсхэр дапхуэдэу ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур?
16 Дэ Петр и письмохэм ит дерс зыбжанэ зэпкъырытхащ. Уэ узэлэжьын хуей лъэныкъуэхэм гу лъыптауэ къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, дунеищІэм узэрыщыпсэуным нэхъ щІэх-щІэхыурэ уегупсысыну ухуейт? Е къыбдэлажьэхэм, къыбдеджэхэм, егъэджакІуэхэм икІи узрихьэлІэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэну уи мурад? Къуэш, шыпхъухэм уахуиІэ лъагъуныгъэр нэхъыбэу зэрыбгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэр плъагъурэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Иеговэ и мэл цІыкІухэм адэкІи фи нэІэ ятевгъэтыну фыхьэзыр? Мы упщІэхэм уегупсыса иужь, узэлэжьын хуей лъэныкъуэхэр, дауикІ, къэплъагъунущ. Ауэ абы уримынэщхъей. Хьисэ гущабэщ, ар къыбдэІэпыкъунущ (1 Пет. 2:3). Петр дыкъегъэгугъэ: «Езы Тхьэм фыкъызэфІигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкІуэтыжу быдэу фытригъэтынущ» (1 Пет. 5:10).
17. Дэ ди Іэр едмыхьэхмэ икІи Иеговэ адэкІи дигъэсэну хуит тщІымэ, сыт абы къыпэкІуэнур?
17 Япэм Петр къилъытэу щытащ Алыхьым и Къуэм бгъэдэтынуи хуэмыфащэу (Лк. 5:8). Ауэ Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ абы и Іэр ирихьэхакъым икІи пэжагъ хэлъу Мэссихь и лъэужь итащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ «ди Зиусхьэну, дымыкІуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкІуэдыжынум» Петр щІыхьэну хуит хъуащ (2 Пет. 1:11). Уэри, Петр хуэдэу, уи Іэр йомыхьэхмэ икІи Иеговэ уигъэсэну хуит пщІыуэ щытмэ, «умыкІуэду Тхьэм укъызэрыригъэлым унэсынущ» икІи гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къыплъысынущ (1 Пет. 1:9).
109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
a Мы статьям дэ щызэпкъырытхынущ апостол Петр итха письмоитІым ит дерс зыбжанэ. Ахэр дэ къыддэІэпыкъунущ дызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гъэунэхуапІэхэм дыкъимыкІуэту дыпэщІэтыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми мы статьям и фІыгъэкІэ къалъагъунущ къуэш, шыпхъухэм нэхъыфІу зэрадэІэпыкъуфыну щІыкІэр.
b Ди эрэм 66-нэ гъэм Рим зэуэлІхэр Ерусалим къалэм темыуэ щІыкІэ, Петр и письмохэр Палестинэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм къаІэрыхьауэ къыщІэкІынущ.
c «Дорожите нашим единством» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.