Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

40 СТАТЬЯР

Петр пэжу Алыхьым хуэлэжьащ, уэри ар пхузэфІэкІынущ!

Петр пэжу Алыхьым хуэлэжьащ, уэри ар пхузэфІэкІынущ!

«ЗбгъэдэкІ, Зиусхьэн, сэ сыцІыху гуэныхьщІакІуэщ» (ЛУКА 5:8).

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Петр сыт жиІар, телъыджэ ІуэхукІэ бдзэжьей куэд къыщиубыдам щыгъуэ?

 ПЕТР жэщ псом бдзэжьей ещащ, ауэ зыри къыхуэубыдакъым. Абдежым Хьисэ мыпхуэдэу жеІэ: «КууупІэм хыхьи, бдзэжьей къэвубыдын щхьэкІэ, фихъхэр хэвдзэ» (Лк. 5:4). Петр зыгуэр къызэриубыдыным шэч къытрихьэми, Хьисэ жиІар жыІэдаІуэу игъэзэщІащ. Хъыхэр щыхадзэм, апхуэдизкІэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэм зэфІэтхъыу щІадзащ. Петррэ абы и гъуса бдзэжьеящэхэмрэ а телъыджэ Іуэхур щалъагъум, «гужьеигъуэм хэхуащ». Абдежым Петр Хьисэ и лъабжьэм зыщІидзэри жиІащ: «ЗбгъэдэкІ, Зиусхьэн, сэ сыцІыху гуэныхьщІакІуэщ» (Лк. 5:6—9). Хьисэ бгъэдэтыну хуэмыфащэу Петр къилъытэу къыщІэкІынт.

2. Петр и щапхъэм дытепсэлъыхьыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?

2 Петр «сыцІыху гуэныхьщІакІуэщ» щыжиІам щыгъуэ, пэжу жиІащ. Библием щыдолъагъу Петр зыхущІегъуэжын гуэрхэр жиІэу икІи ищІэу зэрыщытар. Уэри апхуэдэ къыщыпщыщІа къэхъуа? Зэман куэд щІауэ уэ ныкъусан гуэр зыхэбдзыну ухэту е хьэл мыхъумыщІэ гуэрым уебэну къыщІэкІынкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, Петр и щапхъэм къыбгуригъэІуэнущ уи Іуэхур хэкІыпІэншэу зэрыщымытыр. Сыт апхуэдэу щІыжытІэр? Егупсысыт: Петр и щыуагъэхэм теухуауэ Иеговэ Библием зыри ирыримыгъэтхами хъунут, ауэ дэ ар сэбэп къызэрытхуэхъунур абы ищІэт (2 Тим. 3:16, 17). Дэ къэтщІэнущ Петр, дэр хуэдэу, ныкъусан зыхэлъ цІыхуу икІи шынэу зэрыщытар. Ар дагъуэншэу щытын хуейуэ Иеговэ къилъытэтэкъым. Дэри дагъуэншэу дыщытын хуейуэ Иеговэ къытщыгугъыркъым. Иеговэ зыхуейр ди Іэр едмыхьэхыу, ди щыуагъэхэр зэран зыхуэдмыгъэхъуу абы адэкІи дыхуэлэжьэныращ.

3. Ди Іэр едмыхьэхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 Дэ ди Іэр щІедмыхьэхын хуейр сыт? Іуэху гуэрым сыт щыгъуи дыщелэжьым деж, ар едгъэфІакІуэурэ докІуэ. Мыпхуэдэ щапхъэм девгъэгупсысыт: цІыхум велосипедкІэ къижыхьу зригъэсэн щхьэкІэ, зэман куэд токІуадэ. Абы зригъэсэху, мызэ-мытІэу джэлэнкІэ хъунущ, ауэ ар къимыкІуэтмэ, къэжыхьыкІэ зригъэсэфынущ. ЦІыхум фІыуэ къижыхьу зригъэсами, зэзэмызи щыджалэ къохъу. Ауэ велосипедкІэ къижыхьын абы къигъанэркъым. Абы ещхьу, дэри ныкъусан гуэрым дыпэлъэщауэ къытщыхъуми, абы зэман-зэманкІэрэ зыкъыдигъэщІэнкІэ хъунущ. Ауэ абы щхьэкІэ дэ ди Іэр етхьэхыркъым. Дэ псоми дызыхущІегъуэжын щыжытІэ е щытщІэ къохъу. Абы емылъытауэ, дыкъимыкІуэту адэкІи дыкІуэмэ, зытхъуэжыну Иеговэ къыддэІэпыкъунущ (1 Пет. 5:10). Петр и гъащІэр дэ щапхъэ тхуохъу. Абы ищІа щыуагъэхэм щхьэкІэ къэмынэу Хьисэ гущІэгъу къызэрыхуищІам дэ дыхуигъэушыфынущ адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну.

ПЕТР ИІА ГУГЪУЕХЬХЭМРЭ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭХЭМРЭ

Петр и пІэм фитауэ щытамэ, сытыт фэ зыхэфщІэнур? (4-нэ абзацым феплъ.)

4. Лука 5:5—10 зэритымкІэ, сыт Петр и щхьэм щхьа жиІар икІи Хьисэ дапхуэдэу ар зэригъэгушхуар?

4 Петр «сыцІыху гуэныхьщІакІуэщ» щІыжиІам и щхьэусыгъуэри, абы зи гугъу ищІа гуэныхьхэр сыт хуэдэми Библием иткъым. (Къеджэ Лука 5:5—10.) Абы щыуагъэшхуэ гуэрхэр ищІауэ къыщІэкІынт. Хьисэ илъагъут Петр зэрышынэр. Сытыт ар щІэшынэр? Алыхьым хуэлэжьэну хуэмыфащэу абы къилъытэу къыщІэкІынт. Ауэ Хьисэ ищІэт Петр Алыхьым хуэпэжу къызэрынэфынур. Аращ абы «умышынэ» жиІэу щабэу щІыжриІар. Хьисэ жиІа псалъэхэм Петр и гъащІэр яхъуэжащ. Зэман дэкІри, Петррэ абы и къуэш Индрисрэ бдзэжьей ещэныр къагъанэри Мэссихь и ужь иуващ. Абы щхьэкІэ Иеговэ абыхэм и нэфІ ящыхуащ (Мк. 1:16—18).

5. Петр иІа гурыщІэхэм емылъытауэ, Хьисэ и лъэужь зэриувам сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыхуихьа?

5 Петр Хьисэ и лъэужь иува иужь, телъыджэ куэдым щыхьэт техъуащ. Абы и нэкІэ илъэгъуащ Хьисэ сымаджэхэр зэригъэхъужыр, цІыхухэм жин бзаджэхэр къазэрыхихужыр икІи лІахэр къызэригъэтэджыжыр (Мт. 8:14—17; Мк. 5:37, 41, 42) b. Хьисэ и теплъэр зэрихъуэжар икІи Пащтыхь хъуа иужь иІэну щІыхьыр зригъэлъэгъуа цІыхухэми Петр яхэтащ. Абы и нэгу щІэкІар, дауикІ, игъащІэ псокІэ игу къинэжащ (Мк. 9:1—8; 2 Пет. 1:16—18). Ар Хьисэ и лъэужь имыувауэ щытамэ, а псор зэи илъагъунутэкъым. Петр шынэмрэ гупсысэ Іейхэмрэ зэрызытримыгъэкІуам, дауикІ, щыгуфІыкІыжащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ.

6. Хьэл мыхъумыщІэхэр зыхинэну Петр и дежкІэ тыншу щытауэ пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

6 Петр телъыджэ куэд илъэгъуами, зэман-зэманкІэрэ абы и хьэл мыхъумыщІэхэр къыщытекІуа къэхъуащ. Апхуэдэ щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ. Зэгуэр Хьисэ жиІауэ щытат Библием итыр къэхъун щхьэкІэ, ар гугъу ехьу лІэн зэрыхуейр. Петр ар абы хуидауэ щытакъым (Мк. 8:31—33). Иджыри Петррэ адрей апостолхэмрэ нэхъ лъагэу щытын хуейм щхьэкІэ мызэ-мытІэу зэдауэу щытащ (Мк. 9:33, 34). Хьисэ бийхэм яубыдыну къыщыкІуам щыгъуэ, Петр мыгупсысэу джатэ кърипхъуэтри къэкІуахэм щыщ гуэрым и тхьэкІумэр пигъэлъэтащ (Ин. 18:10). Петр а жэщым апхуэдизкІэ шынати, Хьисэ имыцІыхуу щэнейрэ жиІащ, ар и ныбжьэгъуу щыта пэтми (Мк. 14:66—72). ИужькІэ Петр игу хэщІу гъащ (Мт. 26:75).

7. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужь, Петр сыт хуэдэ Іэмал ирита?

7 Хьисэ Петр ІэщІыб ищІакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы фІыуэ къызэрилъагъур ищІэт. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужь, Петр хуэзэри: «Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу»,— жриІащ (Ин. 21:15—17). Петр Хьисэ къызэрелъэІуар игъэзэщІащ. Пэнтэкост махуэшхуэм Ерусалим къыщызэхуэса Хьисэ и гъэсэнхэм Алыхьым и къару лъапІэр къащыхуехам щыгъуэ, Петри абыхэм яхэтащ.

8. Петр Антиохие щыщыІам щыгъуэ, сыт хуэдэ щыуагъэ ищІар?

8 Алыхьым и къару лъапІэр къыщыхуа нэужьи, Петр хэлъ хьэл-щэн Іейхэр зыщІыпІи кІуакъым. Ди эрэм 36-нэ гъэм журт лъэпкъым щымыщ, сунэт ямыщІа Корнелий Алыхьым и къару лъапІэр зэрыщыхуэр Петр и нэкІэ илъэгъуащ. А Іуэхугъуэм наІуэу къигъэлъэгъуащ «Тхьэр цІыхум и фэм [зэр]емыплъыр», икІи сыт хуэдэ лъэпкъми щыщ цІыхухэр абы и лэжьакІуэ зэрыхъуфынур (Апост. 10:34, 44, 45). Абы иужь Петр зыуи къыщымыхъуу нэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхэкІа цІыхухэм ядэшхэу щІидзащ, япэм щыгъуэ апхуэдэ зэи имыщІэну щытами (Гал. 2:12). Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэ журтхэм къалъытэт нэгъуэщІ лъэпкъхэм ящыщ цІыхухэм уадэшхэ мыхъуну. Апхуэдэ еплъыкІэ зиІэ языныкъуэхэр Антиохие къыщыкІуам щыгъуэ, Петр журт лъэпкъым щымыщ къуэшхэм яхэмыхьэжу хъуащ. Абы апхуэдэу щІищІар журтхэм щыщ къуэшхэм жаІэным щхьэкІэ шынэу арауэ къыщІэкІынут. Апостол Паул ар щилъагъум, псоми зэхахыу Петр егиящ (Гал. 2:13, 14). Ауэ а щыуагъэм емылъытауэ, Петр адэкІи Иеговэ пэжу хуэлэжьащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар?

ПЕТР И ЛЪЭР ЩІЭМЫХУНУ СЫТ КЪЫДЭІЭПЫКЪУАР?

9. Петр Алыхьым хуэпэж цІыхуу зэрыщытар Иуан 6:68, 69 ит псалъэхэм дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр?

9 Петр Алыхьым хуэпэж цІыхут. Хьисэ и лъэужь ирикІуэну абы зыри зэран зыхуигъэхъутэкъым. Зэгуэр и гъэсэнхэм къагурымыІуа гуэр Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, Петр цІыху пэжу зэрыщытыр наІуэ хъуащ. (Къеджэ Иуан 6:68, 69.) Куэдым Хьисэ къагъэнащ, абы жиІа псалъэхэм къикІыр къагуригъэІуэным емыжьэу. Хэти хэт, ауэ Петр апхуэдэ ищІэнутэкъым. Абы фІы дыдэу къыгурыІуэт «мыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр» Хьисэ фІэкІа нэгъуэщІым зыми къызэрыбгъэдэмыкІыр.

Петр Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьэным Хьисэ шэч къытрихьэтэкъым. Мы гупсысэм дапхуэдэу фызэригъэгушхуэр? (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Петр дзыхь зэрыхуищІыр Хьисэ дапхуэдэу игъэлъэгъуа? (Сурэтми феплъ.)

10 Петр куэдрэ щыуа пэтми, Хьисэ ар ІэщІыб ищІакъым. Мэссихьыр яукІыным сыхьэт бжыгъэ фІэкІа имыІэжу къэхъуа Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Хьисэ ищІэт Петри адрей апостолхэми ар къызэрагъэнэнур. Ауэ абы жиІащ Петр и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыхъужыным икІи ар адэкІи Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьэным шэч къызэрытримыхьэр (Лк. 22:31, 32). Абы фІыуэ къыгурыІуэрт гур хъуапсэу, ауэ пкъым хузэфІэмыкІыу зэрыщытыр (Мк. 14:38). Абы къыхэкІкІэ, Петр Хьисэ имыцІыхуу щыжиІам щыгъуи, абы ар ІэщІыб ищІакъым. Ар лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, Петр и деж къакІуэри зыкъригъэлъэгъуащ. Абы щыгъуэ Петр и закъуауэ къыщІэкІынущ (Мк. 16:7; Лк. 24:34; 1 Кор. 15:5). ДауикІ, зи гурэ зи щхьэрэ зэбгъэж апостолыр а Іуэхугъуэм хуабжьу игъэгушхуащ.

11. Хьисэ Петр дапхуэдэу къызэрыгуригъэІуар Иеговэ ар къызэримыгъэнэнур?

11 Хьисэ Петр къыгуригъэІуащ Иеговэ ар къызэримыгъэнэнур. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, абы Петррэ адрей апостолхэмрэ бдзэжьей куэду къаригъэубыдащ (Ин. 21:4—6). А телъыджэ Іуэхум и фІыгъэкІэ Петр къыгурыІуащ зыхуэныкъуэр Иеговэ къызэрыритыфынур. Петр Хьисэ и псалъэхэр игу къэкІыжауэ къыщІэкІынут. Абы жиІауэ щытат «Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэр» зи гъащІэм япэ изыгъэщхэр Иеговэ зыми зэрыхуимыгъэныкъуэнур (Мт. 6:33). Аращ Петр бдзэжьей ещэныр япэ иримыгъэщу, Алыхьым хуэлэжьэныр япэ щІригъэщар. Ди эрэм, 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм Петр лІыгъэ хэлъу цІыху куэдым я пащхьэм къыщыпсэлъащ. Абы и фІыгъэкІэ цІыху мин бжыгъэм хъыбарыфІыр къащтащ (Апост. 2:14, 37—41). ИужькІэ ар самарие цІыхухэмрэ журт лъэпкъым щымыщ цІыхухэмрэ Хьисэ и лъэужь иувэну ядэІэпыкъуащ (Апост. 8:14—17; 10:44—48). Зэрытлъагъущи, Иеговэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр зэхуэсым къришэлІэн щхьэкІэ, мызэ-мытІэу Петр къигъэсэбэпащ.

ПЕТР И ЩАПХЪЭМ СЫТ ХУЭДЭ ДЕРС ХЭТХЫФЫНУР?

12. Ныкъусан гуэрхэм ебэнхэр Петр и щапхъэм дапхуэдэу зэригъэгушхуэфынур?

12 Иеговэ дэри къыддэІэпыкъунущ абы пэжу дыхуэлэжьэну. Ар ди дежкІэ тыншу щымытынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу дэ тхэлъ хьэл-щэн мыхъумыщІэхэм щІэх-щІэхыурэ зыкъыдагъащІэмэ. Иныкъуэм деж къытщыхъункІэ хъунущ Петр нэхърэ нэхъ гугъу дехьу. Ауэ дэ ди Іэр едмыхьэхыну Иеговэ къыддэІэпыкъунущ (Пс. 94:17—19). Псалъэм папщІэ, ди зы къуэшыр Иеговэ и Щыхьэт хъун ипэ, гомосексуалисту щытащ. Абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьэри, япэм иІа дуней тетыкІэр къигъэнащ. Ауэ зэман-зэманкІэрэ хъуэпсэныгъэ Іейхэм къызэрагъэзэжым ар ебэнын хуей хъурт. Абы и Іэр иримыхьэхыну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ Иеговэ и къарур мыхъуатэмэ, зыри зэрыхузэфІэмыкІынур. Ар къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуащ Алыхьыр къызэрыздэІэпыкъум и фІыгъэкІэ пэжым и гъуэгум срикІуэну зэрысхузэфІэкІынур... ...Иеговэ хуит сищІащ и лэжьакІуэ сыхъуну икІи, си ныкъусанхэм емылъытауэ, ар сыт щыгъуи къыздоІэпыкъу».

1950-нэ гъэм, щІышылэм и 1-м, Хорст Хеншель пионер лэжьыгъэр къищтащ. Дауэ феплърэ, Петр хуэдэу, абы и гъащІэ псор Иеговэ зэрыритам ар хущІегъуэжауэ пІэрэ? (13, 15-нэ абзацхэм феплъ.) d

13. Апостолхэм 4:13, 29, 31 ит Петр и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? (Сурэтми феплъ.)

13 Зэрытлъэгъуащи, Петр цІыхухэм зэращышынэм къыхэкІкІэ, щыуагъэшхуэхэр щищІа къэхъуащ. Ауэ абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуигъазэм деж, лІыгъэ игъэлъэгъуэну хузэфІэкІт. (Къеджэ Апостолхэм 4:13, 29, 31.) Дэри шынэр зытедмыгъэкІуэну тхузэфІэкІынущ. Хорст зи цІэ ди къуэш щІалэщІэм и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм деплъынщ. Ар Германием нацистхэр щыщыІа зэманым щыпсэуащ. Школым «Хайль Гитлер!» жаІэну щыхагъэзыхьым деж, шынэурэ мызэ-мытІэу абы къыжраІэр щищІа къэхъуащ. Апхуэдэ къыщыхъум деж, абы и адэ-анэр къешхыдэтэкъым, атІэ и гъусэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэт. Ахэр Алыхьым елъэІут я къуэ цІыкІум къару къритыну. Хорст и адэ-анэр къызэрыдэІэпыкъуам, езыри Иеговэ зэрыщыгугъам и фІыгъэкІэ Алыхьым хуэпэжу къэнэну абы хузэфІэкІащ. ИужькІэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ сэ зэи сыкъигъэнакъым» c.

14. Зи Іэр езыхьэхыным нэсыпа къуэш, шыпхъухэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуфынур?

14 Иеговэрэ Хьисэрэ дэ зэи дыкъагъэнэнукъым. Петр Хьисэ имыцІыхуу жиІа нэужь, адэкІэ ищІэныр къыхихын хуейт. Ар гъуэгу пэжым темыкІыу тетыну, хьэмэрэ къикІуэтыжыну? Петр и фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ, Хьисэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъазэт. Абы Петр жриІауэ щытат Алыхьым зэрыхуелъэІур икІи абы къуэшхэр иужькІэ зэригъэгушхуэфынум шэч къызэрытримыхьэр (Лк. 22:31, 32). ДауикІ, Петр Хьисэ жиІа псалъэхэр игу къэкІыжыху, къару зыхищІэу къыщІэкІынт. Дэри, Петр хуэдэу, ди Іуэхур зэхэгъэкІыпІэм хуэкІуэмэ, Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпу и нэІэ къыттригъэтыфынущ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэну (Еф. 4:8, 11). Илъэс куэд хъуауэ Иеговэ хуэлажьэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Пол зэхуэсым щыщхэм апхуэдэу зэрахущытыным хущІокъу. Ар зи лъэ щІэхуа къуэш, шыпхъухэм йолъэІу Иеговэ ахэр гъунэгъу зэрызыхуищІар ягу къагъэкІыжыну. ИужькІэ Пол абыхэм яжреІэ Иеговэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэ зэригъэлъагъуэр икІи зэи ахэр къызэримыгъэнэнур. Пол къыддогуашэ: «Сэ слъэгъуащ я Іэр ирахьэхыным нэсыпауэ, Иеговэ и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъу куэдым зыкъаІэтыжын зэрахузэфІэкІар».

15. Петррэ Хорст Хеншельрэ я щапхъэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр Маттэ 6:33 ит псалъэхэр зэрыпэжыр?

15 Петррэ адрей апостолхэмрэ зыхуэныкъуэу хъуар Иеговэ къаритауэ щытащ. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэ дэри къыддэІэпыкъунущ, Алыхьым и лэжьыгъэр ди гъащІэм япэ идгъэщмэ (Мт. 6:33). Хорст и щапхъэм дгъэзэжынщ. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм иужь абы пионер лэжьыгъэр къищтэну хуейт. Ауэ ар хуэмыщІауэ псэути, пионеру лажьэмэ и щхьэр зыхуей хуимыгъэзэфыну къыщыхъут. Сыт-тІэ Хорст ищІар? Абы Иеговэ игъэунэхуну мурад ищІащ. Районым и нэхъыжьыр абы я зэхуэсым къыщыкІуам, Хорст тхьэмахуэ псокІэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтащ. Тхьэмахуэм и кІэм абы тыгъэ гъэщІэгъуэн къратащ. Районым и нэхъыжьым абы ахъшэ дэлъу конверт къыхуишиящ, ауэ а ахъшэр къызыбгъэдэкІыр хэтми жиІакъым. Конвертым дэлъ ахъшэр Хорст мазэ бжыгъэкІэ ирикъунут. Абы лъандэрэ а щІалэм Алыхьым хуэлэжьэныр япэ иригъэщу псэуащ (Мал. 3:10).

16. Петр и щапхъэмрэ итха тхылъитІымрэ гу лъыттэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

16 Петр «збгъэдэкІ» жиІэу Хьисэ зэрелъэІуауэ щытар фщІэжрэ? Хьисэ апхуэдэу зэримыщІам, дауикІ, Петр щыгуфІыкІыжащ! Хьисэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Петр щапхъэфІ зыгъэлъагъуэ апостол пэж хъуащ. Абы Петр зыхуригъаджэу щытам дэри дерс куэд хэтхыфынущ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр Петр итхыжа тхылъитІым къыщыдгъуэтыфынущ. ЯпэщІыкІэ а тхылъхэр зыхуэгъэзауэ щытар япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсхэращ, иужькІэ ахэр Библием и Іыхьэ хъуащ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ а тхылъитІым ит чэнджэщ зыбжанэм дытепсэлъыхьынущ икІи ахэр сэбэп къызэрытхуэхъунум и гугъу тщІынущ.

126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!

a Мы статьям къыдгуригъэІуэнущ ди ныкъусанхэм дыпэщІэтыну икІи адэкІи Иеговэ пэжу дыхуэлэжьэну зэрытхузэфІэкІынур.

b Мы статьям Марк итхыжа ХъыбарыфІым щыщ Іыхьэхэр мызэ-мытІэу къыщыхьащ. Марк итхам щыщ куэдыр псори зи нэкІэ зылъэгъуа Петр къыжриІэжауэ къыщІэкІынущ.

c 1998-нэ гъэм, мазаем и 22-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Меня вдохновляла верность семьи Богу» жыхуиІэ статьям Хорст Хеншель и гъащІэм теухуауэ щыжиІэжхэм феплъ.

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ Хорст Хеншель лІыгъэ игъэлъэгъуэфын щхьэкІэ, и адэ-анэр Иеговэ зэрыхуелъэІур.