Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

37 СТАТЬЯР

Самсон хуэдэу, Иеговэ фыщыгугъ

Самсон хуэдэу, Иеговэ фыщыгугъ

«Псом я нэхъ Лъагэу щыт Зиусхьэн Иеговэ, сынолъэІу, уигу сыкъэгъэкІыжи... къару къысщІэлъхьэж» (СУД. 16:28).

30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР  a

1, 2. Самсон теухуа хъыбарым ди дежкІэ сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъыр?

 САМСОН и цІэр щызэхэфхым деж, сыт фэ фигу къэкІыр? Фэ фигу къэкІыжыр къаруушхуэ зиІа цІыхухъурауэ къыщІэкІынущ. Пэжщ, Самсон къаруушхуэ иІащ. Ауэ зэгуэр гугъуехь куэд къызыпэкІуа унафэ абы ищІауэ щытат. Абы щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ ар и лэжьакІуэ пэжу къилъытэт. Абы и хъыбарым дерс хэтхын щхьэкІэ, Алыхьым ар Библием ирыригъэтхащ.

2 Иеговэ Израил лъэпкъым дэІэпыкъун щхьэкІэ, Самсон и ІэкІэ Іуэху телъыджэ куэд ищІащ. Самсон лІэри илъэсищэ бжыгъэ дэкІа нэужь, Иеговэ апостол Паул хуигъэушащ фІэщхъуныгъэ быдэ зиІа цІыхухэм я цІэхэм хэту абы и цІэри итхыну (Евр. 11:32—34). Щымытыншым дежи Самсон Иеговэ щыгугъыу щытащ. А цІыхухъум и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми икІи дапхуэдэу дигъэгушхуэфынуми мы статьям дэ щызэпкъырытхынущ.

САМСОН ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУИЩІТ

3. Алыхьым сыт хуэдэ къалэн Самсон иритар?

3 Самсон къыщалъхуар филистимлянхэр Алыхьым и лъэпкъым и тепщэу щыщыта зэманырат (Суд. 13:1). Абыхэм израил цІыхухэр егъэлеяуэ гугъу ирагъэхьт. Иеговэ Самсон къыщІыхихар Израил лъэпкъыр филистимлянхэм я лъабжьэм къыщІишын щхьэкІэт (Суд. 13:5) Сыту къалэн гугъут ар! Ар игъэзэщІэн щхьэкІэ, Самсон сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ щыгугъын хуейт.

Самсон Иеговэ дзыхь хуищІт. Алыхьым кърита къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, абы япэу къыІэрыхьар къигъэсэбэпащ (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)

4. Иеговэ дапхуэдэу Самсон зэрыдэІэпыкъуар? (Судей 15:14—16).

4 Самсон Алыхьым щыщыгугъа икІи ар къыщыдэІэпыкъуа зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Зэгуэр филистимлянхэр Лехи жыхуаІэ щІыпІэм къэкІуащ Самсон яубыдыну. А щІыпІэр здэщыІэр Иудей щІыналъэрауэ къыщІэкІынут. Иудэ цІыхухэр филистимлянхэм щышынэти, я лъэпкъэгъу Самсон бийхэм иратыну мурад ящІащ. Абыхэм щІэуэ кІапситІ къащтэщ, Самсон быдэу япхри, филистимлянхэм хуашащ (Суд. 15:9—13). Ауэ «Иеговэ и къару лъапІэр Самсон къытехьэри» абы кІапсэхэр зэпичащ. ИужькІэ «абы шыдым и жьэ къупщхьэ къигъуэтри, абыкІэ [филистим] цІыху 1 000 иукІащ». (Къеджэ Судей 15:14—16.)

5. Самсон шыдым и жьэ къупщхьэр Іэщэ папщІэу къызэригъэсэбэпам къыдгуригъаІуэр сыт?

5 Самсон филистимлянхэм щезэуэнум щыгъуэ, шыдым и жьэ къупщхьэр къыщІищтар сыт? ДауикІ, ар Іэщэ телъыджэу жыпІэ хъунут. Самсон къыгурыІуэрт: абы ехъулІэныгъэ иІэнрэ имыІэнрэ зэлъытар Иеговэт, атІэ Іэщэ иІыгъыратэкъым. Арати, абы япэу къыІэрыхьар къигъэсэбэпащ. Самсон а текІуэныгъэр къыщІихьыфар Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуищІти аращ.

6. Иеговэ къыдит къалэнхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?

6 Иеговэ ди гъусэмэ, дэ дызыпэмылъэщыфыну къытщыхъу къалэнхэри тхуэгъэзэщІэнущ. Дэ дигу къэмыкІыхха хэкІыпІэ гъэщІэгъуэн Алыхьым дигъэлъэгъуфынущ. Иеговэ дзыхь хуэфщІ! Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ: Самсон къаруушхуэ езыта Алыхьыр фэри къывдэІэпыкъунущ абы и Іэмырыр вгъэзэщІэну (Прит. 16:3, Гъэсэпэтхыдэхэр).

7. Иеговэ и унафэр къыбгурыІуэн щхьэкІэ, къару зэрепхьэлІэн хуейр сыт хуэдэ Іуэхугъуэм къигъэлъагъуэрэ?

7 Ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэт ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ дзыхь зэрыхуащІыр къагъэлъагъуэ. Япэм щыгъуэ ухуэныгъэ едгъэкІуэкІхэм я проектхэр дэ езым тщІыжт. Ауэ Иеговэ и организацэр хэхъуэху, а Іуэхум зэхъуэкІыныгъэхэр хэлъхьэн хуей хъут. ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм Алыхьым и унафэхэр къалъыхъуэт, щІэуэ къежьа Іэмалхэри къагъэсэбэпт. Псалъэм папщІэ, дэ унэхэр къэтщэхуурэ ахэр дызэрыхуейм хуэдэу тщІыжу щІэддзащ. Ди организацэм дуней псом щригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм куэдрэ хэта ди къуэш Ро́берт жеІэ: «ЯпэщІыкІэ апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр куэдым къехьэлъэкІащ. Ар илъэс бжыгъэкІэ дызэрылажьэу щыта щІыкІэм хуабжьу къыщхьэщыкІт. Ауэ къуэшхэм Іуэхум зыдрагъэкІуну хьэзырти, гурыІуэгъуэ хъуащ Иеговэ а зэхъуэкІыныгъэхэм и нэфІ зэрыщыхуэр». Иеговэ и Іэмырыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ, абы дызэриунэтІым ар и зы щапхъэ закъуэу аращ. Зэман-зэманкІэрэ мыпхуэдэу дызэупщІыжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: «Иеговэ зыхуейр къызгурыІуэн щхьэкІэ, къару есхьэлІэрэ? ГукІи псэкІи адэкІи Алыхьым сыхуэлэжьэн щхьэкІэ, зысхъуэжыну сыхьэзыр?»

САМСОН ИЕГОВЭ ЗЫДИГЪЭІЭПЫКЪУТ

8. Самсон псы щыхуэлІам щыгъуэ, сыт ищІар?

8 Самсон ищІауэ щыта нэгъуэщІ телъыджэ Іуэхухэри фщІэжу къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, абы Іэ пцІанэкІэ аслъэн иукІащ, итІанэ Ашкелон кІуэри филистимлян цІыху 30 иукІауэ щытащ (Суд. 14:5, 6, 19). Иеговэ къыдэмыІэпыкъуауэ щытамэ, абы ар зэи хузэфІэкІынутэкъым. Самсон ар къыгурыІуэу зэрыщытар къызыхэщыр сытыт? Абы филистимлян цІыхуу мин щызэтриукІам щыгъуэ, хуабжьу псы хуэлІати, езым псы къимылъыхъуэу, Иеговэ къритыну елъэІуащ (Суд. 15:18).

9. Самсон и тхьэлъэІум дапхуэдэу Иеговэ жэуап зэрыритар? (Судей 15:19).

9 Иеговэ Самсон къызэрелъэІуар хуищІэри, телъыджэ ІуэхукІэ псынэ къигъэхутащ. «Самсон псы ефэри и къарур къыщІыхьэжащ». (Къеджэ Судей 15:19.) Зэман дэкІауэ, бегъымбар Самуел Судей тхылъыр щитхым щыгъуэ, а псынэр иджыри щыІэу къыщІэкІынут. А псынэм Иеговэ хуэпэж журтхэм ягу къигъэкІыжу къыщІэкІынт зэман гугъухэм деж абыхэм Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъунур.

Самсон къару щигъуэтыжар Алыхьым кърита псым ефа иужьщ. Абы ещхьу, дэри Иеговэ хуэпэжу дыщытын щхьэкІэ, абы къыдиту хъуар къэдгъэсэбэпын хуейщ (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

10 Дэри сыт хуэдэ зэфІэкІрэ ехъулІэныгъэрэ димыІами, Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ къыдгурыІуэн хуейщ — нэгъэсауэ ехъулІэныгъэ дыщиІэнур Иеговэ дыщыгугъыу щытмэщ. Самсон къару щигъуэтыжар Алыхьым кърита псым ефа иужьщ. Абы ещхьу, дэри Иеговэ хуэпэжу дыщытын щхьэкІэ, абы къыдиту хъуар къэдгъэсэбэпын хуейщ (Мт. 11:28).

11. Иеговэ дызэрыщыгугъыр къызыхэщынур сыт? Щапхъэ къэфхь.

11 Урысейм щыпсэу ди къуэш Алексей и щапхъэм деплъынщ. Ар и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ хуабжьу гугъу ирагъэхь. Абы щхьэкІэ къэмынэу, Алыхьым хуэпэжу щытыну сыт абы къыдэІэпыкъур? Алексейрэ и щхьэгъусэмрэ Библие джыныр благъэхукъым икІи Алыхьым хуолажьэ. Ар къыддогуашэ: «Сэ... махуэ къэс Библием сызэреджэным икІи ар куууэ зэрызэпкъырысхыным сыхущІокъу. Пщэдджыжь къэс си щхьэгъусэмрэ сэрэ махуэм хухэха едзыгъуэр зэпкъырыдох икІи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхудогъазэ». Алексей и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Дэ ди щхьэм дыщымыгугъыжу Иеговэ дыщыгугъын хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ фІэщхъуныгъэ быдэм дыхуэныкъуэщ. Дапхуэдэу ар зэрызэдгъэгъуэтынур? Дэ Библиер дджын, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн, зэІущІэхэм дыкІуэн икІи хъыбарыфІыр дгъэІун хуейщ. Абы щыгъуэ Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэну къыддэІэпыкъунущ. Алыхьым Самсон къару ириту щытащ, шэч хэмылъу, дэри къыдитынущ.

САМСОН КЪИКІУЭТАКЪЫМ

12. Далилэ Самсон и гъащІэм хэта адрей цІыхубзхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэт?

12 Самсон дэр хуэдэу, гуэныхь зыхэлъ цІыхуу зэрыщытам къыхэкІкІэ, унафэ мыхъумыщІэ къыщищтаи къэхъуащ. Апхуэдэ зы унафэм гуауэшхуэ кърикІуащ. Ар хеящІэу зэрыщытрэ илъэс зыбжанэ хъуат, «Соре́к аузым щыпсэу цІыхубз фІыуэ щилъэгъуам» щыгъуэ. Абы и цІэр Далилэт (Суд. 16:4). Абы ипэ Самсон филистимлян цІыхубз къишэну хэтащ. Ауэ а унафэр къызыбгъэдэкІыр Иеговэт, Самсон филистимлянхэм езэуэну щхьэусыгъуэ иІэн щхьэкІэ. Зэман дэкІри, Самсон Газа къалэм щыпсэу къэхьпэ гуэрым и унэм къыщыувыІащ. А жэщым Алыхьым Самсон къару къритати, абы къалэм и куэбжэр къыхитхъри и плІэм дэлъу ихьащ (Суд. 14:1—4; 16:1—3). Ауэ Далилэ щыгъуэ Іуэхур нэгъуэщІут зэрыщытыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Израил лъэпкъым щыщу къыщІэкІынут. Абы къыхэкІкІэ Самсон филистимлянхэм езэуэн щхьэкІэ, а цІыхубзыр къигъэсэбэпынутэкъым.

13. Далилэ Самсон дапхуэдэу зэрепцІыжар?

13 Далилэ Самсон и тІасхъапІэр къищІэу, филистимлянхэм я ІэмыщІэм ирилъхьэн щхьэкІэ, абыхэм къыхуагъэлъэгъуа ахъшэшхуэр къаІрихащ. А цІыхубзым увыІэгъуэ имыІэу Самсон и фэр ирихащ, абы и къарур зыхэлъыр къищІэн щхьэкІэ. Далилэ и бзаджагъэр Самсон щІимылъагъур сыту пІэрэт? Ар апхуэдизу лъагъуныгъэм ихьу арат? Дапхуэдэу мыхъуами, Самсон абы зыкъригъэгъэпцІащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Самсон ищІа щыуагъэм къыхэкІкІэ зэман гуэркІэ и къарури фІэкІуэдащ, Иеговэ и нэфІми щІэкІащ (Суд. 16:16—20).

14. Самсон Далилэ дзыхь зэрыхуищІам къыпэкІуар сыт?

14 Самсон Иеговэ нэхърэ Далилэ нэхъ дзыхь зэрыхуищІам щхьэкІэ, уасэшхуэ щІитащ. Филистимлянхэм ар яубыдри и нитІыр иращІащ. Абы иужь Самсон зи куэбжэр хихауэ щыта Газа къалэм дэт лъэхъуэщым ирадзэщ, пщылІ ящІри гуэдз ихьэжыну кІэрагъэуващ. Зэгуэр филистимлянхэр зэхуэсахэт я тхьэ Дагон къурмэнышхуэ къыхуахьыну. Абыхэм я фІэщ хъут Самсон я ІэмыщІэ къизылъхьар арауэ. Арати, абыхэм Самсон ауан ящІыну хуейуэ лъэхъуэщым кърашри зэхуэсыпІэм къашащ (Суд. 16:21—25).

Иеговэ филистимлянхэм тезыр ятрилъхьэн щхьэкІэ, Самсон къару иритащ (15-нэ абзацым феплъ.)

15. Самсон Иеговэ щыгугъын зэрыщІидзэжар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар? (Судей 16:28—30). (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

15 Самсон щыуагъэшхуэ ищІа щхьэкІэ къикІуэтакъым. Абы иджыри гукъыдэж иІэт Алыхьым кърита къалэныр икІэм нэс игъэзэщІэну. (Къеджэ Судей 16:28—30.) Абы къыхэкІкІэ: «Силъ сщІэжыну хуит сыщІ»,— жиІэри, ар Иеговэ елъэІуащ. Алыхь пэжым абы и тхьэлъэІур зэхихри къаруушхуэр иритыжащ. Абы щыгъуэ Самсон филистимлян цІыхуу иукІар абы ипэ псори зэхэту иукІахэм нэхърэ нэхъыбэ хъурт.

16. Самсон и щыуагъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?

16 Самсон и щыуагъэм уасэшхуэ щІитами, абы Иеговэ кърита къалэныр адэкІи игъэзэщІэну хуейт. Дэри щыуагъэ тщІауэ зытхъуэжын хуей хъуми, пщІэ зыпылъ къалэн дымыгъэзэщІэжми, Иеговэ хуэлэжьэн щыдгъэтын хуейкъым. Ди Алыхь Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр зыщывмыгъэгъупщэ (Пс. 103:8—10). Ди щыуагъэхэм емылъытауэ, дэ адэкІи Иеговэ дыкъигъэсэбэпыфынущ икІи къаруи къыдитыфынущ, и зэманым Самсон зэрыритам хуэдэу.

Самсон щыуагъэ ищІам хуабжьу хущІегъуэжауэ къыщІэкІынт, ауэ абы и Іэр ирихьэхакъым. Дэри ди Іэр етхьэх хъунукъым (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)

17, 18. Майкл и щапхъэм сыткІэ фигъэгушхуэрэ? (Сурэтми феплъ.)

17 Майкл зи цІэ ди къуэшым и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Ар Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру хэтт: зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу икІи пионеру лажьэт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зы щыуагъэ гуэрым и ягъэкІэ Майкл пщІэ зыпылъ къалэнхэр фІэкІуэдащ. Ар къыддогуашэ: «Абы ипэ Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру сыхэту щытащ, ауэ зэуэ псори сфІэкІуэдащ. ДауикІ, сэ Иеговэ сыкъигъэнауэ сигу къэкІыххэтэкъым. Ауэ сэ къысщыхъут ди зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэм къимыгъэзэжыну икІи япэм хуэдэу жыджэру Алыхьым и лэжьыгъэм сыхэмытыжыфыну».

18 И насыпти, Майкл и Іэр ирихьэхакъым. Абы пещэ: «Сэ къарууэ сиІэу хъуар есхьэлІащ, Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтезгъэувэжын щхьэкІэ. Сэ си гурыщІэхэр абы хуэсІуатэт, Библиер зджыт икІи сызэджам куууэ сегупсыст». Зэман дэкІри, Майкл зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щигъэзэщІэну къыхуагъэфэщэжащ. Иджыпсту ар зэхуэсым и нэхъыжьу икІи пионеру мэлажьэ. Майкл жеІэ: «Къуэш, шыпхъухэм, псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм, сэ хуабжьу сагъэгушхуэт. Абыхэм я фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъур. Иджы напэ къабзэ сиІэу зэхуэсым сыщылэжьэну Іэмал сиІэщ. Сэ къысщыщІам къызгуригъэІуащ зи щыуагъэ хущІегъуэжхэм Иеговэ зэрахуигъэгъур». Дэри апхуэдэ дыдэу щыуагъэ тщІэнкІэ хъунущ. Ауэ зэрызытхъуэжыным иужь дитмэ икІи Иеговэ адэкІи дыщыгугъмэ, абы дзыхь къытхуищІу хъужынущ, и нэфІри къытщыхуэнущ (Пс. 86:5; Прит. 28:13).

19. Самсон и щапхъэм дапхуэдэу узэригъэгушхуэр?

19 Мы статьям дэ Самсон и гъащІэм щыщу мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр щызэпкъырытхащ. ДауикІ, ар гуэныхь зыхэлъ цІыхут икІи Далилэ дзыхь щыхуищІами Іейуэ щыуат. Ауэ Самсон Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтакъым, Алыхьми ар ІэщІыб ищІакъым. Уеблэмэ, Иеговэ ар иджыри зы Іуэху гъэщІэгъуэнкІэ къигъэсэбэпащ. Абы и еплъыкІэкІэ Самсон фІэщхъуныгъэ быдэ зиІа цІыхуу щытащ. Ар къыхощ Еврейхэм 11-нэ псалъащхьэм. А псалъащхьэм фІэщхъуныгъэ быдэ зиІауэ кърибжэкІ цІыхухэм Самсон и цІэри яхэтщ. ФІыщэу дыкъэзылъагъу, зэман гугъухэми къыддэІэпыкъуну хьэзыр уафэм щыІэ ди Адэм ухуэлэжьэну сыту гуапэ! Аращи, Самсон хуэдэу, дэри: «Уигу сыкъэгъэкІыжи... къару къысщІэлъхьэж»,— жытІэу Иеговэ девгъэлъэІу (Суд. 16:28).

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

a Самсон. Ар Библием итыр фІыуэ зымыщІэхэми яцІыху. Абы теухуауэ тхылъхэр ятх, усэхэр зэхалъхьэ, фильмхэр трах. Ауэ Самсон теухуа хъыбарыр гъэщІэгъуэну щыт къудейуэ аракъым. А цІыхум иІа фІэщхъуныгъэшхуэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ.