ЧэнджэщыфІхэр. Сэбэп къыпхуэхъуну информациер къызэрыбгъуэтыну щІыкІэр
Сабийхэм папщІэ
Адэ-анэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн я пщэм дэлъщ — я сабийхэр Иеговэ фІыуэ ялъагъуу ягъэсэну (Еф. 6:4). Адэ-анэхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ, ди организацэм статьяхэр, видеохэр, уэрэдхэр куэду къыдегъэкІ. Фи сабийхэр вгъэсэн щхьэкІэ, ахэр дауэ къызэрывгъэсэбэп хъунур?
jw.org сайтым фихьэ. Абы фэ къифх хъунущ сабийхэмрэ ныбжьыщІэхэмрэ щхьэкІэ къыдагъэкІа видеохэмрэ задание зэмылІэужьыгъуэхэмрэ a. Ахэр къэвгъуэтын щхьэкІэ, «дети» е «подростки» псалъэр «поиск» жыхуиІэм ифтхэ.
Уи сабийм фІэгъэщІэгъуэн хъунур къыхэх. Информацие куэд къыщыбгъуэтынущ «Дети» жыхуиІэ разделым «Задания для семейного поклонения» жыхуиІэ Іыхьэм.
Сабийм и гъусэу заданиехэр зэпкъырыфх. Фэ фи мурадыр сабийр мыхьэулеин щхьэкІэ зыгуэр евгъэщІэныракъым, атІэ ар Иеговэ гъунэгъу хуэфщІыныращ.
a JW Library® приложением сабийхэмрэ ныбжьыщІэхэмрэ щхьэкІэ къыдагъэкІа видео псори илъщ. Иджыри абы къыщыбгъуэтыфынущ тхылъымпІэм тебдзэ хъуну заданиехэм щыщ языныкъуэхэр.