34 СТАТЬЯР
Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърыфх
«Іущхэм зэхащІыкІынущ» (ДАН. 12:10, ДАНИЛ БЕГЪЫМБАР, 2018).
98-НЭ УЭРЭДЫР Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым къыбгъэдокІ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр тфІэфІу зэпкърытхыну сыт къыддэІэпыкъунур?
БЕН зи цІэ ди къуэш щІалэщІэм мыпхуэдэу жеІэ: «Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърысхыну сэ хуабжьу сигу ирохь». Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэ? Хьэмэрэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр къыбгурыІуэну гугъуу къэплъытэрэ? Е ахэр зэпкърыпхыну зэшыгъуэу къыпщыхъурэ? Къэхъун хуей псалъэхэр Иеговэ Библием щІригъэтхам и щхьэусыгъуэр къапщІэу щытмэ, уэ уи еплъыкІэм зихъуэжынкІэ хъунущ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Мы статьям дэ япэщІыкІэ дыщытепсэлъыхьынущ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр щІэдджын хуеймрэ ар зэрытщІ хъуну щІыкІэмрэ. ИужькІэ Даниил тхылъым щыщу къэхъун хуей ІуэхугъуитІ зэпкърытхынщ икІи ахэр сэбэп къызэрытхуэхъур къэтщІэнщ.
БИБЛИЕМ ИТ КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭР ЩІЭДДЖЫН ХУЕЙР СЫТ?
3. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
3 Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ дэ дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ. Щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт зэи уздэщымыІа щІыпІэм укІуауэ. Ауэ уэ уи закъуэкъым, а щІыпІэр фІыуэ зыцІыху уи ныбжьэгъу уи гъусэщ. Абы фІыуэ ещІэ иджыпсту фыздэщыІэри дэтхэнэ зы гъуэгум фыздишэнури. Иеговэ апхуэдэ ныбжьэгъум ебгъэщхь хъунущ. Зэманыр здынэсари къэхъун хуейри абы ещІэ. Абы къыхэкІкІэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну Іэдэбагъ тхэлъу дэ абы делъэІун хуейщ (Дан. 2:28; 2 Пет. 1:19, 20).
4. Иеговэ къэхъун хуей псалъэхэр Библием щІригъэтхар сыт? (Иеремия 29:11). (Сурэтми феплъ.)
4 Зи быныр фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адэ-анэри хуейщ я бынхэр насыпыфІэ хъуну. Иеговэ апхуэдэ Адэщ. (Къеджэ Иеремия 29:11.) Ауэ цІыхухэм елъытауэ Иеговэ къэкІуэну зэманым къытхуихьынур нэгъэсауэ ещІэ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ къэхъун хуей Іуэхугъуэхэм щыгъуазэу дыщытын щхьэкІэ, абы цІыхухъу зыбжанэ хуигъэушащ а Іуэхугъуэхэм теухуауэ ятхыну (Ис. 46:10). Абы къыхэкІкІэ, Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр фІыуэ дыкъэзылъагъу, уафэм щыІэ ди Адэм и тыгъэу щытщ. НтІэ, сыт дэ шэч къытетхьэн щІыхуэмейр Библием ит псалъэхэр къызэрыхъунум?
5. Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм Макс и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хахыфынур?
5 Ди ныбжьыщІэхэр школым щыщыІэм деж Библием пщІэ хуэзымыщІхэм яхэтын хуей мэхъу. Абы къыхэкІкІэ ди ныбжьыщІэ цІыкІухэм Библием шэч къытрахьэу щІадзэнкІэ хъунущ. Макс къыщыщІам гу лъыттэнщ. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ сыщыныбжьыщІэм щыгъуэ, си адэ си анэм я диныр зэрыпэжым икІи Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытым шэч къытесхьэу щІэздзащ». Абы и адэ-анэм ар дауэ къащыхъуа? Макс къыддогуашэ: «Ахэр хуабжьу гузавэ пэтми, я пІэм къикІакъым». Абыхэм Библиер къагъэсэбэпурэ Макс и упщІэхэм жэуап иратащ. Ауэ езы Макси и Іэр зэтедзауэ щысакъым. Абы жеІэ: «Сэ езым Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърысхт икІи къэсщІамкІэ зэхуэсым щыщ си ныбжьэгъухэм садэгуашэт». Сыт абы къыпэкІуар? Макс жеІэ: «Иджы Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр сэ хьэкъыу спхыкІащ!»
6. Библием итыр къызэрыхъуным шэч къытепхьэу щІэбдзамэ, сыт пщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
6 Макс хуэдэу, уэри Библием итыр зэрыпэжым шэч къытепхьэу щІэбдзауэ щытмэ, зомыгъэкъуншэ. Ауэ а Іуэхур гулъытэншэу къомыгъанэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыгуэрым шэч къыщытепхьэм деж ар гъущІыр зэрыулъийм ебгъэщхь хъунущ. Хьэпшып гуэрым улъиин зэрыщІидзам мыхьэнэ йомыту щытмэ, ар исраф хъуфынущ. Уи фІэщхъуныгъэм «улъиин» щІидзарэ щІимыдзарэ къэпщІэн щхьэкІэ, мыпхуэдэ упщІэ зэптыжын хуейщ: «КъэкІуэну зэманым теухуауэ Библием итыр си фІэщ хъууэ пІэрэ?» ЗыгуэркІэ абы шэч къытепхьэу щытмэ, Библием итым щыщу къэхъуахэр куууэ зэпкърых. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур?
КЪЭХЪУН ХУЕЙУЭ БИБЛИЕМ ИТЫР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЭПКЪРЫПХ ХЪУНУР?
7. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр щызэпкърытхкІэ Данил сыткІэ щапхъэ тетх хъуну? (Даниил 12:10). (Сурэтми феплъ.)
7 Библием иту къэхъун хуей псалъэхэр зэрызэпкърыхын хуейм теухуауэ Данил щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Данил Алыхьым и Псалъэр щІиджым щхьэусыгъуэфІ иІэт — абы пэжыр къищІэну хуейт. Иджыри Данил цІыху Іэдэбт. Абы къыгурыІуэрт Иеговэ и гъусэмэ икІи абы и хабзэхэм тету щытмэ, къэхъун хуей псалъэхэм къикІыр Алыхьым къызэрыхузэІуихынур (Дан. 2:27, 28; къеджэ Даниил 12:10, ДБ, 2018). Данил сыт щыгъуи Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут. Абы къегъэлъагъуэ ар цІыху Іэдэбу зэрыщытар (Дан. 2:18). Абы нэмыщІ Данил и зэманым щыІа Тхыгъэ ЛъапІэм щыщ Іыхьэхэр егугъуу иджт (Иер. 25:11, 12; Дан. 9:2). Данил дапхуэдэу щапхъэ зэрытетх хъунур?
8. Языныкъуэ цІыхухэм къэхъун хуей псалъэхэр я фІэщ щІэмыхъур сыт икІи дэ абыхэм ещхьу дыщытын щІыхуэмейр сыт?
8 Библиер щІэбджым и щхьэусыгъуэм егупсыс. Къэхъун хуей псалъэхэр щІэбджым и щхьэусыгъуэр сыт? Пэжыр къэпщІэну ухуейуэ ара? Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ Іэмал имыІэу къыбдэІэпыкъунущ (Ин. 4:23, 24; 14:16, 17). Ауэ языныкъуэ цІыхухэм фІымрэ Іеймрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІыжыну хуейщи, Алыхьым и Псалъэм зэрытемытын щхьэусыгъуэ къалъыхъуэ. Аращи, абыхэм Библиер щІаджым и щхьэусыгъуэр — ар Алыхьым къыбгъэдэмыкІыу къыщІрагъэдзыну зэрыхуейращ. Ауэ дэ Библиер щІэдджым щхьэусыгъуэ тэмэм иІэну дыхуейщ. Иджыри дэ Библием итыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ зы хьэл-щэн дыхуэныкъуэщ.
9. Библием итыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэным дыхуэныкъуэ? КъыдгурывгъаІуэ.
9 ЦІыху Іэдэбу щыт. Иеговэ цІыху Іэдэбхэм ядоІэпыкъу (Екъуб 4:6). Абы къыхэкІкІэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гурыІуэгъуэ тщищІын щхьэкІэ, дэ абы делъэІун хуейщ. Абы нэмыщІ дэ къыдгурыІуэн хуейщ унэІут пэжым игъуэу къыбгъэдэкІ ерыскъым — Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ щІэныгъэм — дызэрыхуэныкъуэр (Лк. 12:42). Иеговэ и Іуэху псори зэпэщу щытщ. Аращи, пэжыр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ, абы а унэІут пэжым фІэкІа нэгъуэщІ зыри къызэримыгъэсэбэпыр гурыІуэгъуэщ (1 Кор. 14:33; Еф. 4:4—6).
10. Эстер и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
10 Уегугъуу Библиер джы. Япэрауэ, къэхъун хуей псалъэхэм щыщу пфІэгъэщІэгъуэн гуэр къыхэхи, ар куууэ зэпкърых. Ди шыпхъу Э́стер ищІар аращ. Ар хуейт Мэссихьыр къызэрыкІуэнум теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърихыну. Эстер къыддогуашэ: «Илъэс 15 сыщыхъум, сэ мурад сщІащ а къэхъун хуей псалъэхэр Хьисэ къамылъху ипэ зэратхам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къэзгъуэтыну». Эстер «свитки Мертвого моря» жыхуаІэм теухуа информациер куууэ зэпкърихащ икІи абы ар хуабжьу къыдэІэпыкъуащ. А шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «А свитокхэм щыщ языныкъуэхэр Хьисэ къалъхун ипэ ятхащ. Абы къегъэлъагъуэ абыхэм ит къэхъун хуей псалъэхэр Алыхьым къызэрыбгъэдэкІар». Эстер игу къегъэкІыж: «Іуэхур зэхэзгъэкІын щхьэкІэ, къытезгъэзэжурэ зэ сызэджам куэдрэ сыкъеджэжын хуей хъуащ». Ауэ а Іуэхум апхуэдиз къару зэрырихьэлІам ар хущІегъуэжакъым. Къэхъун хуей псалъэхэм щыщ зыбжанэ куууэ зэпкъриха нэужь, а шыпхъум жиІащ: «Библием итыр зэрыпэжыр сэ езым зэхэзгъэкІащ».
11. Библием иту хъуар зэрыпэжым шэч къытедмыхьэным сыт мыхьэнэ щІиІэр?
11 Библием ит псалъэхэм щыщ гуэр къызэрыхъуар щытлъагъум деж, дэ Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу. Аращи, дэ зыкІи дымыгузавэу Алыхьым дыздишэмкІэ докІуэ. Иджыри Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ быдэ къыдат икІи ахэр зэрыдджыр къыддоІэпыкъу сыт къэмыхъуами ди Іэр едмыхьэхыну. Иджыпсту кІэщІу зэпкърытхынщ Даниил тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэм щыщу тІур ди зэманым гъэзэщІа зэрыхъур. Ахэр фІыуэ къыдгурыІуэу щытмэ, дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуэщтэнущ.
ЯТІАГЪУЭРЭ ГЪУЩІУ ЗЭХЭЛЪ ЛЪАПЭХЭМ ТЕУХУАУЭ ТЩІЭН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?
12. «ЯтІагъуэрэ гъущІу зэхэлъ» лъапэхэм сыт къагъэлъагъуэр? (Даниил 2:41—43).
12 Къеджэ Даниил 2:41—43. Навуходоносор пщІыхьэпІэм хэту илъэгъуа статуешхуэм «и лъапэхэмрэ и лъэпхъуамбэхэмрэ ятІагъуэрэ гъущІу» зэхэлът. А псалъэхэр Даниил тхылъымрэ Апокалипсис тхылъымрэ ит къэхъун хуей нэгъуэщІ псалъэхэм едгъапщэу щытмэ, къыдгуроІуэ лъэпхъуамбэхэм ди зэманым дуней псом нэхъ лъэщу щыт Англо-Американскэ державэр къызэрагъэлъагъуэр. А державэм теухуауэ Данил жиІащ ар «зыгуэркІи быдэу, зыгуэркІи махэу» зэрыщытынур. Ар махэ зыщІыр сыт? А державэм и къаруушхуэр нэгъэсауэ игъэлъэгъуэну хуейт, ауэ ятІагъуэм къигъэлъагъуэ цІыху къызэрыгуэкІхэм абы апхуэдэ Іэмал ираткъым b.
13. Статуем теухуа къэхъун хуей псалъэхэр къызэрыдгурыІуэм сыт хуэдэ пэжхэр къытхузэІуихрэ?
13 Статуем, псом хуэмыдэу абы и лъапэхэм, теухуауэ Данил итхам дэ куэд къыдгурегъаІуэ. Япэрауэ, Англо-Американскэ державэм къаруушхуэ бгъэдэлъщ икІи абы ар мызэ-мытІэу игъэлъэгъуащ. Псалъэм папщІэ, япэ, етІуанэ дунейпсо зауэшхуэхэм текІуэныгъэ къэзыхьахэм ар яхэтащ. Ауэ а дунейпсо державэр езым и цІыхухэм махэ ящІ. Ахэр къэрал унафэщІхэм пэщІоувэ, езыхэри зоныкъуэкъу. А Іуэхум и щытыкІэм къэкІуэну зэманми зихъуэжынукъым. ЕтІуанэрауэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм я тепщэныгъэм кІэ къыщыхуигъакІуэкІэ дуней псом щытепщэу щытынур Англо-Американскэ державэращ. НэгъуэщІ лъэпкъхэм Англо-Американскэ державэм и пІэр яубыдыну хэтынкІэ хъунущ, ауэ абыхэм ар къехъулІэнукъым. Абы щыхьэт тохъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къэзыгъэлъагъуэ «мывэр» статуем и лъапэхэм зэреуэнур. ЗэрытщІэжщи, а лъапэхэм къагъэлъагъуэр Великобританиемрэ США-мрэ я зэкъуэтыныгъэращ (Дан. 2:34, 35, 44, 45).
14. ЯтІагъуэрэ гъущІу зэхэлъ лъапэхэм теухуа псалъэхэр къызэрыдгурыІуэр дауэ къыддэІэпыкъурэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну?
14 ЯтІагъуэрэ гъущІу зэхэлъ лъапэхэм теухуауэ Данил жиІа псалъэхэр къызэрыхъур уи фІэщ хъурэ? Хъууэ щытмэ, ар уи гъащІэм къыхэщынущ икІи мы дуней кІуэдыжынум уэ мылъкуи ахъши щызэбгъэпэщынукъым (Лк. 12:16—21; 1 Ин. 2:15—17). А къэхъун хуей псалъэхэр къызэрыдгурыІуэр къыддоІэпыкъу псом нэхърэ нэхъапэр зэхэдгъэкІыну — ар хъыбарыфІыр дгъэІунымрэ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъунымрэщ (Мт. 6:33; 28:18—20). А къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърыпха иужь, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу цІыху пащтыхьыгъуэ псоми кІэ зэрыритынур си фІэщ хъууэ пІэрэ? Унафэ къасщтэхэм ар къыхэщу пІэрэ?»
«ИПЩЭ ПАЩТЫХЬЫМРЭ» «ИЩХЪЭРЭ ПАЩТЫХЬЫМРЭ» ТЕУХУА ПСАЛЪЭХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫТЛЪЭІЭСЫР?
15. Хэт нобэ «ищхъэрэ пащтыхьыр» икІи хэт «ипщэ пащтыхьыр»? (Даниил 11:40).
15 Къеджэ Даниил 11:40, ДБ, 2018. Даниил тхылъым и 11-нэ псалъащхьэр топсэлъыхь дуней псом япэ увыпІэр зыІыгъыным щхьэкІэ зэпэщІэува пащтыхьитІым. А къэхъун хуей псалъэр нэгъуэщІ псалъэхэм зэредгъапщэм къыдгурегъаІуэ «ищхьэрэ пащтыхьыр» — ар Урысеймрэ абы къыгуэт къэралхэмрэ арауэ зэрыщытыр, «ипщэ пащтыхьыр» — ар Англо-Американскэ дунейпсо державэрауэ зэрыщытыр c.
16. «Ищхъэрэ пащтыхьым» и щІыпІэм щыпсэухэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуэрэ?
16 «Ищхъэрэ пащтыхьым» и щІыпІэм щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр тепщэныгъэ зиІэхэм кърахуэкІ. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ яубэрэжь икІи тутнакъым ягъэтІыс. Ауэ «ищхъэрэ пащтыхьым» ахэр хуэгъэшынэкъым. Ахэр шынэн дэнэ къэна, абыхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэж хъуурэ макІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Данил итха псалъэхэр къызэрыхъур я нэкІэ ялъагъу (Дан. 11:41) d. Дэри ар тлъагъуу щытмэ, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэфынущ, ди гугъэри зыфІэдгъэкІуэдынукъым.
17. «Ипщэ пащтыхьым» и щІыпІэм щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуэрэ?
17 Иеговэ и лъэпкъыр «ипщэ пащтыхьми» къыщрихуэкІа зэман къэхъуащ. Псалъэм папщІэ, XX-нэ лІэщІыгъуэм и щІэдзапІэм нейтралитетым щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр тутнакъым ирадзэу, языныкъуэхэм я бынхэр школым къыщІахужу щытащ. Ауэ иужьрей илъэсхэм а пащтыхьым и щІыпІэм щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр зыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр нэгъуэщІщ. А гъэунэхуапІэхэр занщІэу къыпхуэмылъагъункІи хъунущ. Псалъэм папщІэ, выборхэр щекІуэкІым деж Алыхьым и лэжьакІуэм парт гуэрым е цІыху гуэрым и лъэныкъуэр иубыдыну хуеинкІэ хъунущ. ДауикІ, ар выборым кІуэну къыщІэкІынкъым, ауэ игукІэ зыгуэрым и лъэныкъуэ иубыдынкІэ хъунущ. Аращи, ди ІуэхущІафэхэмкІи ди гумкІи нейтралитетыр тхъумэным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ! (Ин. 15:18, 19; 18:36).
18. Ищхъэрэ пащтыхьымрэ ипщэ пащтыхьымрэ зэрызэпэщІэтым дауэ дызэрыхущытын хуейр? (Сурэтми феплъ.)
18 Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр зи фІэщ мыхъухэр хуабжьу гузэвэнкІэ хъунущ, ипщэ пащтыхьымрэ ищхъэрэ пащтыхьымрэ зэрызэпэщІэтыр щалъагъум деж (Дан. 11:40). А пащтыхьитІым дунейр зэтезыкъутэфын ядернэ Іэщэ куэду яІэщ. Ауэ дэ дощІэ Иеговэ Іуэхур абы зэрынимыгъэсынур (Ис. 45:18). Абы къыхэкІкІэ «ищхъэрэ пащтыхьымрэ» «ипщэ пащтыхьымрэ» зэрызэпэщІэтым дэ дигъэшынэкъым, атІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІу аращ. Абы нэмыщІ а пащтыхьитІыр зэрызэныкъуэкъум къегъэлъагъуэ мы дунейм и кІэр къызэрысар.
БИБЛИЕМ ИТ КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭР АДЭКІИ КУУУЭ ЗЭПКЪРЫФХ
19. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм теухуауэ сыт къыдгурыІуэн хуейр?
19 Библием ит къэхъун хуей языныкъуэ псалъэхэр къызэрыхъуну щІыкІэр тщІэркъым. Данил бегъымбарми итхауэ щыта псом къикІыр къыгурыІуэу щытакъым (Дан. 12:8, 9). Ауэ дэ зыгуэр къыдгурымыІуэу щытмэ, абы къикІкъым ар къэмыхъуну. Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ псори игъуэм къызэрытхузэІуихынум, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сыт щыгъуи апхуэдэущ зэрищІэр (Ам. 3:7).
20. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэныщэхэр куэд мыщІэу къэхъун хуей икІи дэ адэкІи сыт тщІэн хуейр?
20 Куэд мыщІэу цІыхухэм «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» щыжаІэну зэманыр къэсынущ (1 Фес. 5:3). Абы иужь къэрал унафэщІхэр дин нэпцІым теуэнурэ ар ягъэкІуэдыпэнущ (Апок. 17:16, 17). ИтІанэ ахэр Алыхьым и лъэпкъым теуэнущ (Иез. 38:18, 19). А псом иужь Армагеддон зауэм щІидзэнущ (Апок. 16:14, 16). А Іуэхугъуэхэр куэд мыщІэу къызэрыхъунум шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ. АпщІондэху Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ дывгъэдж, абыхэм къикІри адрейхэм къагурыІуэну дадэвгъэІэпыкъу. Апхуэдэу уафэм щыІэ ди Адэм фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэнущ.
95-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу
a Дунейр дапхуэдэу зэІымыхьами, дэ дощІэ къэкІуэну зэманым гъащІэ насыпыфІэ къызэрытпэщылъыр. Дэ абы шэч лъэпкъ къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърыдох. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм щыгъуазэу дыщытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэм и щхьэусыгъуэхэр. Абы нэмыщІ Данил бегъымбарым итхауэ щыта къэхъун хуей псалъэхэм щыщу тІум кІэщІу дыхэплъэнущ икІи абыхэм къикІыр къыдгурыІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр къэтлъагъунущ.
b 2012-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Иегова открывает, „что вскоре должно произойти“» жыхуиІэ статьям, 15—16-нэ напэкІуэцІхэм, 7—9-нэ абзацхэм феплъ.
c 2020-нэ гъэм, накъыгъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Хэт нобэ „ищхъэрэ пащтыхьыр“?» жыхуиІэ статьям, 12—13-нэ напэкІуэцІхэм, 3—4-нэ абзацхэм феплъ.
d 2020-нэ гъэм, накъыгъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Хэт нобэ „ищхъэрэ пащтыхьыр“?» жыхуиІэ статьям, 13—14-нэ напэкІуэцІхэм, 7—9-нэ абзацхэм феплъ.