33 СТАТЬЯР
Данил щапхъэ тефх
«Уэ Тхьэм уфІэлъапІэщ» (ДАН. 9:23, ДАНИЛ БЕГЪЫМБАР, 2018).
73-НЭ УЭРЭДЫР Тегушхуэныгъэ къыдэт
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Бабилэн цІыхухэм Данил гу щІылъатар сыт?
ДАНИЛ иджыри ныбжьыщІэу, къыщалъхуа къалэм ирашри, Бабилэн нэс гъэру яшащ. Бабилэн цІыхухэм абы занщІэу гу къылъатащ. Псоми ялъагъут Данил ІэпкълъэпкъкІэ дертыншэу, теплъэкІэ лъагъугъуафІэу зэрыщытыр, лъэкІыныгъэ зиІэ лъэпкъми къызэрыхэкІар. Абы къыхэкІкІэ бабилэн цІыхухэм Данил хуагъэхьэзыру щІадзащ ар пащтыхьым и унэм къулыкъущІэу зэрыщылэжьэным (Дан. 1:3, 4, 6; 1 Сам. 16:7).
2. Иеговэ дапхуэдэу Данил зэрыхущытар? (Иезекииль 14:14).
2 Иеговэ Данил фІыуэ щІилъагъуу щытар абы и теплъэмрэ иІыгъа увыпІэмрэ щхьэкІэтэкъым, атІэ гукІи псэкІи Алыхьыр игъэгуфІэну зэрыхущІэкъуу щытам щхьэкІэщ. Данил илъэс 20-м щІигъуа къудейуэ арат, Иеговэ абы и цІэр Нухьрэ Іэиубрэ я гъусэу къыщриІуам щыгъуэ (ЩІэдз. 5:32; 6:9, 10; Иов 42:16, 17; къеджэ Иезекииль 14:14). Данил гъащІэ кІыхь къигъэщІащ, куэди и нэгу щІэкІащ икІи Иеговэ ар сыт щыгъуи фІыуэ илъагъуу щытащ (Дан. 10:11, 19).
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Иеговэ Данил лъапІэу щІилъытэу щыта хьэл-щэнитІ мы статьям щызэпкърытхынущ. ЯпэщІыкІэ абыхэм кІэщІу дытепсэлъыхьынщ, иужькІэ Данил ахэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж игъэлъагъуэу щытами къэтщІэнщ. Абы нэмыщІ деплъынщ а хьэл-щэнхэр иригъэфІэкІуэну абы сыт къыдэІэпыкъуами. ИтІанэ дэ абы дапхуэдэу щапхъэ тетх хъунуми и гугъу тщІынщ. Мы статьяр нэхъыбэу зыхуэгъэзар щІалэгъуалэрами, дэ псори Данил и щапхъэм куэдым дыхуигъэсэфынущ.
ДАНИЛ ХУЭДЭУ ЛІЫГЪЭ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
4. Дапхуэдэу Данил лІыгъэ зэригъэлъэгъуар?
4 ЛІыгъэ зыхэлъ цІыхухэм шынэ зыхамыщІэу щыткъым, ауэ абыхэм ар зэран зыхуагъэхъукъым, Алыхьым хуэпэжу къэнэн щхьэкІэ. Данил лІыгъэшхуэ игъэлъагъуэу щытащ. Абы лІыгъэ щигъэлъэгъуа ІуэхугъуитІ иджыпсту зэпкърытхынщ. Япэр къыщыхъуар бэбилэн цІыхухэм Ерусалим зэтракъутэу илъэситІ дэкІа нэужьу къыщІэкІынущ. Бабилэным и пащтыхь Навуходоносор статуешхуэ хэту пщІыхьэпІэ шынагъуэ илъэгъуащ. Абы усэрэжу хъуар (мудрецы), Данили абыхэм яхэту, къриджэри яжриІащ, пщІыхьэпІэ илъэгъуари абы къикІри къыжрамыІэмэ, ахэр псори зэриукІынур (Дан. 2:3—5). Данил зиІэжьэ хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху куэдым я гъащІэр псэзэпылъхьэпІэм иуват. Абы къыхэкІкІэ «Данил пащтыхьым и деж кІуэри зэман къритыну елъэІуащ, и пщІыхьэпІэм къикІыр жриІэн папщІэ» (Дан. 2:16, ДБ, 2018). Абы апхуэдэу ищІэн щхьэкІэ, лІыгъэ хэлъын икІи фІэщхъуныгъэ иІэн хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ипэ Данил пщІыхьэпІэхэм къикІыр жиІэу щытауэ зыщІыпІи иткъым. Ар и ныбжьэгъухэм, Шадрах, Мешах, Аведнего сымэ елъэІуащ ахэр «уафэр зыІэщІэлъ Тхьэм елъэІуну, гущІэгъу къахуищІу, а щэхур къахузэІуихыну» (Дан. 2:18, ДБ, 2018). Иеговэ абыхэм жэуап яритащ. Абы и фІыгъэкІэ Данил Навуходоносор къыгуригъэІуащ илъэгъуа пщІыхьэпІэм къикІыр. Апхуэдэу Данилрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ ямыукІыу къелащ.
5. Данил иджыри лІыгъэ щигъэлъэгъуэн хуей хъуа зы Іуэхугъуэ къыжыфІэж?
5 Зэман гуэр дэкІа нэужьи, Данил лІыгъэ щигъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэ ихуащ. Навуходоносор иджыри зы пщІыхьэпІэ шынагъуэ илъэгъуащ. Абы иджы илъэгъуар жыгышхуэт. Данил лІыгъэ хэлъу а пщІыхьэпІэри пщым къыгуригъэІуащ. Навуходоносор и акъылым икІыу тепщэныгъэр зэман гуэркІэ зэрыфІэкІуэдыну нэгъуни Данил имыбзыщІу пщым жриІащ (Дан. 4:25). Пщым Данил къыпэщІэувауэ къыщыхъуу, ар иригъэукІынкІэ шынагъэ щыІэт, ауэ Данил абы щхьэкІэ къэувыІакъым. Абы лІыгъэ хэлъу пщІыхьэпІэм къикІыр пщым жриІащ.
6. Данил лІыгъэ къыхэзылъхьэр сытыт?
6 Данил сыт щыгъуи лІыгъэ игъэлъэгъуэфу щІыщытар сыт? Абы зэрыцІыкІу лъандэрэ и адэ-анэм я щапхъэр илъагъуу щытащ. Шэч лъэпкъ хэлъкъым Данил и адэ-анэр быныр зэрыгъэсэн хуейм теухуауэ Иеговэ и унафэм едаІуэу зэрыщытам икІи абы тету я къуэр зэрагъэсам (Втор. 6:6—9). Алыхьым и хабзэм лъабжьэ хуэхъу УнафипщІым нэмыщІ, Данил нэгъуэщІ куэдми фІыуэ хищІыкІт. Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэм яшх хъунымрэ мыхъунымрэ теухуа хабзэм (Лев. 11:4—8; Дан. 1:8, 11—13) b. Абы нэмыщІ Данил израил лъэпкъым и тхыдэм фІыуэ хищІыкІт икІи лъэпкъыр Иеговэ зэремыдэІуам къыпэкІуар и нэгу щІэкІащ (Дан. 9:10, 11). Данил и гъащІэм къриубыдэу мызэ-мытІэу зыхищІащ Иегови абы и мелыІыч лъэщхэри къызэрыдэІэпыкъур. А псом абы быдэу и фІэщ ищІт Иеговэ ар зэи къызэримыгъэнэнур (Дан. 2:19—24; 10:12, 18, 19).
7. Данил лІыгъэ игъэлъэгъуэну сыт иджыри къыдэІэпыкъуар? (Сурэтми феплъ.)
7 Данил Алыхьым и бегъымбархэм ятха тхылъхэр иджт, Иеремие бегъымбарым и тхылъри абыхэм яхэту. Апхуэдэу абы къыгурыІуащ гъэрыпІэр и кІэм зэрынэсар (Дан. 9:2). Къэхъун хуейуэ Алыхьым жиІа псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум Данил и фІэщхъуныгъэр, шэч хэмылъу, нэхъ быдэ ищІащ. ЦІыхум къэгъазэ имыІэу Алыхьым дзыхь щыхуищІым деж, лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуэну хузэфІокІ. (Евгъапщэ Рим 8:31, 32, 37—39.) Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр Данил уафэм щыІэ и Адэм сыт щыгъуи лъэІукІэ зэрызыхуигъазэрат (Дан. 6:10). Данил и гуэныхьхэм хущІегъуэжу, и гурыщІэхэр Иеговэ хуиІуатэу, дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ елъэІуу щытт (Дан. 9:4, 5, 19). Ар дэ тхуэдэ цІыхут икІи ари лІыгъэ хэлъу къалъхуакъым. Данил Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ зэриджым, зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуигъазэм икІи абы дзыхь зэрыхуищІым и фІыгъэкІэ ар лІыгъэ зыхэлъ цІыху хъуащ.
8. ЛІыгъэ зыхэтлъхьэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
8 НтІэ, лІыгъэ зыхэтлъхьэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? Ди адэ-анэм лІыгъэ дгъэлъэгъуэну дыхуагъэушыфынущ, ауэ абыхэм яхэлъ лІыгъэр дэ къытхалъхьэфынукъым. ЛІыгъэ зэрызыхэплъхьэр ІэщІагъэ гуэрым зэрызебгъасэм ебгъэщхь хъунущ. ЩІэ гуэрым зэрызебгъасэ Іэмалхэм ящыщ зыр — егъэджакІуэм фІыуэ укІэлъыплъурэ ищІэр пщІэжыныращ. Аращи, Данил и щапхъэм дызыхуигъасэр сыт? Дэри Алыхьым и Псалъэм фІыуэ хэтщІыкІын хуейщ. Ди гум илъыр Иеговэ щІэх-щІэхыу хуэтІуатэурэ нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыным иужь дитын хуейщ. Абы нэмыщІ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуным шэч къытетхьэн хуейкъым. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, ди фІэщхъуныгъэр гъэунэхуа щыхъум деж дэ лІыгъэ тхуэгъэлъэгъуэнущ.
9. Сыт дэ лІыгъэм дыщІыхуэныкъуэр?
9 Дэ лІыгъэ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Германием щыпсэу Бе́н и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар щеджэ школым псоми эволюциер я фІэщ хъут икІи Алыхьым псори къызэригъэщІар шыпсэу къалъытэт. Зэгуэр Бен Іэмал иІэ хъуащ класс псом и пащхьэ иту Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуауэ яжриІэну. Абы и фІэщ хъум теухуауэ лІыгъэ хэлъу жиІащ. Сыт абы къыпэкІуар? Бен жеІэж: «Ди егъэджакІуэр фІыуэ къызэдэІуащ. Сыкъэпсэлъа нэужь сэ къэзгъэсэбэпа материалым копие трихри классым щІэсу хъуам яхуигуэшащ». Бен жиІар къыдеджэхэм дауэ къазэрыщыхъуар? Абы пещэ: «Куэдыр яфІэгъэщІэгъуэну къызэдэІуащ икІи къысщытхъуащ». Бен и щапхъэм къегъэлъагъуэ лІыгъэ зыгъэлъагъуэ цІыхухэм адрейхэм пщІэ къызэрыхуащІыр. Абы нэмыщІ лІыгъэ зэрыдгъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ дэ зигу къабзэ цІыхухэм Иеговэ къацІыхуну дадэІэпыкъуфынущ. Аращи, а хьэл-щэн дахэм щІедгъэфІэкІуэн щхьэусыгъуэ куэд дэ диІэщ.
ДАНИЛ ХУЭДЭУ ПЭЖАГЪ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
10. Пэжагъыр зищІысыр сыт?
10 Библием ит «пэжагъ» е «пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэ» жыхуаІэ журтыбзэ псалъэм къокІ зыгуэрым гуапэу ухущытыныр икІи гукІи псэкІи абы укІэрыпщІэныр. Апхуэдэ лъагъуныгъэщ Алыхьым и ныбжьэгъухэм яхуиІэр. Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм Библием и гугъу щищІым деж, а псалъэ дыдэращ къигъэсэбэпыр (2 Сам. 9:6, 7). Зэманыр кІуэху Алыхьым хуэпэжу дыщытыну диІэ гукъыдэжыр хэхъуэфынущ. Абы щыхьэт тохъуэ бегъымбар Данил и щапхъэр.
11. Данил и ныбжьыр щыхэкІуэтам щыгъуэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ ихуа? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
11 Данил Иеговэ зэрыхуэпэжыр псэуху мызэ-мытІэу игъэлъэгъуэн хуей хъуащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэунэхуапІэ хьэлъэ ар щыпэщІэхуар илъэс 90-м щІигъуа нэужьщ. А зэманым щыгъуэ Бабилэныр мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ къазэуат, тепщэу тетри Дарий пащтыхьырат. Пащтыхьым и блыгущІэтхэм Данил ялъагъу хъутэкъым икІи ар зыхуэлажьэ Иеговэ пщІэ лъэпкъ хуащІтэкъым. Арати, абыхэм Данил яукІыну мурад ящІри унафэ зэхалъхьам пащтыхьым бзаджагъэкІэ Іэ щІрагъэдзащ. А унафэм наІуэу къигъэлъэгъуэн хуейт Данил япэ иригъэщыр хэтми — и Алыхьыра, хьэмэрэ и пащтыхьыра? Абы зэритымкІэ, махуэ 30-кІэ зыми тхьэлъэІукІэ и Алыхьым зыхуигъазэ хъунутэкъым. Данил апхуэдэу ищІатэмэ, пщым зэрыхуэпэжыр къигъэлъэгъуэнут икІи тезыр къытралъхьэнутэкъым. Зи ныбжь хэкІуэта бегъымбарыр а унафэм едэІуатэкъыми, аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзащ. Ауэ Иеговэ Данил аслъэнхэм щихъумащ, абы пэжагъ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ (Дан. 6:12—15, 20—22). Данил иІа пэжагъым хуэдэ дэри дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?
12. Данил Иеговэ апхуэдизу хуэпэжу щытыну сыт къыдэІэпыкъуар?
12 ИпэкІэ и гугъу зэрытщІам хуэдэу, Иеговэ хуэпэжу дыщытын щхьэкІэ, дэ абы лъагъуныгъэшхуэ худиІэн хуейщ. Данил Иеговэ фІыщэу илъагъути, уафэм щыІэ и Адэм епцІыжыну игу къэкІыххэтэкъым. Данил Иеговэ апхуэдизу фІыуэ илъагъуну сыт къыдэІэпыкъуар? Шэч хэмылъу, ар куууэ егупсыст Иеговэ и хьэл-щэнхэмрэ ахэр зэригъэлъагъуэ щІыкІэмрэ (Дан. 9:4). Абы нэмыщІ Данил езыми израил лъэпкъыми Иеговэ къахуищІам егупсыст икІи ар фІыщІэ ищІт (Дан. 2:20—23; 9:15, 16).
13. 1) ЩІалэгъуалэр Алыхьым зэрыхуэпэжыр дапхуэдэу гъэунэхуа зэрыхъуфынур? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.) 2) Иеговэ и Щыхьэтхэр гомосексуалистхэм зэрыхущытым теухуауэ зыгуэр къоупщІу щытмэ, абы сыт хуэдэ жэуап епт хъунур? (jw.org сайтым илъ «Истинная праведность принесёт мир» жыхуиІэ видеом феплъ.)
13 Данил щыпсэуа зэманым хуэдэу, ноби ди щІалэгъуалэр къэзыухъуреихь цІыхухэм Иегови абы и хабзэхэри зыуи кърадзэкъым. Абыхэм Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэр зэрамыпэсу, нэмыплъ ирату щытыфынущ. Уеблэмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэр ягъэшынэу Алыхьым и хабзэхэм езыгъэбэкъуэну хущІэкъу цІыхухэри абыхэм яхэтщ. Абы щыхьэт тохъуэ Австралием щыпсэу Гре́йм школым щыщІэсым щыгъуэ къыщыщІа Іуэхугъуэр. Зэгуэр егъэджакІуэр классым щІэсхэм зы упщІэкІэ зыхуигъэзауэ щытат. Ар щІэупщІащ зыгуэрым и ныбжьэгъур гомосексуалисту зэрыщытыр къищІэмэ зэрыхущытыным теухуауэ. ИтІанэ абы классым щІэсхэм яжриІащ апхуэдэ ныбжьэгъум и телъхьэу щытынухэр зы лъэныкъуэкІэ увыну, абы и дуней тетыкІэр дэзымыІыгъынухэр нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ увыну. Грейм игу къегъэкІыж: «Сэрэ Иеговэ и Щыхьэту щыт си зы классэгъумрэ фІэкІ къэмынэу, зэрыклассу зы лъэныкъуэмкІэ уващ». АдэкІэ къэхъуам Грейм Иеговэ хуиІэ пэжагъыр игъэунэхуащ. Абы жеІэ: «Урокыр иухыху егъэджакІуэри ди классэгъухэри къытщыдыхьэшхыу икІи дагъэпуду щІэсащ. Сэ зэрысхузэфІэкІкІэ зэпІэзэрыту сыкъызэрынэным икІи си фІэщхъуныгъэм теухуауэ абыхэм зэражесІэным сыхущІэкъуащ. Ауэ абыхэм зыри зэхахыну хуейтэкъым». Абы иужь сыт Грейм зыхищІар? Абы пещэ: «ДауикІ, псоми ауан ущащІым деж, абы зыри фІы хэлъкъым, ауэ сэ зыкІэ сыгуфІэти сыкъимыкІуэту пэжым и лъэныкъуэр сІыгъыну зэрысхузэфІэкІам щхьэкІэ».
14. Иеговэ нэгъэсауэ пэжу дыхущытын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?
14 Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр куу зэрыхъуным къару етхьэлІэу щытмэ, Данил хуэдэу дэри уафэм щыІэ ди Адэм пэжагъ хуэдгъэлъэгъуэфынущ. Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къэтцІыхуху, дэ абы худиІэ лъагъуныгъэри хэхъуэурэ кІуэнущ. Алыхьым и хьэл-щэнхэр къэтлъагъун щхьэкІэ, дэ абы и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъ хъунущ (Рим 1:20). АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ «Случайность или замысел?» жыхуиІэ рубрикэм къыщыхьа видеохэмрэ статьяхэмрэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ Иеговэ нэхъыфІыжу тлъагъуу, пщІэ нэхъ хуэтщІу дыхъунущ. Абы нэмыщІ «Была ли жизнь создана?», «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа» жыхуиІэ брошюрэхэм щІэрыщІэу деджэж хъунущ. А брошюрэхэм щхьэкІэ Данием щыпсэу Э́стер зи цІэ ди шыпхъу ныбжьыщІэм мыпхуэдэу жеІэ: «Абы ит гупсысэхэр егъэлеяуэ гъэщІэгъуэныщэщ! А брошюрэхэм уи фІэщ пщІын хуейр иту аракъым, атІэ Іуэхур зэрыщытыр къиІуатэу аращ. АдэкІэ цІыхум и фІэщ хъуным теухуауэ езым унафэ ещІыж». НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Бен къыддогуашэ: «А брошюрэхэм си фІэщхъуныгъэр хуабжьу ягъэбыдащ икІи Алыхьым псори къызэригъэщІам сэ шэч лъэпкъ къытезмыхьэу сыхъуащ». А материалхэр куууэ бджыуэ щытмэ, уэ Апокалипсис 4:11 къыщыхьа псалъэхэм арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ. Абы мыпхуэдэу итщ: «Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори къэзыгъэщІар уэращ» c.
15. Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну сыт иджыри къыддэІэпыкъунур?
15 Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр дэ иджыри нэхъ куу тщІыфынущ, Хьисэ и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къатщІэмэ. Германием щыпсэу Сами́рэ зи цІэ ди шыпхъу ныбжьыщІэм ищІар аращ. Абы жеІэ: «Хьисэ теухуауэ седжэурэ сэ Иеговэ нэхъыфІу къэсцІыхуащ». Самирэ щыцІыкІум щыгъуэ и нэгу къыхущІэгъэхьэтэкъым Иеговэ гурыщІэ иІэу. Ауэ Хьисэ гурыщІэ зэриІэр абы и нэгу къыщІигъэхьэфу щытащ. Самирэ пещэ: «Хьисэ цІыху щабэу, сабийхэр фІыуэ илъагъуу щытти, сэ ар сигу ирихьт». Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къищІэху, ар Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъут. Абы и щхьэусыгъуэмкІэ Самирэ къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуэурэ кІуэт Хьисэ и Адэм сыткІи щапхъэ зэрытрихыр. Ахэр зыкІэ зэщхьщи! Аращ Иеговэ и Къуэр щІылъэм къыщІигъэкІуам и зы щхьэусыгъуэр. Апхуэдэу цІыхухэм Иеговэ нэхъыфІу къацІыхуфынут» (Ин. 14:9). Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуну ухуейуэ щытмэ, зэманым ущымысхьу Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Абы и фІыгъэкІэ уэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэмрэ пэжагъымрэ хэбгъэхъуэнущ.
16. Пэжагъ щІытхэлъын хуейр сыт? (Псалом 18:25; Михей 6:8).
16 Пэжагъ тхэлъу дэ цІыхухэм дахущытмэ, дэри пэжагъ зыхэлъ ныбжьэгъухэр диІэнущ (Руфь 1:14—17). Абы нэмыщІ Иеговэ хуэпэж цІыхухэм я гум гузэгъэгъуэ илъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым къыхуэпэжхэм езыри яхуэпэжщ. (Къеджэ Псалом 18:25; Михей 6:8.) Дауэ къыпщыхъурэ, псори къэзыгъэщІа Алыхьыр хуейщ дэ абы гукІи псэкІи дыкІэрыпщІауэ дыщытыну! Иеговэ ди ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щытмэ, бийхэми, гъэунэхуапІэхэми, уеблэмэ, ажалми абы дыбгъэдишыфынукъым (Дан. 12:13; Лк. 20:37, 38; Рим 8:38, 39). Аращи, Данил щапхъэ тетхыу Иеговэ хуэпэжу дыщытыным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ!
АДЭКІИ ДАНИЛ И ДЕЖ ЗЫЩЫВГЪАСЭ
17, 18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
17 Данил игъэлъэгъуа хьэл-щэнхэм щыщу тІур мы статьям щызэпкърытхащ. Дэри ахэр дгъэлъэгъуэн хуейщ. Ауэ абы нэмыщІ дэ а бегъымбарым и деж иджыри куэдым зыхуедгъэсэфынущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Данил Іуэхугъуэ зыбжанэ и нэгу щІигъэкІащ, пщІыхьэпІэхэри иригъэлъэгъуащ. А псом нэмыщІ къэхъун хуей псалъэхэм къикІыр къыгурыІуэну зэфІэкІ иритащ. А къэхъун хуей псалъэхэм щыщу куэдыр къэхъуакІэщ, куэдри дяпэкІэ къэхъун хуейщ икІи ахэр дэтхэнэ зы цІыхуми лъэІэсынущ.
18 КъыкІэлъыкІуэ статьям Данил итхауэ къэхъун хуей псалъэхэм щыщу тІу щызэпкърытхынущ. Дэ псоми, ди ныбжьым емылъытауэ, ахэр къыдгурыІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы и фІыгъэкІэ иджыпсту щыщІэдзауэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуэщтэнущ. Абы нэмыщІ а къэхъун хуей псалъэхэм лІыгъэ къытхалъхьэнущ икІи Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну къыддэІэпыкъунущ.
119-НЭ УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ
a Иеговэ хуэлажьэ ныбжьыщІэхэр лІыгъэрэ пэжагърэ щагъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэхэм йохуэ. Дунейр Алыхьым къызэригъэщІар я фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ, абыхэм къадеджэхэр къащыщыдыхьэшх къохъу. Е абыхэм къыжраІэнкІэ хъунущ Алыхьым ухуэлэжьэным икІи абы и хабзэхэм утетыным акъыл хэмылъу. Ауэ мы статьям дэ къыщытлъагъунущ бегъымбар Данил и щапхъэм тету лІыгъэрэ пэжагърэ яхэлъу Иеговэ хуэлажьэхэм нэгъэсауэ Іущагъ зэрагъэлъагъуэр.
b Данил бабилэн цІыхухэм я ерыскъыр мыкъабзэу къилъытэу щІыщытам щхьэусыгъуищ иІэфынущ: 1) ар Иеговэ пшхы мыхъуну жыхуиІа псэущхьэм и лыу щытыфынут (Втор. 14:7, 8); 2) псэущхьэм и лъыр тэмэму щІамыгъэжауэ щытыфынут (Лев. 17:10—12); 3) ерыскъыр тхьэ нэпцІхэм къыхуахьа къурмэныпхъэу щытыфынут (Левит 7:15 итыр 1 Коринф 10:18, 21, 22 итым евгъапщэ).
c Иджыри «Приближайся к Иегове» жыхуиІэ тхылъым уеджэ хъунущ. А тхылъыр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэрэ абы и хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну. Абы и фІыгъэкІэ уэ Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ.