36 СТАТЬЯР
Фхьын хуейр фхьы икІи зэран къыфхуэхъур зытевдз
«Дэтхэнэ хьэлъэу ттелъыр... зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диІэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж» (ЕВР. 12:1).
33-НЭ УЭРЭДЫР Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Еврейхэм 12:1 зэритымкІэ, сыт тщІэн хуейр, гъуэгум и кІэм нэс дыжэу гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къытлъысын щхьэкІэ?
БИБЛИЕМ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъащІэр зэдэжэныгъэм ирегъэщхь. А зэдэжэныгъэм и кІэм нэсхэм гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къалъысынущ (2 Тим. 4:7, 8). Зэдэжэныгъэм и кІэр къэсыпащи, хуэм дымыхъун щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ. Апостол Паул а зэдэжэныгъэм и кІэм нэс жащ. Аращи, дэ текІуэныгъэ диІэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъунум теухуауэ абы мыпхуэдэу итхащ: «Дэтхэнэ хьэлъэу ттелъыр... зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диІэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж». (Къеджэ Еврейхэм 12:1.)
2. «Дэтхэнэ хьэлъэу ттелъыр... зытедвгъэдз» жиІэм къикІыр сыт?
2 «Дэтхэнэ хьэлъэу ттелъыр... зытедвгъэдз» жиІэу Паул итха мы псалъэхэм сыт къикІыр? Абы къокІ зэран къытхуэхъуу хъуар къэдгъэнэн зэрыхуейр, армыхъумэ абы ди къарур тщІихынурэ хуэм дыхъунущ. Зыми емылъытауэ и кІэм нэс дыкъэжэн щхьэкІэ, зэран къытхуэхъур нэхъ псынщІэу зэхэдгъэкІыу зытеддзын хуейщ. Ауэ дэ тхьын хуейр къэдгъэнэну дыхуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, а зэдэжэныгъэм дыхэтыжыфынукъым (2 Тим. 2:5). НтІэ, дэ тхьын хуейм хыхьэр сыт?
3. 1) Галатие 6:5 зэритымкІэ, сыт дэ тхьын хуейр? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?
3 Къеджэ Галатие 6:5. Паул итхащ щхьэж и хьэлъэр езым и пщэм зэрыдэлъыжыр. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым и пащхьэм къалэн зэрыщыдиІэр икІи ар дэр фІэкІа зыми зэримыгъэзэщІэфынур. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ «[ди] хьэлъэм» хыхьэмрэ ар зэрытхь хъуну щІыкІэмрэ. Абы нэмыщІ дэ зэхэдгъэкІынущ зэран къытхуэхъуу къэдгъэнэн хуейр сытми. Аращи, тхьын хуейр тхьыуэ икІи зэран къытхуэхъур зытеддзыу щытмэ, дэ зэдэжэныгъэм и кІэм нэс дыжэфынущ.
ДЭ ТХЬЫН ХУЕЙМ ХЫХЬЭР
4. Алыхьым дыхуэлэжьэну псалъэ еттар дгъэзэщІэжыну щІэмыхьэлъэр сыт? (Сурэтми феплъ.)
4 Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ зэреттар. Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьам, дэ псалъэ ттащ игъащІэ псокІэ абы дыхуэлэжьэну, и унафэми дыщІэтыну. Аращи, дэ псалъэ ттам дытетыжын хуейщ. Ар ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнщ, ауэ ар дгъэзэщІэну къыдэхьэлъэкІкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гъащІэм и мыхьэнэуэ щытыр Алыхьым и Іэмырыр дгъэзэщІэныращ (Апок. 4:11). Иеговэ дэ ар къэтцІыхуну дыхуейуэ дыкъигъэщІащ икІи и хьэл-щэн дахэхэр къытхилъхьащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэтщІыну Іэмал диІэщ икІи абы и мурадыр дгъэзэщІэну ди гуапэщ (Пс. 40:8). Абы нэмыщІ Алыхьым дедаІуэу икІи абы и Къуэм и лъэужь дыщитым деж, дэ гузэгъэгъуэ догъуэт (Мт. 11:28—30).
5. Иеговэ етта псалъэр дгъэзэщІэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? (1 Иуан 5:3).
5 Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ ттар дгъэзэщІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Япэрауэ, Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр адэкІи хэдгъэхъуэн хуейщ. Абы щхьэкІэ Алыхьым тыгъэ къытхуищІахэм, дяпэкІэ къытхуищІэнухэми дегупсысын хуейщ. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъуху, абы жиІэм нэхъ тыншу дедэІуэнущ. (Къеджэ 1 Иуан 5:3.) ЕтІуанэрауэ, дэ Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ. Алыхьым и Іэмырыр игъэзэщІэну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэт икІи тыгъэ къыпэщылъым и нэр къытригъэкІтэкъым (Евр. 5:7; 12:2). Аращи, Хьисэ хуэдэу, Алыхьым къару къыдитыну делъэІунщ икІи абы гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къызэрыдитынур зэи зыщыдгъэгъупщэнкъым. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъахъуэмэ, и Къуэми щапхъэ тетхмэ, дэ псалъэ ттар дгъэзэщІэжыфынущ.
6. Унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр Іэпэдэгъэлэл щІэдмыщІын хуейр сыт? (Сурэтми феплъ.)
6 Унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр. Алыхьым и лэжьакІуэхэм я унагъуэм щыщхэм нэхърэ нэхъыфІу Иеговэрэ Хьисэрэ ялъагъун хуейщ (Мт. 10:37). Ауэ абы къикІкъым ди унагъуэм щыщхэм гулъытэ яхуэтщІын хуэмейуэ. Абы къикІыр Иеговэрэ Хьисэрэ арэзы тщІын щхьэкІэ, унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр фІыуэ дгъэзэщІэн зэрыхуейращ (1 Тим. 5:4, 8). Апхуэдэу тщІэмэ, дэ нэхъ насыпыфІэ дыхъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми сыт ищІэн хуейми Алыхьым и Псалъэм итщ. Иеговэ къыджеІэ зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэрылъагъуу, зым адрейм пщІэ хуищІу, адэ-анэм быныр фІыуэ ялъагъуу, ягъасэу, сабийхэри жыІэдаІуэу щытын зэрыхуейр (Еф. 5:33; 6:1, 4).
7. Унагъуэм ущиІэ къалэнхэр бгъэзэщІэну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?
7 Унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр дгъэзэщІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Зэщхьэгъусэхэ, бынхэ, Библием ит Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэм дзыхь хуэфщІ. Уи гум жиІэм, узыщІапІыкІа хабзэхэм, унагъуэм теухуауэ чэнджэщ зыт экспертхэм ущымыгугъ (Прит. 24:3, 4, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ди организацэм къыдигъэкІ материалхэр псори къэгъэсэбэп. Абыхэм къыщыбгъуэтыфынущ Библием ит принципхэр нэхъыфІу къызэрыбгъэсэбэп хъунум теухуа чэнджэщыфІхэр. Псалъэм папщІэ, зэщхьэгъусэхэр, адэ-анэхэр, ныбжьыщІэхэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм пэлъэщыну «Помощь семье» жыхуиІэ статья гупыр къадэІэпыкъунущ b. Уи унагъуэм щыщхэр Библием итым темытми, уэ тет. Абы ифІ унагъуэм щыщхэм псоми екІынущ, уэри Иеговэ арэзы пщІынущ (1 Пет. 3:1, 2).
8. Къатщтэ унафэхэм ди гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьэрэ?
8 Къэтщта унафэхэмкІэ жэуап зэрытхьыжыр. Дэ езым унафэ къэтщтэжыну Иеговэ хуитыныгъэ къыдитащ икІи ар хуейщ унафэ тэмэм къызэрытщтэм гуфІэгъуэ къытхуихьыну. Ауэ Іущагъ зыхэмылъ унафэ къыщытщтэм деж, абы кърикІуэ Іейм Алыхьым дыщихъумэкъым (Гал. 6:7, 8). Абы къыхэкІкІэ дызэмыгупсысауэ жытІа псалъэхэмрэ тщІа Іуэхухэмрэ къыпэкІуэращ дгъуэтыжыр. Апхуэдэм деж ди напэри къыдэныкъуэкъуу щытынкІэ хъунущ. Ауэ къэтщта унафэхэмкІэ жэуап зэрытхьыжыр къыдгурыІуэмэ, абы дыхуигъэушынущ зыдумысыжыну, ди щыуагъэхэр дгъэзэхуэжын щхьэкІэ къару етхьэлІэну икІи етІанэгъуэгу апхуэдэ дымыщІэжыну. Абы и фІыгъэкІэ дэ адэкІи зэдэжэныгъэм дыхэтыфынущ.
9. Щыуагъэ гуэр къыпІэщІэщІамэ, сыт пщІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)
9 Къэтщта унафэхэмкІэ жэуап тхьыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? Щыуагъэ гуэр къыпІэщІэщІарэ абы зыри пхуемыщІэжыну щытмэ, абы зомыгъэхь, блэкІам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Уи щхьэ бгъэзахуэу е къэхъуамкІэ зыбгъэкъуэншэжу, нэгъуэщІхэри бгъэкъуаншэу ущымыт, уи къарури абы томыгъэкІуадэ. Абы и пІэкІэ уи щыуагъэм хущІегъуэжи иджы уи Іуэхур зыІутым елъытауэ адэкІэ пхузэфІэкІыу хъуар щІэ. ПщІам щхьэкІэ уи напэр сыуэ щытмэ, уи щхьэр Алыхьым и пащхьэ щыгъэлъахъши уи гуэныхьыр къыпхуигъэгъуну елъэІу (Пс. 25:11; 51:3, 4). Зи жагъуэ пщІахэм къыпхуагъэгъуну елъэІу икІи хуей хъумэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэгъазэ (Екъуб 5:14, 15). Щыуагъэ пщІахэм дерс хэх икІи ахэр афІэкІа зэромыщІэным хущІэкъу. Апхуэдэу пщІэмэ, Иеговэ гущІэгъу къыпхуищІу къызэрыбдэІэпыкъунум шэч къытомыхьэми хъунущ (Пс. 103:8—13).
ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУМ ХЫХЬЭР
10. ТхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэм иужь дитыныр хьэлъэу щІыщытыр сыт? (Галатие 6:4).
10 ТхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэм иужь дитыныр. НэгъуэщІхэм зыщедгъапщэм деж, тхузэфІэмыкІыну мурадхэр хьэлъэу ди пщэм дэтлъхьэжынкІэ хъунущ. (Къеджэ Галатие 6:4.) НэгъуэщІхэм я ехъулІэныгъэхэм сыт щыгъуи дегупсысмэ, абыхэм дефыгъуэу, дапеуэу щІэддзэнкІэ шынагъэ щыІэщ (Гал. 5:26). Ди Іуэхур зыІутыр дымыщІэжу абыхэм ящІэр тщІэжыну иужь дихьэу щытмэ, ди щхьэм зэран дыхуэхъужу аращ. НтІэ, «гугъапІэ жыжьэм гур ихузмэ», зэи къыдэмыхъулІэну мурадхэм ди гур зэрагъэузынум фегупсысыт! (Прит. 13:12, Гъэс.). Абыхэм я ягъэкІэ дэ къарууншэ дыхъуу хуэм зытщІынкІэ хъунущ (Прит. 24:10).
11. ТхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэ зыхуэдмыгъэувыжыну сыт къыддэІэпыкъунур?
11 А хьэлъэр дауэ зэрызытеддзынур? Иеговэ къыпхуигъэувым нэхърэ нэхъыбэ зыхуомыгъэувыж. Уэ пхузэфІэмыкІын гуэркІэ Иеговэ зэи къыпщыгугъынукъым (2 Кор. 8:12). Абы уэ зыми узэрыримыгъапщэм шэч къытомыхьэ (Мт. 25:20—23). Иеговэ лъапІэу елъытэ уэ абы хуэпщІэр, уэ абы хуэпэжу узэрыхущытыр икІи уэ бгъэлъагъуэ теубыдагъэр. Уи узыншагъэм, уи ныбжьым, уи Іуэхур зыІутым елъытауэ япэм щыгъуэ пхузэфІэкІыу щытар зэрыпхузэфІэмыкІыжыр зыщомыгъэгъупщэ. Уи ныбжьым, уи къарум къимыхьмэ, Барзиллай ещхьу, къыпхуагъэфащэ къалэныр къомыщтэмэ нэхъыфІщ (2 Сам. 19:35, 36). Мусэ хуэдэуи адрейхэр зыдэгъэІэпыкъу, Іэмал щыІэмэ, къалэнхэмкІи нэгъуэщІхэм ядэгуашэ (Исх. 18:21, 22). Аращи, уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжу щытмэ, пхузэфІэмыкІын мурадхэр бгъэувынукъым икІи зэдэжэныгъэм ихьыну къарур пхъумэжынущ.
12. НэгъуэщІым щыуагъэ зэрищІар ди ягъэу тлъытэн хуей? КъыдгурывгъаІуэ.
12 Зыгуэрым щыуагъэ зэрищІар уи ягъэу плъытэныр. Дэ нэгъуэщІ цІыхум и пІэкІэ унафэ къытхуэщтэнукъым икІи абы кърикІуам ар щытхъумэну щытхузэфІэмыкІыни къэхъунущ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым и къуэм е и пхъум Иеговэ къегъанэ. ДауикІ, адэ-анэм и гур абы егъэлеяуэ игъэузынущ. Абыхэм къэхъуам щхьэкІэ я щхьэм мыгъуагъэ хуахьыжу щытмэ, я плІэм хьэлъэ далъхьэжу жыпІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ хуейкъым а хьэлъэм ахэр щІипІытІэну (Рим 14:12).
13. Быным щыуагъэ ищІамэ, адэ-анэм сыт ящІэн хуейр?
13 А хьэлъэр дауэ зэрызытеддзынур? Щхьэж езым унафэ къищтэну Иеговэ хуитыныгъэ къыдитащ. Абы дэтхэнэ зыми Іэмал къыдет дыхуэлэжьэнрэ дыхуэмылэжьэнрэ унафэ тщІыну. Щымыуэ адэ-анэ щыІэкъым. Иеговэ ещІэ фэ фызэрыхуейм хуэдэу псори зэрымыхъуар. Ар зыхуейр фэ фхузэфІэкІыу хъуар фщІэныращ. Фи быным ищІа унафэмкІэ жэуап зыхьыжынур фэракъым, езыращ (Прит. 20:11, Гъэс.). Ауэ абы емылъытауэ, фи быныр щывгъасэм фІэщІэкІа щыуагъэхэм фригузэвэжынкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, фи гурыщІэхэр Иеговэ хуэфІуатэ икІи фи щыуагъэхэр къыфхуигъэгъуну фелъэІу. Абы ещІэ блэкІам зыри зэрыпхуемыщІэжынур. Ауэ ар хуейкъым уи быным ищІа щыуагъэм кърикІуам ар щыпхъумэну. Зыщывмыгъэгъупщэ: уи быным Иеговэ деж къигъэзэжыну мурад ищІмэ, ар абы гуапэу къригъэблэгъэжынущ (Лк. 15:18—20).
14. Егъэлеяуэ зыгъэкъуэншэжыныр зытедзын хуей хьэлъэу щІыщытыр сыт?
14 Егъэлеяуэ зыгъэкъуэншэжыныр. Гуэныхь гуэр къыщытІэщІэщІэм деж, дэ, дауикІ, зыдогъэкъуэншэж. Ауэ Иеговэ хуейкъым егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжу ар ди гум хьэлъэу телъыну. Ар зытеддзын хуей хьэлъэхэм щыщщ. НтІэ, егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжрэ зыдмыгъэкъуэншэжрэ дауэ къызэрытщІэнур? Гуэныхь тщІамкІэ зыдумысыжамэ, абы дыхущІегъуэжамэ икІи етІанэгъуэгу ар дымыщІэн щхьэкІэ къарууэ хъуар етхьэлІэмэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъуам шэч къытедмыхьэми хъунущ (Апост. 3:19). Иеговэ хуейкъым а лъэбакъуэхэр тча иужь, адэкІи зыдгъэкъуэншэжыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ди лъэр зэрыщІихыфынур ещІэ (Пс. 31:10). ГухэщІыныгъэм зедгъэхьу щытмэ, гъуэгум дытекІынкІэ хъунущ (2 Кор. 2:7).
15. Егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжу щытмэ, дауэ абы дызэрыпэлъэщ хъунур? (1 Иуан 3:19, 20). (Сурэтми феплъ.)
15 А хьэлъэр дауэ зэрызытеддзынур? Егъэлеяуэ зэрызыбгъэкъуэншэжыр уи гум хьэлъэу телъу щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ Иеговэ «гуэныхьыр зыгъэгъу Алыхьу» зэрыщытыр (Пс. 130:4). ГукІи псэкІи зи гуэныхь хущІегъуэжхэм абы мыпхуэдэу яжреІэ: «Сэ абыхэм... я гуэныхьхэр зэи сигу къэзгъэкІыжынукъым» (Иер. 31:34). Абы къокІ япэм пщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ Иеговэ узэримыгъэкъуэншэнур. Аращи, пщІам къыпэкІуа гугъуехьхэр пшэчын хуей хъуми, абы къикІкъым Иеговэ уи гуэныхьыр къыпхуимыгъэгъуауэ. Уи щыуагъэм щхьэкІэ пщІэ зыпылъ къалэн зэхуэсым щомыгъэзэщІэжу щытмэ, уи щхьэм мыгъуагъэ хуомыхьыж. Иеговэ уи гуэныхьхэм егупсыскъым, уэри абыхэм уемыгупсысмэ нэхъыфІщ. (Къеджэ 1 Иуан 3:19, 20.)
ТЫГЪЭР КЪЫФІЭРЫХЬЭН ХУЭДЭУ ФЫЖЭ
16. ЕхъулІэныгъэ диІэу адэкІи зэдэжэныгъэм дыхэтын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
16 Дэ тыгъэр къытІэрыхьэн хуэдэу дыжэн хуейщ (1 Кор. 9:24). Сытым щыгъуэ ар къыщыдэхъулІэнур? Тхьын хуейр тхьыуэ, зэран къытхуэхъур зытеддзыу щытмэ, ар къыдэхъулІэнущ. Мы статьям дэ щапхъэ зыбжанэ щызэпкърытхауэ аращ, ауэ нэгъуэщІхэри къэпхь хъунущ. Псалъэм папщІэ, «ефэ-ешхэнымкІи, удэфэнымкІи, мы дунейм и гугъуехьхэмкІи» дысакъын хуейуэ Хьисэ жиІауэ щытащ (Лк. 21:34). Мы едзыгъуэмрэ нэгъуэщІхэмрэ дагъэлъагъу зэдэжэныгъэм дыхэтын щхьэкІэ, ди гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэн хуейми.
17. Зэдэжэ дызыхэтым и кІэм нэс дызэрынэсыным шэч къыщІытедмыхьэр сыт?
17 Зэдэжэныгъэм и кІэм дызэрынэсыным дэ шэч къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дызыхуэныкъуэну къарур Иеговэ къыдитынущ (Ис. 40:29—31). Аращи, хуэм зывмыщІ! Тыгъэр къыІэрыхьэн щхьэкІэ къарууэ иІэу хъуар езыхьэлІа апостол Паул щапхъэ тефх (Флп. 3:13, 14). А зэдэжэныгъэм фи пІэкІэ зыри хэтыфынукъым, ауэ Иеговэ къызэрывдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ фэ псори фхузэфІэкІынущ. Ар къывдэІэпыкъунущ фхьын хуейр фхьыну, зэран къыфхуэхъуу хъуари зытевдзыну (Пс. 68:19). Иеговэ уригъусэмэ, укъэмыувыІэу и кІэм нэс ужэфынущ икІи текІуэныгъэр къэпхьынущ!
65-НЭ УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!
a Дэ псори зэдэжэныгъэм дыхэтщ. Абы и кІэм нэсым гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къылъысынущ. Спортсменхэр щызэдэжэм деж, зыри ямыІыгъыу къожэ. Ауэ дэ дызыхэт зэдэжэныгъэм дэтхэнэ зыми и хьэлъэр иІыгъыжу мажэ. Дэ тхьым хохьэ игъащІэ псокІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ зэреттар, ди унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр икІи къэтщта унафэхэмкІэ жэуап зэрытхьыжыр. Ауэ дэ зэран къытхуэхъухэр зытеддзын хуейщ. Сыт абыхэм хыхьэр? Мы статьям а упщІэм и жэуапыр къыщытщІэнущ.
b «Помощь семье» жыхуиІэ статья гупыр jw.org сайтым илъщ. Абы темэ зэмылІэужьыгъуэхэр къыщыбгъуэтыфынущ. Зэщхьэгъусэхэм папщІэ: «Как проявлять уважение», «Как проявлять благодарность»; адэ-анэхэм папщІэ: «Как научить ребёнка грамотно пользоваться смартфоном», «Как наладить общение со своим ребёнком-подростком?»; ныбжьыщІэхэм папщІэ: «Как справляться с давлением сверстников», «Как побороть одиночество» жыхуаІэхэр.