Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІыхубзым ищІэ хъунур сыт, и щхьэгъусэр порнографие еплъу щытмэ?

ЦІыхубзым ищІэ хъунур сыт, и щхьэгъусэр порнографие еплъу щытмэ?
  • «Сэ си лІым мызэ-мытІэу зинэ ищІэу къызэпцІыжауэ къысщыхъут».

  • «Сэ сымыдахэу, си пщІэри ираудыхауэ къысфІэщІт, си щхьэми пщІэ хуэзмыщІыжу сыхъуат».

  • «Сэ си гукъеуэмкІэ зыми сыдэгуэшэфтэкъыми, си гугъуехьым си закъуэу сыпэщІэтын хуей хъут».

  • «Сэ къысщыхъут Иеговэ фІыуэ сыкъимылъагъуу».

Зэрытлъагъущи, лІыр порнографие еплъмэ, и фызым и гур хуабжьу хощІ. Апхуэдэ хьэл мыгъуэ зэриІэр мазэ бжыгъэкІэ е илъэс бжыгъэкІэ абы ибзыщІу щытамэ, и щхьэгъусэм дзыхь къыхуимыщІыжу хъуфынущ. Ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «КъызэрыщІэкІымкІэ, си щхьэгъусэр сымыцІыхуххэу аращ. Сыту пІэрэ абы иджыри сщибзыщІыр?»

Мы статьяр зыхуэгъэзар зи щхьэгъусэхэр порнографие еплъ цІыхубзхэращ a. Библием тегъэщІа гупсысэхэм я фІыгъэкІэ апхуэдэ цІыхубзхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжынущ икІи я гум телъ уІэгъэхэр хъужынущ. Абы нэмыщІ а цІыхубзхэр Алыхьым пэжыжьэ хуэмыхъуну икІи Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъум шэч къытрамыхьэну мы статьяр къадэІэпыкъунущ b.

СЫТ ФЫЗЫМ ИЩІЭ ХЪУНУР?

ЛІым ищІэ псом, дауикІ, цІыхубзыр щыгъуазэу щымытынкІэ хъунущ. Ауэ абы хузэфІэкІынущ и гум илъ гукъеуэр нэхъ мащІэ ищІыну, мамырыгъи зригъэгъуэтыжыну. Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

Зомыгъэкъуэншэж. Уи лІыр порнографие зэреплъымкІэ къуаншэр уэрауэ къыпщыхъункІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Алисэ c къыщыхъут ар и лІым фІэмыдахэу. Абы къыхэкІкІэ Алисэ мыпхуэдэу егупсыст: «Си щхьэгъусэм сэ къызэплъ нэхърэ, нэгъуэщІ цІыхубзхэм еплъмэ нэхъ къещтэ». Уэ зыщІэбгъэкъуэншэжым нэгъуэщІ щхьэусыгъуи иІэфынущ. Уи лІыр порнографие еплъу къыщыпщІам щыгъуэ, укъэгубжьамэ, е уи пІэм укъикІамэ, унагъуэр уэ зэтепкъутэу къыпщыхъуфынущ. Абы теухуауэ Даниэ́ллэ мыпхуэдэу жеІэ: «Си губжьыр зэрысхуэмыІыгъым къыхэкІкІэ ди нэчыхьыр зэтезыкъутэр сэрауэ къэслъытэт».

Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэмэ, зыщумыгъэгъупщэ: Иеговэ зэреплъымкІэ, уи лІым и щыуагъэхэмкІэ уэ укъуаншэкъым. Екъуб 1:14 щыжыІащ: «Езым и хъуэпсэныгъэ Іейхэрщ, зыІэпашэу икІи зэщІаубыдэу, а цІыхур дэзыхьэхыр» (Рим 14:12). Иеговэ уэ укъуаншэу ибжкъым. Абы пэжу узэрыхуэлажьэр лъапІэу елъытэ (2 Лет. 16:9).

Уи щхьэгъусэр порнографие зэреплъым къикІкъым уэ зыгуэр уи лажьэу. ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, порнографие еплъ цІыхухъур арэзы зыщІын зы цІыхубзи щыІэкъым.

Егъэлеяуэ узэрымыгузэвэным хущІэкъу. И щхьэгъусэр порнографие зэреплъыр къыщищІам, Кэ́трин нэгъуэщІым зыми егупсысыжыфтэкъым. Фра́нсес къыддогуашэ: «Си лІыр здэщыІэр щызмыщІэм деж, сэ Іей фІэкІа сигу къэкІкъым икІи си пІэм сизагъэкъым». Языныкъуэ шыпхъухэр хуабжьу Іэнкун мэхъу, я унагъуэм илъ гугъуехьым щыгъуазэ къуэш, шыпхъухэм щахэтым деж. НэгъуэщІ шыпхъухэм я лъэр щІех я гугъуехьым зыри щыщымыгъуазэм деж. Абыхэм къащохъу я закъуэу икІи я Іуэхур зыІутыр зыми къыгурымыІуэу.

Апхуэдэ гурыщІэхэр узэриІэр тэмэмщ, ауэ абыхэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми уемыгупсысмэ, уи гум телъ гузавэр нэхъыбэ хъуну фІэкІ, нэхъ мащІэ хъунукъым. Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэм нэхъыбэу уегупсысмэ, абы къару къыуитынущ (Пс. 62:2; Еф. 6:10).

Библиер зытепсэлъыхьыж языныкъуэ цІыхубзхэм я щапхъэхэм уегупсыс хъунущ. Гугъуехьышхуэ гуэрым щыпэщІэхуэм деж, абыхэм Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэти, гупсэхугъуэ ягъуэтыжт. Пэжщ, Алыхьым абыхэм я гугъуехьыр занщІэу щыІуимых къэхъут, ауэ сыт щыгъуи я гум мамырыгъэ ирилъхьэт. Аннэ и щапхъэр къэтхьынщ. Абы и гум хьэлъэ щытелъым щыгъуэ, Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзащ. Аннэ и гугъуехьыр асыхьэту зыщІыпІи мыкІуами, тхьэлъэІум иужь ар афІэкІа нэщхъейуэ щытыжакъым (1 Сам. 1:10, 12, 18; 2 Кор. 1:3, 4).

Зэщхьэгъусэхэр тІури зэхуэсым и нэхъыжьхэр къадэІэпыкъуным хуэныкъуэнкІэ хъунущ

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэгъэІэпыкъу. Ахэр уи дежкІэ «жьапщэм ущызыхъумэ егъэзыпІэу, уэлбанэм укъезыгъэл хъумапІэу» щытыфынущ (Ис. 32:2). Абы нэмыщІ уи гум илъ псори зыхуэпІуатэ хъуну икІи щІэгъэкъуэн къыпхуэхъуфыну шыпхъу къэбгъуэтыну зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыбдэІэпыкъуфынущ (Прит. 17:17).

УЭ УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ УДЭІЭПЫКЪУФЫНУ ПІЭРЭ?

Уи лІым порнографие еплъыныр къигъэнэну удэІэпыкъуфыну пІэрэ? Библием зэрыжиІэмкІэ, «зи закъуэм нэхърэ цІыхуитІым я Іуэхур нэхъыфІщ» (Эккл. 4:9—12). Мы принципым фытету, фэ тІури фызэгухьэмэ, а бий бзаджэм фытекІуэфынущ. ЩІэныгъэлІхэми аращ жаІэр. Абыхэм зэрабжымкІэ, лІым имызакъуэу, атІэ зэщхьэгъусэхэр тІури зэгъусэу апхуэдэ гугъуехьым пэщІэтмэ, абыхэм ехъулІэныгъэ яІэнущ икІи зыр зым дзыхь хуищІу хъужынущ.

ДауикІ, куэдыр зэлъытар езы лІыращ. А хьэл мыгъуэр зыхинэну ар пэж дыдэу хуей? Абы щхьэкІэ къару куэд ирихьэлІэну хьэзыр? Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІурэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэза? (2 Кор. 4:7; Екъуб 5:14, 15). И гугъуехьым пэлъэщын щхьэкІэ ищІэ хъунум егупсысрэ? Псалъэм папщІэ, и электроннэ Іэмэпсымэхэр къызэригъэсэбэпынум теухуауэ хабзэ гуэрхэр зыхуигъэувыжа? Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэм щыпэщІэхуэфыну Іуэхугъуэхэм зэримыхуэным иужь ит? (Прит. 27:12, Гъэсэпэтхыдэхэр). УзыдигъэІэпыкъурэ икІи и Іуэхур зыІутыр и кІэм нэс пэжу къыбжиІэрэ? Мы упщІэхэм псоми «нтІэ» жыпІэу жэуап ептамэ, уэ уи щхьэгъусэм удэІэпыкъуфыну къыщІэкІынущ.

Уэ езым сыт пщІэ хъунур? Фели́сие и щапхъэм деплъынщ. Абы и щхьэгъусэ И́тан иджыри сабийуэ порнографие еплъыным и къапхъэным ихуащ. Фелисие зэхэщІыкІ хэлъу и лІым хущытщ икІи абы епсэлъэну сыт щыгъуи хьэзырщ. Абы и фІыгъэкІэ Итан порнографие еплъыным дишэхыу щыщІидзэм деж, а гурыщІэм теухуауэ и фызым тыншу йопсэлъэф. Мис езы Итан жиІэр: «Сэ си щхьэгъусэм си Іуэхур зыІутыр зэрыщыт дыдэм хуэдэу жызоІэ. Фелисие къыздоІэпыкъу интернетыр къыщызгъэсэбэпкІэ сысакъыну икІи си ехъулІэныгъэхэм щІэх-щІэхыурэ ар щІоупщІэ». ДауикІ, Фелисие хуабжьу и гум къоуэ абы и щхьэгъусэ Итан апхуэдэ хьэл мыхъумыщІэ зэриІэр. Ауэ абы жиІэм феплъыт: «Сэ къызгуроІуэ си губжьыр си щхьэгъусэм тескъутэмэ, абыкІэ абы сызэрыдэмыІэпыкъунур. Ауэ дытІысрэ абы и гугъуехьхэм дытепсэлъыхьа иужь, абы и дежкІэ нэхъ тыншщ щІэгъэкъуэн сэ къысхуэхъуну».

Апхуэдэу зэщхьэгъусэхэр зэпсалъэмэ, лІым и дежкІэ нэхъ тынш хъунущ и хьэл мыгъуэм текІуэну. Фызми абы и сэбэпынагъ хэлъщ. ЛІым и гугъуехьхэмрэ и махуэр зэрекІуэкІамрэ теухуауэ и фызым хуиту дэгуашэмэ, цІыхубзым нэхъ тыншу и щхьэгъусэм дзыхь хуищІынущ.

Апхуэдэ Іуэху бгъэдыхьэкІэр уигу ирихьамэ, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу мы статьям феджэ хъунущ. ЛІым мурад быдэ ищІын хуейщ афІэкІа порнографие емыплъыжыну икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыху хъуну. А гугъуехьым утепсэлъыхьыну щІэбдзэху, ар къыпхуэмыгубжьу, уэ зыхэпщІэ узым егупсысмэ нэхъыфІщ. Уэри уи лъэныкъуэкІэ уи лІым удэІэпыкъун хуейщ икІи ар и гугъуехьым зэрыпэлъэщыфынум уи гугъэр хэпхыж хъунукъым. Фэ тІуми зэгъусэу мурад фщІы хъунущ цІыхум порнографие еплъыныр хьэл мыгъуэ щІыхуэхъум и щхьэусыгъуэмрэ, апхуэдэ гугъуехьым узэрытекІуэ хъунумрэ теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэну d.

А гугъуехьым теухуауэ уи лІымрэ уэрэ фыщызэпсалъэкІэ зыпхуэмышыІэу укъэгубжьыну къыпщыхъумэ, дзыхь зыхуэфщІ зэхуэсым и нэхъыжьыр къевгъэблагъэ хъунущ. Уи щхьэгъусэм и хьэл мыхъумыщІэр къигъэна иужьи, абы дзыхь хуэпщІу ухъужын щхьэкІэ, зэман куэд дэкІынкІэ хъунущ. Ауэ уи Іэр йомыхьэх. Іуэхум тІэкІу фІэкІ зимыхъуэжми, абы гу зэрылъыптэным иужь ит. ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ икІи фи унагъуэр насыпыфІэ зэрыхъужынум шэч къытомыхьэ (Эккл. 7:8; 1 Кор. 13:4).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР ФИ ГУГЪУЕХЬЫМ КІЭ ИМЫІЭУ КЪЫПЩЫХЪУМЭ?

Уи щхьэгъусэм порнографие еплъыныр къигъэна иужь, аргуэру абы еплъамэ, абы къикІрэ ар и гуэныхьым хущІемыгъуэжауэ икІи зэи и гугъуехьым темыкІуэфыну? Хьэуэ, къикІкъым. Ауэ а хьэл мыхъумыщІэм лІым и гумрэ и акъылымрэ лъабжьэ быдэ щищІамэ, а гугъуехьым игъащІэ псокІэ ебэнын хуеинкІэ хъунущ. Илъэс бжыгъэ куэд дэкІауи, лІыр аргуэру порнографие еплъынкІэ хъунущ. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ, ар бэлэрыгъ хъунукъым, и гугъуехьым текІуауэ къыщыфІэщІым дежи ткІийуэ зыхущытыжын хуейщ (Прит. 28:14; Мт. 5:29; 1 Кор. 10:12). Уи щхьэгъусэм и гупсысэкІэр ихъуэжын икІи Іейм гущыкІ хуищІу зригъэсэн хуейщ. Апхуэдэ Іейм, дауикІ, хохьэ порнографиемрэ мастурбациемрэ (Еф. 4:23; Пс. 97:10; Рим 12:9). И хьэл мыхъумыщІэм, бий бзаджэм хуэдэу, пэщІэтыну уи щхьэгъусэр хьэзыр? Хьэзырмэ, ар абы текІуэфынущ e.

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэхэм уи гури уи псэри теухуэ

Ауэ уи лІым и хьэл мыхъумыщІэр къигъэнэну хуэмеймэ-щэ? Абы щыгъуэ уэ гурыщІэ хьэлъэхэр уиІэну къыщІэкІынущ: зэми гузэрыдзэ пщІынущ, зэми губжь уи гум илъынущ, зэми уи лІым укъимыгъэпэжауэ къыпщыхъунущ. Абдежым Иеговэ гупсэхугъуэ къыуитыну елъэІу. Уи гуныкъуэгъуэ псори абы ехьэлІэ. Ар къыбдэІэпыкъунущ уи гум мамырыгъэ игъуэтыжыну (1 Пет. 5:7). Библиер бджыурэ икІи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэурэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуэщІ. Езыми гъунэгъу зыкъызэрыпхуищІынум шэч къытомыхьэ. Исайя 57:15 зэритымкІэ, Алыхьым и псэупІэр «зи лъэр щІэхуахэмрэ зигу иудахэмрэ» я дежщ икІи абыхэм къару яритынущ. Хьэл-щэныфІхэр зыхэлъхьэ икІи уиІэм щыщу нэхъыфІыр Иеговэ ет. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэгъэІэпыкъу икІи зэгуэр уи щхьэгъусэм зихъуэжыну гукъыдэж зэриІэнум уи гугъэр хомыхыж (Рим 2:4; 2 Пет. 3:9).

a Мы статьям зи гугъу ищІыр лІыр порнографие щеплъ Іуэхугъуэращ. Ауэ порнографием еплъыр цІыхубзырами, мыбы къыщыхьа чэнджэщхэр апхуэдэ унагъуэхэми сэбэп яхуэхъунущ.

b Библием ит хабзэмкІэ, лІыр порнографие зэреплъым фызым нэчыхьыр икъутэжыну хуитыныгъэ ириткъым (Мт. 19:9).

c ЦІэхэр зэхъуэкІащ.

d jw.org сайтымрэ ди тхыгъэхэмрэ сэбэп къыпхуэхъуну информацие къыщыбгъуэтыфынущ. Псалъэм папщІэ, «Порнография — угроза браку» жыхуиІэ статьям ди сайтым ущеджэ хъунущ. Абы нэмыщІ 2014-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 10—12 напэкІуэцІхэм ит «Вы можете устоять перед искушением!» жыхуиІэ статьямрэ 2013-нэ гъэм, шыщхьэІум и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 3—7 напэкІуэцІхэм ит «Порнография: безобидное развлечение или отрава?» жыхуиІэ статьямрэ уеплъ хъунущ.

e Порнографие еплъыныр къэбгъэнэну зэрымытыншым къыхэкІкІэ, языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм мурад ящІащ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэрызыдагъэІэпыкъум нэмыщІ, дохутырми зыхуагъэзэну.