Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 СТАТЬЯР

Алыхьым и Псалъэр зэрыпэжым шэч къытевмыхьэ

Алыхьым и Псалъэр зэрыпэжым шэч къытевмыхьэ

2023-НЭ ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «Уи псалъэр пэж защІэу зэхэлъщ» (ПС. 119:160).

96-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Ди зэманым цІыху куэдым Библием дзыхь щІыхуамыщІыр сыт?

 ДИ ЗЭМАНЫМ куэдым дзыхь зыхуащІ хъунур хэтми ящІэркъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зыщыгугъ политикхэм, щІэныгъэлІхэм, бизнесменхэм яфІ зэрызрахуэм абыхэм шэч къытрахьэ. Иджыри цІыхухэм дин пашэхэм дзыхь хуащІкъым. Абы къыхэкІкІэ дин пашэхэр зытету жыхуаІэ Библием итри цІыхухэм я фІэщ зэрымыхъур гъэщІэгъуэнкъым.

2. Псалом 119:160 зэритымкІэ, шэч къызытедмыхьэн хуейр сыт?

2 Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, ар «пэжым и Алыхьу» зэрыщытым икІи сыт щыгъуи дифІ къызэрилъыхъуэм шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (Пс. 31:5; Ис. 48:17). Дэ Библием итым дзыхь худощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «[Алыхьым] и псалъэр пэж защІэу зэхэлъщ». (Къеджэ Псалом 119:160.) Библием елэжь зы щІэныгъэлІым жиІам дэ арэзы дытохъуэ: «Алыхьым жиІауэ хъуар пэж дыдэщ икІи абы и псалъэхэр сыт щыгъуи гъэзэщІа мэхъу. Алыхьым и лэжьакІуэхэм абы и Псалъэм итыр я фІэщ мэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Алыхьым дзыхь хуащІ».

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэ Алыхьым и Псалъэм дзыхь худощІ. Ауэ, абы итым дзыхь хуащІын щхьэкІэ, дапхуэдэу нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур? Мы статьям Библием дзыхь щІыхуэтщІ хъуну щхьэусыгъуищ щызэпкърытхынущ. Дэ къэтщІэнущ абы итым зэрызимыхъуэжар, къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур икІи цІыхухэм я гъащІэр ихъуэжыну абы къару зэриІэр.

БИБЛИЕМ ИТЫМ ЗИМЫХЪУЭЖУ ДИ ЗЭМАНЫМ КЪЭСАЩ

4. Библием итым зэрызимыхъуэжам языныкъуэ цІыхухэм шэч къыщІытрахьэр сыт?

4 Алыхь Иеговэ цІыхухъу 40 хуэдиз хуигъэушащ Библием и Іыхьэ хъуа тхылъхэр ятхыну. Ауэ абыхэм ятха Іэрытххэм щыщу зыри ди зэманым къэсакъым. Дэ диІэр копиехэм тращІыкІа копиехэращ. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ цІыхухэм мыпхуэдэ упщІэ къаІэт: «Иджыпсту Библием итыр япэ дыдэу ятха Іэрытххэм итам техуэу пІэрэ?» Библием итым зэрызимыхъуэжам сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр щыхьэт техъуэрэ?

Тхэныр зи ІэщІагъэу щыта цІыхухъухэм ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм копиехэр щытращІыкІкІэ, я лэжьыгъэм щыуагъэ къыхэмыхьэн щхьэкІэ, егугъуу а Іуэхур ягъэзащІэт (5-нэ абзацым феплъ.)

5. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм я копиехэр зэращІу щытар дапхуэдэу? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

5 Библием итыр хъума хъун щхьэкІэ, Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІащ Тхыгъэ ЛъапІэм копиехэр тращІыкІыну. Алыхьым израил пащтыхьхэм хабзэ яхуигъэуващ я щхьэм щхьэкІэ Мусэ и Хабзэр къратхыкІыну. Абы нэмыщІ, лъэпкъыр а Хабзэм хурагъэджэн щхьэкІэ, Иеговэ левитхэр къыхихащ (Втор. 17:18; 31:24—26; Неем. 8:7). Израил лъэпкъыр Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжа иужь тхэныр зи ІэщІагъэу щыта цІыхухъу гупым ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм копиехэр тращІыкІыу щІадзащ (Езд. 7:6). Абыхэм апхуэдизу егугъуу а Іуэхур ягъэзащІэти, я лэжьыгъэм щыуагъэ къыхэмыхьэн щхьэкІэ, псалъэхэм я бжыгъэм нэмыщІ хьэрфхэм я бжыгъэри ябжу щІадзащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а цІыхухэр гуэныхьлыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ, Іэрытххэм щыуагъэ гуэрхэр хэмыхьэу къэнакъым. Ауэ копие куэд зэращІам и фІыгъэкІэ а щыуагъэхэр къыхэбгъэкІыну тыншт. Дапхуэдэу?

6. Библием и Іэрытххэм къыхыхьа щыуагъэхэр дапхуэдэу къызэрыбгъуэт хъунур?

6 Библием и копиехэр зыщІахэм яІэщІэкІа щыуагъэхэр къагъуэтын щхьэкІэ, ди зэманым псэу щІэныгъэлІхэм дзыхь зыхуэпщІ хъуну Іэмал яІэщ. Ар сыт хуэдэ? Псалъэм папщІэ, зы напэкІуэцІым итыр ІэкІэ къратхыкІыну цІыху 100-м делъэІуауэ жытІэнщ. Абыхэм ящыщ зым щыуагъэ ІэщІэкІауэ щытмэ, сыт дэ тщІэ хъунур? Щыуагъэ зыхэт копиер адрей копиехэм едгъэпщэн хуейщ. Апхуэдэ дыдэу, Библием и Іэрытххэм я копиехэм къыхыхьа щыуагъэхэр къыхагъэкІын щхьэкІэ, щІэныгъэлІхэм ахэр зрагъапщэ.

7. Библиер къыщратхыкІым абы зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыхыхьауэ пІэрэ?

7 Библием и копиехэр зыщІу щыта цІыхухэм а Іуэхур егугъуу ягъэзащІэт. Зы щапхъэ къэтхьынщ. ЖуртыбзэкІа тха Тхыгъэхэм и Іэрытххэм щыщу нэхъ жьы дыдэу икІи ирикъуу къалъытэр «Ленинградский кодекс» жыхуаІэращ. А кодексыр ди эрэм 1008-нэ е 1009-нэ гъэхэм ятхауэ хуагъэфащэ. Ауэ «Ленинградский кодекс» жыхуаІэм нэхърэ илъэс 1 000 хуэдизкІэ нэхъ жьыуэ щыт Іэрытххэр къызэрагъуэтыжрэ куэд щІакъым. Илъэсищэ куэдым къриубыдэу копие куэд зэращІам къыхэкІкІэ «Ленинградский кодекс» жыхуаІэм итымрэ иужькІэ къагъуэтыжа Іэрытххэм итымрэ хуабжьу зэщхьэщыкІыу зыгуэрым жиІэфынущ. Ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Илъэс миным нэс зи зэхуаку дэлъ а Іэрытххэр зрагъэпща иужь, щІэныгъэлІхэм къахутащ абыхэм итыр зэрытха щІыкІэр тІэкІу зэрызэщхьэщыкІыр, ауэ абы и мыхьэнэм зэрызимыхъуэжар.

8. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм я копиехэмрэ а зэманым ирихьэлІэу ятхауэ къагъуэтыжа нэгъуэщІ Іэрытххэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

8 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къизытхыкІыу щытахэм я щапхъэм тетт. Абыхэм 27-рэ хъу АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм егугъуу копиехэр тращІыкІт икІи зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ ахэр къыщагъэсэбэпт. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм и Іэрытххэмрэ а зэманым ирихьэлІэу ятха нэгъуэщІ Іэрытххэмрэ зэригъэпща иужь, зы щІэныгъэлІ гуэрыр мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «[АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм] я копиехэр нэхъыбэ мэхъу... икІи ахэр нэхъ ирикъуу щытщ». «Анатомия Нового Завета» жыхуиІэ тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Ди зэманым зэдзэкІауэ щыІэ тхылъхэм [АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм] дыщеджэм деж, пасэрей зэманым псэуа тхакІуэхэм ятхам деджэу жыпІэ хъунущ» (Anatomy of the New Testament).

9. Библием итым зэрызимыхъуэжам теухуауэ сыт жытІэ хъунур? (Исайя 40:8).

9 Илъэсищэ бжыгъэм къриубыдэу Тхыгъэ ЛъапІэм итыр егугъуу къизытхыкІыу щыта цІыхухэм я фІыгъэкІэ дэ нобэ зызмыхъуэжа Библием деджэну икІи ар куууэ зэпкърытхыну Іэмал диІэщ b. Шэч лъэпкъ хэлъкъым, езы Иеговэ, цІыхухэм хуэгъэза и Псалъэм итым зимыхъуэжу къэнэн щхьэкІэ, къару зэрырихьэлІам. (Къеджэ Исайя 40:8.) Ауэ зыгуэрым мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Библием итым зэрызимыхъуэжам къикІкъым ар Алыхьым и Псалъэу щыту». Аращи, Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым щыхьэт техъуэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм адэкІэ гу лъыттэнщ.

БИБЛИЕМ ИТ КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭПЩІ ХЪУНУЩ

СэмэгурабгъумкІэ: C. Sappa/DeAgostini/Getty Images; ижьырабгъумкІэ: Image © Homo Cosmicos/Shutterstock

Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр пасэрей зэманым гъэзэщІа хъуащ, ди зэманми гъэзэщІа мэхъу (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.) d

10. 2 Петр 1:21 итыр зэрыпэжым сыт щыхьэт техъуэр? (Сурэтым феплъ.)

10 Библием къэхъун хуей псалъэ куэд итщ. Абыхэм щыщ гуэрхэр илъэсищэ бжыгъэ дэкІа иужьщ гъэзэщІа щыхъуар икІи тхыдэр абы щыхьэт тохъуэ. Дэ ар дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэхъун хуей а псалъэхэр къызыбгъэдэкІыр езы Алыхь Иеговэщ. (Къеджэ 2 Петр 1:21.) Пасэрей зэманым щыІа Бабилэн къалэр къызэразэуным теухуа къэхъун хуей псалъэхэм деплъынщ. Ди эрэм ипэ VIII-нэ лІэщІыгъуэм бегъымбар Ешайа итхауэ щытат апхуэдиз лъэщагъ зиІэ Бабилэн къалэр зэраубыдынур. Уеблэмэ, Ешайа ар къэзызэуну пащтыхьым и цІэр (Кир), абы нэмыщІ къалэр къызэразэуну щІыкІэр итхауэ щытащ (Ис. 44:27—45:2). Иджыри Ешайа итхат Бабилэн къалэр икІэм-икІэжым зэрызэтракъутэнур икІи абы цІыху зэрыщымыпсэужынур (Ис. 13:19, 20). Апхуэдэ дыдэуи псори къэхъуащ. Ди эрэм ипэ 539-нэ гъэм мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ Бабилэн къалэр яубыдащ. А къалэ гъуэзэджэр здэщыта щІыпІэм ди зэманым къутахуэхэм фІэкІа зыри щыІэжкъым. («ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым ит 3-нэ урокым и 5-нэ Іыхьэм ит «Библием щыжыІат Бабилэн къалэр къызэразэунур» жыхуиІэ видеом феплъ.)

11. Даниил 2:41—43 итыр ди зэманым гъэзэщІа зэрыхъур дапхуэдэу?

11 Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа щыхъуар блэкІа зэманым и закъуэкъым. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр иджыпсту дыдэ гъэзэщІа зэрыхъур дэ ди нэкІэ долъагъу, псалъэм папщІэ, Англо-Американскэ дунейпсо державэм теухуауэ Данил бегъымбарым итха къэхъун хуей псалъэхэр. (Къеджэ Даниил 2:41—43.) Абы итхат а державэр зы лъэныкъуэкІэ, гъущІым хуэдэу, быдэу, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, ятІагъуэм хуэдэу, махэу зэрыщытынур. НтІэ, Великобританиемрэ США-мрэ гъущІым хуэбгъадэ хъуну я къарур дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр? Ахэр Япэ, ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэхэм текІуэныгъэр къэзыхьахэм яхэтащ, иджыпстуи ІэщэкІэ егъэлеяуэ зэщІэузэдащ. Ауэ ахэр махэ зыщІ гуэри щыІэщ — ар а къэралхэм щыпсэу цІыхухэращ. Ахэр я хуитыныгъэм щІобэн, профсоюзхэм хэтщ икІи забастовкэхэр къаІэт. Куэд щІакъым зы политолог гуэрым мыпхуэдэу зэрыжиІэрэ: «Политикэм теухуауэ США-м нэхърэ зэгурыІуэныгъэ нэхъ здэщымыІэ зы къэрали мы дунейм теткъым». НтІэ, иужьрей дунейпсо державэм и етІуанэ Іыхьэ Великобританием теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Иужьрей илъэсхэм Великобританием щыпсэу цІыхухэм Евросоюзым теухуауэ яІэ еплъыкІэр хуабжьу зэтехуэкъым. Апхуэдэ зэгурымыІуэныгъэхэм къыхэкІкІэ Англо-Американскэ дунейпсо державэм тегушхуэныгъэ иІэу зыхуейр ищІэну Іэмал иІэкъым.

12. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм ди фІэщ ящІыр сыт?

12 Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуам къэкІуэну зэманым теухуауэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр къызэрыхъунумкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Псаломыр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Уэ сыкъыщебгъэлыну зэманым сэ зыкІэ сожьэри, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сызыщыгугъыр уи псалъэращ» (Пс. 119:81). Библием дыщеджэм деж Иеговэ щабэу къыдэпсалъэу жыпІэ хъунущ. Апхуэдэу абы «гъащІэрэ гугъапІэрэ» къыдет (Иер. 29:11). Дэ ди къэкІуэным теухуауэ диІэ гугъэр зэлъытар цІыхухэракъым, атІэ Иеговэщ. Аращи, Алыхьым и Псалъэм нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр адэкІи нэхъ куууэ зэпкърыдвгъэх.

БИБЛИЕМ ИТ ЧЭНДЖЭЩХЭР ЦІЫХУ МЕЛУАН БЖЫГЪЭМ ДОІЭПЫКЪУ

13. Псалом 119:66, 138 зэритымкІэ, Библием дзыхь щІыхуэтщІ хъунур сыт?

13 Библием дзыхь щІыхуэтщІын хуейм иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэр? А тхылъым ит чэнджэщхэм ущытетым деж абы фІыгъуэ къыпокІуэ. (Къеджэ Псалом 119:66, 138.) Псалъэм папщІэ, зэбгъэдэкІыжыным нэсауэ щыта зэщхьэгъусэхэр, Библием ит чэнджэщыр къызэрагъэсэбэпам и фІыгъэкІэ, иджыпсту насыпыфІэу зэдопсэу. Апхуэдэ унагъуэхэм къыщыхъу сабийхэм фІыуэ къызэралъагъумрэ къызэрахъумэмрэ зыхащІэ (Еф. 5:22—29).

14. Библием ит пэжым цІыхухэм я хьэл-щэнхэр фІыкІэ зэрихъуэжым и щапхъэ къэфхь.

14 Библием ит чэнджэщ Іущхэр къызэрагъэсэбэпам и фІыгъэкІэ гуэныхь хьэлъэ зылэжьа щІэпхъаджащІэхэми захъуэжыф. Джек c и щапхъэм деплъынщ. Ар егъэлеяуэ гущІэгъуншэт икІи укІ зытралъхьахэм ящыщу тутнакъым ист. Зэгуэр Библие джыныр щрагъэкІуэкІым щыгъуэ Джек щІэсащ. Абы къуэшхэм я гущабагъэр апхуэдизкІэ и гум нэсати, Библиер иджыну гукъыдэж иІэ хъуащ. А цІыхухъум Библием итыр и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпам и фІыгъэкІэ и дуней тетыкІэми и хьэл-щэнхэми захъуэжу щІадзащ. Зэман дэкІри Джек къищІамкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэу щІидзащ, иужькІэ псым зыщІигъэуащ. Ар тутнакъым исхэм псэемыблэжу хъыбарыфІымкІэ дэгуашэт икІи абы цІыхуиплІ Библием иригъаджэт. Джек щаукІыну махуэр къыщысам щыгъуэ ар нэгъуэщІ цІыху хъуауэ жыпІэ хъунут. Абы и уэчылхэм щыщ зы цІыхубзым мыпхуэдэу жиІащ: «Илъэс 20 ипэ зэрысцІыхуам хуэдэу, Джек иджыпсту щытыжкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъэсэныгъэм и фІыгъэкІэ абы хуабжьу зихъуэжащ». Джек укІ тралъхьар икІэм-икІэжым ягъэзэщІами, абы и щапхъэм къегъэлъагъуэ Алыхьым и Псалъэм дзыхь хуэтщІ зэрыхъунур икІи а тхылъым цІыхум и хьэл-щэныр фІыкІэ зэрихъуэжыфыр (Ис. 11:6—9).

Библием ит чэнджэщхэм цІыху зэмылІэужьыгъуэхэм я гъащІэр нэхъыфІ ящІ (15-нэ абзацым феплъ.) e

15. Библием ит пэжым и фІыгъэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІ цІыхухэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ? (Сурэтым феплъ).

15 Библием ит пэжым зэрытетым и фІыгъэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъщ (Ин. 13:35; 1 Кор. 1:10). Абыхэм яІэ зэкъуэтыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ хуабжьу къыщхьэщокІ ди зэманым цІыхухэм лъэпкъ зэхэгъэж зэращІым икІи социальнэ, политическэ ІуэхухэмкІэ яІэ еплъыкІэр зэрызэтемыхуэм. Иеговэ и лъэпкъым иІэ зэкъуэтыныгъэр Жан зи цІэ щІалэм хуабжьу игу ирихьащ. А щІалэр Африкэм щыІэ къэрал гуэрым къыщыхъуащ. А къэралым зауэ къыщыхъеям щыгъуэ ар армэм кІуащ, ауэ иужькІэ нэгъуэщІ къэралым щІэпхъуэжащ. ЗдэкІуа щІыпІэм абы Иеговэ и лэжьакІуэхэр щызригъэцІыхуащ. Абы мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ къэсщІащ дин пэжыр зыІыгъ цІыхухэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэрэ лъагъуныгъэрэ зэрыдэлъыр икІи ахэр политикэм зэрыхэмыІэбэр. Япэм щыгъуэ сэ си къэралым и лъэныкъуэр сІыгъыу сызэуэн щхьэкІэт сыщІэпсэур. Иджы Библием ит пэжыр къызэрысщІэрэ сыщІэпсэур Иеговэщ». Жан хуабжьу зихъуэжащ. Япэм щыгъуэ абы нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэр иукІыну хьэзырт. Ауэ иджыпсту абы цІыху зэхэгъэж имыІэу хъыбарыфІымкІэ псоми догуашэ. Мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ, цІыхур къызыхэкІам емылъытауэ, Библиер псоми зэрадэІэпыкъур. Алыхьым и Псалъэм дзыхь хуэтщІыну зэрыхуэфащэм ар щыхьэт тохъуэ.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ПЭЖЫМ АДЭКІИ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ

16. Алыхьым и Псалъэм дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

16 Мы дунейр нэхъ Іей хъуурэ макІуэ. Абы къыхэкІкІэ дэ Алыхьым и Псалъэм дзыхь хуэтщІыну нэхъ гугъу хъуурэ кІуэнущ. Пэжыр Библием зэритым икІи Иеговэ «унэІут пэжыр» зэрытригъэувам шэч къытетхьэу дащІыну цІыхухэр хэтынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ и Псалъэр сыт щыгъуи пэжу зэрыщытым дэ шэч къытедмыхьэу щытмэ, дэ ди фІэщхъуныгъэм зыри зэран хуэхъуфынукъым. Абы щыгъуэ дэ тегушхуэныгъэ диІэнущ «[Иеговэ] и хабзэхэм дытетыну сыт щыгъуи, икІэм нэсыху» (Пс. 119:112). Иджыри дэ дыукІытэнукъым пэжымкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну икІи ахэр абы тету псэуну хуэдгъэушыну (Пс. 119:46). Абы нэмыщІ гугъуехь хьэлъэхэм, уеблэмэ, дыкъызэрырахуэкІым, теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу дыпэщІэтыфынущ (Кол. 1:11; Пс. 119:143, 157).

17. 2023-нэ гъэм хухаха едзыгъуэм дигу къигъэкІыжынур сыт?

17 Иеговэ пэжыр къызэрытхузэІуихам щхьэкІэ дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ! А пэжым дэ ди гум мамырыгъэ кърелъхьэ, ди гъащІэми мыхьэнэ къыхелъхьэ. Абы нэмыщІ махуэ къэс нэхъ Іей хъу мы дунейм пэжым и фІыгъэкІэ унафэ тэмэмхэр къэтщтэну Іэмал диІэщ. КъэкІуэну зэманым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну гъащІэм теухуауэ пэжым гугъэ дахэ къыдет. Аращи, Алыхьым и Псалъэр пэж защІэу зэрызэхэлъым теухуауэ 2023-нэ гъэм хухаха едзыгъуэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ирырещІ! (Пс. 119:160).

94-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ

a 2023-нэ гъэм хухаха едзыгъуэм ди фІэщхъуныгъэр егъэбыдэ. Абы щыжыІащ: «Уи псалъэр пэж защІэу зэхэлъщ» (Пс. 119:160). ДауикІ, фэ абы арэзы фытохъуэ. Ауэ куэдым я фІэщ хъукъым Библием итыр зэрыпэжыр икІи дзыхь зыхуэпщІ хъуну чэнджэщхэр абы зэритыр. Зигу къабзэ цІыхухэм, Библиемрэ абы ит чэнджэщхэмрэ дзыхь хуащІын щхьэкІэ, къадэІэпыкъуфыну Іуэхугъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ.

b Библием зимыхъуэжу ди зэманым къызэрысам теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэн щхьэкІэ, jw.org сайтым фихьи, «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «история и Библия» псалъэхэр ифтхэ.

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d СУРЭТЫР. Бабилэныр зэрызэтракъутэнур Алыхьым ипэкІэ жиІауэ щытащ.

e СУРЭТЫР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ цІыхухъур зауэм зэрыхэмытыжыр: Библием и фІыгъэкІэ мамыру узэрыпсэу хъуну щІыкІэр абы къищІащ икІи апхуэдэу псэуну ар нэгъуэщІхэм ядоІэпыкъу.