ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
Къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ жаІэжым феджэну фи фІэфІ?
Къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ жаІэжым пщэдджыжь къэс еджэ зэлІзэфызыр къыддогуашэ: «А хъыбархэм къытхуахь гуфІэгъуэр псалъэкІэ пхужыІэнукъым! Абыхэм ди фІэщ ящІ, сыт къэмыхъуами, дэри Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэфынур». Апхуэдэ гурыщІэ дыдэхэр зэриІэр нэгъуэщІ ди зы шыпхъуми жеІэ: «Абыхэм сызэреджэм гушхуэныгъэрэ гупсэхугъуэрэ къызат икІи си гум мамырыгъэ къралъхьэ. А къуэш, шыпхъухэм мыхьэнэ зиІэ гъащІэ зэрырахьэкІыр наІуэщ. Абыхэм я гъащІэм теухуауэ сыщеджэм деж, Иеговэ нэхъыбэ хуэсщІэну гукъыдэж сиІэ мэхъу. Абы нэмыщІ ахэр къыздоІэпыкъу полновременнэ лэжьыгъэм хуэпабгъэу си бынхэр згъэсэну».
Къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ жаІэжыр куэдкІэ къыддэІэпыкъуфынущ, псалъэм папщІэ, мыхьэнэ зиІэ мурадхэр зыхуэдгъэувыну, ди ныкъусанхэм дебэныну икІи гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм дыпэщІэтыну. Дэнэ-тІэ а хъыбархэр къыщыдгъуэтыфынур?
jw.org сайтым е JW Library® приложением «Биографии Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ статья гупым феплъ.
«ХъумакІуэ чэщанэм и онлайн-библиотекэм» е Watchtower Library зи цІэ электроннэ библиотекэм «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «я гъащІэм теухуауэ жаІэж» псалъэхэр ифтхэ.