Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФщІэуэ пІэрэ?

ФщІэуэ пІэрэ?

Филипп хъыбарыфІыр зыхуиІуэта Ефиопием щыщ къулыкъущІэр сыт хуэдэ шыгу зэрысар?

ДУНЕИЩІЭКІЭ зэджэ Библием «колесница» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэмкІэ шыгу зэмылІэужьыгъуэхэм йоджэ (Апост. 8:28, 29, 38). Ефиопием щыщ къулыкъущІэр зэрыса шыгур нэхъ ину щытауэ къыщІэкІынущ, зауэм хуащІа е зэдэжэныгъэм къыщагъэсэбэпу щыта шыгухэм нэхърэ. Апхуэдэу дыщІегупсысым и щхьэусыгъуэ зыбжанэм деплъынщ.

Ефиопием щыщ къулыкъущІэм увыпІэ лъагэ иІэт икІи ар гъуэгуанэ кІыхь тетт. А лІыр Ефиопием и пащтыхь гуащэ Кандакие хуэлажьэ Іэтащхьэхэм ящыщт, къэрал мылъкури и ІэмыщІэ илът (Апост. 8:27). Пасэрей зэманым щыІа Ефиопием хыхьэт иджыпсту щыІэ Судан къэралым и щІыналъэмрэ Мысырым ипщэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ щІыналъэмрэ. А лІыр гъуэгуанэ кІыхь тетыху, шыгу зэмылІэужьыгъуэ ихъуэжауэ, зыхуэныкъуэ хьэпшыпи иІыгъауэ къыщІэкІынщ. Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм цІыхухэр кърашэкІын щхьэкІэ шэрхъиплІ зыщІэт, щхьэ зытелъ шыгухэри къагъэсэбэпу щытащ. Апостолхэм тхылъым тепсэлъыхь зы тхылъым a щыжыІащ: «Апхуэдэ шыгум Іэмал къыуитт хьэпшып нэхъыбэ къыздэпщтэну икІи гъуэгури нэхъ тынш ищІт. Абы и фІыгъэкІэ цІыхум гъуэгуанэ нэхъ кІыхь зэпичыфт».

Ефиопием щыщ къулыкъущІэр свитокым еджэт, Филипп абы къыщепсэлъам щыгъуэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Филипп «гум бгъурыхьэри, а лІыр [къулыкъущІэр] Ешайа бегъымбарым и тхылъым зэреджэр» зэхихащ (Апост. 8:30). Гъуэгуанэ кІыхь теувэ шыгухэр псынщІэу кІуэн хуэдэу ящІтэкъым. Абы къыдгурегъаІуэ къулыкъущІэр гъуэгу здытетым еджэфу щІыщытар икІи Филипп абы щІыкІэлъысыфар.

Ефиопием щыщ къулыкъущІэр Филипп елъэІуащ: «КъыдэкІуеи, къызбгъэдэтІысхьэ», — жиІэри (Апост. 8:31). Зэдэжэныгъэм хуащІа шыгухэм уисыфынутэкъым, абыхэм узэфІэту уитын хуейт. Ауэ гъуэгуанэ кІыхьым хуащІа шыгухэр Іэхуитлъэхуитти, аращ къулыкъущІэмрэ Филиппрэ абы хуиту щІисар.

Апостолхэм тхылъым и 8-нэ псалъащхьэмрэ тхыдэм къытхузэІуихымрэ ипкъ иткІэ, Ефиопием щыщ къулыкъущІэр зэрыса шыгур иужьрей зэманым дэ сурэтхэм къызэрыщыдгъэлъагъуэр нэгъуэщІущ. А шыгур зауэм хуащІахэмрэ зэдэжэныгъэм къыщагъэсэбэп шыгухэм нэхърэ нэхъ ину щытащ.

a Craig S. Keener. Acts: An Exegetical Commentary. 2013. Т. 2. С. 1579—1580.