3 СТАТЬЯР
124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ
Зэман гугъухэм Иеговэ къывдэІэпыкъунущ
«[Иеговэ] — сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къыфхуохъу» (ИС. 33:6).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зэман гугъухэм деж Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ тщІэн хуейм.
1, 2. Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфыну?
ГУЗЭВЭГЪУЭ гуэрым ди гъащІэр занщІэу ихъуэжыфынущ. Псалъэм папщІэ, ди къуэш Луи́с a лышх уз иІэу къагъуэтащ. Дохутырым жиІащ абы мазэ зыбжанэ фІэкІа псэуну къызэрыхуэмынэжар. Мо́никэрэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру хэтт. Ауэ ди шыпхъум къищІащ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт и щхьэгъусэм илъэс куэд хъуауэ щэхуу гуэныхь зэрилэжьыр. Щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу Оли́вия здэщыпсэу щІыпІэр псынщІэу къигъэнэн хуей хъуащ, борэнышхуэ къызэрыкІуэр къыщищІам щыгъуэ. Оливия къыщигъэзэжам щыгъуэ, къилъэгъуащ и унэм зыри къызэрыхэмынэжар. Луис, Моникэ, Оливия сымэ я гъащІэм напІэзыпІэм зихъуэжащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт абыхэм яІа гурыщІэхэр. Уэри упэщІэхуауэ щыта уи гъащІэр зэуэзэпсэу зыхъуэжа гугъуехь гуэр?
2 Дэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ, цІыху псори зыпэщІэхуэ гугъуехьхэмрэ узыфэхэмрэ дыпэщІэмыхуэу щыткъым. Иеговэ и лъэпкъыр зылъагъу мыхъухэри къытпэщІэувэфынущ е абыхэм лей къыттрагъэхьэфынущ. Иеговэ апхуэдэ гугъуехьхэм дыщимыхъумэми, абы дыкъегъэгугъэ сыт щыгъуи къыддэІэпыкъуну (Ис. 41:10). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ гуфІэгъуэ ди гум илъу дыщытыфынущ, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуэщтэнущ икІи ди Іуэхур сыт хуэдэу гугъуу щымытами, абы хуэпэжу дыкъэнэфынущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ зэман гугъухэм Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу ІэмалиплІ. Дэ иджыри къэтщІэнущ ар къыддэІэпыкъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.
ИЕГОВЭ ФЫКЪИХЪУМЭНУЩ
3. Дэ насыпыншагъэ гуэр къыщытщыщІым деж, сыт къыдэгугъуэкІынкІэ хъунур?
3 Гугъуехь. Дэ насыпыншагъэ гуэр дыщыпэщІэхуэм деж, тщІэнур дымыщІэу, тэмэмуи дымыгупсысэфу дыхъункІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гур икъутыхьауэ щытщ, ди гурыщІэхэри къыттокІуэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа шыпхъуитІыр я гурыщІэхэмкІэ къыддэгуэшащ. Оливия жеІэ: «Борэнышхуэм си унэр щызэхикъутам щыгъуэ, ар апхуэдизкІэ си гум щІыхьати си лъэр щІэхуащ». Зи щхьэгъусэ къепцІыжа Моникэ къыддогуашэ: «ИгъащІэкІэ си гугъэнтэкъым сэ апхуэдэ къысщыщІыну. Сэ зыхэсщІар псалъэкІэ пхужыІэнкъым — си гум сэ къыхаІуам хуэдэт. АдэкІэ сызэрыпсэунур сщІэтэкъым». Ди гурыщІэхэр къыщыттегуплІэм деж дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
4. Филиппи 4:6, 7 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
4 Сыт Иеговэ ищІэр? Абы дыкъегъэгугъэ езым «къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» къыдитыну. (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.) Сыт ар зищІысыр? Ар Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм и фІыгъэкІэ ди гум гупсэхугъуэ зэрилъыращ икІи ди гупсысэхэр зэхэхауэ зэрыщытыращ. А гузэгъэгъуэр «цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ инщ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ар ди нэгу къытхущІэгъэхьэнум нэхърэ куэдкІэ нэхъ гъуэзэджэщ. Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуэбгъэза иужь уигукІэ мамырыгъэ щызыхэпщІа къэхъуа? Аращ Иеговэ «къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэ» хъужыр.
5. Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм ди гумрэ ди акъылымрэ дапхуэдэу къызэрихъумэр?
5 А едзыгъуэ дыдэм щыжыІащ Иеговэ къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм «фигури фи гупсысэхэри... къихъумэну». «Къихъумэну» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэр къалэр зыхъумэ зауэлІхэм хуахьу щытащ. Апхуэдэ къалэм дэсхэм я гур гъэтІылъауэ жэщым жейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ящІэт ахэр зауэлІхэм къызэрахъумэр. Апхуэдэ дыдэу, Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм ди гумрэ ди акъылымрэ къехъумэ. Абы къыхэкІкІэ ди гум шынэ илъкъым (Пс. 4:8). Ди Іуэхум занщІэу фІыкІэ зимыхъуэжми, дэ гузэгъэгъуэ зыхэтщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Самуел и анэ Аннэ и Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытар (1 Сам. 1:16—18). Ди гум гупсэхугъуэ щилъым деж, дэ ди гупсысэхэр зэхэхауэ щытщ икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр нэхъ къытхуощтэ.
6. Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр зыхэтщІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)
6 Сыт дэ тщІэн хуейр? Фэ зыгуэрым фыщигъэгузавэм деж «хъумакІуэр» къевджэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, гузэгъэгъуэ зыхэфщІэху Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ (Лк. 11:9; 1 Фес. 5:17). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Луис жеІэж абы мазэ зыбжанэ фІэкІа псэуну зэримыІэжыр къыщащІам щыгъуэ, езымрэ и щхьэгъусэ А́нэрэ сыт ящІами. Ар къыддогуашэ: «Апхуэдэхэм деж пщІэнур къыбгурыІуэркъым, уздэжэнур умыщІэу укъонэ, нэгъуэщІ Іуэхухэми уи акъылыр пхутеухуэркъым. Дэ дымыгужьеину къыддэІэпыкъуар дымыувыІэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзаращ». Луисрэ абы и щхьэгъусэмрэ Иеговэ елъэІут ящІэнур къагурыІуэн щхьэкІэ гузэгъэгъуэрэ Іущагърэ къаритыну. Абыхэм наІуэу ялъагъут я тхьэлъэІу гуащІэхэм Иеговэ жэуап зэрыритыр. Узыгъэгужьеин Іуэхугъуэ гуэр уихуамэ, умыувыІэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Абы щыгъуэ Іэмал имыІэу Иеговэ къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм уи гумрэ уи акъылымрэ къихъумэнущ (Рим 12:12).
ИЕГОВЭ ФИ ГУР ФІЫ ИЩІЫЖЫНУЩ
7. Гугъуехь хьэлъэ дыщиІэм деж, сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?
7 Гугъуехь. Гугъуехь хьэлъэм дызэрыщымыт дищІыфынущ. Япэм димыІа гурыщІэхэр, гупсысэхэр диІэфынущ, дэ езым дызэрыщытри къыдгурымыІуэжу дыхъункІэ хъунущ. Кхъухьыр хы толъкъуным зэрызэридзэм хуэдэу, дэри гугъуехьым дызэридзэфынущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Анэ гурыщІэ зэмылІэужьыгъуэхэр иІащ, абы и щхьэгъусэ Луис щылІам щыгъуэ. Ар къыддогуашэ: «Зэми гъащІэм мыхьэнэ хэзмылъэгъуэжу, зыри сыхуэмеижу сыхъут, зэми зысфІэгуэныхь хъужт. Луис зэрызимыІэжым щхьэкІи сыкъэгубжьт». Анэ закъуэныгъэ зыхищІэт. И щхьэгъусэм ищІэу щыта Іуэхухэр иджы и пщэ къызэрыдэхуам щхьэкІэ, абы и лъэр щІэхут. Абы и гум щыщІэхэр хы толъкъуным хуэдэт. Апхуэдэ гурыщІэхэр дыщиІэм деж, дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
8. Исайя 33:6 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
8 Сыт Иеговэ ищІэр? Абы дыкъегъэгугъэ щІэгъэкъуэн къытхуэхъуну. (Къеджэ Исайя 33:6.) Борэнышхуэм хэхуа кхъухьыр толъкъун къэукъубеяхэм хуабжьу зэрадзэ. Ар ебэу, псым щІимылъэфэн щхьэкІэ, стабилизатор жыхуаІэхэр къагъэсэбэп. Ахэр кхъухьым и бгъуитІым кІэрыту псы щІагъым щІэтщ. Абыхэм кхъухьыр къебэ-небэу щымыту зэтраІыгъэ. Абы и фІыгъэкІэ цІыхухэр зы щхьэкІи мышынэу кхъухьым хуиту исщ. ГъэщІэгъуэныращи, апхуэдэ стабилизаторхэр нэхъыфІу щылажьэр кхъухьыр щызекІуэм дежщ. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэ къыддэІэпыкъунущ, зэман гугъухэм деж ди пІэм димыту адэкІи абы пэжу дыхуэлажьэмэ.
9. Гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну Библиер зэрыддж Іэмэпсымэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Сурэтми феплъ.)
9 Сыт дэ тщІэн хуейр? ГурыщІэ хьэлъэхэр къыщыптегуплІэм деж, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэн, зэІущІэхэм укІуэн, хъыбарыфІри бгъэІун щомыгъэт. ДауикІ, япэм пщІэуэ щытам хуэдиз иджыпсту пщІэфынукъым, икІи абыкІэ Иеговэ къыпщыгугъкъым. (Евгъапщэ Лк. 21:1—4.) Библиер куууэ бджыным, узэджам уегупсысыным зэман хухэх. Абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Дэ гупсэхугъуэ диІэн щхьэкІэ, Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу статьяифІ дыдэхэр икІи видеохэр къыдет. Уэ узыхуэныкъуэр къэбгъуэтын щхьэкІэ JW Library® приложениер, «Индекс публикаций Сторожевой башни», «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэхэр къэбгъэсэбэп хъунущ. Моникэ и гурыщІэхэр къыщытегуплІэм деж, а Іэмэпсымэхэр къигъэсэбэпт. Псалъэм папщІэ, абы «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «губжьын», «епцІыжын» е «пэжагъ» псалъэр иритхэти, а псалъэм теухуауэ информацие къигъуэтт. ИужькІэ Моникэ гупсэхугъуэ игъуэтыжыху къигъуэтам еджэт. Абы жеІэ: «Куэдрэ къэхъут „къэлъыхъуэн“ жыхуиІэм сыкъэгубжьауэ сызыхуей псалъэр щистхэ, ауэ къэзгъуэтахэм седжа иужь, Иеговэ ІэплІэ хуабэ къысхуищІу къысщыхъут. Сэ слъагъут си Адэ лъапІэм фІыуэ сыкъызэрицІыхур, си гурыщІэу хъуар къызэрыгурыІуэр икІи къызэрыздэІэпыкъур». Уэри гугъуехь гуэр упэщІэхуэмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъунущ «псы къэукъубеяр увыІэжыху» уи лъэр щІэмыхуу укъэнэну (Пс. 119:143, 144).
ИЕГОВЭ ЩІЭГЪЭКЪУЭН КЪЫФХУЭХЪУНУЩ
10. Гугъуехьым дапхуэдэу дызэрищІыфынур?
10 Гугъуехь. Гугъуехь гуэр къэхъуа иужь эмоциональнэ, физическэ лъэныкъуэхэмкІэ дэ къарууншэ дыдэу дыщытынкІэ хъунущ. Дэ дебгъэщхь хъунущ фэбжь зыгъуэта спортсменым. Япэм щыгъуэ абы псынщІэу къижыхьу щытащ, иджы ерагъыу зекІуэу аращ, ари ещІэкъуауэурэ. Япэм тыншу тщІэуэ щытахэр иджыпсту тщІэну къыдэхьэлъэкІынкІэ хъунущ. Е япэм щыгъуэ гуфІэгъуэ къытхуэзыхьу щыта Іуэхухэр иджыпсту тщІэну гукъыдэж димыІэнкІэ хъунущ. Зэгуэр бегъымбар Иляс и лъэр зэрыщІэхуам хуэдэу, дэри къару лъэпкъ димыІэжу, дыжеин фІэкІа нэгъуэщІ зыри дыхуэмейуэ дыхъункІэ хъунущ (1 Цар. 19:5—7). Къарууншэу дыщыщытым деж Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
11. Псалом 94:18 зэритымкІэ, Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
11 Сыт Иеговэ ищІэр? Абы къыддэІэпыкъуну дыкъегъэгугъэ. (Къеджэ Псалом 94:18.) Фэбжь зыгъуэта спортсменыр дигу къэдгъэкІыжынщ. Зыгуэр къыдэмыІэпыкъуу абы къикІухьын къогугъуэкІ. Дэри Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру дыхэтын щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ. Іуэхугъуэ гугъу дыщитым деж, фІыщэу дыкъэзылъагъу ди Адэм мыпхуэдэу къыджеІэ: «Сэращ уи Алыхь Иеговэр, сэ уи Іэ ижьыр сІыгъщ икІи бжызоІэ: „Умышынэ, сэ сыбдэІэпыкъунущ“» (Ис. 41:13). Пащтыхь Даут ар езым игъэунэхуащ. Бийхэр и ужь щитым щыгъуэ Даут Иеговэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уи Іэ ижьыр щІэгъэкъуэн къысхуохъу» (Пс. 18:35). Дапхуэдэу-тІэ Иеговэ щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъур?
12. Ди лъэр щыщІэхуам деж къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, хэт Иеговэ къигъэсэбэпыфынур?
12 Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ нэгъуэщІ цІыхухэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, Даут гузавэ и гум щилъым щыгъуэ и ныбжьэгъу Ионафан къакІуэри, псалъэ гуапэхэмкІэ ар игъэгушхуащ (1 Сам. 23:16, 17). Иляс дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэм щыгъуэ, Иеговэ абы Елисей хуигъэкІуащ (1 Цар. 19:16, 21; 2 Цар. 2:2). Нобэ дэри Иеговэ ди ІыхьлыхэмкІэ, ди ныбжьэгъухэмкІэ е зэхуэсым и нэхъыжьхэмкІэ къыддэІэпыкъуфынущ. Ди гур ехуэхауэ щыщытым деж дэ зыри тлъагъуну дыхуэмейуэ, цІыхухэми дахыхьэну гукъыдэж димыІэу дыхъуфынущ. ЦІыхум апхуэдэ щытыкІэ зэриІэр гъэщІэгъуэнкъым. НтІэ, сыт дэ тщІэфынур, Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ?
13. Иеговэ къыддэІэпыкъуфын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)
13 Сыт дэ тщІэн хуейр? ЦІыхухэм пэІэщІэ зэрызыхуэдмыщІыным иужь дитын хуейщ. НэгъуэщІхэм дахэмыхьэу ди закъуэ дыкъызэрынэным дыхущІэкъумэ, ди щхьэм куэдыІуэу дегупсысу, ди гугъуехьхэм фІэкІи нэгъуэщІ зыри дымылъагъуу дыхъункІэ хъунущ (Прит. 18:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). ДауикІ, зыри уимыгъусэу уи закъуэу укъыщынэн зэмани ухуейщ, псом хуэмыдэу, гуауэ гуэр къэхъуамэ. Ауэ цІыхухэм куэдрэ защыддзеймэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну Іэмал едмыту жыпІэ хъунущ. Аращи, уи Іуэхур дапхуэдэу хьэлъэу щымытами, уи унагъуэр, уи ныбжьэгъухэр, зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыбдэІэпыкъуну щыхэтым деж, ахэр ІэщІыб умыщІ. Зыщумыгъэгъупщэ, и нэхъыбэм деж Иеговэ къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ ахэр къызэригъэсэбэпыр (Прит. 17:17; Ис. 32:1, 2).
ИЕГОВЭ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫВИТЫНУЩ
14. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ ди гум шынэ къихьэфыну?
14 Гугъуехь. Иныкъуэхэм деж дэ ди гум шынэ къохьэ. Пасэрей зэманым Алыхьым и лэжьакІуэхэр шынэм зэщІиубыдауэ, гузэвэгъуэ я гум илъу щыщытаи къэхъуащ, псалъэм папщІэ, бийхэр я ужь къыщитым щыгъуэ. Абыхэм жаІа псалъэхэр Библием итщ (Пс. 18:4; 55:1, 5). Дэри цІыхухэр къытпэщІэувэфынущ, псалъэм папщІэ, къыддеджэхэр, къыддэлажьэхэр, ди унагъуэм щыщхэр е къэрал унафэщІхэр. Абы нэмыщІ лІэныгъэ къызэрыкІ уз диІэу къагъуэтынкІэ хъунущ. А псом къыхэкІкІэ дэ зыри зыхузэфІэмыкІ сабий цІыкІум хуэдэу зыкъытщыхъужынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
15. Псалом 94:19 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
15 Сыт Иеговэ ищІэр? Абы гупсэхугъуэ къыдет, ди гури фІы ещІыж. (Къеджэ Псалом 94:19.) Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ уафэгъуагъуэм игъэшынауэ мыжеиф хъыджэбз цІыкІу. Абы и адэр къыбгъэдохьэ, щабэу ІэплІэ хуещІри, ар жеиху бгъэдэсщ. Уафэгъуагъуэр мыувыІами, и адэм ІэплІэ къыхуищІауэ къызэрыбгъэдэсым и фІыгъэкІэ хъыджэбз цІыкІур шынэкъым. Егъэлеяуэ дыщышынэм деж дэри дыхуейщ уафэм щыІэ ди Адэм «ІэплІэ къытхуищІу», гупсэхугъуэ дгъуэтыжыху димыутІыпщыну. Иеговэ и ІэплІэ щабэр зыхэтщІэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
16. Иеговэ къыбгъэдэкІ гупсэхугъуэр зыхэтщІэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)
16 Сыт дэ тщІэн хуейр? ЩІэх-щІэхыурэ Иеговэ и гъусэу укъызэрынэным иужь ит, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи и Псалъэм еджэ (Пс. 77:1, 12—14). Ар хьэл пхуэхъуамэ, стресс ущиІэм деж, япэ дыдэу зызыхуэбгъэзэнур уафэм щыІэ уи Адэращ. Уэ узыгъэгузавэ псори, ущІэшынэри Иеговэ хуэІуатэ. Абы иужь БиблиемкІэ къыбжиІэм еплъ. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ зыхэпщІэнущ Иеговэ уи гур фІы зэрищІыжыр (Пс. 119:28). Абы и фІыгъэкІэ Библием ит пычыгъуэхэр уи гум хыхьэу уи щхьэм къинэфынущ. Ущышынэм деж а пычыгъуэхэр къэпщІэжу, абыхэм шынэр уи гум ирахыу укъаІэтыжыфынущ. Псалъэм папщІэ, Иов, Псалом, Притчи тхылъхэм, абы нэмыщІ Маттэ 6-нэ псалъащхьэм узыгъэгушхуэн псалъэхэр къыщыбгъуэтыфынущ. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэбгъазэм икІи Тхыгъэ ЛъапІэм ущеджэм деж, уэ абы Іэмал ибот уи гум гупсэхугъуэ кърилъхьэну.
17. Сыт дэ шэч къызытетхьэн хуэмейр?
17 Дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ ди Іуэхур егъэлеяуэ щыгугъум дежи Иеговэ зэрыдигъусэнур. Абы дэ зэи дыкъигъэнэнукъым (Пс. 23:4; 94:14). Иеговэ дыкъегъэгугъэ дыкъихъумэну, гупсэхугъуэ къыдитыну, щІэгъэкъуэн къытхуэхъуну икІи ди гур фІы ищІыжыну. Исайя 26:3 Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «ЕплъыкІэ пэжым быдэу тетыр мамыр зэпыт иІэу бгъэпсэунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар уэ къыпщогугъ». Аращи, Иеговэ дзыхь хуэфщІ икІи ар зыдэвгъэІэпыкъу. Апхуэдэу фщІэуэ щытмэ, зэман гугъухэми къарууфІэу фыщытынущ.
СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?
-
Сытым деж Иеговэ къыддэІэпыкъуну нэхъ дыщыхуэныкъуэр?
-
Зэман гугъухэм Иеговэ сыт хуэдэ ІэмалиплІкІэ къыддэІэпыкъурэ?
-
Иеговэ къыддэІэпыкъуфын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
12-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.