Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2 СТАТЬЯР

19-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр

Илъэсым къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм ухуэхьэзыр?

Илъэсым къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм ухуэхьэзыр?

«Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (ЛУКА 22:19, ДЩІ).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дэркІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэм и щхьэусыгъуэм, а Іуэхугъуэм зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунум икІи абы къэкІуэн щхьэкІэ адрейхэм дазэрыдэІэпыкъу хъунум.

1. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр илъэс псом къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэу щІыщытыр сыт? (Лука 22:19, 20).

 ИЕГОВЭ и лъэпкъым и дежкІэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр илъэс псом къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэщ. Махуэшхуэ дгъэлъапІэхэм щыщу а зыращ езы Хьисэ игъэувар. (Къеджэ Лука 22:19, 20, ДЩІ.) А Пщыхьэщхьэшхэм хуабжьу дыщІыпэплъэм щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр иджыпсту зэпкърытхынщ.

2. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм хуабжьу дыщІыпэплъэм и щхьэусыгъуэр къыжыфІэ.

2 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр къыддоІэпыкъу щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и лъапІагъым дегупсысыну. Абы дигу къегъэкІыж Хьисэ и гъащІэ итам щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу дгъэлъагъуэ хъунуми (2 Кор. 5:14, 15). Абы нэмыщІ дыщызэхуэсым деж дэ зым зыр догъэгушхуэ (Рим 1:12). Илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зэІущІэхэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъу куэд къокІуалІэ. Ахэр гуапэу къызэрырагъэблагъэм и фІыгъэкІэ языныкъуэхэм мурад ящІ Иеговэ и деж къагъэзэжыну. А Пщыхьэщхьэшхэм къуэш, шыпхъухэм нэмыщІ, хьэщІэ куэди къокІуэ. Абыхэм ящыщ куэдым зэхахымрэ ялъагъумрэ апхуэдизкІэ ягу ирохьри, Библиер яджын щІадзэ. ГъэщІэгъуэнкъым Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дэ псом хуэмыдэу лъапІэу зэрытлъытэр!

3. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дуней псом тет Иеговэ и лэжьакІуэхэр дапхуэдэу зэкъуэт зэрищІыр? (Сурэтми феплъ.)

3 А псом нэмыщІ фегупсыс, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дуней псом тет Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэкъуэт зэрищІым. ЩІыпІэ-щІыпІэкІэрэ, дыгъэр зэрыкъухьэм елъытауэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр зэхуос а Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну. Дэ къурмэныпхъэм мыхьэнэшхуэ щІиІэм теухуауэ псалъэ гъэхьэзыра додаІуэ, Иеговэ щІыхь къыхуэзыхь уэрэдитІ жыдоІэ, щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зэІэпыдох. А зэІущІэм къуэшхэм плІэнейрэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэ, абы иужь псоми ди гум къыбгъэдэкІыу «аминь» жыдоІэ. Ар дуней псом зэхуэсу хъуам сыхьэт 24-м и кІуэцІым ирагъэкІуэкІ. Дэ зы лъэпкъым хуэдэу зэкъуэту Иеговэрэ Хьисэрэ догъэлъапІэ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт ахэр къыщыдэплъым деж зэрыгуфІэр!

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дуней псом тет къуэш, шыпхъухэр зэкъуэт ещІ (3-нэ абзацым феплъ.) f


4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Мы статьям дэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: Ди гур Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дапхуэдэу зэрыхуэдгъэхьэзырынур? ХьэщІэ къекІуалІэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур, а Пщыхьэщхьэшхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ хахыфын щхьэкІэ? Зэман гуэр хъуауэ зэІущІэхэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм сыт яхуэтщІэфынур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыддэІэпыкъунущ а мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм зыхуэдгъэхьэзырыну.

ДИ ГУР ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫХУЭДГЪЭХЬЭЗЫРЫНУР?

5. 1) Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Псалом 49:7, 8). 2) «Сыт Хьисэ и гъащІэр щІитар?» жыхуиІэ видеом къыщыфщІар сыт?

5 Ди гур Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм хуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ, дэ, япэрауэ, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дегупсысын хуейщ. Дэ езыр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ зэи даІэщІэкІыфынутэкъым. (Къеджэ Псалом 49:7, 8; абы нэмыщІ «Сыт Хьисэ и гъащІэр щІитар?» жыхуиІэ видеом еплъ a.) Аращ Иеговэ дэр щхьэкІэ и Къуэр щІитар. Иегови Хьиси апхуэдэ лъэбакъуэ ячын щхьэкІэ, егъэлеяуэ куэдым зыхуагъэныкъуащ (Рим 6:23). Абыхэм къытхуащІам нэхъыбэрэ дегупсысыху, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр нэхъ лъапІэу тлъытэу дохъу. АдэкІэ мы статьям щызэпкърытхынущ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр зищІысыр. Абы нэмыщІ дигу къэдгъэкІыжынущ а къурмэныпхъэр ятын щхьэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ сытым пхыкІын хуей хъуами.

6. Щхьэщэхужыр зищІысыр сыт икІи абы дыхуэныкъуэ щІэхъуар сыт?

6 Щхьэщэхужыр — ар зыгуэр къащэхужын щхьэкІэ щІат уасэращ. Япэ цІыхухъу Іэдэм дагъуэншэу щытащ, ауэ абы гуэныхь илэжьри, игъащІэкІэ псэуну иІа Іэмалыр езыми и щІэблэми фІэкІуэдащ. Іэдэм тфІигъэкІуэдам къригъэгъэзэжын щхьэкІэ, Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу итащ. ЩІылъэм щытетам щыгъуэ абы «гуэныхь лъэпкъ ищІакъым... узыгъэпцІэн псалъи и жьэм къыжьэдэкІакъым» (1 Пет. 2:22). Хьисэ ита и гъащІэ дагъуэншэр Іэдэм фІэкІуэда гъащІэ дагъуэншэм пэкІуэт (1 Кор. 15:45; 1 Тим. 2:6).

7. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэу щыта?

7 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ гугъуехь куэд пэщІэхуами, уафэм щыІэ и Адэм сыт щыгъуи хуэжыІэдаІуэу щытащ. Ар дагъуэншэу дунейм къытехьами, гуэныхь зыхэлъ и адэ-анэм я жыІэм щІэтын хуейт (Лк. 2:51). Ар щыныбжьыщІэм щыгъуэ и адэ-анэм емыдэІуэну е Алыхьым и хабзэм ебэкъуэну зыгуэрхэм хуагъэушу щытагъэнщ. Ауэ Хьисэ гуэныхь зэи ищІакъым. Балигъ хъуа иужь Хьисэ ШейтІаным и бзаджагъэм пэщІэтын хуейт. А бийм Хьисэ хуигъэушт Алыхьым епцІыжыну (Мт. 4:1—11). ШейтІаным къарууэ иІэр ирихьэлІэт Хьисэ гуэныхь иригъэщІэну. Ар абы хузэфІэкІауэ щытамэ, Хьисэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр итыфынутэкъым.

8. Хьисэ иджыри сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа?

8 Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІун щыщІидзам, нэгъуэщІ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуащ. Бийхэр абы зэран къыхуэхъут, яукІынуи мызэ-мытІэу иужь итащ (Лк. 4:28, 29; 13:31). И гъэсэнхэм я щыуагъэхэри абы ишэчын хуейт (Мк. 9:33, 34). Бийхэм Хьисэ хьэкум щытращІыхьым щыгъуэ, лей къытрагъэхьэу, къыщыдыхьэшхыу щытащ икІи ар укІыкІэ ІейкІэ яукІащ (Евр. 12:1—3). Хьисэ а гъэунэхуапІэ хьэлъэм и кІэм Иеговэ имыгъусэу, и закъуэу пхыкІын хуей хъуащ (Мт. 27:46) b.

9. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ? (1 Петр 1:8).

9 Пэжщ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр итын щхьэкІэ Хьисэ гугъуехь куэд ишэчын хуей хъуащ. Дэр щхьэкІэ абы зыхуигъэшэча псом дыщегупсысым деж, абы худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ, фІыщІэ хуэтщІри нэхъ ин мэхъу. (Къеджэ 1 Петр 1:8.)

10. Иеговэ дыкъищэхужын щхьэкІэ сыт ищІэн хуей хъуар?

10 Иеговэ дыкъищэхужын щхьэкІэ сыт ищІэн хуей хъуар? Иеговэрэ Хьисэрэ я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм хуэдэ зыми я зэхуаку дэлъкъым. А тІум хуэдэу фІыуэ зэхущыт адэрэ къуэрэ мы дунейм теткъым (Прит. 8:30). Хьисэ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм щыпхыкІым щыгъуэ, Иеговэ иІа гурыщІэхэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Хьисэ и пщІэр зэрыраудыхым, захуагъэ хэмылъу къызэрыхущытым, гугъуехь хьэлъэхэр зэрырагъэшэчым, дауикІ, Иеговэ и гур егъэлеяуэ хигъэщІт.

11. Хьисэ щылІэм щыгъуэ Иеговэ иІа гурыщІэхэр къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

11 Быным и лІэныгъэм хуэдэу адэ-анэм гуауэ къезыт зыри щыІэкъым. ЛІахэр къызэрытэджыжынымкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ уиІэми, а гуауэм къыпхуихь узыр ІукІкъым. Адэ-анэхэм зыхащІэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэмэ, дэ нэхъ къыдгуроІуэ Хьисэ щаукІым щыгъуэ Иеговэ иІа гурыщІэхэр (Мт. 3:17) c.

12. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр къэсыным къэнэжа зэманыр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур?

12 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр къэсыным куэд иІэжкъыми, къэнэжа зэманыр къэвгъэсэбэп, щхьэщэхужым теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэн щхьэкІэ. Ар фщІэ хъунущ, фэ езым е унагъуэкІэ Библиер щывджым деж. Абы щхьэкІэ «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэр е нэгъуэщІ справочнэ материалхэр къэвгъэсэбэп d. Абы нэмыщІ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэм ит графикымкІэ Библием Іэмал имыІэу феджэ. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу, пщэдджыжьым екІуэкІыну программэ хэхам феплъыну зыщывмыгъэгъупщэ. Ди гур Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм хуэдгъэхьэзыру щытмэ, дэ нэгъуэщІхэм нэхъ тыншу дадэІэпыкъуфынущ а Іуэхугъуэм и мыхьэнэр къагурыІуэну (Езд. 7:10).

ХЬЭЩІЭХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

13. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм теухуауэ цІыхухэм къащІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

13 Сыт дэ ди хьэщІэхэм яхуэтщІэфынур? Япэрауэ, ахэр къедгъэблэгъэн хуейщ. ДауикІ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэр Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъэнущ. Ауэ абы нэмыщІ къедгъэблэгъэну дызыхуей ди Іыхьлыхэм, къыддэлажьэхэм, къыддеджэхэм ипэІуэкІэ дегупсыс хъунущ. ЦІыхухэр къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэхэр дыухмэ, абыхэм ар электроннэу хуедгъэхь хъунущ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт къебгъэблэгъа псори къэкІуауэ! (Эккл. 11:6).

14. ЦІыхум гулъытэ хуэтщІу щхьэхуэу къызэредгъэблагъэм сыт хуэдэ къару щІэлъыр?

14 ЦІыхум гулъытэ хуэтщІу щхьэхуэу къызэредгъэблагъэм къаруушхуэ иІэщ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Зэгуэр ди зы шыпхъу Іэнкун хъуат Иеговэ хуэмылажьэ и щхьэгъусэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм и гъусэу кІуэну къыщыжриІам щыгъуэ. Ди шыпхъум ар хуабжьу игъэщІэгъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и лІыр япэм дапщэрэ къримыгъэблэгъами, зэи къыхуэкІуакъым. Иджы сытым зихъуэжа? «Еплъыт къызатам», — жиІэри, лІым къызэрырагъэблагъэ тхылъымпІэр и фызым иригъэлъэгъуащ. А тхылъымпІэр къезытар зэхуэсым и нэхъыжьырауэ къыщІэкІащ. А тІур зэрыцІыхут. А цІыхухъур Пщыхьэщхьэшхэм а зэракъым къызэрыкІуар, ар къыкІэлъыкІуэ илъэсхэми абы къекІуэлІащ.

15. Сыт дызэгупсысын хуейр, цІыхухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщедгъэблагъэм деж?

15 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблагъэ цІыхухэм упщІэ куэд яІэфынущ, псом хуэмыдэу, ди зэІущІэхэм ахэр зэи щымыІауэ щытмэ. Аращи, абыхэм къыдатыфыну упщІэхэм дегупсысу зыхуэдгъэхьэзыр хъунущ (Кол. 4:6). Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр къыдатыфынущ: «А Іуэхугъуэр дапхуэдэу зэрекІуэкІынур? Зэман дапщэ абы ихьынур? Сыт хуэдэ щыгъын зыщыстІагъэмэ нэхъыфІ? ЩІыхьэпщІэ хахрэ? Абы ущІыхьа иужь ахъшэ гуэр птын хуей хъуну?» Зыгуэр Пщыхьэщхьэшхэм къыщедгъэблагъэм деж: «УпщІэ гуэр уиІэ?» — жытІэу деупщІ хъунущ. ИІэу щытмэ, абы и жэуапыр еттынщ. Дэ абы едгъэлъагъу хъунущ къыкІэлъыкІуэ видеохэр: «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж», «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» А видеохэм абы къыщищІэнущ ди зэІущІэхэр зэрекІуэкІ щІыкІэр. Иджыри дэ абы гу лъедгъатэ хъунущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 28-нэ урокым ит гупсысэхэм.

16. Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым ди хьэщІэхэм сыт хуэдэ упщІэхэр яІэнкІэ хъуну?

16 Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым хьэщІэхэм иджыри упщІэ гуэрхэр яІэнкІэ хъунущ. Абыхэм къагурымыІуэнкІэ хъунущ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыми (е закъуэтІакъуэм фэкІ) зыщІыІуамылъхьар. Абы нэмыщІ абыхэм къащІэну хуеинкІэ хъунущ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дапхуэдизрэ дгъэлъапІэми икІи зэІущІэу хъуар апхуэдэ щІыкІэу екІуэкІрэ емыкІуэкІрэ. Языныкъуэ упщІэхэм я жэуапхэр Пщыхьэщхьэшхэм щыжаІэну псалъэ гъэхьэзырам хэтынущ. Ауэ зэІущІэм япэу къекІуэлІа цІыхум а упщІэхэм теухуауэ нэхъ убгъуауэ ухутепсэлъыхьын хуеину къыщІэкІынщ. АбыкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ «Почему Свидетели Иеговы отмечают Вечерю Господню не так, как это принято в других религиях?» жыхуиІэ статьяр. Дэ дыхуейщ «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псоми» дадэІэпыкъун щхьэкІэ, Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэуи, ар щекІуэкІкІи, иужькІи тхузэфІэкІыу хъуар тщІэну (Апост. 13:48, ДЩІ).

ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪЭМЫКІУЭЖ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

17. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэІущІэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуфынур? (Иезекииль 34:12, 16).

17 Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Пщыхьэщхьэшхэр къыщыблагъэм деж зэІущІэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъуфынур? Абыхэм гулъытэ яхуэфщІ. (Къеджэ Иезекииль 34:12, 16.) ЗэрыфхузэфІэкІкІэ Пщыхьэщхьэшхэр къэмыс щІыкІэ абыхэм псоми запыфщІэ. А къуэш, шыпхъухэм зыхевгъащІэ ахэр фІыуэ зэрыфлъагъур, зыгуэркІэ фадэІэпыкъунуи фызэрыхуейр. Ахэр Пщыхьэщхьэшхэм къевгъэблагъэ, къэкІуа иужьи гуапэу фахущыт. А къуэш, шыпхъухэм Иеговэ деж къагъэзэжын щхьэкІэ, Пщыхьэщхьэшхэр зэфІэкІа иужьи адэкІэ фадэІэпыкъу (1 Пет. 2:25).

18. ЗэІущІэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дэтхэнэ зыри дызэрыдэІэпыкъуфынур? (Рим 12:10).

18 ЗэІущІэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дэтхэнэ зыри дазэрыдэІэпыкъуфынур? Ахэр Пщыхьэщхьэшхэм къакІуэмэ, лъагъуныгъэ евгъэлъагъу, щабэу, пщІэ хэлъу фепсалъэ. (Къеджэ Рим 12:10.) Абыхэм я дежкІэ тыншу щытауэ къыщІэкІынкъым а зэІущІэм къэкІуэну. Ахэр шынэу къыщІэкІынт къуэш, шыпхъухэр щІыІэ-щІыІэу къахущытынкІэ e. Аращи, Іэнкун зыщІын упщІэ абыхэм евмыт, я гум щІыхьэн псалъи яжевмыІэ (1 Фес. 5:11). А къуэш, шыпхъухэри Иеговэ и унагъуэм щыщщ. Дэ догуфІэ иджы абыхэм я гъусэу Иеговэ дгъэлъэпІэну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ (Пс. 119:176; Апост. 20:35).

19. Хьисэ и унафэм дытету абы и лІэныгъэр дигу къэдгъэкІыжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

19 Дэ Хьисэ фІыщІэ худощІ, абы и лІэныгъэр илъэс къэс дигу къэдгъэкІыжыну унафэ къызэрытхуищІам щхьэкІэ. А Пщыхьэщхьэшхэм укъекІуэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы дыкъызэрекІуалІэр дэри сэбэп къытхуохъу, нэгъуэщІхэми сэбэп яхуохъу (Ис. 48:17, 18). Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. Абыхэм идогъэлъагъу къытхуащІар лъапІэу зэрытлъытэр. Иджыри къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу. А псом къыщынэмыщІа дэ нэгъуэщІ цІыхухэм къащІэну дадоІэпыкъу Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гъащІэ дахэ къытпэщылъми. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр илъэс псом къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэщ. Аращи, абы зэрызыхуэдгъэхьэзырыным къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дапхуэдэу ди гур зэрыхуэдгъэхьэзырынур?

  • ХьэщІэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур?

  • ЗэІущІэхэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм сыт яхуэтщІэфынур?

18-НЭ УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

a Мы статьям къыщыхьа видеохэмрэ статьяхэмрэ jw.org сайтым къыщывгъуэт.

b 2021-нэ гъэм апрелым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.

e « Къуэш, шыпхъухэм ахэр къызэрырагъэблэгъар» жыхуиІэ рамкэмрэ сурэтымрэ феплъ. ЗэІущІэхэм куэд щІауэ къэмыкІуэж къуэшыр дыщызэхуэс Унэм щІыхьэну тегушхуэкъым, ауэ абы лІыгъэ зыхелъхьэри щІохьэ. А къуэшыр гуапэу кърагъэблагъэ икІи ар гуфІэжу нэгъуэщІхэм ядоуэршэр.

f СУРЭТЫМ ИТЫР. Зы щІыпІэ гуэрхэм къуэш, шыпхъухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къеблэгъакІэщ, нэгъуэщІ щІыпІэхэм щыІэ къуэш, шыпхъухэм иджыри загъэхьэзыру аращ.