Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Пэублэ псалъэ

Пэублэ псалъэ

Унагъуэр насыпыфІэ хъуну къыдэІэпыкъу чэнджэщ 12

Псоми ящІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм унагъуэр зэтрикъутэми, ауэ ар насыпыфІэ зыщІыр сыту пІэрэ?

  • 1990 гъэм щыщІэдзауэ 2015 гъэм нэс США-м илъэс 50-м щІигъуа зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр зэрырагъэкъутэжым и бжыгъэр тІукІэ хэхъуащ, илъэс 65-м щІигъуахэм — щыкІэ.

  • Адэ-анэхэм ящІэныр ямыщІэу къэнащ: языныкъуэ экспертхэм зэрыжаІэмкІэ, сабийм щытхъупсыр сыт щыгъуи къебгъэжэхын хуейщ, адрейхэм зэрыжаІэмкІэ, сабийм зэрыхъукІэ нэхъ ткІийуэ ухущытмэ нэхъыфІщ.

  • ЩІалэгъуалэм унагъуэ яухуэну йопІэщІэкІ, я нэчыхьыр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ зыхуэныкъуэну хьэл-щэнхэр иджыри зыхамылъхьами.

Ауэ:

  • Уи унагъуэр быдэу икІи насыпыфІэу игъащІэкІэ упсэуфынущ.

  • Адэ-анэхэм лъагъуныгъэ хэлъу я сабийхэр ягъэсэфынущ.

  • ЩІалэгъуалэм я нэчыхьыр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ, зыхуэныкъуэну хьэл-щэнхэр зыхалъхьэфынущ.

Дауэ? Мы журналым уеджэмэ, уэ къэпщІэнущ уи унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ фэ къывдэІэпыкъуну чэнджэщ 12.