ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ ПАПЩІЭ
4 Зэхуэбгъэгъуныр
СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?
Зыгуэрым хуэбгъэгъуным хохьэ абы уи жагъуэ къызэрищІар зыщыбгъэгъупщэныр икІи гурыщІэ Іейхэм утекІуэныр. Ауэ абы къикІкъым къэхъуам мыхьэнэ ептын хуэмейуэ е зыри къэмыхъуа хуэдэу зыпщІын хуейуэ.
БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Зым зыр ирешыІэ икІи зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу» (Колоссэ 3:13).
«ЦІыхур фІыуэ плъагъумэ, абы и ныкъусанхэм гу лъыптэкъым, атІэ ар нэхъыфІ хъуну зэрыхущІэкъур лъапІэу уолъытэ».(Эрон).
АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР
Уи гум зэпымыууэ гужьгъэжь илъмэ, ар уи узыншагъэм имызакъуэу, уи нэчыхьми зэран хуэхъунущ.
«Зэгуэр си щхьэгъусэм хуабжьу си жагъуэ къищІат, ауэ иужькІэ ар къызэлъэІуащ хуэзгъэгъуну. Сэ къызэхьэлъэкІт абы хуэзгъэгъуну. Зэман дэкІри, хуэзгъэгъуащ, ауэ сыхущІогъуэж ар нэхъ пасэу зэрызмыщІам щхьэкІэ. ЗанщІэу хуэзгъэгъуамэ, ди зэхущытыкІэхэр нэхъ псынщІэу зэтеувэжынут» (Джулия).
СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?
ЗЭУПЩІЫЖ
Зэгуэр уи щхьэгъусэм уи жагъуэ къищІмэ, зэупщІыж:
«Псори си гум езмыгъэжалІэу пІэрэ?»
«Іуэхур апхуэдэ дыдэу куууэ щыт, хуэзгъэгъуну си щхьэгъусэр къызэлъэІун хуейуэ? Къэхъуар зыщызгъэгъупщэфыну?»
ЗЭГЪУСЭУ ФЕГУПСЫС
Зэхуэвгъэгъун щхьэкІэ зэман дапщэ фызыхуейр?
Нэхъ псынщІэу зэхуэвгъэгъун щхьэкІэ, сыт фэ фщІэ хъунур?
ЧЭНДЖЭЩХЭР
Уи щхьэгъусэм уи жагъуэ къищІамэ, абы гукъэкІ Іейхэр иІауэ уимыгугъэ.
Псори щІэх-щІэхыурэ дызэрыщыуэр зыщумыгъэгъупщэ икІи уи щхьэгъусэм зэхэщІыкІ хэлъу хущыт (Екъуб 3:2).
«ТІури фыщыкъуаншэм деж, уи щхьэгъусэм хуэбгъэгъуну тыншщ. Ауэ гугъущ уэ лажьэ уимыІэу къыщыпщыхъум деж. ЦІыхум хуэбгъэгъун щхьэкІэ, уи пагагъэр епкъухын хуейщ» (Кимберли).
БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ПсынщІэу екІуж» (Маттэ 5:25).
Уи гум зэпымыууэ гужьгъэжь илъмэ, ар уи узыншагъэм имызакъуэу, уи нэчыхьми зэран хуэхъунущ