Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Дэ дуней нэхъыфІ дыхуэныкъуэщ!

Дэ дуней нэхъыфІ дыхуэныкъуэщ!

«Дыщыпсэу дунейр гугъуехькІэ гъэнщІащ»,— жиІауэ щытащ ООН-ым и Генеральнэ секретару лажьэ Антониу Гутерреш. Абы и псалъэхэм уэ арэзы утехъуэрэ?

Нобэ хъыбарыщІэхэм я темэхэм уагъэшынэ:

  • Узыфэхэмрэ пандемиехэмрэ

  • Гузэвэгъуэшхуэхэр

  • ТхьэмыщкІагъэмрэ гъаблэмрэ

  • Дыкъэзыухъуреихь дунейр уцІэпІа зэрыхъумрэ дунейм и хуабагъэр зэрыхэхъуэмрэ

  • ЩІэпхъаджагъэр, лей зехьэныр, Іулъхьэ тыныр

  • Зауэхэр

Дэ дуней нэхъыфІым дызэрыхуэныкъуэр гурыІуэгъуэщ. А дунейм щыІэн хуейщ:

  • Узыншагъэ быдэ

  • Мамырыгъэ

  • Ерыскъыр пэрыхьэту

  • Дуней къабзэ

  • Захуагъэ

  • Гузэгъэгъуэ къозыт гъащІэ

Дуней нэхъыфІ жыхуэтІэр сыт?

Иджыпсту дыщыпсэу дунейм сыт къыщыщІынур?

Дуней нэхъыфІым дыщыпсэун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

Мы упщІэхэми нэгъуэщІхэми я жэуапыр мы журналым къыщыпщІэнущ икІи къэпщІар уигу ирихьынущ.